дагъэ щӀэлъын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
дагъэ
Щэм, кӀапэм, языныкъуэ къэкӀыгъэхэм, минералхэм къыщӀаху, къыщӀагъэвыкӀ, къыхащӀыкӀ ткӀуаткӀуэ.
Ти, Исуф пӀащӀэ-тхъытхъыу Америкэм я мэктэбым нэсри заригъэтхащ, ахъшэ къратам щыщ къыхихри къэхьауэ, фошыгъу, хьэжыгъэ, дагъэ, лы гъэгъуа, хъурмэ – зыхуейуэ ямыгъуэт псори къихьри къэкӀуэжащ.— Лэчымэ, 391
+2 örnek
ТӀутӀи цӀыкӀухэм я жагъуэ ищӀакъым: – АтӀэ, Матренэ, дяпэкӀэ дагъэ уи унэ къипхыу къодгъэхьыжынкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 562
КъовыкӀыр лэпсыр тезу дагъэ, Къыхошхэ уэшхыр, ягъэ кӀынкъым.— Лэгъуп цӀыкӀу. «Шум и гъуэгу», 50
Deyimler (6)
дагъэ щыхуэн
Зыгуэрым и гур гъэзэгъэн, и гуапэ щӀын, щытхъун.
Уэрэд зэхэзылъхьэм Ар и напщӀэтелъу, Зи уэрэд ягъэӀум И фэм дагъэ щахуэу Хэкур иригуфӀэрт.— Уэрэдгъэшэс. «Дамыгъэ», 212
дагъэ къыщыхуэн
Ар [Якъуб] къыщытехуам [район газетым] Якъуб дагъэ къыщахуа хуэдэу и гуапэ хъуамэ, иджы иронэщхъей.— Нал къута, 262
+2 örnek
Си уэрэд жызыӀэм дагъэ къысщихуащ, жыхуаӀэм хуэдэу, а хъыбарыр къызыбгъэдэкӀым дежкӀи нэхъ гуапэщ, гъуом цӀыхур къедаӀуэмэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 508
Иджыри Ӏэщэм е бгырыпхым, Ӏэлъын дыщэкӀыу зи ӀэщӀагъэм Дамыгъэ телъу сэ солъагъури, КъысфӀощӀ къысщахуэу сэри дагъэ.— Дамыгъэ. «Дамыгъэ», 205
Еплъ: дагъэ щыхуэн
Ӏупэр дагъэ къищӀын
Еплъ: Ӏупэ
Ӏэпэм дагъэ къыпыткӀун
Еплъ: Ӏэпэ
дагъэ щӀэлъын
Ерыскъым къару щӀэлъын.
[Кулисум, Къэрэлъашэ хуэгъэзауэ:] Ӏэзэм деж сыкӀуати, «дагъэ зыщӀэлъ шхын егъэшх [сабийм]», жиӀащ.— Нэгъуху, 35
дагъэ щӀэтын
[Фыз Ӏэзэм, Кулисуим хуэгъэзауэ:] – Абы и хущхъуэр дагъэ зыщӀэт шхын егъэшхын хуейуэ аращ, си псэ тӀэкӀу.— Нэгъуху, 34
+1 örnek
[Кулисум, Къэрэлъашэ хуэгъэзауэ:] Дагъэ зыщӀэт мыгъуэ дэнэ къисхын?— Нэгъуху, 35
Еплъ: дагъэ щӀэлъын
щӀэлъын
(щӀэлъщ)
1. Зыгуэрым и щӀагъым е унэ с.ху. я кӀуэцӀым щыщылъын.
Щхьэгъубжэхэри инщ, рамэм абджу хэлъа псори хэмылъыж щхьэкӀэ, пэшхэр нэхущ, унэлъащӀэ хъарзынэ щӀэлъщ, къызыхуэт щымыӀэу— МелыӀыч, 448
+2 örnek
Зым и кӀэрахъуэр шэщым щӀэлът, шы Ӏэпслъэпсхэм хэлъу, адрейм пщэфӀапӀэм гъэтӀылъыпӀэ къыщигъуэтауэ щиӀыгът, ещанэм унащхьэр къэнжалти, уэшхыпс къызэрежэх бжьамийм и кӀуэцӀым е клубым суфлер зэрыс кумбым илъу зэрихьэрт.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531
Жансэхъу учкому зэрыхах лъандэрэ, пэш щхьэхуэ щӀэлъу щытащ, къыпэрыуэн школым щӀэстэкъыми.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 600
2. Сымаджэщым пӀалъэкӀэ ущыӀэу, къыщоӀэзэу щытын.
