Ӏэпэ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

el etmek
OrtakӀэпэӀэ
DoğuӀэпэ хуэщӀын
BatıӀэ фэшӀын
el parmak ucutuş
DoğuӀэпэӀэпхъуамбапэ
BatıӀапэӀэхъомбап(э)
parmakel parmağı
DoğuӀэпэӀэпхъуамбэ
BatıӀапэӀэхъуамб(э)
parmak ucuel parmak ucu
DoğuӀэпэӀэпхъуамбапэ
BatıӀапэӀэхъомбап(э)
tuşarmonika tuşu
DoğuӀэпэпшынэӀэпэ
BatıӀапэпщынэӀапэ
Kitapta geçtiği hali

ӀЭПЭ/ӀЭ фэшӀын, ӀЭ/ӀЭПЭ хуэщӀын (~ фешӀы/~ хуещӀ); EL ETMEK

Ӏапэ/Ӏэпэ, Ӏэхъомбап(э)/Ӏэпхъуамбапэ; EL PARMAK UCU (tuş)

Ӏэпэ/Ӏапэ; EL PARMAK UCU (tuş)

Ӏапэ/Ӏэпэ, Ӏэхъуамб(э)/Ӏэпхъуамбэ; PARMAK (el ~ğı)

Ӏэпэ/Ӏапэ, Ӏэхъуамб(э)/Ӏэпхъуамбэ; PARMAK (el ~ğı)

Ӏэпхъуамбэ/Ӏэхъуамб(э), Ӏапэ/Ӏэпэ; PARMAK (el ~ğı)

Ӏэхъуамб(э)/Ӏэпхъуамбэ, Ӏапэ/Ӏэпэ; PARMAK (el ~ğı)

Ӏэпэ/Ӏапэ, Ӏэхъомбап(э)/Ӏэпхъуамбапэ; PARMAK UCU (el ~)

Ӏэпхъуамбапэ/Ӏэхъомбап(э), Ӏэпэ/Ӏапэ; PARMAK UCU (el ~)

Ӏэхъомбап(э)/Ӏэпхъуамбапэ, Ӏапэ/Ӏэпэ; PARMAK UCU (el ~)

Ӏапэ/Ӏэпэ, (Абз. АПЭ), пщынэӀапэ/ пшынэӀэпэ; TUŞ 1 (armonika ~u)

Ӏэпэ → Ӏапэ; TUŞ 1 (armonika ~u)

Bu sonuç kitaptaki 12 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: Ӏапэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. Ӏэпхъуамбэ. Ӏэпэ псыгъуэ.

рупалец (руки)

2. Пшынэм, пианинэм макъ кърагъэкӀын папщӀэ тракъузэу иӀэ пластинкэ.

руклавиш, клавиша

Пшынэ Ӏэпэ.

Bu maddedeki ifadeler (14)

Ӏэпэ жор щӀын

рукреститься.

Ӏэпэ жьажьэ

румедлительный в работе.

Ӏэпэ къыхуашиин

рупоказывать пальцем на кого-л.

Си ныбжьэгъу еджахэм сакъыкӀэрыхуами, Ӏэпэ къысхуашийуэ дунейм сытетынкъым.— Ӏуащхьэмахуэ

Ӏэпэ щабэ

ру1) нежная, легкая рука (напр. у врача).

ИгъащӀэкӀэ а лӀыжьми абы къыщӀэхъуа бынхэми я гум илъынщ а дохутыр Ӏэпэ щабэр. Ӏуащхь. 2) мастерская рука.

10 ifade daha

Ӏэпэ щӀэгъэшэн

рузагибать пальцы (при счёте).

Ӏэпэ щӀэдзын к.-з.

Ӏэ щӀэдзын

ӀэпэкӀэ емыӀусэн

руне притронуться пальцем к чему-л.

{и} Ӏэпэм дыщэ къыпощ

руна все руки мастер .

{и} Ӏэпэм едзэкъэжын

рукусать локоть.

БлэкӀахэр си гум къэкӀыжмэ, слъэмыкӀыу Ӏэпэм содзэкъэж.— Балъкъэр Фоусэт

Ӏэпэм къешэкӀын

рувертеть кем-л.

Ӏэпэр гъэтӀеин

рурисоваться, фасонить.

Ӏэпэр къищын

рублестеть, сверкать (напр. о мебели).

Ӏэпэр шхэн

руруки чешутся.

Ӏэпэр щӀишэн

русудорогой свело пальцы руки.

