зым Ӏэпыхур зым къищтэжу

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

зы

1. Бжыгъэ 1; 1 хъу.

руодин

ШэджагъуэхуегъэзэкӀ хъуауэ.. {лӀитӀым} къабгъэдэлъэдащ зы шу. Ж. Б.

2. Зыгуэрым ехьэлӀауэ къащтэ, хэха гуэр, Ӏуэхугъуэ пыухыкӀа.

руодин, одна, одно (в значении существительного)

Зы жыӀэн, нэгъуэщӀ щӀэн.

1. Зыгуэр, гуэр.

рукакой-то, некий

ЩӀалэ цӀыкӀур кӀуэурэ зыщӀыпӀэ жэщ щыхъури Ӏуащхьэ гуэрым тежеихьащ. фольк.

2. Еплъ: зыри

Дэнэ лъэныкъуэкӀэ уплъами, мыл фӀэкӀа зы плъагъуртэкъым.

Bu maddedeki ifadeler (8)

зы къупхъэм къигъэджэлауэ

руточь-в-точь.

Хъыджэбз цӀыкӀуитӀ зэтӀолъхуэныкъуэр зы къупхъэм къигъэджэлауэ зэщхьт.

зы лъэныкъуэкӀэ

рус одной стороны (в значении вводного слова).

Зы лъэныкъуэкӀэ щӀалэм жиӀэр пэжт, ауэ зыми даӀыгъакъым.

зы махуэ (мазэ) енкӀэ

руцелый день (месяц).

Машинэр щӀыжыным щӀалэр махуэ енкӀэ елӀэлӀащ. Мазэ енкӀэ къэтын.

зы махуэ зы махуэкӀэ

рукогда-нибудь.

- Зы махуэ зы махуэкӀэ уигу сыкъэгъэкӀыж, - жиӀащ хъыджэбзым.

зы мащӀэ и куэда

рунисколько, ни на йоту.

ЛӀыр зы мащӀэ и куэда яхуэгъэкӀуэтакъым.

зы мащӀэ нэхъ мыхъуми

рухоть чуточку.

Зы мащӀэ нэхъ мыхъуми щӀалэр я хуекӀуэтэкӀакъым.

зы хъун

руобъединиться.

Бийхэр зы мэхъури зауэр догъахъэ. П. Б.

зым Ӏэпыхур зым къищтэжу

рудружно, слаженно (работать).

Елдар, Астемыр, Исхьэкъ сымэ зым Ӏэпыхур зым къищтэжу, зэгурыӀуэу, зэчэнджэщу я къалэн зэфӀагъэкӀт. КӀ. А.

къэщтэжын

(къещтэж)

1. Убыдыжын, къэпхъуэтэжын, къэӀэтыжын.

рузабрать, взять что-л. обратно

Ехуэхар къэщтэжын.

2. Къэзэужын, къэубыдыжын.

руотвоевать, отбить что-л. (захваченное врагом)

Къалэбийм иубыдауэ щытар къэщтэжын.

Bu maddedeki ifadeler (1)

зым Ӏэпыхур зым къищтэжу

Еплъ: зы

Kitapta geçtiği hali

зы I 1. один / Бжыгъэ 1; 1 хъу. ШэджагъуэхуегъэзэкӀ хъуауэ.. {лӀитӀым} къабгъэдэлъэдащ зы шу. Ж. Б. 2. один, одна, одно (в значении существительного) / Зыгуэрым ехьэлӀауэ къащтэ, хэха гуэр, Ӏуэхугъуэ пыухыкӀа. Зы жыӀэн, нэгъуэщӀ щӀэн. II неопред. мест. 1. какой-то, некий / Зыгуэр, гуэр. ЩӀалэ цӀыкӀур кӀуэурэ зыщӀыпӀэ жэщ щыхъури Ӏуащхьэ гуэрым тежеихьащ. фольк. 2. см. зыри. Дэнэ лъэныкъуэкӀэ уплъами, мыл фӀэкӀа зы плъагъуртэкъым. Зы къупхъэм къигъэджэлауэ точь-в-точь. Хъыджэбз цӀыкӀуитӀ зэтӀолъхуэныкъуэр зы къупхъэм къигъэджэлауэ зэщхьт. Зы лъэныкъуэкӀэ с одной стороны (в значении вводного слова). Зы лъэныкъуэкӀэ щӀалэм жиӀэр пэжт, ауэ зыми даӀыгъакъым. Зы махуэ (мазэ) енкӀэ целый день (месяц). Машинэр щӀыжыным щӀалэр махуэ енкӀэ елӀэлӀащ. Мазэ енкӀэ къэтын. Зы махуэ зы махуэкӀэ когда-нибудь. - Зы махуэ зы махуэкӀэ уигу сыкъэгъэкӀыж, - жиӀащ хъыджэбзым. Зы мащӀэ и куэда нисколько, ни на йоту. ЛӀыр зы мащӀэ и куэда яхуэгъэкӀуэтакъым. Зы мащӀэ нэхъ мыхъуми хоть чуточку. Зы мащӀэ нэхъ мыхъуми щӀалэр я хуекӀуэтэкӀакъым. Зы хъун объединиться. Бийхэр зы мэхъури зауэр догъахъэ. П. Б. Зым Ӏэпыхур зым къищтэжу дружно, слаженно (работать). Елдар, Астемыр, Исхьэкъ сымэ зым Ӏэпыхур зым къищтэжу, зэгурыӀуэу, зэчэнджэщу я къалэн зэфӀагъэкӀт. КӀ. А.

