пӀэ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

döşek
OrtakпӀэ
Doğuуэншэку
Batıошэкур
yatak
OrtakпӀэ
Doğuуэншэку
Batıошэкур
Kitapta geçtiği hali

ошэкур/уэншэку, ПӀЭ; DÖŞEK

уэншэку/ошэкур, ПӀЭ; DÖŞEK

ПӀЭ, ошэкур/уэншэку; YATAK, DÖŞEK

Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. ЩӀыгум, уэгум е ахэм яхыхьэ пкъыгъуэхэм ящыщу зыгуэрым хухэха, и Ӏыхьэ, зыгуэр здэщыс, здэщыт, здэщылъ.

руместо (определённое пространство, специально отведённое, предназначенное для кого-чего-л., или обычно занимаемое кем-чем-л.)

Мывэр и пӀэм ихын. ЩӀалэр и пӀэм яхуикӀакъым.

2. Зыгуэрым и лъэужьу зыгуэрым къытенэ.

руотпечаток, след

Лъым ипӀэ.

1. Еплъ: тепӀэнщӀэлъын

ПӀэр зэщӀэлъхьэжын. ПӀэр Ӏухын.

2. Еплъ: гъуэлъыпӀэ

Джэдур пӀэм исщ.

Bu maddedeki ifadeler (34)

{и} пӀэ игъэувэжын

рупоставить кого-л. на свое место.

Елдар фи къуажэ щӀэкӀуар нэгъуэщӀкъым, уи адэм къамэ къыхуизыхар и пӀэ иригъэувэжыну аращ.— КӀыщокъуэ Алим

{и} пӀэ игъэувэн

рупоставить, назначить кого-л. на какую-л. должность вместо кого-нибудь.

пӀэ игъэщын

русделать разметку на чём-л. (напр. на заготовке).

Къэнжалым пӀэ игъэщын.

{и} пӀэ ижыхьын

рузастыть на месте, стоять, остановиться как вкопанный.

ЛӀыжьым жиӀэжхэр щызэхихым, щӀалэщӀэр и пӀэм ижыхьащ.— Къэбэрдей

+1 örnek

Пхыр къиӀэтар и дамащхьэм зэрытелъу и пӀэм ижыхьри, {Къарней} мыбэуэжу зэпхыдэӀукӀащ.— КӀ. М.

30 ifade daha

{и} пӀэ изэгъэжын

рууспокоиться, утихомириться.

ЕтӀуанэ махуэм щхьэж и пӀэ изэгъэжащ.— КӀыщокъуэ Алим

{и} пӀэ изэгъэн

рурасположиться где-л. (о ком-л.).

Псори я пӀэ изэгъа нэужь, гупым я унафэщӀыр ираджащ.— Ӏуащхьэмахуэ

{и} пӀэ имызэгъэжын

руне находить себе места.

Хьэжы-Исмел и пӀэ изэгъэжыркъым, .. мэпапщэ, мэщатэ.— Шортэн Аскэрбий

{и} пӀэ имыхуэжын

{и} пӀэ имызэгъэн

Уэ щӀалэжь цӀыкӀур уи пӀэ ущӀимыхуэжыр сыту пӀэрэ?

{и} пӀэ исыжын

рузнать свое место, не совать нос в чужие дела.

Уи пӀэ уисыжын нэхъыфӀ щыӀэкъым.

{и} пӀэ исын

{и} пӀэ исыжын

- Уи пӀэ ис, щӀалэ, уэ, - уэрыншэуи зэфӀэдгъэкӀынщ дэ а Ӏуэхур, - кӀиящ лӀыр.— ЩоджэнцӀыкӀу Алий

{и} пӀэ иувэн

рузанять место кого-л., взять на себя обязанности кого-л.

Кулэ, узэрашэу, Уи пӀэ сиувэнщ.— ХьэхъупащӀэ Амырхъан

пӀэ ищын

руубить, уложить на месте кого-л.

пӀэ игъэщын. {и} пӀэ къимыгъэкӀын

Зэ уэгъуэм и пӀэ къимыгъэкӀын.

{и} пӀэ къимыкӀын

руумереть сразу, на месте.

Сэлим нэхъыфӀ дыдэу илъагъу шы пцӀэгъуэплъ дахэр къытехуэри и пӀэ къикӀакъым.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

{и} пӀэм зрилъэфыхьын

рупроявлять нерешительность.

ЖиӀэн имыщӀэу, абы и пӀэ зрелъэфыхь.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм

{уи} пӀэм зичын

рутронуться, рвануться с места.

Зуримэ къеупщӀам екӀи фӀыкӀи жэуап иритыркъым, и нэр хъыджэбзым тедияуэ еплъу тӀэкӀурэ щотыжри, занщӀэу и пӀэм зреч.— Ӏуащхьэмахуэ

{и} пӀэм идиихьын

{и} пӀэм ижыхьын

Ӏэщхэри, Ӏэхъуэри, псыхъуэри, танэри, махуэри, дыгъэри - псори я пӀэм идиихьа хуэдэщи, зыри хъеижыркъым.— Нало Ахьмэдхъан

{и} пӀэм ижыхьын

рузастыть на месте, остановиться как вкопанный.

{и} пӀэм имызэгъэжын

рубеспокоиться о ком-чём-л., переживать за кого-что-л.

Район псор зэрыпагэу щыта жэмыр сэ къыслъыса дауэ хъуну, жиӀэу Мысост и пӀэм изэгъэжыртэкъым.— Ӏуащхьэмахуэ

{и} пӀэм итамэ

рубудь я на его месте...

