джабэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
джабэ/чап(э); YAMAÇ
чап(э)/джабэ, (Абз. ГАБЭ); YAMAÇ
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. ЦӀыхум, псэущхьэхэм я сэмэгурабгъу е ижьырабгъу лъэныкъуэ, блыгъум къыщыщӀэдзауэ шхуэжьым нэс.
рубок (часть туловища)
Я натӀэхэр зэгъэкъуауэ, домбейхэр зэм я пӀэм ижыхьырт, зэм я бжьакъуэхэр зэфӀагъанэрти зым и щхьэр зым фӀищӀыкӀыну хэтт, зэм зым и бжьакъуэ кӀэщӀ шынагъуэмкӀэ адрейм и джабэр къригъэуну хэту.— КӀэрашэ Тембот
2. Зыгуэрым ибгъу.
рубок (сторона предмета)
Пэгун джабэ. Унэ джабэ. Уафэ джабэр пшэплъ къэхъуащ.
Ӏуащхьэ, бгы хуэдэхэм я бгъущӀ; нэкӀу.
русклон горы; косогор
Ӏуащхьэ джабэмкӀэ екӀуэкӀын.
+1 örnek
Василь и лъэгум мывэхэр мычэму къыщӀэлъеикӀырт, джабэ лъагъуэхэм тету щекӀуэкӀкӀэ Ӏэуэлъауэ ищӀу ятӀэр къригъэщэщэхырт.— КӀэрашэ Тембот
Bu maddedeki ifadeler (2)
джабэр щӀэудын (хущӀэудын)
рупомять, наломать кому-л. бока.
{и} джабэ иуэн (иуэжын)
руистощиться; дойти до истощения (о животных).
Жэмым и джабэ иуэжауэ уэдыкъуат.
Kitapta geçtiği hali
джабэ I 1. бок (часть туловища) / ЦӀыхум, псэущхьэхэм я сэмэгурабгъу е ижьырабгъу лъэныкъуэ, блыгъум къыщыщӀэдзауэ шхуэжьым нэс. * Я натӀэхэр зэгъэкъуауэ, домбейхэр зэм я пӀэм ижыхьырт, зэм я бжьакъуэхэр зэфӀагъанэрти зым и щхьэр зым фӀищӀыкӀыну хэтт, зэм зым и бжьакъуэ кӀэщӀ шынагъуэмкӀэ адрейм и джабэр къригъэуну хэту. КӀ. Т. 2. бок (сторона предмета) / Зыгуэрым ибгъу. Пэгун джабэ. Унэ джабэ. Уафэ джабэр пшэплъ къэхъуащ. Джабэр щӀэудын (хущӀэудын) помять, наломать кому-л. бока. {И} джабэ иуэн (иуэжын) истощиться; дойти до истощения (о животных). Жэмым и джабэ иуэжауэ уэдыкъуат. II склон горы; косогор / Ӏуащхьэ, бгы хуэдэхэм я бгъущӀ; нэкӀу. Ӏуащхьэ джабэмкӀэ екӀуэкӀын. * Василь и лъэгум мывэхэр мычэму къыщӀэлъеикӀырт, джабэ лъагъуэхэм тету щекӀуэкӀкӀэ Ӏэуэлъауэ ищӀу ятӀэр къригъэщэщэхырт. КӀ. Т.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Къэзыухъуреихь щӀыпӀэм хэӀэтыкӀа лъагапӀэ.
Мывэр джабэм къехуэхауэ Псыхьэлыгъуэр щхьэ ӀуищӀа?— Махуэр блокӀыр напӀэзыпӀэу. «Вагъуэ махуэ», 315
+2 örnek
Дыгъэр джабэм къытемыпсэу Хьэкурынэ жьыуэ дэкӀырт. «— Тисей, 488
Къуршым уихьэмэ, дэтхэнэ джабэри къащтэ – фэрэкӀнапэм ещхьу гъуанэпщӀанэщ, бгъуэнщӀагъыу иӀэр мин бжыгъэкӀэ ябж.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 403
2. Бгы нэкӀум и щӀэдзапӀэ Ӏыхьэу мэз, хъупӀэ сытхэр нэхъ зыхуэзэхэр.