къэщтэжын (къещтэж) перех. гл. 1. забрать, взять что-л. обратно / Убыдыжын, къэпхъуэтэжын, къэӀэтыжын. Ехуэхар къэщтэжын. 2. отвоевать, отбить что-л. (захваченное врагом) / Къэзэужын, къэубыдыжын. Къалэбийм иубыдауэ щытар къэщтэжын. Зым Ӏэпыхур зым къищтэжу см. зы.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

зы

1. Бжыгъэ 1; 1 хъу. -304.

Гъуумар шыгу шитӀ иритырт зы уанэш къезытым, Щэрдан Берд и шу гъусэм и унэр кърищэрт зы уанэфӀкӀэ, арщхьэкӀэ лӀыжьым зыхигъэзэгъакъым, «си натӀэ езудэкӀыну уи унэр, сыт зэрысщӀынур?»— Хъуэпсэгъуэ нур, 303

+2 örnek

Къуажэм укъикӀыу къалэм бэзэр гъуэгу цӀыкӀумкӀэ укӀуэмэ, зы сыхьэтт узэрытетыр, Апчарэ матэкъуаншэкӀэ бжьын е джэдыщӀэ цӀыкӀу бэзэрым ихьу дапщэрэ кӀуа?— Нал къута, 222

[Дэфэрэдж:] Си анэшхуэу хъыбар псори зыӀуэтэжар и щӀалэгъуэм лӀыубыдхэм яӀэщӀэхуэри яхьауэ щытащ, ауэ и насыпу къелащ, и къелыкӀари, и чэзу къэсмэ, вжесӀэнущ, абы уедэӀуэн щхьэкӀэ, зы пщыхьэщхьэкъым узэрыщысын хуейр, сыту жыпӀэмэ, пычыгъуэ Ӏэджэ мэхъу, абы нэгъуэщӀ гуэрхэр пызощэ, си сымаджэ сызэӀэзэхэр тхыдэ сыт хуэдэхэм дихьэхыу езгъэдэӀуэн папщӀэ.— Лъапсэ, 6

2. Зыгуэрым ехьэлӀауэ Ӏуэхугъуэ пыухыкӀа гуэр.

КъакӀуэ, умыщӀу си жагъуэ, Мы зыр бжесӀэнум нэхъыщхьэщ – Хъыджэбзым хуэщкъым пагагъэр.— Дэ къэтпсэлъахэр дыгъуасэ. «Шум и гъуэгу», 70

+2 örnek

Ди хэкум уэ бгъазэм, Мы зымкӀэ солъэӀу: Си адэм ухуэзэм, Зы псалъэ жеӀэж: «ФӀыуэ плъагъуу уи щӀалэр ЩӀы щӀыӀэм щӀэслъхьащ». Цеищхъуэ схуищӀамэ, ФӀэлъапӀэм фӀилъэнщ, Цейм еплъмэ, гумащӀэу Игу и къуэр къэкӀынщ.— ЗэныбжьэгъуитӀ. «Шум и гъуэгу», 34

А зым фӀэкӀа а махуэм къэмыхъуами урикъунт, Сосрыкъуэ и пщӀыхьэпӀи къэкӀакъым а бомбэ къигъэуам бэлыхьу къикӀар къикӀыну.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 625

Deyimler (15)

зы бэлыхьлажьэ

Хьэлэмэтыщэ, гъэщӀэгъуэн гуэр.

А цы тӀэкӀум еплъырт [Жыраслъэн], зы бэлыхьлажьэ хыфӀидзауэ щылъ хуэдэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 117

+2 örnek

Асыхьэту Дэфэрэдж къигъэуӀэбжьу игу къэкӀащ и адэм и псэлъафэу щыта зы бэлыхьлажьэ гуэр: «жьым тесу псым йопыдж». Ар дыдэр арат цӀыхубзыр къэзыгъэпӀейтеяр.— Лъапсэ, 40

Шыкъым Нэху къэкӀуэжащ жаӀэу и Ӏыхьлыи и благъи къызэхуэмысу къэнэнт – къуажэм зы бэлыхьлажьэ къыщыхъуа хуэдэу, къэбырсеят, хьэщӀэр мычэму къакӀуэрт, къакӀуэ къэсыхуи фадэ къаӀэтырт.— Кхъэлэгъунэ, 375

зы гъуэгу тетын (техьэн)

Зы мурад яӀэн, я Ӏуэхур зэтехуэн.

