кхъуэ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

domuz
Ortakлэу
Doğuкхъуэ
Batıкъо
Kitapta geçtiği hali

къо/кхъуэ, (Абз. ХЫВА), ЛЭУ; DOMUZ

кхъуэ → къо; DOMUZ

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: къо

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

ШэрыпӀхэм ящыщу лы, щэ, цы пхъашэ къыпахын папщӀэ зэрахуэ псэущхьэ.

русвинья

Кхъуэ гъэхъун. Кхъуэ гъэшхэн. Зи кхъуэ кӀуэдам кхъуэ кӀий макъ и тхьэкӀумэм икӀыркъым.— Псалъэжьхэр

2. Бзаджагъэ, гъэпцӀагъэ, хьилагъэ.

руподвох, подлог, хитрость, обман

Хьилэт зэрахьэри кхъуэ тӀыгъэ мащэр къысхуащӀ.— Къэбэрдей поэзием и антологие

Bu maddedeki ifadeler (6)

кхъуэ дэгу зыщӀын

рупритвориться глухим.

кхъуэ дэгу хъун

рупросторечие оглохнуть.

кхъуэ жьакӀэ

рубранное выражение в адрес стариков (букв. свинная борода).

Ахьа, кхъуэ жьакӀэ, ухуэза?— Зы едзыгъуэу зэхэлъ пьесэхэр

+1 örnek

{Адэмей:} ГъэувыӀэт а кхъуэ жьакӀэр!— Акъсырэ Залымхъан

кхъуэ лэу

Ди джэмыдэжьыр гъэ мэкъуауэнмэ худогъэтӀыгъуэр, хугъуэжьейм мэз кхъуэ лэухэм къыщаущыхь.— Нэгумэ Шорэ

Еплъ: кхъуэ шыр

2 ifade daha

кхъуэ тӀыгъэ мащэ

1. Кхъуэм зэхивыхьа, зэхитӀыхьа щӀыпӀэ, къритхъуа мащэ.

руканавки, ямки, вырытые кабанами

СяпэкӀэ соплъэри, кхъуэ тӀыгъэ мащэр къыщытщ.— ӀуэрыӀуатэ

кхъуэ шыр

Кхъуэм и шыр, и щӀэжьей.

рупоросенок

Кхъуэныжьым кхъуэ шырипщӀ щӀэсщ.

Kitapta geçtiği hali

кхъуэ свинья / ШэрыпӀхэм ящыщу лы, щэ, цы пхъашэ къыпахын папщӀэ зэрахуэ псэущхьэ. * Кхъуэ гъэхъун. Кхъуэ гъэшхэн. Зи кхъуэ кӀуэдам кхъуэ кӀий макъ и тхьэкӀумэм икӀыркъым. (погов.) Кхъуэ дэгу зыщӀын притвориться глухим. Кхъуэ дэгу хъун просторечие оглохнуть. Кхъуэ жьакӀэ пренебреж. сл. бранное выражение в адрес стариков (букв. свинная борода). * Ахьа, кхъуэ жьакӀэ, ухуэза? Пьесэхэр. {Адэмей:} ГъэувыӀэт а кхъуэ жьакӀэр! Акъ. З. кхъуэ лэу см. кхъуэ шыр. * Ди джэмыдэжьыр гъэ мэкъуауэнмэ худогъэтӀыгъуэр, хугъуэжьейм мэз кхъуэ лэухэм къыщаущыхь. Н. Ш. кхъуэ тӀыгъэ мащэ устар. 1. канавки, ямки, вырытые кабанами / Кхъуэм зэхивыхьа, зэхитӀыхьа щӀыпӀэ, къритхъуа мащэ. * СяпэкӀэ соплъэри, кхъуэ тӀыгъэ мащэр къыщытщ. фольк. 2. переносное подвох, подлог, хитрость, обман / Бзаджагъэ, гъэпцӀагъэ, хьилагъэ. * Хьилэт зэрахьэри кхъуэ тӀыгъэ мащэр къысхуащӀ. Къэб. п. и ант. кхъуэ шыр поросенок / Кхъуэм и шыр, и щӀэжьей. Кхъуэныжьым кхъуэ шырипщӀ щӀэсщ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. ШэрыпӀхэм ящыщу лы, щэ, цы пхъашэ къыпахын папщӀэ зэрахуэ псэущхьэ.

