лей ехын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

ехын

(йох)

1.

русойти, спуститься

Bu maddedeki ifadeler (6)

с чего-л. /

руЛъагапӀэм икӀыу лъахъшапӀэм кӀуэн, и кӀэм кӀуэн.

Къуажэм узэрыдыхьэжу гъуэгур егъэзыхыгъуэ защӀэу ехырт.— Ӏуащхьэмахуэ

+1 örnek

Шухэр бгым йохри тенджыз Ӏуфэм Ӏуохьэ.— Шортэн Аскэрбий

2. ИщхъэрэкӀэ кӀуэн.

руидти, ехать в северном направлении

ИщхъэрэкӀэ ехын.

адыгагъэ ехын

Еплъ: адыгагъэ

лей ехын

Еплъ: лей

нэлат ехын

Еплъ: нэлат

сэлам ехын

Еплъ: сэлам

хьэщӀагъэ ехын

Еплъ: хьэщӀагъэ

лей

1. Зэрыщытын, зэрыхъун хуей бжыгъэм, куэдагъым щӀигъу, къыдэхуэ.

рулишний

Гум илъ кӀапсэ лейр къызохри кърухэр зызопх, сибгми изощӀэж.— ХьэхъупащӀэ Амырхъан

2. Хэха, хэӀэтыкӀа, егъэлея.

руособый

Сэтэнейуэ нарт гуащэ, гуащэхэм я лей, дыгъэ бзийр зи нэкӀу, дыщэхэр зи куэщӀ.— Нартхэр

1. Къуаншагъэ, мыхъумыщӀагъэ. Лей бзаджэ.

рунесправедливость

2. ЦӀыхугъэншагъэ, щӀэпхъэджагъэ.

рунасилие, зло

Bu maddedeki ifadeler (11)

лей щӀын

руигнорировать, обходить кого-что-л.

нэ лейкӀэ еплъын

Еплъ: нэ

лей гъэгъун

рупростить кому-л. его несправедливость.

лей емыгъэхьын

руне давать спуску, уметь постоять за себя.

И хъуреягъкӀэ къытезэрыгуа хьэхэр мэлыхъухьэ цӀыкӀум къедзакъэрт, ауэ езыми лей яригъэхьтэкъым.— Ӏуащхьэмахуэ

лей ехын

ру1) проявлять несправедливость по отношению к кому-л.

Хасэм хэсхэм нэхъ фейцейуэ къотэджыр зы лӀыжь, жеӀэ: - Хъаным къыдих лейхэр Ди зэхуэдэ фэбжьщ.— Ж. Б. 2) насиловать

+1 örnek

кого-л.

лей зэхыжын

рунасиловать себя.

лей зехьэн

ру1) проявлять несправедливость.

ЦӀыхум уи гум фӀы яхуилъмэ, лей зумыхьэмэ, алыхь, хэти хьэр псафэ пхуишэнмэ.— КӀ. А. 2) творить зло, насилие.

+1 örnek

Дэтхэнэ къуажэдэсхэм я дежкӀи наӀуэт Мысост лей зэрихьэу, хьэзаб мыухыжыр лӀыщӀэхэм ятрилъхьэу зэрыщытыр.— Ӏуащхьэмахуэ

лей кӀэлъызехьэн

лей ехын

лей къытехуэн

рунезаслуженно пострадать.

Адыгэхэм лей Ӏэджэ къатехуами а хьэл-щэн гъуэзэджэхэр нобэм къэс яхъумэфащ.— Советскэ Къэбэрдейм и ӀуэрыӀуатэхэр

лей лъысын

руподвергаться насилию, унижению, оскорблению.

Адыгэхэм лей къалъысамэ, е я жагъуэ къащӀамэ ар зэрамыгъэгъуным хущӀэкъурт.— Нэгумэ Шорэ

лей мыгъэгъун

румстить.

Инал лей къызихар хуэзгъэгъункъым, жиӀэу аратэкъым Жыраслъэн нэхъ зытрищӀыхьри.— КӀыщокъуэ Алим

Kitapta geçtiği hali

ехын I (йох) неперех. гл. 1. сойти, спуститься с чего-л. / ЛъагапӀэм икӀыу лъахъшапӀэм кӀуэн, и кӀэм кӀуэн. * Къуажэм узэрыдыхьэжу гъуэгур егъэзыхыгъуэ защӀэу ехырт. Ӏуащхь. Шухэр бгым йохри тенджыз Ӏуфэм Ӏуохьэ. Ш. А. 2. идти, ехать в северном направлении / ИщхъэрэкӀэ кӀуэн. ИщхъэрэкӀэ ехын. II: адыгагъэ ехын см. адыгагъэ. Лей ехын см. лей. Нэлат ехын см. нэлат. Сэлам ехын см. сэлам. ХьэщӀагъэ ехын см. хьэщӀагъэ.

