кӀэ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

çekirdek
Ortak-кӀэ
Doğuжылэ
BatıкӀэ
kuyruk
OrtakкӀэкӀапэ
kuyrukkoyun/koç kuyruğu
OrtakкӀапэкӀэ
neticeson, sonuç, bitim
OrtakухыпӀ(э)кӀэ
Doğuужьыпкъэ
Batıужыпкъ(э)
son
OrtakухыпӀ(э)кӀэухкӀэ
Doğuужьыпкъэ
Batıужыпкъ(э)
taze
Ortakсвеж
DoğuщӀэщӀанэщӀыгъащӀэгъэжьагъащӀэгъэвагъащӀэ
BatıкӀэкӀанэшӀанэшӀыгъакӀэгъэжъэгъакӀэгъэжъогъакӀэ
yeniyep yeni
DoğuщӀэщӀэрыпс
BatıкӀэкӀэрыпс
Kitapta geçtiği hali

жылэ/кӀэ, -КӀЭ; ÇEKİRDEK

кӀэ/жылэ, -КӀЭ; ÇEKİRDEK

КӀЭ, КӀАПЭ; KUYRUK

КӀАПЭ, КӀЭ; KUYRUK (koyun/koç ~ğu)

ужыпкъ(э)/ужьыпкъэ, УХЫПӀ(Э), КӀЭ → КӀЭУХ; NETİCE, AKİBET (son, sonuç, bitim)

УХЫПӀ(Э), ужыпкъ(э)/ужьыпкъэ, КӀЭУХ, КӀЭ; SON

кӀэ/щӀэ, кӀанэ/шӀанэ, щӀанэ, шӀыгъакӀэ/щӀыгъащӀэ, гъэжъэгъакӀэ/ гъэжьагъащӀэ, гъэжъогъакӀэ/ гъэвагъащӀэ, СВЕЖ; TAZE

кӀэ/щӀэ, кӀэрыпс/щӀэрыпс; YENİ (yep ~)

щӀэ/кӀэ, кӀэрыпс/щӀэрыпс; YENİ (yep ~)

Bu sonuç kitaptaki 9 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: кӀэух

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. Языныкъуэ псэущхьэхэм я пкъыр зэриухыу пытыр.

рухвост

Блэр и кӀэмкӀэ тету къежьауэ щилъагъум, цыжьбанэм зызэригъапщхьэри гъуэлъащ.— ӀуэрыӀуатэ

2. Зыгуэр щиух, иужь ит.

руконец (напр. работы, палки)

Мазэм и кӀэ.

+1 örnek

Псалъэм и пэр умыщӀэмэ, и кӀэри пщӀэркъым.— Псалъэжьхэр

ЦӀыхубз щыгъын, бгым и щӀагъымкӀэ щыӀэ Ӏыхьэм фӀалъхьэу.

руюбка

Абы {Софят} ӀэлъэщӀ фӀыцӀэ телъщ, кӀэ къулэн щыгъщ.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм

Bu maddedeki ifadeler (23)

кӀэ етын

ру1) покончить с чем-л. (каким-л. делом, занятием) 2) лишить жизни кого- л., покончить с кем-л.

кӀэ игъуэтащ

ру1) делу конец 2) погибнуть окончательно.

кӀэ имыӀэжу

рудо бесконечности.

кӀэ иӀэкъым

рубез конца.

Шухэр ешат, егъэзыхыгъуэм кӀэ имыӀэ хуэдэу.— КӀыщокъуэ Алим

19 ifade daha

{и} кӀэ къихуэн

руоказаться на последнем месте, плестись в хвосте.

Адрей къуажэм япэ димыщмэ, я кӀэ дыкъихуэнкъым.— КӀыщокъуэ Алим

{и} кӀэ къурыкъуу хэутӀыпщхьэжын

рупредоставить полную свободу действий кому-л.

{и} кӀэ темытӀысхьэжын

руиспытывать сильную тревогу из-за чего-л.; не находить себе места, сильно беспокоиться, волноваться; не знать покоя.

Ар {хъыджэбзыр} зыщӀыпӀэ кӀуамэ, къэкӀуэжыху, анэр и кӀэм тетӀысхьэжыртэкъым.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

кӀэи пэи иӀэкъым

ру1) не разберешь, что к чему 2) нет конца и краю.

кӀэкӀэ зисэн

рузаупрямиться, закапризничать.

{и} кӀэм икӀэжым

ру1) в конечном счете 2) наконец.

{и} кӀэм икӀуэдэн

рупогибнуть, пропасть по чьей-л. вине; отдать концы из-за кого-л.