Kitapta geçtiği hali

Ӏэпэ 1. палец (руки) / Ӏэпхъуамбэ. Ӏэпэ псыгъуэ. 2. клавиш, клавиша / Пшынэм, пианинэм макъ кърагъэкӀын папщӀэ тракъузэу иӀэ пластинкэ. Пшынэ Ӏэпэ. Ӏэпэ жор щӀын креститься. Ӏэпэ жьажьэ медлительный в работе. Ӏэпэ къыхуашиин показывать пальцем на кого-л. * Си ныбжьэгъу еджахэм сакъыкӀэрыхуами, Ӏэпэ къысхуашийуэ дунейм сытетынкъым. Ӏуащхь. Ӏэпэ щабэ 1) нежная, легкая рука (напр. у врача). ИгъащӀэкӀэ а лӀыжьми абы къыщӀэхъуа бынхэми я гум илъынщ а дохутыр Ӏэпэ щабэр. Ӏуащхь. 2) мастерская рука. Ӏэпэ щӀэгъэшэн загибать пальцы (при счёте). Ӏэпэ щӀэдзын к.-з. = Ӏэ щӀэдзын. ӀэпэкӀэ емыӀусэн не притронуться пальцем к чему-л. {И} Ӏэпэм дыщэ къыпощ на все руки мастер . {И} Ӏэпэм едзэкъэжын кусать локоть. * БлэкӀахэр си гум къэкӀыжмэ, слъэмыкӀыу Ӏэпэм содзэкъэж. Б. Ф. Ӏэпэм къешэкӀын вертеть кем-л. Ӏэпэр гъэтӀеин рисоваться, фасонить. Ӏэпэр къищын блестеть, сверкать (напр. о мебели). Ӏэпэр шхэн руки чешутся. Ӏэпэр щӀишэн судорогой свело пальцы руки.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. Ӏэпхъуамбэ.

Астемыр и псэлъафэт: «Уэздыгъэ щыщӀэбгъанэкӀэ, уи Ӏэпэр мафӀэм исынкӀэ мэхъу», –жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 502

+2 örnek

[Исуф:] – Фо зезыхьэр и Ӏэпэ йобзей жиӀащ пасэрейм, мылъку зиӀэ гуэрым и мылъку хузетхьэн хуей хъумэ, ди фэ илъыни дгъуэтынщ икӀи дымэжэлӀэнкъым.— Лэчымэ, 390

Си Ӏэпэр сшийрэ сытеӀэбэм, БлэкӀар а тхыгъэм сигу къагъэкӀ.— Къурш дыркъуэ. «Дамыгъэ», 213

2. Пшынэм, пианинэм макъ кърагъэкӀын папщӀэ тракъузэу иӀэ пластинкэ.

Си пшынэ Ӏэпэр щӀамыгъауэм, И макъыр уи гум къошхыдыкӀ.— Си усэ. «Вагъуэ махуэ», 358

Deyimler (15)

Ӏэпэм дагъэ къыпыткӀун

ХуэщӀауэ, хуэкъулейуэ псэун.

Нобэ дытеувауэ жэм дгуэшмэ, бей дыхъуарэ ди Ӏэпэм дагъэ къыпыткӀуу аракъым щӀэдгуэшыр [жеӀэ Бекъан].— Щынэхужьыкъуэ, 13

Ӏэпэм едзэкъэн

Зыгуэрым хущӀегъуэжын.

СыщӀегъуэжауэ сэ куэдрэ Седзакъэрт пщӀэншэу си Ӏэпэм.— Адэ, 137

ӀэпэкӀэ емыӀусэн

И гугъу мыщӀыххэн, бгъэдэмыхьэн, емыӀэбын.

Мэ уи фочыжьри, ӀэпэкӀэ сеӀусэнкъым, ӀэпэкӀэ, – жиӀэри гъукӀэм фочыжьыр зейм хуидзыжащ, – сэ дэнэ къэна, си къуэр еӀусэуи здэнукъым.— Лъапсэ, 104

+2 örnek

Пэжу, Жыраслъэн илъэс плӀыщӀ къигъэщӀам ӀэпэкӀэ еӀусатэкъым уи бели, уи пхъэӀэщи…— Хъуэпсэгъуэ нур, 85

[Унэгуащэм:] Тхьэуэ нобэ зи махуэ лъапӀэ, ӀэпэкӀэ демыӀуса [хъыджэбз цӀыкӀум].— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 477

Ӏэпэр гъэдэлъэн

Зыгуэр ирибгъэшынэну Ӏэпэр хуэгъэсысын.

