япэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ЯПЭ; ЯПЭКӀЭ; İLERİ
ИПЭ, ИПЭКӀЭ, ЯПЭ, ЯПЭКӀЭ, ипэдэдэ/ипэдыдэ, япэдэдэ/япэдыдэ; İLERİ
ап(эу)/япэ(уэ), апэрэ(у), апэрэеу/ япэреуэ, япэрауэ, ИПЭ(у), и пэ(уэ); ÖNCE
япэ(уэ)/ап(эу), апэрэ(у), апэрэеу/япэреуэ, япэрауэ, ИПЭ(у), и пэ(уэ); ÖNCE
ИПЭ(у), и пэ(уэ), ап(эу)/япэ(уэ), апэрэ(у), апэрэеу/япэреуэ, япэрауэ; ÖNCE
Bu sonuç kitaptaki 5 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Зы бжыгъэм къытекӀа зэрызэкӀэлъыкӀуэ бжыгъэцӀэ; езанэ.
рупервый (порядковое числительное)
Япэ хэдэр ӀыхьэфӀащ.— Псалъэжьхэр
2. Езым хуэдэхэм, ещхьхэм и пэ къит, и пэ къихуэ, зэманкӀэ и пэ, илъэсым, махуэм, н. къ. къриубыдэу нэхъапэ къэунэху, дунейм къытехьэ.
рупервоночальный, самый ранний
ГъащӀэм и япэ илъэсхэр.
3. Зи мыхьэнэкӀэ езым хуэдэ псоми елъэгэкӀ, нэхъ пажэ, нэхъыфӀ.
рувысший по значимости, главный; лучший по качеству
Япэ увыпӀэр къэхьын. Япэ саугъэтыр къыхуагъэфэщэн.
Bu maddedeki ifadeler (8)
япэ дыдэ
руяпэ дыдэу см. япэу.
Япэ дыдэу а псалъэр жылэм къыдэзыхьар Лууэ жаӀэ.— КӀыщокъуэ Алим
Еплъ: япэу. япэ дыдэу, япэу
япэ къэсыр
рупервый встречный.
Япэ къэсыр къыбжьэхэлъэу - ар псэукӀэ хъурэ!— ӀуэрыӀуатэ
япэ зигъэхуэн
япэ зигъэщын
япэ зигъэщын
руопередить кого-л.
4 ifade daha
япэ игъэувэн
япэ игъэщын
япэ игъэщын
руотдать предпочтение кому-чему-л.; уделять больше внимания кому-чему-л.
япэ итын
рубыть (стоять) впереди.
Зэхьэзэхуэм япэ итын.
япэ ищын
ру1) опережать кого-л. 2) спешить, идти вперед (о часах).
Си сыхьэтыр япэ йощ.
Kitapta geçtiği hali
япэ I 1. первый (порядковое числительное) / Зы бжыгъэм къытекӀа зэрызэкӀэлъыкӀуэ бжыгъэцӀэ; езанэ. * Япэ хэдэр ӀыхьэфӀащ. (погов.) 2. первоночальный, самый ранний / Езым хуэдэхэм, ещхьхэм и пэ къит, и пэ къихуэ, зэманкӀэ и пэ, илъэсым, махуэм, н. къ. къриубыдэу нэхъапэ къэунэху, дунейм къытехьэ. ГъащӀэм и япэ илъэсхэр. 3. высший по значимости, главный; лучший по качеству / Зи мыхьэнэкӀэ езым хуэдэ псоми елъэгэкӀ, нэхъ пажэ, нэхъыфӀ. Япэ увыпӀэр къэхьын. Япэ саугъэтыр къыхуагъэфэщэн. япэ дыдэ см. япэу. япэ дыдэу см. япэу. * Япэ дыдэу а псалъэр жылэм къыдэзыхьар Лууэ жаӀэ. КӀ. А. Япэ къэсыр первый встречный. * Япэ къэсыр къыбжьэхэлъэу - ар псэукӀэ хъурэ! фольк. II: япэ зигъэхуэн = япэ зигъэщын. Япэ зигъэщын опередить кого-л. Япэ игъэувэн = япэ игъэщын. Япэ игъэщын отдать предпочтение кому-чему-л.; уделять больше внимания кому-чему-л. Япэ итын быть (стоять) впереди. Зэхьэзэхуэм япэ итын. Япэ ищын 1) опережать кого-л. 2) спешить, идти вперед (о часах). Си сыхьэтыр япэ йощ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Езанэ.
