кӀэ имыӀэн
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
иӀэн
(иӀэщ)
1. Зыгуэрым зыгуэр ейуэ щытын.
ЩӀалэу, къиша къудейуэ къалэм япэ дыдэ къыщыдыхьам зы джыдэ жан Ӏэрыхуэу къэпым кӀуэцӀылъу – аращ мылъкуу иӀар [Абу-Деруиш].— Кхъэлэгъунэ, 373
+2 örnek
А балконыр школым нэгузыужьыгъуэу яӀэт: пщыхьэщхьэкӀэ цӀыкӀухэр къиувэрти хэт блэкӀми къыблэкӀыжми еплъу итт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 559
Модрей кӀэрахъуэ зиӀэхэми заущэхужащ, уеблэмэ щэху цӀыкӀуурэ я унэ ирагъэхьыжащ, Алий зэхуишэсу фӀыуэ къегия нэужь.— Зи лъэрыгъыпсыр тӀыгъа, 531
2. Зыгуэрым зыгуэр бгъэдэлъын (къару, зэфӀэкӀ, лӀыгъэ н.къ.).
[Инал лӀы лъэщщ] Къуршым мывэ къыгуичын жыпӀэу къару иӀэщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 542
+2 örnek
Сэ, бийми, мащэм изгъэхуэну Зы сыпсэухукӀэ сыхуэмей, Мащэ къэтӀыныр хьэлу зиӀэр Техуэнщ, щигъэтмэ, мы дунейм.— Зэгуэр си щхьэцри фӀыцӀэ дыдэт. «Вагъуэ махуэ», 361
ТӀутӀэ щӀэныгъэ имыӀэми, щӀэныгъэ зиӀэм пщэ хуищӀырт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 560
Deyimler (8)
гъуни нэзи имыӀэн
Еплъ: гъунэ
жэщи махуи ямыӀэн
Еплъ: жэщ
кӀэ имыӀэн
Еплъ: кӀэ
кӀуапӀи жапӀи имыӀэн
Еплъ: кӀуапӀэ
лажьи-хъати имыӀэн
Еплъ: лажьи-хъати
напэ имыӀэн
Еплъ: напэ
уасэ иӀэкъым
Еплъ: уасэ
абы фӀэкӀа Ӏуэху имыӀэн
Еплъ: абы фӀэкӀа
кӀэ
Зыгуэр щиух.
Къанокъуэпщыр къэгубжьауэ НэкӀэ йоуэ гъукӀэ лӀыжьым НытокӀие, кӀэщӀу бауэу, ЩӀиӀыгъэжу и ныбафэр, И цеикӀэр тырелъафэ. «— Тисей, 506
+1 örnek
Спектаклыр и кӀэм нэблэгъат, къэхъуну я пщӀыхьэпӀи къэмыкӀар къыщыхъуам— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 660
Deyimler (12)
кӀэ етын
1. Ӏуэху гуэр ухын и кӀэм нэгъэсын.
Нобэ псоми дощӀэр тхыдэу Тыркухэр хышхуэм къыкӀыу къакӀуэу, Нэм къыфӀэнэр зэщӀаубыдэу, Пщащи щӀали зэдагъакӀуэу, Яшэу, ящэу щыщытари, КӀэ а ешхуэм езытари.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 51
+2 örnek
– Ӏуащхьэмахуэ пачати, къыдатыжащ, – къэпсэлъащ Мэмэт-щӀакъуэ, «псалъэмакъ мышыум» кӀэ иритын и хьисэпу, арщхьэкӀэ гупыр нэхъри къызэщӀэващ.— Лъапсэ, 82
Дэ тщыщу зы жэнэтым нагъэсыну си фӀэщ зыщӀын щыӀэкъым, – жиӀэри псалъэмакъ къаӀэтам бабыщым кӀэ иритащ— Кхъухь пхэнж, 506
2. Зыгуэр укӀын, и псэр хэхын.
Ти, пщагъэ къэнэжар гъунэгъу фызым иритыжри къигъэгугъащ адакъэжьым кӀэ иритыну.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 477
кӀэ игъуэтын
Зыгуэр и кӀэм нэгъэсын.
