псалъэ къыхудэмышеижын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

къыхудэмышеижын

Bu maddedeki ifadeler (1)

псалъэ къыхудэмышеижын

Еплъ: псалъэ

псалъэ

1. Бзэм щыщу къэхъукъащӀэ, предмет сыт хуэдэхэр къызэраӀуатэ цӀэ.

руслово

Нобэрей гуфӀэгъуэшхуэм хуэфащэу, абы и инагъыр къитӀэсыфу псалъэ щхьэхуэ къыжыӀэфын хуейт.— КӀэрашэ Тембот

2. Псалъэмакъ.

руразговор; речь

Псалъэм и пэр умыщӀэу и кӀэр пщӀэркъым.— Псалъэжьхэр

Bu maddedeki ifadeler (103)

псалъэ быдэ зэжеӀэн

рудать слово друг другу.

псалъэ быдэ тын

рудать честное слово кому-л.

псалъэ гуапэ

рутеплое слово.

псалъэ гуапэ жеӀэн

руутешить кого-л.

Нахъуэ къызэрыфӀэщӀымкӀэ, хъыбарыфӀ жылэм яхэпхьэмэ, ар цӀыхум псалъэ гуапэкӀэ яжеӀэн хуейщ.— КӀыщокъуэ Алим

псалъэ гуауэ

псалъэ хьэлъэ

Удын гуауэр мэгъущри, псалъэ гуауэр гъущыжкъым. (погов.)

псалъэ гуемыӀу

псалъэ жагъуэ

псалъэ гъущэ

рупустые слова (не подкрепленные делом).

псалъэ дахэ

рукрасивые фразы {слова}.

Псалъэ дахэм гъущӀыр къегъэш. (погов.)

псалъэ дэмыхуу

руслово в слово.

Псалъэ дэмыхуу жыӀэжын.

псалъэ дэӀун (хэӀун)

руввернуть, вставить словечко.

псалъэ дыгъэл

рукрасное словцо.

псалъэ дыдж

ругорькое, едкое слово.

Псалъэ дыджым гур егъэузри, хъущхъуэ дыджым узыр егъэхъуж.— Псалъэжьхэр

+1 örnek

Хъыджэбзыр аргуэру къэдзыхащ, игу гъууэ зызэхуишащ: псалъэ дыдж, гужьгъэжь губжь псалъэхэр къызэхихыным ар поплъэ.— Къэбэрдей

псалъэ едзын

рузадеть кого-л. словом.

псалъэ етын

рудать кому-л. слово.

псалъэ жагъуэ

руобидное слово.

псалъэ жан

рувеское слово.

псалъэ зэпэдзыжын

руперебрасываться словами.

псалъэ зэтес

руумные слова, умная речь.

псалъэ зэтыжын

рувзять на себя обязательство.

псалъэ зэтын

рудать слово, обещание друг другу.

псалъэ зэутӀыпщын

руобмениваться колкостями.

псалъэ зэхьэкӀын

рупереиначить, исказить смысл, содержание слова или высказывания.

псалъэ игъэващӀэ

рупустозвон.

псалъэ купщӀэншэ

рупустые слова.

псалъэ кӀапэ Ӏэрымыгъэхьэн

руне давать кому-л. возможности поймать себя на слове.

Ауэ Линэ и гуращэр къэхъун дэнэ къэна, Назир и псалъэ кӀапэ къыӀэригъэхьатэкъым абы.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

псалъэ кӀэщӀэдзэн

псалъэ едзын

псалъэ кӀыхьхэр къегъэкӀуэкӀын

руходить вокруг да около.

псалъэ кӀуэцӀыгъэхьэн

псалъэ кӀуэцӀылъхьэн

псалъэ кӀуэцӀылъхьэн

руругать кого-л. последними словами.

псалъэ кӀуэцӀрыгъэкӀын

рудобиваться осуществления сказанного.

псалъэ къабзэ

руразумное слово.

Псалъэ къабзэ, псалъэ узыншэ жыпӀащ, Елдар.— КӀыщокъуэ Алим

псалъэ къегъэкӀуэкӀын

руразводить антимонии (антимонию).

псалъэ къедзын

руначать разговор, беседу, выступление.

Щыми я нэ къикӀырт псэлъэну, ауэ псалъэр къезыдзын къахэкӀыртэкъым.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм

псалъэ къеӀыхын

ру1) взять честное слово с кого-л. 2) попросить слова.

Жыжьэу къыщыс щӀалэм и Ӏэр къиӀэтащ псалъэ къыӀихыну.— Къардэн Бубэ

псалъэ къигъэкӀын

рузатеять скандал из-за чего-л.

псалъэ къыжьэдэлъэтын (къыжьэдэцӀэфтын)

русорваться, слететь с языка.

псалъэ къыжьэдэмыкӀыу

румолча, без слов.

Хьэулацэ псалъэ къыжьэдэмыкӀыу пхъэнкӀийр щӀихри къыщӀыхьэжащ.— Жаным Борис

псалъэ къызэрыгуэкӀ

рустилистически нейтральное слово.

псалъэ къыпэмыдзыжын

руне пререкаться, соглашаться с кем-л. во всём.

псалъэ къыхудэмышеижын

рубыть не в состоянии слова вымолвить.

псалъэ лей хэмылъу

рубез лишних слов.

псалъэ лейхэр къегъэкӀуэкӀын

руболтать языком; говорить зря, попусту.

псалъэ мышу

рунеуместное слово.

псалъэ пэдзыжын

рувозразить кому-л.

Нэхъыжьым псалъэ пэмыдзыжын.

псалъэ пэж

руправдивое слово.

псалъэ псэу

румудрое слово.

псалъэ тетхъуэн

псалъэ кӀуэцӀылъхьэн

псалъэ тын

рудать слово, обещание.

псалъэ ткӀыбжь

псалъэ дыдж

Лини къыжиӀэну къызэригъэпэща псалъэ ткӀыбжь тӀущыр ӀэщӀэхужри Хьэждал еплъу, абы и жьэм къыжьэдэкӀынум хуэщтэу умэзэхыжащ.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

{и} псалъэ тӀэужыӀэкъым

ру{он} солидный, авторитетный (букв. он не повторяет дважды).

Си псалъэ тӀэужыӀэкъым, си жыӀэ тӀэуӀуатэкъым.— Псалъэжьхэр

{и} псалъэ тӀу мыщӀын

рубеспрекословно выполнять всё.

Уэзырмэс и псалъэ тӀу ямыщӀу щытти, нартхэм кхъуафэжьей ящӀри жьыр бийм я лъэныкъуэкӀэ щеуэ махуэ гуэрым Уэзырмэсыр хым траутӀыпщхьащ.— Нартхэр

псалъэ узыншэ

руразумные слова.

псалъэ утӀыпщын

рупустить слух.

{и} псалъэ фоупсщ

руслащавый, медоточивый.

псалъэ хэзэгъэн

рубыть сговорчивым.

псалъэ хэлъхьэн

рувмешиваться в разговор.

псалъэ хэмызу

руслово в слово.

Зы псалъи хэмызу абы псори жриӀащ нартым.— ӀуэрыӀуатэ

псалъэ хэмылъу

рубеспрекословно.

псалъэ хэмылъхьэн

русогласиться с чем-л. сразу, без возражений.

псалъэ хэӀун

рупросторечие вставить словцо.

псалъэ хузэкӀэлъымыгъэкӀуэн (хузэпымыщэн)

руговорить неразборчиво (от смущения, волнения и т. п.).

псалъэ хъуэр

рукрылатое выражение, иносказание.

