фэм дэкӀын

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

дэкӀын

(докӀ)

1. Зэхуаку гуэркӀэ гъуэгуанэ кӀун; къалэ, къуэ, ауз, къуажэ, пщӀантӀэ хуэдэхэр къызэбнэкӀыу.

Шум и ужьым иту пщӀантӀэм дэта къомри дэкӀащ, уэршэру, зэныкъуэкъуу, Долэт елъэбышэу, Данизэти и Щхьэгъуэплъым и гугъу ищӀу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 315

+2 örnek

Къалэм дэсари дэкӀри ежьэжат дзэм фӀэкӀа къыдэмынэу, я хьэпи-шыпи дашри нэгъуэщӀ щӀыналъэ итӀысхьат, къэралитӀ зэзауэм я кум дыдэмыкӀуадэ щӀыкӀэ, жаӀэри.— Лыгъэ, 410

Уэрам зэв цӀыкӀумкӀэ дэкӀыу здэкӀуэм, Исхьэкъ гъуоуэ джэныр иухри къигъэзэжауэ яӀущӀащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 635

2. Лъагъуэ, гъуэгу с.ху. зыщӀыпӀэ дэкӀыу, плъагъуу щытын.

Уплъэмэ – аузым дэкӀ гъуэгур уолъагъу, псыми адэкӀэ-мыдэкӀэ зедзри еуэкӀыпӀэ къэс лъэмыж зырыз телъщ.— Нал къута, 299

+2 örnek

Бгым дэкӀ гъуэгур нэшэкъашэщ, ЩхьэщыхупӀэхэр гъунэгъущ.— Бгым дэкӀ гъуэгу. «Батырыбжьэ», 38

Джабэм дэкӀ лъагъуэр удз Ӏувым хэплъагъукӀ къудей щхьэкӀэ, утекӀыну Ӏэмал иӀэкъым.— Лъапсэ, 69

3. Лэжьыгъэ, къулыкъу гуэр гъэзэщӀэн мурадкӀэ зыщӀыпӀэ кӀуэн.

[Дэфэрэдж] Фызабэу къанэри вакӀуэ дэкӀмэ, ядыдэкӀрэ вэуэ, мэкъуауэ кӀуэмэ, ядэкӀуэрэ мэкъу ядеуэу, абы ищӀыӀужкӀэ фыз Ӏэзэу щытащ, къытекӀуэ хэкум имысу.— Лъапсэ, 28

+2 örnek

Хьэжыр апхуэдизкӀэ ерыщти, гъатхэм вакӀуэ дэкӀынухэр дзейуэ щызэгухьэкӀэ, Инус къыгухьэн имыгъуэту и витӀымкӀэ езыр-езыру вэжырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 63

Грузовик Ӏэджэ зэужьхэу Бригадэр губгъуэм дэкӀащ.— Си къуажэ. «Бгы лъапэхэм деж», 42

4. Бгы, лъагапӀэ гуэрым дэкӀуеин.

[Якъуб] Нэмыцэр Ӏуащхьэмахуэ дэкӀри Гитлер и сурэт иту нып трагъэуващ, жаӀэу щызэхихым, къэгувжьеящ: нтӀэ, Советскэ властыр абдеж щиухыжауэ къыщӀэкӀынщ, жиӀэри.— Нал къута, 304

+2 örnek

Къуршыщхьэ лъагэр къызэджати, Бгы джабэ задэм сэ сыдокӀ.— Къуршыщхьэ лъагэр. «Дамыгъэ», 227

Жыжьэ сыплъэну сигу къихьа – Щыгум сыдокӀри зызоплъыхь.— Жыжьэ сыплъэну сигу къихьа… Батырыбжьэ, 25

5. Зэман гуэр кӀуэн, блэкӀын.

Махуэ дэкӀа, махуитӀ дэкӀа – Ӏурарэ пщэдджыжьым жьыуэ цӀыхухъу макъ зэхех къаджэу— Къалэн, 433

+2 örnek

Мазэ дэкӀами арат, Дисэ аргуэру гуцӀыкӀукӀэ я пщӀантӀэм щыдашэжам, нысэри и къуэрылъху хъыджэбз цӀыкӀуитӀри и гъусэу.— ГущӀэгъу, 425

Илъэсищи фӀэкӀ дэмыкӀыу, Жэщым мазэр къыщӀэмыкӀыу Шууэ щӀалэр зекӀуэ йожьэ – Иныжьыщхьэм хахуэр йощэ. «— Елбэздыкъуэ, 8

Deyimler (1)

фэм дэкӀын

Еплъ: фэ

фэ

1. ЦӀыхум, псэущхьэм ищӀыӀукӀэ я щӀыфэм джафэу телъыр.

Къылышбий и къуэр бгъэдэлъэдащ Жырэслъэн, напӀэзыпӀэу лӀым и пащӀэ лъэныкуъэр къиубыдри зэрылъэкӀкӀэ къеӀащ. ПащӀэм щыщу цы Ӏэрамэ цӀыкӀу лыри фэри къыдэкӀуэу къыхичати, лъыкъуалэр кърикӀуту къижу хуежьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 117

+2 örnek

Жэмыр лӀа пэтрэ, Хьэту фӀигъэжыжати, лъы ткӀуэпс къыщыщӀэмыкӀым, «псэхэлӀэр хьэрэмщ», жиӀэри и фэр трихри икъуащ, вакъапхъэ ищӀыну – арат илъэс псокӀэ къилэжьар.— Къалэн, 429

Кхъухьыр зэрыкхъухьу къызыхэщӀыкӀар мэзыкхъуэ пӀащэм и фэмрэ пхъэху пхъэбгъу пӀащӀэ цӀыкӀурэти, псынщӀабзэт.— Лъапсэ, 40

2. КъэкӀыгъэ, жылэ сыт хуэдэхэм къытекӀыр.

А пщащэм дыгъэм и щӀыфэр, Дэм и фэм хуэдэу, исауэ СлъагъухукӀэ си гур мэгуфӀэ, Щэхуу сэ соплъыр сесауэ.— КъызжефӀэ. «Бгы лъапэхэм деж», 37

+2 örnek

Дэшхуэм и фэр тоху, дэр хъуа иужь, дэр мыхъуамэ, дафэ цӀынэр пхутехынукъым. Абы иригъэщхьырт Астемыр мэжджытым и Ӏуэхур.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 640

ДжэдыкӀэм джэдыкӀэпсыр кърагъэжырт, джэдыкӀафэр ягъэтӀылъти, шым утесу жэрыжэм утету джэдыкӀэм тебгъэхуэн хуейт, ар зыхузэфӀэкӀыр Къэрэжь хуэдэ зырызт— Лъапсэ, 103

3. ЦӀыхум, псэущхьэм и теплъэр, зэщхьыр зыгъэбелджылы.