Чачэ къибжым кӀэ игъуэтыну щымыгугъэм, Думэсарэ къызэрыкӀуам нэхърэ нэхъ псынщӀэжу къежьэжащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 565
+1 örnek
Инус и Ӏуэхум кӀэ имыгъуэту къэнащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 81
кӀэ имыӀэн
КӀэухыншэу щытын.
ЩӀымахуэр кӀыхьщи кӀэ имыӀэ, Ди бом щӀэт шитӀыр мэгумэщӀ.— Ныжэбэ жэщи, нэхур щыху. «Щхьэлыкъуэ», 384
+2 örnek
Езыми [Дисэ] и щхьэр иужэгъуауэ, «зэ мыгъуи сылӀащэрэт, мыбы хуэдэу сыкъанэ нэхърэ», жиӀэу Алыхьым йолъэӀу, дунейкӀэ кӀэ зимыӀэ хьэзабыр ахърэт хьэзабым къыпищэну.— ГущӀэгъу, 423
ЩӀымахуэр кӀыхьщи кӀэ имыӀэ, Ди бом щӀэт шитӀыр мэгумэщӀ— Ныжэбэ жэщи, нэхур щыху. «Щхьэлыкъуэ», 384
кӀэ иӀэн
Зыгуэр ухын. -623.
Сытым и деж мы дунейкъутэжым кӀэ щиӀэнур, зэ щигъэтащэрэт, жиӀэу арат Думэсарэ зыщӀэхъуэпсыр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 281
+1 örnek
ХьэщӀэм и тхьэусыхафэм кӀэ иӀэу къыщӀэкӀынтэкъым— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 622
кӀэ иӀэкъым
ПщӀантӀэм къыдыхьэм кӀэ иӀэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 582
+1 örnek
Абы хуэдэ псалъэмакъым кӀэ иӀэтэкъым— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 517
Еплъ: кӀэ имыӀэн
кӀэи пэи иӀэкъым
Куэд хъу, бжьыгъэ зимыӀэм щхьэкӀэ жаӀэ.
– Сыту куэдыщи хъурэ, ярэби – жиӀэу Данизэти егъэщӀагъуэ, кӀэи пэи иӀэкъым [парадым хэтхэм].— Щынэхужьыкъуэ, 39
[и] кӀэ къихуэн
Псоми иужь къинэн.
[Нахъуэ:] Адрей къуажэм япэ димыщмэ, я кӀэ дыкъихуэнкъым— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 656
[и] кӀэм
Псори зыфӀэкӀа, иуха нэужь, иужькӀэ.
[Алыджыкъуэ:] Си Ӏэплъэпкъыр къыздэмыбзми, си щхьэр фӀэлэлу уэрам мащӀэ сыдэта – и кӀэм сыгъуащэри, сыкъэгувэпащ.— МелыӀыч, 437
+1 örnek
Думэсарэ и кӀэм урысыбзэ зыкъищӀри Астемыр дежкӀэ зы псалъэ идзащ: - «Дэсудани, Къасболэт», - жиӀэри— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 522
[и] кӀэм нэгъэсын (нэсын)
Зыгуэр ухын.
[Дэфэрэдж:] Хъыджэбзыр къелыкӀафӀэу къелами, ухуэбэлэрыгъ хъунутэкъым, жэщи махуи уи нэӀэ тегъэтын хуейти, си билетыр завхозым естащ, ихьу яритыжыну, Ӏуэхур и кӀэм нэзмыгъэсу сежьэжмэ, пщӀэну щыткъым къэхъунур.— Лъапсэ, 21
+1 örnek
Гъэмахуэку мазэм и кӀэ нэсауэ, зэгуэрым, пшапэр зэхэуа къудейуэ, Исхьэкъ къыдэкӀащ, жылэр зэхуишэсын папщӀэ гъуоуэ джэну— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 625
[и] пэм къыщыщӀэдзауэ и кӀэм нэс
Долэт гуэщыпхэмкӀэ къэуври, зыми зыкъримыгъащӀэу, репетицэм и пэм къыщыщӀэдзауэ и кӀэм нэс еплъащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 639
+1 örnek
[Дэфэрэдж:] – НтӀэ уезгъэдэӀуэнщ, тӀасэ, тӀэкӀу укъэбэдзэуэжа нэужь, и пэм къыщыщӀэдзауэ и кӀэм нэс бжесӀэнщ, - жысӀэу сымаджэр къыщӀэзгъэгугъэн гуэр хэмылъу къэзгъэгугъакъым— Лъапсэ, 28
Еплъ: пэ
[и] кӀэри и пэри
1. Ӏуэхур зэрыщытыр.