АтӀэ псори зы гъуэгу дыщытехьакӀэ. ди гъусэну зымыдэр хэт?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575

зы еплъыкӀэкӀэ еплъын

ЩӀалэ нащхъуэ цӀыкӀуу вытӀощыщӀэр зыӀыгъыр зы еплъыкӀэкӀэ машинэр зейм еплъырти дадэм гу лъитащ абы и гум илъым, щхьэр умыгъэузу ущрагъэблагъэкӀэ еблагъи сэри сыутӀыпщыж, жиӀэу арагъэнт.— КӀапсэ кӀапэ, 6

зы зэман

Зэгуэр, куэд щӀауэ.

Дэ тӀур дызэрыгъуэтыжа нэужь, и гугъа хъунт дяпэкӀи дызэгъусэну, ди унэ сшэжрэ зы зэман мэкъу хьэжыгъэрэ хуэнщӀейрэ зэхэтпщэу Ӏус хуэтщӀу, щӀыӀэ хъумэ, шэщым уэншэку хущӀэтлъхьэу, псынэм къитшрэ псы едгъафэу зэрыщытам хуэдэу а махуэр къыхуихуэну.— Анка, 384

+2 örnek

А Ӏуэхушхуэм иужь итым я Ӏэтащхьэу Инал игъэувари Жыраслъэнт, зы зэман гуэр шыдыгъуу щытар.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515

Шу гъуситӀ иӀэу къыдыхьа лӀым фӀэхъус-сэламкӀэ и Ӏэр къыщишийм, Дэфэрэдж занщӀэу къэуӀэбжьащ, хьэщӀэм и зы Ӏэпхъуамбэ пымытыжу гу лъитати, и нэгум щӀэплъэри, арат: зы зэман гуэр зыхуэзауэ щыта бжэныхъуэ цӀыкӀурт.— Лъапсэ, 112

11 deyim daha

зы махуэ «уэху» жымыӀэн

Зымыгъэпсэхун, псэхугъуэ имыӀэу, гугъуехь защӀэу и дунейр ихьын.

Бэлыхь мащӀи сшэчакъым, си фэр изыхар къулейсызыгъэрщ, сыбгъэунэхуну арами сщӀэркъым – дунейр си лъапэдэгъэзеигъуэщ, зы махуэ «уэху» жысӀакъым.— Щынэхужьыкъуэ, 28

зы мэ гуэр къыщӀихьэн

Зыгуэр зэхихын, къыгурыӀуэн.

Тхьэм ещӀэ ар мыбы къэзыхур, жаӀэрт цӀыхухэм, зы мэ гуэр къыщӀихьа хъунщ, армырмэ Жыраслъэн зэӀущӀэ кӀуэ и хабзэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 85

зы напӀэзыпӀэм

ПсынщӀэ дыдэу.

Елдар къызэрыкӀуэр зы напӀэзыпӀэм жылэм дэз хъуащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515

+2 örnek

КъэуӀэбжьауэ Зы напӀэзыпӀэм ӀумпӀафӀэ хъуауэ, И дарий джанэр Нартым хуетӀатэ. «— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 424

Барчо зы напӀэзыпӀэм еуэри пыӀэм щыщ къыкӀэриудауэ къехуэхыжащ.— Лъапсэ, 114

зы псалъэ жыӀэн

Ӏуэхум зыгуэр хэлъхьэн.

Ауэ абы и псалъэм сызэрымыарэзы хэтщи, сэри жылэм сащыщу щыщыткӀэ, зы псалъэ жысӀэнут, – жиӀэри Мусэ къэуващ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 650

зы псалъэ жымыӀэн

Зыри къыжьэдэмыкӀын, щымын.

Уэри зы псалъэ жумыӀэу Укъызбгъэдэсщи, гум хощӀыр.— Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 216

зы псалъэу

КӀэщӀу, псалъэ лей хэмылъу.

…ЩӀалэм дыщеупщӀым, Зы псалъэу псори къыджиӀащ: Дунейр долъагъур хъуреябзэу, Пшэр къащхъуэ-щхъуантӀэу тежыхьащ.— Космонавт. «Мывэ хуабэ», 99

зы псалъэ кӀэрымыгъэхун

Зыри дэмыгъэхуу, гупсэхуу едэӀуэн, зэгъэщӀэн.

Сэид жинтыщхъуэ зытелъ къурӀэныр зэтрихри къыщӀидзащ: - Зы псалъэ кӀэрумыгъэху мыбы.— Хъуэпсэгъуэ нур, 155

зы хъун

Зэхыхьэн, зэхэзэрыхьын, зэгъусэ хъун. –6.

