Ӏупэр фӀызэтежын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

фӀызэтежын

(фӀызэтож)

Зыгуэр зыгуэрым фӀэмыфӀу зэтехун, псынщӀэу зэтекӀын.

русоскальзывать против чьей-л. воли (о чем-л.)

Сурэтхэр фӀызэтож.

Bu maddedeki ifadeler (1)

Ӏупэр фӀызэтежын

Еплъ: Ӏупэ

Ӏупэ

1. Жьэм щыщу ӀуфакӀэ зэтехьэхэр.

ругуба; губы

Ӏупэ зэв джей быхъу.— Псалъэжьхэр

2. Зыгуэрым и нэз (п. п. тепщэчым), иӀу (п. п. кхъуэщыным).

ругорлышко; края (емкости)

Bu maddedeki ifadeler (11)

Ӏупэ пӀащӀэ

ру1) разговорчивый 2) любящий сплетничать.

{и} Ӏупэ Ӏуимыудын

руне повредит, не помешает (букв. губы не побъет).

{и} Ӏупэм къэсын

рубыть готовым сорваться с языка.

Си дежщ Тинэ здэкӀуэр, - жиӀэу кӀиину и Ӏупэм къэсат Лу.— Ӏуащхьэмахуэ

Ӏупэм къызэрыхьэсын

рузаткнуть рот, связать язык кому-л.

Ӏупэм къэсын. {и} Ӏупэм тесын

Махуэ псом лӀыжьым и Ӏупэм тесащ мэлыхъуэр, зыгуэр жиӀэну Ӏэмал иритакъым.— Ӏуащхьэмахуэ

{и} Ӏупэр гъэпӀиин

руобидеться, надуть губы.

{и} Ӏупэр зэтежын

рурадостно улыбаться.

Ӏупэр зэтемызэгъэжын

русильно радоваться чему-л.

Ӏупэр къихун (къигъэхун)

рузавидовать кому-чему-л.

Ӏупэр фӀызэтежын

руочень сильно радоваться.

Ӏупэр зэтежын. {и} Ӏупэр хузэтемыхьэжын

Псом нэхърэ нэхъ насыпыфӀэу зызылъытэр Астемырт, и Ӏупэр хузэтехьэжыртэкъым, гуфӀэщауэ.— КӀыщокъуэ Алим

Ӏупэр ӀугъущӀыкӀын

рупересохнуть - о губах.

Си Ӏупэхэр псы щхьэкӀэ ӀугъущӀыкӀат.

Ӏуэпэхэр къызэтежын

Ӏупэр зэтежын

Kitapta geçtiği hali

фӀызэтежын (фӀызэтож) неперех. гл. соскальзывать против чьей-л. воли (о чем-л.) / Зыгуэр зыгуэрым фӀэмыфӀу зэтехун, псынщӀэу зэтекӀын. Сурэтхэр фӀызэтож. Ӏупэр фӀызэтежын см. Ӏупэ.

Ӏупэ 1. губа; губы / Жьэм щыщу ӀуфакӀэ зэтехьэхэр. * - Ӏупэ зэв джей быхъу. (погов.) 2. горлышко; края (емкости) / Зыгуэрым и нэз (п. п. тепщэчым), иӀу (п. п. кхъуэщыным). Ӏупэ пӀащӀэ 1) разговорчивый 2) любящий сплетничать. {И} Ӏупэ Ӏуимыудын не повредит, не помешает (букв. губы не побъет). {И} Ӏупэм къэсын быть готовым сорваться с языка. * - Си дежщ Тинэ здэкӀуэр, - жиӀэу кӀиину и Ӏупэм къэсат Лу. Ӏуащхь. Ӏупэм къызэрыхьэсын = Ӏупэм къэсын. {И} Ӏупэм тесын заткнуть рот, связать язык кому-л. * Махуэ псом лӀыжьым и Ӏупэм тесащ мэлыхъуэр, зыгуэр жиӀэну Ӏэмал иритакъым. Ӏуащхь. {И} Ӏупэр гъэпӀиин обидеться, надуть губы. {И} Ӏупэр зэтежын радостно улыбаться. Ӏупэр зэтемызэгъэжын сильно радоваться чему-л. Ӏупэр къихун (къигъэхун) завидовать кому-чему-л. Ӏупэр фӀызэтежын = Ӏупэр зэтежын. {И} Ӏупэр хузэтемыхьэжын очень сильно радоваться. * Псом нэхърэ нэхъ насыпыфӀэу зызылъытэр Астемырт, и Ӏупэр хузэтехьэжыртэкъым, гуфӀэщауэ. КӀ. А. Ӏупэр ӀугъущӀыкӀын пересохнуть - о губах. Си Ӏупэхэр псы щхьэкӀэ ӀугъущӀыкӀат. Ӏуэпэхэр къызэтежын = Ӏупэр зэтежын.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

фӀызэтежын

Deyimler (1)

Ӏупэр фӀызэтежын

Еплъ: Ӏупэ

Ӏупэ

Жьэм щыщу ӀуфакӀэ зэтехьэхэр.