псалъэ хьэлъэ

ругорькое слово.

псалъэ шэрыуэ

руметкое слово.

Уеим имыщӀа щхьэкӀэ, хъыджэбзым и псалъэ шэрыуэр абы и щӀыфэм чынутӀ жану зэприхулэкӀат.— Къуэдзокъуэ Хьэсэн

псалъэ щабэ (хуабэ)

руласковое, доброе слово.

псалъэм щхьэкӀэ (папщӀэ)

псалъэм и хьэтыркӀэ

Псалъэм папщӀэ, щхьэлтет Ӏэдэм хьэжыпщӀэм и нэхъыбэр бэзэрым ешэ.— Ӏуащхьэмахуэ

псалъэ щӀэмыупщӀэн

руне посоветоваться ни с кем.

псалъэ ӀэфӀрэ гу фӀейуэ

руна языке мёд, а под языком лёд (букв. слово сладкое, а сердце грязное).

псалъэ Ӏей утӀыпщын

рураспустить слух, клевету.

псалъэ Ӏыгъын

псалъэр гъэпэжын

псалъэ Ӏущ

руумное слово.

псалъэкӀэ гъэудэрэщхъуэн

ру1) доконать кого-л. своей болтовней. 2) заморочить голову кому-л.

псалъэкӀэ къэубыдын

рупоймать кого-л. на слове.

псалъэкӀэ ущыгун

псалъэкӀэ гъэудэрэщхъуэн 1

псалъэм епцӀыжын

рунарушить слово, не сдержать слова.

псалъэм къегъэгъэзэжын

рувзять свои слова назад.

псалъэм къыдэкӀуэу

рук слову.

псалъэм къыпыщэн

рупродолжить речь, разговор.

{и} псалъэм тегъуэтэжын

рубыть хозяином своего слова.

и псалъэм текӀын

руотступиться, отказаться от своих слов.

псалъэм и хьэтыркӀэ

рук слову, к примеру, например.

Псалъэм и хьэтыркӀэ, дэнэ щыпӀэ сыт трасэн хуейми абыи унафэ зыщӀыр лӀэкъулӀэшхэрт.— Къэзэнокъуэ Жэбагъы

псалъэм ӀэфӀ щӀэмылъыжын

рустановиться затасканным - о слове.

псалъэр гъэбэтэн

рупустословить.

псалъэр гъэкӀэщӀын

рубыть немногословным, лаконичным (букв. укоротить слово).

псалъэр гъэпэжын

русдержать слово.

{и} псалъэр дыкъуэкъуэн

руговорить двусмысленности.

псалъэр екъухыжын

руудержать готовое, сорваться с языка слово.

псалъэр жьэдэгуэжын

рузаткнуть рот.

Мэтхъэным зыкъиӀэтат: къэрэхьэлъкъыр къурӀэн еджэну щӀокъу жиӀэу, арщхьэкӀэ абы и псалъэр Инал жьэдигуэжащ.— КӀыщокъуэ Алим

псалъэр жьым хэутӀыпщхьэн

рубросать слова на ветер.

псалъэр зэдзэкӀын

руисказить смысл чьих- л. слов.

псалъэр зэпыудын (зэпыгъэун)

руоборвать на полуслове кого-л.

Маш и псалъэр зэпигъэури куэбжэм иунэтӀащ.— Жаным Борис

псалъэр зэхьэкӀын

псалъэр зэдзэкӀын

псалъэр къэгъэщӀэрэщӀэжын

рувновь завести разговор, продолжить разговор.

псалъэр къыӀурылъэлъын

рутараторить (букв. сыпать словами).

{и} псалъэр пхыкӀын

рудоходить до сознания - о слове.

псалъэр пычын

рурезко оборвать свою речь, замолчать на полуслове.

Аюб и псалъэр занщӀэу пичащ.— КӀыщокъуэ Алим

псалъэр ухын

рузакончить разговор, выступление.

псалъэр щӀэлъэфыжын

руначав говорить, замолчать.

псалъэр Ӏэпыудын

руоборвать чей-л. разговор, чью-л. речь.

псалъитӀ зэкӀэлъымыгъэкӀуэн

руне уметь связать двух слов.

псалъитӀ я щхьэ зэтемычын (темычын)

рубыть скромным, стеснительным, молчаливым.

{и} псалъитӀым яз

рузакадычный друг (букв. каждое второе слово о нем).

псалъэ зэхэлъ

ЛъабжитӀ е нэхъыбэ зэхыхьэу къэхъуа псалъэ.

русложное слово

Kitapta geçtiği hali

къыхудэмышеижын псалъэ къыхудэмышеижын см. псалъэ.