Фермэм тет былымыр бгы джабэм кӀэрытщ, зэм дыгъэмыхъуэмкӀэ яху, зэм дыгъапӀэмкӀэ яхуж.— Щынэхужьыкъуэ, 18
+2 örnek
ЖьакӀагъуэм шыбз гуартэр егъэхъур, Бгы джабэу хъуныфӀхэр а лӀыжьым И унэу щопсэур Къущхьэхъум, Шы жэрхэр зэблехъур пщэдджыжьым.— Пщыхьэщхьэ шу. «Шум и гъуэгу», 72
Шыр, бгы джабэм зрапхъауэ, хъуакӀуэрт.— Нал къута, 271
1. ЦӀыхум, псэущхьэхэм я сэмэгурабгъу е ижьрабгъу лъэныкъуэр, блэгъум къыщыщӀэдзауэ шхужьым нэс.
Нэху дыкъекӀрэ Нанэ имыдэжым, дауэ хъуну, жиӀэу Лу къэгузэвати, и къуэшыр къыщеуам, игъэуза джабэри увыӀэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 306
+2 örnek
Рахьим бэкхъымкӀэ зыщӀигъахуэрти и щхьэ хуабжьу хуэарэзыжу, жэмыжь щӀэтым и джабэм теуӀуэрт, сабэ къыхригъэхыу, бэкхъым къыщӀэкӀыжмэ, Саримэ джэд зэригъашхэм еплъырт, къыпыгуфӀыкӀыу— Хъуэпсэгъуэ нур, 132
Астемыр шытх яем тесыгъуейуэ тесщ, и куэпкъитӀым шыр диубыдауэ: шы сокури быдэу иӀыгъщи, шым зихъунщӀэху, щӀопщымкӀэ и джабэр зэпрехулъэкӀ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 163
2. Зыгуэрым ибгъу лъэныкъуэ.
Къуажэ щӀыбагъым къыщысыжам, пшапэр зэхэуэным нэсат, арщхьэкӀэ иджыри нэхути, Лу тыншу илъагъурт Ӏуащхьэшхуэт тет сыным и джабэ лъэныкъуэм иджыри уэс зэрытелъыр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 299
+2 örnek
Думэсарэ кхъузанэр ӀэщӀэлъу, хьэжыгъэр щиухуэнщӀкӀэ, тӀомпӀ-тӀомпӀ жиӀэу, кхъузанэ джабэр и Ӏэгум ириудэкӀырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 262
Мусэ, Мэсхьуд сымэ унэ джабэм щызэдауэу пщӀэншэу кӀэрысакъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 514
Deyimler (4)
[и] джабэр зэпрыхулыкӀын
Зыгуэрым щӀопщ, чнутӀ сыт хуэдэкӀэ еуэн, убэрэжьын.
Шы пцӀэгъуэплъым сыкъыщилъагъум къыхэщтыкӀа хуэдэу зегъэджэрэз, бгъукӀэ йокӀуэт, йотхауэ симыгъэшэсу, арщхьэкӀэ фӀыуэ сыжьэдоуэри сышэса нэужь, щӀопщымкӀэ и джабэр зэпрысхулыкӀащ, нэхъ ӀумпӀафӀэ сщӀын и хьисэпу— Анка, 381
[и] джабэр иуэн (иуэжын)
Хуабжьу уэдыкъуэн (нэхъыбэм Ӏэщым хужаӀэ).
[Фэуаз:] Сэ тӀэкӀу зислъэфыхьыху, си гъуситӀыр шы нэхъыфӀыӀуитӀым шэсащ, зи джабэ иуэжауэ уэдыр сэ къысхуагъанэри.— Анка, 381
+1 örnek
Хьэжьми и джабитӀыр иуауэ зыкъыпкӀэрикухьырт, унэгуащэр щӀэх хъужу зэ сигъэшхэну пӀэрэ, жиӀэ хуэдэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 70
джабэр щӀэкъутыкӀын
Къару ехьэлӀауэ зыгуэрым удын едзын, къун.
[Къыдырым дыгъужьым жриӀэу:] Уэ пхуэдэ Ӏэджэм я дзэр Ӏузгъэщэщащ сэ, я джабэр щӀэскъутыкӀащ.— Кхъухь пхэнж, 502
джабэр щӀэудын
1. Зыгуэр убэрэжьын, удын гъущэ телъхьэн, къун.