Япэ еджапӀэшхуэхэр къыщызэӀуахар Тэрчкъалэщ, военнэ штабышхуэхэри, училищэ жыпӀэми – псори а къалэращ зыдэтар, атӀэ мафӀэм и гъунэгъу лыр мажьэ жыхуаӀэр арати, еджапӀэ зэмылӀэужьыгъуэ къомыр зиӀахэм щӀэныгъи нэхъ ягъуэтащ.— Лъапсэ, 89
+2 örnek
Абы шырыкъур сэ нэсхьэсмэ, Ар слъыгъыу сщӀынущ ислъэмей, Сэлэт шырыкъум сфӀэфӀщ сэ лъысмэ, Япэ къэфэгъуэр мис абдей.— Сэлэт шырыкъу. «Шум и гъуэгу», 11
Бжьыхьэм къесакъэ япэ уэсыр, Ар си щӀэщыгъуэу сэ къэзжыхьт.— УцӀыкӀуу уи гум ибубыдэр. «Вагъуэ махуэ», 83
Atasözleri (2)
япэ къехуэх мывэм бгыр къыгуегъэу
Ӏуэху цӀыкӀуу къежьам иужькӀэ зеубгъу.
Ауэ пэжщ, япэ къехуэх мывэм бгыр къыгуегъэу, жаӀэ. Инал бгыр къыщыгуигъэу къэхъункӀи мэхъу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 543
япэ узыхуэзэр шхыныфӀщ
Ерыскъы Ӏей щыӀэкъым, жыхуиӀэщ.
[Астемыр:] Япэ узыхуэзэр шхыныфӀщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 267
Япэ дыдэ, япэу, нэхъ пасэу, нэхъ жьыуэ.
Нанэ пэгун иӀыгъыу пщӀантӀэшхуэм дэтти япэ къилъэгъуащ Саримэ къызэрыпща бжыхь гъуанэм Дисэ и щхьэр къригъэжри пкъыр инауэ къеӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 137
+2 örnek
Езы Раисэ «Хрущев и дачэр» и рестораным щыщ филиалу къелъытэж, ӀункӀыбзэ псоми я ӀункӀыбзэӀухыр и сумкэм илъщи, щыхуейм деж къакӀуэу и нэгу зригъэужьми мэхъу, хьэщӀэшхуэ къэкӀуэнуми хэт къэкӀуэнуми япэ къэзыщӀэр Раисэщ, шхын гъэхьэзырын хуейр зи пщэ дэлъыр аращи.— Лъапсэ, 79
Шыгу зэщӀэщӀар нэхущым фермэм тету япэ къэушам щилъагъум, къакӀуэрэ еплъмэ – шыгухур мэжей, кӀадитӀи мэкъукӀэ щӀэуфауэ итщи, къыщӀощ.— Къалэн, 428
Deyimler (5)
япэ зигъэщын
Зыгуэрым и пэ зыгуэр щӀэн.
ЗебгъэукӀыну ухуэмеймэ, япэ зигъэщи езыр укӀ.— Нал къута, 258
япэ зыкъигъэщын
Ныбэфыр уи гъусэу шызакъуэгу цӀыкӀум уихуэххэнутэкъым, арщхьэкӀэ хэгъэрей гуэрым япэ зыкъригъэщри къелъэӀуащ, «къомыгъанэу, здэшэж, чэф хьэлъэ хъуащ» жиӀэри.— Лъапсэ, 47
+2 örnek
[Фэуаз:] Сэлэтищым япэ ситу сыкӀуэрти, занщӀэу бжэр Ӏусхри, сэлэтхэм я командирым жиӀэнӀауэ къыщӀэкӀынти, сэ япэ зыкъызогъэщри комендантым сыбгъэдохьэ.— МелыӀыч, 463
Азрэту плъагъум япэ зыкъригъэщащ, капитаныр щӀригъэгъуэжын и хьисэпу.— Нал къута, 302
Еплъ: япэ зигъэщын
япэ игъэщын
ПӀалъэкӀэ япэ къигъэхуэн.