Уи пӀэ ситамэ, зызущэхунти сыщысынт, Жыраслъэн.— Мэзыхьэ Борис

{и} пӀэм иувэжын

рувойти в привычную колею.

{ЛӀыжьым:} - АтӀэ, ар Ӏуэхукъым, щӀалэщи аращ, унэ ихьэм и пӀэ иувэжынущ.— Ӏуащхьэмахуэ

{и} пӀэм иуджыхьын

рутоптаться на месте.

- Ещанэ бригадэр зыкъом щӀауэ и пӀэм йоуджыхь, ахъумэ и пэкӀэ кӀуатэркъым.— Ӏуащхьэмахуэ

{и} пӀэм иумэзэхэн

{и} пӀэм ижыхьын

Ар зэуэ и пӀэм иумэзэхащ икӀи, мыбэуэжым хуэдэу, зэпхыдэӀукӀащ.— Къэбэрдей

{и} пӀэм иуӀэгуэн

рупоставить на {свое} место кого-л.

Дзокъуэ и псалъэ нахуэхэм Дзури и пӀэм ириуӀэгуащ, Жэмали пщӀантӀэпс щӀыӀэ къыпхихуащ.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

и пӀэм ихун

рувывести из себя кого-л.

{Зейнаб:} - Уэращ, хьэжы, мыр {Аслъэнджэрий} и пӀэм изыхур, армыхъумэ ар игъащӀэм ину къыдэпсэлъакъым.— Ӏуащхьэмахуэ

{и} пӀэм къишын

{и} пӀэм ихун

И къуэр и пӀэм къизыша Ӏуэхур зэрымыӀуэху цӀыкӀур Санят хьэкъ щыхъуащ.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр

пӀэ гъэщхъэн

рулечь спать.

Абы нэхърэ нэхъыфӀкӀэ пхуэсӀуэни, укӀуэжрэ адэ уи хьэуазапӀэ бгъэщхъэжмэ.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

пӀэ дзыжын

рупросторечие

пӀэ щӀыжын

- ПӀэ тӀэкӀур схуэдзыжынт, - жиӀэри лӀыр фызым хуеплъэкӀащ.— Ӏуащхьэмахуэ

пӀэ кӀуэцӀ имыгъуэлъхьэн

руне спать, бодрствовать.

ПӀэ кӀуэцӀ симыгъуалъхьэу сэ сызылъыхъуэр уэрт.— Агъэнокъуэ Лашэ

+1 örnek

ЖэщитӀ хъуащи ар {Гуащэнэху} пӀэ кӀуэцӀ игъуэлъхьакъым.— Жаным Борис

пӀэм къыхэнэжын

рубыть прикованным к постели.

Жейм емызэгъыжу, шхын лъэпкъ щымыкӀуэжу, ар {КӀунэ} пӀэм къыхэнэжат.— ЛӀ. Ч.

+1 örnek

Ӏэрызехьэу пӀэм къыхэмынэжатэмэ, а уи гуапагъэми цӀыхугъэми {Алибей} и акъыл нэсынтэкъым.— КӀэрашэ Тембот

пӀэм хэлъын

руболезнь свалила

кого-л. Фызыжьыр илъэс зыбжанэ хъуауэ пӀэм хэлът.

пӀэм хиубыдэн

пӀэм хэлъын

пӀэр щӀыжын

рупостлать постель.

ПӀэр ящӀыжри гъуэлъыжащ.

пӀэ дэкӀуеигъуэ

Зы пӀэм ехьэлӀа тепӀэнщӀэлъынхэр.

рукомплект постельного белья

пӀэ лъапэ

ПӀэ ущилъым деж, лъакъуэм хуэзэ Ӏыхьэ.

руизножье (постели)

ПӀэ лъапэм джэдур жейуэ телът.

