къеуэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Kitapta geçtiği hali
къеуэн (къоуэ) неперех. гл. см. еуэн. Гум къеуэн см. гу II. Сыхьэтыр къеуэн см. сыхьэт. Телефоныр къеуэн см. телефон. Уэзджынэр къеуэн см. уэзджынэ. ЩӀыӀэ къеуэн см. щӀыӀэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(къоуэ)
1. Зыгуэрым удын едзын.
Апчарэ и гур къызэрыгъуэтыжащи и анэр хегъэзыхь, къэгубжьу бэлагъымкӀэ къеуэн и гугъами Хьэбибэ зищыӀащ, ауэ жиӀэн имыщӀэу мырамысэр зэӀиудри и пхъум жиӀам къыпищащ: – Си нысэр матушкӀэщ.— Щынэхужьыкъуэ, 26
+2 örnek
– Сеймэн зыгуэр къыпищэнут, арщхьэкӀэ абы нимыгъэсу Мэмэт-щӀакъуэр къеуэщ, къриудыхри шыгухур псым хэхуащ, ерэн зэрыт фэндыжьым хуэдэу.— Лъапсэ, 51
ЛӀыжьым щӀопщкӀэ ар [пан Ӏуэху зехьэр] къеуащ. «— Бдзэжьеящэм ипхъу, 149
2. Музыкальнэ Ӏэмэпсымэ гуэрым макъамэ къигъэкӀын. «
Къэрал пхъуантэр» зэщӀэлыдэрт, ӀункӀыбзэ илъхьэпӀэр хужьыбзэт, къу хэлърэ убыдыпӀэ хужьыбзэ иӀэу, бжэр къыщыӀупхкӀэ «дзын-дзындзын» жиӀэу, сыхьэтыр къызэреуэм ещхьу, музыкэ дахэ къеуэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 215
3. ӀэщэкӀэ зыгуэрым удын едзын.
ЦӀыхур зэрызекъуэу щыта нэужь, тутнакъэщымкӀэ еӀащ щӀэсыр хуит ящӀыжыну, арщхьэкӀэ унащхьэм тет пулеметымкӀэ къеуэ щыхъум, цӀыхур къэгужьеяуэ, ӀэлфӀыцӀэм хуэдэу хъуауэ, я диным икӀащ, уӀэгъэ хъуа, къаукӀа щалъагъум.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 525
+2 örnek
Хадэм топ изу итщи, нэмыцэм къалъагъумэ, къеуэу хуежьэнщ.— Нал къута, 280
Ауэ, модэ члисащхьэм Пулеметхэр щагъэпщкӀуауэ Танкхэм къоуэр. «— Бдзэжьеящэм ипхъу, 163
4. Нэхъ псынщӀэу лажьэу щӀидзэн (гум)
Зэм мафӀэ нэхуу мэлыдыр, Жэщ зытехъуахэм къалъагъуу, Къылъыс уӀэгъэм дэгызу ИтӀани къоуэр мызагъэу.— Си гур си Ӏэгум илъу. «Дамыгъэ», 209
5. Къэпсэлъэн (телефонкӀэ).
