гъунэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ГЪУНЭ → ХЬЭНЭГЪУНЭ; ÇEVRE
ГЪУНЭ, ГЪУНАПӀ(Э), ГЪУНАПКЪ(Э); HUDUT, SINIR
НЭЗ, Ӏушъу/Ӏуфэ, НЭПКЪ, НЭӀУ, ГЪУНЭ, НЫДЖ(Э); KIYI (su/denız ~sı, sahil)
ГЪУНАПӀ(Э), ГЪУНЭ, ГЪУНАПКЪЭ; SINIR, HUDUT
ГЪУНАПКЪЭ, ГЪУНАПӀ(Э), ГЪУНЭ; SINIR
ГЪУНЭ → НЭЗ; KIYI (sınır)
Bu sonuç kitaptaki 6 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: нэз, хьэнэгъунэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зыгуэрым ибгъу, и нэз, и ухыпӀэ, гъунапкъэ.
рукрай, окраина
Къэрал гъунэ. ЩӀы гъунэ.
+2 örnek
Псом япэ Ермоловым гу зылъитар зи гъунэхэр мывэ щӀыхукӀэ къэгъэтӀылъыхьа.. зыгъэпскӀыпӀэрщ.— Шортэн Аскэрбий
Къуажэ гъунэ дыдэм деж.. топышэхэр къыщыуэжхэрт.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
Bu maddedeki ifadeler (3)
гъунэ илъын
ру1) провести первую борозду; начать пахоту 2) переносное начать какое-л. дело.
гъунэ зимыӀэ
рубескрайний, бесконечный.
гъуни нэзи зимыӀэ
гъунэ зимыӀэ
Kitapta geçtiği hali
гъунэ край, окраина / Зыгуэрым ибгъу, и нэз, и ухыпӀэ, гъунапкъэ. Къэрал гъунэ. ЩӀы гъунэ. * Псом япэ Ермоловым гу зылъитар зи гъунэхэр мывэ щӀыхукӀэ къэгъэтӀылъыхьа.. зыгъэпскӀыпӀэрщ. Ш. А. Къуажэ гъунэ дыдэм деж.. топышэхэр къыщыуэжхэрт. Къ. Хь. Гъунэ илъын 1) провести первую борозду; начать пахоту 2) переносное начать какое-л. дело. Гъунэ зимыӀэ бескрайний, бесконечный. Гъуни нэзи зимыӀэ = гъунэ зимыӀэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зыгуэрым ибгъу, и нэз, и ухыпӀэ, гъунапкъэ.
Жьыбгъэ мащӀэр къыкъуэлъэтмэ, Уэс гущӀыӀум щолъэпхъащэ, ПсыӀу мыл гъунэм убгъэдэтмэ, Псыр мыл щӀагъым щоӀущащэ— Гум и гъатхэ. «Партыр ди пашэу», 112
+2 örnek
Гузэвэгъуэр хэт и уни ЕмыупщӀу ныщӀыхьауэ, ДокӀыр псори жылэ гъунэм.— Тисей, 484
Укъеплъыхым а бгы щхъуантӀэм, Къанокъуэпщым иӀэ унэр, ФэкӀэ ещхьу пхъэбгъужь пхъуантэм, Лъагэу Ӏути жылэ гъунэм. «— Тисей, 502
Deyimler (2)
гъунэ и(мы)Ӏэн
Нэз, ухыпӀэ, гунапкъэ и(мы)Ӏэн.
ЗэпылъитӀым я гур зэрыщӀэрт, зэхуэзэрэ псалъэ закъуэ жамыӀами, а тӀум я псэмрэ я гумрэ зэжраӀэм гъунэ иӀэтэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667
+2 örnek
Унэ зэтет дахэм и деж къыщызэхуэсам гъунэ иӀэтэкъым— Хъуэпсэгъуэ нур, 317
Бий ябгэм ди щӀыр къыщибгынэм, Мэлищт къэнари, ар ди жагъуэт, Иджы хъуэпсэгъуэм иӀэ гъунэ— Мэл гуартэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 50
гъуни нэзи имыӀэн
КӀэ имыӀэн, бжыгъэншэу щытын.
ЦӀыхур зыщӀэупщӀэм гъуни нэзи иӀэтэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 627
Kitapta geçtiği hali
ГЪУНЭ (28). Зыгуэрым ибгъу, и нэз, и ухыпӀэ, гъунапкъэ. Жьыбгъэ мащӀэр къыкъуэлъэтмэ, Уэс гущӀыӀум щолъэпхъащэ, ПсыӀу мыл гъунэм убгъэдэтмэ, Псыр мыл щӀагъым щоӀущащэ. Гум и гъатхэ. «Партыр ди пашэу», 112. Гузэвэгъуэр хэт и уни ЕмыупщӀу ныщӀыхьауэ, ДокӀыр псори жылэ гъунэм. «Тисей», 484. Укъеплъыхым а бгы щхъуантӀэм, Къанокъуэпщым иӀэ унэр, ФэкӀэ ещхьу пхъэбгъужь пхъуантэм, Лъагэу Ӏути жылэ гъунэм. «Тисей», 502. ◊ Гъунэ и(мы)Ӏэн (9). Нэз, ухыпӀэ, гунапкъэ и(мы)Ӏэн. ЗэпылъитӀым я гур зэрыщӀэрт, зэхуэзэрэ псалъэ закъуэ жамыӀами, а тӀум я псэмрэ я гумрэ зэжраӀэм гъунэ иӀэтэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667. Унэ зэтет дахэм и деж къыщызэхуэсам гъунэ иӀэтэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 317. Бий ябгэм ди щӀыр къыщибгынэм, Мэлищт къэнари, ар ди жагъуэт, Иджы хъуэпсэгъуэм иӀэ гъунэ? Мэл гуартэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 50. Гъуни нэзи имыӀэн (1). КӀэ имыӀэн, бжыгъэншэу щытын. ЦӀыхур зыщӀэупщӀэм гъуни нэзи иӀэтэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 627.