А махуэм фызыши, унэиши, щауэишыжи – псори зы хъуат, сыту жыпӀэмэ, Инал унафэ ищӀат зы пщыхьэщхьэм псори зэфӀэкӀын хуейуэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 585

+1 örnek

Темэн и Ӏуфэм Ӏута цӀыхубз къомым яхуэгъеинт «хэкум и набдзэщ» жыхуаӀа илъэпкъыр зэ кӀуэдыгъуэу хым щыхэкӀуадэкӀэ, уеблэмэ цӀыхухъу зырыз къэнамэ, я пыӀэр къекъухауэ тӀысырти, «уэуэур си махуэщ» жаӀэу гъуэгырт, хъыджэбз Ӏэджэми нысащӀэ щыгъынкӀэ захуэпауэ «дунейкӀэ дызэхуэмызамэ, ахърэткӀэ ди насып зы хъункъэ» жаӀэу хым зыхадзэрти, зрагъэтхьэлэжырт.— Лъапсэ, 5

зы хъужын

1. Зэакъылэгъуу къыщӀидзыжын

ГъэкӀуэдыным Ӏуэхур щынэсым, зэадэзэкъуэшхэр зы хъужащ, къуаншагъэу палъхьар къызыпкърыкӀар тхьэм ещӀэ, ЦӀыкӀущэ шы къезытарагъэнт.— Нэгъуху, 33

2. Зыуэ зэхыхьэн, зэхэлъэдэн.

Си гуауэр бгыми гуауэ щохъури. Дэ тӀум ди нэпсыр зы хъужащ.— Шэджэм псыкъелъэ. «Щхьэлыкъуэ», 377

зы шынакъ ишхыкӀын

КъыздэгъуэгурыкӀуэн, къызэдэхъун.

ДызэрыцӀыкӀурэ зы шынакъ дишхыкӀа хуэдэу ди Ӏыхьэ зэхэлъащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 571

+1 örnek

ИгъащӀэм зы шынакъ садошхыкӀ сэри тхьэмыщкӀэм…— Хъуэпсэгъуэ нур, 254

зы щӀын

Линэ дахэ, уэ уи псалъэр пэжмэ, Къэзгъэзэжмэ, ди насып зы тщӀынщ, ГъащӀэ лъапӀэр зэуэ бийм сӀэщӀихмэ, Лъагъуныгъэр уэ фэеплъ пхуэхъунщ.— Линэ. «Бгы лъапэхэм деж», 79

+2 örnek

Псынэ Ӏэджэ адэ бгыщхьэм Зэхуихьэсри зы ищӀауэ, Къохыр уэру ди Шэджэми Мэз щӀэтынкӀэ зигъэнщӀауэ.— Терек. «Партыр ди пашэу», 117

Щхьэлу къуажэм дэтыр зы пщӀымэ, нэхъыфӀщ, жызыӀи щыӀащ, ауэ мэжджытыр зэхуэпщӀу куэдым ядэркъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 628

Еплъ: зы хъун

Atasözleri (9)

зы бэлыхьым нэгъуэщӀ бэлыхь къелъху

Гузэвэгъуэр, гуауэр, Ӏейр и закъуэу къакӀуэркъым, абы нэгъуэщӀи кърокӀуэ, жыхуиӀэщ.

[Гесиод:] Аращ, зы бэлыхьым нэгъуэщӀ бэлыхь къелъху.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 162

фӀымрэ Ӏеймрэ зы бжьыхьэкӀапэм тесщ

Еплъ: фӀы

къэбдыгъуныр зы гуэныхьщи, пфӀадыгъуныр гуэныхьищэщ

Еплъ: къэдыгъун

зы лӀыр джэдыгуибгъурэ лӀибгъур джэдыгуншэу

Зым и куэду, адрейм зыри лъымысу.

Щхьэж хуэхьыр ихьмэ, зы лӀыр джэдыгуибгъуу, лӀибгъур джэдыгуншэ хъунщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 254

ым и гум адрейр къипсэлъыкӀын

Зэхуэдэу гупсысэн, я акъыл зэтехуэн. –7.

ХьэмтӀрэмтӀыгу си нэр къыхуикӀ щыхъуар еджэн къыщӀэздзэу урысыбзэ тӀэкӀуи зэзгъэщӀа нэужькӀэщ, сыту жыӀэт: зэгуэр сымыщӀэххэу Пушкин итхам ящыщу усэ срихьэлӀащ, мыбы хуэдэу: «Не в набегах отбивать коней с ногайскими быками, и с боя взятыми рабами суда в Анапе нагружать». «ЗекӀуэхэракъым шыхэмрэ нэгъуей гуухэмрэ къащытепхынур, зэзауэм гъэр щыпщӀахэр Анапэ деж кхъухьхэм ярыз щыпщӀынур». Си анэм иӀуэтэжу зэхэсхамрэ Пушкин зи гугъу ищӀымрэ зэзгъапщэмэ, зым и гум адрейр къипсэлъыкӀа къысфӀэщӀырт, сфӀэтелъыджэу.— Лъапсэ, 6

зым кӀэрыхур зым къищтэжу

Иджыщ шэр зэрышэу щытмэ, нэхъыфӀу къыщалъытэр, цӀыхур зыуэ, зэакъылэгъуу, зым кӀэрыхуар зым къищтэжу хъумэ, нэхъыфӀу къыщалъытэр— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 652

Еплъ: зым Ӏэпыхур зым къищтэжу

зым хуэмыфӀыр зыми щыщкъым

Зыми хуэмыӀэрыхуэр зыри и уасэкъым.