Дыгъужьщ, жиӀэнущ къэзылъагъум, И хьэлкӀи фэкӀи ар дыгъужьщ.— Хьэ. «Дамыгъэ», 80

+2 örnek

Пэжу, Астемыр Псыхуабэ зэрыкӀуэрэ махуищ фӀэкӀа мыхъуу, Нурхьэлий и нитӀыр къихуу, и жьафэр къыӀурылэлу алмэстым ещхьу Налшык ХьэтӀохъущокъуэ садым пабжьэм хэсу къыщагъуэтащ. И фэкӀи и плъэкӀэкӀи ар зэрыделэр белджылыт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 240

Ауэрэ зыгуэрым гу лъитащ [Къэрэмырзэ] и фэмкӀэ, и зыщӀыкӀэмкӀэ, и кӀуэкӀэмкӀэ ахъшэфӀ иӀыгъыу.— Лыгъэ, 408

4. Зыгуэрым и плъыфэ къэзыгъэлъагъуэ.

[Хьэкурынэ] Шыуанышхуэм изу ита псыр ивыкӀыху ягъавэри шыуаныщӀэм гъуабжафэу кӀэнтхъ тӀэкӀу къонэ.— Лъапсэ, 101

+2 örnek

УзищӀысыр укъащӀатэм, Фэлъырибгъур а уи щӀыфэм Ирахынти уахуэзатэм, Уэ лӀыжь бзаджэу уэгушыфэм.— Тисей, 507

Зыр Къул Зулкъэрнейт, республикэм и унафэщӀт, лӀы сырыхуфэ, военнэ щыгъынкӀэ хуэпауэ, и фэкӀэ урысым ещхьу.— Щынэхужьыкъуэ, 35

Deyimler (28)

[и] фэ елъытын

Зыгуэрым егъэпщэн, елъытын.

А мафӀэм и фэ еплъытмэ, Жыр дыдэр мэхъур зэхэбгъэкӀ.— Жыр хъуаскӀэ. «Мывэ хуабэ», 15

+1 örnek

И щӀалэм и фэ ириплъу, Илъагъумэ, хъууэ нэщхъыфӀэ, Зы хъыджэбз гуакӀуи мыжыжьэу Бгыжь лъапэм дежым щопсэур.— Адэ, 130

[и] фэ еплъын

Зыгуэрым и фэ, и плъыфэ нэгъуэщӀ предметым бгъэдэлъхьэн, егъэщхьын.

А жыг дахэм я фэ есплъу Хъыджэбз Ӏэджи си гум къокӀ— Пхъэху жыг. «Мывэ хуабэ», 76

+1 örnek

Езы сабийр и адэм къыпачам хуэдэу ещхьщи, Албиян и фэ ириплъу Хьэбибэ и псэм хэлъым хуэдэу елъагъу.— Нал къута, 278

фэ къеплъын

Куэдрэ зримылъэфыхьу Къэрэмырзэ кӀэригъэху защӀэу лӀым гу щылъитэм, мыр Къэрэмырзэу цӀыхур зыгъэшынэр арауэ къыщӀэкӀынкъым, къэрабгъафэ къызэзыплъа бзаджэнаджэ гуэрщ, жыхуиӀэу зыӀуригъэхын и гугъащ: - Сызыхуэзэм тумэн есту щытатэмэ, си дзэлыфэр тӀауэ уэрамым сыдэлътэкъэ, - жиӀэри.— Лыгъэ, 409

+1 örnek

Езы Луи и псалъэ пичащ икӀи зигъэгусащ, сэ нэхъ сыкъэвэну фэ щхьэ къызиплъа, жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 600

Еплъ: [и] фэ еплъын

фэ къытеуэн

И плъыфэкӀэ нэхъыфӀ е нэхъ Ӏей и лъэныкъуэкӀэ зихъуэжын.

Абы къыхэкӀыу Истамбыл нэгъуэщӀыфэ къытеуат, япэм гъэщӀэрэщӀауэ, дахэу, Ӏэхулъэхуу зэрыщытам хуэдэжтэкъым, нэхъ нэщхъей хъуат, еша хуэдэт, гъуэгуанэ кӀыхь къикӀуа иужь уанэ зытраха шым ебгъэщхьу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663

+1 örnek

КӀыщми зеиншафэ къытеуауэ, Ӏэуэлъауэ лъэпкъ щызэхыумыхыжу, сыдж ву макъми пичауэ, шэдыбжьым хъуаскӀэ къыдримыхуеижу нэщӀ хъуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 295

фэ зытегъэуэн

ЗыгъэфэрыщӀын.

Инал къэгубжьат, зиӀыгъыу фэ зытригъэуами.— Мазэ ныкъуэ щхуантӀэ, 591

+2 örnek

Ботэх къыгурыӀуат зи ужь ситри, къэпӀейтеящ, арщхьэкӀэ къэгузэвэщауэ фэ зытригъауэртэкъым.— Лъапсэ, 93

Мэжджыт кӀуэцӀым дэтым хьэжыр къащыхыхьэм, дуней хьэзабыр диным папщӀэ ишэчауэ, диным щхьэкӀэ и псэр итыну а фэр зытригъауэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 78

[и] фэ къихьэн

Теплъэ гуэр игъуэтын.

Хьэбибэ игъэщӀэгъуащ: Илъэс пщыкӀух хъуа-мыхъуа, жиӀэу хэтыт абы еплъыр. И Ӏэпкълъэпкъым зиукъуэдиямэ, и фэ къихьамэ, зэфӀэкӀащ. Гуащэ игъэджэгуу щыс хъыджэбз цӀыкӀу мыгъуэр япхъуатэрти яхьырт.— Щынэхужьыкъуэ, 19

фэ темытын

Фэншэу щытын, теплъэ щӀагъуэ имыӀэн.