КъемыуэӀамэ, хъарзынэкъэ, зыгуэр къэпсалъэрэ Иринэ и цӀыхубз макъыр зэхихмэ, къыщӀэкӀиенкӀи хъунщ.— Нал къута, 240
+1 örnek
[Албинэ:] Борис Борисович и телефон къеуа, зо? [Дадэм:] Хьэуэ, хур хъыджэбз. Къеуакъым.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 155
6. Макъ игъэӀун (сыхьэтым). «
Къэрал пхъуантэр» зэщӀэлыдэрт, ӀункӀыбзэ илъхьэпӀэр хужьыбзэт, къу хэлърэ убыдыпӀэ хужьыбзэ иӀэу, бжэр къыщыӀупхкӀэ «дзын-дзын-дзын» жиӀэу, сыхьэтыр къызэреуэм ещхьу, музыкэ дахэ къеуэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 215
Atasözleri (1)
Ӏэщ уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэр дагъэ къещӀри,
Kitapta geçtiği hali
КЪЕУЭН (къоуэ) лъэмыӀ. (55). 1. (23). Зыгуэрым удын едзын. Апчарэ и гур къызэрыгъуэтыжащи и анэр хегъэзыхь, къэгубжьу бэлагъымкӀэ къеуэн и гугъами Хьэбибэ зищыӀащ, ауэ жиӀэн имыщӀэу мырамысэр зэӀиудри и пхъум жиӀам къыпищащ: – Си нысэр матушкӀэщ. Щынэхужьыкъуэ, 26. – Сеймэн зыгуэр къыпищэнут, арщхьэкӀэ абы нимыгъэсу Мэмэт-щӀакъуэр къеуэщ, къриудыхри шыгухур псым хэхуащ, ерэн зэрыт фэндыжьым хуэдэу. Лъапсэ, 51. ЛӀыжьым щӀопщкӀэ ар [пан Ӏуэху зехьэр] къеуащ. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 149. 2. (1). зэхь. Музыкальнэ Ӏэмэпсымэ гуэрым макъамэ къигъэкӀын. «Къэрал пхъуантэр» зэщӀэлыдэрт, ӀункӀыбзэ илъхьэпӀэр хужьыбзэт, къу хэлърэ убыдыпӀэ хужьыбзэ иӀэу, бжэр къыщыӀупхкӀэ «дзын-дзындзын» жиӀэу, сыхьэтыр къызэреуэм ещхьу, музыкэ дахэ къеуэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 215. 3. (16). зэхь. ӀэщэкӀэ зыгуэрым удын едзын. ЦӀыхур зэрызекъуэу щыта нэужь, тутнакъэщымкӀэ еӀащ щӀэсыр хуит ящӀыжыну, арщхьэкӀэ унащхьэм тет пулеметымкӀэ къеуэ щыхъум, цӀыхур къэгужьеяуэ, ӀэлфӀыцӀэм хуэдэу хъуауэ, я диным икӀащ, уӀэгъэ хъуа, къаукӀа щалъагъум. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 525. Хадэм топ изу итщи, нэмыцэм къалъагъумэ, къеуэу хуежьэнщ. Нал къута, 280. Ауэ, модэ члисащхьэм Пулеметхэр щагъэпщкӀуауэ Танкхэм къоуэр. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 163. 4. (1). Нэхъ псынщӀэу лажьэу щӀидзэн (гум). Зэм мафӀэ нэхуу мэлыдыр, Жэщ зытехъуахэм къалъагъуу, Къылъыс уӀэгъэм дэгызу ИтӀани къоуэр мызагъэу. Си гур си Ӏэгум илъу. «Дамыгъэ», 209. 5. (2). Къэпсэлъэн (телефонкӀэ). КъемыуэӀамэ, хъарзынэкъэ, зыгуэр къэпсалъэрэ Иринэ и цӀыхубз макъыр зэхихмэ, къыщӀэкӀиенкӀи хъунщ. Нал къута, 240. [Албинэ:] Борис Борисович и телефон къеуа, зо? [Дадэм:] Хьэуэ, хур хъыджэбз. Къеуакъым. Тепщэч къэзылъэтыхь, 155. 6. (1). Макъ игъэӀун (сыхьэтым). «Къэрал пхъуантэр» зэщӀэлыдэрт, ӀункӀыбзэ илъхьэпӀэр хужьыбзэт, къу хэлърэ убыдыпӀэ хужьыбзэ иӀэу, бжэр къыщыӀупхкӀэ «дзын-дзын-дзын» жиӀэу, сыхьэтыр къызэреуэм ещхьу, музыкэ дахэ къеуэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 215. ◊ Алыхьыр къеуэн (2). Еплъ Алыхь I. Гур къеуэн (7). Еплъ гу I. Телефон къеуэн (6). Еплъ телефон. ☐ Ӏэщ уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэр дагъэ къещӀри,