Ӏупэм еуэн
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Ӏупэ
Жьэм щыщу ӀуфакӀэ зэтехьэхэр.
И шэнтщхьэгуэр гъунэгъуу бгъэдигъэкӀуэтауэ, нэмэзыбзэр щэхуу къибжурэ сымаджэм зытришащӀэрти епщэрт, Ӏупэр хьэлыгъуанэм ещхьу хъурей ищӀырт [молэм].— Хъуэпсэгъуэ нур, 69
+2 örnek
Хъыджэбзым зигъэщэныфӀэу, зигъэукӀытэхыу, хьэщӀэм и нэгум щӀэмыплъэфу, щытти, хьэщӀэр Ӏэбэри бжьэр къыӀихри ефэну и Ӏупэм щыхуихьым, стӀолым бгъэдэси бгъэдэти къызэщӀэхъеящ хъуэхъу уэрэд жаӀэу: Ар зыдэкӀуэм узи мыкӀуэу…— Лъапсэ, 89
Сабий цӀыкӀум и анэр щилъагъум къэгумэщӀащ, и Ӏупэ цӀыкӀур плъыжьыбзэт, къэчат, псалъэ хужыӀэнутэкъым мафӀэ жьэражьэщ, итӀани и нэ цӀыкӀуитӀым нэпс ткӀуэпс зырыз къыщӀэжащ.— Нал къута, 282
Deyimler (13)
Ӏупэм еуэн
Псалъэм пэрыуэн, мыгъэпсэлъэн.
[Къазджэрий:] ЦӀыхум я Ӏупэм уемыуэ, жаӀэм едаӀуи Ӏеймрэ фӀымрэ зэхэгъэкӀыж…— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 544
Ӏупэм къэсын
Зыгуэр жыпӀэну ухуеин, бзэгупэм къыпылъэдэн.
Локотош Апчарэ щӀэупщӀэну и Ӏупэм къэсауэ, бжэ фӀыцӀэ иныр къызэӀуахри командир гуп кабинетым къыщӀыхьащ.— Нал къута, 241
+2 örnek
Сосрыкъуи Луи я Ӏупэм къэсырт кхъэ унэм илъу къагъуэту, Ӏэщэм къыхахыу кӀэрахъуищ къызэрахьар, арщхьэкӀэ ирагухыжырт, абы и гугъу ямыщӀыну Сосрыкъуэрэ Лурэ тхьэ зэхуаӀуати.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 600
[Алыджыкъуэ:] Фэ куэзыр фыджэгуу мыбдеж фыщымысу заводым фыкӀуэу щхьэ фыщымылажьэрэ, цӀыхубзым я кӀэтӀийр зэпатхъыху хьэлъэ зэревмыгъэлъафэу, жысӀэну си Ӏупэм къэсауэ езгъэгъэзэжащ.— МелыӀыч, 453
Ӏупэм къемыуэн
Лей, зэран мыхъун, къыпщхьэпэн.
[Ильяс Алыджыкъуэ жреӀэ:] Сом мин пщӀыкӀутӀ уи жыпым иплъхьэмэ, уи Ӏупэм къеуэн уи гугъэ?— МелыӀыч, 470
Ӏупэм тесын
[Думэсарэ Астемыр жреӀэ:] Уэ си Ӏупэм утес хуэдэщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 545
+2 örnek
ЦӀыхум жаӀэн жыхуэпӀэм щӀэ щӀэткъым. Уи Ӏупэм тесмэ аращ зыхуейр, жиӀэу Шаукэт къадым зыдищӀ хуэдэу зещӀ.— Аргъуей, 387
[Барчо шу лӀыгъусэм жреӀэ:] Си Ӏупэм укъытемыс.— Лъапсэ, 114
Еплъ: Ӏупэм еуэн
Ӏупэр гъэпӀэжьэжьэн
Зыгуэрхэр къэӀущэщын; зыгуэр жыпӀэ хуэдэу Ӏупэхэр гъэхъеин.