ЦӀыхур дахэкӀэ зэбгрыкӀыжыну фэ теткъым, Нартыхуи клубым щӀыхьэу абы хуэдэ Ӏуэхум тепсэлъыхьыну хуеиххакъым, къызэрыхуамыгъэгъунур ещӀэ, имыщӀэр сыт: яхэкӀыжа зэрыхъунур— Лъапсэ, 74

+2 örnek

Нурхьэлий бэлътоужь, шухьэм ищӀыӀу къэп тедауэ, щыгъщ, и шырыкъуитӀри лъэдакъэ лъагэу, и пэри и жьэпкъри зэӀусэжыным нэса жыуигъэӀэу, и пащӀэ тӀэкӀури адрейхэм я пащӀэм емыщхьу щӀэщарэ фэи темыту, цӀыху Ӏувым сыт ищӀыс лъэныкъуэкӀи къахэщу яхэтти, арат псори нэхъ зэплъыр— Хъуэпсэгъуэ нур, 152

ЩӀалэгъуалэр, дауи, Астемыр и лъэныкъуэт, ауэ лӀыжь-фызыжь, духьэшы къуажэм дэсым уагурыӀуэну фэ ятеттэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 657

[и] фэр техын

УкӀын, ужьыгун мыхьэнэ иӀэу шхыдэ псалъэщ.

КъыджиӀакъым жывмыӀэж: кхъухьыр тщӀырэ дитӀысхьэжмэ, абы изгъэтӀысхьэм цыуэ ятетым щыщу зы налъэ е зы къабзий къыхэхумэ, залымыгъэ зезыхьам и фэр мы си фӀалъэмкӀэ тесхынщ, – жиӀэри кхъухьыпщым и зы лъакъуэр иӀэтри и лъэбжьанэр яригъэлъэгъуащ.— Кхъухь пхэнж, 506

фэм дэкӀын

Бэлыхь, гугъуехь гуэр шэчын.

А Ӏуэхур псоми яхузэфӀэкӀынутэкъым, шы къэпщэхун папщӀэ шы и пӀалъэ пщӀэн хуейт, абы ищӀыӀужкӀэ уанэгум уис защӀэу зы тхьэмахуи тхьэмахуитӀи къэпкӀухьын папщӀэ, куэд уи фэм дэбгъэкӀыфу ущымыту хъунт. Арат Щамхьун хэт лӀыщӀэу къищтэми и лӀыгъэ зэхигъэкӀмэ фӀэфӀу щӀыжиӀэр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 161

+2 örnek

Слъэгъуакъэ, си фэм дэмыкӀами, Насыпыр нэпскӀэ зыгъэщӀытэ.— Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 216

Хьэбибэт унэр зезыхьэр – махуэм тӀэу псыхьэ кӀуэрт, щхьэл кӀуэн хуеймэ, ари зи фэ дэкӀыр и анэрат.— Щынэхужьыкъуэ, 21

фэм дагъэ щыхуэн

Зыгуэрым щытхъун, тхъупсыр къегъэжэхын.

Уэрэд зэхэзылъхьэм Ар и напщӀэтелъу, Зи уэрэд ягъэӀум И фэм дагъэ щахуэу Хэкур иригуфӀэрт.— Уэрэдгъэшэс. «Дамыгъэ», 212

+1 örnek

НтӀэ феджэ! – жиӀэри Берие къыпыгуфӀыкӀащ Кодоевым и фэм дагъэ къыщихуэу— Лъапсэ, 87

фэм дэхын

Бэлыхь, гугъуехь гуэр егъэшэчын.

Зэзакъуэ заведующыщӀэр къэсащэрэт, куэдщ Жансэхъу ди фэм дихар, жаӀэу цӀыкӀухэр щӀэхъуэпст.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 547

фэм зиужьын

НэхъыфӀ хъун, зыкъэщӀэжын, и къару къихьэжын.

Зи гум хэщӀами лъы игъуэтмэ, Аргуэру и фэм зыкъеужь— Лъы уасэ. «Щхьэлыкъуэ», 398

фэм изын

Шхын, щыгъын с.ху. зыхуей хуэзэн.

Астемыр и гур и къуитӀым деж мыжэу хъунт. Сыту насыпышхуэт Лурэ Темботрэ а щӀалэ цӀыкӀу къомым яхэту еджэу щытатэмэ. Я фэм изу, я ныбэ изу, щӀыӀэ долӀэ жамыӀэу, ирагъаджэу, ягъасэу!— Хъуэпсэгъуэ нур, 182

фэм икӀын

– ДунейкӀэ жыхьэнэмэр ди фэм икӀащи, ахърэткӀэ жэнэтыр къытлъысынущ, – жиӀэурэ Къэрэмырзэ цӀыху зигу кӀуэда хуэзэмэ, и гур фӀы хуищӀыжырт, зауэр яухыу къалэр аргуэру къащтэжа нэужь— Лыгъэ, 412

Еплъ: фэм дэкӀын

[и] фэм илъын

ЦӀыхум щыгъын, кӀэрылъын.

Си фэм илъым фӀэкӀа щыгъын сиӀэтэкъым, си тепӀэнщӀэлъын тӀэкӀур зэкӀуэцӀысшыхьри си щӀыбым илъу ищхъэрэкӀэ згъэзащ.— МелыӀыч, 473

+1 örnek

[Исуф:] – Фо зезыхьэр и Ӏэпэ йобзей жиӀащ пасэрейм, мылъку зиӀэ гуэрым и мылъку хузетхьэн хуей хъумэ, ди фэ илъыни дгъуэтынщ икӀи дымэжэлӀэнкъым.— Лэчымэ, 390

фэм иткӀухьын

Гузэвэн.

Зызгъэджэрэзу зыкъомрэ сыщылъащ. Жейм сезэгъыркъым, сыгузавэурэ си фэм соткӀухь.— МелыӀыч, 457

фэр зэкӀуэкӀын

Губжьын, гур хэщӀын.

ХьэщӀэми гукъеуэ гуэр иӀэщ: игъащӀэм илъагъу мыхъуу щыта и бийм и цӀэр Тэрчкъалэм фӀащащи, ар и гум техуэркъым, къалэм и цӀэр – Орджоникидзе – зэхихмэ, и фэр зокӀуэкӀ.— Лъапсэ, 86

+1 örnek

Мэзкуу хъыджэбзым [Хьэбибэ] еплъмэ и фэр зокӀуэкӀ.— Щынэхужьыкъуэ, 27

[и] фэр ихын

Гугъу егъэхьын, гъэбэмпӀэн.

