ужь
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
лъагъо/лъагъуэ, ужы/ужь, лъэуж/лъэужь, СЛЕД; İZ
ужы/ужь → лъагъо; İZ
ужь/ужы → лъагъо; İZ
Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: лъагъо
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Шэрхъ ужьым утету укӀуэн хуеящ.— КӀэрашэ Тембот
Еплъ: лъэужь
Bu maddedeki ifadeler (4)
{и} ужь иплъэн
рупережить кого-л.
{и} ужь итын
ру1) идти, следовать за кем-чем-л. 2) заниматься каким-л. делом.
{и} ужь ихьэн
ру1) приступить к чему-л. 2) начать преследовать кого-что-л.
{и} ужь хун
ру1) преследовать кого-что-л. 2) разделить чью-л. участь.
Kitapta geçtiği hali
ужь см. лъэужь. * Шэрхъ ужьым утету укӀуэн хуеящ. КӀ. Т. {И} ужь иплъэн пережить кого-л. {И} ужь итын 1) идти, следовать за кем-чем-л. 2) заниматься каким-л. делом. {И} ужь ихьэн 1) приступить к чему-л. 2) начать преследовать кого-что-л. {И} ужь хун 1) преследовать кого-что-л. 2) разделить чью-л. участь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зыгуэрым и лъэужь.
Ихуу ешмэ бжьыхьэ ужьыр, Жьыбгъэр бгыщхьэм щрегъуэлъ.— Бжьыхьэ мэз. «Мывэ хуабэ», 81
+2 örnek
НапӀэзыпӀэу къохъу телъыджэ, КъыхыфӀедзэр щӀалэм гъуджэр, Шум и ужьыр мэхъу мылыджэ— Елбэздыкъуэ, 19
Нэху зэрыщу цӀыхум заудыгъуу уэрамым къыдыхьэмэ, грузовик къому ищхьэмкӀэ дэкӀуеяхэр къохыж, машинэхэм цӀыкӀуи ини ихуэр ису, сабийм, цӀыхубзым, сымаджэм упщӀэжь ятепхъуауэ, я гупхэм фоч зыӀыгъ сэлэтхэр тесу, машинэм и ужьым къаруи псэруи къыхуэмынэжауэ мэлыхъуэхьэ джэламэ, абы къыкӀэлъыкӀуэ машинэм ипӀытӀын хьэзыру— Лъапсэ, 85
Deyimler (5)
[и] ужьым ирикӀуэн
Уи япэ зыгуэр зэрыкӀуа гъуэгум тету кӀуэн.
А псыпэм и ужьым кърикӀуар аращ мо ежэхыр.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 569
[и] ужьыр егъэхун
Зыгуэр зэ зэрыкӀуа гъуэгум иригъэкӀуэн, зыгуэрым къыщыщӀар къыщыгъэщӀын, кӀэлъыгъэкӀуэн. –531.
ГПУ формэкӀэ хуэпар щилъагъум, Алий тхьэмыщкӀэм и фэр пыкӀащ, ЛӀыгъур Ибрэхьим и ужьыр ирагъэхуну къэкӀуа игугъэри.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 530
+1 örnek
Гуэщ ӀункӀыбзэр трихыжри, Марфэр лъейуэ хыфӀихуащ:– Еплъ а цӀапӀэм и мурадым, Уэ пхуэфащэ сэ сыхъунщ, И лъэужьыр сэ а уи адэм Щысхь пхуэзмыщӀу уэзгъэхунщ.— Бдзэжьеящэм ипхъу, 157
[и] ужьым ищӀауэ
Зыгуэрым иужь къимыкӀыу.
Фызышэр уэрамышхуэмкӀэ къехырт, къуажэм сабийуэ дэсыр я ужьым ищӀауэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 583
[и] ужьыр хун
КӀэлъыкӀуэн, кӀэлъыплъын.
Къуршыщхьэм зышэр лӀы пэрытмэ, И ужь зыхунур къыпхуэщӀэн?— Къуршым докӀ. «Дамыгъэ», 73
+1 örnek
Зыкъезмыгъэлъагъуу а зыгъэгусэрейм и ужьыр сэ схунщ, щӀыхьу щыӀэр зыхуэфащэу ди пащтыхь— Кхъухь пхэнж, 506
[и] ужь къихъуэн
И ужькӀэ псэун, къэхъун.
Си ужь къихъуэнум сыволъэӀур: Фи цӀэ ираӀуэм, фыкъеплъэкӀ.— Си ужь къихъуэнум. «Дамыгъэ», 220
Deyimler (12)
[си] ужьыр махуэ фхухъу
Я Ӏуэхур, я гъащӀэр уи ужькӀэ фӀы яхуэхъуну яхъуэхъун.