Астемыр и гум къэкӀащ, коммунистхэмрэ комсомолхэмрэ фи Ӏэр фӀэт, жиӀэу ахэр япэ иригъэщу мыдрейхэри абы кӀэлъигъэкӀуэну, арщхьэкӀэ абы дзыхь ищӀакъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 659
+2 örnek
[Нанэ:] Ялыхь, сэ япэ сигъэщ… [Си къуэм нэхъапэ дунейм сегъэхыж].— Хъуэпсэгъуэ нур, 282
Ӏэдэм матэр къыӀех фызыжьми щхьэлымкӀэ ехь, хъущӀэ хуэдэу зищӀу: Уэлэхьи, сымыщӀэ, ди шыпхъу, уолъагъу, уи нартыхур япэ изгъэщмэ, адрейхэм сыт жаӀэн?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 630
япэ итын
1. Зыгуэрым и пэ Ӏуэху гуэрым пэрытын.
Сэ си япэ итам уэрэд жиӀэурэ письмор зэбгрихырт, сэ сефэурэ си Ӏуэху зэфӀызогъэкӀ, жиӀэу Сентрал и щхьэм щытхъужырт, зы бжьэ, бжьитӀ щӀикӀа нэужь.— Нал къута, 288
2. ЗэманкӀэ зыгуэрым и пэ къихуэн, нэхъапэ къэхъун.
Нысэр къашэнымкӀэ зы махуэкӀэ япэ иту музыкауэ цӀыкӀухэр грузовикым кърагъэтӀысхьэри ЩӀыӀэпс къуажэм къашат.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575
япэ къихуэн
ПӀалъэкӀэ нэхъапэ къэхъун.
ХьэщӀэми Астемыр сыми ябзыщӀыр мырат: Щхьэлмывэкъуэ Коломейцовыр япэ дыдэ къыдыхьэным илъэс зыбгъупщӀкӀэ япэ къихуэу, ЩӀыӀэпс къуажэу къэзакъ станицэм пэмыжыжьэм Ӏуэхугъуэ бэлыхь гуэр къыщыхъуат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 201
+1 örnek
Хэт а гъуэгу кӀыхьыр зыцӀыхур, Гугъуехь фыхуэзэм зэпыфчу, Къарууэ фиӀэр зы фщӀауэ, Лъэбакъуэ леикӀ фымычу, Фыкъихуэу пӀалъэм фэ япэ, Фыкъэзышахэр? – къыджаӀэм, ЯрещӀэ псоми жэуапыр: «Партыр ди пашэу», – жытӀэнущ.— Партыр ди пашэу. «Партыр ди пашэу», 5
Зыгуэрым (зыгуэрхэм) и гупэ, и пэ.
