зыри
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
зыри/зырикӀ, зыци/зыц; HİÇBİRİ
зырикӀ/зыри, зыци/зыц; HİÇBİRİ
зыц/зыци, зыри/зырикӀ; HİÇBİRİ
зыци/зыц, зыри/зырикӀ; HİÇBİRİ
Bu sonuç kitaptaki 4 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зыгуэри, хэти.
руникто, ничто
Ӏэминат къэувыӀэри, нэ къулэн дахитӀымкӀэ мащӀэу къеплъэкӀа мыхъумэ, зыри жиӀакъым. Къу. С. Мыбы ар {Геракл} щыхуэзащ.. зыри зытемыкӀуэж Антей. Ижь. д. и ист.
Bu maddedeki ifadeler (1)
зыри хуэӀуакъым
руничего плохого (зазорного) нет в том..
Уэ хъан гуащэу ущытыным зыри хуэӀуакъым. Къэб.
Kitapta geçtiği hali
зыри отриц. мест. никто, ничто / Зыгуэри, хэти. Ӏэминат къэувыӀэри, нэ къулэн дахитӀымкӀэ мащӀэу къеплъэкӀа мыхъумэ, зыри жиӀакъым. Къу. С. Мыбы ар {Геракл} щыхуэзащ.. зыри зытемыкӀуэж Антей. Ижь. д. и ист. Зыри хуэӀуакъым ничего плохого (зазорного) нет в том.. Уэ хъан гуащэу ущытыным зыри хуэӀуакъым. Къэб.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Хэти. - 93.
– Ярэби, уэ зыри къуоныкъуэкъуркъым, ауэ къомыупщӀауэ уи псалъэ къыхыумыӀу, - жиӀэу Астемыр и унэгуащэм хуеплъэкӀырт, елъэӀу хуэдэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 545
+1 örnek
Уэрэдыр Мэмэт-щӀакъуэ зыщӀэущӀам и жэуапу арагъэнт, арщхьэкӀэ, зыри къыдежьууатэкъыми, къыхэзыдзами кӀэщӀу пичыжащ, Ӏэнэзехьэхэри щӀэкӀыжащ, къаз зэкӀэлъхьэужьу псымкӀэ зыгъэзахэм ещхьу, стӀолым бгъэдэсхэри аргуэру нэжэгужэ къэхъужауэ зэрогъэдыхьэшх, зоныкъуэкъуэкъу.— Лъапсэ, 92
2. Сыти, зыгуэри.
А лӀыжь къомым я нэгум Щэрданыр къыщӀэплъауэ щытатэмэ, къыгурыӀуэнт ар а къуажэм къыдыхьэ хъунрэ мыхъунрэ, арщхьэкӀэ пщыхьэщхьэ хъуати, зыри илъэгъуакъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 295
+3 örnek
Къазджэрийрэ Саниятрэ кхъухь палубэм тету Истамбыл къалэм дэт мэжджытхэр, азэнджапӀэ лъагэхэр псым зэрыщӀэтӀысыкӀым еплъырт, зыри жамыӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 668
[Албинэ:] Иджы дунейм зырит фӀэӀуэхужкъым.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 170
Бот зыри къызэримыщтари, ЛӀутӀэ Башир ЩӀакъуэ Ӏуэхутхьэбзэ хуищӀэу шыр унэм зэрыхуишам фӀэкӀа зэран зэрыбгъэдэмылъри Ӏэджэм ящӀэрт, ауэ Гъуумар угурыӀуэну Ӏэмал лъэпкъ иӀэтэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 286
Deyimler (7)
зыри жымыӀэн
Щымын, мыпсэлъэн. -393.
Зыкъомым Астемыр жиӀар ядэртэкъым, Астемыр къыдэщӀхэри мащӀэ хъуртэкъым, ауэ ӀейкӀи фӀыкӀи зыри жызымыӀэри куэд хъурт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 198
+2 örnek
ЛӀыгъур укӀытэхти, плъыжь къэхъуащ, тӀэкӀурэ щысщ, зыри жимыӀэуи, и анэм къеупщӀащ: - Уэ къысхуэбгъуэта зыгуэр?— Лъапсэ, 109
Назифэ япэм зыри жимыӀэу хуэшэчу щытами, иджы и адэр унэм къызэрыщӀыхьэжу щӀокӀри къекӀухь гъуэлъыжыгъуэ хъухукӀэ.— Лэчымэ, 392
зыри имылъагъужын
И нэр къыщхьэрипхъуэн.
Къэрэжьи къикӀуэтынум ящыщкъым, и къамэжь гуэлэлым еӀэнщи, и Ӏупсыр къыжьэдипхъыу, и нитӀри плъыжь хъуарэ зыри имылъагъужу зэгуэзыгъэпам и ныбэр къригъэхуну хьэзырыпсщ.— Лъапсэ, 35
зыри къимыкӀын
КъомыхъулӀэн.