псалъэ 1. слово / Бзэм щыщу къэхъукъащӀэ, предмет сыт хуэдэхэр къызэраӀуатэ цӀэ. * Нобэрей гуфӀэгъуэшхуэм хуэфащэу, абы и инагъыр къитӀэсыфу псалъэ щхьэхуэ къыжыӀэфын хуейт. КӀ. Т. 2. разговор; речь / Псалъэмакъ. * Псалъэм и пэр умыщӀэу и кӀэр пщӀэркъым. (погов.) Псалъэ быдэ зэжеӀэн дать слово друг другу. Псалъэ быдэ тын дать честное слово кому-л. Псалъэ гуапэ теплое слово. Псалъэ гуапэ жеӀэн утешить кого-л. * Нахъуэ къызэрыфӀэщӀымкӀэ, хъыбарыфӀ жылэм яхэпхьэмэ, ар цӀыхум псалъэ гуапэкӀэ яжеӀэн хуейщ. КӀ. А. Псалъэ гуауэ = псалъэ хьэлъэ. Удын гуауэр мэгъущри, псалъэ гуауэр гъущыжкъым. (погов.) Псалъэ гуемыӀу = псалъэ жагъуэ. * Псалъэ гъущэ пустые слова (не подкрепленные делом). Псалъэ дахэ красивые фразы {слова}. Псалъэ дахэм гъущӀыр къегъэш. (погов.) Псалъэ дэмыхуу слово в слово. Псалъэ дэмыхуу жыӀэжын. Псалъэ дэӀун (хэӀун) ввернуть, вставить словечко. Псалъэ дыгъэл красное словцо. Псалъэ дыдж горькое, едкое слово. * Псалъэ дыджым гур егъэузри, хъущхъуэ дыджым узыр егъэхъуж. (погов.) * Хъыджэбзыр аргуэру къэдзыхащ, игу гъууэ зызэхуишащ: псалъэ дыдж, гужьгъэжь губжь псалъэхэр къызэхихыным ар поплъэ. Къэб. Псалъэ едзын задеть кого-л. словом. Псалъэ етын дать кому-л. слово. Псалъэ жагъуэ обидное слово. Псалъэ жан веское слово. Псалъэ зэпэдзыжын перебрасываться словами. Псалъэ зэтес умные слова, умная речь. Псалъэ зэтыжын взять на себя обязательство. Псалъэ зэтын дать слово, обещание друг другу. Псалъэ зэутӀыпщын обмениваться колкостями. Псалъэ зэхьэкӀын переиначить, исказить смысл, содержание слова или высказывания. Псалъэ игъэващӀэ пустозвон. Псалъэ купщӀэншэ пустые слова. Псалъэ кӀапэ Ӏэрымыгъэхьэн не давать кому-л. возможности поймать себя на слове. * Ауэ Линэ и гуращэр къэхъун дэнэ къэна, Назир и псалъэ кӀапэ къыӀэригъэхьатэкъым абы. Къ. Хь. Псалъэ кӀэщӀэдзэн = псалъэ едзын. Псалъэ кӀыхьхэр къегъэкӀуэкӀын ходить вокруг да около. Псалъэ кӀуэцӀыгъэхьэн = псалъэ кӀуэцӀылъхьэн. Псалъэ кӀуэцӀылъхьэн ругать кого-л. последними словами. Псалъэ кӀуэцӀрыгъэкӀын добиваться осуществления сказанного. Псалъэ къабзэ разумное слово. * Псалъэ къабзэ, псалъэ узыншэ жыпӀащ, Елдар. КӀ. А. Псалъэ къегъэкӀуэкӀын разводить антимонии (антимонию). Псалъэ къедзын начать разговор, беседу, выступление. * Щыми я нэ къикӀырт псэлъэну, ауэ псалъэр къезыдзын къахэкӀыртэкъым. Щ. Ӏ. Псалъэ къеӀыхын 1) взять честное слово с кого-л. 2) попросить слова. * Жыжьэу къыщыс щӀалэм и Ӏэр къиӀэтащ псалъэ къыӀихыну. Къ. Б. Псалъэ къигъэкӀын затеять скандал из-за чего-л. Псалъэ къыжьэдэлъэтын (къыжьэдэцӀэфтын) сорваться, слететь с языка. Псалъэ къыжьэдэмыкӀыу молча, без слов. * Хьэулацэ псалъэ къыжьэдэмыкӀыу пхъэнкӀийр щӀихри къыщӀыхьэжащ. Ж. Б. Псалъэ къызэрыгуэкӀ стилистически нейтральное слово. Псалъэ къыпэмыдзыжын не пререкаться, соглашаться с кем-л. во всём. Псалъэ къыхудэмышеижын быть не в состоянии слова вымолвить. Псалъэ лей хэмылъу без лишних слов. Псалъэ лейхэр къегъэкӀуэкӀын болтать языком; говорить зря, попусту. Псалъэ мышу неуместное слово. Псалъэ пэдзыжын возразить кому-л. * Нэхъыжьым псалъэ пэмыдзыжын. Псалъэ пэж правдивое слово. Псалъэ псэу мудрое слово. Псалъэ тетхъуэн = псалъэ кӀуэцӀылъхьэн. Псалъэ тын дать слово, обещание. Псалъэ ткӀыбжь = псалъэ дыдж. * Лини къыжиӀэну къызэригъэпэща псалъэ ткӀыбжь тӀущыр ӀэщӀэхужри Хьэждал еплъу, абы и жьэм къыжьэдэкӀынум хуэщтэу умэзэхыжащ. Къ. Хь. {И} псалъэ тӀэужыӀэкъым {он} солидный, авторитетный (букв. он не повторяет дважды). * Си псалъэ тӀэужыӀэкъым, си жыӀэ тӀэуӀуатэкъым. (погов.) {И} псалъэ тӀу мыщӀын беспрекословно выполнять всё. * Уэзырмэс и псалъэ тӀу ямыщӀу щытти, нартхэм кхъуафэжьей ящӀри жьыр бийм я лъэныкъуэкӀэ щеуэ махуэ гуэрым Уэзырмэсыр хым траутӀыпщхьащ. Нарт. Псалъэ узыншэ разумные слова. Псалъэ утӀыпщын пустить слух. {И} псалъэ фоупсщ слащавый, медоточивый. Псалъэ хэзэгъэн быть сговорчивым. Псалъэ хэлъхьэн вмешиваться в разговор. Псалъэ хэмызу слово в слово. * Зы псалъи хэмызу абы псори жриӀащ нартым. фольк. Псалъэ хэмылъу беспрекословно. Псалъэ хэмылъхьэн согласиться с чем-л. сразу, без возражений. Псалъэ хэӀун просторечие вставить словцо. Псалъэ хузэкӀэлъымыгъэкӀуэн (хузэпымыщэн) говорить неразборчиво (от смущения, волнения и т. п.). Псалъэ хъуэр крылатое выражение, иносказание. Псалъэ хьэлъэ горькое слово. Псалъэ шэрыуэ меткое слово. * Уеим имыщӀа щхьэкӀэ, хъыджэбзым и псалъэ шэрыуэр абы и щӀыфэм чынутӀ жану зэприхулэкӀат. Къу. Хь. Псалъэ щабэ (хуабэ) ласковое, доброе слово. Псалъэм щхьэкӀэ (папщӀэ) = псалъэм и хьэтыркӀэ. * Псалъэм папщӀэ, щхьэлтет Ӏэдэм хьэжыпщӀэм и нэхъыбэр бэзэрым ешэ. Ӏуащхь. Псалъэ щӀэмыупщӀэн не посоветоваться ни с кем. Псалъэ ӀэфӀрэ гу фӀейуэ на языке мёд, а под языком лёд (букв. слово сладкое, а сердце грязное). Псалъэ Ӏей утӀыпщын распустить слух, клевету. Псалъэ Ӏыгъын = псалъэр гъэпэжын. Псалъэ Ӏущ умное слово. ПсалъэкӀэ гъэудэрэщхъуэн 1) доконать кого-л. своей болтовней. 2) заморочить голову кому-л. ПсалъэкӀэ къэубыдын поймать кого-л. на слове. ПсалъэкӀэ ущыгун = псалъэкӀэ гъэудэрэщхъуэн 1. Псалъэм епцӀыжын нарушить слово, не сдержать слова. Псалъэм къегъэгъэзэжын взять свои слова назад. Псалъэм къыдэкӀуэу к слову. Псалъэм къыпыщэн продолжить речь, разговор. {И} псалъэм тегъуэтэжын быть хозяином своего слова. И псалъэм текӀын отступиться, отказаться от своих слов. Псалъэм и хьэтыркӀэ к слову, к примеру, например. * Псалъэм и хьэтыркӀэ, дэнэ щыпӀэ сыт трасэн хуейми абыи унафэ зыщӀыр лӀэкъулӀэшхэрт. Къ. Ж. Псалъэм ӀэфӀ щӀэмылъыжын становиться затасканным - о слове. Псалъэр гъэбэтэн пустословить. Псалъэр гъэкӀэщӀын быть немногословным, лаконичным (букв. укоротить слово). Псалъэр гъэпэжын сдержать слово. {И} псалъэр дыкъуэкъуэн говорить двусмысленности. Псалъэр екъухыжын удержать готовое, сорваться с языка слово. Псалъэр жьэдэгуэжын пренебреж. сл. заткнуть рот. * Мэтхъэным зыкъиӀэтат: къэрэхьэлъкъыр къурӀэн еджэну щӀокъу жиӀэу, арщхьэкӀэ абы и псалъэр Инал жьэдигуэжащ. КӀ. А. Псалъэр жьым хэутӀыпщхьэн бросать слова на ветер. Псалъэр зэдзэкӀын исказить смысл чьих- л. слов. Псалъэр зэпыудын (зэпыгъэун) оборвать на полуслове кого-л. * Маш и псалъэр зэпигъэури куэбжэм иунэтӀащ. Ж. Б. Псалъэр зэхьэкӀын = псалъэр зэдзэкӀын. Псалъэр къэгъэщӀэрэщӀэжын вновь завести разговор, продолжить разговор. Псалъэр къыӀурылъэлъын тараторить (букв. сыпать словами). {И} псалъэр пхыкӀын доходить до сознания - о слове. Псалъэр пычын резко оборвать свою речь, замолчать на полуслове. * Аюб и псалъэр занщӀэу пичащ. КӀ. А. Псалъэр ухын закончить разговор, выступление. Псалъэр щӀэлъэфыжын начав говорить, замолчать. Псалъэр Ӏэпыудын оборвать чей-л. разговор, чью-л. речь. ПсалъитӀ зэкӀэлъымыгъэкӀуэн не уметь связать двух слов. ПсалъитӀ я щхьэ зэтемычын (темычын) быть скромным, стеснительным, молчаливым. {И} псалъитӀым яз закадычный друг (букв. каждое второе слово о нем). псалъэ зэхэлъ сложное слово / ЛъабжитӀ е нэхъыбэ зэхыхьэу къэхъуа псалъэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