Шым уеплъ щхьэкӀи къыпхуэцӀыхуну Ӏэмал иӀэтэкъым, и фэр зыщэхуам ирихат, хьэлэчу ягъэгъуат, фэрэ къупщхьэрэ фӀэкӀа къэмынэу.— Анка, 382

+2 örnek

[Хьэбибэ и гупсысэ, Алыхьым хуэгъэзауэ лъэӀу:] Бэлыхь мащӀи сшэчакъым, си фэр изыхар къулейсызыгъэрщ, сыбгъэунэхуну арами сщӀэркъым – дунейр си лъапэдэгъэзеигъуэщ, зы махуэ «уэху» жысӀакъым.— Щынэхужьыкъуэ, 28

[Къэрэлъашэ, Кулисум хуэгъэзауэ:] Аракъэ я гум темыхуар – сондэджэру цӀыхум я фэр ирех, жаӀэри. ЛӀо сондэджэрыр лажьэркъэ?— Нэгъуху, 35

[и] фэр къихьэжын

И къару къихьэжын, зыкъэщӀэжын.

Пшапэр зэхэуэмэ, къуршым дихьэнщи, увыпӀэ дыщылъыхъуэнщ икӀи зыдгъэпсэхунщ, махъшэри дгъэхъуэкӀуэнщ, и фэр тӀэкӀу къихьэжын хуэдэу.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 403

+2 örnek

Езыхэм [лагерым и тетхэм] хуэдэу лагерым къадыдис щӀалэм хуэгумащӀэ хуэдэу защӀурэ и фэр къихьэжыху ягъашхэ.— ГущӀэгъу, 422

Елдар, и губжьыр щхьэщыкӀ хуэдэ хъуати, и фэр нэхъ къихьэжащ, арщхьэкӀэ Дисэхэ я пщӀантӀэм хьэргъэшыргъэшхуэ къыщыхъеящ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 135

фэр къун

Ужьыгун, убэрэжьын, удын едзын.

Къаубыдам лӀы мышынэу закъыфӀегъэщӀ, уеблэмэ къыпогуфӀыкӀ. Нобэ къэмысми, пщэдей къэсынщ, сэ сыкъэзыгъэкӀуари, итӀанэ фи фэр якъунщ, жиӀэ хуэдэт.— Щынэхужьыкъуэ, 68

+2 örnek

– Уи дзэлыфэр умытӀ, Ар пфӀэмыфӀым, уи фэр ткъунщ, Къащтэ, пӀыгъым дрикъунщ. «— Бажэ пшынэ, 12

– Уи дзэлыфэр уэ умытӀ, Ар пфӀэмыфӀым, уи фэр ткъунщ, Къащтэ пӀыгъыр, жыпӀар куэдщ! «— Бажэ пшынэ, 8

фэр мыӀеин

И теплъэкӀэ тэмэмын, гурыхьын.

[Васэрэ механикымрэ я псалъэмакъ:] «Уи фэ Ӏейкъым нобэ». «ЛӀо щӀэӀеинур – си унагъуэ, жыпӀэнущи тхьэм къузэритын, си фызыр – хур цӀыхубзщ». «Си фызыр иджыри псэущ», жиӀэу механикыр мэщатэ.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 161

+1 örnek

[Гъуумар:] – Астемыр… Сыт ухуэдэ, тхьэм жиӀэмэ? Уи фэр Ӏейкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 195

фэр пыкӀын

Фагъуэ хъун. -531.

Урарэ джэлэным тӀэкӀут къэнэжар, арщхьэкӀэ, и насыпти, и лъэр къыщӀиубыдэжащ, и фэр пыкӀами.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 584

+2 örnek

Борэн кӀыфӀыр къыкъуэкӀауэ Уэсыр мэзым щеухуэнщӀ, Мазэм и фэри пыкӀауэ Къуапэр пӀийми, и кур нэщӀщ.— Борэн. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 23

ГПУ формэкӀэ хуэпар щилъагъум, Алий тхьэмыщкӀэм и фэр пыкӀащ, ЛӀыгъур Ибрахьим и ужьыр ирагъэхуну къэкӀуа и гугъэри.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 530

фэр пыкӀынпыхьэн

Мэсхьуд и фэр покӀ, похьэ, жиӀэ щӀагъуи щыӀэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 206

Еплъ: фэр пыкӀын

фэр пыхун

ЛӀыр лӀыгъэншэ – пащӀэ тетыр ФӀаупсамэ, и пэр пыхут.— ПащӀэ. «Дамыгъэ», 118

Еплъ: фэр пыкӀын

фэр фӀын

И теплъэкӀэ мыӀеин, фӀын, тэмэмын.

[Хьэжумар:] … Плъагъурэ шыщӀэр. Мис ар шы хъунщ. Адыгэш къабзэщ. [Хьэтау:] Я фэр фӀыщ.— Алъхъо, 92

фэр шэхум хуэдэу пыкӀын

Жансэхъу и фэр шэхум хуэдэу пыкӀащ, нэхъеижу шынар хэт жыпӀэмэ – Матренэщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 557

Еплъ: фэр пыкӀын

фэрэ къупщхьэу гъун

Гъур, лыншэ, фэншэ хъун.

Шым уеплъ щхьэкӀи къыпхуэцӀыхуну Ӏэмал иӀэтэкъым, и фэр зыщэхуам ирихат, хьэлэчу ягъэгъуат, фэрэ къупщхьэрэ фӀэкӀа къэмынэу.— Анка, 382

[и] фэр ӀэбжьанэкӀэ техын

Гугъу егъэхьын, бэлыхь хэгъэтын, и фэр ихын.

