хьэм щичын имыӀэн
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
хьэ
Дыгъужь, бажэ с.ху. я лъэпкъыгъуэу унэм щаӀыгъ псэущхьэ.
Хьэ банэ макъым хьэблэм дэт хьэр къызэщӀигъэвауэ уэрам зэв цӀыкӀум дэз къэхъуати, хьэ банэ макъымрэ хьэжым и кӀий макъымрэ зыри зэхыуагъэхыртэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 65
+2 örnek
Машинэр, хьэри шыри игъащтэу, жэрт, зэзэмызэ дридзеймэ, Лу къыбгъэдэс Мэтхъэным зыжьэхимыгъауэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 532
Хьэкурынэ жыжьэ кӀуауэ Ӏэхъун джабэм итщ и закъуэ, Хьэ Пэрийри езэшауэ И щхьэ къуацэр телъщ и лъакъуэм.— Тисей, 502
Deyimler (15)
дунейр хьэ къарэм ещхьу щытын
Еплъ: дуней
хьэр гъэбэнэн
Ӏуэхуншэу щӀыпӀэщӀыпӀэхэм къыщыкӀухьын.
Нартыхущхьэ зи унагъуэ имылъ Ӏэджи щыӀэт, абыхэм нэхъыбэхэм къэп къащтэри факъырэу ежьэжауэ хьэ ягъэбанэу къаущыхьырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 287
хьэр гъыуэ ефэн
Егъэлеяуэ фадэ куэд ефэн.
ФынакӀуэ дефэнщ, хьэр гъыуэ, – жиӀэри Залымджэрий унэмкӀэ игъэзащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 105
+1 örnek
Ефэ-ешхэ яублар екӀуэкӀырт, зызымышыӀэфхэр ефэрт хьэр гъыуэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 60
хьэ зэрахуэм къилъхуа
ЯгъэикӀэу цӀыхум жраӀэ.
[Инус Астемыр жриӀэу:] – Уэ сэ сыпхурикъункъэ, хьэ зэрахуэм къилъхуа.— Хъуэпсэгъуэ нур, 66
+1 örnek
[Къылышбиим Астемыр жриӀэу:] УщыкӀащ уэ, хьэ зэрахуэм къилъхуа…— Хъуэпсэгъуэ нур, 122
хьэ къарэм хуэдэу кӀыфӀщ
Зыри умылъагъуу (жэщу) щытын.
Елдар унэм зыщӀигъэбгъунлъыкӀри кӀыфӀым хыхьащ, дунейр хьэ къарэм хуэдэу кӀыфӀщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 225
+1 örnek
Жэщыр кӀыфӀщи, хьэ къарэм хуэдэщ, нэм къыщӀэӀэбэр плъагъуркъым.— МелыӀыч, 458
хьэми кхъуэми
Хэх имыӀэу псоми.
[Мэсхьуд цӀыхухэм жриӀэу:] Щэрданхэ я мылъкур хьэми кхъуэми яхуэшхыжыркъым, фынакӀуэ, дэри зыгуэр къытлъысынщ— Хъуэпсэгъуэ нур, 241
хьэм и ныбэм къикӀа
Сабийри гъыуэ кӀэлъыжа щхьэкӀэ, жыжьэ кӀуэнт – нэгъуэщӀ шу гуэри къэсри щӀалэ цӀыкӀур ипхъуэтащ: – Умыгъ, хьэм и ныбэм къикӀа, – уи анэм уэри улъэщӀыхьэжынщ, – жиӀэри.— Лъапсэ, 31
+1 örnek
Мэмэт-щӀакъуэм абы фӀэкӀ хуэшэчакъым: – Сыкъыдахужа, хьэм и ныбэм къикӀа?— Лъапсэ, 48
Еплъ: хьэ зэрахуэм къилъхуа
хьэр псафэ хуэшэн
СыткӀи жыӀэдаӀуэу щытын, сыти хуэщӀэн зыгуэрым.
[Думэсарэ жиӀэу:] ЦӀыхум уи гум фӀы яхуилъмэ, лей зумыхьэ, алыхь, хэти хьэр псафэ пхуишэнмэ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 544
хьэ щэхурыпхъуэ
Мурад щэху бзаджэ зиӀэм щхьэкӀэ жаӀэ.