къыхудэмышеижын

(къыхудэшеижкъым)

Лу къыхудэмышеижу щыта нэужь, жиӀащ: - Плъагъуркъэ сщӀэр, Мусэ?— Хъуэпсэгъуэ нур, 279

+2 örnek

Плену къаубыдам, къыхудэмышеижу зыкъомрэ щыта нэужь, ерагъыу къыжьэдэкӀащ: - Къазыхъуэ Мухътар, - жиӀэри.— Щынэхужьыкъуэ, 68

Иринэ, кӀиин и гугъати, къыхудэшеижыртэкъым, гужьеяуэ.— Нал къута, 283

Еплъ: псалъэ къыхудэмышеижын

Deyimler (1)

псалъэ къыхудэмышеижын

Еплъ: псалъэ

псалъэ

1. Бзэм щыщу къэхъукъащӀэ, предмет сыт хуэдэхэр къызэраӀуатэ цӀэ.

Гур къэплъати гъущӀэрт ди гур, Бийм я дежым бзэмыӀу псалъэр Щызэхэтхырт, ахэр щэӀуу, ТщӀэрт гупсэхуу бийм и пӀалъэ – Ангылызхэрт а бзэмыӀур, Гурымыхьу ди щӀым щыӀур.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 51

+2 örnek

Къазджэрийрэ Сэлимрэ здэщысым Жансэхъу хуеплъэкӀащ мыбы жиӀэр сыт, жыхуаӀэу, Сэлим ищӀэххэртэкъым Жансэхъу жиӀа псалъэр, Сосрыкъуэ занщӀэу гу лъитэри убыжыпхъэ иӀыгъымкӀэ стӀолым теуащ: Къазджэрий!— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 613

Дэнэ щетӀысэхми, словарь цӀыкӀур кърихырт и жыпми псалъэ гуэрхэр зригъащӀэрт, нэмэзыбзэм хуэдэу къибжу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 599

2. Псалъэмакъ егъэкӀуэкӀыныгъэ, къэпсэлъэныгъэ.

Бот къыгурыӀуат Думэсарэ гъуэгу тэмэм зэрытетыр, ауэ абы и псалъэм пидзыжын имыгъуэту, Астемыр дежкӀэ еплъэкӀырт, уэ зыгуэр жыпӀэфыну пӀэрэ, жиӀэ хуэдэу къригъэкӀыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 263

+2 örnek

НэхъыбитӀым унафэм ипкъ иту къалэм дэкӀын хуейуэ абы нэхъ трагъащӀэрт, арщхьэкӀэ сэ здакъым: «Фи пашэр сэращ, сэ сыхьэрыпу щытамэ, зыми гурыщхъуэ къытхуищӀынутэкъым, ауэ сэ сыадыгэщи, жаӀэнур фощӀэ – мы къалэм бегъымбар къыщалъхуащ, хьэрып бегъымбарыр ехудийм хаутэ щхьэкӀэ адыгэ гузэвэн жаӀэнщи, псори дыкъэрабгъэу ди цӀэ ягъэӀунщ». Ар щыжысӀэм, зауэлӀхэу аскэр ахъырзэманхэр сиӀэти, си псалъэр къабыл ящӀащ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 399

Къазмай и псалъэр Инал ӀэщӀиудати, къущхьэ лӀыжьу къурш гъуэгуи къызэпызычам зиущэхужауэ щыст, къызэрыкӀуами, псалъэ зэрыжиӀами хущӀегъуэжа хуэдэт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 592

Deyimler (55)

псалъэ быдэ

ЗыгуэркӀэ къэбгъэгугъэу тхьэ Ӏуэныгъэ.

ТенджызыщӀэм пшэ къыхэкӀыр, Пшэ адрейхэм хуэдэ дыдэу, Дыхуэзэшу, ди гум къэкӀыу, ДгъэлъэпӀэныр псалъэ быдэщ.— Бгы собранэ. «Партыр ди пашэу», 84

псалъэ быдэ етын

ЗыгуэркӀэ къэбгъэгугъэу тхьэ хуэӀуэн.

КъыздэкӀуэну къызжиӀати, Мэкъум папщӀэ къигъэнащ, Ар си жагъуэ сэри хъуати, Псалъэ быдэ сэ естащ.— Мэкъуауэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 46

+1 örnek

СщӀэт а хьэщӀэр тпэгъунэгъууи Псалъэ быдэм сеувалӀэт Ар слъагъуныр лӀыгъэ пӀалъэу.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 48

псалъэ гуапэ

ХъыбарыфӀ, щытхъу.

Нахъуэ къызэрыфӀэщӀымкӀэ, хъыбарыфӀ жылэм яхэпхьэмэ, ар цӀыхум псалъэ гуапэкӀэ яжеӀэн хуейщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 507

+2 örnek

Лу здэкӀуэнури здэжэнури имыщӀэу щытт, мыбы псори ещӀэ икӀи илъэгъуащ, ауэ щыхъукӀэ зызумысыэмэ, нэхъыфӀщ, жиӀа е и адэм папщӀэ псалъэ гуапэ зэрыжиӀар ара, сытми Лу и гур зыгуэру къэхъури псори къиӀуэтащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 595

– ЩӀалэр мэхъур нэхъ гумащӀэ, И Ӏум илъхэщ псалъэ гуапэ, Хъуну пӀэрэ ар бгъэзащӀэ, УкӀытэну щӀалэ напэ? «— Тисей, 496

псалъэ гуауэ

Зыгуэрым и жагъуэ хъун псалъэ.

Псалъэ гуауэр жызыӀам щхьэл мывэ ирамыщэ дэнэ къэна, я къамэр кърахырти ирахужьэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 57

+2 örnek

Зэгуэр иджы хуэдэ къабзэу си деж къэсауэ щытащ, зыгуэрым псалъэ гуауэкӀэ Ӏейуэ и гур хигъэщӀауэ [Тамарэ].— Лъапсэ, 17

Е псалъэ гуауэ къыбжаӀамэ, Ари тегъахуэ уи тэмакъ.— Си къуэрылъху Алинэ деж. «Щхьэлыкъуэ», 408

псалъэ губзыгъэ

Псалъэ Ӏущ, губзыгъагъэ.

Къазджэрий къикӀуэтыртэкъым: - Псалъэ губзыгъэ, псаъэ узыншэ жыпӀэныр куэдкӀэ нэхъ гугъущ, фоч бгъэуэным нэхърэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 612

псалъэ дыгъэл

Псалъэ дахэ.