Сэри скальпелыр къасщтауэ, си пащхьэм илъ хъыджэбз пцӀанэм соплъри сигукӀэ согъэщӀагъуэ мы цӀыхубзу дахагъэкӀэ уи нэгур зыгъэджылыр джэгуалъэ зыщӀам и фэр дауэ ӀэбжьанэкӀэ зэрытомыхынур жысӀэу.— Лъапсэ, 20

+1 örnek

Уи фэр ӀэбжьанэкӀэ тезыхын гуэрщ, къыпщысхьынукъым [къалэм и мэрыр].— ХьэщӀэ лъапӀэ, 405

Atasözleri (1)

бажэм и фэр и бийщ

Еплъ: бажэ

Kitapta geçtiği hali

ДЭКӀЫН (докӀ) лъэмыӀ. (270). 1. (86). Зэхуаку гуэркӀэ гъуэгуанэ кӀун; къалэ, къуэ, ауз, къуажэ, пщӀантӀэ хуэдэхэр къызэбнэкӀыу. Шум и ужьым иту пщӀантӀэм дэта къомри дэкӀащ, уэршэру, зэныкъуэкъуу, Долэт елъэбышэу, Данизэти и Щхьэгъуэплъым и гугъу ищӀу. Хъуэпсэгъуэ нур, 315. Къалэм дэсари дэкӀри ежьэжат дзэм фӀэкӀа къыдэмынэу, я хьэпи-шыпи дашри нэгъуэщӀ щӀыналъэ итӀысхьат, къэралитӀ зэзауэм я кум дыдэмыкӀуадэ щӀыкӀэ, жаӀэри. Лыгъэ, 410. Уэрам зэв цӀыкӀумкӀэ дэкӀыу здэкӀуэм, Исхьэкъ гъуоуэ джэныр иухри къигъэзэжауэ яӀущӀащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 635. 2. (8). Лъагъуэ, гъуэгу с.ху. зыщӀыпӀэ дэкӀыу, плъагъуу щытын. Уплъэмэ – аузым дэкӀ гъуэгур уолъагъу, псыми адэкӀэ-мыдэкӀэ зедзри еуэкӀыпӀэ къэс лъэмыж зырыз телъщ. Нал къута, 299. Бгым дэкӀ гъуэгур нэшэкъашэщ, ЩхьэщыхупӀэхэр гъунэгъущ. Бгым дэкӀ гъуэгу. «Батырыбжьэ», 38. Джабэм дэкӀ лъагъуэр удз Ӏувым хэплъагъукӀ къудей щхьэкӀэ, утекӀыну Ӏэмал иӀэкъым. Лъапсэ, 69. 3. (24). Лэжьыгъэ, къулыкъу гуэр гъэзэщӀэн мурадкӀэ зыщӀыпӀэ кӀуэн. [Дэфэрэдж] Фызабэу къанэри вакӀуэ дэкӀмэ, ядыдэкӀрэ вэуэ, мэкъуауэ кӀуэмэ, ядэкӀуэрэ мэкъу ядеуэу, абы ищӀыӀужкӀэ фыз Ӏэзэу щытащ, къытекӀуэ хэкум имысу. Лъапсэ, 28. Хьэжыр апхуэдизкӀэ ерыщти, гъатхэм вакӀуэ дэкӀынухэр дзейуэ щызэгухьэкӀэ, Инус къыгухьэн имыгъуэту и витӀымкӀэ езыр-езыру вэжырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 63. Грузовик Ӏэджэ зэужьхэу Бригадэр губгъуэм дэкӀащ. Си къуажэ. «Бгы лъапэхэм деж», 42. 4. (28). Бгы, лъагапӀэ гуэрым дэкӀуеин. [Якъуб] Нэмыцэр Ӏуащхьэмахуэ дэкӀри Гитлер и сурэт иту нып трагъэуващ, жаӀэу щызэхихым, къэгувжьеящ: нтӀэ, Советскэ властыр абдеж щиухыжауэ къыщӀэкӀынщ, жиӀэри. Нал къута, 304. Къуршыщхьэ лъагэр къызэджати, Бгы джабэ задэм сэ сыдокӀ. Къуршыщхьэ лъагэр. «Дамыгъэ», 227. Жыжьэ сыплъэну сигу къихьа – Щыгум сыдокӀри зызоплъыхь. Жыжьэ сыплъэну сигу къихьа… «Батырыбжьэ», 25. 5. (124). Зэман гуэр кӀуэн, блэкӀын. Махуэ дэкӀа, махуитӀ дэкӀа – Ӏурарэ пщэдджыжьым жьыуэ цӀыхухъу макъ зэхех къаджэу. Къалэн, 433. Мазэ дэкӀами арат, Дисэ аргуэру гуцӀыкӀукӀэ я пщӀантӀэм щыдашэжам, нысэри и къуэрылъху хъыджэбз цӀыкӀуитӀри и гъусэу. ГущӀэгъу, 425. Илъэсищи фӀэкӀ дэмыкӀыу, Жэщым мазэр къыщӀэмыкӀыу Шууэ щӀалэр зекӀуэ йожьэ – Иныжьыщхьэм хахуэр йощэ. «Елбэздыкъуэ», 8. ◊ Фэм дэкӀын (13). Еплъ фэ II.