Kitapta geçtiği hali

пӀэ I 1. место (определённое пространство, специально отведённое, предназначенное для кого-чего-л., или обычно занимаемое кем-чем-л.) / ЩӀыгум, уэгум е ахэм яхыхьэ пкъыгъуэхэм ящыщу зыгуэрым хухэха, и Ӏыхьэ, зыгуэр здэщыс, здэщыт, здэщылъ. Мывэр и пӀэм ихын. ЩӀалэр и пӀэм яхуикӀакъым. 2. отпечаток, след / Зыгуэрым и лъэужьу зыгуэрым къытенэ. Лъым ипӀэ. {И} пӀэ игъэувэжын поставить кого-л. на свое место. * Елдар фи къуажэ щӀэкӀуар нэгъуэщӀкъым, уи адэм къамэ къыхуизыхар и пӀэ иригъэувэжыну аращ. КӀ. А. {И} пӀэ игъэувэн поставить, назначить кого-л. на какую-л. должность вместо кого-нибудь. ПӀэ игъэщын сделать разметку на чём-л. (напр. на заготовке). Къэнжалым пӀэ игъэщын. {И} пӀэ ижыхьын застыть на месте, стоять, остановиться как вкопанный. * ЛӀыжьым жиӀэжхэр щызэхихым, щӀалэщӀэр и пӀэм ижыхьащ. Къэб. Пхыр къиӀэтар и дамащхьэм зэрытелъу и пӀэм ижыхьри, {Къарней} мыбэуэжу зэпхыдэӀукӀащ. КӀ. М. {И} пӀэ изэгъэжын успокоиться, утихомириться. * ЕтӀуанэ махуэм щхьэж и пӀэ изэгъэжащ. КӀ. А. {И} пӀэ изэгъэн расположиться где-л. (о ком-л.). * Псори я пӀэ изэгъа нэужь, гупым я унафэщӀыр ираджащ. Ӏуащхь. {И} пӀэ имызэгъэжын не находить себе места. * Хьэжы-Исмел и пӀэ изэгъэжыркъым, .. мэпапщэ, мэщатэ. Ш. А. {И} пӀэ имыхуэжын = {и} пӀэ имызэгъэн. Уэ щӀалэжь цӀыкӀур уи пӀэ ущӀимыхуэжыр сыту пӀэрэ? {И} пӀэ исыжын знать свое место, не совать нос в чужие дела. Уи пӀэ уисыжын нэхъыфӀ щыӀэкъым. {И} пӀэ исын = {и} пӀэ исыжын. * - Уи пӀэ ис, щӀалэ, уэ, - уэрыншэуи зэфӀэдгъэкӀынщ дэ а Ӏуэхур, - кӀиящ лӀыр. Щ. А. {И} пӀэ иувэн занять место кого-л., взять на себя обязанности кого-л. * Кулэ, узэрашэу, Уи пӀэ сиувэнщ. Хь. А. ПӀэ ищын = пӀэ игъэщын. {И} пӀэ къимыгъэкӀын убить, уложить на месте кого-л. * Зэ уэгъуэм и пӀэ къимыгъэкӀын. {И} пӀэ къимыкӀын умереть сразу, на месте. * Сэлим нэхъыфӀ дыдэу илъагъу шы пцӀэгъуэплъ дахэр къытехуэри и пӀэ къикӀакъым. Къ. Хь. {И} пӀэм зрилъэфыхьын проявлять нерешительность. * ЖиӀэн имыщӀэу, абы и пӀэ зрелъэфыхь. Щ. Ӏ. {Уи} пӀэм зичын тронуться, рвануться с места. * Зуримэ къеупщӀам екӀи фӀыкӀи жэуап иритыркъым, и нэр хъыджэбзым тедияуэ еплъу тӀэкӀурэ щотыжри, занщӀэу и пӀэм зреч. Ӏуащхь. {И} пӀэм идиихьын = {и} пӀэм ижыхьын. * Ӏэщхэри, Ӏэхъуэри, псыхъуэри, танэри, махуэри, дыгъэри - псори я пӀэм идиихьа хуэдэщи, зыри хъеижыркъым. Н. А. {И} пӀэм ижыхьын застыть на месте, остановиться как вкопанный. {И} пӀэм имызэгъэжын беспокоиться о ком-чём-л., переживать за кого-что-л. * Район псор зэрыпагэу щыта жэмыр сэ къыслъыса дауэ хъуну, жиӀэу Мысост и пӀэм изэгъэжыртэкъым. Ӏуащхь. {И} пӀэм итамэ букв. будь я на его месте... * Уи пӀэ ситамэ, зызущэхунти сыщысынт, Жыраслъэн. М. Б. {И} пӀэм иувэжын войти в привычную колею. * {ЛӀыжьым:} - АтӀэ, ар Ӏуэхукъым, щӀалэщи аращ, унэ ихьэм и пӀэ иувэжынущ. Ӏуащхь. {И} пӀэм иуджыхьын топтаться на месте. * - Ещанэ бригадэр зыкъом щӀауэ и пӀэм йоуджыхь, ахъумэ и пэкӀэ кӀуатэркъым. Ӏуащхь. {И} пӀэм иумэзэхэн = {и} пӀэм ижыхьын. * Ар зэуэ и пӀэм иумэзэхащ икӀи, мыбэуэжым хуэдэу, зэпхыдэӀукӀащ. Къэб. {И} пӀэм иуӀэгуэн поставить на {свое} место кого-л. * Дзокъуэ и псалъэ нахуэхэм Дзури и пӀэм ириуӀэгуащ, Жэмали пщӀантӀэпс щӀыӀэ къыпхихуащ. Къ. Хь. И пӀэм ихун вывести из себя кого-л. * {Зейнаб:} - Уэращ, хьэжы, мыр {Аслъэнджэрий} и пӀэм изыхур, армыхъумэ ар игъащӀэм ину къыдэпсэлъакъым. Ӏуащхь. {И} пӀэм къишын = {и} пӀэм ихун. * И къуэр и пӀэм къизыша Ӏуэхур зэрымыӀуэху цӀыкӀур Санят хьэкъ щыхъуащ. Хь. Хь. II 1. см. тепӀэнщӀэлъын. ПӀэр зэщӀэлъхьэжын. ПӀэр Ӏухын. 2. см. гъуэлъыпӀэ. Джэдур пӀэм исщ. ПӀэ гъэщхъэн лечь спать. * Абы нэхърэ нэхъыфӀкӀэ пхуэсӀуэни, укӀуэжрэ адэ уи хьэуазапӀэ бгъэщхъэжмэ. Къ. Хь. ПӀэ дзыжын просторечие = пӀэ щӀыжын. * - ПӀэ тӀэкӀур схуэдзыжынт, - жиӀэри лӀыр фызым хуеплъэкӀащ. Ӏуащхь. ПӀэ кӀуэцӀ имыгъуэлъхьэн не спать, бодрствовать. * ПӀэ кӀуэцӀ симыгъуалъхьэу сэ сызылъыхъуэр уэрт. Агъ. Л. ЖэщитӀ хъуащи ар {Гуащэнэху} пӀэ кӀуэцӀ игъуэлъхьакъым. Ж. Б. ПӀэм къыхэнэжын быть прикованным к постели. * Жейм емызэгъыжу, шхын лъэпкъ щымыкӀуэжу, ар {КӀунэ} пӀэм къыхэнэжат. ЛӀ. Ч. Ӏэрызехьэу пӀэм къыхэмынэжатэмэ, а уи гуапагъэми цӀыхугъэми {Алибей} и акъыл нэсынтэкъым. КӀ. Т. ПӀэм хэлъын болезнь свалила кого-л. Фызыжьыр илъэс зыбжанэ хъуауэ пӀэм хэлът. ПӀэм хиубыдэн = пӀэм хэлъын. ПӀэр щӀыжын постлать постель. ПӀэр ящӀыжри гъуэлъыжащ. пӀэ дэкӀуеигъуэ комплект постельного белья / Зы пӀэм ехьэлӀа тепӀэнщӀэлъынхэр. пӀэ лъапэ изножье (постели) / ПӀэ ущилъым деж, лъакъуэм хуэзэ Ӏыхьэ. ПӀэ лъапэм джэдур жейуэ телът.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Зыгуэрым хухэха, и увыпӀэ, щытыпӀэ, щылъыпӀэ.