[Сымаджэр] УӀэгъи хъури госпиталым щӀэлъащ, иужьым щӀакъуэу къыщӀэкӀыжащи, абы лъандэрэ башыр игъэтӀылъ хъуркъым.— МелыӀыч, 448
+2 örnek
Езыми [Иринэ] псалъэм и пэри и кӀэри имыщӀэу къыхиӀуащ: – Нанэ, Албиян уӀэгъэ хъуауэ госпиталым щӀэлъщ, – жиӀэри…— Нал къута, 225
[Апчарэ, Иринэ хуэгъэзауэ:] – Сыт Албиян?... УӀэгъэ хъуащ. Госпиталым щӀэлъщ.— Нал къута, 217
3. Псалъэм, уэрэдым къиӀуатэ мыхьэнэ, щӀагъыбзэ.
Гъыбзэм псалъи щӀремылъ— Гъатхэм и бзэ. «Батырыбжьэ», 9
+1 örnek
Апчарэ щхьэкӀэ абы [Аслъэныкъуэ] уэрэд зэхилъхьауэ «Яблочкэ» уэрэдым и макъым псалъэ щӀэлъу жиӀэрт.— Щынэхужьыкъуэ, 21
4. ЛӀар щӀалъхьауэ щытын.
Дуней хьэзабыр яшэчами, ЩӀым щӀэлъыр гугъэу я гур хощӀ: Щыпсэум ӀэфӀ закъуэ яӀухуамэ, Дунейр ӀэфӀ хъуауэ лӀам къафӀощӀ.— ЛӀари мэгупсысэ. «Дамыгъэ», 92
5. ӀэфӀагъ шхыным пкърылъын.
ШӀыныр Ӏейуэ къыдэмэщӀэкӀт, зыдгъэнщӀу зэи дамыгъашхэу, дагъэшхми ӀэфӀ щӀагъуэ щӀэлътэкъыми, сымаджэ хъууэ сымаджэщым яшэ къытхэкӀт, нэгъуху уз сэри къызэуэлӀат.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 522
Kitapta geçtiği hali
ДАГЪЭ (24). Щэм, кӀапэм, языныкъуэ къэкӀыгъэхэм, минералхэм къыщӀаху, къыщӀагъэвыкӀ, къыхащӀыкӀ ткӀуаткӀуэ. Ти, Исуф пӀащӀэ-тхъытхъыу Америкэм я мэктэбым нэсри заригъэтхащ, ахъшэ къратам щыщ къыхихри къэхьауэ, фошыгъу, хьэжыгъэ, дагъэ, лы гъэгъуа, хъурмэ – зыхуейуэ ямыгъуэт псори къихьри къэкӀуэжащ. Лэчымэ, 391. ТӀутӀи цӀыкӀухэм я жагъуэ ищӀакъым: – АтӀэ, Матренэ, дяпэкӀэ дагъэ уи унэ къипхыу къодгъэхьыжынкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 562. КъовыкӀыр лэпсыр тезу дагъэ, Къыхошхэ уэшхыр, ягъэ кӀынкъым. Лэгъуп цӀыкӀу. «Шум и гъуэгу», 50. ◊ Дагъэ щыхуэн (7). Зыгуэрым и гур гъэзэгъэн, и гуапэ щӀын, щытхъун. Уэрэд зэхэзылъхьэм Ар и напщӀэтелъу, Зи уэрэд ягъэӀум И фэм дагъэ щахуэу Хэкур иригуфӀэрт. Уэрэдгъэшэс. «Дамыгъэ», 212. Дагъэ къыщыхуэн (3). Еплъ дагъэ щыхуэн. Ар [Якъуб] къыщытехуам [район газетым] Якъуб дагъэ къыщахуа хуэдэу и гуапэ хъуамэ, иджы иронэщхъей. Нал къута, 262. Си уэрэд жызыӀэм дагъэ къысщихуащ, жыхуаӀэм хуэдэу, а хъыбарыр къызыбгъэдэкӀым дежкӀи нэхъ гуапэщ, гъуом цӀыхур къедаӀуэмэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 508. Иджыри Ӏэщэм е бгырыпхым, Ӏэлъын дыщэкӀыу зи ӀэщӀагъэм Дамыгъэ телъу сэ солъагъури, КъысфӀощӀ къысщахуэу сэри дагъэ. Дамыгъэ. «Дамыгъэ», 205. Ӏупэр дагъэ къищӀын (1). Еплъ Ӏупэ. Ӏэпэм дагъэ къыпыткӀун (1). Еплъ Ӏэпэ. Дагъэ щӀэлъын (1). Ерыскъым къару щӀэлъын. [Кулисум, Къэрэлъашэ хуэгъэзауэ:] Ӏэзэм деж сыкӀуати, «дагъэ зыщӀэлъ шхын егъэшх [сабийм]», жиӀащ. Нэгъуху, 35. Дагъэ щӀэтын (2). Еплъ дагъэ щӀэлъын. [Фыз Ӏэзэм, Кулисуим хуэгъэзауэ:] – Абы и хущхъуэр дагъэ зыщӀэт шхын егъэшхын хуейуэ аращ, си псэ тӀэкӀу. Нэгъуху, 34. [Кулисум, Къэрэлъашэ хуэгъэзауэ:] Дагъэ зыщӀэт мыгъуэ дэнэ къисхын? Нэгъуху, 35.