лей I 1. лишний / Зэрыщытын, зэрыхъун хуей бжыгъэм, куэдагъым щӀигъу, къыдэхуэ. * Гум илъ кӀапсэ лейр къызохри кърухэр зызопх, сибгми изощӀэж. Хь. А. 2. особый / Хэха, хэӀэтыкӀа, егъэлея. * Сэтэнейуэ нарт гуащэ, гуащэхэм я лей, дыгъэ бзийр зи нэкӀу, дыщэхэр зи куэщӀ. Нарт. Лей щӀын игнорировать, обходить кого-что-л. Нэ лейкӀэ еплъын см. нэ. II 1. несправедливость / Къуаншагъэ, мыхъумыщӀагъэ. Лей бзаджэ. 2. насилие, зло / ЦӀыхугъэншагъэ, щӀэпхъэджагъэ. Лей гъэгъун простить кому-л. его несправедливость. Лей емыгъэхьын не давать спуску, уметь постоять за себя. * И хъуреягъкӀэ къытезэрыгуа хьэхэр мэлыхъухьэ цӀыкӀум къедзакъэрт, ауэ езыми лей яригъэхьтэкъым. Ӏуащхь. Лей ехын 1) проявлять несправедливость по отношению к кому-л. * Хасэм хэсхэм нэхъ фейцейуэ къотэджыр зы лӀыжь, жеӀэ: - Хъаным къыдих лейхэр Ди зэхуэдэ фэбжьщ. Ж. Б. 2) насиловать кого-л. Лей зэхыжын насиловать себя. Лей зехьэн 1) проявлять несправедливость. * ЦӀыхум уи гум фӀы яхуилъмэ, лей зумыхьэмэ, алыхь, хэти хьэр псафэ пхуишэнмэ. КӀ. А. 2) творить зло, насилие. * Дэтхэнэ къуажэдэсхэм я дежкӀи наӀуэт Мысост лей зэрихьэу, хьэзаб мыухыжыр лӀыщӀэхэм ятрилъхьэу зэрыщытыр. Ӏуащхь. Лей кӀэлъызехьэн = лей ехын. Лей къытехуэн незаслуженно пострадать. * Адыгэхэм лей Ӏэджэ къатехуами а хьэл-щэн гъуэзэджэхэр нобэм къэс яхъумэфащ. Сов. Къэб. ифольк. Лей лъысын подвергаться насилию, унижению, оскорблению. * Адыгэхэм лей къалъысамэ, е я жагъуэ къащӀамэ ар зэрамыгъэгъуным хущӀэкъурт. Н. Ш. Лей мыгъэгъун мстить. * Инал лей къызихар хуэзгъэгъункъым, жиӀэу аратэкъым Жыраслъэн нэхъ зытрищӀыхьри. КӀ. А.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

лей

1. Къуаншагъэ, мыхъумыщӀагъэ.

Щэрданхэ я пщӀантӀэм къыщыхъуа лейр и нэгу зэрыщӀэкӀрэ Бэлацэ, щыгъуэ хуэдэ, гушыӀэныр щигъэтат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 297

+2 örnek

Астемыр мэжджытым къыщыщӀахуам щыгъуэ ар лей дыдэу къэзылъыта муслъымэнхэм иджы Ӏэ ӀэткӀэ мэжджытыр зэхуащӀыжын хуейт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 658

Лейм зи псэ итхьэкъум и лейри хуэмыгъу.— Гъавэмрэ псалъэмрэ. «Щхьэлыкъуэ», 397

2. ЦӀыхугъэншагъэ, щӀэпхъэджагъэ.