Уэрамыр ятӀэт, уэшх къызэрешхрэ куэд щӀатэкъым, ятӀэпс инхэм зэрыгъэкӀийрэ пырхъ-мырхъ жаӀэу кхъуэхэр хэст…— Хъуэпсэгъуэ нур, 113

+2 örnek

Урыс гъунэгъу сиӀэу сыпсэунукъым, жиӀэри Къасбот и фыз Урарэ Ӏуэхум зэран хуэхъуну хуежьащ, арщхьэкӀэ, кхъуэ зэримыхуэну къыщищӀэм, Урари увыӀэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 202

Кхъуэр кхъуэщи, сыт къыпыпхын— Кхъухь пхэнж, 508

2. ХьэкӀэкхъуэкӀэу мэзым щӀэт кхъуэпӀащэ.

Кхъуэуэ, щыхьу, мэз бжэну мэзым щӀэтыр ягъашхэурэ есащи, шхалъэ хуащӀам пэмыжыжьэу щохъуакӀуэ, хъун ягъуэтыху.— Лъапсэ, 70

+2 örnek

[Бажэм:] Уэ сэ си кхъуэпӀащэ, Уэ кхъуэ джэмыдэжь, КӀэщӀ ирехъу уи гъащӀэр, Уэ си пэ щабэжь…— Бажэ пшынэ, 12

[Сеймэн Мэмэт-щӀакъуэм жреӀэ:] Абы [Нартыхум] мэзым кхъуэ е щыхь къыщиукӀмэ здашэр дэнэ уи гугъэ— Лъапсэ, 48

3. Кхъуэм ейр, къыхэщӀыкӀа зыгуэр.

Зыбжанэ хъарзынэу екӀуэкӀащ, ауэ нобэ, уэ жепӀа, сэ жесӀа, Таша ирагъэшх шхыным кхъуэ дагъэ зэрыхалъхьэмкӀэ зыгуэр къэхэшащ…— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 603

+1 örnek

Псоми ящӀэрт ар зэрыкхъуэ дагъэм Таша гу зэрылъимытэр— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 603

Atasözleri (2)

кхъуэм и губжьыр хьэм хуехь

Зыгуэр и губжьыр лажьэ зимыӀэм, нэхъ махэм трикъутэмэ жаӀэ псалэжь.

[Дэфэрэдж:] ЩӀешхыдэн лъэпкъи щыӀакъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, ар си зэрану зэрыщытыр тэмэму ещӀэ, ауэ хьэм и губжь кхъуэм хуехь жыхуаӀэр арати, сэ къысфӀэнэн къызимыкуу, лажьэ зимыӀэр къыпэщӀэхуати, щыхьащ [Тамарэ Камизэхэ я нысэм].— Лъапсэ, 99

+1 örnek

А мурадыр ищӀауэ арагъэнт унэлъащӀэ тӀэкӀури [Исуф] щӀикъутар, кхъуэм и губжьыр хьэм хуехь жыхуаӀэм хуэдэу— Лэчымэ, 396

кхъуэр зыщышынэн щымыӀэмэ, Ӏуащхьэм докӀуей

ЦӀыху напэншэм, ӀукӀытэ зымыщӀэм зы мащӀэ гуэр хуэбдэм, уи щхьэм къытотӀысхьэ.