Унэшхуэ [Астемыр] зыщӀыхьам писыр фэкъу гуэр, и щхьэр лъэныкъуабэ ищӀауэ, тхэуэ щыст, щытхэкӀи Ӏущащэрт, и Ӏупэр игъэпӀэжьажьэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 113
+1 örnek
Нэмэз ящӀыну мэжджытым щӀыхьэмэ, и Ӏупэр игъэпӀэжьажьэрт [Долэт], нэмэзыбзэ къибж къыпфӀигъэщӀыну.— Хъуэпсэгъуэ нур, 78
Ӏупэр дагъэ къищӀын
Фейдэ къыпыкӀын, хэтхъыкӀын
– Ӏэщ уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэр дагъэ къещӀри, цӀыху уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэм къоуэ, – жиӀащ Щамхьун [лӀы гъурым хуэгъэзауэ].— Хъуэпсэгъуэ нур, 165
Ӏупэр зэтежын
ГуфӀэн, гуфӀэгъуэ зэрихьэн.
Хэт сыт жиӀами Хьэбибэ жэм гъуэзэджэ къылъысати и Ӏупэр зэтежырт.— Щынэхужьыкъуэ, 18
+1 örnek
[Дэфэрэдж:] Сэри цӀыхубзым [Варя] арэзы сыкъызэрищӀар си гуапащэ хъуащи, сыт псалъэкӀэ мыбы и гур дахэ хуэсщӀын жысӀэу, си Ӏупэр зэтож.— Лъапсэ, 16
Ӏупэр зэтекъузэн
Губжьын, къытехьэн.
Къэрней хъыбарым щӀодэӀур Зэтрикъузэу и Ӏупэр.— Адэ, 136
Ӏупэр кӀэзызын
Зыгуэр щхьэкӀэ зэрыпӀейтеищам къыхэкӀыу Ӏупэхэр хъеин.
Псэуну плъагъур занщӀэу къызэкӀуэкӀащ, и Ӏэпэлъапэр шхэуэ, и Ӏупэр кӀэзызу.— Къалэн, 435
+1 örnek
Ӏурарэ зыгуэр жиӀэнут, арщхьэкӀэ и гур къызэфӀэнати, и Ӏупэ ӀурыуфӀыцӀыкӀар кӀэзыз фӀэкӀа зыри хужыӀакъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 586
Ӏупэр пӀэжьэжьэн
[Дэфэрэдж:] Сымаджэр къызоплъ, и нэ дахитӀыр къыстенауэ, и Ӏупэр мэпӀэжьажьэ, зыгуэр жиӀэну хужымыӀэ хуэдэ.— Лъапсэ, 28
+2 örnek
Уи Ӏупэ фагъуэр пфӀэпӀэжьажьэу Бий пащхьэм уиту уэ уогуӀэ…— Уи деж сынокӀуэ. «Шум и гъуэгу», 62
ТӀэкӀу дэкӀри Азизэ щэху дыдэу зыгуэр жиӀащ, жимыӀагъэнкӀи хъунт, ауэ и Ӏупэр мащӀэу пӀэжьэжьати псэлъа я гугъащ.— Щынэхужьыкъуэ, 55
Еплъ: Ӏупэр гъэпӀэжьэжьэн
Ӏупэр фӀызэтежын
ЗэрыгуфӀэр хущӀэмыуфэн, гуфӀэгъуэр и нэгум къищын.
Хъыджэбзым [Саримэ] и набдзэр хигъэлъэтами, и нэм нур къыщӀихыу къэлыдами, и Ӏупэ фӀызэтежами, нащхьэ ищӀами псоми гу лъитэрт Елдар, зэрыпсэур арат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 101
+1 örnek
[Дэфэрэдж:] Иджы Сэлимэ и палатэм сыщӀохьэри абы хуэдизу дызэлӀэлӀа хъыджэбз дахэ цӀыкӀур нэжэгужэ къэмыхъужами, мащӀэу къыпыгуфӀыкӀыу солъагъури сэри си ӀупитӀыр сфӀызэтож.— Лъапсэ, 27
Ӏупэр хузэтемыхьэжын
[Альбинэ:] Борис Борисович гуфӀэщауэ и Ӏупэр хузэтехьэжыркъым, къэмыхъуа къыщыхъуар ди дежщ, жеӀэри.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 170
+1 örnek
Лу гуфӀэщауэ и Ӏупэр хузэтехьэжыркъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 523