И Ӏэпэр губжьауэ игъэдалъэм, И нитӀ зытеплъэр мэгужьей.— Тет щхьэщих. «Дамыгъэ», 222

11 deyim daha

ӀэпэкӀэ жыӀэн

ӀэпэтэрмэшкӀэ жыпӀэну узыхуейр къэгъэлъэгъуэн.

–БзэкӀэ тхужымыӀэр ӀэпэкӀэ жытӀэнщ, –жиӀэу Астемыр мыгушыӀэу хуэшэчакъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 201

[я] Ӏэпэр зэрыӀыгъын

ЗэгурыӀуэн, зыр адрейм диӀыгъын.

Сытым и щхьэфи сигъэӀэбэ, нобэрей махуэр абы пызощэ, арыншэуи хъурэ – сыт хуэдэ лъэхъэнэми щыпсэуауэ щӀы, цӀыхубзу хъуам я псэр зэрощӀэ, я Ӏэпэр зэрыӀыгъщ, я натӀэм илъри зэбгъапщэмэ, зэшыпхъуитӀым я бынщ жыпӀэну зэщхьэщ.— Лъапсэ, 6

ӀэпэкӀэ зэрашэн

И нэхэм ямылъагъун, зэрынэфым къыхэкӀыу кърашэкӀын хуей хъун.

Къетау ӀэпэкӀэ зэрашэу нэф дыдэ хъуати, къуакӀэ тӀэкӀум дэхуэри зимыужьыжу лӀащ.— Лъапсэ, 111

ӀэпэкӀэ нэм къыщӀэӀэбэр умылъагъун

КӀыфӀ дыдэу щытын.

[ЛӀитӀым язым жеӀэ:] Сытуи кӀыфӀ, ӀэпэкӀэ нэм къыщӀэӀэбэр плъагъуркъым.— Лъапсэ, 33

ӀэпэкӀэ къешэкӀын

Зи нэм имылъагъур здэкӀуэм шэн.

Кулисум зыгъэгузавэр Хъуцэ нэгъуху хъуауэ, пшапэр зэрызэхэуэу и нитӀым Ӏупхъуэ гуэр къыӀуидзэрти, хъыджэбз дахэ дыдэ цӀыкӀур ӀэпэкӀэ къешэкӀын хуей хъурти аращ.— Нэгъуху, 33

Ӏэпэм къыщӀэкӀын

Тхын, Ӏэдакъэ къыщӀэкӀын.

«Мухьэмэд бегъымбарым и фӀыцӀагъэм тещӀыхьа диссертацэ!» –жиӀэурэ игъащӀэкӀэ си Ӏэпэм къыщӀэкӀам емыджахэр къигъэбырсеящ, узыншагъэм и ужь ит къулыкъущӀэхэм деж къыщыщӀэдзауэ нэхъ ищхьэ дыдэхэм я деж нэсыху.— Лъапсэ, 15

Ӏэпэ щабэ

ӀэбэкӀэ гуапэ зиӀэ.

[Варварэ Романовнэ] Уи Ӏэпэр щабэщ, жеӀэри, дакъикъи дэмыкӀыу аргуэру мэкъугъ.— Лъапсэ, 14

+1 örnek

Си нэм илъагъур си Ӏэр зэӀусэр аращ, а сызэӀусэм сыхуосакъыпэ, си пащхьэ илъым [сымаджэм] и псэр си Ӏэ ижьым къитӀысхьауэ телъэтыкӀыну пӀэрэ жысӀэу си Ӏэпэр нэхъ щабэ сщӀыным сыхущӀэкъуу.— Лъапсэ, 21

Ӏэпэм щӀэгъэкӀын

Къыупщытэу ӀэпэкӀэ къэӀэбырыбыхьын.

Ясыр зыщэхум ящӀэрт ясыр и пӀалъэ, хъыджэбзхэр кӀий щхьэкӀэ къамыгъанэу, я Ӏэпэм щӀагъэкӀырт къащэхуу хъуар.— Лъапсэ, 34

+1 örnek

Хъыджэбз цӀыкӀухэм я ужь дыдэ итым деж къыщыщӀадзэри япэ итым деж щаухыжу я щхьэцыр ятӀэтэжауэ, и нэхъыбитӀыр зэрыфейцейм фӀэкӀа дэбгъуэн щымыӀэу зырызыххэурэ тырку ныбэфым и Ӏэпэм щӀигъэкӀырт, я джанэр дрихьейурэ я щӀыфэм еплъырт, я нэгум щӀэплъэрт…— Лъапсэ, 36

Ӏэпэ щӀэмыдзыжыфын

ТхэкӀэ-еджэкӀэ мыщӀэн.