[Дэфэрэдж:] Аращ ди зэхущытыкӀэм и кӀэри и пэри, дызэзэгъыркъым жыпӀи хъунукъым, дызэжагъуэгъууи щыткъым.— Лъапсэ, 9
+2 örnek
[Къазыхъуэм:] Зыкъом дэкӀауэ фи щӀыналъэ утшэжынщи парашюткӀэ елъи фи цӀыхур къызэрытхущытыр зэгъащӀэ, жаӀэу къыщызжаӀэм, сегупсысри схуэшэчакъым сыкъэмыкӀуэжын – арат жиӀэм и кӀэри и пэри— Щынэхужьыкъуэ, 71
[Астемыр Къазджэрий жреӀэ:] И пэри и кӀэри а зэрыплъагъущ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 569
2. Мыхьэнэншэу щытын.
ЛӀакъуэлӀэшу арат и пэри и кӀэри.— Нал къута, 267
+1 örnek
[Хьэбибэ Чокэ щхьэкӀэ жеӀэ:] Аракъэ и пэри и кӀэри! Алыхь, къэбгъуэтам!— Щынэхужьыкъуэ, 24
[и] кӀэри и пэри имыщӀэу
Ӏуэхум щымыгъуазэу, зыри химыщӀыкӀыу.
Езыми [Иринэ] псалъэм и пэри и кӀэри имыщӀэу къыхиӀуащ: - Нанэ, Албиян
Kitapta geçtiği hali
ИӀЭН II (иӀэщ) лъэмыӀ. (178). 1. (135). Зыгуэрым зыгуэр ейуэ щытын. ЩӀалэу, къиша къудейуэ къалэм япэ дыдэ къыщыдыхьам зы джыдэ жан Ӏэрыхуэу къэпым кӀуэцӀылъу – аращ мылъкуу иӀар [Абу-Деруиш]. Кхъэлэгъунэ, 373. А балконыр школым нэгузыужьыгъуэу яӀэт: пщыхьэщхьэкӀэ цӀыкӀухэр къиувэрти хэт блэкӀми къыблэкӀыжми еплъу итт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 559. Модрей кӀэрахъуэ зиӀэхэми заущэхужащ, уеблэмэ щэху цӀыкӀуурэ я унэ ирагъэхьыжащ, Алий зэхуишэсу фӀыуэ къегия нэужь. Зи лъэрыгъыпсыр тӀыгъа, 531. 2. (43). Зыгуэрым зыгуэр бгъэдэлъын (къару, зэфӀэкӀ, лӀыгъэ н.къ.). [Инал лӀы лъэщщ] Къуршым мывэ къыгуичын жыпӀэу къару иӀэщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 542. Сэ, бийми, мащэм изгъэхуэну Зы сыпсэухукӀэ сыхуэмей, Мащэ къэтӀыныр хьэлу зиӀэр Техуэнщ, щигъэтмэ, мы дунейм. Зэгуэр си щхьэцри фӀыцӀэ дыдэт. «Вагъуэ махуэ», 361. ТӀутӀэ щӀэныгъэ имыӀэми, щӀэныгъэ зиӀэм пщэ хуищӀырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 560. ◊ Гъуни нэзи имыӀэн (1). Еплъ гъунэ. Жэщи махуи ямыӀэн (15). Еплъ жэщ. КӀэ имыӀэн (2). Еплъ кӀэ. КӀуапӀи жапӀи имыӀэн (7). Еплъ кӀуапӀэ. Лажьи-хъати имыӀэн (16). Еплъ лажьи-хъати. Напэ имыӀэн (4). Еплъ напэ I. Уасэ иӀэкъым (1). Еплъ уасэ I. Абы фӀэкӀа Ӏуэху имыӀэн (2). Еплъ абы фӀэкӀа.
