шэсыпӀэ иувэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
шэсыпӀэ
Къалэн зыщащӀыжа Ӏуэхугъуэр зэрагъэзэщӀэнум и щыхьэту хьэпшып, мылъку е цӀыху зыщӀыпӀэ къагъанэу зэрыщытам ироджэ.
рузалог
Bu maddedeki ifadeler (5)
шэсыпӀэ ихьэн
шэсыпӀэ иувэн
шэсыпӀэ иувэн
руручаться головой за кого-л.
шэсыпӀэ илъхьэн
руотдать в залог кого-что-л.
шэсыпӀэм къинэн
руостаться заложником.
шэсыпӀэм иубыдэн
рувзять в залог кого-что-л.
Kitapta geçtiği hali
шэсыпӀэ устар. залог / Къалэн зыщащӀыжа Ӏуэхугъуэр зэрагъэзэщӀэнум и щыхьэту хьэпшып, мылъку е цӀыху зыщӀыпӀэ къагъанэу зэрыщытам ироджэ. ШэсыпӀэ ихьэн = шэсыпӀэ иувэн. ШэсыпӀэ иувэн ручаться головой за кого-л. ШэсыпӀэ илъхьэн отдать в залог кого-что-л. ШэсыпӀэм къинэн остаться заложником. ШэсыпӀэм иубыдэн взять в залог кого-что-л.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
иувэн
(йоувэ)
Зыгуэрым и кӀуэцӀым, и кум щыувын.
Музыкауэр зы къэмынэу балконым иуващ, къэкӀуэну жыхуаӀар къыщыкӀуэкӀэ нэхъ щӀэхыу къалъагъун папщӀэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 559
+2 örnek
Хьэ тумэр шхэуэ Ӏэнлъэм Ӏуту Джэлил зэгуэр Ӏэнлъэм щиувэм, хьэр къапхъуэри адакъэм и пщэр хьэлэчу иуӀат.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 480
Уэнжакъ гъуанэмкӀэ уиплъмэ, уафэр плъагъурти, топышэ сыт зелъатэу умылъагъуну пӀэрэ, жаӀэу Темботрэ Лурэ жьэгум иувауэ уэнжакъымкӀэ иплъырт, арщхьэкӀэ жьым зэрихьэ пшэ фӀыцӀэ Ӏэрамэм фӀэкӀа ялъагъуртэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 284
шэсыпӀэ
Къалэн зыщащӀыжа Ӏуэхугъуэр зэрагъэзэщӀэнум и щыхьэту хьэпшып, мылъку е цӀыху зыщӀыпӀэ къагъанэу зэрыщытам ироджэ.
ЛӀыжь Федотым И фокӀэщӀу узэхъуапсэр И шэсыпӀэщ, Ар узотыр.— Тисей, 508
Deyimler (3)
шэсыпӀэ иувэн
Къалэн зыщащӀыжа Ӏуэхугъуэр зэрагъэзэщӀэнум и щыхьэту увын.
Жыраслъэн папщӀэ жылэр нобэ шэсыпӀэ иувэрэ – хъарзынэщ, абыи хуэфащэ увыпӀэ игъуэтынщ, хабзэм и анэмэтщ, хабзэм иужькӀэ жылэм я анэмэтщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 647
шэсыпӀэ ихьэн
Зэрыкъуажэу колхозамэ, мис итӀанэ колхозыр шэсыпӀэ ибгъэхьэ хъунт, – иригъэкӀуэкӀырт Астемыр, – атӀэ сыт зэбгъэщхь хъунур?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 650
Еплъ: шэсыпӀэ иувэн
шэсыпӀэ увын
Иджыпстуи занщӀэу утыкум кърилъхьэнутэкъым и гум илъыр, жыжьэу къыщӀидзащ: – Колхозыр аракъым Жыраслъэн папщӀэ шэсыпӀэ увынур— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 649
+1 örnek
Кулак Ӏуэху жыпӀэнри, мэжджытыр зэхуэщӀынри, колхоз зэхэшэнри, щхьэл зиӀэм къытехэнри, Жыраслъэн шэсыпӀэу жылэр хуиувэнри – псори зэхыхьэжауэ къуажэр бжьэцу зэрызехьэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 627
Еплъ: шэсыпӀэ иувэн
Kitapta geçtiği hali
ИУВЭН (йоувэ) лъэмыӀ. (17). Зыгуэрым и кӀуэцӀым, и кум щыувын. Музыкауэр зы къэмынэу балконым иуващ, къэкӀуэну жыхуаӀар къыщыкӀуэкӀэ нэхъ щӀэхыу къалъагъун папщӀэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 559. Хьэ тумэр шхэуэ Ӏэнлъэм Ӏуту Джэлил зэгуэр Ӏэнлъэм щиувэм, хьэр къапхъуэри адакъэм и пщэр хьэлэчу иуӀат. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 480. Уэнжакъ гъуанэмкӀэ уиплъмэ, уафэр плъагъурти, топышэ сыт зелъатэу умылъагъуну пӀэрэ, жаӀэу Темботрэ Лурэ жьэгум иувауэ уэнжакъымкӀэ иплъырт, арщхьэкӀэ жьым зэрихьэ пшэ фӀыцӀэ Ӏэрамэм фӀэкӀа ялъагъуртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 284. ◊ [И] пӀэ иувэн (4). Еплъ пӀэ I. АдакъапӀэ иувэн (1). Еплъ адакъапӀэ. ЛӀыпӀэ иувэн (4). Еплъ лӀыпӀэ. ШэсыпӀэ иувэн (3). Еплъ шэсыпӀэ Япэ иувэн (3). Еплъ япэ III.
ШЭСЫПӀЭ (1). Къалэн зыщащӀыжа Ӏуэхугъуэр зэрагъэзэщӀэнум и щыхьэту хьэпшып, мылъку е цӀыху зыщӀыпӀэ къагъанэу зэрыщытам ироджэ. ЛӀыжь Федотым И фокӀэщӀу узэхъуапсэр И шэсыпӀэщ, Ар узотыр. «Тисей», 508. ◊ ШэсыпӀэ иувэн (3). Къалэн зыщащӀыжа Ӏуэхугъуэр зэрагъэзэщӀэнум и щыхьэту увын. Жыраслъэн папщӀэ жылэр нобэ шэсыпӀэ иувэрэ – хъарзынэщ, абыи хуэфащэ увыпӀэ игъуэтынщ, хабзэм и анэмэтщ, хабзэм иужькӀэ жылэм я анэмэтщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 647. ШэсыпӀэ ихьэн (1). Еплъ шэсыпӀэ иувэн. Зэрыкъуажэу колхозамэ, мис итӀанэ колхозыр шэсыпӀэ ибгъэхьэ хъунт, – иригъэкӀуэкӀырт Астемыр, – атӀэ сыт зэбгъэщхь хъунур? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 650. ШэсыпӀэ увын (4). Еплъ шэсыпӀэ иувэн. Иджыпстуи занщӀэу утыкум кърилъхьэнутэкъым и гум илъыр, жыжьэу къыщӀидзащ: – Колхозыр аракъым Жыраслъэн папщӀэ шэсыпӀэ увынур. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 649. Кулак Ӏуэху жыпӀэнри, мэжджытыр зэхуэщӀынри, колхоз зэхэшэнри, щхьэл зиӀэм къытехэнри, Жыраслъэн шэсыпӀэу жылэр хуиувэнри – псори зэхыхьэжауэ къуажэр бжьэцу зэрызехьэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 627.