итын
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ИТЫН 2 (машэм ~/мащэм ~) (ит/итщ (сит/ситщ, уит/уитщ); DURUYOR OLMAK (kuyunun içinde ayakta durur durumda bulunmak)
ИТЫН 1 (машэм ~/мащэм ~) (еты/ йотыр (сеты/сотыр, уеты/уотыр); DURUYOR OLMAK (kuyunun içinde ~)
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(итщ)
1. Зыгуэрым и кӀуэцӀым, и пащхьэм деж щытын, щыӀэн.
рунаходиться где-л.
Хадэм мыӀэрысей, кхъужьӀэрысей куэд итт.— Елгъэр Кашиф
+1 örnek
Къемэти и пӀэм итт, абы {Зарэ} и дежкӀэ плъэуэ.— КӀэрашэ Тембот
2. И ныбжьыр илъэс бжыгъэ гуэрым нэсауэ щытын.
рубыть в каком-л. возрасте
Илъэс пщыкӀутхум итын.
Kitapta geçtiği hali
итын (итщ) неперех. гл. 1. находиться где-л. / Зыгуэрым и кӀуэцӀым, и пащхьэм деж щытын, щыӀэн. * Хадэм мыӀэрысей, кхъужьӀэрысей куэд итт. Е. К. Къемэти и пӀэм итт, абы {Зарэ} и дежкӀэ плъэуэ. КӀ. Т. 2. быть в каком-л. возрасте / И ныбжьыр илъэс бжыгъэ гуэрым нэсауэ щытын. Илъэс пщыкӀутхум итын. {И} кӀэм итын см. кӀэ. {И} пащхьэм итын см. пащхьэ. {И} пӀэм итын см. пӀэ. {И} ужь итын см. ужь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(итщ)
1. ЗыщӀыпӀэ гуэрым деж щытын, зыгуэрым и кӀуэцӀым щыӀэн.
Бабыщ шыр къришахэр нэхъ ин хъуати, езыр-езыру я щхьэ ягъэпсэужырт, зэм удзым хэсхэу, зэми псымкӀэ кӀуэрэ псым тесу, нэхъыбэу Ӏэнлъэм псы итмэ, абы хэст.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 489
+2 örnek
Ауэрэ Гуэбэшы хьилагъэ гуэр и гум къэкӀати, кхъуэл тӀэкӀу къигъуэтри, зыми иримыгъащӀэу и ныкъуэр ишхащ, къэнэжа тӀэкӀур игъэпщкӀури, лэпс къахьауэ щагуэшым, езым и шынакъым итым лы тӀэкӀу хэлъыр хишхыкӀри, кхъуэл тыкъырыр хидзащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 173
Мэзхэр щӀащакъэ хужыпӀэу, ЗэдэкӀуэу итхэт мыхъейуэ, Бгыр икъухьати мэкъу Ӏэнэу, щылът, гъуэлъыжами, мыжейуэ.— СӀыгът кхъуей хъурейуэ сэ мазэр. «Дамыгъэ», 214
2. И ныбжьыр илъэс бжыгъэ гуэрым нэсауэ щытын. -419.
Чэрим илъэсихым итт, Батыр нэхъыжьт, Нэфисэт иджыри цӀыкӀу дыдэт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 607
+1 örnek
И хъыджэбз цӀыкӀуу илъэс пщыкӀузым итыр и гъусэу Дэрдэхь Ӏэщэ-фащэ зыщэ тыкуэн цӀыкӀу гуэрым деж къэувыӀат, кӀэрахъуэшэ къищэхуну.— Хьэсэпэхъумэ, 418
3. ЗыщӀыпӀэ тхыгъэ щыщӀауэ щытын.