КӀЭ II (13). Зыгуэр щиух. Къанокъуэпщыр къэгубжьауэ НэкӀэ йоуэ гъукӀэ лӀыжьым НытокӀие, кӀэщӀу бауэу, ЩӀиӀыгъэжу и ныбафэр, И цеикӀэр тырелъафэ. «Тисей», 506. Спектаклыр и кӀэм нэблэгъат, къэхъуну я пщӀыхьэпӀи къэмыкӀар къыщыхъуам. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 660. ◊ КӀэ етын (20). 1. (19). Ӏуэху гуэр ухын и кӀэм нэгъэсын. Нобэ псоми дощӀэр тхыдэу Тыркухэр хышхуэм къыкӀыу къакӀуэу, Нэм къыфӀэнэр зэщӀаубыдэу, Пщащи щӀали зэдагъакӀуэу, Яшэу, ящэу щыщытари, КӀэ а ешхуэм езытари. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 51. – Ӏуащхьэмахуэ пачати, къыдатыжащ, – къэпсэлъащ Мэмэт-щӀакъуэ, «псалъэмакъ мышыум» кӀэ иритын и хьисэпу, арщхьэкӀэ гупыр нэхъри къызэщӀэващ. Лъапсэ, 82. Дэ тщыщу зы жэнэтым нагъэсыну си фӀэщ зыщӀын щыӀэкъым, – жиӀэри псалъэмакъ къаӀэтам бабыщым кӀэ иритащ. Кхъухь пхэнж, 506. 2. (1). Зыгуэр укӀын, и псэр хэхын. Ти, пщагъэ къэнэжар гъунэгъу фызым иритыжри къигъэгугъащ адакъэжьым кӀэ иритыну. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 477. КӀэ игъуэтын (2). Зыгуэр и кӀэм нэгъэсын. Чачэ къибжым кӀэ игъуэтыну щымыгугъэм, Думэсарэ къызэрыкӀуам нэхърэ нэхъ псынщӀэжу къежьэжащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 565. Инус и Ӏуэхум кӀэ имыгъуэту къэнащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 81. КӀэ имыӀэн (2). КӀэухыншэу щытын. ЩӀымахуэр кӀыхьщи кӀэ имыӀэ, Ди бом щӀэт шитӀыр мэгумэщӀ. Ныжэбэ жэщи, нэхур щыху. «Щхьэлыкъуэ», 384. Езыми [Дисэ] и щхьэр иужэгъуауэ, «зэ мыгъуи сылӀащэрэт, мыбы хуэдэу сыкъанэ нэхърэ», жиӀэу Алыхьым йолъэӀу, дунейкӀэ кӀэ зимыӀэ хьэзабыр ахърэт хьэзабым къыпищэну. ГущӀэгъу, 423. ЩӀымахуэр кӀыхьщи кӀэ имыӀэ, Ди бом щӀэт шитӀыр мэгумэщӀ. Ныжэбэ жэщи, нэхур щыху. «Щхьэлыкъуэ», 384. КӀэ иӀэн (3). Зыгуэр ухын. Сытым и деж мы дунейкъутэжым кӀэ щиӀэнур, зэ щигъэтащэрэт, жиӀэу арат Думэсарэ зыщӀэхъуэпсыр. Хъуэпсэгъуэ нур, 281. ХьэщӀэм и тхьэусыхафэм кӀэ иӀэу къыщӀэкӀынтэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 622-623. КӀэ иӀэкъым (2). Еплъ кӀэ имыӀэн. ПщӀантӀэм къыдыхьэм кӀэ иӀэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 582. Абы хуэдэ псалъэмакъым кӀэ иӀэтэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 517. КӀэи пэи иӀэкъым (1). Куэд хъу, бжьыгъэ зимыӀэм щхьэкӀэ жаӀэ. – Сыту куэдыщи хъурэ, ярэби – жиӀэу Данизэти егъэщӀагъуэ, кӀэи