И шэнтщхьэгуэр гъунэгъуу бгъэдигъэкӀуэтауэ, нэмэзыбзэр щэхуу къибжурэ сымаджэм зытришащӀэрти епщэрт, Ӏупэр хьэлыгъуанэм ещхьу хъурей ищӀырт [молэм].— Хъуэпсэгъуэ нур, 69

+2 örnek

Хъыджэбзым зигъэщэныфӀэу, зигъэукӀытэхыу, хьэщӀэм и нэгум щӀэмыплъэфу, щытти, хьэщӀэр Ӏэбэри бжьэр къыӀихри ефэну и Ӏупэм щыхуихьым, стӀолым бгъэдэси бгъэдэти къызэщӀэхъеящ хъуэхъу уэрэд жаӀэу: Ар зыдэкӀуэм узи мыкӀуэу…— Лъапсэ, 89

Сабий цӀыкӀум и анэр щилъагъум къэгумэщӀащ, и Ӏупэ цӀыкӀур плъыжьыбзэт, къэчат, псалъэ хужыӀэнутэкъым мафӀэ жьэражьэщ, итӀани и нэ цӀыкӀуитӀым нэпс ткӀуэпс зырыз къыщӀэжащ.— Нал къута, 282

Deyimler (13)

Ӏупэм еуэн

Псалъэм пэрыуэн, мыгъэпсэлъэн.

[Къазджэрий:] ЦӀыхум я Ӏупэм уемыуэ, жаӀэм едаӀуи Ӏеймрэ фӀымрэ зэхэгъэкӀыж…— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 544

Ӏупэм къэсын

Зыгуэр жыпӀэну ухуеин, бзэгупэм къыпылъэдэн.

Локотош Апчарэ щӀэупщӀэну и Ӏупэм къэсауэ, бжэ фӀыцӀэ иныр къызэӀуахри командир гуп кабинетым къыщӀыхьащ.— Нал къута, 241

+2 örnek

Сосрыкъуи Луи я Ӏупэм къэсырт кхъэ унэм илъу къагъуэту, Ӏэщэм къыхахыу кӀэрахъуищ къызэрахьар, арщхьэкӀэ ирагухыжырт, абы и гугъу ямыщӀыну Сосрыкъуэрэ Лурэ тхьэ зэхуаӀуати.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 600

[Алыджыкъуэ:] Фэ куэзыр фыджэгуу мыбдеж фыщымысу заводым фыкӀуэу щхьэ фыщымылажьэрэ, цӀыхубзым я кӀэтӀийр зэпатхъыху хьэлъэ зэревмыгъэлъафэу, жысӀэну си Ӏупэм къэсауэ езгъэгъэзэжащ.— МелыӀыч, 453

Ӏупэм къемыуэн

Лей, зэран мыхъун, къыпщхьэпэн.

[Ильяс Алыджыкъуэ жреӀэ:] Сом мин пщӀыкӀутӀ уи жыпым иплъхьэмэ, уи Ӏупэм къеуэн уи гугъэ?— МелыӀыч, 470

Ӏупэм тесын

[Думэсарэ Астемыр жреӀэ:] Уэ си Ӏупэм утес хуэдэщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 545

+2 örnek

ЦӀыхум жаӀэн жыхуэпӀэм щӀэ щӀэткъым. Уи Ӏупэм тесмэ аращ зыхуейр, жиӀэу Шаукэт къадым зыдищӀ хуэдэу зещӀ.— Аргъуей, 387

[Барчо шу лӀыгъусэм жреӀэ:] Си Ӏупэм укъытемыс.— Лъапсэ, 114

Еплъ: Ӏупэм еуэн

Ӏупэр гъэпӀэжьэжьэн

Зыгуэрхэр къэӀущэщын; зыгуэр жыпӀэ хуэдэу Ӏупэхэр гъэхъеин.

