фоч дакъэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
дакъэ
1. Жыгхэм, къэкӀыгъэхэм я лъабжьэм и гъунэгъу Ӏыхьэ, и гъумыпӀэ, зыгуэрым и гъумыпӀэ.
рукомель (дерева, растения, бревна)
Жыг дакъэ. Нартыху дакъэ.
2. Жыгыр паупщӀа нэужь, къыхэна лъабжьэ, пхъэ тыкъыр.
рупень, кряж
Жыгей дакъэр мафӀэ гуащӀэ мэхъу.
3. Зыгуэрым и гъумыпӀэ.
руутолщенная часть чего-л. (напр. топорища)
ДжыдэкӀ дакъэ.
фоч
ШэпхъкӀэ е шэ закъуэкӀэ уэ Ӏэщэ.
руружье, винтовка
Фоч нэщӀ лӀитӀ гъэшынэщ.
+1 örnek
Фочыр уамэ хьэтыр щыӀэжкъым.— Псалъэжьхэр
Bu maddedeki ifadeler (10)
фоч тегъэуэн
русалютовать (из ружья).
{и} фоч шитӀ ирырелъхьэ
рупусть делает что угодно
фочым къикӀа шэуэ
рус большой скоростью.
Джэдум:} - Фочым къикӀа шэм хуэдэу пщӀантӀэм сыкъыдэлъэтри сыкъежьэжащ.— Япэу лъэбакъуэ зычахэр
фочыр къэгъэпкӀын
рувзвести курок.
Дэри ди фочхэр къэдгъэпкӀри ятедубыдат.. шухэм.— Советскэ Къэбэрдейм и ӀуэрыӀуатэхэр
фочыр узэдын
рузарядить ружье.
фоч дакъэ
ЩагъауэкӀэ дамэпкъым зэрырагъэкъу Ӏыхьэ.
руприклад (ружья)
Фоч дакъэкӀэ еуэн.
фоч закъуэрыуэ
Зы фочыку фӀэкӀ зимыӀэ фоч.
руодностволка
Лэгъупэжьыр пщыӀэм къыщӀожри фоч закъуэрыуэр дыгъужьым треубыдэ.— ӀуэрыӀуатэ
фоч зэгуэт
ФочыкуитӀ зиӀэ, зэуэ шитӀ зралъхьэ щакӀуэ фоч.
рудвустволка
Ди щакӀуэжьым и фоч зэгуэтыр и плӀэ иридзэщ, и парийр зыщӀигъури дэкӀащ.— Советскэ Къэбэрдейм и ӀуэрыӀуатэхэр
фоч кӀакхъу
Фочыр щагъауэкӀэ къашэщӀ гъущӀ Ӏэпэ.
рукурок винтовки
Kitapta geçtiği hali
дакъэ 1. комель (дерева, растения, бревна) / Жыгхэм, къэкӀыгъэхэм я лъабжьэм и гъунэгъу Ӏыхьэ, и гъумыпӀэ, зыгуэрым и гъумыпӀэ. Жыг дакъэ. Нартыху дакъэ. 2. пень, кряж / Жыгыр паупщӀа нэужь, къыхэна лъабжьэ, пхъэ тыкъыр. Жыгей дакъэр мафӀэ гуащӀэ мэхъу. 3. утолщенная часть чего-л. (напр. топорища) / Зыгуэрым и гъумыпӀэ. ДжыдэкӀ дакъэ. ЛӀы дакъэ см. лӀы. Фоч дакъэ см. фоч. Хьэку дакъэ см. хьэку.
фоч ружье, винтовка / ШэпхъкӀэ е шэ закъуэкӀэ уэ Ӏэщэ. Фоч нэщӀ лӀитӀ гъэшынэщ. * Фочыр уамэ хьэтыр щыӀэжкъым. (погов.) Фоч тегъэуэн салютовать (из ружья). {И} фоч шитӀ ирырелъхьэ пусть делает что угодно Фочым къикӀа шэуэ с большой скоростью. * Джэдум:} - Фочым къикӀа шэм хуэдэу пщӀантӀэм сыкъыдэлъэтри сыкъежьэжащ. Япэу лъ. з. Фочыр къэгъэпкӀын взвести курок. * Дэри ди фочхэр къэдгъэпкӀри ятедубыдат.. шухэм. Сов. Къэб. ифольк. Фочыр узэдын зарядить ружье. фоч дакъэ приклад (ружья) / ЩагъауэкӀэ дамэпкъым зэрырагъэкъу Ӏыхьэ. Фоч дакъэкӀэ еуэн. фоч закъуэрыуэ одностволка / Зы фочыку фӀэкӀ зимыӀэ фоч. * Лэгъупэжьыр пщыӀэм къыщӀожри фоч закъуэрыуэр дыгъужьым треубыдэ. фольк. фоч зэгуэт двустволка / ФочыкуитӀ зиӀэ, зэуэ шитӀ зралъхьэ щакӀуэ фоч. * Ди щакӀуэжьым и фоч зэгуэтыр и плӀэ иридзэщ, и парийр зыщӀигъури дэкӀащ. Сов. Къэб. ифольк. Фоч кӀакхъу курок винтовки / Фочыр щагъауэкӀэ къашэщӀ гъущӀ Ӏэпэ. фоч кӀэӀэкхъу к.-з. см. фоч кӀакхъу. * ЩӀэвмыгъауэ фоч кӀэӀэкхъухэр. Къэб.