Аралпыр бэлыхь гуэрым зэрыхэтыр ӀупщӀт, и пэм мафӀэр кърихырт, пэцыр илыгъуэу, и жьакӀэр къабзэлъабзэу зэщӀэупса щхьэкӀэ, нэхъ лъагъугъуафӀэ хъуатэкъым, и дамэр хишу адэкӀэ-мыдэкӀэ дэплъырт и пӀэ итын хуэмышыӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 114

+2 örnek

Хьэбибэ и пӀэм имыкӀыжыфу итт, и фэр шэхум хуэдэу пыкӀауэ, Апчарэрэ Иринэрэ шынауэ унэм къыщӀэкӀыртэкъым.— Нал къута, 291

[Хьэбибэ Апчарэ жриӀэу:] АтӀэ секретарым и секретарыпӀэ иресыж [Чокэ]— Щынэхужьыкъуэ, 25

Deyimler (16)

[и] пӀэ игъэувэжын

И увыпӀэм, здэщытын хуейм гъэувыжын.

Умыгузавэ, жиӀэрт Саримэ, Елдар фи къуажэ щӀэкӀуар нэгъуэщӀкъым, уи адэм къамэ къыхуизыхар и пӀэ иригъэувэжыну аращ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 538

[и] пӀэ игъэувэн

Зыгуэрым и къулыкъур нэгъуэщӀым Ӏэрыхьэн.

Къылышбий и къуэр а къомым хэплъэри и гум къэкӀащ: «Махъсидэ Алий къады къуэдзэти зауэм къыщаукӀащ, абы и пӀэ игъэувэн хуейм къурӀэныр фӀыуэ ищӀэу икӀи жьакӀуэу щытын хуейщ, Астемыр узыхуей дыдэм хуэдэщ, атӀэ ар абы дгъакӀуэ щхьэ мыхъурэ», - жиӀэри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 121

[и] пӀэ изэгъэжын

И гур псэхужын, зэрыщытам теувэжын.

ЕтӀуанэрей махуэм Таша сымэ ягу къеуар ящыгъупщэжри щхьэж и пӀэ изэгъэжащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 604

+2 örnek

ТӀэкӀу-тӀэкӀуурэ псори и пӀэ изэгъэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 135

Колхоз жэмыр щагуэшкӀэ, рекордисткэу район псор зэрыпагэу щыта жэмыр сэ къыслъыса дауэ хъуну, жиӀэу, и пӀэм изэгъэжыртэкъым [Мысост].— Щынэхужьыкъуэ, 7

[и] пӀэ изэгъэн

Ар [нэмыцэ авиацэ къатеуар] щилъагъум, Апчарэ и пӀэм изэгъэнт.— Нал къута, 214

+2 örnek

Къызэхуэсахэр сабыр хъуащ, уеблэмэ зыми емыдаӀуэу щыта щӀалэ цӀыкӀуэхэри я пӀэм изэгъащ, къамыжыхьыжу— Хъуэпсэгъуэ нур, 154

Ӏурарэ хьэрычэт гуэр ищӀэн хуей хъуащи, и пӀэм изагъэркъым, къалэн куэдыщэ и пщэм къыдэхуэри иригъэшащ, илӀми сызехьэ, си пӀэр гъэкъабзэ, сэри схуэфащэ къысхуэщӀэ, жеӀэри и лъакъуэ башыр егъэдалъэри пӀэм хэлъщ, и пащӀагъуэшхуитӀыр къыхэпӀиикӀыу.— Къалэн, 430

Еплъ: [и] пӀэ изэгъэжын

12 deyim daha

[и] пӀэ имызэгъэ(жы)н

Зыгуэрым хуабжьэу игъэпӀейтеин, иригузэвэн.

Тафэ щхъуантӀэм мэзым хэту Лагерь пщыӀэр хыболъагъуэ, Строй ящӀауэ, мес, зэхэту, Я пӀэм цӀыхухэр имызагъэу Пионерхэр хьэщӀэ лъапӀэм Пэплъэу хэтхэщ мо мэз лъапэм.— Тисей, 481

+1 örnek

[Дэфэрэдж:] Трубкэр теслъхьэжрэ жэщ хьэщӀэм дежкӀэ нэбгъузкӀэ сыхуеплъэкӀмэ, и фэр покӀыр, и пӀэми имызэгъэжу зеплъыхь, сэри си мурадыр къызохъулӀэ жысӀэу, сыкъотэджри бжэр согъэбыдэ, ӀункӀыбзэӀухыр си халат жыпым изолъхьэжри, зыхузогъазэ «хьэщӀэм»: - Иджыпсту уахуэзэнущ узыхуэзапхъэм, узыхуэзэну пфӀэфӀар яхэмытми, ягъэ кӀынкъым.— Лъапсэ, 95

[и] пӀэ имытын

Зыужьын, и зэфӀэкӀэхэм хэгъэхъуэн.