Еплъ: Ӏупэр фӀызэтежын
Ӏупэр хузэтемыӀыгъэжын
Тамарэ гуфӀэщати и Ӏупэр хузэтеӀыгъэжтэкъым.— Лъапсэ, 44
Еплъ: Ӏупэр фӀызэтежын
Kitapta geçtiği hali
ӀУПЭ (67). Жьэм щыщу ӀуфакӀэ зэтехьэхэр. И шэнтщхьэгуэр гъунэгъуу бгъэдигъэкӀуэтауэ, нэмэзыбзэр щэхуу къибжурэ сымаджэм зытришащӀэрти епщэрт, Ӏупэр хьэлыгъуанэм ещхьу хъурей ищӀырт [молэм]. Хъуэпсэгъуэ нур, 69. Хъыджэбзым зигъэщэныфӀэу, зигъэукӀытэхыу, хьэщӀэм и нэгум щӀэмыплъэфу, щытти, хьэщӀэр Ӏэбэри бжьэр къыӀихри ефэну и Ӏупэм щыхуихьым, стӀолым бгъэдэси бгъэдэти къызэщӀэхъеящ хъуэхъу уэрэд жаӀэу: Ар зыдэкӀуэм узи мыкӀуэу… Лъапсэ, 89. Сабий цӀыкӀум и анэр щилъагъум къэгумэщӀащ, и Ӏупэ цӀыкӀур плъыжьыбзэт, къэчат, псалъэ хужыӀэнутэкъым мафӀэ жьэражьэщ, итӀани и нэ цӀыкӀуитӀым нэпс ткӀуэпс зырыз къыщӀэжащ. Нал къута, 282. ◊ Ӏупэм еуэн (1). Псалъэм пэрыуэн, мыгъэпсэлъэн. [Къазджэрий:] ЦӀыхум я Ӏупэм уемыуэ, жаӀэм едаӀуи Ӏеймрэ фӀымрэ зэхэгъэкӀыж… Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 544. Ӏупэм къэсын (14). Зыгуэр жыпӀэну ухуеин, бзэгупэм къыпылъэдэн. Локотош Апчарэ щӀэупщӀэну и Ӏупэм къэсауэ, бжэ фӀыцӀэ иныр къызэӀуахри командир гуп кабинетым къыщӀыхьащ. Нал къута, 241. Сосрыкъуи Луи я Ӏупэм къэсырт кхъэ унэм илъу къагъуэту, Ӏэщэм къыхахыу кӀэрахъуищ къызэрахьар, арщхьэкӀэ ирагухыжырт, абы и гугъу ямыщӀыну Сосрыкъуэрэ Лурэ тхьэ зэхуаӀуати. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 600. [Алыджыкъуэ:] Фэ куэзыр фыджэгуу мыбдеж фыщымысу заводым фыкӀуэу щхьэ фыщымылажьэрэ, цӀыхубзым я кӀэтӀийр зэпатхъыху хьэлъэ зэревмыгъэлъафэу, жысӀэну си Ӏупэм къэсауэ езгъэгъэзэжащ. МелыӀыч, 453. Ӏупэм къемыуэн (1). Лей, зэран мыхъун, къыпщхьэпэн. [Ильяс Алыджыкъуэ жреӀэ:] Сом мин пщӀыкӀутӀ уи жыпым иплъхьэмэ, уи Ӏупэм къеуэн уи гугъэ? МелыӀыч, 470. Ӏупэм тесын (3). Еплъ Ӏупэм еуэн. [Думэсарэ Астемыр жреӀэ:] Уэ си Ӏупэм утес хуэдэщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 545. ЦӀыхум жаӀэн жыхуэпӀэм щӀэ щӀэткъым. Уи Ӏупэм тесмэ аращ зыхуейр, жиӀэу Шаукэт къадым зыдищӀ хуэдэу зещӀ. Аргъуей, 387. [Барчо шу лӀыгъусэм жреӀэ:] Си Ӏупэм укъытемыс. Лъапсэ, 114. Ӏупэр гъэпӀэжьэжьэн (2). Зыгуэрхэр къэӀущэщын; зыгуэр жыпӀэ хуэдэу Ӏупэхэр гъэхъеин. Унэшхуэ [Астемыр] зыщӀыхьам писыр фэкъу гуэр, и щхьэр лъэныкъуабэ ищӀауэ, тхэуэ щыст, щытхэкӀи Ӏущащэрт, и Ӏупэр игъэпӀэжьажьэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 113. Нэмэз ящӀыну мэжджытым щӀыхьэмэ, и Ӏупэр игъэпӀэжьажьэрт [Долэт], нэмэзыбзэ къибж