ӀэпщацагъэкӀэ, залымыгъэкӀэ я ужь уихьэмэ, зыри къикӀынукъым.— Нал къута, 259
+2 örnek
[Дэфэрэдж:] Избирателым и наказ хуэдэу собранэм щыжысӀам зыри къикӀакъым, езым «избирателхэм сывипщылӀщ» жиӀэу дыкъигъэгугъа щхьэкӀэ, ари щыгъупщэжащ.— Лъапсэ, 9
Мыбы хуэдэу ди Ӏуэхур къыщыщӀидзыжакӀэ, ди адэжь щӀыналъэм дыкӀуэжыну хуит дыфщӀ, жаӀэу зыкъомым зыкъаӀэта щхьэкӀи, зыри къикӀакъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663
зыри и нэм къимыхьыжын
Зыгуэр Ӏейуэ игу иримыхьын, къытехьэн.
Къэхъея псалъэмакъыр Нартыхум и гум шэуэ къытехуащи, иджы зыри и нэм къихьыжыркъым, сыщӀэкӀыу щхьэ семыжьэжрэ, жиӀэу къызэкӀуэкӀащ, псалъэ мышыум клубым щыжаӀар къыхыхьэжауэ зэгуэуд щхьэкӀэ, яхэкӀыжмэ, къызэхуэсам я жагъуэ хъунущи, жаӀэр уи гум томыгъахуэу хъунукъым.— Лъапсэ, 75
3 deyim daha
зыри хэмыщӀыкӀын
Щымыгъуэзэн.
Апчарэ удз хущхъуэм зыри хищӀыкӀыртэкъым, ауэ и нысэ Иринэ медтехникум къиухащи абы хещӀыкӀ, жиӀэри Иринэ зыхуигъэзэну мурад ищӀащ.— Щынэхужьыкъуэ, 59
зыри хэлъкъым
Ӏуэхушхуэкъым; ягъэ кӀынкъым.
[Жамбот:] Уэлэхьи, зы мазэ зыбгъэпсэхун жыхуэпӀэми зыри хэмылъ.— Алъхъо, 64
зыри хуэӀуакъым
КъызэрыгуэкӀ Ӏуэхущ; гугъукъым.
Тэмакъыр щалъэщӀкӀэ зигу фӀей илъым и гур бгъэкъэбзэн жыхуэпӀэми зыри хуэӀуакъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 656
+1 örnek
Къазджэрий Мэзкуу къикӀыжу къызэрыкӀуэжари, ар къыщежьэжым Тембот зэрыкӀуэжари зэхихати, абы хуэдэ гуэр Думэсарэ пщӀыхьэпӀэу зэрилъагъуным зыри хуэӀуатэкъым, Думэсарэ къэуша иужь гузавэрт, Тембот куэбжэм къыдэмыхьэу, бжыхьым къыщхьэпрыӀэбыкӀыу, щхьэ и ӀитӀыр къысхуишия, жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 564
Kitapta geçtiği hali
ЗЫРИ (174). мыхъу. цӀэп. 1. (36). Хэти. – Ярэби, уэ зыри къуоныкъуэкъуркъым, ауэ къомыупщӀауэ уи псалъэ къыхыумыӀу, - жиӀэу Астемыр и унэгуащэм хуеплъэкӀырт, елъэӀу хуэдэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 545. Уэрэдыр Мэмэт-щӀакъуэ зыщӀэущӀам и жэуапу арагъэнт, арщхьэкӀэ, зыри къыдежьууатэкъыми, къыхэзыдзами кӀэщӀу пичыжащ, Ӏэнэзехьэхэри щӀэкӀыжащ, къаз зэкӀэлъхьэужьу псымкӀэ зыгъэзахэм ещхьу, стӀолым бгъэдэсхэри аргуэру нэжэгужэ къэхъужауэ зэрогъэдыхьэшх, зоныкъуэкъуэкъу. Лъапсэ, 92- 93. 2. (138). Сыти, зыгуэри. А лӀыжь къомым я нэгум Щэрданыр къыщӀэплъауэ щытатэмэ, къыгурыӀуэнт ар а къуажэм къыдыхьэ хъунрэ мыхъунрэ, арщхьэкӀэ пщыхьэщхьэ хъуати, зыри илъэгъуакъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 295. Къазджэрийрэ Саниятрэ кхъухь палубэм тету Истамбыл къалэм дэт мэжджытхэр, азэнджапӀэ лъагэхэр псым зэрыщӀэтӀысыкӀым еплъырт, зыри жамыӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 668. [Албинэ:] Иджы