Ӏэщ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

ahıröküz ahırı; at ahırı; öküz ahırı; sığır/inek ahırı; buzağı ahırı
OrtakшэщшкӀэщ
Doğuбо
BatıӀэщцощчэмэщ
hayvan
Ortakбылымхьайуан
DoğuӀэщӀэщышхуэбылымпӀащэӀэщцӀыкӀупсэущхьэхьейуан
BatıӀэшъӀэпӀашъӀэшъыщхубылымпӀашъӀэшъцӀыкӀупсэушъхь(э)
mal
Ortakбылыммылъкуимущество
DoğuӀэщхьэп-шып
BatıӀэшъ
Kitapta geçtiği hali

Ӏэщ/бо, (КЪАКЪЫР), ШЭЩ, цощ, чэмэщ, ШКӀЭЩ; Цощым цухэр, чэмэщым чэмхэр кӀэтых.: öküz ahırında öküzler, inek ahırında inekler duru(yo)r.; Бом выхэр, жэмхэр щӀэтхэщ.: Ahırda öküzler, inekler duru(yo)r.; AHIR (öküz ~ı; at ~ı; öküz~ı; sığır/inek ~ı; buzağı ~ı)

БЫЛЫМ, Ӏэшъ/Ӏэщ, ӀэпӀашъ, Ӏэшъыщху/Ӏэщышхуэ, БЫЛЫМпӀашъ/ ~пӀащэ, ӀэшъцӀыкӀу/ӀэщцӀыкӀу, псэушъхь(э)/псэущхьэ, ХЬАЙУАН/ ХЬЕЙУАН; HAYVAN

Ӏэшъ/Ӏэщ, БЫЛЫМ, хьэп-шып, МЫЛЪКУ, ИМУЩЕСТВО; MAL

Ӏэшъ/Ӏэщ → БЫЛЫМ; HAYVAN

Ӏэщ → Ӏэшъ; MAL

Ӏэщ/Ӏэшъ → БЫЛЫМ; HAYVAN

Bu sonuç kitaptaki 6 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: былым, Ӏэшъ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Унагъуэм, цӀыхум зэрахуэ былым, хьеуан.

рускот

Ӏэщыр зейм емыщхьым хьэрэмщ.— Псалъэжьхэр

+1 örnek

Ӏэщыр зезыхьэм ейщ.— Псалъэжьхэр

Bu maddedeki ifadeler (4)

Ӏэщ Ӏыгъын

русодержать скот.

Ӏэщым декӀуэкӀын

русопровождать стадо на горное пастбище.

Си щӀалэр Ӏэщым ядекӀуэкӀащ.— Ӏуащхьэмахуэ

Ӏэщым кӀэрыхун

рупадеж скота.

Уаери мэкъумылэншагъэри зы яхуэхъужри Ӏэщ куэд кӀэрыхуауэ жаӀэ.— Ӏуащхьэмахуэ

Ӏэщыр щӀымахуэм тегъэкӀын

рупровести зимовку скота.

Kitapta geçtiği hali

Ӏэщ скот / Унагъуэм, цӀыхум зэрахуэ былым, хьеуан. * Ӏэщыр зейм емыщхьым хьэрэмщ. (погов.) Ӏэщыр зезыхьэм ейщ. (погов.) Ӏэщ Ӏыгъын содержать скот. Ӏэщым декӀуэкӀын сопровождать стадо на горное пастбище. * Си щӀалэр Ӏэщым ядекӀуэкӀащ. Ӏуащхь. Ӏэщым кӀэрыхун падеж скота. * Уаери мэкъумылэншагъэри зы яхуэхъужри Ӏэщ куэд кӀэрыхуауэ жаӀэ. Ӏуащхь. Ӏэщыр щӀымахуэм тегъэкӀын провести зимовку скота.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. Унагъуэм, цӀыхум зэрахуэ былым, хьеуан.

ПщӀантӀэ дызыблэкӀым нэхъыбэр къэхухьакъым, Ӏэщу дэтри уолъагъу, джэдкъазри пщӀантӀэм дэт жыг зырызым тетӀысхьэжауэ тесщ, пшапэр зэхэуащи.— МелыӀыч, 455

+2 örnek

Хьэсэм хьэсэпэ бжыхь жаӀэри гъавэм Ӏэщ хэмыхьэн щхьэкӀэ зыгуэр яуцӀырхъри гъавэр кърахьэлӀэжа нэужь, бжыхь тӀэкӀури Ӏуахыж.— Хьэсэпэхъумэ, 418

Якъуб нэхъыбэу къуршым итщ, абы къыдэхуэмэ, мэкъу прегъэупщӀ, Ӏэщ ехъумэ.— Нал къута, 249

2. Ӏэщым ехьэлӀа, пыщӀа.

Дэхьеяуэ джанэ Ӏэщхьэр Ди шэмэджыр удзым пхолъ, Ди Ӏэщ фермэм и Ӏэтащхьэу Хъыджэбз ябгэр къыткӀэлъоплъ.— Мэкъуауэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 46

+2 örnek

[ТӀалиб:] Ӏэщ бжыгъэр нэхъ мащӀэ хъунщ, мэкъумылэри нэхъ зэгъэзэхуа хъунщ.— Щынэхужьыкъуэ, 14

Удз зэмылӀэужьыгъуэхэр Иринэ къарегъэлъагъу [еджакӀуэ цӀыкӀухэм]: – Ӏэщ хъупӀэм къыщокӀ, – жиӀэу.— Щынэхужьыкъуэ, 63

Deyimler (3)

Ӏэщыр гъэзэхуэжын

Ӏэщыр гъэзэгъэжын, нэху къызэрекӀыным хуэгъэхьэзырын.