[Дэфэрэдж]–НтӀэ, накӀуэт модэкӀэ, уи псалъэ дыгъэлхэм дегупсысыни, - жысӀэри абы жиӀэнум нэзмыгъэсу, щӀалэм и Ӏэгъуапэ лъэныкъуэр субыдри ординаторскэмкӀэ слъэфыну сеӀащ, фӀы къызэрыпызмыхынур хьэкъкӀэ си фӀэщу.— Лъапсэ, 64

+2 örnek

ЦӀыкӀущэ Хьэрун къыжреӀэ:] –Псалъэ дыгъэл жыпӀащ.— Нэгъуху, 19

Хъуэхъур зигу ирихьар къыщылъэтащ: [Сеймэныр]- Псалъэ дыгъэлщ жыпӀар, си къуэш [Мэмэт-щӀакъуэ жриӀэу].— Лъапсэ, 47

псалъэ дыдж

Зыгуэрым и гум еуэн.

СыбгъэщӀащи зэ гукъанэ, Псалъэ дыджыр гум имыкӀ.— Сэ уэздыгъэ щӀызогъанэ… Вагъуэ махуэ, 323

+2 örnek

Псалъэ дыджу къызжепӀами – Сэ шэ фӀыцӀэу сигу хегъэщӀ.— Уи нэу, уи псэу сыкъэплъагъурт. «Вагъуэ махуэ», 370

Курсантхэм яхэттэкъым Къазджэрий и жагъуэ ищӀмэ зи гуапэ, псори хущӀэкъурт ар нэфӀкӀэ зригъэплъыну, зыщигъэтхъуну, уеблэмэ, ярэби, дауэ сщӀымэ Къазджэрий и гум нэхъ ирихьыну, жиӀэу гупсысэр куэдт, езы Къазджэрий псэ зыӀутым иджыри къэс псалъэ дыдж жримыӀа пэтрэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 607

псалъэ дзын

Зыгуэр псалъэмакъым хэгъэувэн, щӀыгъун.

Думэсарэ и кӀэм урысыбзэ зыкъищӀри Астемыр дежкӀэ зы псалъэ идзащ: - Дэсудани, Къасболэт, жиӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 522

псалъэ етын

Псэлъэну хуит щӀын.

Нахъуэ адэкӀэ игъэпсэлъакъым Долэт, псалъэр Астемыр иритри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 649

псалъэ къетын

Астемыр псалъэ къызэрырату, Къазджэрий гуэщыбжэм деж къэуващ къедэӀуэну.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 649

+1 örnek

[Чокэ Апчарэ жреӀэ:] Иджыпсту, псалъэ къыуатынущ.— Щынэхужьыкъуэ, 46

Еплъ: псалъэ етын

псалъэ жымыӀэн

Мыпсэлъэн.

ЦӀыхухъу гуэрым подноскӀэ псы щӀыӀэ, къэхьэуэ, ӀэфӀыкӀэ гуэрхэр щӀыгъужу къехьри мраморым къыхэщӀыкӀа Ӏэнэ цӀыкӀум къытрегъэувэ, езым зы псалъи жимыӀэу йокӀуэтыж.— Аргъуей, 387

+2 örnek

– Хьэпщхупщым я пӀалъэр уощӀэ, - жиӀэри етхуанэу къытхэту иджыри къэс псалъэ жызымыӀар къыщытхъури дежьэжауэ дыздэкӀуэм, вертолети дыхуэзэну хэт и гугъэнт?— ХьэщӀэ лъапӀэ, 402

Псы цӀыкӀум зэрынэсу, Степан Ильичрэ Астемыррэ зы псалъи жамыӀэу ӀэплӀэ зэрашэкӀри быдэу я Ӏэр зэрыубыдыжащ, жыпӀэни щыӀэжтэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 226

псалъэ закъуэ жыӀэн

Зыгуэр къэпсэлъын.

Монвалерьеным мес и къуапэр, Арщ французхэм ятӀэ закъуэ Къызыдахыу тыгъэ гуапэу Сталин тыгъэ къыхуащӀар, Я псэм хэлъми хамыхыну Лъагъуныгъэри къыхуащӀыр, Я щӀыгу лъапӀэм щыщ щӀы мащӀэм ТекӀуэдакъым гъащӀэ мащӀэ; ЖаӀэ ахэм псалъэ закъуэ: Ди къэралыр яхъунщӀащи Ди хэку нэщӀым дыкъинакъэ, Уэ лъэпкъ псори бузэщӀащи Уэрщ дэ диӀэр ди гугъапӀэу.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 61

+2 örnek

[Алыджыкъуэ:] Сэри чэф зиӀэм хуэдэу фызым и ужьым сиувэри ар зыдэкӀуэмкӀэ сежьащ, псалъэ закъуэ си жьэм къыжьэдэмыкӀыу.— МелыӀыч, 440

ЗэпылъитӀым я гур зэрыщӀэрт, зэхуэзэрэ псалъэ закъуэ жамыӀами, а тӀум я псэмрэ я гумрэ зэжраӀэм гъунэ иӀэтэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667

псалъэ захуэ

Псалъэ пэж.

– Псалъэ захуэщ, Астемыр, - жиӀэри Елдар абыкӀэ акъылэгъу хъуащ, - а хъушэм хэт псори зэхуэдэ?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 541

псалъэ иӀэн

Зыгуэр жыӀэну хуеин.

Псалъэ иӀэщ Астемыр.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 649

псалъэ зэӀэпыхын

Зэдэуэршэрын.

Пщыхьэщхьэм псалъэр зэӀэпахыу Зэкъуэш зэхэсмэ, псалъэр ӀэфӀщ.— ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 179

псалъэ кӀасэ

Иужьрей псалъэ.

И ныбапцӀэр ныхуэмыхьу Ӏэщэ закъуэм ар фӀолӀыкӀыр, ЗигъэлъапӀэу выгум ису КъыщыдэкӀым, жьафэр сысу ЖеӀэр пӀащӀэу: «Ӏэщэ ищӀу Жэщи махуи ар схуэгъасэ», - Пщым фокӀэщӀыр зыкӀэрищӀэу Арщ жиӀари псалъэ кӀасэу.— Тисей, 508

псалъэ къабзэ

Псалъэ тэмэм, пэж.

[Къылышбий] –Псалъэ къабзэщ, псалъэ узыншэщ жыпӀауэ хъуар, Хъазбулат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 116

+1 örnek

Гуп зэхэтым псалъэ къабзэ ЖаӀэм пэжу арт я гуапэр, А ӀэщӀагъэр зейм и хъуэхъур Арт ди дежкӀэ псом нэхъапэр.— Къуажэ лавкэм. «Партыр ди пашэу», 32

псалъэ къедзын

ЖаӀам зыгуэр пэдзын.

Къазджэрий, абы [Инал] жиӀэр зыхуихьынур имыщӀэу, Инал и псалъэм къридзащ: - АтӀэ уэри щхьэ утепсэлъыхьрэ?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 592

псалъэ къыжьэдэлъэлъын

ПсынщӀэу, пӀащӀэу псэлъэн.

Нышэдибэ лъандэрэ щытщ, - жиӀэу Ботэщ Айтэч и щӀалэ цӀыкӀу Астемыр къыжьэдэлъэлъырт псалъэр, адрейхэри зэрыгъэкӀийрт, жаӀэм щыщу зыри къыбгурымыӀуэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 61

+1 örnek

Матренэ и жьэм псалъэ къыжьэдэлъэлъ щхьэкӀэ, и Ӏуэху щӀэн къанэртэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 556

псалъэ къыжьэдэмыкӀын

Мыпсэлъэн, зыри жымыӀэн.