Хьэ щэхурыпхъуэм ещхьщ лӀэныгъэр – Ар жаӀэр куэдым мыгушыӀэу.— ЛӀэныгъэ. «Мывэ хуабэ», 204
+1 örnek
Езыми [Берие], фадэм и гур къигъэжэнауэ, и нэр псывэ щӀэкӀа хуэдэ, къилыдыкӀыу, хъыджэбз дахэ дыдэхэр къыбгъэдыхьэрэ шхын къытрагъэувэмэ, е тепщэч нэщӀхэр щытрахыжкӀэ, и гурыӀупсыр къажэу, ныжэбэ си гупэ хэлъынур дэтхэнэрауэ пӀэрэ, жиӀэу, хьэ щэхурыпхъуэм ещхьу зиущэхуауэ, нэбгъузкӀэ цӀыхубзхэм яхэдэрт, и псэм къыхихыр и пэшым щӀригъэшэну.— Лъапсэ, 86
хьэм щичын имыӀэн
Щыгъыныншэу, пцӀанэу щытын.
Нурхьэлий, ажэ жьакӀэ хъужауэ, щыгъым фӀэкӀа хьэм щичын имыӀэми, зефыщӀыж.— Хъуэпсэгъуэ нур, 52
хьэм щичын щымыгъын
Модэ щӀалэ цӀыкӀухэр дрепщей, абы нэхъыбэм хьэм щичын ящыгъкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 97
+1 örnek
Щыгъын жыпӀэнущи, хъыджэбз цӀыкӀум хьэм щичын щыгъкъым, зэрыпцӀанэ-лъэпцӀанэу и анэм и ӀэлъэщӀыжь зэхэчэтхъар тепхъуауэ жьэгум дэсщ, мафӀэ илъмэ.— Нэгъуху, 33
Еплъ: хьэм щичын имыӀэн
хьэм ячэтхъам хуэдэн
ПцӀанэ мыгъуэу [Лу] къекӀухь, хьэм ячэтхъа хуэдэу— Хъуэпсэгъуэ нур, 191
+1 örnek
[Алыджыкъуэ] ЗанщӀэу гу лъызотэ: комендант сыкъызыхуашам лъыгъ шырыкъур хьэлэчщ, хьэм ячэтхъа хуэдэщ, уцӀынри зэщӀэхужащ, тедаӀами, къытетӀэпыкӀыжауэ къытехун къудейщ— МелыӀыч, 463
Еплъ: хьэм щичын имыӀэн
хьитӀым я кум къыдэкӀа
Думэсарэ башымкӀэ бжэм еуэурэ кӀийрт: – КъыщӀэкӀ мыдэ, лӀыгъэ уиӀэмэ, хьитӀым я кум къыдэкӀа.— Хъуэпсэгъуэ нур, 144
+1 örnek
[Думэсарэ:] Алыхьыр си бийщ, фочыкум измыгъаплъэмэ а зи нэ къэмыплъэжу хьитӀым я кум къыдэкӀауэ къамэ къизыхыр.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 502
Еплъ: хьэ зэрахуэм къилъхуа
хыв хьэ ебэнауэ
Еплъ: хыв
хьэм бацэ ихъуэжыхукӀэ фыз къэшэн
Куэдрэ щхьэгъусэ къэзышэм, зыхъуэжым щхьэкӀэ жаӀэ.
Хьэм бацэ ихъуэжыхукӀэ фыз къашэ.— Щынэхужьыкъуэ, 26
Atasözleri (9)
зи щхьэ щымыӀэм и шыд хьэм ешх
Еплъ: щхьэ
насыпыншэм махъшэм тесми хьэ къодзакъэ
Еплъ: насыпыншэ
хамэхьэ къакӀуэри унэхьэр дихуащ
Еплъ: хамэ
хьэм и губжь кхъуэм щехьэ (хуехь)
Зым кърита бампӀэр нэгъуэщӀым тезыкъутэ цӀыхум ауаныщӀу хужаӀэ.
Щымыхъужым, хьэм и губжьыр кхъуэм щехьэ жыхуаӀэм хуэдэу, Елдар гъунэгъуу щыту къилъэгъуати, кӀуэри фӀэнащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 104
+2 örnek
ЩӀешхыдэн лъэпкъи щыӀакъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, ар [лэжьапӀэ зэрагъэувар] си зэрану зэрыщытыр тэмэму ещӀэ, ауэ хьэм и губжь кхъуэм хуехь жыхуаӀэр арати, сэ [Дэфэрэдж] къысфӀэнэн къызимыкуу, лажьэ зимыӀэр къыпэщӀэхуати, щыхьащ.— Лъапсэ, 99
А мурадыр ищӀауэ арагъэнт унэлъащӀэ тӀэкӀури [Исуф] щӀикъутар, кхъуэм и губжьыр хьэм хуехь жыхуаӀэм хуэдэу.— Лэчымэ, 396
5 atasözü daha
хьэм и кӀэм псы щӀэуэмэ, есыкӀэ Ӏэзэ мэхъу
Ӏуэху гуэр къызылъыкъуэкӀам хэкӀыпӀэ къегъуэтыф.