дунейм зырит фӀэӀуэхужкъым. Тепщэч къэзылъэтыхь, 170. Бот зыри къызэримыщтари, ЛӀутӀэ Башир ЩӀакъуэ Ӏуэхутхьэбзэ хуищӀэу шыр унэм зэрыхуишам фӀэкӀа зэран зэрыбгъэдэмылъри Ӏэджэм ящӀэрт, ауэ Гъуумар угурыӀуэну Ӏэмал лъэпкъ иӀэтэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 286. ◊ Зыри жымыӀэн (8). Щымын, мыпсэлъэн. Зыкъомым Астемыр жиӀар ядэртэкъым, Астемыр къыдэщӀхэри мащӀэ хъуртэкъым, ауэ ӀейкӀи фӀыкӀи зыри жызымыӀэри куэд хъурт. Хъуэпсэгъуэ нур, 198. ЛӀыгъур укӀытэхти, плъыжь къэхъуащ, тӀэкӀурэ щысщ, зыри жимыӀэуи, и анэм къеупщӀащ: - Уэ къысхуэбгъуэта зыгуэр? Лъапсэ, 109. Назифэ япэм зыри жимыӀэу хуэшэчу щытами, иджы и адэр унэм къызэрыщӀыхьэжу щӀокӀри къекӀухь гъуэлъыжыгъуэ хъухукӀэ. Лэчымэ, 392-393. Зыри имылъагъужын (1). И нэр къыщхьэрипхъуэн. Къэрэжьи къикӀуэтынум ящыщкъым, и къамэжь гуэлэлым еӀэнщи, и Ӏупсыр къыжьэдипхъыу, и нитӀри плъыжь хъуарэ зыри имылъагъужу зэгуэзыгъэпам и ныбэр къригъэхуну хьэзырыпсщ. Лъапсэ, 35. Зыри къимыкӀын (6). КъомыхъулӀэн. ӀэпщацагъэкӀэ, залымыгъэкӀэ я ужь уихьэмэ, зыри къикӀынукъым. Нал къута, 259. [Дэфэрэдж:] Избирателым и наказ хуэдэу собранэм щыжысӀам зыри къикӀакъым, езым «избирателхэм сывипщылӀщ» жиӀэу дыкъигъэгугъа щхьэкӀэ, ари щыгъупщэжащ. Лъапсэ, 9. Мыбы хуэдэу ди Ӏуэхур къыщыщӀидзыжакӀэ, ди адэжь щӀыналъэм дыкӀуэжыну хуит дыфщӀ, жаӀэу зыкъомым зыкъаӀэта щхьэкӀи, зыри къикӀакъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663. Зыри и нэм къимыхьыжын (1). Зыгуэр Ӏейуэ игу иримыхьын, къытехьэн. Къэхъея псалъэмакъыр Нартыхум и гум шэуэ къытехуащи, иджы зыри и нэм къихьыжыркъым, сыщӀэкӀыу щхьэ семыжьэжрэ, жиӀэу къызэкӀуэкӀащ, псалъэ мышыум клубым щыжаӀар къыхыхьэжауэ зэгуэуд щхьэкӀэ, яхэкӀыжмэ, къызэхуэсам я жагъуэ хъунущи, жаӀэр уи гум томыгъахуэу хъунукъым. Лъапсэ, 75. Зыри хэмыщӀыкӀын (2). Щымыгъуэзэн. Апчарэ удз хущхъуэм зыри хищӀыкӀыртэкъым, ауэ и нысэ Иринэ медтехникум къиухащи абы хещӀыкӀ, жиӀэри Иринэ зыхуигъэзэну мурад ищӀащ. Щынэхужьыкъуэ, 59. Зыри хэлъкъым (3). Ӏуэхушхуэкъым; ягъэ кӀынкъым. [Жамбот:] Уэлэхьи, зы мазэ зыбгъэпсэхун жыхуэпӀэми зыри хэмылъ. Алъхъо, 64. Зыри хуэӀуакъым (2). КъызэрыгуэкӀ Ӏуэхущ; гугъукъым. Тэмакъыр щалъэщӀкӀэ зигу фӀей илъым и гур бгъэкъэбзэн жыхуэпӀэми зыри хуэӀуакъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 656. Къазджэрий Мэзкуу къикӀыжу къызэрыкӀуэжари, ар къыщежьэжым Тембот зэрыкӀуэжари зэхихати, абы хуэдэ гуэр Думэсарэ пщӀыхьэпӀэу зэрилъагъуным зыри хуэӀуатэкъым, Думэсарэ къэуша иужь гузавэрт, Тембот куэбжэм къыдэмыхьэу, бжыхьым къыщхьэпрыӀэбыкӀыу, щхьэ и ӀитӀыр къысхуишия, жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 564.