Псалъэ жаӀэм дэ додаӀуэ, Ди Аслъэныр и пӀэм иткъым, Ар зыхуэзэм йоӀущащэ, И мурадыр пщӀэну щыткъым.— Къуажэ лавкэм. «Партыр ди пашэу», 31

[и] пӀэм инэн

Зымыгъэхъеижыфын.

Астемыр занщӀэу и пӀэм инащ, адэкӀэ мыкӀуэфу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 66

[и] пӀэм исыжын

И мыӀуэху зэримыхуэу, имыщӀапхъэ имыщӀэу псэун. -19.

[Дэфэрэдж район тхьэмадэм жриӀэу:] НтӀэ, тхьэмадэ, уи пӀэ исыж, хьэкъыуи зыпхыгъэкӀ: цӀыхухъум яфӀэт щхьэм хуэдэ къабзэщ цӀыхубзым яфӀэтри, амазонкэ сыт жыхуаӀэри хъыбарщ, зы амазонкэ дунейм тетакъым икӀи теткъым.— Лъапсэ, 18

[и] пӀэм имыкӀыжыфын

Зимыгъэхъеижыфу къэнэн.

Хьэбибэ и пӀэм имыкӀыжыфу итт, и фэр шэхум хуэдэу пыкӀауэ, Апчарэрэ Иринэрэ шынауэ унэм къыщӀэкӀыртэкъым.— Нал къута, 291

[уи] пӀэм уимыкӀын

Зымыгъэхъеин, уи пӀэм уитын.

[Чачэ:] Езы молэ Сэид жиӀэжу зэхэзмыхамэ, ялыхь, псори дызыхуэпщылӀу напэ хужькӀэ дызыхуэкӀуэжын, сызэрытым сумыгъэкӀыу щӀы къатиблкӀэ сыкӀуэцӀрыгъэху…— Хъуэпсэгъуэ нур, 239

[и] пӀэм имыкӀыфын

Зыхуэмыгъэхъейуэ, и лъакъуэр хузэблэмыхыу щытын.

Нурхьэлий и пӀэм имыкӀыфу, зыгуэр мащӀэу къеӀунщӀри лъэбакъуэ щичым, джалэ пэтащ, арщхьэкӀэ нэхъ гъунэгъуу щытхэм ящыщ зы къапхъуэри къызэфӀигъэувэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 155

[и] пӀэ исын

[Жыраслъэн Астемыр жриӀэу:] Зэ уи пӀэ ис, гуэншэрыкъ— Хъуэпсэгъуэ нур, 91

+2 örnek

[Астемыр Думэсарэ жриӀэу:] Уи пӀэм ис, уи Ӏэр псывэм хыумыӀу— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 542

[ЗэӀущӀэм хэтхэм:] Щыгъэт, Долэт, уи пӀэ ис.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 649

Еплъ: [и] пӀэм исыжын

[и] пӀэ иувэн

1. Зыгуэрым и щытыкӀэм ихьэн, ар зыхуэдэр къэщӀэн.

Ар пэжрэ пцӀырэ зэбгъэщӀэнум, Къиувэ си пӀи сыкъэпщӀэнщ— Сэ бгым сахуэдэу хьэлъэ стелъщи. «Батырыбжьэ», 41

2. Зыгуэрым и къулыкъум теувэн.

Апхуэдэ гуэр Астемыр и натӀэм илъу къыщӀэкӀынт Мурад Щамхьун деж шыхъуэу щыӀуувам, сыту жыпӀэмэ ар зи пӀэ иувар къулейсыз гуэрт— Хъуэпсэгъуэ нур, 165

+1 örnek

Якъуб и пӀэ иуващ— Нал къута, 264

[и] пӀэ къимыкӀын

Зэуэзэпсу, занщӀэу и псэр хэкӀын. -504.

[Къазыхъуэ Мухъутар] И гъусэм лагъым къытехуэри и пӀэм къикӀакъым.— Щынэхужьыкъуэ, 71

+2 örnek

Нахъуи псэлъэрейм ящыщкъым, щысыфынущ, уеблэмэ уигъэмэхыфынущ и пӀэм къимыкӀыу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 503

Фоч тӀэу уэгъуэ щызэхахым, вэуэ губгъуэм итхэр къызэхуэсмэ – тӀури [Хьэкурынэрэ Къэрэжьрэ] зэшэзэпӀэу зэрыукӀауэ къыщӀэкӀащ, я пӀэм къимыкӀыу.— Лъапсэ, 106

[и] пӀэм итамэ

Абы хуэдэу, абы ещхьу щытамэ.

[Долэт:] СогъэпцӀ, Астемыр, уи пӀэ ситам, хуэзгъэгъутэм абы уэр щхьэкӀэ жиӀар.— Хъуэпсэгъуэ нур, 323

+1 örnek

Якъуб и пӀэм итамэ, езы Локотоши ищӀэнур арагъэнкӀи хъунт.— Нал къута, 295

пӀэ ихьэн

ЛӀам и пӀэ ихьэщ дыгъужьри Хъуащ Ӏулъхьэ мардэр тӀурытӀ— Зи мет зыхъуэжым. «Батырыбжьэ», 77

Лъэужьу зыгуэрым къытенэ, абы къигъанэ пӀэ.