Шорэ и Ӏуэху зытетыр къыщӀэщу организацэ псор абы и кӀэм икӀуэдэн шынагъуэр къатепсыхат.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

{и} кӀэм иплъэн

рудождаться чего-л.

{и} кӀэм итын

ру1) следовать всюду за кем-чем-л. 2) стоять в конце (напр. очереди) 3) плестись в хвосте, отставать (в соревновании, учебе и т. п.).

{и} кӀэм ищӀауэ

руходить тенью за кем-л., быть чьим-л. хвостом.

{и} кӀэм мафӀэ къыщӀэнащ

ру{он} в панике, в тревоге.

{и} кӀэм теувэн

рунаступать на хвост {пятки} кому-л.

Абы и кӀэм теувэт, лъэщущ узэрытеувэнур!— Шортэн Аскэрбий

кӀэр {бэкъум} дэупщӀэн

руподжать хвост.

Иджы я кӀэр я бэкъум дэупщӀауэ заудыгъу, ауэ Ӏэмал зэрагъуэту иджыри Ӏэбэнухэщ {дыгъуэгъуакӀуэхэр}.— КӀэрашэ Тембот

кӀэр бжыхьым дэхуэжын

руразориться, обанкротиться.

{и} кӀэр къуилъхьэжащ

ру{он} обанкротился.

Абрэджхэм я кӀэр къуалъхьэжауэ зи фӀэщ мыхъуи щыӀэт.— КӀыщокъуэ Алим

кӀэр удэу (къэжыхьын)

рувиляя хвостом (бегать).

Диснэху и кӀэр иудэу нэмэзлыкъыр унэм щӀехьэ.— Ӏуащхьэмахуэ

{и} кӀэри и пэри

рутолько и всего, всего-навсего.

{и} кӀэри и щхьэри

рувсего-навсего, просто-напросто.

кӀэ бгыкъу

Еплъ: шыкъуэтэн

Kitapta geçtiği hali

кӀэ I 1. хвост / Языныкъуэ псэущхьэхэм я пкъыр зэриухыу пытыр. * Блэр и кӀэмкӀэ тету къежьауэ щилъагъум, цыжьбанэм зызэригъапщхьэри гъуэлъащ. фольк. 2. конец (напр. работы, палки) / Зыгуэр щиух, иужь ит. Мазэм и кӀэ. * Псалъэм и пэр умыщӀэмэ, и кӀэри пщӀэркъым. (погов.) КӀэ етын 1) покончить с чем-л. (каким-л. делом, занятием) 2) лишить жизни кого- л., покончить с кем-л. КӀэ игъуэтащ 1) делу конец 2) погибнуть окончательно. КӀэ имыӀэжу до бесконечности. КӀэ иӀэкъым без конца. * Шухэр ешат, егъэзыхыгъуэм кӀэ имыӀэ хуэдэу. КӀ. А. {И} кӀэ къихуэн оказаться на последнем месте, плестись в хвосте. * Адрей къуажэм япэ димыщмэ, я кӀэ дыкъихуэнкъым. КӀ. А. {И} кӀэ къурыкъуу хэутӀыпщхьэжын предоставить полную свободу действий кому-л. {И} кӀэ темытӀысхьэжын испытывать сильную тревогу из-за чего-л.; не находить себе места, сильно беспокоиться, волноваться; не знать покоя. * Ар {хъыджэбзыр} зыщӀыпӀэ кӀуамэ, къэкӀуэжыху, анэр и кӀэм тетӀысхьэжыртэкъым. Къ. Хь. КӀэи пэи иӀэкъым 1) не разберешь, что к чему 2) нет конца и краю. КӀэкӀэ зисэн заупрямиться, закапризничать. {И} кӀэм икӀэжым 1) в конечном счете 2) наконец. {И} кӀэм икӀуэдэн погибнуть, пропасть по чьей-л. вине; отдать концы из-за кого-л. * Шорэ и Ӏуэху зытетыр къыщӀэщу организацэ псор абы и кӀэм икӀуэдэн шынагъуэр къатепсыхат. Къ. Хь. {И} кӀэм иплъэн дождаться чего-л. {И} кӀэм итын 1) следовать всюду за кем-чем-л. 2) стоять в конце (напр. очереди) 3) плестись в хвосте, отставать (в соревновании, учебе и т. п.). {И} кӀэм ищӀауэ ходить тенью за кем-л., быть чьим-л. хвостом. {И} кӀэм мафӀэ къыщӀэнащ {он} в панике, в тревоге. {И} кӀэм теувэн наступать на хвост {пятки} кому-л. * Абы и кӀэм теувэт, лъэщущ узэрытеувэнур! Ш. А. КӀэр {бэкъум} дэупщӀэн поджать хвост. * Иджы я кӀэр я бэкъум дэупщӀауэ заудыгъу, ауэ Ӏэмал зэрагъуэту иджыри Ӏэбэнухэщ {дыгъуэгъуакӀуэхэр}. КӀ. Т. КӀэр бжыхьым дэхуэжын разориться, обанкротиться. {И} кӀэр къуилъхьэжащ {он} обанкротился. * Абрэджхэм я кӀэр къуалъхьэжауэ зи фӀэщ мыхъуи щыӀэт. КӀ. А. КӀэр удэу (къэжыхьын) виляя хвостом (бегать). * Диснэху и кӀэр иудэу нэмэзлыкъыр унэм щӀехьэ. Ӏуащхь. {И} кӀэри и пэри только и всего, всего-навсего. {И} кӀэри и щхьэри всего-навсего, просто-напросто. II юбка / ЦӀыхубз щыгъын, бгым и щӀагъымкӀэ щыӀэ Ӏыхьэм фӀалъхьэу. * Абы {Софят} ӀэлъэщӀ фӀыцӀэ телъщ, кӀэ къулэн щыгъщ. Щ. Ӏ. КӀэ бгыкъу к.-з. см. шыкъуэтэн.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Языныкъуэ псэущхьэхэм я пкъыр зэриухыу пытыр.