Унэшхуэ [Астемыр] зыщӀыхьам писыр фэкъу гуэр, и щхьэр лъэныкъуабэ ищӀауэ, тхэуэ щыст, щытхэкӀи Ӏущащэрт, и Ӏупэр игъэпӀэжьажьэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 113

+1 örnek

Нэмэз ящӀыну мэжджытым щӀыхьэмэ, и Ӏупэр игъэпӀэжьажьэрт [Долэт], нэмэзыбзэ къибж къыпфӀигъэщӀыну.— Хъуэпсэгъуэ нур, 78

Ӏупэр дагъэ къищӀын

Фейдэ къыпыкӀын, хэтхъыкӀын

– Ӏэщ уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэр дагъэ къещӀри, цӀыху уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэм къоуэ, – жиӀащ Щамхьун [лӀы гъурым хуэгъэзауэ].— Хъуэпсэгъуэ нур, 165

Ӏупэр зэтежын

ГуфӀэн, гуфӀэгъуэ зэрихьэн.

Хэт сыт жиӀами Хьэбибэ жэм гъуэзэджэ къылъысати и Ӏупэр зэтежырт.— Щынэхужьыкъуэ, 18

+1 örnek

[Дэфэрэдж:] Сэри цӀыхубзым [Варя] арэзы сыкъызэрищӀар си гуапащэ хъуащи, сыт псалъэкӀэ мыбы и гур дахэ хуэсщӀын жысӀэу, си Ӏупэр зэтож.— Лъапсэ, 16

Ӏупэр зэтекъузэн

Губжьын, къытехьэн.

Къэрней хъыбарым щӀодэӀур Зэтрикъузэу и Ӏупэр.— Адэ, 136

Ӏупэр кӀэзызын

Зыгуэр щхьэкӀэ зэрыпӀейтеищам къыхэкӀыу Ӏупэхэр хъеин.

Псэуну плъагъур занщӀэу къызэкӀуэкӀащ, и Ӏэпэлъапэр шхэуэ, и Ӏупэр кӀэзызу.— Къалэн, 435

+1 örnek

Ӏурарэ зыгуэр жиӀэнут, арщхьэкӀэ и гур къызэфӀэнати, и Ӏупэ ӀурыуфӀыцӀыкӀар кӀэзыз фӀэкӀа зыри хужыӀакъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 586

Ӏупэр пӀэжьэжьэн

[Дэфэрэдж:] Сымаджэр къызоплъ, и нэ дахитӀыр къыстенауэ, и Ӏупэр мэпӀэжьажьэ, зыгуэр жиӀэну хужымыӀэ хуэдэ.— Лъапсэ, 28

+2 örnek

Уи Ӏупэ фагъуэр пфӀэпӀэжьажьэу Бий пащхьэм уиту уэ уогуӀэ…— Уи деж сынокӀуэ. «Шум и гъуэгу», 62

ТӀэкӀу дэкӀри Азизэ щэху дыдэу зыгуэр жиӀащ, жимыӀагъэнкӀи хъунт, ауэ и Ӏупэр мащӀэу пӀэжьэжьати псэлъа я гугъащ.— Щынэхужьыкъуэ, 55

Еплъ: Ӏупэр гъэпӀэжьэжьэн

Ӏупэр фӀызэтежын

ЗэрыгуфӀэр хущӀэмыуфэн, гуфӀэгъуэр и нэгум къищын.

Хъыджэбзым [Саримэ] и набдзэр хигъэлъэтами, и нэм нур къыщӀихыу къэлыдами, и Ӏупэ фӀызэтежами, нащхьэ ищӀами псоми гу лъитэрт Елдар, зэрыпсэур арат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 101

+1 örnek

[Дэфэрэдж:] Иджы Сэлимэ и палатэм сыщӀохьэри абы хуэдизу дызэлӀэлӀа хъыджэбз дахэ цӀыкӀур нэжэгужэ къэмыхъужами, мащӀэу къыпыгуфӀыкӀыу солъагъури сэри си ӀупитӀыр сфӀызэтож.— Лъапсэ, 27

Ӏупэр хузэтемыхьэжын

[Альбинэ:] Борис Борисович гуфӀэщауэ и Ӏупэр хузэтехьэжыркъым, къэмыхъуа къыщыхъуар ди дежщ, жеӀэри.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 170

+1 örnek

Лу гуфӀэщауэ и Ӏупэр хузэтехьэжыркъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 523

Еплъ: Ӏупэр фӀызэтежын

Ӏупэр хузэтемыӀыгъэжын

Тамарэ гуфӀэщати и Ӏупэр хузэтеӀыгъэжтэкъым.— Лъапсэ, 44

Еплъ: Ӏупэр фӀызэтежын

Atasözleri (3)

джэдгын зи жагъуэм и Ӏупэм къытокӀэ

Еплъ: джэдгын

Ӏэщ уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэр дагъэ къещӀри, цӀыху уэд бгъашхэмэ

уи Ӏупэм къоуэ

Еплъ: Ӏэщ

Kitapta geçtiği hali

ФӀЫЗЭТЕЖЫН: ◊ Ӏупэр фӀызэтежын (6). Еплъ Ӏупэ.