ФЭ II (97). 1. (74). ЦӀыхум, псэущхьэм ищӀыӀукӀэ я щӀыфэм джафэу телъыр. Къылышбий и къуэр бгъэдэлъэдащ Жырэслъэн, напӀэзыпӀэу лӀым и пащӀэ лъэныкуъэр къиубыдри зэрылъэкӀкӀэ къеӀащ. ПащӀэм щыщу цы Ӏэрамэ цӀыкӀу лыри фэри къыдэкӀуэу къыхичати, лъыкъуалэр кърикӀуту къижу хуежьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 117. Жэмыр лӀа пэтрэ, Хьэту фӀигъэжыжати, лъы ткӀуэпс къыщыщӀэмыкӀым, «псэхэлӀэр хьэрэмщ», жиӀэри и фэр трихри икъуащ, вакъапхъэ ищӀыну – арат илъэс псокӀэ къилэжьар. Къалэн, 429. Кхъухьыр зэрыкхъухьу къызыхэщӀыкӀар мэзыкхъуэ пӀащэм и фэмрэ пхъэху пхъэбгъу пӀащӀэ цӀыкӀурэти, псынщӀабзэт. Лъапсэ, 40. 2. (3). КъэкӀыгъэ, жылэ сыт хуэдэхэм къытекӀыр. А пщащэм дыгъэм и щӀыфэр, Дэм и фэм хуэдэу, исауэ СлъагъухукӀэ си гур мэгуфӀэ, Щэхуу сэ соплъыр сесауэ. КъызжефӀэ. «Бгы лъапэхэм деж», 37. Дэшхуэм и фэр тоху, дэр хъуа иужь, дэр мыхъуамэ, дафэ цӀынэр пхутехынукъым. Абы иригъэщхьырт Астемыр мэжджытым и Ӏуэхур. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 640. ДжэдыкӀэм джэдыкӀэпсыр кърагъэжырт, джэдыкӀафэр ягъэтӀылъти, шым утесу жэрыжэм утету джэдыкӀэм тебгъэхуэн хуейт, ар зыхузэфӀэкӀыр Къэрэжь хуэдэ зырызт. Лъапсэ, 103. 3. (15). ЦӀыхум, псэущхьэм и теплъэр, зэщхьыр зыгъэбелджылы. Дыгъужьщ, жиӀэнущ къэзылъагъум, И хьэлкӀи фэкӀи ар дыгъужьщ. Хьэ. «Дамыгъэ», 80. Пэжу, Астемыр Псыхуабэ зэрыкӀуэрэ махуищ фӀэкӀа мыхъуу, Нурхьэлий и нитӀыр къихуу, и жьафэр къыӀурылэлу алмэстым ещхьу Налшык ХьэтӀохъущокъуэ садым пабжьэм хэсу къыщагъуэтащ. И фэкӀи и плъэкӀэкӀи ар зэрыделэр белджылыт. Хъуэпсэгъуэ нур, 240. Ауэрэ зыгуэрым гу лъитащ [Къэрэмырзэ] и фэмкӀэ, и зыщӀыкӀэмкӀэ, и кӀуэкӀэмкӀэ ахъшэфӀ иӀыгъыу. Лыгъэ, 408. 4. (5). Зыгуэрым и плъыфэ къэзыгъэлъагъуэ. [Хьэкурынэ] Шыуанышхуэм изу ита псыр ивыкӀыху ягъавэри шыуаныщӀэм гъуабжафэу кӀэнтхъ тӀэкӀу къонэ. Лъапсэ, 101. УзищӀысыр укъащӀатэм, Фэлъырибгъур а уи щӀыфэм Ирахынти уахуэзатэм, Уэ лӀыжь бзаджэу уэгушыфэм. «Тисей», 507. Зыр Къул Зулкъэрнейт, республикэм и унафэщӀт, лӀы сырыхуфэ, военнэ щыгъынкӀэ хуэпауэ, и фэкӀэ урысым ещхьу. Щынэхужьыкъуэ, 35. ◊ [И] фэ елъытын (5). Зыгуэрым егъэпщэн, елъытын. А мафӀэм и фэ еплъытмэ, Жыр дыдэр мэхъур зэхэбгъэкӀ. Жыр хъуаскӀэ. «Мывэ хуабэ», 15. И щӀалэм и фэ ириплъу, Илъагъумэ, хъууэ нэщхъыфӀэ, Зы хъыджэбз гуакӀуи мыжыжьэу Бгыжь лъапэм дежым щопсэур. «Адэ», 130. [И] фэ еплъын (14). Зыгуэрым и фэ, и плъыфэ нэгъуэщӀ предметым бгъэдэлъхьэн, егъэщхьын. А жыг дахэм я фэ есплъу Хъыджэбз Ӏэджи си гум къокӀ. Пхъэху жыг. «Мывэ хуабэ», 76. Езы сабийр и адэм къыпачам хуэдэу ещхьщи, Албиян и фэ ириплъу Хьэбибэ и псэм хэлъым хуэдэу елъагъу. Нал къута, 278. Фэ къеплъын (2). Еплъ [и] фэ еплъын. Куэдрэ зримылъэфыхьу Къэрэмырзэ кӀэригъэху защӀэу лӀым гу щылъитэм, мыр Къэрэмырзэу цӀыхур зыгъэшынэр арауэ къыщӀэкӀынкъым, къэрабгъафэ къызэзыплъа бзаджэнаджэ гуэрщ, жыхуиӀэу зыӀуригъэхын и гугъащ: - Сызыхуэзэм тумэн есту щытатэмэ, си дзэлыфэр тӀауэ уэрамым сыдэлътэкъэ, - жиӀэри. Лыгъэ, 409 Езы Луи и псалъэ пичащ икӀи зигъэгусащ, сэ нэхъ сыкъэвэну фэ щхьэ къызиплъа, жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 600. Фэ къытеуэн (2). И плъыфэкӀэ нэхъыфӀ е нэхъ Ӏей и лъэныкъуэкӀэ зихъуэжын. Абы къыхэкӀыу Истамбыл нэгъуэщӀыфэ къытеуат, япэм гъэщӀэрэщӀауэ, дахэу, Ӏэхулъэхуу зэрыщытам хуэдэжтэкъым, нэхъ нэщхъей хъуат, еша хуэдэт, гъуэгуанэ кӀыхь къикӀуа иужь уанэ зытраха шым ебгъэщхьу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663. КӀыщми зеиншафэ къытеуауэ, Ӏэуэлъауэ лъэпкъ щызэхыумыхыжу, сыдж ву макъми пичауэ, шэдыбжьым хъуаскӀэ къыдримыхуеижу нэщӀ хъуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 295. Фэ зытегъэуэн (11). ЗыгъэфэрыщӀын. Инал къэгубжьат, зиӀыгъыу фэ зытригъэуами. Мазэ ныкъуэ щхуантӀэ, 591. Ботэх къыгурыӀуат зи ужь ситри, къэпӀейтеящ, арщхьэкӀэ къэгузэвэщауэ фэ зытригъауэртэкъым. Лъапсэ, 