ЕгъэджакӀуэ кӀуэн щыхуейр пщыхьэщхьэрат, цӀыхум Ӏэщыр зэрагъэзэхуэжрэ я унэм екӀуэлӀэжа нэужь.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 528

Ӏэщ и пӀалъэ щӀэн

Ӏэщ зэрызепхуэнум, зэрыбгъэхъунум фӀыуэ щыгъуэзэн.

Иджы и пхъум сыт и лъэныкъуэкӀи чэнджэщэгъу хуохъу [Хьэбибэ], Ӏэщ и пӀалъэ ещӀэ, гъэш зехьэкӀэ сыткӀи и пхъум и акъыл здынэмысым негъэс.— Щынэхужьыкъуэ, 49

+1 örnek

Ӏэщыр езыгъэжьэнур Ӏэщыхъуэ нэхъыфӀ дыдэу Ӏэщ и пӀалъэ зыщӀэр арат.— Нал къута, 297

Ӏэщым хэщӀыкӀын

Ӏэщым хэзыщӀыкӀхэм ящыщт Бэкъани, Хьэту и тхьэкӀумэр къиӀуэнтӀащ: – Мы жэмыщӀэм куэд ихьыжынукъым, лъхуэнущ.— Къалэн, 429

Еплъ: Ӏэщ и пӀалъэ щӀэн

Atasözleri (1)

Ӏэщ уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэр дагъэ къещӀри, цӀыху уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэм къоуэ

Ӏэщым уегугъумэ, зыхуей хуэбгъазэмэ, фейдэ, хъер къапокӀ, ауэ цӀыху фӀы зыхуэпщӀам ар дапщэщи фӀыщӀэ ищӀыркъым, жыхуиӀэщ.

Ӏэщ уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэр дагъэ къещӀри, цӀыху уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэм къоуэ, – жиӀащ Щамхьун.— Хъуэпсэгъуэ нур, 165

Kitapta geçtiği hali

ӀЭЩ (166). 1. (156). Унагъуэм, цӀыхум зэрахуэ былым, хьеуан. ПщӀантӀэ дызыблэкӀым нэхъыбэр къэхухьакъым, Ӏэщу дэтри уолъагъу, джэдкъазри пщӀантӀэм дэт жыг зырызым тетӀысхьэжауэ тесщ, пшапэр зэхэуащи. МелыӀыч, 455. Хьэсэм хьэсэпэ бжыхь жаӀэри гъавэм Ӏэщ хэмыхьэн щхьэкӀэ зыгуэр яуцӀырхъри гъавэр кърахьэлӀэжа нэужь, бжыхь тӀэкӀури Ӏуахыж. Хьэсэпэхъумэ, 418. Якъуб нэхъыбэу къуршым итщ, абы къыдэхуэмэ, мэкъу прегъэупщӀ, Ӏэщ ехъумэ. Нал къута, 249. 2. (4). плъыф. мыхь. Ӏэщым ехьэлӀа, пыщӀа. Дэхьеяуэ джанэ Ӏэщхьэр Ди шэмэджыр удзым пхолъ, Ди Ӏэщ фермэм и Ӏэтащхьэу Хъыджэбз ябгэр къыткӀэлъоплъ. Мэкъуауэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 46. [ТӀалиб:] Ӏэщ бжыгъэр нэхъ мащӀэ хъунщ, мэкъумылэри нэхъ зэгъэзэхуа хъунщ. Щынэхужьыкъуэ, 14. Удз зэмылӀэужьыгъуэхэр Иринэ къарегъэлъагъу [еджакӀуэ цӀыкӀухэм]: – Ӏэщ хъупӀэм къыщокӀ, – жиӀэу. Щынэхужьыкъуэ, 63. ◊ Ӏэщыр гъэзэхуэжын (1). Ӏэщыр гъэзэгъэжын, нэху къызэрекӀыным хуэгъэхьэзырын. ЕгъэджакӀуэ кӀуэн щыхуейр пщыхьэщхьэрат, цӀыхум Ӏэщыр зэрагъэзэхуэжрэ я унэм екӀуэлӀэжа нэужь. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 528. Ӏэщ и пӀалъэ щӀэн (3). Ӏэщ зэрызепхуэнум, зэрыбгъэхъунум фӀыуэ щыгъуэзэн. Иджы и пхъум сыт и лъэныкъуэкӀи чэнджэщэгъу хуохъу [Хьэбибэ], Ӏэщ и пӀалъэ ещӀэ, гъэш зехьэкӀэ сыткӀи и пхъум и акъыл здынэмысым негъэс. Щынэхужьыкъуэ, 49. Ӏэщыр езыгъэжьэнур Ӏэщыхъуэ нэхъыфӀ дыдэу Ӏэщ и пӀалъэ зыщӀэр арат. Нал къута, 297. Ӏэщым хэщӀыкӀын (1). Еплъ Ӏэщ и пӀалъэ щӀэн. Ӏэщым хэзыщӀыкӀхэм ящыщт Бэкъани, Хьэту и тхьэкӀумэр къиӀуэнтӀащ: – Мы жэмыщӀэм куэд ихьыжынукъым, лъхуэнущ. Къалэн, 429. ☐ Ӏэщ уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэр дагъэ къещӀри, цӀыху уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэм къоуэ (1). Ӏэщым уегугъумэ, зыхуей хуэбгъазэмэ, фейдэ, хъер къапокӀ, ауэ цӀыху фӀы зыхуэпщӀам ар дапщэщи фӀыщӀэ ищӀыркъым, жыхуиӀэщ. Ӏэщ уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэр дагъэ къещӀри, цӀыху уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэм къоуэ, – жиӀащ Щамхьун. Хъуэпсэгъуэ нур, 165.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

celep

Düzeltme Öner

Ӏэщ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.