Абдежым хьэм и кӀэм псы щӀэуэмэ, есыкӀэ Ӏэзэ мэхъу жыхуаӀэм хуэдэу, езыхэр (цӀыхухъухэр) псым гъущэу хэкӀыжрэ цӀыхубзым и закъуэ губгъуэ къыщрани дапщэ…— Лъапсэ, 13
хьэм и пхэм псы нэмысамэ есыкӀэ ищӀэркъым
И нэм нэмысауэ зыри къызыфӀэмыӀуэхум хужаӀэ.
Сытым и пхэм псы нэмысамэ. есыкӀэ ищӀэркъым жаӀэрэ?- [жиӀэрт ТӀалиб].— Щынэхужьыкъуэ, 14
хьэ пэтми, нэмыс гуэр хуащӀ
Лей зытехьэ, пщӀэ зыхуамыщӀ цӀыхум жиӀэ хабзэщ.
[Бекъан жиӀэу:] Хьэ пэтми, нэмыс гуэр хуащӀ, къысхуэгъэгъу, Ӏурарэ.— Къалэн, 432
хьэм бацэ ишхмэ, къыдохыж
ЦӀыхур къэзылъхуам ещхь (хьэлкӀэ, теплъэкӀэ) щыхъужам деж жаӀэ. Нэхъыбэу мыр щыжаӀэр нэщэнэ Ӏейхэм ехьэлӀауэщ, глагол къагъэсэбэпри литературэм къыщыпхь мыхъущ, абы гуемыӀугъэ зэрыхэлъым къыхэкӀыу, нэхъ телъэщӀауэ, ираӀуэкӀ щӀыкӀэу зэрадзэкӀ.
Хьэм бацэ ишхмэ, сыт жаӀэрэ?— Хъуэпсэгъуэ нур, 272
кхъуэм и губжьыр хьэм хуехь
Еплъ: кхъуэ
Kitapta geçtiği hali
ХЬЭ I (69). Дыгъужь, бажэ с.ху. я лъэпкъыгъуэу унэм щаӀыгъ псэущхьэ. Хьэ банэ макъым хьэблэм дэт хьэр къызэщӀигъэвауэ уэрам зэв цӀыкӀум дэз къэхъуати, хьэ банэ макъымрэ хьэжым и кӀий макъымрэ зыри зэхыуагъэхыртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 65. Машинэр, хьэри шыри игъащтэу, жэрт, зэзэмызэ дридзеймэ, Лу къыбгъэдэс Мэтхъэным зыжьэхимыгъауэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 532. Хьэкурынэ жыжьэ кӀуауэ Ӏэхъун джабэм итщ и закъуэ, Хьэ Пэрийри езэшауэ И щхьэ къуацэр телъщ и лъакъуэм. «Тисей», 502. ◊ Дунейр хьэ къарэм ещхьу щытын (1). Еплъ дуней. Хьэр гъэбэнэн (1). Ӏуэхуншэу щӀыпӀэщӀыпӀэхэм къыщыкӀухьын. Нартыхущхьэ зи унагъуэ имылъ Ӏэджи щыӀэт, абыхэм нэхъыбэхэм къэп къащтэри факъырэу ежьэжауэ хьэ ягъэбанэу къаущыхьырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 287. Хьэр гъыуэ ефэн (2). Егъэлеяуэ фадэ куэд ефэн. ФынакӀуэ дефэнщ, хьэр гъыуэ, – жиӀэри Залымджэрий унэмкӀэ игъэзащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 105. Ефэ-ешхэ яублар екӀуэкӀырт, зызымышыӀэфхэр ефэрт хьэр гъыуэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 60. Хьэ зэрахуэм къилъхуа (2). ЯгъэикӀэу цӀыхум жраӀэ. [Инус Астемыр жриӀэу:] – Уэ сэ сыпхурикъункъэ, хьэ зэрахуэм къилъхуа. Хъуэпсэгъуэ нур, 66. [Къылышбиим Астемыр жриӀэу:] УщыкӀащ уэ, хьэ зэрахуэм къилъхуа… Хъуэпсэгъуэ нур, 122. Хьэ къарэм хуэдэу кӀыфӀщ (2). Зыри умылъагъуу (жэщу) щытын. Елдар