къыпфӀигъэщӀыну. Хъуэпсэгъуэ нур, 78. Ӏупэр дагъэ къищӀын (1). Фейдэ къыпыкӀын, хэтхъыкӀын – Ӏэщ уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэр дагъэ къещӀри, цӀыху уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэм къоуэ, – жиӀащ Щамхьун [лӀы гъурым хуэгъэзауэ]. Хъуэпсэгъуэ нур, 165. Ӏупэр зэтежын (2). ГуфӀэн, гуфӀэгъуэ зэрихьэн. Хэт сыт жиӀами Хьэбибэ жэм гъуэзэджэ къылъысати и Ӏупэр зэтежырт. Щынэхужьыкъуэ, 18. [Дэфэрэдж:] Сэри цӀыхубзым [Варя] арэзы сыкъызэрищӀар си гуапащэ хъуащи, сыт псалъэкӀэ мыбы и гур дахэ хуэсщӀын жысӀэу, си Ӏупэр зэтож. Лъапсэ, 16. Ӏупэр зэтекъузэн (1). Губжьын, къытехьэн. Къэрней хъыбарым щӀодэӀур Зэтрикъузэу и Ӏупэр. «Адэ», 136. Ӏупэр кӀэзызын (2). Зыгуэр щхьэкӀэ зэрыпӀейтеищам къыхэкӀыу Ӏупэхэр хъеин. Псэуну плъагъур занщӀэу къызэкӀуэкӀащ, и Ӏэпэлъапэр шхэуэ, и Ӏупэр кӀэзызу. Къалэн, 435. Ӏурарэ зыгуэр жиӀэнут, арщхьэкӀэ и гур къызэфӀэнати, и Ӏупэ ӀурыуфӀыцӀыкӀар кӀэзыз фӀэкӀа зыри хужыӀакъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 586. Ӏупэр пӀэжьэжьэн (3). Еплъ Ӏупэр гъэпӀэжьэжьэн. [Дэфэрэдж:] Сымаджэр къызоплъ, и нэ дахитӀыр къыстенауэ, и Ӏупэр мэпӀэжьажьэ, зыгуэр жиӀэну хужымыӀэ хуэдэ. Лъапсэ, 28. Уи Ӏупэ фагъуэр пфӀэпӀэжьажьэу Бий пащхьэм уиту уэ уогуӀэ… Уи деж сынокӀуэ. «Шум и гъуэгу», 62. ТӀэкӀу дэкӀри Азизэ щэху дыдэу зыгуэр жиӀащ, жимыӀагъэнкӀи хъунт, ауэ и Ӏупэр мащӀэу пӀэжьэжьати псэлъа я гугъащ. Щынэхужьыкъуэ, 55. Ӏупэр фӀызэтежын (6). ЗэрыгуфӀэр хущӀэмыуфэн, гуфӀэгъуэр и нэгум къищын. Хъыджэбзым [Саримэ] и набдзэр хигъэлъэтами, и нэм нур къыщӀихыу къэлыдами, и Ӏупэ фӀызэтежами, нащхьэ ищӀами псоми гу лъитэрт Елдар, зэрыпсэур арат. Хъуэпсэгъуэ нур, 101. [Дэфэрэдж:] Иджы Сэлимэ и палатэм сыщӀохьэри абы хуэдизу дызэлӀэлӀа хъыджэбз дахэ цӀыкӀур нэжэгужэ къэмыхъужами, мащӀэу къыпыгуфӀыкӀыу солъагъури сэри си ӀупитӀыр сфӀызэтож. Лъапсэ, 27. Ӏупэр хузэтемыхьэжын (2). Еплъ Ӏупэр фӀызэтежын. [Альбинэ:] Борис Борисович гуфӀэщауэ и Ӏупэр хузэтехьэжыркъым, къэмыхъуа къыщыхъуар ди дежщ, жеӀэри. Тепщэч къэзылъэтыхь, 170. Лу гуфӀэщауэ и Ӏупэр хузэтехьэжыркъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 523. Ӏупэр хузэтемыӀыгъэжын (1). Еплъ Ӏупэр фӀызэтежын. Тамарэ гуфӀэщати и Ӏупэр хузэтеӀыгъэжтэкъым. Лъапсэ, 44. ☐ Джэдгын зи жагъуэм и Ӏупэм къытокӀэ (2). Еплъ джэдгын. Ӏэщ уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэр дагъэ къещӀри, цӀыху уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэм къоуэ (1). Еплъ Ӏэщ.