– Зэ фысабыри, къыдырым федаӀуэ, - зи псэ къызэрыгъуэтыжа кӀэпхъыр кӀиящ, и кӀэ бэлацэ цӀыкӀур игъэджэгуу.— Кхъухь пхэнж, 501

+2 örnek

[Фэуаз:] СокъуэншэкӀащ, къысхуэгъэгъу, Анка, - жысӀэу шым седэхащӀэу щызэхихым, арэзы къысхуэхъужауэ и щхьэр иутхыпщӀу, нэгъуэщӀ зыгуэр къэхъужащ, и нэпситӀыр къызэрелъэлъэхыу си Ӏэм къепэщэщыну хуожьэ, мэщатэ, мэпапщӀэ, и щхьэр си дамэм къытрелъхьэ, и кӀэр егъэкӀэрахъуэ, лъэм тепыӀэркъым, мэщыщ, и макъыр зэкӀуэкӀауэ— Анка, 382

Абдежым адакъэ хужьым и гур къызэрыгъуэтыжри къелъэтэхщ лъэуейми, бажэкӀэр иубыдащ, гуэгушыхъужьри ерыщ екӀуэри къыжьэхэлъэщ бажэми, и пэнцӀыв дыдэр тричащ— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484

Deyimler (1)

кӀэр исауэ

1. Ӏуэху гуэрым щхьэрутӀыпщу бгъэдыхьэн.

ИтӀани пщӀэну щыткъым: нобэрей цӀыхубзхэр диным икӀыным нэсащ, къалъхуар хыфӀадзэжын тӀэу еплъынукъым, е къалъхуар я адэ-анэм къыхуагъанэу езыхэм я кӀэр исауэ щыхыхьэжи къохъур.— Лъапсэ, 43

+2 örnek

Джэлил и псалъэр къалэдэсым къызэпеуд: – Сэ бабыщ къисшуи?! Уоджэгури уэ уи кӀэр исауэ!— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 487

ИгъащӀэм зыгуэрым фӀэмынэм зышхыр зи дзажэ дэмыхьэ Долэт ар яхуидэнт [Мусэрэ Бэтокъуэрэ жаӀэр]: - Узыр фи кӀапцӀэм исщ, бэлшэвычхэм кӀэдетыр лъэгущӀэтын ямыщӀым, фоджэгури фэ, фи кӀэр исауэ— Хъуэпсэгъуэ нур, 240

2. ПсынщӀэу кӀуэн.

Къыдырым и кӀэр исауэ щӀэпхъуэнурэ и занщӀэр и гъуэгуу жэнут, Ӏуащхьэм здытетым плъэрэ къру къом къуэшхуэм къыдэтӀысхьэу имылъэгъуатэмэ.— Кхъухь пхэнж, 495

+1 örnek

[Дэфэрэдж:] «А псалъэ телъыджэр жызыӀэфар Мухьэмэд бегъымбарыр аращ», - жысӀэу къысщыжьэдэхум, ЛэтӀифэу плъагъум и кӀэр исауэ макӀуэ-мэлъей, зы кабинетым къыщӀэкӀым, нэгъуэщӀ кабинетым щӀэлъадэурэ хэӀущӀыӀу ищӀащ: «Мухьэмэд бегъымбарым и фӀыцӀагъэм тещӀыхьа диссертацэ!— Лъапсэ, 15

Зыгуэр щиух.