93. Мэжджыт кӀуэцӀым дэтым хьэжыр къащыхыхьэм, дуней хьэзабыр диным папщӀэ ишэчауэ, диным щхьэкӀэ и псэр итыну а фэр зытригъауэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 78. [И] фэ къихьэн (1). Теплъэ гуэр игъуэтын. Хьэбибэ игъэщӀэгъуащ: Илъэс пщыкӀух хъуа-мыхъуа, жиӀэу хэтыт абы еплъыр. И Ӏэпкълъэпкъым зиукъуэдиямэ, и фэ къихьамэ, зэфӀэкӀащ. Гуащэ игъэджэгуу щыс хъыджэбз цӀыкӀу мыгъуэр япхъуатэрти яхьырт. Щынэхужьыкъуэ, 19. Фэ темытын (20). Фэншэу щытын, теплъэ щӀагъуэ имыӀэн. ЦӀыхур дахэкӀэ зэбгрыкӀыжыну фэ теткъым, Нартыхуи клубым щӀыхьэу абы хуэдэ Ӏуэхум тепсэлъыхьыну хуеиххакъым, къызэрыхуамыгъэгъунур ещӀэ, имыщӀэр сыт: яхэкӀыжа зэрыхъунур. Лъапсэ, 74. Нурхьэлий бэлътоужь, шухьэм ищӀыӀу къэп тедауэ, щыгъщ, и шырыкъуитӀри лъэдакъэ лъагэу, и пэри и жьэпкъри зэӀусэжыным нэса жыуигъэӀэу, и пащӀэ тӀэкӀури адрейхэм я пащӀэм емыщхьу щӀэщарэ фэи темыту, цӀыху Ӏувым сыт ищӀыс лъэныкъуэкӀи къахэщу яхэтти, арат псори нэхъ зэплъыр. Хъуэпсэгъуэ нур, 152. ЩӀалэгъуалэр, дауи, Астемыр и лъэныкъуэт, ауэ лӀыжь-фызыжь, духьэшы къуажэм дэсым уагурыӀуэну фэ ятеттэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 657. [И] фэр техын (15). УкӀын, ужьыгун мыхьэнэ иӀэу шхыдэ псалъэщ. КъыджиӀакъым жывмыӀэж: кхъухьыр тщӀырэ дитӀысхьэжмэ, абы изгъэтӀысхьэм цыуэ ятетым щыщу зы налъэ е зы къабзий къыхэхумэ, залымыгъэ зезыхьам и фэр мы си фӀалъэмкӀэ тесхынщ, – жиӀэри кхъухьыпщым и зы лъакъуэр иӀэтри и лъэбжьанэр яригъэлъэгъуащ. Кхъухь пхэнж, 506. Фэм дэкӀын (13). Бэлыхь, гугъуехь гуэр шэчын. А Ӏуэхур псоми яхузэфӀэкӀынутэкъым, шы къэпщэхун папщӀэ шы и пӀалъэ пщӀэн хуейт, абы ищӀыӀужкӀэ уанэгум уис защӀэу зы тхьэмахуи тхьэмахуитӀи къэпкӀухьын папщӀэ, куэд уи фэм дэбгъэкӀыфу ущымыту хъунт. Арат Щамхьун хэт лӀыщӀэу къищтэми и лӀыгъэ зэхигъэкӀмэ фӀэфӀу щӀыжиӀэр. Хъуэпсэгъуэ нур, 161. Слъэгъуакъэ, си фэм дэмыкӀами, Насыпыр нэпскӀэ зыгъэщӀытэ. Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 216. Хьэбибэт унэр зезыхьэр – махуэм тӀэу псыхьэ кӀуэрт, щхьэл кӀуэн хуеймэ, ари зи фэ дэкӀыр и анэрат. Щынэхужьыкъуэ, 21. Фэм дагъэ щыхуэн (2). Зыгуэрым щытхъун, тхъупсыр къегъэжэхын. Уэрэд зэхэзылъхьэм Ар и напщӀэтелъу, Зи уэрэд ягъэӀум И фэм дагъэ щахуэу Хэкур иригуфӀэрт. Уэрэдгъэшэс. «Дамыгъэ», 212. НтӀэ феджэ! – жиӀэри Берие къыпыгуфӀыкӀащ Кодоевым и фэм дагъэ къыщихуэу. Лъапсэ, 87. Фэм дэхын (1). Бэлыхь, гугъуехь гуэр егъэшэчын. Зэзакъуэ заведующыщӀэр къэсащэрэт, куэдщ Жансэхъу ди фэм дихар, жаӀэу цӀыкӀухэр щӀэхъуэпст. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 547. Фэм зиужьын (1). НэхъыфӀ хъун, зыкъэщӀэжын, и къару къихьэжын. Зи гум хэщӀами лъы игъуэтмэ, Аргуэру и фэм зыкъеужь. Лъы уасэ. «Щхьэлыкъуэ», 398. Фэм изын (1). Шхын, щыгъын с.ху. зыхуей хуэзэн. Астемыр и гур и къуитӀым деж мыжэу хъунт. Сыту насыпышхуэт Лурэ Темботрэ а щӀалэ цӀыкӀу къомым яхэту еджэу щытатэмэ. Я фэм изу, я ныбэ изу, щӀыӀэ долӀэ жамыӀэу, ирагъаджэу, ягъасэу! Хъуэпсэгъуэ нур, 182. Фэм икӀын (1). Еплъ фэм дэкӀын. – ДунейкӀэ жыхьэнэмэр ди фэм икӀащи, ахърэткӀэ жэнэтыр къытлъысынущ, – жиӀэурэ Къэрэмырзэ цӀыху зигу кӀуэда хуэзэмэ, и гур фӀы хуищӀыжырт, зауэр яухыу къалэр аргуэру къащтэжа нэужь. Лыгъэ, 412. [И] фэм илъын (2). ЦӀыхум щыгъын, кӀэрылъын. Си фэм илъым фӀэкӀа щыгъын сиӀэтэкъым, си тепӀэнщӀэлъын тӀэкӀур зэкӀуэцӀысшыхьри си щӀыбым илъу ищхъэрэкӀэ згъэзащ. МелыӀыч, 473. [Исуф:] – Фо зезыхьэр и Ӏэпэ йобзей жиӀащ пасэрейм, мылъку зиӀэ гуэрым и мылъку хузетхьэн хуей хъумэ, ди фэ илъыни дгъуэтынщ икӀи дымэжэлӀэнкъым. Лэчымэ, 390. Фэм иткӀухьын (1). Гузэвэн. Зызгъэджэрэзу зыкъомрэ сыщылъащ. Жейм сезэгъыркъым, сыгузавэурэ си фэм соткӀухь. МелыӀыч, 457. Фэр зэкӀуэкӀын (2). Губжьын, гур хэщӀын. ХьэщӀэми гукъеуэ гуэр иӀэщ: игъащӀэм илъагъу мыхъуу щыта и бийм и цӀэр Тэрчкъалэм фӀащащи, ар и гум техуэркъым, къалэм