Ӏэгур щӀэудын

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

щӀэудын

(щӀеуд)

ЩӀагъ гуэрым щӀэтыр еуауэ щӀэгъэхун. .

Псым и нэшкӀулыр къуэм щӀаудми, Уэрэд жиӀэныр щигъэтакъым.— Пшагъуэ гуэрэныр щӀакӀуэ псыфу. «Батырыбжьэ», 39

+1 örnek

Лъагъуныгъэр псы къиуащи, Мывэ нэпкъи ныщӀеуд.— Лъагъуныгъэ. «Вагъуэ махуэ», 322

Deyimler (2)

джабэр щӀэудын

Еплъ: джабэ

Ӏэгур щӀэудын

Еплъ: Ӏэгу

Atasözleri (1)

хамэш тесым и пхэр щӀиудыркъым

Еплъ: хамэ

Ӏэгу

1. Ӏэ кӀуэцӀ.

Аралъпыр къалъэу кӀэрахъуэр ЛутӀэ щытриубыдэм, ЛутӀэ и ӀэгуитӀыр къишиящ, шэ зытримыгъэхуэн хуэдэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 294

+2 örnek

Си Ӏэгум илъу ар [гур] сохьыр, Уэшхыр къешхамэ –къытошхэ, Уэсыр къыщескӀэ, гугъу йохьыр.— Си гур си Ӏэгум илъу. «Дамыгъэ», 209

Абдежым кхъухь хьэнцэм зи Ӏэгур щӀиха лӀы бланэжь къом къосри хъыджэбзхэр зыщӀыпӀэкӀи ямыгъакӀуэу зэщӀаубыдэ, Дэфэрэдж, и сабийр и щӀыбым ипхауэ, заӀэщӀеудри псым холъэ.— Лъапсэ, 42

2. Ӏэгуауэ.

СхуащӀынщ хъыджэбзхэм джэгу, згъэзэжмэ, БжэӀупэр къабзэу япхъэнкӀау, Хуэм хъумэ, Ӏэгур къаублэжу, Къэфэнщ, бащлъыкъыр екъуэкӀау.— Сэлэт шырыкъу. «Шум и гъуэгу», 11

Deyimler (4)

ӀэгукӀэ дэп зехьэн

Ӏуэху гугъу, лэжьыгъэ хьэлъэ пэрытын.

Зауэ къэмыхъуу цӀыху псэуатэм, Сэ здэнут ӀэгукӀи дэп зесхьэн.— Дэп. «Мывэ хуабэ», 279

Ӏэгур хущӀэудын

Зыгуэрым Ӏэгуауэшхуэ ещӀэкӀын.

Къуршым Ӏэгур хущӀауду Псыр къыщежьэм кърагъажьэ.— Бахъсэныпсым хуэдэ щыӀэ… Батырыбжьэ, 42

Ӏэгур щӀэудыжын

Фадэбжьэ къаӀэтын хуейт, Ӏэгу уримыгъауэу, армырмэ, я Ӏэгур щӀаудыжыну къыщӀэкӀынт.— Лъапсэ, 89

Еплъ: Ӏэгур щӀэудын

Ӏэгур щӀэудын

ЩӀэгъэхуэбжьауэ, узыщымысхьыжу Ӏэгу еуэн.

Жыг хадэм иту Лу зэхихырт пшынауэ макъ, Ӏэгури щӀаудырт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 590

+1 örnek

НысащӀэ цӀыкӀур, щхьэтепхъуэшхуэр телъу, Мэш унэм къыщӀихыу щалъагъум, бжэӀупэм Ӏутхэм фоч ягъауэу, пшынэ еуэу, къафэу щӀадзащ, Ӏэгури щӀауд.— Лъапсэ, 117

Kitapta geçtiği hali

ЩӀЭУДЫН (щӀеуд) лъэӀ. (2). ЩӀагъ гуэрым щӀэтыр еуауэ щӀэгъэхун. Псым и нэшкӀулыр къуэм щӀаудми, Уэрэд жиӀэныр щигъэтакъым. Пшагъуэ гуэрэныр щӀакӀуэ псыфу. «Батырыбжьэ», 39. Лъагъуныгъэр псы къиуащи, Мывэ нэпкъи ныщӀеуд. Лъагъуныгъэ. «Вагъуэ махуэ», 322. . ◊ Джабэр щӀэудын (7). Еплъ джабэ II. Ӏэгур щӀэудын (3). Еплъ Ӏэгу. ☐ Хамэш тесым и пхэр щӀиудыркъым (1). Еплъ хамэ II.

ӀЭГУ (21). 1. (13). Ӏэ кӀуэцӀ. Аралъпыр къалъэу кӀэрахъуэр ЛутӀэ щытриубыдэм, ЛутӀэ и ӀэгуитӀыр къишиящ, шэ зытримыгъэхуэн хуэдэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 294. Си Ӏэгум илъу ар [гур] сохьыр, Уэшхыр къешхамэ –къытошхэ, Уэсыр къыщескӀэ, гугъу йохьыр. Си гур си Ӏэгум илъу. «Дамыгъэ», 209. Абдежым кхъухь хьэнцэм зи Ӏэгур щӀиха лӀы бланэжь къом къосри хъыджэбзхэр зыщӀыпӀэкӀи ямыгъакӀуэу зэщӀаубыдэ, Дэфэрэдж, и сабийр и щӀыбым ипхауэ, заӀэщӀеудри псым холъэ. Лъапсэ, 42. 2. (2). зэхь. Ӏэгуауэ. СхуащӀынщ хъыджэбзхэм джэгу, згъэзэжмэ, БжэӀупэр къабзэу япхъэнкӀау, Хуэм хъумэ, Ӏэгур къаублэжу, Къэфэнщ, бащлъыкъыр екъуэкӀау. Сэлэт шырыкъу. «Шум и гъуэгу», 11. ◊ ӀэгукӀэ дэп зехьэн (1). Ӏуэху гугъу, лэжьыгъэ хьэлъэ пэрытын. Зауэ къэмыхъуу цӀыху псэуатэм, Сэ здэнут ӀэгукӀи дэп зесхьэн. Дэп. «Мывэ хуабэ», 279. Ӏэгур хущӀэудын (1). Зыгуэрым Ӏэгуауэшхуэ ещӀэкӀын. Къуршым Ӏэгур хущӀауду Псыр къыщежьэм кърагъажьэ. Бахъсэныпсым хуэдэ щыӀэ… «Батырыбжьэ», 42. Ӏэгур щӀэудыжын (1). Еплъ. Ӏэгур щӀэудын. Фадэбжьэ къаӀэтын хуейт, Ӏэгу уримыгъауэу, армырмэ, я Ӏэгур щӀаудыжыну къыщӀэкӀынт. Лъапсэ, 89. Ӏэгур щӀэудын (3). ЩӀэгъэхуэбжьауэ, узыщымысхьыжу Ӏэгу еуэн. Жыг хадэм иту Лу зэхихырт пшынауэ макъ, Ӏэгури щӀаудырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 590. НысащӀэ цӀыкӀур, щхьэтепхъуэшхуэр телъу, Мэш унэм къыщӀихыу щалъагъум, бжэӀупэм Ӏутхэм фоч ягъауэу, пшынэ еуэу, къафэу щӀадзащ, Ӏэгури щӀауд. Лъапсэ, 117.

Düzeltme Öner

Ӏэгур щӀэудын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.