[Степан Ильич Бэлацэ жриӀэу:] Иджы ущабэ хъунукъым, зи джабэ щӀэудын хуейр мащӀэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 265
+2 örnek
[Якъуб йогупсыс:] Локотош бжьыпэр иубыдыну иремыгугъэ, бжьыпэр зыӀыгъыр Якъубщи, зэрыхуейуэ ищӀынщ, хэт зыкъыпэщӀисэми и джабэр щӀиуду.— Нал къута, 255
Зэгуэр джэдэщым бажэ къеуэсари и джабэ хущӀаудати, закъомрэ къэкӀуэн дзыхь имыщӀу зиӀэжьащ, иджы плъагъурэ – узэсэ сэгъейщ, жыхуаӀэрауэ аргуэру къэкӀуащ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484
2. Зыгуэр (п.п. бийр) зэхэкъутэн, хьэбэсабэу зэтеукӀэн, зыгуэрым псынщӀэу кӀэ етын.
[Якъуб] Тэрчкъалэ деж нэмыцэм я джабэр щыщӀаудащ, жаӀэу зэрызэхихыу аргуэру партизан Ӏуэхум зритыжащ.— Нал къута, 304
+1 örnek
А ятӀэр мэкӀэ къэсщӀэжакъэ, Зыщыщ щӀыналъэр сэ згъэхуабэу Къэспщыхьу зауэм сыхэтати, ЩӀэдуду бийхэм дэ я джабэр.— ЩӀы Ӏэбжьыб. «Мывэ хуабэ», 127
Kitapta geçtiği hali
ДЖАБЭ I (49). 1. (31). Къэзыухъуреихь щӀыпӀэм хэӀэтыкӀа лъагапӀэ. Мывэр джабэм къехуэхауэ Псыхьэлыгъуэр щхьэ ӀуищӀа? Махуэр блокӀыр напӀэзыпӀэу. «Вагъуэ махуэ», 315. Дыгъэр джабэм къытемыпсэу Хьэкурынэ жьыуэ дэкӀырт. «Тисей», 488. Къуршым уихьэмэ, дэтхэнэ джабэри къащтэ – фэрэкӀнапэм ещхьу гъуанэпщӀанэщ, бгъуэнщӀагъыу иӀэр мин бжыгъэкӀэ ябж. ХьэщӀэ лъапӀэ, 403. 2. (18). Бгы нэкӀум и щӀэдзапӀэ Ӏыхьэу мэз, хъупӀэ сытхэр нэхъ зыхуэзэхэр. Фермэм тет былымыр бгы джабэм кӀэрытщ, зэм дыгъэмыхъуэмкӀэ яху, зэм дыгъапӀэмкӀэ яхуж. Щынэхужьыкъуэ, 18. ЖьакӀагъуэм шыбз гуартэр егъэхъур, Бгы джабэу хъуныфӀхэр а лӀыжьым И унэу щопсэур Къущхьэхъум, Шы жэрхэр зэблехъур пщэдджыжьым. Пщыхьэщхьэ шу. «Шум и гъуэгу», 72. Шыр, бгы джабэм зрапхъауэ, хъуакӀуэрт. Нал къута, 271.