Къанокъуэпщыр къэгубжьауэ НэкӀэ йоуэ гъукӀэ лӀыжьым НытокӀие, кӀэщӀу бауэу, ЩӀиӀыгъэжу и ныбафэр, И цеикӀэр тырелъафэ. «— Тисей, 506

+1 örnek

Спектаклыр и кӀэм нэблэгъат, къэхъуну я пщӀыхьэпӀи къэмыкӀар къыщыхъуам— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 660

Deyimler (12)

кӀэ етын

1. Ӏуэху гуэр ухын и кӀэм нэгъэсын.

Нобэ псоми дощӀэр тхыдэу Тыркухэр хышхуэм къыкӀыу къакӀуэу, Нэм къыфӀэнэр зэщӀаубыдэу, Пщащи щӀали зэдагъакӀуэу, Яшэу, ящэу щыщытари, КӀэ а ешхуэм езытари.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 51

+2 örnek

– Ӏуащхьэмахуэ пачати, къыдатыжащ, – къэпсэлъащ Мэмэт-щӀакъуэ, «псалъэмакъ мышыум» кӀэ иритын и хьисэпу, арщхьэкӀэ гупыр нэхъри къызэщӀэващ.— Лъапсэ, 82

Дэ тщыщу зы жэнэтым нагъэсыну си фӀэщ зыщӀын щыӀэкъым, – жиӀэри псалъэмакъ къаӀэтам бабыщым кӀэ иритащ— Кхъухь пхэнж, 506

2. Зыгуэр укӀын, и псэр хэхын.

Ти, пщагъэ къэнэжар гъунэгъу фызым иритыжри къигъэгугъащ адакъэжьым кӀэ иритыну.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 477

кӀэ игъуэтын

Зыгуэр и кӀэм нэгъэсын.

Чачэ къибжым кӀэ игъуэтыну щымыгугъэм, Думэсарэ къызэрыкӀуам нэхърэ нэхъ псынщӀэжу къежьэжащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 565

+1 örnek

Инус и Ӏуэхум кӀэ имыгъуэту къэнащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 81

кӀэ имыӀэн

КӀэухыншэу щытын.

ЩӀымахуэр кӀыхьщи кӀэ имыӀэ, Ди бом щӀэт шитӀыр мэгумэщӀ.— Ныжэбэ жэщи, нэхур щыху. «Щхьэлыкъуэ», 384

+2 örnek

Езыми [Дисэ] и щхьэр иужэгъуауэ, «зэ мыгъуи сылӀащэрэт, мыбы хуэдэу сыкъанэ нэхърэ», жиӀэу Алыхьым йолъэӀу, дунейкӀэ кӀэ зимыӀэ хьэзабыр ахърэт хьэзабым къыпищэну.— ГущӀэгъу, 423

ЩӀымахуэр кӀыхьщи кӀэ имыӀэ, Ди бом щӀэт шитӀыр мэгумэщӀ— Ныжэбэ жэщи, нэхур щыху. «Щхьэлыкъуэ», 384

кӀэ иӀэн

Зыгуэр ухын. -623.

Сытым и деж мы дунейкъутэжым кӀэ щиӀэнур, зэ щигъэтащэрэт, жиӀэу арат Думэсарэ зыщӀэхъуэпсыр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 281

+1 örnek

ХьэщӀэм и тхьэусыхафэм кӀэ иӀэу къыщӀэкӀынтэкъым— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 622

8 deyim daha

кӀэ иӀэкъым

ПщӀантӀэм къыдыхьэм кӀэ иӀэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 582

+1 örnek

Абы хуэдэ псалъэмакъым кӀэ иӀэтэкъым— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 517

Еплъ: кӀэ имыӀэн

кӀэи пэи иӀэкъым

Куэд хъу, бжьыгъэ зимыӀэм щхьэкӀэ жаӀэ.

– Сыту куэдыщи хъурэ, ярэби – жиӀэу Данизэти егъэщӀагъуэ, кӀэи пэи иӀэкъым [парадым хэтхэм].— Щынэхужьыкъуэ, 39

[и] кӀэ къихуэн

Псоми иужь къинэн.