ЩӀЭЛЪЫН (щӀэлъщ) лъэмыӀ. (139). 1. (114). Зыгуэрым и щӀагъым е унэ с.ху. я кӀуэцӀым щыщылъын. Щхьэгъубжэхэри инщ, рамэм абджу хэлъа псори хэмылъыж щхьэкӀэ, пэшхэр нэхущ, унэлъащӀэ хъарзынэ щӀэлъщ, къызыхуэт щымыӀэу. МелыӀыч, 448. Зым и кӀэрахъуэр шэщым щӀэлът, шы Ӏэпслъэпсхэм хэлъу, адрейм пщэфӀапӀэм гъэтӀылъыпӀэ къыщигъуэтауэ щиӀыгът, ещанэм унащхьэр къэнжалти, уэшхыпс къызэрежэх бжьамийм и кӀуэцӀым е клубым суфлер зэрыс кумбым илъу зэрихьэрт. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531. Жансэхъу учкому зэрыхах лъандэрэ, пэш щхьэхуэ щӀэлъу щытащ, къыпэрыуэн школым щӀэстэкъыми. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 600. 2. (13). Сымаджэщым пӀалъэкӀэ ущыӀэу, къыщоӀэзэу щытын. [Сымаджэр] УӀэгъи хъури госпиталым щӀэлъащ, иужьым щӀакъуэу къыщӀэкӀыжащи, абы лъандэрэ башыр игъэтӀылъ хъуркъым. МелыӀыч, 448. Езыми [Иринэ] псалъэм и пэри и кӀэри имыщӀэу къыхиӀуащ: – Нанэ, Албиян уӀэгъэ хъуауэ госпиталым щӀэлъщ, – жиӀэри… Нал къута, 225. [Апчарэ, Иринэ хуэгъэзауэ:] – Сыт Албиян?... УӀэгъэ хъуащ. Госпиталым щӀэлъщ. Нал къута, 217. 3. (3). Псалъэм, уэрэдым къиӀуатэ мыхьэнэ, щӀагъыбзэ. Гъыбзэм псалъи щӀремылъ. Гъатхэм и бзэ. «Батырыбжьэ», 9. Апчарэ щхьэкӀэ абы [Аслъэныкъуэ] уэрэд зэхилъхьауэ «Яблочкэ» уэрэдым и макъым псалъэ щӀэлъу жиӀэрт. Щынэхужьыкъуэ, 21. 4. (7). ЛӀар щӀалъхьауэ щытын. Дуней хьэзабыр яшэчами, ЩӀым щӀэлъыр гугъэу я гур хощӀ: Щыпсэум ӀэфӀ закъуэ яӀухуамэ, Дунейр ӀэфӀ хъуауэ лӀам къафӀощӀ. ЛӀари мэгупсысэ. «Дамыгъэ», 92. 5. (1). ӀэфӀагъ шхыным пкърылъын. ШӀыныр Ӏейуэ къыдэмэщӀэкӀт, зыдгъэнщӀу зэи дамыгъашхэу, дагъэшхми ӀэфӀ щӀагъуэ щӀэлътэкъыми, сымаджэ хъууэ сымаджэщым яшэ къытхэкӀт, нэгъуху уз сэри къызэуэлӀат. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 522. ◊ Дагъэ щӀэлъын (1). Еплъ дагъэ. Нэгум щӀэлъын (5). Еплъ нэгу. Нэм щӀэлъми къыщӀэмыхын (2). Еплъ нэ. Ӏэ щӀэлъын (3). Еплъ Ӏэ.