Зым хуэмыфӀыр зыми щыщкъым, Псэу-мыпсэуми хэт хуэныкъуэ?— ФӀымрэ Ӏеймрэ зэхэбгъэкӀыу. «Вагъуэ махуэ», 41

зым Ӏэпыхур зым къищтэжу

ЗэгурыӀуэу, зэдэӀуэжу.

Зым Ӏэпыхур зым къищтэжу, Зэкъуэшиблым диӀэщ хабзэу. «— Индийскэ поэмэ, 361

зыр лӀа папщӀэ зым зилӀэжрэ

Зым и Ӏуэхур зэӀыхьэ щхьэкӀэ, адрейм зиукӀыжкъым.

Зыр лӀа папщӀэ зым зилӀэжрэ. «— Бдзэжьеящэм ипхъу, 152

къэщтэжын

(къещтэж)

1. Убыдыжын, къэпхъуэтэжын, къэӀэтыжын.

Бажэм пшынэр къищтэжауэ Дыгъужь къафэр кърегъэкӀ— Бажэ пшынэ, 8

+2 örnek

НапӀэзыпӀэм сэшхуэ пцӀанэр вууэ мывэм къытридзащ, ар къэсщтэжыху, сэшхуапӀэри и къарум къызэрихькӀэ бжаблэм еуэри хьэлэчу зэхигъэлъалъэри къысхуидзыжащ— МелыӀыч, 445

Махъсымэрэ лымрэ къызэӀысхам естыжынщ, жиӀэу Лу шынакъымрэ тепщэчымрэ къыщищтэж дыдэм, фоч уэ макъым къигъэщтащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 596

2. Къэзэужын, къэубыдыжын.

Ӏэшэ цӀыкӀур ерыщти, зэгуагъэпынумэ, еупщӀырт: - Ислъэмейр окрисполкомым къыщытеуам цӀыхур зэрыгъэкӀияуэ жаӀэ: Бахъсэныр нобэ къэдвгъащтэ, пщэдей Налшык къэтщтэжынщи, Москвар езыр къыдгухьэжынщ, жаӀэу— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527

+1 örnek

– ДунейкӀэ жыхьэнэмэр ди фэм икӀащи, ахърэткӀэ жэнэтыр къытлъысынущ, - жиӀэурэ Къэрэмырзэ цӀыху зигу кӀуэда хуэзэмэ, и гур фӀы хуищӀыжырт, зауэр яухыу къалэр аргуэру къащтэжа нэужь.— Лыгъэ, 412

Deyimler (1)