ӀУПЭ (67). Жьэм щыщу ӀуфакӀэ зэтехьэхэр. И шэнтщхьэгуэр гъунэгъуу бгъэдигъэкӀуэтауэ, нэмэзыбзэр щэхуу къибжурэ сымаджэм зытришащӀэрти епщэрт, Ӏупэр хьэлыгъуанэм ещхьу хъурей ищӀырт [молэм]. Хъуэпсэгъуэ нур, 69. Хъыджэбзым зигъэщэныфӀэу, зигъэукӀытэхыу, хьэщӀэм и нэгум щӀэмыплъэфу, щытти, хьэщӀэр Ӏэбэри бжьэр къыӀихри ефэну и Ӏупэм щыхуихьым, стӀолым бгъэдэси бгъэдэти къызэщӀэхъеящ хъуэхъу уэрэд жаӀэу: Ар зыдэкӀуэм узи мыкӀуэу… Лъапсэ, 89. Сабий цӀыкӀум и анэр щилъагъум къэгумэщӀащ, и Ӏупэ цӀыкӀур плъыжьыбзэт, къэчат, псалъэ хужыӀэнутэкъым мафӀэ жьэражьэщ, итӀани и нэ цӀыкӀуитӀым нэпс ткӀуэпс зырыз къыщӀэжащ. Нал къута, 282. ◊ Ӏупэм еуэн (1). Псалъэм пэрыуэн, мыгъэпсэлъэн. [Къазджэрий:] ЦӀыхум я Ӏупэм уемыуэ, жаӀэм едаӀуи Ӏеймрэ фӀымрэ зэхэгъэкӀыж… Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 544. Ӏупэм къэсын (14). Зыгуэр жыпӀэну ухуеин, бзэгупэм къыпылъэдэн. Локотош Апчарэ щӀэупщӀэну и Ӏупэм къэсауэ, бжэ фӀыцӀэ иныр къызэӀуахри командир гуп кабинетым къыщӀыхьащ. Нал къута, 241. Сосрыкъуи Луи я Ӏупэм къэсырт кхъэ унэм илъу къагъуэту, Ӏэщэм къыхахыу кӀэрахъуищ къызэрахьар, арщхьэкӀэ ирагухыжырт, абы и гугъу ямыщӀыну Сосрыкъуэрэ Лурэ тхьэ зэхуаӀуати. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 600. [Алыджыкъуэ:] Фэ куэзыр фыджэгуу мыбдеж фыщымысу заводым фыкӀуэу щхьэ фыщымылажьэрэ, цӀыхубзым я кӀэтӀийр зэпатхъыху хьэлъэ зэревмыгъэлъафэу, жысӀэну си Ӏупэм къэсауэ езгъэгъэзэжащ. МелыӀыч, 453. Ӏупэм къемыуэн (1). Лей, зэран мыхъун, къыпщхьэпэн. [Ильяс Алыджыкъуэ жреӀэ:] Сом мин пщӀыкӀутӀ уи жыпым иплъхьэмэ, уи Ӏупэм къеуэн уи гугъэ? МелыӀыч, 470. Ӏупэм тесын (3). Еплъ Ӏупэм еуэн. [Думэсарэ Астемыр жреӀэ:] Уэ си Ӏупэм утес хуэдэщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 545. ЦӀыхум жаӀэн жыхуэпӀэм щӀэ щӀэткъым. Уи Ӏупэм тесмэ аращ зыхуейр, жиӀэу Шаукэт къадым зыдищӀ хуэдэу зещӀ. Аргъуей, 387. [Барчо шу лӀыгъусэм жреӀэ:] Си Ӏупэм укъытемыс. Лъапсэ, 114. Ӏупэр гъэпӀэжьэжьэн (2). Зыгуэрхэр къэӀущэщын; зыгуэр жыпӀэ хуэдэу Ӏупэхэр гъэхъеин. Унэшхуэ [Астемыр] зыщӀыхьам писыр фэкъу гуэр, и щхьэр лъэныкъуабэ ищӀауэ, тхэуэ щыст, щытхэкӀи Ӏущащэрт, и Ӏупэр игъэпӀэжьажьэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 113. Нэмэз ящӀыну мэжджытым щӀыхьэмэ, и Ӏупэр игъэпӀэжьажьэрт [Долэт], нэмэзыбзэ къибж къыпфӀигъэщӀыну. Хъуэпсэгъуэ нур, 78. Ӏупэр дагъэ къищӀын (1). Фейдэ къыпыкӀын, хэтхъыкӀын – Ӏэщ уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэр дагъэ къещӀри, цӀыху уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэм къоуэ, – жиӀащ Щамхьун [лӀы гъурым хуэгъэзауэ]. Хъуэпсэгъуэ нур, 165. Ӏупэр зэтежын (2). ГуфӀэн, гуфӀэгъуэ зэрихьэн. Хэт сыт жиӀами Хьэбибэ жэм гъуэзэджэ къылъысати и Ӏупэр зэтежырт. Щынэхужьыкъуэ, 18. [Дэфэрэдж:] Сэри цӀыхубзым [Варя] арэзы сыкъызэрищӀар си гуапащэ хъуащи, сыт псалъэкӀэ мыбы и гур дахэ хуэсщӀын жысӀэу, си Ӏупэр зэтож. Лъапсэ, 16. Ӏупэр зэтекъузэн (1). Губжьын, къытехьэн. Къэрней хъыбарым щӀодэӀур Зэтрикъузэу и Ӏупэр. «Адэ», 136. Ӏупэр кӀэзызын (2). Зыгуэр щхьэкӀэ зэрыпӀейтеищам къыхэкӀыу Ӏупэхэр хъеин. Псэуну плъагъур занщӀэу къызэкӀуэкӀащ, и Ӏэпэлъапэр шхэуэ, и Ӏупэр кӀэзызу. Къалэн, 435. Ӏурарэ зыгуэр жиӀэнут, арщхьэкӀэ и гур къызэфӀэнати, и Ӏупэ ӀурыуфӀыцӀыкӀар кӀэзыз фӀэкӀа зыри хужыӀакъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 586. Ӏупэр пӀэжьэжьэн (3). Еплъ Ӏупэр гъэпӀэжьэжьэн. [Дэфэрэдж:] Сымаджэр къызоплъ, и нэ дахитӀыр къыстенауэ, и Ӏупэр мэпӀэжьажьэ, зыгуэр жиӀэну хужымыӀэ хуэдэ. Лъапсэ, 28. Уи Ӏупэ фагъуэр пфӀэпӀэжьажьэу Бий пащхьэм уиту уэ уогуӀэ… Уи деж сынокӀуэ. «Шум и гъуэгу», 62. ТӀэкӀу дэкӀри Азизэ щэху дыдэу зыгуэр жиӀащ, жимыӀагъэнкӀи хъунт, ауэ и Ӏупэр мащӀэу пӀэжьэжьати псэлъа я гугъащ. Щынэхужьыкъуэ, 55. Ӏупэр фӀызэтежын (6). ЗэрыгуфӀэр хущӀэмыуфэн, гуфӀэгъуэр и нэгум къищын. Хъыджэбзым [Саримэ] и набдзэр хигъэлъэтами, и нэм нур къыщӀихыу къэлыдами, и Ӏупэ фӀызэтежами, нащхьэ ищӀами псоми гу лъитэрт Елдар, зэрыпсэур арат. Хъуэпсэгъуэ нур, 101. [Дэфэрэдж:] Иджы Сэлимэ и палатэм сыщӀохьэри абы хуэдизу дызэлӀэлӀа хъыджэбз дахэ цӀыкӀур нэжэгужэ къэмыхъужами, мащӀэу къыпыгуфӀыкӀыу солъагъури сэри си ӀупитӀыр сфӀызэтож. Лъапсэ, 27. Ӏупэр хузэтемыхьэжын (2). Еплъ Ӏупэр фӀызэтежын. [Альбинэ:] Борис Борисович гуфӀэщауэ и Ӏупэр хузэтехьэжыркъым, къэмыхъуа къыщыхъуар ди дежщ, жеӀэри. Тепщэч къэзылъэтыхь, 170. Лу гуфӀэщауэ и Ӏупэр хузэтехьэжыркъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 523. Ӏупэр хузэтемыӀыгъэжын (1). Еплъ Ӏупэр фӀызэтежын. Тамарэ гуфӀэщати и Ӏупэр хузэтеӀыгъэжтэкъым. Лъапсэ, 44. ☐ Джэдгын зи жагъуэм и Ӏупэм къытокӀэ (2). Еплъ джэдгын. Ӏэщ уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэр дагъэ къещӀри, цӀыху уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэм къоуэ (1). Еплъ Ӏэщ.

Düzeltme Öner

Ӏупэр фӀызэтежын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.