кӀуапӀэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зыгуэрым хуэзышэ лъагъуэ, гъуэгу.
рутропа, путь
Мэз кӀуапӀэ. Псы кӀуапӀэ.
+1 örnek
Ӏэщ кӀуапӀэ гъуэгужьуи щытат а уэрамыр.— Ӏуащхьэмахуэ
Bu maddedeki ifadeler (5)
кӀуапӀэ емытын
руне давать прохода кому-л.
Фэ {нартхэм} фшэ нысащӀэр благъуэм тыгъэ къыхуэвмыщӀмэ, нарту мыбы дэтыр фыкӀуэдащ, кӀуапӀи къывитынукъым {благъуэм}.— Нартхэр
+1 örnek
КӀуапӀэ иумыту жьы кхъухьхэр дурэшплӀэрэшхэм догъасхьэ.— Къэбэрдей
кӀуапӀэ имыӀэжу
руочень, крайне, исключительно.
кӀуапӀэ имыӀэу
руочень, непременно.
кӀуапӀэ хуэхъун
рустать местом постоянного посещения для кого-л.
кӀуапӀэ щӀын
рубывать где-л. часто, сделать что-л. местом постоянного посещения.
Kitapta geçtiği hali
кӀуапӀэ тропа, путь / Зыгуэрым хуэзышэ лъагъуэ, гъуэгу. Мэз кӀуапӀэ. Псы кӀуапӀэ. * Ӏэщ кӀуапӀэ гъуэгужьуи щытат а уэрамыр. Ӏуащхь. КӀуапӀэ емытын не давать прохода кому-л. * Фэ {нартхэм} фшэ нысащӀэр благъуэм тыгъэ къыхуэвмыщӀмэ, нарту мыбы дэтыр фыкӀуэдащ, кӀуапӀи къывитынукъым {благъуэм}. Нарт. КӀуапӀэ иумыту жьы кхъухьхэр дурэшплӀэрэшхэм догъасхьэ. Къэб. КӀуапӀэ имыӀэжу очень, крайне, исключительно. КӀуапӀэ имыӀэу очень, непременно. КӀуапӀэ хуэхъун стать местом постоянного посещения для кого-л. КӀуапӀэ щӀын бывать где-л. часто, сделать что-л. местом постоянного посещения.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зыгуэрым хуэзышэ лъагъуэ, гъуэгу.
ЩӀыналъэр зэрыщытауэ дахащэт, гъавэр уэшхым я кӀуапӀэщ, къызэщӀэрыуащи, нэр егъэджылыр, хъупӀэм Ӏэщу итыр абы хуэдабзэщ.— Кхъэлэгъунэ, 375
+2 örnek
Жьыбгъэ кӀуапӀэм къыщыкӀами, Къуршым жыгыр ягу пымыкӀ— Бжей жыгым и балладэ. «Батырыбжьэ», 67
Псыжьрэ Индылрэ я зэхуакур арат зекӀуэ кӀуапӀэр, бжьыхьэр къэсрэ гъавэр гуэным иракӀутэжамэ, нэхъыбэм ДонкӀэ ягъазэрэ губгъуэр къаущыхьу итт, къанэу губгъуэм щикӀуадэ Ӏэджэри къэхъурт— Лъапсэ, 30
Deyimler (4)
кӀуапӀэ емытын (къемытын)
Зыгуэрым и гъуэгум тетын, блэмыгъэкӀын.