и цӀэр – Орджоникидзе – зэхихмэ, и фэр зокӀуэкӀ. Лъапсэ, 86. Мэзкуу хъыджэбзым [Хьэбибэ] еплъмэ и фэр зокӀуэкӀ. Щынэхужьыкъуэ, 27. [И] фэр ихын (14). Гугъу егъэхьын, гъэбэмпӀэн. Шым уеплъ щхьэкӀи къыпхуэцӀыхуну Ӏэмал иӀэтэкъым, и фэр зыщэхуам ирихат, хьэлэчу ягъэгъуат, фэрэ къупщхьэрэ фӀэкӀа къэмынэу. Анка, 382. [Хьэбибэ и гупсысэ, Алыхьым хуэгъэзауэ лъэӀу:] Бэлыхь мащӀи сшэчакъым, си фэр изыхар къулейсызыгъэрщ, сыбгъэунэхуну арами сщӀэркъым – дунейр си лъапэдэгъэзеигъуэщ, зы махуэ «уэху» жысӀакъым. Щынэхужьыкъуэ, 28. [Къэрэлъашэ, Кулисум хуэгъэзауэ:] Аракъэ я гум темыхуар – сондэджэру цӀыхум я фэр ирех, жаӀэри. ЛӀо сондэджэрыр лажьэркъэ? Нэгъуху, 35. [И] фэр къихьэжын (4). И къару къихьэжын, зыкъэщӀэжын. Пшапэр зэхэуэмэ, къуршым дихьэнщи, увыпӀэ дыщылъыхъуэнщ икӀи зыдгъэпсэхунщ, махъшэри дгъэхъуэкӀуэнщ, и фэр тӀэкӀу къихьэжын хуэдэу. ХьэщӀэ лъапӀэ, 403. Езыхэм [лагерым и тетхэм] хуэдэу лагерым къадыдис щӀалэм хуэгумащӀэ хуэдэу защӀурэ и фэр къихьэжыху ягъашхэ. ГущӀэгъу, 422. Елдар, и губжьыр щхьэщыкӀ хуэдэ хъуати, и фэр нэхъ къихьэжащ, арщхьэкӀэ Дисэхэ я пщӀантӀэм хьэргъэшыргъэшхуэ къыщыхъеящ. Хъуэпсэгъуэ нур, 135. Фэр къун (3). Ужьыгун, убэрэжьын, удын едзын. Къаубыдам лӀы мышынэу закъыфӀегъэщӀ, уеблэмэ къыпогуфӀыкӀ. Нобэ къэмысми, пщэдей къэсынщ, сэ сыкъэзыгъэкӀуари, итӀанэ фи фэр якъунщ, жиӀэ хуэдэт. Щынэхужьыкъуэ, 68. – Уи дзэлыфэр умытӀ, Ар пфӀэмыфӀым, уи фэр ткъунщ, Къащтэ, пӀыгъым дрикъунщ. «Бажэ пшынэ», 12. – Уи дзэлыфэр уэ умытӀ, Ар пфӀэмыфӀым, уи фэр ткъунщ, Къащтэ пӀыгъыр, жыпӀар куэдщ! «Бажэ пшынэ», 8. Фэр мыӀеин (2). И теплъэкӀэ тэмэмын, гурыхьын. [Васэрэ механикымрэ я псалъэмакъ:] «Уи фэ Ӏейкъым нобэ». «ЛӀо щӀэӀеинур – си унагъуэ, жыпӀэнущи тхьэм къузэритын, си фызыр – хур цӀыхубзщ». «Си фызыр иджыри псэущ», жиӀэу механикыр мэщатэ. Тепщэч къэзылъэтыхь, 161. [Гъуумар:] – Астемыр… Сыт ухуэдэ, тхьэм жиӀэмэ? Уи фэр Ӏейкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 195. Фэр пыкӀын (27). Фагъуэ хъун. Урарэ джэлэным тӀэкӀут къэнэжар, арщхьэкӀэ, и насыпти, и лъэр къыщӀиубыдэжащ, и фэр пыкӀами. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 584. Борэн кӀыфӀыр къыкъуэкӀауэ Уэсыр мэзым щеухуэнщӀ, Мазэм и фэри пыкӀауэ Къуапэр пӀийми, и кур нэщӀщ. Борэн. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 23. ГПУ формэкӀэ хуэпар щилъагъум, Алий тхьэмыщкӀэм и фэр пыкӀащ, ЛӀыгъур Ибрахьим и ужьыр ирагъэхуну къэкӀуа и гугъэри. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 530-531. Фэр пыкӀынпыхьэн (1). Еплъ фэр пыкӀын. Мэсхьуд и фэр покӀ, похьэ, жиӀэ щӀагъуи щыӀэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 206. Фэр пыхун (1). Еплъ фэр пыкӀын. ЛӀыр лӀыгъэншэ – пащӀэ тетыр ФӀаупсамэ, и пэр пыхут. ПащӀэ. «Дамыгъэ», 118. Фэр фӀын (1). И теплъэкӀэ мыӀеин, фӀын, тэмэмын. [Хьэжумар:] … Плъагъурэ шыщӀэр. Мис ар шы хъунщ. Адыгэш къабзэщ. [Хьэтау:] Я фэр фӀыщ. Алъхъо, 92. Фэр шэхум хуэдэу пыкӀын (1). Еплъ фэр пыкӀын. Жансэхъу и фэр шэхум хуэдэу пыкӀащ, нэхъеижу шынар хэт жыпӀэмэ – Матренэщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 557. Фэрэ къупщхьэу гъун (1). Гъур, лыншэ, фэншэ хъун. Шым уеплъ щхьэкӀи къыпхуэцӀыхуну Ӏэмал иӀэтэкъым, и фэр зыщэхуам ирихат, хьэлэчу ягъэгъуат, фэрэ къупщхьэрэ фӀэкӀа къэмынэу. Анка, 382. [И] фэр ӀэбжьанэкӀэ техын (9). Гугъу егъэхьын, бэлыхь хэгъэтын, и фэр ихын. Сэри скальпелыр къасщтауэ, си пащхьэм илъ хъыджэбз пцӀанэм соплъри сигукӀэ согъэщӀагъуэ мы цӀыхубзу дахагъэкӀэ уи нэгур зыгъэджылыр джэгуалъэ зыщӀам и фэр дауэ ӀэбжьанэкӀэ зэрытомыхынур жысӀэу. Лъапсэ, 20. Уи фэр ӀэбжьанэкӀэ тезыхын гуэрщ, къыпщысхьынукъым [къалэм и мэрыр]. ХьэщӀэ лъапӀэ, 405. ☐ Бажэм и фэр и бийщ (2). Еплъ бажэ.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

çile

Düzeltme Öner

фэм дэкӀын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.