Лейм пэщӀэувэу щебэнкӀэ, КъаукӀри пхыру къытохуэ, Бий гущӀэгъуншэм и нейхэр Ди цӀыху мин Ӏэджэм къатохуэ.— ЩӀым и макъ. «Шум и гъуэгу», 38

+2 örnek

[Думэсарэ Елдар жриӀэу:] Машэнэм ивдзэу СэлэвкӀи зэревгъэшар [Дол-дадэ и щӀалэ цӀыкӀур] – къуаншагъэ жыпӀэмэ, къуаншагъэщ, си щӀалэ, лей жыпӀэми, лейщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 542

Лей зылъысахэр мыпсэужми, Ялъ щащӀэжынум къотэджыж.— Лей зылъысахэр. «Дамыгъэ», 218

Deyimler (4)

лей гъэгъун

Къуаншагъэр, мыхъумыщагъэр зыщыгъэгъупщэжын, дэчыхын.

ИрегуфӀэ лейр згъэгъуамэ, Уэ узотыр сэ а гъуамэр, ФочэщӀ фӀыцӀэр зэпиплъыхьу Къанокъуэпщыр щогуфӀыкӀыр. «— Тисей, 508

+1 örnek

Сабий лъы жахэр сигъэлъагъуу, Щыпсалъэрт Си гум: «Уигу иубыдэ – А лейр нэмыцэм хуумыгъэгъу, Уемыш, зэуакӀуэ, зыгъэбыдэ».— Дыгъэр къепсын папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 55

лей ехын

Къуаншагъэ, цӀыхугъэншагъэ кӀэлъызехьэн.

Абы [Дисэ] и мурадыр къехъулӀэмэ, нэгъуэщӀ хуейтэкъым езыри, и пхъум [Саримэ] лей ирихащ, сытащ, жаӀэу цӀыхум жамыӀэу, псори зыхуэзапхъэм хуэзэнщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 140

+2 örnek

Лей къыдэзыхым къыщӀэмыкӀуэн.— Уэ укъэзгъанэу дэнэ сыкӀуэн? Батырыбжьэ, 36

Лей зрахым уигу щӀэгъэгъу, Лей зезыхьэм хуумыгъэгъу. «— Елбэздыкъуэ, 9

лей зехьэн

Думэсарэ псалъэр яӀэщӀипхъуэтащ: - Алыхь, сэ вжесӀэнмэ Дотий ар илъагъу щӀэмыхъур: Инал хэкум имылъ кърелъхьэ, цӀыхум ямыщӀэ ярегъащӀэ – ӀуэхуфӀ Ӏэджэм яужь итщ, ауэ лей щызэрихьи къохъу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 540

+2 örnek

Лей зезыхьэм и Ӏэр хабзэм къыпеупщӀыр, ФӀы хуэзэнкъым дауи ар зыщыгъупщар, Бжьыдзэ инэралу Риджэуэ соупщӀыр: - Бжьыдзэ нэхъ дзэ лъэщу аркъэ уи гугъар?— Бжьыдзэ инэралу бадзэ командир. «Партыр ди пашэу», 138

- И щысыкӀэр-щэ, молэ, гъукӀэм и щысыкӀэм зыгуэр къикӀыркъэ? – жаӀэу щыщӀэупщӀэм, къажриӀащ: -Лей зесхьакъым, гуащӀэмрэ гущӀэгъумрэ зиӀэ азалыхьым игу зэзгъэбгъакъым, си напэр къабзэу тхьэм и пащхьэ сохьэж жиӀэу аращ и щысыкӀэм къикӀыр.— Лъапсэ, 106

Еплъ: лей ехын

лей къылъысын

Насыпыншагъэ, тхьэмыщкӀагъэ къыщыщӀын.

[Чокэ Албиян жриӀэу] Сэ сыпсэууэ абы лей къалъызгъэсынкъым.— Щынэхужьыкъуэ, 44

+2 örnek

Хэт и лейри къылъысами, Зытет нэпкъми пхутемыкӀ.— Бжей жыгым и балладэ. «Батырыбжьэ», 67

ЩӀымахуэ уаем цӀыхур зэхэзехуэн ящӀауэ, лей къызылъысыр куэдт.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 529