Гъэ еджэгъуэр ноблагъэ, хьисэпымкӀэ зэдгъэщӀэн хуея куэд къонэ, фи пыӀэр щхьэрыхауэ, еуэ-евгъэшхыу, фымыщӀэр зэвгъащӀэ, программэм итым щыщ фымыщӀэ къэнэну Ӏэмал зимыӀэщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 606
+2 örnek
Приказыр урысыбзэкӀэ тха щхьэкӀэ, абы итыр нобэ я щыпэзэхэхтэкъыми, къызыгурымыӀуэ зырызыххэ фӀэкӀа къахэкӀынутэкъым.— Нал къута, 257
Конституцэм итщ, лъэпкъ къэс щхьэж и щӀыналъэр ихъумэжу аракъым, атӀэ псоми я къару зыуэ, ялъэкӀыр ящӀэу, зэакъылэгъуу бийм поуври зэтракъутэ, жиӀэу.— Щынэхужьыкъуэ, 40
Kitapta geçtiği hali
ИТЫН (итщ) лъэмыӀ. (64). 1. (40). ЗыщӀыпӀэ гуэрым деж щытын, зыгуэрым и кӀуэцӀым щыӀэн. Бабыщ шыр къришахэр нэхъ ин хъуати, езыр-езыру я щхьэ ягъэпсэужырт, зэм удзым хэсхэу, зэми псымкӀэ кӀуэрэ псым тесу, нэхъыбэу Ӏэнлъэм псы итмэ, абы хэст. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 489. Ауэрэ Гуэбэшы хьилагъэ гуэр и гум къэкӀати, кхъуэл тӀэкӀу къигъуэтри, зыми иримыгъащӀэу и ныкъуэр ишхащ, къэнэжа тӀэкӀур игъэпщкӀури, лэпс къахьауэ щагуэшым, езым и шынакъым итым лы тӀэкӀу хэлъыр хишхыкӀри, кхъуэл тыкъырыр хидзащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 173. Мэзхэр щӀащакъэ хужыпӀэу, ЗэдэкӀуэу итхэт мыхъейуэ, Бгыр икъухьати мэкъу Ӏэнэу, щылът, гъуэлъыжами, мыжейуэ. СӀыгът кхъуей хъурейуэ сэ мазэр. «Дамыгъэ», 214. 2. (3). И ныбжьыр илъэс бжыгъэ гуэрым нэсауэ щытын. Чэрим илъэсихым итт, Батыр нэхъыжьт, Нэфисэт иджыри цӀыкӀу дыдэт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 607. И хъыджэбз цӀыкӀуу илъэс пщыкӀузым итыр и гъусэу Дэрдэхь Ӏэщэ-фащэ зыщэ тыкуэн цӀыкӀу гуэрым деж къэувыӀат, кӀэрахъуэшэ къищэхуну. Хьэсэпэхъумэ, 418-419. 3. (21). ЗыщӀыпӀэ тхыгъэ щыщӀауэ щытын. Гъэ еджэгъуэр ноблагъэ, хьисэпымкӀэ зэдгъэщӀэн хуея куэд къонэ, фи пыӀэр щхьэрыхауэ, еуэ-евгъэшхыу, фымыщӀэр зэвгъащӀэ, программэм итым щыщ фымыщӀэ къэнэну Ӏэмал зимыӀэщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 606. Приказыр урысыбзэкӀэ тха щхьэкӀэ, абы итыр нобэ я щыпэзэхэхтэкъыми, къызыгурымыӀуэ зырызыххэ фӀэкӀа къахэкӀынутэкъым. Нал къута, 257. Конституцэм итщ, лъэпкъ къэс щхьэж и щӀыналъэр ихъумэжу аракъым, атӀэ псоми я къару зыуэ, ялъэкӀыр ящӀэу, зэакъылэгъуу бийм поуври зэтракъутэ, жиӀэу. Щынэхужьыкъуэ, 40. ◊ [И] щхьэм итын (1). Еплъ щхьэ I. [И] ужь итын (7). Еплъ ужь II. Иужь итын (14). Еплъ иужь. Лъакъуэ лъэныкъуэкӀэ мащэм итын (1). Еплъ лъакъуэ.