[Нахъуэ:] Адрей къуажэм япэ димыщмэ, я кӀэ дыкъихуэнкъым— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 656

[и] кӀэм

Псори зыфӀэкӀа, иуха нэужь, иужькӀэ.

[Алыджыкъуэ:] Си Ӏэплъэпкъыр къыздэмыбзми, си щхьэр фӀэлэлу уэрам мащӀэ сыдэта – и кӀэм сыгъуащэри, сыкъэгувэпащ.— МелыӀыч, 437

+1 örnek

Думэсарэ и кӀэм урысыбзэ зыкъищӀри Астемыр дежкӀэ зы псалъэ идзащ: - «Дэсудани, Къасболэт», - жиӀэри— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 522

[и] кӀэм нэгъэсын (нэсын)

Зыгуэр ухын.

[Дэфэрэдж:] Хъыджэбзыр къелыкӀафӀэу къелами, ухуэбэлэрыгъ хъунутэкъым, жэщи махуи уи нэӀэ тегъэтын хуейти, си билетыр завхозым естащ, ихьу яритыжыну, Ӏуэхур и кӀэм нэзмыгъэсу сежьэжмэ, пщӀэну щыткъым къэхъунур.— Лъапсэ, 21

+1 örnek

Гъэмахуэку мазэм и кӀэ нэсауэ, зэгуэрым, пшапэр зэхэуа къудейуэ, Исхьэкъ къыдэкӀащ, жылэр зэхуишэсын папщӀэ гъуоуэ джэну— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 625

[и] пэм къыщыщӀэдзауэ и кӀэм нэс

Долэт гуэщыпхэмкӀэ къэуври, зыми зыкъримыгъащӀэу, репетицэм и пэм къыщыщӀэдзауэ и кӀэм нэс еплъащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 639

+1 örnek

[Дэфэрэдж:] – НтӀэ уезгъэдэӀуэнщ, тӀасэ, тӀэкӀу укъэбэдзэуэжа нэужь, и пэм къыщыщӀэдзауэ и кӀэм нэс бжесӀэнщ, - жысӀэу сымаджэр къыщӀэзгъэгугъэн гуэр хэмылъу къэзгъэгугъакъым— Лъапсэ, 28

Еплъ: пэ

[и] кӀэри и пэри

1. Ӏуэхур зэрыщытыр.

[Дэфэрэдж:] Аращ ди зэхущытыкӀэм и кӀэри и пэри, дызэзэгъыркъым жыпӀи хъунукъым, дызэжагъуэгъууи щыткъым.— Лъапсэ, 9

+2 örnek

[Къазыхъуэм:] Зыкъом дэкӀауэ фи щӀыналъэ утшэжынщи парашюткӀэ елъи фи цӀыхур къызэрытхущытыр зэгъащӀэ, жаӀэу къыщызжаӀэм, сегупсысри схуэшэчакъым сыкъэмыкӀуэжын – арат жиӀэм и кӀэри и пэри— Щынэхужьыкъуэ, 71

[Астемыр Къазджэрий жреӀэ:] И пэри и кӀэри а зэрыплъагъущ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 569

2. Мыхьэнэншэу щытын.

ЛӀакъуэлӀэшу арат и пэри и кӀэри.— Нал къута, 267

+1 örnek

[Хьэбибэ Чокэ щхьэкӀэ жеӀэ:] Аракъэ и пэри и кӀэри! Алыхь, къэбгъуэтам!— Щынэхужьыкъуэ, 24

[и] кӀэри и пэри имыщӀэу

Ӏуэхум щымыгъуазэу, зыри химыщӀыкӀыу.

Езыми [Иринэ] псалъэм и пэри и кӀэри имыщӀэу къыхиӀуащ: - Нанэ, Албиян

Atasözleri (2)

псалъэм и пэр умыщӀэмэ, и кӀэр пщӀэркъым

Еплъ: псалъэ

псалъэм и щхьэр умыщӀэмэ, и кӀэр пщӀэркъым

Еплъ: псалъэ

ЦӀыхубз щыгъын, бгым и щӀагъымкӀэ щыӀэ Ӏыхьэм фӀалъхьэу.

Гупсысэ хьэлъэр гум къихьэм, Пщыхьэщхьэм нысэм хуэпӀащӀэу Фызыжьыр макӀуэ, кӀэр хищӀэу. «— Адэ, 131

+1 örnek

Дадий и нитӀым нэпс щӀэзу, ЖиӀэн зы псалъэ лъэмыкӀыу, КӀэ къуащӀэр щӀыгум щилъэфу, Чэф иӀэ х

Deyimler (2)

кӀэр бжыхьым дэхуэжын

КӀэ етын, гугъапӀэ гуэри къыхуэмынэу.