АрщхьэкӀэ дэнэ - кхъуэр зыщышынэн щымыӀэмэ, Ӏуащхьэм докӀуей жаӀэу ауэ сытми жаӀакъым.— Кхъухь пхэнж, 500

Kitapta geçtiği hali

КХЪУЭ (33). 1. (12). ШэрыпӀхэм ящыщу лы, щэ, цы пхъашэ къыпахын папщӀэ зэрахуэ псэущхьэ. Уэрамыр ятӀэт, уэшх къызэрешхрэ куэд щӀатэкъым, ятӀэпс инхэм зэрыгъэкӀийрэ пырхъ-мырхъ жаӀэу кхъуэхэр хэст… Хъуэпсэгъуэ нур, 113. Урыс гъунэгъу сиӀэу сыпсэунукъым, жиӀэри Къасбот и фыз Урарэ Ӏуэхум зэран хуэхъуну хуежьащ, арщхьэкӀэ, кхъуэ зэримыхуэну къыщищӀэм, Урари увыӀэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 202. Кхъуэр кхъуэщи, сыт къыпыпхын. Кхъухь пхэнж, 508. 2. (14). ХьэкӀэкхъуэкӀэу мэзым щӀэт кхъуэпӀащэ. Кхъуэуэ, щыхьу, мэз бжэну мэзым щӀэтыр ягъашхэурэ есащи, шхалъэ хуащӀам пэмыжыжьэу щохъуакӀуэ, хъун ягъуэтыху. Лъапсэ, 70. [Бажэм:] Уэ сэ си кхъуэпӀащэ, Уэ кхъуэ джэмыдэжь, КӀэщӀ ирехъу уи гъащӀэр, Уэ си пэ щабэжь… «Бажэ пшынэ», 12. [Сеймэн Мэмэт-щӀакъуэм жреӀэ:] Абы [Нартыхум] мэзым кхъуэ е щыхь къыщиукӀмэ здашэр дэнэ уи гугъэ? Лъапсэ, 48. 3. (2). плъыф. мыхь. Кхъуэм ейр, къыхэщӀыкӀа зыгуэр. Зыбжанэ хъарзынэу екӀуэкӀащ, ауэ нобэ, уэ жепӀа, сэ жесӀа, Таша ирагъэшх шхыным кхъуэ дагъэ зэрыхалъхьэмкӀэ зыгуэр къэхэшащ… Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 603. Псоми ящӀэрт ар зэрыкхъуэ дагъэм Таша гу зэрылъимытэр. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 603. ☐ Кхъуэм и губжьыр хьэм хуехь (1). Зыгуэр и губжьыр лажьэ зимыӀэм, нэхъ махэм трикъутэмэ жаӀэ псалэжь. [Дэфэрэдж:] ЩӀешхыдэн лъэпкъи щыӀакъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, ар си зэрану зэрыщытыр тэмэму ещӀэ, ауэ хьэм и губжь кхъуэм хуехь жыхуаӀэр арати, сэ къысфӀэнэн къызимыкуу, лажьэ зимыӀэр къыпэщӀэхуати, щыхьащ [Тамарэ Камизэхэ я нысэм]. Лъапсэ, 99. А мурадыр ищӀауэ арагъэнт унэлъащӀэ тӀэкӀури [Исуф] щӀикъутар, кхъуэм и губжьыр хьэм хуехь жыхуаӀэм хуэдэу. Лэчымэ, 396. Кхъуэр зыщышынэн щымыӀэмэ, Ӏуащхьэм докӀуей (1). ЦӀыху напэншэм, ӀукӀытэ зымыщӀэм зы мащӀэ гуэр хуэбдэм, уи щхьэм къытотӀысхьэ. АрщхьэкӀэ дэнэ - кхъуэр зыщышынэн щымыӀэмэ, Ӏуащхьэм докӀуей жаӀэу ауэ сытми жаӀакъым. Кхъухь пхэнж, 500.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

hınzır

Düzeltme Öner

кхъуэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.