[Хьэбибэ:] Шэнт щхьэгуэм сытету фӀэслъхьэжынщи [кӀапсэ лэрыгъур], жылэм яжесӀэнщ: си ужьыр махуэ фхухъу!— Нал къута, 225
+1 örnek
[Степан Ильич Урарэ дежкӀэ плъэурэ:] Си ужьыр махуэ фхухъу— Хъуэпсэгъуэ нур, 203
ужь итын
НыбжькӀэ нэхъыжьым и щӀэблэу щытын.
Си ужь итхэ, фыкъэпӀащӀэт, КӀэщӀыӀуэщ гъащӀэр – фымыгувэ.— Сытетщ къурш дами, соплъэ жыжьэ. «Дамыгъэ», 217
[и] ужь итын
Зыгуэрым и щӀыбагъкӀэ къыдэтын, кӀэлъыкӀуэн.
ТӀым щигъазэм мэл хъушэри зэрымэлхъушэу тӀым и ужь иту къуршым ихьэжащ.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 159
+2 örnek
Мэтхъэным и ужьым ӀэщэкӀэ хуэщӀауэ лӀы зыщыплӀ итщ— Хъуэпсэгъуэ нур, 319
Аргуэру Мэш нысащӀэр къиӀэтри унэм щӀихьащ, хъыджэбз гъусэхэр и ужьым иту— Лъапсэ, 117
[и] ужь итын
Мурад гуэр иӀэн.
А тӀэкӀур, Куржы щытрадзэрти, Налшык къашэрт, тхылъ тедзапӀэри яутӀыпщыжыну и ужь итт— Нал къута, 240
+2 örnek
Астемыр икӀэщӀыпӀэкӀэ Псыхуабэ зэрынэсыным и ужь итынщ, дауи— Хъуэпсэгъуэ нур, 236
[Гесиод:] Сэ сымэлыхъуэщ, зы гъэм тӀэу лъхуэуэ мэл зэзгъэпэщыну и ужь ситщ, си щӀэныгъэ Ӏуэхур хыфӀэздзэну Ӏэмал иӀэкъым.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 186
8 deyim daha
[и] ужь зыкъигъэнэн
Уи япэ итхэм закъыкӀэрыбгъэхун.
«Хьэуэ, сэ сымыкӀуэмэ нэхъыфӀщ, ирекӀуэ Абдул, абы ахъшэ хъушэ щӀестар, урыс аркъэ щӀезгъэфар аращ», - жиӀэри Рахьим и ужь зыкъригъэнащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 143
[и] ужьым имыкӀын
1. Псэхугъуэ емытын, хуиту мыгъэпсэун.
Езы Уэрдэщыкъуи ищӀэрт уэркъыжьхэр и ужь къыщихьакӀэ икӀыжыгъуафӀэу зэримыкӀыжынур.— Нал къута, 267
2. Куэдрэ къыкӀэлъыкӀухьын, къыкӀэрымыкӀын.
Уэгу лъащӀэм ит вагъуэу, Иджыри сощӀэж, Уи нитӀыр нэпсыбэм Ятхьэлэу лыдат: «Бийм текӀуэ, си щӀалэ, Узыншэу къэкӀуэж», – Ар жыпӀэу си ужьым уимыкӀыу уитат.— Уигу, си анэ. «Шум и гъуэгу», 27
[и] ужь имытын
Къоджэр нэхъыжьщ, жаӀэри, сэри сыщӀэкӀрэ сежьэмэ, Тамарэ къуэгъэнапӀэм къуэту сыхуозэ, сеупщӀ сыту и ужь симыту унафэ хузощӀ: - КӀуэ, Сэлимэ деж— Лъапсэ, 23
+1 örnek
Къытрилъафэ-нытрилъафэу и ужь имыту, Бэлацэ и мурадыр занщӀэу жиӀащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 306
Еплъ: [и] ужь итакъым
[и] ужь итакъым
Ӏуэху гуэр зэфӀэбгъэкӀынуи ухэмытын.
Тхылъым итыр сабийм яжесӀэнщ, жиӀэу Иринэ и ужь итакъым— Щынэхужьыкъуэ, 64
+2 örnek
Мэтхъэнхэ я унэр къэуэным нэса пэтми, зригъэпэщыжыну зыри и ужь итатэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 578
Пасэ зэманым щыгъуэ адыгэр зытекӀуэдар я цӀыхубзыр хъума зэрыхъуным и ужь итатэкъыми аращ— Лъапсэ, 44
[и] ужь иувэн
КӀэлъыкӀуэн.