Инал и шыр иутӀыпщри уи шэрихьэтисти, уи мэрихьэтисти къызэринэкӀри псом япэ иуващ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 543
+1 örnek
[Къэзакъ лӀыкӀуэхэм:] ЛӀо шэрихьэтистхэр дяпэ щӀисыр?— Хъуэпсэгъуэ нур, 323
[Думэсарэ Дисэ жреӀэ:] Саримэ Алыхьым и хьэщӀэщ, Алыхьым нэужькӀэ хьэщӀэ зыкъысхуищӀащи, япэ си хьэдэм ебакъуэ [абы и жагъуэ пщӀын ипэ].— Хъуэпсэгъуэ нур, 137
Еплъ: япэщӀыкӀэ
Ток бутӀыпщым шайр къегъавэ, ТоккӀэ мэлри фермэм ящыр, ТоккӀэ куэдым я щӀыр явэ, ИӀэт фщэхут хьэпшыпыфӀыр, Мыр щащэр къалэт япэ, Ауэ дэри нобэ къалэ Дохъур, дауи, ар ди гуапэщ…— Къуажэ прилавкэм. «Партыр ди пашэу», 33
Еплъ: япэм
Kitapta geçtiği hali
ЯПЭ I (23). зэрызэкӀ. бж. Езанэ. Япэ еджапӀэшхуэхэр къыщызэӀуахар Тэрчкъалэщ, военнэ штабышхуэхэри, училищэ жыпӀэми – псори а къалэращ зыдэтар, атӀэ мафӀэм и гъунэгъу лыр мажьэ жыхуаӀэр арати, еджапӀэ зэмылӀэужьыгъуэ къомыр зиӀахэм щӀэныгъи нэхъ ягъуэтащ. Лъапсэ, 89. Абы шырыкъур сэ нэсхьэсмэ, Ар слъыгъыу сщӀынущ ислъэмей, Сэлэт шырыкъум сфӀэфӀщ сэ лъысмэ, Япэ къэфэгъуэр мис абдей. Сэлэт шырыкъу. «Шум и гъуэгу», 11. Бжьыхьэм къесакъэ япэ уэсыр, Ар си щӀэщыгъуэу сэ къэзжыхьт. УцӀыкӀуу уи гум ибубыдэр. «Вагъуэ махуэ», 83. ☐ Япэ къехуэх мывэм бгыр къыгуегъэу (1). Ӏуэху цӀыкӀуу къежьам иужькӀэ зеубгъу. Ауэ пэжщ, япэ къехуэх мывэм бгыр къыгуегъэу, жаӀэ. Инал бгыр къыщыгуигъэу къэхъункӀи мэхъу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 543. Япэ узыхуэзэр шхыныфӀщ (1). Ерыскъы Ӏей щыӀэкъым, жыхуиӀэщ. [Астемыр:] Япэ узыхуэзэр шхыныфӀщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 267.
ЯПЭ II (63). Япэ дыдэ, япэу, нэхъ пасэу, нэхъ жьыуэ. Нанэ пэгун иӀыгъыу пщӀантӀэшхуэм дэтти япэ къилъэгъуащ Саримэ къызэрыпща бжыхь гъуанэм Дисэ и щхьэр къригъэжри пкъыр инауэ къеӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 137. Езы Раисэ «Хрущев и дачэр» и рестораным щыщ филиалу къелъытэж, ӀункӀыбзэ псоми я ӀункӀыбзэӀухыр и сумкэм илъщи, щыхуейм деж къакӀуэу и нэгу зригъэужьми мэхъу, хьэщӀэшхуэ къэкӀуэнуми хэт къэкӀуэнуми япэ къэзыщӀэр Раисэщ, шхын гъэхьэзырын хуейр зи пщэ дэлъыр аращи. Лъапсэ, 79. Шыгу зэщӀэщӀар нэхущым фермэм тету япэ къэушам щилъагъум, къакӀуэрэ еплъмэ – шыгухур мэжей, кӀадитӀи мэкъукӀэ щӀэуфауэ итщи, къыщӀощ. Къалэн, 428. ◊ Япэ зигъэщын (1). Зыгуэрым и пэ зыгуэр щӀэн. ЗебгъэукӀыну ухуэмеймэ, япэ зигъэщи езыр укӀ. Нал къута, 258. Япэ зыкъигъэщын (14). Еплъ япэ зигъэщын. Ныбэфыр уи гъусэу шызакъуэгу цӀыкӀум уихуэххэнутэкъым, арщхьэкӀэ хэгъэрей гуэрым япэ зыкъригъэщри къелъэӀуащ, «къомыгъанэу, здэшэж, чэф