пэи иӀэкъым [парадым хэтхэм]. Щынэхужьыкъуэ, 39. [И] кӀэ къихуэн (1). Псоми иужь къинэн. [Нахъуэ:] Адрей къуажэм япэ димыщмэ, я кӀэ дыкъихуэнкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 656. [И] кӀэм (2). Псори зыфӀэкӀа, иуха нэужь, иужькӀэ. [Алыджыкъуэ:] Си Ӏэплъэпкъыр къыздэмыбзми, си щхьэр фӀэлэлу уэрам мащӀэ сыдэта – и кӀэм сыгъуащэри, сыкъэгувэпащ. МелыӀыч, 437. Думэсарэ и кӀэм урысыбзэ зыкъищӀри Астемыр дежкӀэ зы псалъэ идзащ: - «Дэсудани, Къасболэт», - жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 522. [И] кӀэм нэгъэсын (нэсын) (4). Зыгуэр ухын. [Дэфэрэдж:] Хъыджэбзыр къелыкӀафӀэу къелами, ухуэбэлэрыгъ хъунутэкъым, жэщи махуи уи нэӀэ тегъэтын хуейти, си билетыр завхозым естащ, ихьу яритыжыну, Ӏуэхур и кӀэм нэзмыгъэсу сежьэжмэ, пщӀэну щыткъым къэхъунур. Лъапсэ, 21. Гъэмахуэку мазэм и кӀэ нэсауэ, зэгуэрым, пшапэр зэхэуа къудейуэ, Исхьэкъ къыдэкӀащ, жылэр зэхуишэсын папщӀэ гъуоуэ джэну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 625. [И] пэм къыщыщӀэдзауэ и кӀэм нэс (3). Еплъ пэ. Долэт гуэщыпхэмкӀэ къэуври, зыми зыкъримыгъащӀэу, репетицэм и пэм къыщыщӀэдзауэ и кӀэм нэс еплъащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 639. [Дэфэрэдж:] – НтӀэ уезгъэдэӀуэнщ, тӀасэ, тӀэкӀу укъэбэдзэуэжа нэужь, и пэм къыщыщӀэдзауэ и кӀэм нэс бжесӀэнщ, - жысӀэу сымаджэр къыщӀэзгъэгугъэн гуэр хэмылъу къэзгъэгугъакъым. Лъапсэ, 28. [И] кӀэри и пэри (7). 1. (5). Ӏуэхур зэрыщытыр. [Дэфэрэдж:] Аращ ди зэхущытыкӀэм и кӀэри и пэри, дызэзэгъыркъым жыпӀи хъунукъым, дызэжагъуэгъууи щыткъым. Лъапсэ, 9. [Къазыхъуэм:] Зыкъом дэкӀауэ фи щӀыналъэ утшэжынщи парашюткӀэ елъи фи цӀыхур къызэрытхущытыр зэгъащӀэ, жаӀэу къыщызжаӀэм, сегупсысри схуэшэчакъым сыкъэмыкӀуэжын – арат жиӀэм и кӀэри и пэри. Щынэхужьыкъуэ, 71. [Астемыр Къазджэрий жреӀэ:] И пэри и кӀэри а зэрыплъагъущ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 569. 2. (3). Мыхьэнэншэу щытын. ЛӀакъуэлӀэшу арат и пэри и кӀэри. Нал къута, 267. [Хьэбибэ Чокэ щхьэкӀэ жеӀэ:] Аракъэ и пэри и кӀэри! Алыхь, къэбгъуэтам! Щынэхужьыкъуэ, 24. [И] кӀэри и пэри имыщӀэу (1). Ӏуэхум щымыгъуазэу, зыри химыщӀыкӀыу. Езыми [Иринэ] псалъэм и пэри и кӀэри имыщӀэу къыхиӀуащ: - Нанэ, Албиян ☐ Псалъэм и пэр умыщӀэмэ, и кӀэр пщӀэркъым (1). Еплъ псалъэ. Псалъэм и щхьэр умыщӀэмэ, и кӀэр пщӀэркъым (1). Еплъ псалъэ.