Сеймэн и ужь къиувар щилъагъум, мыбы зыкъыскӀэрищӀэнущ жиӀэри, Мэмэт-щӀакъуэ и гум илъыр къищӀати, зигъэпсынщӀащ, «мырамысэ ныбэм» бидаркэр иримыгъэкъутэн щхьэкӀэ— Лъапсэ, 47
+2 örnek
Муси тэджри бжэмкӀэ иунэтӀащ, абы и ужьым иуващ Бэтокъуэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 197
Жьым и ужьым сиувауэ Нахътэ тӀэкӀуи зэдызохь— Щыдэжыныр щыдэжауэ. «Вагъуэ махуэ», 332
[и] ужь ихьэжын
БгъэзащӀэу, зэфӀэбгъэкӀыу щыта Ӏуэхум пыщэн.
Локотош и Ӏуэху и ужь ихьэжащ.— Нал къута, 252
+2 örnek
Сосрыкъуэ зи ужь итым и ужь аргуэру ихьэжащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 608
[Дадэм:] Сэри си Ӏуэху и ужь сихьэжмэ, нэхъыфӀщ.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 155
[и] ужь ихьэн
Ӏуэху гуэр зэфӀэгъэкӀыным пэрыувэн.
Аралпыр и Ӏуэху и ужь ихьащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 292
+2 örnek
Арати, зэрызэгурыӀуэу къуршыр якъутэу и ужь ихьащ, езы Абу-Деруиш яхэту.— Кхъэлэгъунэ, 376
Дэфэрэдж шхынкӀэ ӀэкӀуэлъакӀуэт, хьэщӀэм увыпӀэ гуэр къыхуигъуэтри шхын гъэхьэзырыным и ужь ихьащ.— Лъапсэ, 112
[и] ужь ихьэн
Зыгуэрым Ӏуэхугъуэ гуэр кӀэлъызепхьэну ухэтын.
Аралпми Астемыр щӀым зэрыкӀуэцӀрыхуам занщӀэу гу лъитакъым, лъитауэ щытыгъамэ, тӀэу емыплъу Къылышбий и къуэм хъыбар иригъэщӀэнти, икӀэщӀыпӀэкӀэ Астемыр здэкӀуар къиулъэпхъэщыну и ужь ихьэнт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 158
+2 örnek
Капитаныр къыкъуэкӀыжатэмэ, газетым итами шэч къытрахьэнутэкъым, Бахъуэри Якъуб и ужь къихьэнутэкъым.— Нал къута, 296
Уголовнэ кодекс жыпӀэнущи, гукӀэ ещӀэ, езым зэхилъхьа хуэдэу, зыгуэркӀэ следователь и ужь къихьэмэ, хейуэ зэрыхэкӀын гъуэгу къегъуэтыф, следователым и Ӏуэхур фӀызэхегъэзэрыхьри— Лъапсэ, 96
Kitapta geçtiği hali
УЖЬ I (4). Зыгуэрым и лъэужь. Ихуу ешмэ бжьыхьэ ужьыр, Жьыбгъэр бгыщхьэм щрегъуэлъ. Бжьыхьэ мэз. «Мывэ хуабэ», 81. НапӀэзыпӀэу къохъу телъыджэ, КъыхыфӀедзэр щӀалэм гъуджэр, Шум и ужьыр мэхъу мылыджэ. «Елбэздыкъуэ», 19. Нэху зэрыщу цӀыхум заудыгъуу уэрамым къыдыхьэмэ, грузовик къому ищхьэмкӀэ дэкӀуеяхэр къохыж, машинэхэм цӀыкӀуи ини ихуэр ису, сабийм, цӀыхубзым, сымаджэм упщӀэжь ятепхъуауэ, я гупхэм фоч зыӀыгъ сэлэтхэр тесу, машинэм и ужьым къаруи псэруи къыхуэмынэжауэ мэлыхъуэхьэ джэламэ, абы къыкӀэлъыкӀуэ машинэм ипӀытӀын хьэзыру. Лъапсэ, 85. ◊ [И] ужьым ирикӀуэн (1). Уи япэ зыгуэр зэрыкӀуа гъуэгум тету кӀуэн. А псыпэм и ужьым кърикӀуар аращ мо ежэхыр. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 569. [И] ужьыр егъэхун (2). Зыгуэр зэ зэрыкӀуа гъуэгум иригъэкӀуэн, зыгуэрым къыщыщӀар къыщыгъэщӀын, кӀэлъыгъэкӀуэн. ГПУ формэкӀэ хуэпар щилъагъум, Алий тхьэмыщкӀэм и фэр пыкӀащ, ЛӀыгъур Ибрэхьим и ужьыр ирагъэхуну къэкӀуа игугъэри. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 530–531. Гуэщ ӀункӀыбзэр трихыжри, Марфэр лъейуэ хыфӀихуащ:– Еплъ а цӀапӀэм и мурадым, Уэ пхуэфащэ сэ сыхъунщ, И лъэужьыр сэ а уи адэм Щысхь пхуэзмыщӀу уэзгъэхунщ. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 157. [И] ужьым ищӀауэ (1). Зыгуэрым иужь къимыкӀыу. Фызышэр уэрамышхуэмкӀэ къехырт, къуажэм сабийуэ дэсыр я ужьым ищӀауэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 583. [И] ужьыр хун (2). КӀэлъыкӀуэн, кӀэлъыплъын. Къуршыщхьэм зышэр лӀы пэрытмэ, И ужь зыхунур къыпхуэщӀэн? Къуршым докӀ. «Дамыгъэ», 73. Зыкъезмыгъэлъагъуу а зыгъэгусэрейм и ужьыр сэ схунщ, щӀыхьу щыӀэр зыхуэфащэу ди пащтыхь. Кхъухь пхэнж, 506. [И] ужь къихъуэн (1). И ужькӀэ псэун, къэхъун. Си ужь къихъуэнум сыволъэӀур: Фи цӀэ ираӀуэм, фыкъеплъэкӀ. Си ужь къихъуэнум. «Дамыгъэ», 220.
УЖЬ II: ◊ [си] ужьыр махуэ фхухъу (2). Я Ӏуэхур, я гъащӀэр уи ужькӀэ фӀы яхуэхъуну яхъуэхъун. [Хьэбибэ:] Шэнт щхьэгуэм сытету фӀэслъхьэжынщи [кӀапсэ лэрыгъур], жылэм яжесӀэнщ: си ужьыр махуэ фхухъу! Нал къута, 225. [Степан Ильич Урарэ дежкӀэ плъэурэ:] Си ужьыр махуэ фхухъу. Хъуэпсэгъуэ нур, 203. [И] ужь итын I (4). НыбжькӀэ нэхъыжьым и щӀэблэу щытын. Си ужь итхэ, фыкъэпӀащӀэт, КӀэщӀыӀуэщ гъащӀэр – фымыгувэ. Сытетщ къурш дами, соплъэ жыжьэ. «Дамыгъэ», 217. [И] ужь итын II (244). Зыгуэрым и щӀыбагъкӀэ къыдэтын, кӀэлъыкӀуэн. ТӀым щигъазэм мэл хъушэри зэрымэлхъушэу тӀым и ужь иту къуршым ихьэжащ. Тепщэч къэзылъэтыхь, 159. Мэтхъэным и ужьым ӀэщэкӀэ хуэщӀауэ лӀы зыщыплӀ итщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 319. Аргуэру Мэш нысащӀэр къиӀэтри унэм щӀихьащ, хъыджэбз гъусэхэр и ужьым иту. Лъапсэ, 117. [И] ужь итын III (106). Мурад гуэр иӀэн. А тӀэкӀур, Куржы щытрадзэрти, Налшык къашэрт, тхылъ тедзапӀэри яутӀыпщыжыну и ужь итт. Нал къута, 240. Астемыр икӀэщӀыпӀэкӀэ Псыхуабэ зэрынэсыным и ужь итынщ, дауи. Хъуэпсэгъуэ нур, 236. [Гесиод:] Сэ сымэлыхъуэщ, зы гъэм тӀэу лъхуэуэ мэл зэзгъэпэщыну и ужь ситщ, си щӀэныгъэ Ӏуэхур хыфӀэздзэну Ӏэмал иӀэкъым. Тепщэч къэзылъэтыхь, 186. [И] ужь зыкъигъэнэн (1). Уи япэ итхэм закъыкӀэрыбгъэхун. «Хьэуэ, сэ сымыкӀуэмэ нэхъыфӀщ, ирекӀуэ Абдул, абы ахъшэ хъушэ щӀестар, урыс аркъэ щӀезгъэфар аращ», - жиӀэри Рахьим и ужь зыкъригъэнащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 143. [И] ужьым имыкӀын (5). 1. (2). Псэхугъуэ емытын, хуиту мыгъэпсэун. Езы Уэрдэщыкъуи ищӀэрт уэркъыжьхэр и ужь къыщихьакӀэ икӀыжыгъуафӀэу зэримыкӀыжынур. Нал къута, 267. 