НэгъуэщӀ щӀыпӀэу ди сэлэтхэм Я шырыкъум пӀэ щищӀауэ, Власть народым щаӀэщӀэлъым Соплъ я тыгъэ къагъэхьауэ— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 58

+1 örnek

Дахэуэсу тхьэӀухудыр А фыз удым къыпоувыр, ЩӀым теувэм пӀэ имыщӀу…— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 114

ГъуэлъыпӀэ.

Уэ лэгъунэм ущӀахьэнщи ПӀэр къыпфӀощӀыр къауц защӀэу.— Сэ къыздэкӀуэ, жиӀэу щӀалэр. «Батырыбжьэ», 20

+2 örnek

[Мариам:] Назифэ и пӀэр зэлъыӀумыхауэ къигъанэ и хабзэт, нэхъыбэу Ӏузыхыжыр сэрат, Исуф абы гу лъимытэу къэнэнт?— Лэчымэ, 383

Хьэбас хъарзынэ дыдэу щилъагъум, си къуэм сыбгъэдэсыжынщ, сэри жьы сыхъупэм, сызезыхьэжынур си къуэр е си нысэр аращ, жиӀэри Ӏурарэ и «пащӀэ бзииплъыр» пӀэм къыхинэщ, и хьэпшып тӀэкӀур къызэщӀикъуэри я унэ къэкӀуэжащ, и къуэм зыгуэр къригъашэу игъэтӀысыжын и гугъэу.— Къалэн, 430

Deyimler (2)

пӀэм къыхэнэн

Хьэбас хъарзынэ дыдэу щилъагъум, си къуэм сыбгъэдэсыжынщ, сэри жьы сыхъупэм, сызезыхьэжынур си къуэр е си нысэр аращ, жиӀэри Ӏурарэ и «пащӀэ бзииплъыр» пӀэм къыхинэщ, и хьэпшып тӀэкӀур къызэщӀикъуэри я унэ къэкӀуэжащ, и къуэм зыгуэр къригъашэу игъэтӀысыжын и гугъэу.— Къалэн, 430

Еплъ: пӀэм къыхэнэжын

пӀэм къыхэнэжын

Ӏэрызехьэ хъун, и лъэр къыщӀэмыувэжын.

Махуэ къэс Ӏузизэ и узыр хэкӀуатэ фӀэкӀа нэхъыфӀ хъуртэкъым, езыри мычэму бэгырт, зимыгъэзэжыфу пӀэм къыхэнэжауэ, и щӀыфэми зыхимыщӀэжу апхуэдэт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 68

+2 örnek

Лъэрымыхь дыдэу Ӏэрыгъашхэу пӀэм къыхэнэжыпэмэ, псы шынакъи къезытын имыгъуэту унэм къыщӀэнэж нэхърэ лӀэрэ зэгъэжмэ, нэхъыфӀщ [Дисэ].— ГущӀэгъу, 421

Ари мэжалӀэ къудейт [Дисэ], пӀэм къыхэнэжар гъэкъэбзэн хуейт, щыгъын щыгъыр къыщыхауэ— ГущӀэгъу, 422