хьэлъэ хъуащ» жиӀэри. Лъапсэ, 47. [Фэуаз:] Сэлэтищым япэ ситу сыкӀуэрти, занщӀэу бжэр Ӏусхри, сэлэтхэм я командирым жиӀэнӀауэ къыщӀэкӀынти, сэ япэ зыкъызогъэщри комендантым сыбгъэдохьэ. МелыӀыч, 463. Азрэту плъагъум япэ зыкъригъэщащ, капитаныр щӀригъэгъуэжын и хьисэпу. Нал къута, 302. Япэ игъэщын (3). ПӀалъэкӀэ япэ къигъэхуэн. Астемыр и гум къэкӀащ, коммунистхэмрэ комсомолхэмрэ фи Ӏэр фӀэт, жиӀэу ахэр япэ иригъэщу мыдрейхэри абы кӀэлъигъэкӀуэну, арщхьэкӀэ абы дзыхь ищӀакъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 659. [Нанэ:] Ялыхь, сэ япэ сигъэщ… [Си къуэм нэхъапэ дунейм сегъэхыж]. Хъуэпсэгъуэ нур, 282. Ӏэдэм матэр къыӀех фызыжьми щхьэлымкӀэ ехь, хъущӀэ хуэдэу зищӀу: Уэлэхьи, сымыщӀэ, ди шыпхъу, уолъагъу, уи нартыхур япэ изгъэщмэ, адрейхэм сыт жаӀэн? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 630. Япэ итын (2). 1. (1). Зыгуэрым и пэ Ӏуэху гуэрым пэрытын. Сэ си япэ итам уэрэд жиӀэурэ письмор зэбгрихырт, сэ сефэурэ си Ӏуэху зэфӀызогъэкӀ, жиӀэу Сентрал и щхьэм щытхъужырт, зы бжьэ, бжьитӀ щӀикӀа нэужь. Нал къута, 288. 2. (1). ЗэманкӀэ зыгуэрым и пэ къихуэн, нэхъапэ къэхъун. Нысэр къашэнымкӀэ зы махуэкӀэ япэ иту музыкауэ цӀыкӀухэр грузовикым кърагъэтӀысхьэри ЩӀыӀэпс къуажэм къашат. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575. Япэ къихуэн (2). ПӀалъэкӀэ нэхъапэ къэхъун. ХьэщӀэми Астемыр сыми ябзыщӀыр мырат: Щхьэлмывэкъуэ Коломейцовыр япэ дыдэ къыдыхьэным илъэс зыбгъупщӀкӀэ япэ къихуэу, ЩӀыӀэпс къуажэу къэзакъ станицэм пэмыжыжьэм Ӏуэхугъуэ бэлыхь гуэр къыщыхъуат. Хъуэпсэгъуэ нур, 201. Хэт а гъуэгу кӀыхьыр зыцӀыхур, Гугъуехь фыхуэзэм зэпыфчу, Къарууэ фиӀэр зы фщӀауэ, Лъэбакъуэ леикӀ фымычу, Фыкъихуэу пӀалъэм фэ япэ, Фыкъэзышахэр? – къыджаӀэм, ЯрещӀэ псоми жэуапыр: «Партыр ди пашэу», – жытӀэнущ. Партыр ди пашэу. «Партыр ди пашэу», 5.
ЯПЭ III (81). Зыгуэрым (зыгуэрхэм) и гупэ, и пэ. Инал и шыр иутӀыпщри уи шэрихьэтисти, уи мэрихьэтисти къызэринэкӀри псом япэ иуващ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 543. [Къэзакъ лӀыкӀуэхэм:] ЛӀо шэрихьэтистхэр дяпэ щӀисыр? Хъуэпсэгъуэ нур, 323.
ЯПЭ IV (1). Еплъ япэщӀыкӀэ. [Думэсарэ Дисэ жреӀэ:] Саримэ Алыхьым и хьэщӀэщ, Алыхьым нэужькӀэ хьэщӀэ зыкъысхуищӀащи, япэ си хьэдэм ебакъуэ [абы и жагъуэ пщӀын ипэ]. Хъуэпсэгъуэ нур, 137.
ЯПЭ V (2). Еплъ япэм. Ток бутӀыпщым шайр къегъавэ, ТоккӀэ мэлри фермэм ящыр, ТоккӀэ куэдым я щӀыр явэ, ИӀэт фщэхут хьэпшыпыфӀыр, Мыр щащэр къалэт япэ, Ауэ дэри нобэ къалэ Дохъур, дауи, ар ди гуапэщ… Къуажэ прилавкэм. «Партыр ди пашэу», 33.