2. (3). Куэдрэ къыкӀэлъыкӀухьын, къыкӀэрымыкӀын. Уэгу лъащӀэм ит вагъуэу, Иджыри сощӀэж, Уи нитӀыр нэпсыбэм Ятхьэлэу лыдат: «Бийм текӀуэ, си щӀалэ, Узыншэу къэкӀуэж», – Ар жыпӀэу си ужьым уимыкӀыу уитат. Уигу, си анэ. «Шум и гъуэгу», 27. [И] ужь имытын (2). Еплъ [и] ужь итакъым. Къоджэр нэхъыжьщ, жаӀэри, сэри сыщӀэкӀрэ сежьэмэ, Тамарэ къуэгъэнапӀэм къуэту сыхуозэ, сеупщӀ сыту и ужь симыту унафэ хузощӀ: - КӀуэ, Сэлимэ деж. Лъапсэ, 23. Къытрилъафэ-нытрилъафэу и ужь имыту, Бэлацэ и мурадыр занщӀэу жиӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 306. [И] ужь итакъым (4). Ӏуэху гуэр зэфӀэбгъэкӀынуи ухэмытын. Тхылъым итыр сабийм яжесӀэнщ, жиӀэу Иринэ и ужь итакъым. Щынэхужьыкъуэ, 64. Мэтхъэнхэ я унэр къэуэным нэса пэтми, зригъэпэщыжыну зыри и ужь итатэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 578. Пасэ зэманым щыгъуэ адыгэр зытекӀуэдар я цӀыхубзыр хъума зэрыхъуным и ужь итатэкъыми аращ. Лъапсэ, 44. [И] ужь иувэн (11). КӀэлъыкӀуэн. Сеймэн и ужь къиувар щилъагъум, мыбы зыкъыскӀэрищӀэнущ жиӀэри, Мэмэт-щӀакъуэ и гум илъыр къищӀати, зигъэпсынщӀащ, «мырамысэ ныбэм» бидаркэр иримыгъэкъутэн щхьэкӀэ. Лъапсэ, 47. Муси тэджри бжэмкӀэ иунэтӀащ, абы и ужьым иуващ Бэтокъуэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 197. Жьым и ужьым сиувауэ Нахътэ тӀэкӀуи зэдызохь. Щыдэжыныр щыдэжауэ. «Вагъуэ махуэ», 332. [И] ужь ихьэжын (7). БгъэзащӀэу, зэфӀэбгъэкӀыу щыта Ӏуэхум пыщэн. Локотош и Ӏуэху и ужь ихьэжащ. Нал къута, 252. Сосрыкъуэ зи ужь итым и ужь аргуэру ихьэжащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 608. [Дадэм:] Сэри си Ӏуэху и ужь сихьэжмэ, нэхъыфӀщ. Тепщэч къэзылъэтыхь, 155. [И] ужь ихьэн I (28). Ӏуэху гуэр зэфӀэгъэкӀыным пэрыувэн. Аралпыр и Ӏуэху и ужь ихьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 292. Арати, зэрызэгурыӀуэу къуршыр якъутэу и ужь ихьащ, езы Абу-Деруиш яхэту. Кхъэлэгъунэ, 376. Дэфэрэдж шхынкӀэ ӀэкӀуэлъакӀуэт, хьэщӀэм увыпӀэ гуэр къыхуигъуэтри шхын гъэхьэзырыным и ужь ихьащ. Лъапсэ, 112. [И] ужь ихьэн II (8). Зыгуэрым Ӏуэхугъуэ гуэр кӀэлъызепхьэну ухэтын. Аралпми Астемыр щӀым зэрыкӀуэцӀрыхуам занщӀэу гу лъитакъым, лъитауэ щытыгъамэ, тӀэу емыплъу Къылышбий и къуэм хъыбар иригъэщӀэнти, икӀэщӀыпӀэкӀэ Астемыр здэкӀуар къиулъэпхъэщыну и ужь ихьэнт. Хъуэпсэгъуэ нур, 158. Капитаныр къыкъуэкӀыжатэмэ, газетым итами шэч къытрахьэнутэкъым, Бахъуэри Якъуб и ужь къихьэнутэкъым. Нал къута, 296. Уголовнэ кодекс жыпӀэнущи, гукӀэ ещӀэ, езым зэхилъхьа хуэдэу, зыгуэркӀэ следователь и ужь къихьэмэ, хейуэ зэрыхэкӀын гъуэгу къегъуэтыф, следователым и Ӏуэхур фӀызэхегъэзэрыхьри. Лъапсэ, 96.