Къуажэм зылӀ дэстэкъым Ӏэпэ щӀидзыжыфу.— Нэгъуху, 20

Ӏэпэм щӀэфурэ къыщӀэфыкӀын

Къэгупсысын (щымыӀэр, дунейм темытыр, узыщымыгъуазэр).

– Газетым тхэм ятхын ямыгъуэтмэ, я Ӏэпэм щӀэфурэ къыщӀафыкӀыр ятх, – жиӀэри Якъуб и нэщхъыр зэхиукӀащ.— Нал къута, 267

Ӏэпэр щӀэшэн

Ӏэпхъуамбэхэр зырызу щӀэгъэшэн, зыгуэр убжыу, къыубжэкӀыу.

Ди Къазджэрии Ӏэпэр щӀишэу Уи къали уи пси къребжэкӀ.— Къазджэрий. «Вагъуэ махуэ», 11

Kitapta geçtiği hali

ӀЭПЭ (48). 1. (47). Ӏэпхъуамбэ. Астемыр и псэлъафэт: «Уэздыгъэ щыщӀэбгъанэкӀэ, уи Ӏэпэр мафӀэм исынкӀэ мэхъу», –жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 502. [Исуф:] – Фо зезыхьэр и Ӏэпэ йобзей жиӀащ пасэрейм, мылъку зиӀэ гуэрым и мылъку хузетхьэн хуей хъумэ, ди фэ илъыни дгъуэтынщ икӀи дымэжэлӀэнкъым. Лэчымэ, 390. Си Ӏэпэр сшийрэ сытеӀэбэм, БлэкӀар а тхыгъэм сигу къагъэкӀ. Къурш дыркъуэ. «Дамыгъэ», 213. 2. (1). Пшынэм, пианинэм макъ кърагъэкӀын папщӀэ тракъузэу иӀэ пластинкэ. Си пшынэ Ӏэпэр щӀамыгъауэм, И макъыр уи гум къошхыдыкӀ. Си усэ. «Вагъуэ махуэ», 358. ◊ Ӏэпэм дагъэ къыпыткӀун (1). ХуэщӀауэ, хуэкъулейуэ псэун. Нобэ дытеувауэ жэм дгуэшмэ, бей дыхъуарэ ди Ӏэпэм дагъэ къыпыткӀуу аракъым щӀэдгуэшыр [жеӀэ Бекъан]. Щынэхужьыкъуэ, 13. Ӏэпэм едзэкъэн (1). Зыгуэрым хущӀегъуэжын. СыщӀегъуэжауэ сэ куэдрэ Седзакъэрт пщӀэншэу си Ӏэпэм. «Адэ», 137. ӀэпэкӀэ емыӀусэн (7). И гугъу мыщӀыххэн, бгъэдэмыхьэн, емыӀэбын. Мэ уи фочыжьри, ӀэпэкӀэ сеӀусэнкъым, ӀэпэкӀэ, – жиӀэри гъукӀэм фочыжьыр зейм хуидзыжащ, – сэ дэнэ къэна, си къуэр еӀусэуи здэнукъым. Лъапсэ, 104. Пэжу, Жыраслъэн илъэс плӀыщӀ къигъэщӀам ӀэпэкӀэ еӀусатэкъым уи бели, уи пхъэӀэщи… Хъуэпсэгъуэ нур, 85. [Унэгуащэм:] Тхьэуэ нобэ зи махуэ лъапӀэ, ӀэпэкӀэ демыӀуса [хъыджэбз цӀыкӀум]. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 477. Ӏэпэр гъэдэлъэн (1). Зыгуэр ирибгъэшынэну Ӏэпэр хуэгъэсысын. И Ӏэпэр губжьауэ игъэдалъэм, И нитӀ зытеплъэр мэгужьей. Тет щхьэщих. «Дамыгъэ», 222. ӀэпэкӀэ жыӀэн (1). ӀэпэтэрмэшкӀэ жыпӀэну узыхуейр къэгъэлъэгъуэн. –БзэкӀэ тхужымыӀэр ӀэпэкӀэ жытӀэнщ, –жиӀэу Астемыр мыгушыӀэу хуэшэчакъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 201. [Я] Ӏэпэр зэрыӀыгъын (3). ЗэгурыӀуэн, зыр адрейм диӀыгъын. Сытым и щхьэфи сигъэӀэбэ, нобэрей махуэр абы пызощэ, арыншэуи хъурэ – сыт хуэдэ лъэхъэнэми щыпсэуауэ щӀы, цӀыхубзу хъуам я псэр