зым Ӏэпыхур зым къищтэжу

Еплъ: зы

Kitapta geçtiği hali

ЗЫ I (716). 1. (694). Бжыгъэ 1; 1 хъу. Гъуумар шыгу шитӀ иритырт зы уанэш къезытым, Щэрдан Берд и шу гъусэм и унэр кърищэрт зы уанэфӀкӀэ, арщхьэкӀэ лӀыжьым зыхигъэзэгъакъым, «си натӀэ езудэкӀыну уи унэр, сыт зэрысщӀынур?» Хъуэпсэгъуэ нур, 303-304. Къуажэм укъикӀыу къалэм бэзэр гъуэгу цӀыкӀумкӀэ укӀуэмэ, зы сыхьэтт узэрытетыр, Апчарэ матэкъуаншэкӀэ бжьын е джэдыщӀэ цӀыкӀу бэзэрым ихьу дапщэрэ кӀуа? Нал къута, 222. [Дэфэрэдж:] Си анэшхуэу хъыбар псори зыӀуэтэжар и щӀалэгъуэм лӀыубыдхэм яӀэщӀэхуэри яхьауэ щытащ, ауэ и насыпу къелащ, и къелыкӀари, и чэзу къэсмэ, вжесӀэнущ, абы уедэӀуэн щхьэкӀэ, зы пщыхьэщхьэкъым узэрыщысын хуейр, сыту жыпӀэмэ, пычыгъуэ Ӏэджэ мэхъу, абы нэгъуэщӀ гуэрхэр пызощэ, си сымаджэ сызэӀэзэхэр тхыдэ сыт хуэдэхэм дихьэхыу езгъэдэӀуэн папщӀэ. Лъапсэ, 6. 2. (22). Зыгуэрым ехьэлӀауэ Ӏуэхугъуэ пыухыкӀа гуэр. КъакӀуэ, умыщӀу си жагъуэ, Мы зыр бжесӀэнум нэхъыщхьэщ – Хъыджэбзым хуэщкъым пагагъэр. Дэ къэтпсэлъахэр дыгъуасэ. «Шум и гъуэгу», 70. Ди хэкум уэ бгъазэм, Мы зымкӀэ солъэӀу: Си адэм ухуэзэм, Зы псалъэ жеӀэж: «ФӀыуэ плъагъуу уи щӀалэр ЩӀы щӀыӀэм щӀэслъхьащ». Цеищхъуэ схуищӀамэ, ФӀэлъапӀэм фӀилъэнщ, Цейм еплъмэ, гумащӀэу Игу и къуэр къэкӀынщ. ЗэныбжьэгъуитӀ. «Шум и гъуэгу», 34. А зым фӀэкӀа а махуэм къэмыхъуами урикъунт, Сосрыкъуэ и пщӀыхьэпӀи къэкӀакъым а бомбэ къигъэуам бэлыхьу къикӀар къикӀыну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 625. ◊ Зы бэлыхьлажьэ (10). Хьэлэмэтыщэ, гъэщӀэгъуэн гуэр. А цы тӀэкӀум еплъырт [Жыраслъэн], зы бэлыхьлажьэ хыфӀидзауэ щылъ хуэдэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 117. Асыхьэту Дэфэрэдж къигъэуӀэбжьу игу къэкӀащ и адэм и псэлъафэу щыта зы бэлыхьлажьэ гуэр: «жьым тесу псым йопыдж». Ар дыдэр арат цӀыхубзыр къэзыгъэпӀейтеяр. Лъапсэ, 40. Шыкъым Нэху къэкӀуэжащ жаӀэу и Ӏыхьлыи и благъи къызэхуэмысу къэнэнт – къуажэм зы бэлыхьлажьэ къыщыхъуа хуэдэу, къэбырсеят, хьэщӀэр мычэму къакӀуэрт, къакӀуэ къэсыхуи фадэ къаӀэтырт. Кхъэлэгъунэ, 375. Зы гъуэгу тетын (техьэн) (2). Зы мурад яӀэн, я Ӏуэхур зэтехуэн. АтӀэ псори зы гъуэгу дыщытехьакӀэ. ди гъусэну зымыдэр хэт? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575. Зы еплъыкӀэкӀэ еплъын (1). ЩӀалэ нащхъуэ цӀыкӀуу вытӀощыщӀэр зыӀыгъыр зы еплъыкӀэкӀэ машинэр зейм еплъырти дадэм гу лъитащ абы и гум илъым, щхьэр умыгъэузу ущрагъэблагъэкӀэ еблагъи сэри сыутӀыпщыж, жиӀэу арагъэнт. КӀапсэ кӀапэ, 6. Зы зэман (6). Зэгуэр, куэд щӀауэ. Дэ тӀур дызэрыгъуэтыжа нэужь, и гугъа хъунт дяпэкӀи дызэгъусэну, ди унэ сшэжрэ зы зэман мэкъу хьэжыгъэрэ хуэнщӀейрэ зэхэтпщэу Ӏус хуэтщӀу, щӀыӀэ хъумэ, шэщым уэншэку хущӀэтлъхьэу, псынэм къитшрэ псы едгъафэу зэрыщытам хуэдэу а махуэр къыхуихуэну. Анка, 384. А Ӏуэхушхуэм иужь итым я Ӏэтащхьэу Инал игъэувари Жыраслъэнт, зы зэман гуэр шыдыгъуу щытар. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515. Шу гъуситӀ иӀэу къыдыхьа лӀым фӀэхъус-сэламкӀэ и Ӏэр къыщишийм, Дэфэрэдж занщӀэу къэуӀэбжьащ, хьэщӀэм и зы Ӏэпхъуамбэ пымытыжу гу лъитати, и нэгум щӀэплъэри, арат: зы зэман гуэр зыхуэзауэ щыта бжэныхъуэ цӀыкӀурт. Лъапсэ, 112. Зы махуэ «уэху» жымыӀэн (1). Зымыгъэпсэхун, псэхугъуэ имыӀэу, гугъуехь защӀэу и дунейр ихьын. Бэлыхь мащӀи сшэчакъым, си фэр изыхар къулейсызыгъэрщ, сыбгъэунэхуну арами сщӀэркъым – дунейр си лъапэдэгъэзеигъуэщ, зы махуэ «уэху» жысӀакъым. Щынэхужьыкъуэ, 28. Зы мэ гуэр къыщӀихьэн (1). Зыгуэр зэхихын, къыгурыӀуэн. Тхьэм ещӀэ ар мыбы къэзыхур, жаӀэрт цӀыхухэм, зы мэ гуэр къыщӀихьа хъунщ, армырмэ Жыраслъэн зэӀущӀэ кӀуэ и хабзэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 85. Зы напӀэзыпӀэм (4). ПсынщӀэ дыдэу. Елдар къызэрыкӀуэр зы напӀэзыпӀэм жылэм дэз хъуащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515. КъэуӀэбжьауэ Зы напӀэзыпӀэм ӀумпӀафӀэ хъуауэ, И дарий джанэр Нартым хуетӀатэ. «ЩӀалэгъуэ » щӀыналъэ , 424. Барчо зы напӀэзыпӀэм еуэри пыӀэм щыщ къыкӀэриудауэ къехуэхыжащ. Лъапсэ, 114. Зы псалъэ жыӀэн (60). Ӏуэхум зыгуэр хэлъхьэн. Ауэ абы и псалъэм сызэрымыарэзы хэтщи, сэри жылэм сащыщу щыщыткӀэ, зы псалъэ жысӀэнут, – жиӀэри Мусэ къэуващ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 650. Зы псалъэ жымыӀэн (2). Зыри къыжьэдэмыкӀын, щымын. Уэри зы псалъэ жумыӀэу Укъызбгъэдэсщи, гум хощӀыр. Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 216. Зы псалъэу (1). КӀэщӀу, псалъэ лей хэмылъу. …ЩӀалэм дыщеупщӀым, Зы псалъэу псори къыджиӀащ: Дунейр долъагъур хъуреябзэу, Пшэр къащхъуэ-щхъуантӀэу тежыхьащ. Космонавт. «Мывэ хуабэ», 99. Зы псалъэ кӀэрымыгъэхун (1). Зыри дэмыгъэхуу, гупсэхуу едэӀуэн, зэгъэщӀэн. Сэид жинтыщхъуэ зытелъ къурӀэныр зэтрихри къыщӀидзащ: - Зы псалъэ кӀэрумыгъэху мыбы. Хъуэпсэгъуэ нур, 155. Зы хъун (9). Зэхыхьэн, зэхэзэрыхьын, зэгъусэ хъун. А махуэм фызыши, унэиши, щауэишыжи – псори зы хъуат, сыту жыпӀэмэ, Инал унафэ ищӀат зы пщыхьэщхьэм псори зэфӀэкӀын хуейуэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 585. Темэн и Ӏуфэм Ӏута цӀыхубз къомым яхуэгъеинт «хэкум и набдзэщ» жыхуаӀа илъэпкъыр зэ кӀуэдыгъуэу хым щыхэкӀуадэкӀэ, уеблэмэ цӀыхухъу зырыз къэнамэ, я пыӀэр къекъухауэ тӀысырти, «уэуэур си махуэщ» жаӀэу гъуэгырт, хъыджэбз Ӏэджэми нысащӀэ щыгъынкӀэ захуэпауэ «дунейкӀэ дызэхуэмызамэ, ахърэткӀэ ди насып зы хъункъэ» жаӀэу хым зыхадзэрти, зрагъэтхьэлэжырт. Лъапсэ, 5–6. Зы хъужын (2). 1. (1). Зэакъылэгъуу къыщӀидзыжын. ГъэкӀуэдыным Ӏуэхур щынэсым, зэадэзэкъуэшхэр зы хъужащ, къуаншагъэу палъхьар къызыпкърыкӀар тхьэм ещӀэ, ЦӀыкӀущэ шы къезытарагъэнт. Нэгъуху, 33. 2. (1). зэхь. Зыуэ зэхыхьэн, зэхэлъэдэн. Си гуауэр бгыми гуауэ щохъури. Дэ тӀум ди нэпсыр зы хъужащ. Шэджэм псыкъелъэ. «Щхьэлыкъуэ», 377. Зы шынакъ ишхыкӀын (3). КъыздэгъуэгурыкӀуэн, къызэдэхъун. ДызэрыцӀыкӀурэ зы шынакъ дишхыкӀа хуэдэу ди Ӏыхьэ зэхэлъащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 571. ИгъащӀэм зы шынакъ садошхыкӀ сэри тхьэмыщкӀэм…Хъуэпсэгъуэ нур, 254. Зы щӀын (11). Еплъ зы хъун. Линэ дахэ, уэ уи псалъэр пэжмэ, Къэзгъэзэжмэ, ди насып зы тщӀынщ, ГъащӀэ лъапӀэр зэуэ бийм сӀэщӀихмэ, Лъагъуныгъэр уэ фэеплъ пхуэхъунщ. Линэ. «Бгы лъапэхэм деж», 79. Псынэ Ӏэджэ адэ бгыщхьэм Зэхуихьэсри зы ищӀауэ, Къохыр уэру ди Шэджэми Мэз щӀэтынкӀэ зигъэнщӀауэ. Терек. «Партыр ди пашэу», 117. Щхьэлу къуажэм дэтыр зы пщӀымэ, нэхъыфӀщ, жызыӀи щыӀащ, ауэ мэжджытыр зэхуэпщӀу куэдым ядэркъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 628. ☐ Зы бэлыхьым нэгъуэщӀ бэлыхь къелъху (1). Гузэвэгъуэр, гуауэр, Ӏейр и закъуэу къакӀуэркъым, абы нэгъуэщӀи кърокӀуэ, жыхуиӀэщ. [Гесиод:] Аращ, зы бэлыхьым нэгъуэщӀ бэлыхь къелъху. Тепщэч къэзылъэтыхь, 162. ФӀымрэ Ӏеймрэ зы бжьыхьэкӀапэм тесщ (1). Еплъ фӀы. Къэбдыгъуныр зы гуэныхьщи, пфӀадыгъуныр гуэныхьищэщ (1). Еплъ къэдыгъун. Зы лӀыр джэдыгуибгъурэ лӀибгъур джэдыгуншэу (1). Зым и куэду, адрейм зыри лъымысу. Щхьэж хуэхьыр ихьмэ, зы лӀыр джэдыгуибгъуу, лӀибгъур джэдыгуншэ хъунщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 254. Зым и гум адрейр къипсэлъыкӀын (1). Зэхуэдэу гупсысэн, я акъыл зэтехуэн. ХьэмтӀрэмтӀыгу си нэр къыхуикӀ щыхъуар еджэн къыщӀэздзэу урысыбзэ тӀэкӀуи зэзгъэщӀа нэужькӀэщ, сыту жыӀэт: зэгуэр сымыщӀэххэу Пушкин итхам ящыщу усэ срихьэлӀащ, мыбы хуэдэу: «Не в набегах отбивать коней с ногайскими быками, и с боя взятыми рабами суда в Анапе нагружать». «ЗекӀуэхэракъым шыхэмрэ нэгъуей гуухэмрэ къащытепхынур, зэзауэм гъэр щыпщӀахэр Анапэ деж кхъухьхэм ярыз щыпщӀынур». Си анэм иӀуэтэжу зэхэсхамрэ Пушкин зи гугъу ищӀымрэ зэзгъапщэмэ, зым и гум адрейр къипсэлъыкӀа къысфӀэщӀырт, сфӀэтелъыджэу. Лъапсэ, 6–7. Зым кӀэрыхур зым къищтэжу (1). Еплъ зым Ӏэпыхур зым къищтэжу. Иджыщ шэр зэрышэу щытмэ, нэхъыфӀу къыщалъытэр, цӀыхур зыуэ, зэакъылэгъуу, зым кӀэрыхуар зым къищтэжу хъумэ, нэхъыфӀу къыщалъытэр. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 652. Зым хуэмыфӀыр зыми щыщкъым (1). Зыми хуэмыӀэрыхуэр зыри и уасэкъым. Зым хуэмыфӀыр зыми щыщкъым, Псэу-мыпсэуми хэт хуэныкъуэ? ФӀымрэ Ӏеймрэ зэхэбгъэкӀыу. «Вагъуэ махуэ», 41. Зым Ӏэпыхур зым къищтэжу (5). ЗэгурыӀуэу, зэдэӀуэжу. Зым Ӏэпыхур зым къищтэжу, Зэкъуэшиблым диӀэщ хабзэу. «Индийскэ поэмэ», 361. Зыр лӀа папщӀэ зым зилӀэжрэ (2). Зым и Ӏуэхур зэӀыхьэ щхьэкӀэ, адрейм зиукӀыжкъым. Зыр лӀа папщӀэ зым зилӀэжрэ. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 152.