Бэлшэвычым я кӀэр бжыхьым дахуэжащ, тӀасэ, жиӀэрти Данизэт абыкӀэ къыщӀидзэрти, и псалъэр зэпишу и тхьэусыхафэр къиублэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 271

кӀэкӀэ зехьэн

Псори зехуэн, зегъэкӀуэн, зэхэзехуэн щӀын. (1). Хуэмыху.

Школ псор кӀэкӀэ зезыхьэу хэт яхэтар жыпӀэмэ, Аслъэныкъуэт.— Щынэхужьыкъуэ, 21

+1 örnek

Арат адрей фыз бостей кӀэ лалэри зыхуейр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 312

Kitapta geçtiği hali

КӀЭ I (27). Языныкъуэ псэущхьэхэм я пкъыр зэриухыу пытыр. – Зэ фысабыри, къыдырым федаӀуэ, - зи псэ къызэрыгъуэтыжа кӀэпхъыр кӀиящ, и кӀэ бэлацэ цӀыкӀур игъэджэгуу. Кхъухь пхэнж, 501. [Фэуаз:] СокъуэншэкӀащ, къысхуэгъэгъу, Анка, - жысӀэу шым седэхащӀэу щызэхихым, арэзы къысхуэхъужауэ и щхьэр иутхыпщӀу, нэгъуэщӀ зыгуэр къэхъужащ, и нэпситӀыр къызэрелъэлъэхыу си Ӏэм къепэщэщыну хуожьэ, мэщатэ, мэпапщӀэ, и щхьэр си дамэм къытрелъхьэ, и кӀэр егъэкӀэрахъуэ, лъэм тепыӀэркъым, мэщыщ, и макъыр зэкӀуэкӀауэ. Анка, 382. Абдежым адакъэ хужьым и гур къызэрыгъуэтыжри къелъэтэхщ лъэуейми, бажэкӀэр иубыдащ, гуэгушыхъужьри ерыщ екӀуэри къыжьэхэлъэщ бажэми, и пэнцӀыв дыдэр тричащ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484. ◊ КӀэр исауэ (6). 1. (5). Ӏуэху гуэрым щхьэрутӀыпщу бгъэдыхьэн. ИтӀани пщӀэну щыткъым: нобэрей цӀыхубзхэр диным икӀыным нэсащ, къалъхуар хыфӀадзэжын тӀэу еплъынукъым, е къалъхуар я адэ-анэм къыхуагъанэу езыхэм я кӀэр исауэ щыхыхьэжи къохъур. Лъапсэ, 43. Джэлил и псалъэр къалэдэсым къызэпеуд: – Сэ бабыщ къисшуи?! Уоджэгури уэ уи кӀэр исауэ! Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 487. ИгъащӀэм зыгуэрым фӀэмынэм зышхыр зи дзажэ дэмыхьэ Долэт ар яхуидэнт [Мусэрэ Бэтокъуэрэ жаӀэр]: - Узыр фи кӀапцӀэм исщ, бэлшэвычхэм кӀэдетыр лъэгущӀэтын ямыщӀым, фоджэгури фэ, фи кӀэр исауэ! Хъуэпсэгъуэ нур, 240. 2. (2). ПсынщӀэу кӀуэн. Къыдырым и кӀэр исауэ щӀэпхъуэнурэ и занщӀэр и гъуэгуу жэнут, Ӏуащхьэм здытетым плъэрэ къру къом къуэшхуэм къыдэтӀысхьэу имылъэгъуатэмэ. Кхъухь пхэнж, 495. [Дэфэрэдж:] «А псалъэ телъыджэр жызыӀэфар Мухьэмэд бегъымбарыр аращ», - жысӀэу къысщыжьэдэхум, ЛэтӀифэу плъагъум и кӀэр исауэ макӀуэ-мэлъей, зы кабинетым къыщӀэкӀым, нэгъуэщӀ кабинетым щӀэлъадэурэ хэӀущӀыӀу ищӀащ: «Мухьэмэд бегъымбарым и фӀыцӀагъэм тещӀыхьа диссертацэ!» Лъапсэ, 15.