Kitapta geçtiği hali

ПӀЭ I (25). Зыгуэрым хухэха, и увыпӀэ, щытыпӀэ, щылъыпӀэ. Аралпыр бэлыхь гуэрым зэрыхэтыр ӀупщӀт, и пэм мафӀэр кърихырт, пэцыр илыгъуэу, и жьакӀэр къабзэлъабзэу зэщӀэупса щхьэкӀэ, нэхъ лъагъугъуафӀэ хъуатэкъым, и дамэр хишу адэкӀэ-мыдэкӀэ дэплъырт и пӀэ итын хуэмышыӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 114. Хьэбибэ и пӀэм имыкӀыжыфу итт, и фэр шэхум хуэдэу пыкӀауэ, Апчарэрэ Иринэрэ шынауэ унэм къыщӀэкӀыртэкъым. Нал къута, 291. [Хьэбибэ Апчарэ жриӀэу:] АтӀэ секретарым и секретарыпӀэ иресыж [Чокэ]. Щынэхужьыкъуэ, 25. ◊ [И] пӀэ игъэувэжын (2). И увыпӀэм, здэщытын хуейм гъэувыжын. Умыгузавэ, жиӀэрт Саримэ, Елдар фи къуажэ щӀэкӀуар нэгъуэщӀкъым, уи адэм къамэ къыхуизыхар и пӀэ иригъэувэжыну аращ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 538. [И] пӀэ игъэувэн (1). Зыгуэрым и къулыкъур нэгъуэщӀым Ӏэрыхьэн. Къылышбий и къуэр а къомым хэплъэри и гум къэкӀащ: «Махъсидэ Алий къады къуэдзэти зауэм къыщаукӀащ, абы и пӀэ игъэувэн хуейм къурӀэныр фӀыуэ ищӀэу икӀи жьакӀуэу щытын хуейщ, Астемыр узыхуей дыдэм хуэдэщ, атӀэ ар абы дгъакӀуэ щхьэ мыхъурэ», - жиӀэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 121. [И] пӀэ изэгъэжын (4). И гур псэхужын, зэрыщытам теувэжын. ЕтӀуанэрей махуэм Таша сымэ ягу къеуар ящыгъупщэжри щхьэж и пӀэ изэгъэжащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 604. ТӀэкӀу-тӀэкӀуурэ псори и пӀэ изэгъэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 135. Колхоз жэмыр щагуэшкӀэ, рекордисткэу район псор зэрыпагэу щыта жэмыр сэ къыслъыса дауэ хъуну, жиӀэу, и пӀэм изэгъэжыртэкъым [Мысост]. Щынэхужьыкъуэ, 7. [И] пӀэ изэгъэн (5). Еплъ [и] пӀэ изэгъэжын. Ар [нэмыцэ авиацэ къатеуар] щилъагъум, Апчарэ и пӀэм изэгъэнт. Нал къута, 214. Къызэхуэсахэр сабыр хъуащ, уеблэмэ зыми емыдаӀуэу щыта щӀалэ цӀыкӀуэхэри я пӀэм изэгъащ, къамыжыхьыжу. Хъуэпсэгъуэ нур, 154. Ӏурарэ хьэрычэт гуэр ищӀэн хуей хъуащи, и пӀэм изагъэркъым, къалэн куэдыщэ и пщэм къыдэхуэри иригъэшащ, илӀми сызехьэ, си пӀэр гъэкъабзэ, сэри схуэфащэ къысхуэщӀэ, жеӀэри и лъакъуэ башыр егъэдалъэри пӀэм хэлъщ, и пащӀагъуэшхуитӀыр къыхэпӀиикӀыу. Къалэн, 430. [И] пӀэ имызэгъэ(жы)н (7). Зыгуэрым хуабжьэу игъэпӀейтеин, иригузэвэн. Тафэ щхъуантӀэм мэзым хэту Лагерь пщыӀэр хыболъагъуэ, Строй ящӀауэ, мес, зэхэту, Я пӀэм цӀыхухэр имызагъэу Пионерхэр хьэщӀэ лъапӀэм Пэплъэу хэтхэщ мо мэз лъапэм. «Тисей», 481. [Дэфэрэдж:] Трубкэр теслъхьэжрэ жэщ хьэщӀэм дежкӀэ нэбгъузкӀэ сыхуеплъэкӀмэ, и фэр покӀыр, и пӀэми имызэгъэжу зеплъыхь, сэри си мурадыр къызохъулӀэ жысӀэу, сыкъотэджри бжэр согъэбыдэ, ӀункӀыбзэӀухыр си халат жыпым изолъхьэжри, зыхузогъазэ «хьэщӀэм»: - Иджыпсту уахуэзэнущ узыхуэзапхъэм, узыхуэзэну пфӀэфӀар яхэмытми, ягъэ кӀынкъым. Лъапсэ, 95. [И] пӀэ имытын (1). Зыужьын, и зэфӀэкӀэхэм хэгъэхъуэн. Псалъэ жаӀэм дэ додаӀуэ, Ди Аслъэныр и пӀэм иткъым, Ар зыхуэзэм йоӀущащэ, И мурадыр пщӀэну щыткъым. Къуажэ лавкэм. «Партыр ди пашэу», 31. [И] пӀэм инэн (1). Зымыгъэхъеижыфын. Астемыр занщӀэу и пӀэм инащ, адэкӀэ мыкӀуэфу. Хъуэпсэгъуэ нур, 66. [И] пӀэм исыжын (1). И мыӀуэху зэримыхуэу, имыщӀапхъэ имыщӀэу псэун. [Дэфэрэдж район тхьэмадэм жриӀэу:] НтӀэ, тхьэмадэ, уи пӀэ исыж, хьэкъыуи зыпхыгъэкӀ: цӀыхухъум яфӀэт щхьэм хуэдэ къабзэщ цӀыхубзым яфӀэтри, амазонкэ сыт жыхуаӀэри хъыбарщ, зы амазонкэ дунейм тетакъым икӀи теткъым. Лъапсэ, 18-19. [И] пӀэм имыкӀыжыфын (5). Зимыгъэхъеижыфу къэнэн. Хьэбибэ и пӀэм имыкӀыжыфу итт, и фэр шэхум хуэдэу пыкӀауэ, Апчарэрэ Иринэрэ шынауэ унэм къыщӀэкӀыртэкъым. Нал къута, 291. [Уи] пӀэм уимыкӀын (2). Зымыгъэхъеин, уи пӀэм уитын. [Чачэ:] Езы молэ Сэид жиӀэжу зэхэзмыхамэ, ялыхь, псори дызыхуэпщылӀу напэ хужькӀэ дызыхуэкӀуэжын, сызэрытым сумыгъэкӀыу щӀы къатиблкӀэ сыкӀуэцӀрыгъэху… Хъуэпсэгъуэ нур, 239.[И] пӀэм имыкӀыфын (1). Зыхуэмыгъэхъейуэ, и лъакъуэр хузэблэмыхыу щытын. Нурхьэлий и пӀэм имыкӀыфу, зыгуэр мащӀэу къеӀунщӀри лъэбакъуэ щичым, джалэ пэтащ, арщхьэкӀэ нэхъ гъунэгъуу щытхэм ящыщ зы къапхъуэри къызэфӀигъэувэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 155. [И] пӀэ исын (7). Еплъ [и] пӀэм исыжын. [Жыраслъэн Астемыр жриӀэу:] Зэ уи пӀэ ис, гуэншэрыкъ. Хъуэпсэгъуэ нур, 91. [Астемыр Думэсарэ жриӀэу:] Уи пӀэм ис, уи Ӏэр псывэм хыумыӀу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 542. [ЗэӀущӀэм хэтхэм:] Щыгъэт, Долэт, уи пӀэ ис. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 649. [И] пӀэ иувэн (4). 1. (2). Зыгуэрым и щытыкӀэм ихьэн, ар зыхуэдэр къэщӀэн. Ар пэжрэ пцӀырэ зэбгъэщӀэнум, Къиувэ си пӀи сыкъэпщӀэнщ Сэ бгым сахуэдэу хьэлъэ стелъщи. «Батырыбжьэ», 41. 2. (2). Зыгуэрым и къулыкъум теувэн. Апхуэдэ гуэр Астемыр и натӀэм илъу къыщӀэкӀынт Мурад Щамхьун деж шыхъуэу щыӀуувам, сыту жыпӀэмэ ар зи пӀэ иувар къулейсыз гуэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 165. Якъуб и пӀэ иуващ. Нал къута, 264. [И] пӀэ къимыкӀын (3). Зэуэзэпсу, занщӀэу и псэр хэкӀын. [Къазыхъуэ Мухъутар] И гъусэм лагъым къытехуэри и пӀэм къикӀакъым. Щынэхужьыкъуэ, 71. Нахъуи псэлъэрейм ящыщкъым, щысыфынущ, уеблэмэ уигъэмэхыфынущ и пӀэм къимыкӀыу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 503-504. Фоч тӀэу уэгъуэ щызэхахым, вэуэ губгъуэм итхэр къызэхуэсмэ – тӀури [Хьэкурынэрэ Къэрэжьрэ] зэшэзэпӀэу зэрыукӀауэ къыщӀэкӀащ, я пӀэм къимыкӀыу. Лъапсэ, 106. [И] пӀэм итамэ (2). Абы хуэдэу, абы ещхьу щытамэ. [Долэт:] СогъэпцӀ, Астемыр, уи пӀэ ситам, хуэзгъэгъутэм абы уэр щхьэкӀэ жиӀар. Хъуэпсэгъуэ нур, 323. Якъуб и пӀэм итамэ, езы Локотоши ищӀэнур арагъэнкӀи хъунт. Нал къута, 295. ПӀэ ихьэн (1). ЛӀам и пӀэ ихьэщ дыгъужьри Хъуащ Ӏулъхьэ мардэр тӀурытӀ. Зи мет зыхъуэжым. «Батырыбжьэ», 77.