Кодоевым я гъунэгъу Къэбэрдей- Балъкъэр хэкум и Ӏэтащхьэр къригъэблэгъа щхьэкӀэ, къэмыкӀуэххам хуэдэу, зыхамыбжэу, стӀол кӀапэ дыдэм деж ягъэтӀысауэ, екӀи фӀыкӀи псалъэ къыжьэдэмыкӀауэ, икӀи езыми емыупщӀӀауэ щысщ, зэрыфагъуэм нэхърэ нэхъ фагъуэж хъуауэ, и хэкум пача щӀыр и гум къыщӀитхъыу, цӀыхум дауэ я нэгу сыщӀэплъэжын жиӀэу и щхьэр здихьын имыщӀэу, ишхи ирифи щымыӀэу, и гур кӀуэдыпат.— Лъапсэ, 91

+2 örnek

Лулэмрэ зажигалкэмрэ и пащхьэм ислъхьэри жесӀэн хуеяр жесӀати, псалъэ си жьэм къыжьэдигъэкӀакъым, чыфтанц тӀэкӀур къигъэхьэзырауэ къыщӀэкӀри быхъи-сыхъи жимыӀэу къысхуишиящ, бзагуитӀ зэхуэза хуэдэу.— МелыӀыч, 470

Тхьэм щхьэкӀэ къысхуэгъэгъу, ди шыпхъу: къемызэгъыу удгъэпӀейтеящ, емыкӀу къэтхьамэ, къытхуэгъэгъу, - жысӀэри цӀыхубзым и Ӏэр субыдыну сыхуежьати, си Ӏэр къиубыдын идакъым, зы псалъэ и жьэм къыжьэдэкӀакъым.— МелыӀыч, 456

псалъэи жьэм къыжьэдэмыгъэкӀын

1. Зыхуейр занщӀэу хуэщӀэн. -471.

[Алыджыкъуэ:] Лулэмрэ зажигалкэмрэ и [лӀым] пащхьэм ислъхьэри жесӀэн хуеяр жесӀати, псалъэ си жьэм къыжьэдигъэкӀакъым, чыфтанц тӀэкӀур къигъэхьэзырауэ къыщӀэкӀри быхъи-сыхъи жимыӀэу къысхуишиящ, бзагуитӀ зэхуэза хуэдэу.— МелыӀыч, 470

2. Мыпсэлъэн, зыри жымыӀэн.

[Яков Борисович Иринэрэ Апчарэрэ яжреӀэ:] Фи жьэ зы псалъэ къыжьэдэвмыгъэкӀ.— Нал къута, 282

псалъэ къыхудэмышеижын

Зыри хужымыӀэжын.

И анэм [Хьэбибэ] зы псалъэ къыхудэшеижыркъым.— Щынэхужьыкъуэ, 25

псалъэ мыхъумыщӀэ зэжеӀэн

ЗэфӀэнэн.

А тӀум [Астемыррэ хьэжы Инусрэ] игъащӀэм къамэ къызэхурахакъым, псалъэ мыхъумыщӀэ зэжраӀакъым, зэгъунэгъуу псэурти, кхъузанэ хьэху щызэӀах е мафӀэхьэ щэзэхуэкӀуэ куэдрэ къэхъурт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 67

псалъэ мышыу

Мыхьэнэ зимыӀэ псалъэмакъ куэд.

Къэхъея псалъэмакъыр Нартыхум и гум шэуэ къытехуащи, иджы зыри и нэм къихьыжыркъым, сыщӀэкӀыу щхьэ семыжьэжрэ, жиӀэу къызэкӀуэкӀащ, псалъэ мышыум клубым щыжаӀар къыхыхьэжауэ зэгуэуд щхьэкӀэ, яхэкӀыжмэ, къызэхуэсам я жагъуэ хъунущи, жаӀар уи гум томыгъахуэу хъунукъым.— Лъапсэ, 75

+2 örnek

Си псалъэр мышыууэ къыпфӀэщӀынщ, ауэ пэж фӀэкӀа пцӀы жысӀэнукъым. [Матренэ]— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 560

[Астемыр Думэсарэ жриӀэу:] –Уа, уи псалъэ мышыум щхьэ дебгъэукӀрэ?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 519

псалъэ пэж

ПцӀы зыхэмылъ псалъэ.

Игу къэкӀауэ псалъэ пэж Фызым жиӀэу зэхихамэ, -Ар фыз Ӏуэхукъым, къэгъэзэж!— Фыз унафэ. «Партыр ди пашэу», 109

+2 örnek

Жыр джатэ щӀагъым ущӀэхуэм, «Си анэ» жыпӀэу умыджэ, А псалъэ пэжыр ди щӀыпӀэм ЩыжаӀэу пщӀэрэ, къэрабгъэ?— Адэ, 140

Уэсятым хуэдэу, уэ, си къуэш, КъедаӀуэ псалъэ пэж.— Атакэм и пэкӀэ. «Шум и гъуэгу», 52

псалъэ пэдзыжын (пэмыдзыжын)

Жэуап етыжын (емытыжын).

Мэмэт-щӀакъуэ фыз унафэкӀэ мэпсэу жыпӀэмэ, тэмэм хъунукъым, сыту жыпӀэмэ, и фызым сыт жиӀами екӀи фӀыкӀи зы псалъэ пидзыжыркъым, цӀутӀ жимыӀэу псоми едаӀуэ хуэдэу зещӀ, ауэ фыз псалъэр хыв хьэ ебэнауэ къонэ.— Лъапсэ, 67

+2 örnek

Елдар псалъэм къыпидзащ: - Псори хъарзынэт, ауэ Къазджэрий Мэзкуу дыщыхуэмызэнкӀэ хъунущ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 522

Дэхэуэсу тхьэӀухудыр а фыз удым къыпоувыр, ЩӀым теувэм пӀэ щимыщӀу Ар есами нобэ къэс, Сэтэнейуэ ем и лӀыкӀуэм ЕкӀуу псалъэ ныпедзыж: «Уэ бэлыхьыр догъэшэчыр, Чэнджэщэгъур дэ ди лӀыгъэщ».— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 414

псалъэ тын

Псалъэ щыпткӀэ, мывэр псынщӀэщ, Бгым Жаншэрхъыу ар къожэх, ЩыбгъэпэжкӀэ, мэхъур хьэлъи, ПхуэмыӀэту уегъэмэх.— Псалъэ щыпткӀэ. «Дамыгъэ», 116

+2 örnek

Ӏэюб, ар жиӀэ щхьэкӀэ, гузавэртэкъым, Быцэ «уэр фӀэкӀа сызыдэкӀуэм щыӀэкъым», жиӀэу псалъэ къритат.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 525

Советскэм сеныкъуэкъункъым, жиӀэри псалъэ итати – еныкъуэкъуакъым: къыжраӀэ и унафэу, къулыкъу ищӀащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 652

Еплъ: псалъэ етын

псалъэ узыншэ

Къазджэрий къикӀуэтыртэкъым: - Псалъэ губзыгъэ, псалъэ узыншэ жыпӀэныр куэдкӀэ нэхъ гугъущ, фоч бгъэуэным нэхърэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 612

+1 örnek

– Лажьи шхэж, умылажьэмэ – лажьэ бгъуэтынщ, пщыи, уэркъи, заводчики, помещики ухуейкъым, жыхуэпӀэм нэхъ псалъэ узыншэ щыӀэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 177

Еплъ: псалъэ къабзэ

псалъэ къыхэлъхьэн

ӀуэхуеплъыкӀэ гуэр къыжыӀэн.

КъэпӀэтми дэнэ пхьын, ауэ ӀункӀыбзэр бгъэкӀуэдмэ, уи ахъшэм упыкӀащ, - жиӀэри Боти и псалъэр къыхилъхьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 216

псалъэ къыхэӀун

Псалъэмакъыр зэпыбуду зыгуэр хэжыпӀыхьын.