зэрощӀэ, я Ӏэпэр зэрыӀыгъщ, я натӀэм илъри зэбгъапщэмэ, зэшыпхъуитӀым я бынщ жыпӀэну зэщхьэщ. Лъапсэ, 6. ӀэпэкӀэ зэрашэн (1). И нэхэм ямылъагъун, зэрынэфым къыхэкӀыу кърашэкӀын хуей хъун. Къетау ӀэпэкӀэ зэрашэу нэф дыдэ хъуати, къуакӀэ тӀэкӀум дэхуэри зимыужьыжу лӀащ. Лъапсэ, 111. ӀэпэкӀэ нэм къыщӀэӀэбэр умылъагъун (1). КӀыфӀ дыдэу щытын. [ЛӀитӀым язым жеӀэ:] Сытуи кӀыфӀ, ӀэпэкӀэ нэм къыщӀэӀэбэр плъагъуркъым. Лъапсэ, 33. ӀэпэкӀэ къешэкӀын (1). Зи нэм имылъагъур здэкӀуэм шэн. Кулисум зыгъэгузавэр Хъуцэ нэгъуху хъуауэ, пшапэр зэрызэхэуэу и нитӀым Ӏупхъуэ гуэр къыӀуидзэрти, хъыджэбз дахэ дыдэ цӀыкӀур ӀэпэкӀэ къешэкӀын хуей хъурти аращ. Нэгъуху, 33. Ӏэпэм къыщӀэкӀын (1). Тхын, Ӏэдакъэ къыщӀэкӀын. «Мухьэмэд бегъымбарым и фӀыцӀагъэм тещӀыхьа диссертацэ!» –жиӀэурэ игъащӀэкӀэ си Ӏэпэм къыщӀэкӀам емыджахэр къигъэбырсеящ, узыншагъэм и ужь ит къулыкъущӀэхэм деж къыщыщӀэдзауэ нэхъ ищхьэ дыдэхэм я деж нэсыху. Лъапсэ, 15. Ӏэпэ щабэ (2). ӀэбэкӀэ гуапэ зиӀэ. [Варварэ Романовнэ] Уи Ӏэпэр щабэщ, жеӀэри, дакъикъи дэмыкӀыу аргуэру мэкъугъ. Лъапсэ, 14. Си нэм илъагъур си Ӏэр зэӀусэр аращ, а сызэӀусэм сыхуосакъыпэ, си пащхьэ илъым [сымаджэм] и псэр си Ӏэ ижьым къитӀысхьауэ телъэтыкӀыну пӀэрэ жысӀэу си Ӏэпэр нэхъ щабэ сщӀыным сыхущӀэкъуу. Лъапсэ, 21. Ӏэпэм щӀэгъэкӀын (2). Къыупщытэу ӀэпэкӀэ къэӀэбырыбыхьын. Ясыр зыщэхум ящӀэрт ясыр и пӀалъэ, хъыджэбзхэр кӀий щхьэкӀэ къамыгъанэу, я Ӏэпэм щӀагъэкӀырт къащэхуу хъуар. Лъапсэ, 34. Хъыджэбз цӀыкӀухэм я ужь дыдэ итым деж къыщыщӀадзэри япэ итым деж щаухыжу я щхьэцыр ятӀэтэжауэ, и нэхъыбитӀыр зэрыфейцейм фӀэкӀа дэбгъуэн щымыӀэу зырызыххэурэ тырку ныбэфым и Ӏэпэм щӀигъэкӀырт, я джанэр дрихьейурэ я щӀыфэм еплъырт, я нэгум щӀэплъэрт… Лъапсэ, 36. Ӏэпэ щӀэмыдзыжыфын (1). ТхэкӀэ-еджэкӀэ мыщӀэн. Къуажэм зылӀ дэстэкъым Ӏэпэ щӀидзыжыфу. Нэгъуху, 20. Ӏэпэм щӀэфурэ къыщӀэфыкӀын (1). Къэгупсысын (щымыӀэр, дунейм темытыр, узыщымыгъуазэр). – Газетым тхэм ятхын ямыгъуэтмэ, я Ӏэпэм щӀэфурэ къыщӀафыкӀыр ятх, – жиӀэри Якъуб и нэщхъыр зэхиукӀащ. Нал къута, 267. Ӏэпэр щӀэшэн (1). Ӏэпхъуамбэхэр зырызу щӀэгъэшэн, зыгуэр убжыу, къыубжэкӀыу. Ди Къазджэрии Ӏэпэр щӀишэу Уи къали уи пси къребжэкӀ. Къазджэрий. «Вагъуэ махуэ», 11.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

parmak

Düzeltme Öner

Ӏэпэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.