ПӀЭ II (2). Лъэужьу зыгуэрым къытенэ, абы къигъанэ пӀэ. НэгъуэщӀ щӀыпӀэу ди сэлэтхэм Я шырыкъум пӀэ щищӀауэ, Власть народым щаӀэщӀэлъым Соплъ я тыгъэ къагъэхьауэ. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 58. Дахэуэсу тхьэӀухудыр А фыз удым къыпоувыр, ЩӀым теувэм пӀэ имыщӀу… «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 114.

ПӀЭ III (7). ГъуэлъыпӀэ. Уэ лэгъунэм ущӀахьэнщи ПӀэр къыпфӀощӀыр къауц защӀэу. Сэ къыздэкӀуэ, жиӀэу щӀалэр. «Батырыбжьэ», 20. [Мариам:] Назифэ и пӀэр зэлъыӀумыхауэ къигъанэ и хабзэт, нэхъыбэу Ӏузыхыжыр сэрат, Исуф абы гу лъимытэу къэнэнт? Лэчымэ, 383. Хьэбас хъарзынэ дыдэу щилъагъум, си къуэм сыбгъэдэсыжынщ, сэри жьы сыхъупэм, сызезыхьэжынур си къуэр е си нысэр аращ, жиӀэри Ӏурарэ и «пащӀэ бзииплъыр» пӀэм къыхинэщ, и хьэпшып тӀэкӀур къызэщӀикъуэри я унэ къэкӀуэжащ, и къуэм зыгуэр къригъашэу игъэтӀысыжын и гугъэу. Къалэн, 430. ◊ ПӀэм къыхэнэн (1). Еплъ пӀэм къыхэнэжын. Хьэбас хъарзынэ дыдэу щилъагъум, си къуэм сыбгъэдэсыжынщ, сэри жьы сыхъупэм, сызезыхьэжынур си къуэр е си нысэр аращ, жиӀэри Ӏурарэ и «пащӀэ бзииплъыр» пӀэм къыхинэщ, и хьэпшып тӀэкӀур къызэщӀикъуэри я унэ къэкӀуэжащ, и къуэм зыгуэр къригъашэу игъэтӀысыжын и гугъэу. Къалэн, 430. ПӀэм къыхэнэжын (3). Ӏэрызехьэ хъун, и лъэр къыщӀэмыувэжын. Махуэ къэс Ӏузизэ и узыр хэкӀуатэ фӀэкӀа нэхъыфӀ хъуртэкъым, езыри мычэму бэгырт, зимыгъэзэжыфу пӀэм къыхэнэжауэ, и щӀыфэми зыхимыщӀэжу апхуэдэт. Хъуэпсэгъуэ нур, 68. Лъэрымыхь дыдэу Ӏэрыгъашхэу пӀэм къыхэнэжыпэмэ, псы шынакъи къезытын имыгъуэту унэм къыщӀэнэж нэхърэ лӀэрэ зэгъэжмэ, нэхъыфӀщ [Дисэ]. ГущӀэгъу, 421. Ари мэжалӀэ къудейт [Дисэ], пӀэм къыхэнэжар гъэкъэбзэн хуейт, щыгъын щыгъыр къыщыхауэ. ГущӀэгъу, 422.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

döşek yatak

Düzeltme Öner

пӀэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.