КЪЭЩТЭЖЫН (къещтэж) лъэӀ. (17). 1. (10). Убыдыжын, къэпхъуэтэжын, къэӀэтыжын. Бажэм пшынэр къищтэжауэ Дыгъужь къафэр кърегъэкӀ. «Бажэ пшынэ», 8. НапӀэзыпӀэм сэшхуэ пцӀанэр вууэ мывэм къытридзащ, ар къэсщтэжыху, сэшхуапӀэри и къарум къызэрихькӀэ бжаблэм еуэри хьэлэчу зэхигъэлъалъэри къысхуидзыжащ. МелыӀыч, 445. Махъсымэрэ лымрэ къызэӀысхам естыжынщ, жиӀэу Лу шынакъымрэ тепщэчымрэ къыщищтэж дыдэм, фоч уэ макъым къигъэщтащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 596. 2. (2). Къэзэужын, къэубыдыжын. Ӏэшэ цӀыкӀур ерыщти, зэгуагъэпынумэ, еупщӀырт: - Ислъэмейр окрисполкомым къыщытеуам цӀыхур зэрыгъэкӀияуэ жаӀэ: Бахъсэныр нобэ къэдвгъащтэ, пщэдей Налшык къэтщтэжынщи, Москвар езыр къыдгухьэжынщ, жаӀэу. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527. – ДунейкӀэ жыхьэнэмэр ди фэм икӀащи, ахърэткӀэ жэнэтыр къытлъысынущ, - жиӀэурэ Къэрэмырзэ цӀыху зигу кӀуэда хуэзэмэ, и гур фӀы хуищӀыжырт, зауэр яухыу къалэр аргуэру къащтэжа нэужь. Лыгъэ, 412. ◊ Зым Ӏэпыхур зым къищтэжу (5). Еплъ зы I.

Düzeltme Öner

зым Ӏэпыхур зым къищтэжу
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.