КӀЭ II (13). Зыгуэр щиух. Къанокъуэпщыр къэгубжьауэ НэкӀэ йоуэ гъукӀэ лӀыжьым НытокӀие, кӀэщӀу бауэу, ЩӀиӀыгъэжу и ныбафэр, И цеикӀэр тырелъафэ. «Тисей», 506. Спектаклыр и кӀэм нэблэгъат, къэхъуну я пщӀыхьэпӀи къэмыкӀар къыщыхъуам. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 660. ◊ КӀэ етын (20). 1. (19). Ӏуэху гуэр ухын и кӀэм нэгъэсын. Нобэ псоми дощӀэр тхыдэу Тыркухэр хышхуэм къыкӀыу къакӀуэу, Нэм къыфӀэнэр зэщӀаубыдэу, Пщащи щӀали зэдагъакӀуэу, Яшэу, ящэу щыщытари, КӀэ а ешхуэм езытари. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 51. – Ӏуащхьэмахуэ пачати, къыдатыжащ, – къэпсэлъащ Мэмэт-щӀакъуэ, «псалъэмакъ мышыум» кӀэ иритын и хьисэпу, арщхьэкӀэ гупыр нэхъри къызэщӀэващ. Лъапсэ, 82. Дэ тщыщу зы жэнэтым нагъэсыну си фӀэщ зыщӀын щыӀэкъым, – жиӀэри псалъэмакъ къаӀэтам бабыщым кӀэ иритащ. Кхъухь пхэнж, 506. 2. (1). Зыгуэр укӀын, и псэр хэхын. Ти, пщагъэ къэнэжар гъунэгъу фызым иритыжри къигъэгугъащ адакъэжьым кӀэ иритыну. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 477. КӀэ игъуэтын (2). Зыгуэр и кӀэм нэгъэсын. Чачэ къибжым кӀэ игъуэтыну щымыгугъэм, Думэсарэ къызэрыкӀуам нэхърэ нэхъ псынщӀэжу къежьэжащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 565. Инус и Ӏуэхум кӀэ имыгъуэту къэнащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 81. КӀэ имыӀэн (2). КӀэухыншэу щытын. ЩӀымахуэр кӀыхьщи кӀэ имыӀэ, Ди бом щӀэт шитӀыр мэгумэщӀ. Ныжэбэ жэщи, нэхур щыху. «Щхьэлыкъуэ», 384. Езыми [Дисэ] и щхьэр иужэгъуауэ, «зэ мыгъуи сылӀащэрэт, мыбы хуэдэу сыкъанэ нэхърэ», жиӀэу Алыхьым йолъэӀу, дунейкӀэ кӀэ зимыӀэ хьэзабыр ахърэт хьэзабым къыпищэну. ГущӀэгъу, 423. ЩӀымахуэр кӀыхьщи кӀэ имыӀэ, Ди бом щӀэт шитӀыр мэгумэщӀ. Ныжэбэ жэщи, нэхур щыху. «Щхьэлыкъуэ», 384. КӀэ иӀэн (3). Зыгуэр ухын. Сытым и деж мы дунейкъутэжым кӀэ щиӀэнур, зэ щигъэтащэрэт, жиӀэу арат Думэсарэ зыщӀэхъуэпсыр. Хъуэпсэгъуэ нур, 281. ХьэщӀэм и тхьэусыхафэм кӀэ иӀэу къыщӀэкӀынтэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 622-623. КӀэ иӀэкъым (2). Еплъ кӀэ имыӀэн. ПщӀантӀэм къыдыхьэм кӀэ иӀэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 582. Абы хуэдэ псалъэмакъым кӀэ иӀэтэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 517. КӀэи пэи иӀэкъым (1). Куэд хъу, бжьыгъэ зимыӀэм щхьэкӀэ жаӀэ. – Сыту куэдыщи хъурэ, ярэби – жиӀэу Данизэти егъэщӀагъуэ, кӀэи пэи иӀэкъым [парадым хэтхэм]. Щынэхужьыкъуэ, 39. [И] кӀэ къихуэн (1). Псоми иужь къинэн. [Нахъуэ:] Адрей къуажэм япэ димыщмэ, я кӀэ дыкъихуэнкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 656. [И] кӀэм (2). Псори зыфӀэкӀа, иуха нэужь, иужькӀэ. [Алыджыкъуэ:] Си Ӏэплъэпкъыр къыздэмыбзми, си щхьэр фӀэлэлу уэрам мащӀэ сыдэта – и кӀэм сыгъуащэри, сыкъэгувэпащ. МелыӀыч, 437. Думэсарэ и кӀэм урысыбзэ зыкъищӀри Астемыр дежкӀэ зы псалъэ идзащ: - «Дэсудани, Къасболэт», - жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 522. [И] кӀэм нэгъэсын (нэсын) (4). Зыгуэр ухын. [Дэфэрэдж:] Хъыджэбзыр къелыкӀафӀэу къелами, ухуэбэлэрыгъ хъунутэкъым, жэщи махуи уи нэӀэ тегъэтын хуейти, си билетыр завхозым естащ, ихьу яритыжыну, Ӏуэхур и кӀэм нэзмыгъэсу сежьэжмэ, пщӀэну щыткъым къэхъунур. Лъапсэ, 21. Гъэмахуэку мазэм и кӀэ нэсауэ, зэгуэрым, пшапэр зэхэуа къудейуэ, Исхьэкъ къыдэкӀащ, жылэр зэхуишэсын папщӀэ гъуоуэ джэну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 625. [И] пэм къыщыщӀэдзауэ и кӀэм нэс (3). Еплъ пэ. Долэт гуэщыпхэмкӀэ къэуври, зыми зыкъримыгъащӀэу, репетицэм и пэм къыщыщӀэдзауэ и кӀэм нэс еплъащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 639. [Дэфэрэдж:] – НтӀэ уезгъэдэӀуэнщ, тӀасэ, тӀэкӀу укъэбэдзэуэжа нэужь, и пэм къыщыщӀэдзауэ и кӀэм нэс бжесӀэнщ, - жысӀэу сымаджэр къыщӀэзгъэгугъэн гуэр хэмылъу къэзгъэгугъакъым. Лъапсэ, 28. [И] кӀэри и пэри (7). 1. (5). Ӏуэхур зэрыщытыр. [Дэфэрэдж:] Аращ ди зэхущытыкӀэм и кӀэри и пэри, дызэзэгъыркъым жыпӀи хъунукъым, дызэжагъуэгъууи щыткъым. Лъапсэ, 9. [Къазыхъуэм:] Зыкъом дэкӀауэ фи щӀыналъэ утшэжынщи парашюткӀэ елъи фи цӀыхур къызэрытхущытыр зэгъащӀэ, жаӀэу къыщызжаӀэм, сегупсысри схуэшэчакъым сыкъэмыкӀуэжын – арат жиӀэм и кӀэри и пэри. Щынэхужьыкъуэ, 71. [Астемыр Къазджэрий жреӀэ:] И пэри и кӀэри а зэрыплъагъущ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 569. 2. (3). Мыхьэнэншэу щытын. ЛӀакъуэлӀэшу арат и пэри и кӀэри. Нал къута, 267. [Хьэбибэ Чокэ щхьэкӀэ жеӀэ:] Аракъэ и пэри и кӀэри! Алыхь, къэбгъуэтам! Щынэхужьыкъуэ, 24. [И] кӀэри и пэри имыщӀэу (1). Ӏуэхум щымыгъуазэу, зыри химыщӀыкӀыу. Езыми [Иринэ] псалъэм и пэри и кӀэри имыщӀэу къыхиӀуащ: - Нанэ, Албиян ☐ Псалъэм и пэр умыщӀэмэ, и кӀэр пщӀэркъым (1). Еплъ псалъэ. Псалъэм и щхьэр умыщӀэмэ, и кӀэр пщӀэркъым (1). Еплъ псалъэ.