унэм зыщӀигъэбгъунлъыкӀри кӀыфӀым хыхьащ, дунейр хьэ къарэм хуэдэу кӀыфӀщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 225. Жэщыр кӀыфӀщи, хьэ къарэм хуэдэщ, нэм къыщӀэӀэбэр плъагъуркъым. МелыӀыч, 458. Хьэми кхъуэми (1). Хэх имыӀэу псоми. [Мэсхьуд цӀыхухэм жриӀэу:] Щэрданхэ я мылъкур хьэми кхъуэми яхуэшхыжыркъым, фынакӀуэ, дэри зыгуэр къытлъысынщ… Хъуэпсэгъуэ нур, 241. Хьэм и ныбэм къикӀа (2). Еплъ хьэ зэрахуэм къилъхуа. Сабийри гъыуэ кӀэлъыжа щхьэкӀэ, жыжьэ кӀуэнт – нэгъуэщӀ шу гуэри къэсри щӀалэ цӀыкӀур ипхъуэтащ: – Умыгъ, хьэм и ныбэм къикӀа, – уи анэм уэри улъэщӀыхьэжынщ, – жиӀэри. Лъапсэ, 31. Мэмэт-щӀакъуэм абы фӀэкӀ хуэшэчакъым: – Сыкъыдахужа, хьэм и ныбэм къикӀа? Лъапсэ, 48. Хьэр псафэ хуэшэн (1). СыткӀи жыӀэдаӀуэу щытын, сыти хуэщӀэн зыгуэрым. [Думэсарэ жиӀэу:] ЦӀыхум уи гум фӀы яхуилъмэ, лей зумыхьэ, алыхь, хэти хьэр псафэ пхуишэнмэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 544. Хьэ щэхурыпхъуэ (2). Мурад щэху бзаджэ зиӀэм щхьэкӀэ жаӀэ. Хьэ щэхурыпхъуэм ещхьщ лӀэныгъэр – Ар жаӀэр куэдым мыгушыӀэу. ЛӀэныгъэ. «Мывэ хуабэ», 204. Езыми [Берие], фадэм и гур къигъэжэнауэ, и нэр псывэ щӀэкӀа хуэдэ, къилыдыкӀыу, хъыджэбз дахэ дыдэхэр къыбгъэдыхьэрэ шхын къытрагъэувэмэ, е тепщэч нэщӀхэр щытрахыжкӀэ, и гурыӀупсыр къажэу, ныжэбэ си гупэ хэлъынур дэтхэнэрауэ пӀэрэ, жиӀэу, хьэ щэхурыпхъуэм ещхьу зиущэхуауэ, нэбгъузкӀэ цӀыхубзхэм яхэдэрт, и псэм къыхихыр и пэшым щӀригъэшэну. Лъапсэ, 86. Хьэм щичын имыӀэн (1). Щыгъыныншэу, пцӀанэу щытын. Нурхьэлий, ажэ жьакӀэ хъужауэ, щыгъым фӀэкӀа хьэм щичын имыӀэми, зефыщӀыж. Хъуэпсэгъуэ нур, 52. Хьэм щичын щымыгъын (2). Еплъ хьэм щичын имыӀэн. Модэ щӀалэ цӀыкӀухэр дрепщей, абы нэхъыбэм хьэм щичын ящыгъкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 97. Щыгъын жыпӀэнущи, хъыджэбз цӀыкӀум хьэм щичын щыгъкъым, зэрыпцӀанэ-лъэпцӀанэу и анэм и ӀэлъэщӀыжь зэхэчэтхъар тепхъуауэ жьэгум дэсщ, мафӀэ илъмэ. Нэгъуху, 33. Хьэм ячэтхъам хуэдэн (2). Еплъ хьэм щичын имыӀэн. ПцӀанэ мыгъуэу [Лу] къекӀухь, хьэм ячэтхъа хуэдэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 191. [Алыджыкъуэ] ЗанщӀэу гу лъызотэ: комендант сыкъызыхуашам лъыгъ шырыкъур хьэлэчщ, хьэм ячэтхъа хуэдэщ, уцӀынри зэщӀэхужащ, тедаӀами, къытетӀэпыкӀыжауэ къытехун къудейщ. МелыӀыч, 463. ХьитӀым я кум къыдэкӀа (2). Еплъ хьэ зэрахуэм къилъхуа. Думэсарэ башымкӀэ бжэм еуэурэ кӀийрт: – КъыщӀэкӀ мыдэ, лӀыгъэ уиӀэмэ, хьитӀым я кум къыдэкӀа. Хъуэпсэгъуэ нур, 144. [Думэсарэ:] Алыхьыр си бийщ, фочыкум измыгъаплъэмэ а зи нэ къэмыплъэжу хьитӀым я кум къыдэкӀауэ къамэ къизыхыр. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 502- 503. Хыв хьэ ебэнауэ (2). Еплъ хыв. Хьэм бацэ ихъуэжыхукӀэ фыз къэшэн (1). Куэдрэ щхьэгъусэ къэзышэм, зыхъуэжым щхьэкӀэ жаӀэ. Хьэм бацэ ихъуэжыхукӀэ фыз къашэ. Щынэхужьыкъуэ, 26. ☐ Зи щхьэ щымыӀэм и шыд хьэм ешх (1). Еплъ щхьэ I. Насыпыншэм махъшэм тесми хьэ къодзакъэ (2). Еплъ насыпыншэ. – Хамэхьэ къакӀуэри унэхьэр дихуащ (1). Еплъ хамэ II. Хьэм и губжь кхъуэм щехьэ (хуехь) (3). Зым кърита бампӀэр нэгъуэщӀым тезыкъутэ цӀыхум ауаныщӀу хужаӀэ. Щымыхъужым, хьэм и губжьыр кхъуэм щехьэ жыхуаӀэм хуэдэу, Елдар гъунэгъуу щыту къилъэгъуати, кӀуэри фӀэнащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 104. ЩӀешхыдэн лъэпкъи щыӀакъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, ар [лэжьапӀэ зэрагъэувар] си зэрану зэрыщытыр тэмэму ещӀэ, ауэ хьэм и губжь кхъуэм хуехь жыхуаӀэр арати, сэ [Дэфэрэдж] къысфӀэнэн къызимыкуу, лажьэ зимыӀэр къыпэщӀэхуати, щыхьащ. Лъапсэ, 99. А мурадыр ищӀауэ арагъэнт унэлъащӀэ тӀэкӀури [Исуф] щӀикъутар, кхъуэм и губжьыр хьэм хуехь жыхуаӀэм хуэдэу. Лэчымэ, 396. Хьэм и кӀэм псы щӀэуэмэ, есыкӀэ Ӏэзэ мэхъу (1). Ӏуэху гуэр къызылъыкъуэкӀам хэкӀыпӀэ къегъуэтыф. Абдежым хьэм и кӀэм псы щӀэуэмэ, есыкӀэ Ӏэзэ мэхъу жыхуаӀэм хуэдэу, езыхэр (цӀыхухъухэр) псым гъущэу хэкӀыжрэ цӀыхубзым и закъуэ губгъуэ къыщрани дапщэ… Лъапсэ, 13. Хьэм и пхэм псы нэмысамэ есыкӀэ ищӀэркъым (1). И нэм нэмысауэ зыри къызыфӀэмыӀуэхум хужаӀэ. Сытым и пхэм псы нэмысамэ. есыкӀэ ищӀэркъым жаӀэрэ?- [жиӀэрт ТӀалиб]. Щынэхужьыкъуэ, 14. Хьэ пэтми, нэмыс гуэр хуащӀ (1). Лей зытехьэ, пщӀэ зыхуамыщӀ цӀыхум жиӀэ хабзэщ. [Бекъан жиӀэу:] Хьэ пэтми, нэмыс гуэр хуащӀ, къысхуэгъэгъу, Ӏурарэ. Къалэн, 432. Хьэм бацэ ишхмэ, къыдохыж (2). ЦӀыхур къэзылъхуам ещхь (хьэлкӀэ, теплъэкӀэ) щыхъужам деж жаӀэ. Нэхъыбэу мыр щыжаӀэр нэщэнэ Ӏейхэм ехьэлӀауэщ, глагол къагъэсэбэпри литературэм къыщыпхь мыхъущ, абы гуемыӀугъэ зэрыхэлъым къыхэкӀыу, нэхъ телъэщӀауэ, ираӀуэкӀ щӀыкӀэу зэрадзэкӀ. Хьэм бацэ ишхмэ, сыт жаӀэрэ? Хъуэпсэгъуэ нур, 272. Кхъуэм и губжьыр хьэм хуехь (1). Еплъ кхъуэ.