ДЖАБЭ II (41). 1. (11). ЦӀыхум, псэущхьэхэм я сэмэгурабгъу е ижьрабгъу лъэныкъуэр, блэгъум къыщыщӀэдзауэ шхужьым нэс. Нэху дыкъекӀрэ Нанэ имыдэжым, дауэ хъуну, жиӀэу Лу къэгузэвати, и къуэшыр къыщеуам, игъэуза джабэри увыӀэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 306. Рахьим бэкхъымкӀэ зыщӀигъахуэрти и щхьэ хуабжьу хуэарэзыжу, жэмыжь щӀэтым и джабэм теуӀуэрт, сабэ къыхригъэхыу, бэкхъым къыщӀэкӀыжмэ, Саримэ джэд зэригъашхэм еплъырт, къыпыгуфӀыкӀыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 132. Астемыр шытх яем тесыгъуейуэ тесщ, и куэпкъитӀым шыр диубыдауэ: шы сокури быдэу иӀыгъщи, шым зихъунщӀэху, щӀопщымкӀэ и джабэр зэпрехулъэкӀ. Хъуэпсэгъуэ нур, 163. 2. (30). Зыгуэрым ибгъу лъэныкъуэ. Къуажэ щӀыбагъым къыщысыжам, пшапэр зэхэуэным нэсат, арщхьэкӀэ иджыри нэхути, Лу тыншу илъагъурт Ӏуащхьэшхуэт тет сыным и джабэ лъэныкъуэм иджыри уэс зэрытелъыр. Хъуэпсэгъуэ нур, 299. Думэсарэ кхъузанэр ӀэщӀэлъу, хьэжыгъэр щиухуэнщӀкӀэ, тӀомпӀ-тӀомпӀ жиӀэу, кхъузанэ джабэр и Ӏэгум ириудэкӀырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 262. Мусэ, Мэсхьуд сымэ унэ джабэм щызэдауэу пщӀэншэу кӀэрысакъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 514. ◊ [И] джабэр зэпрыхулыкӀын (1). Зыгуэрым щӀопщ, чнутӀ сыт хуэдэкӀэ еуэн, убэрэжьын. Шы пцӀэгъуэплъым сыкъыщилъагъум къыхэщтыкӀа хуэдэу зегъэджэрэз, бгъукӀэ йокӀуэт, йотхауэ симыгъэшэсу, арщхьэкӀэ фӀыуэ сыжьэдоуэри сышэса нэужь, щӀопщымкӀэ и джабэр зэпрысхулыкӀащ, нэхъ ӀумпӀафӀэ сщӀын и хьисэпу. Анка, 381. [И] джабэр иуэн (иуэжын) (2). Хуабжьу уэдыкъуэн (нэхъыбэм Ӏэщым хужаӀэ). [Фэуаз:] Сэ тӀэкӀу зислъэфыхьыху, си гъуситӀыр шы нэхъыфӀыӀуитӀым шэсащ, зи джабэ иуэжауэ уэдыр сэ къысхуагъанэри. Анка, 381. Хьэжьми и джабитӀыр иуауэ зыкъыпкӀэрикухьырт, унэгуащэр щӀэх хъужу зэ сигъэшхэну пӀэрэ, жиӀэ хуэдэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 70. Джабэр щӀэкъутыкӀын (1). Къару ехьэлӀауэ зыгуэрым удын едзын, къун. [Къыдырым дыгъужьым жриӀэу:] Уэ пхуэдэ Ӏэджэм я дзэр Ӏузгъэщэщащ сэ, я джабэр щӀэскъутыкӀащ. Кхъухь пхэнж, 502. Джабэр щӀэудын (7). 1. (5). Зыгуэр убэрэжьын, удын гъущэ телъхьэн, къун. [Степан Ильич Бэлацэ жриӀэу:] Иджы ущабэ хъунукъым, зи джабэ щӀэудын хуейр мащӀэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 265. [Якъуб йогупсыс:] Локотош бжьыпэр иубыдыну иремыгугъэ, бжьыпэр зыӀыгъыр Якъубщи, зэрыхуейуэ ищӀынщ, хэт зыкъыпэщӀисэми и джабэр щӀиуду. Нал къута, 255. Зэгуэр джэдэщым бажэ къеуэсари и джабэ хущӀаудати, закъомрэ къэкӀуэн дзыхь имыщӀу зиӀэжьащ, иджы плъагъурэ – узэсэ сэгъейщ, жыхуаӀэрауэ аргуэру къэкӀуащ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484. 2. (2). Зыгуэр (п.п. бийр) зэхэкъутэн, хьэбэсабэу зэтеукӀэн, зыгуэрым псынщӀэу кӀэ етын. [Якъуб] Тэрчкъалэ деж нэмыцэм я джабэр щыщӀаудащ, жаӀэу зэрызэхихыу аргуэру партизан Ӏуэхум зритыжащ. Нал къута, 304. А ятӀэр мэкӀэ къэсщӀэжакъэ, Зыщыщ щӀыналъэр сэ згъэхуабэу Къэспщыхьу зауэм сыхэтати, ЩӀэдуду бийхэм дэ я джабэр. ЩӀы Ӏэбжьыб. «Мывэ хуабэ», 127.