КӀЭ III (2). ЦӀыхубз щыгъын, бгым и щӀагъымкӀэ щыӀэ Ӏыхьэм фӀалъхьэу. Гупсысэ хьэлъэр гум къихьэм, Пщыхьэщхьэм нысэм хуэпӀащӀэу Фызыжьыр макӀуэ, кӀэр хищӀэу. «Адэ», 131. Дадий и нитӀым нэпс щӀэзу, ЖиӀэн зы псалъэ лъэмыкӀыу, КӀэ къуащӀэр щӀыгум щилъэфу, Чэф иӀэ х ◊ КӀэр бжыхьым дэхуэжын (1). КӀэ етын, гугъапӀэ гуэри къыхуэмынэу. Бэлшэвычым я кӀэр бжыхьым дахуэжащ, тӀасэ, жиӀэрти Данизэт абыкӀэ къыщӀидзэрти, и псалъэр зэпишу и тхьэусыхафэр къиублэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 271. КӀэкӀэ зехьэн (1). Псори зехуэн, зегъэкӀуэн, зэхэзехуэн щӀын. Школ псор кӀэкӀэ зезыхьэу хэт яхэтар жыпӀэмэ, Аслъэныкъуэт. Щынэхужьыкъуэ, 21. КӀэ лалэ (1). Хуэмыху. Арат адрей фыз бостей кӀэ лалэри зыхуейр. Хъуэпсэгъуэ нур, 312.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

kuyruk sonuç

Düzeltme Öner

кӀэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.