– Апхуэдэу щыхъуар хьэжым и фызыр дунейм ехыжа и ужьщ, и ахърэт тхьэм дахэ ищӀ, - жиӀэри Исхьэкъ лӀыжьым и псалъэр аргуэру къыхиӀуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 80

+2 örnek

Гъэмахуэу щытамэ, зыгуэрт, – жиӀэри иджыри къэс утыкум къихьэн шына бжьом и псалъи къыхиӀуащ, кхъухьыпщым къыдэщӀу закъыфӀигъэщӀыну.— Кхъухь пхэж, 505

Мэсхьуди и псалъэр къыхиӀуащ: - Долэт пщӀэ къыщыхуащӀынур сэ бжесӀэнкӀэ, соӀуэ – кӀэмсэмолым молэр хэкум ирахумэ, Долэт нэмэзыбзэ тӀэкӀу ещӀэри сэбэп хъунщ, советскэ молэуэ как разу бгъэув хъунущ, ищӀэр мащӀэми пӀихыр куэду.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 644

псалъэ шэрыуэ

Ӏуэхугъуэ гуэрым хуэкӀуэу къапсэлъ жыӀэгъуэ.

Плъагъурэ, псалъэ шэрыуэ къэбгъуэтмэ, я нэхъ гугъур уи акъылым къещтэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 569

псалъэ щхьэпэ

Сэбэп хъун псалъэ. [

Омар:] Псалъэ щхьэпэ жыпӀа!— Гъуэгуанэ, 103

псалъэ ӀэфӀ

Псалъэ гуапэ.

Хьэлу хэлъыр гъущӀу жами, Псалъэ ӀэфӀым ещӀ гур щабэ.— Сингх жыхуаӀэр. «Батырыбжьэ», 91

+2 örnek

Пщыхьэщхьэм псалъэр зэӀэпахыу Зэкъуэш зэхэсмэ, псалъэр ӀэфӀщ.— ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 179

Нанэ Астемыр и щӀакӀуэ кӀапэм Ӏэ дилъэурэ псалъэ ӀэфӀу щыӀэр и къуэм щхьэкӀэ къибжырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 193

псалъэ Ӏущ

Псалъэ губзыгъэ.

Уи зэманыгъуэр щхьэмыгъазэщ, Зи псалъэ Ӏущым къадэгъэш.— Хэт сыт ӀэнатӀэ къехъулӀами… Батырыбжьэ, 63

псалъэм ебэкъуэн

Псалъэм епцӀыжын.

[Къазмай жеӀэ:] СыкъыщыкӀуэм сытым нэхъ гугъу сригъэхьа жыпӀэмэ, си псалъэ себэкъуэжыным нэхъ гугъу сригъэхьащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591

+1 örnek

Уэ уи псалъэм уебакъуэри Фаризэт тӀуанэ тепщӀащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591

псалъэм епцӀыжын

Псалъэ епцӀыжыр зи хабзэ Ди щӀыпӀэ къабзэм щымыӀэ.— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 425

+2 örnek

И дунейр кӀыхьами-кӀэщӀами дыгъуэгъуакӀуэм хэмытыжыну тхьэ иӀуауэ щытми, и псалъэм епцӀыжри Жыраслъэн шы идыгъуащ, ЖиӀэри Нахъуэ къыщӀидзащ, Жыраслъэн зиш идыгъуар жылэм ямыщӀэ хуэдэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 646

Бэлыхь мыухми сыхырет, Си псалъэ зыкӀи сепцӀыжакъым.— ЩӀы Ӏэбжьыб. «Мывэ хуабэ», 128

Еплъ: псалъэм ебэкъуэкъуэн

псалъэм зегъэукъуэдиин

КӀыхьу псэлъэн.

Долэт и псалъэм зригъэукъуэдийрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 252

псалъэм кӀэ етын

Псалъэмакъым кӀэщӀ зегъэщӀын, псэлъэныр щыгъэтын, ухын.

– НэгъуэщӀым мащэ хуэзытӀыр езыр мащэм ихуэнщ, – жиӀэри хьэжым и псалъэм кӀэ иритащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 80

+2 örnek

– АтӀэ хъунщ, а псалъэмакъыр дывгъэух, - жиӀэри Елдар псалъэм кӀэ иритащ, - умыгузавэ, Думэсарэ, а жыпӀам щыщ зы псалъэ закъуэ дэзмыгъэхуу Инал жесӀэжынщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 546

Барчо псалъэм кӀэ иритащ: - Уасэр мис, нысэр, тхьэм жиӀэмэ, къыфхуэзгъэсынщ.— Лъапсэ, 114

псалъэм кӀэщӀ зегъэщӀын

Шэрихьэт полъкуми куэдрэ тепсэлъыхьа нэужь, Астемыр и псалъэм кӀэщӀ зригъэщӀащ: - Къызэрохь ахэри, щхьэ гъэва хуагъэтӀылъа хуэдэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 310

Еплъ: псалъэм кӀэ етын

псалъэм къыдэкӀуэу

Зытепсэлъыхьым щымыщу.

Капитаным и псалъэм къыдэкӀуэу къалмыкъ губгъуэм нацдивизэр танкым пэуву зэрезэуауэ щытари и гум къигъэкӀыжащ.— Нал къута, 304

+2 örnek

Псалъэм къыдэкӀуэу яжриӀащ [Махъсидэ Алий сэлэтхэм]: дыуэ зыпщӀэхэлъым шэ къытехуэркъым, жиӀэри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 121

Саният «Адыгэ клубым» кӀуэурэ Къазджэрий щӀедаӀуэри арат, Къэбэрдейм я хъыбар зэхихмэ, и нэпсым къызэпижыхьырт, нарт уэрэд зэзэмызэ хьэщӀэм и псалъэм къыдэкӀуэу къыхигъэщмэ, хъыджэбзым игури и псэри дихьэхырт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 665

псалъэм къыпыщэн

ЖыпӀэм адэкӀэ къыщӀыгъун.

Астемыр и псалъэм къыпищэмэ хъуну къилъытэри, щӀэупщӀащ: - Школым дыщӀыхуейр зымыщӀэ тхэт дэ сытми?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 655

+2 örnek

Абдеж къыдырми и псалъэм къыпещэ: - Сэ мурадыр си щхьэ закъуэракъым зытесщӀыхьыр.— Кхъухь пхэнж, 501

КомандиритӀыр зэхъурджауэм фӀэмыфӀу Апчарэ аргуэру и псалъэм къыпищащ: - Ей, Къагъырмэс и махуэ ди Щэулэхъуи къыхуэкӀуэным тӀэкӀут къэнэжар.— Нал къута, 268

псалъэм папщӀэ

Къапщтэмэ.

Псалъэм папщӀэ, нартыхур элеваторым яшауэ ират, нэхъапэ щӀыкӀэ лаборанткэхэм пробэр хахын хуейщи, абы нимыгъэсу Ботэх лабораторэм яфӀыщӀохьэ, щыщӀыхьэм деж зыгуэрым имыгъакӀуэ хуэдэу зехъунщӀэ, бжэр къызэрыӀуихыу: - СощӀэ, сощӀэ, си къуэш, ущӀыхьэ зэрымыхъунур, си лъапэ щӀэсчэнурэ къэзгъэзэжынущ.— Лъапсэ, 96

+2 örnek

Псалъэм папщӀэ: адыгэм зы зэман гуэр къэралыгъуэ яӀэу цӀыхубз пащтыхь яӀауэ жеӀэ [ЦӀагъуэ Нурий итха «Адыгэ тхыдэ» тхылъым].— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 529

Шу псори зэбгъурыту макӀуэ, псалъэм папщӀэ, япэ имыщыпхъэ хэтмэ, и шыр къыжьэдекъуэ, ауэ а шу къомыр атакэ кӀуэуэ ежьакъэ – къыжьэдэкъуэ-ныжьэдэкъуэ щыӀэжкъым, щхьэж и шым и къару къызэрихькӀэ теутӀыпщхьауэ мажэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 543

[и] псалъэм темыкӀын

Зыгуэр нэрыгъыу убыдын, жыпӀам утетын.