Абы ищӀыӀужкӀэ хы Ӏуфэр яхъумэу урыс кхъухь Ӏэджэ тенджызым тетщ, ясыр зэхуэзыхьэсрэ изышыну хуежьэм кӀуапӀэ ирамыту яубыдри кхъуафэжьейм исыр зэрису Кърым псы Ӏуфэм яшэ, лӀыубыдхэри ягъэтӀыс, яубыда ясырхэр яутӀыпщыж, урыс къалэм и гъунэгъуу тӀысрэ лажьэу шхэжыну тхьэлъанэ ящӀа иужь.— Лъапсэ, 63
+1 örnek
Нэмыцэм дышуудзэ я гугъэу кӀуапӀэ къыдатыркъым,
кӀакхъум кӀэщӀу щӀэтын
- жиӀэу Бекъан яхуэтхьэусыхэрт [лӀы гупым] ягу зыщӀигъэгъун и гугъэу— Нал къута, 269
кӀуапӀэ имыӀэжу
Егъэлеяуэ, абы нэхъыфӀ щымыӀэу.
Къазджэрий и гуапэ ищӀмэ фӀэфӀу, Матренэ лъэкӀ къигъанэртэкъым пщэфӀэнкӀэ, нышэдибэрей супри кӀуапӀэ имыӀэжу супыфӀт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 605
кӀуапӀэ имыӀэу
Нэгъэсауэ, дэбгъуэн щымыӀэу.
Зыкъом зэӀущӀэм къыхэпсэлъыкӀащ: - КӀуапӀэ имыӀэу псалъэ узыншэщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 652
Kitapta geçtiği hali
КӀУАПӀЭ (12). Зыгуэрым хуэзышэ лъагъуэ, гъуэгу. ЩӀыналъэр зэрыщытауэ дахащэт, гъавэр уэшхым я кӀуапӀэщ, къызэщӀэрыуащи, нэр егъэджылыр, хъупӀэм Ӏэщу итыр абы хуэдабзэщ. Кхъэлэгъунэ, 375. Жьыбгъэ кӀуапӀэм къыщыкӀами, Къуршым жыгыр ягу пымыкӀ. Бжей жыгым и балладэ. «Батырыбжьэ», 67. Псыжьрэ Индылрэ я зэхуакур арат зекӀуэ кӀуапӀэр, бжьыхьэр къэсрэ гъавэр гуэным иракӀутэжамэ, нэхъыбэм ДонкӀэ ягъазэрэ губгъуэр къаущыхьу итт, къанэу губгъуэм щикӀуадэ Ӏэджэри къэхъурт… Лъапсэ, 30. ◊ КӀуапӀэ емытын (къемытын) (2). Зыгуэрым и гъуэгум тетын, блэмыгъэкӀын. Абы ищӀыӀужкӀэ хы Ӏуфэр яхъумэу урыс кхъухь Ӏэджэ тенджызым тетщ, ясыр зэхуэзыхьэсрэ изышыну хуежьэм кӀуапӀэ ирамыту яубыдри кхъуафэжьейм исыр зэрису Кърым псы Ӏуфэм яшэ, лӀыубыдхэри ягъэтӀыс, яубыда ясырхэр яутӀыпщыж, урыс къалэм и гъунэгъуу тӀысрэ лажьэу шхэжыну тхьэлъанэ ящӀа иужь. Лъапсэ, 63. Нэмыцэм дышуудзэ я гугъэу кӀуапӀэ къыдатыркъым, кӀакхъум кӀэщӀу щӀэтын- жиӀэу Бекъан яхуэтхьэусыхэрт [лӀы гупым] ягу зыщӀигъэгъун и гугъэу. Нал къута, 269. КӀуапӀэ имыӀэжу (1). Егъэлеяуэ, абы нэхъыфӀ щымыӀэу. Къазджэрий и гуапэ ищӀмэ фӀэфӀу, Матренэ лъэкӀ къигъанэртэкъым пщэфӀэнкӀэ, нышэдибэрей супри кӀуапӀэ имыӀэжу супыфӀт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 605. КӀуапӀэ имыӀэу (1). Нэгъэсауэ, дэбгъуэн щымыӀэу. Зыкъом зэӀущӀэм къыхэпсэлъыкӀащ: - КӀуапӀэ имыӀэу псалъэ узыншэщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 652.