Kitapta geçtiği hali

ЛЕЙ II (17). 1. (7). Къуаншагъэ, мыхъумыщӀагъэ. Щэрданхэ я пщӀантӀэм къыщыхъуа лейр и нэгу зэрыщӀэкӀрэ Бэлацэ, щыгъуэ хуэдэ, гушыӀэныр щигъэтат. Хъуэпсэгъуэ нур, 297. Астемыр мэжджытым къыщыщӀахуам щыгъуэ ар лей дыдэу къэзылъыта муслъымэнхэм иджы Ӏэ ӀэткӀэ мэжджытыр зэхуащӀыжын хуейт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 658. Лейм зи псэ итхьэкъум и лейри хуэмыгъу. Гъавэмрэ псалъэмрэ. «Щхьэлыкъуэ», 397. 2. (10). ЦӀыхугъэншагъэ, щӀэпхъэджагъэ. Лейм пэщӀэувэу щебэнкӀэ, КъаукӀри пхыру къытохуэ, Бий гущӀэгъуншэм и нейхэр Ди цӀыху мин Ӏэджэм къатохуэ. ЩӀым и макъ. «Шум и гъуэгу», 38. [Думэсарэ Елдар жриӀэу:] Машэнэм ивдзэу СэлэвкӀи зэревгъэшар [Дол-дадэ и щӀалэ цӀыкӀур] – къуаншагъэ жыпӀэмэ, къуаншагъэщ, си щӀалэ, лей жыпӀэми, лейщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 542. Лей зылъысахэр мыпсэужми, Ялъ щащӀэжынум къотэджыж. Лей зылъысахэр. «Дамыгъэ», 218. ◊ Лей гъэгъун (2). Къуаншагъэр, мыхъумыщагъэр зыщыгъэгъупщэжын, дэчыхын. ИрегуфӀэ лейр згъэгъуамэ, Уэ узотыр сэ а гъуамэр, ФочэщӀ фӀыцӀэр зэпиплъыхьу Къанокъуэпщыр щогуфӀыкӀыр. «Тисей», 508. Сабий лъы жахэр сигъэлъагъуу, Щыпсалъэрт Си гум: «Уигу иубыдэ – А лейр нэмыцэм хуумыгъэгъу, Уемыш, зэуакӀуэ, зыгъэбыдэ». Дыгъэр къепсын папщӀэ. «Шум и гъуэгу», 55. Лей ехын (6). Къуаншагъэ, цӀыхугъэншагъэ кӀэлъызехьэн. Абы [Дисэ] и мурадыр къехъулӀэмэ, нэгъуэщӀ хуейтэкъым езыри, и пхъум [Саримэ] лей ирихащ, сытащ, жаӀэу цӀыхум жамыӀэу, псори зыхуэзапхъэм хуэзэнщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 140. Лей къыдэзыхым къыщӀэмыкӀуэн. Уэ укъэзгъанэу дэнэ сыкӀуэн? «Батырыбжьэ», 36. Лей зрахым уигу щӀэгъэгъу, Лей зезыхьэм хуумыгъэгъу. «Елбэздыкъуэ», 9. Лей зехьэн (19). Еплъ лей ехын. Думэсарэ псалъэр яӀэщӀипхъуэтащ: - Алыхь, сэ вжесӀэнмэ Дотий ар илъагъу щӀэмыхъур: Инал хэкум имылъ кърелъхьэ, цӀыхум ямыщӀэ ярегъащӀэ – ӀуэхуфӀ Ӏэджэм яужь итщ, ауэ лей щызэрихьи къохъу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 540. Лей зезыхьэм и Ӏэр хабзэм къыпеупщӀыр, ФӀы хуэзэнкъым дауи ар зыщыгъупщар, Бжьыдзэ инэралу Риджэуэ соупщӀыр: - Бжьыдзэ нэхъ дзэ лъэщу аркъэ уи гугъар? Бжьыдзэ инэралу бадзэ командир. «Партыр ди пашэу», 138. - И щысыкӀэр-щэ, молэ, гъукӀэм и щысыкӀэм зыгуэр къикӀыркъэ? – жаӀэу щыщӀэупщӀэм, къажриӀащ: -Лей зесхьакъым, гуащӀэмрэ гущӀэгъумрэ зиӀэ азалыхьым игу зэзгъэбгъакъым, си напэр къабзэу тхьэм и пащхьэ сохьэж жиӀэу аращ и щысыкӀэм къикӀыр. Лъапсэ, 106. Лей къылъысын (6). Насыпыншагъэ, тхьэмыщкӀагъэ къыщыщӀын. [Чокэ Албиян жриӀэу] Сэ сыпсэууэ абы лей къалъызгъэсынкъым. Щынэхужьыкъуэ, 44. Хэт и лейри къылъысами, Зытет нэпкъми пхутемыкӀ. Бжей жыгым и балладэ. «Батырыбжьэ», 67. ЩӀымахуэ уаем цӀыхур зэхэзехуэн ящӀауэ, лей къызылъысыр куэдт. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 529.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

hakaret iğfal etmek işkence tecavüz

Düzeltme Öner

лей ехын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.