Таша зиущэхуауэ едаӀуэ щхьэкӀэ, и псалъэм текӀыну и мурадыххэтэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 549

+1 örnek

Зэхэтшэнщ жызыӀэу зи псалъэ яхутемыкӀыр езы Къулыр арат.— Щынэхужьыкъуэ, 40

псалъэм щхьэкӀэ

Хъыджэбз цӀыкӀур илъэсипщӀым нэса и ужькӀэщ щащэр, и уасэри белджылыщ: илъэс къэс тумэн зырыз поуври, псалъэм щхьэкӀэ, илъэс пщыкӀух хъуамэ тумэн пщыкӀух етын хуейщ, пщэр ууейуэ е уи быну щытмэ, къэдыгъуа пщэрэ – узэрызэгурыӀуэщ.— Лъапсэ, 37

+2 örnek

Псалъэм щхьэкӀэ, хъыджэбзым фошыгъу шей къещӀри Ӏэнэм къытрегъэувэ, фошыгъу хэмылъу.— Лъапсэ, 109

Иджы зыгуэрым уи жагъуэ ещӀыр, псалъэ щхьэкӀэ.— Нал къута, 231

Еплъ: псалъэм папщӀэ

псалъэр гъэпэжын

ЖыпӀам тетын, къэмыгъэпцӀэн.

Инал псалъэ жиӀар игъэпэжащ, Мэтхъэныр къакӀуэу телеграммэ къызэрыӀэрыхьэу, къыпежьащ зы гуп хъууэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 530

+1 örnek

Барчо и псалъэр игъэпэжащ, хъыджэбзыр Дэфэрэдж зыщӀэхъуэпсым хуэдэу щӀалэт, нэмэзмыщӀ цӀыкӀут.— Лъапсэ, 115

псалъэр зэпыгъэун

Псэлъэн пӀалъэ гуэркӀэ щыгъэтын.

Дэ щхьэузыншэу дыпсэунут, щхьэж къилэжьымкӀэ псэужу щытатэмэ, - старшынэм и псалъэр зэпигъэуащ, тӀэкӀу гупсысэри, къыжиӀащ: -АтӀэ хэт дэ щхьэ уз дыщызымыгъащӀэр?— Хъуэпсэгъуэ нур, 87

+1 örnek

Степан Ильич и псалъэр зэпигъэури зэщӀэдэӀукӀащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 222

псалъэр зэпыудын

Псэлъэныр щегъэгъэтын, жиӀэнур жемыгъэӀэн

АрщхьэкӀэ Бэлацэ и псалъэр Мусэ зэпиудащ: - Уэ уи пщӀэнтӀэпсу пӀэрэ а фӀыгъуэ къомыр къызыщӀэкӀар?— Хъуэпсэгъуэ нур, 251

+2 örnek

Апчарэ дежкӀэ емыкӀут цӀыхухъум я псалъэ зэпиудыну, итӀани дадэм псори къытефыщӀыхьу къагъэгубжьати, и гум темыхуэу къэпсэлъащ: - ИгъащӀэм дызэгъунэгъущ, пэжкъэ?— Нал къута, 273

Аннэ Павловнэ къыпещэ: - Си псалъэр зэпумыуду къедаӀуэ, уи анэр узогъэлъэӀу.— Лъапсэ, 7

[и] псалъэр пхыкӀын

КъедэӀуэн, жиӀэр ягъэзэщӀэн.

Инал лӀы хахуэ хъуащ, къулыкъушхуэ зэрехьэ, куэд къыфӀолӀыкӀ, и псалъэр пхокӀ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 528

+1 örnek

Гъуумар и псалъэр нэхъ пхыкӀащ Залымджэрий и псалъэм нэхърэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 91

псалъэр пычын

Псалъэныр щыгъэтын, зыущэхужын.

ЗэкъуэшитӀыр къызэщӀэплъауэ унэм щӀэлъадэу зым зыр пэрыуэу махуэ псом къалэм щалъэгъуар яӀуатэу щыщӀадзэ дыдэм, Думэсарэрэ Нанэрэ нэщхъейуэ, я нэпсыр ямылъэщӀу гъыуэ ялъагъури, тӀуми зэуэ я псалъэр пачащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 128

псалъэр пыудын

Псалъэмакъыр кӀэщӀу щыгъэтын.

Залымджэрий фэншэми, жиӀэнур ищӀэрт: - Уэ зи гугъу пхуэсщӀу къебджа хьэсэпэхъумэу Ботэщыр арщ, - жиӀэри кӀэщӀу пиудащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 115

псалъэр ухын

ЖыпӀэныр нэгъэсын.

Ерул джэну лъэрыгъыпсым иувэрэ зытриӀэтыкӀмэ, «сархъ», пщӀэгъуалэр езыр-езыру къэувыӀэрти, «немыкӀуалӀэм етхьэкъунущ» жиӀэу Ерул и псалъэр иухмэ, ежьэжырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 83

+2 örnek

Езыри приказым щыгуфӀыкӀырт, зи цӀэ ириӀуэ зауэлӀхэм яхуэарэзыти, и псалъэр иухмэ, ӀэплӀэ яхуищӀынщ жыуигъэӀэу капитаныр къызэщӀэплъат, къызэхуэсахэр къигъэуӀэбжьу, итӀани Якъуб зыкӀи зыхищӀэртэкъым.— Нал къута, 304

Дауи жиӀэнт, Къазджэрий и псалъэр имыухауэ: - А пьесэр зытхынур сэрауи къыщӀэкӀынтэкъым, жиӀэрт Къазджэрий, - сэрмырами, ар зытхыни къэхъунщ, Лу, а пьесэр зытхынур уэрауэ къыщӀыкӀ, къаплъэкъэдаӀуэ, уэракӀэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 623

псалъэр Ӏэпыудын

Зыгуэр жызыӀэм пэрыуэн.

Зэзауэм къыщӀадзэнут Долэт сымэ, арщхьэкӀэ Астемыр Ӏэпауда псалъэм и кӀапэр къиубыдыжащ: – Культурнэ революцэм, - жиӀэрт Астемыр, - фронт иӀэ щхьэкӀэ, а фронтым лъы щагъажэркъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 655

+2 örnek

«ЖимыӀэн гуэр къыхиӀунущ мыбы», - жиӀэри Астемыр фызым и псалъэр Ӏэпиудащ: - КӀуэи шху тӀэкӀу къытхуэхьыт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 540

Чачэ жиӀэнур Нахъуэ псэкӀэ ищӀэрти, аргуэру фызыжьым и псалъэр Ӏэпиудащ…— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 512

псалъэр ӀэщӀэпхъуэтын

Зыгуэрым жиӀэр зэпыбуду упсэлъэн.

Думэсарэ псалъэр яӀэщӀипхъуэтащ: – Алыхь, сэ вжесӀэнмэ Дотий ар илъагъу щӀэмыхъур: Инал хэкум имылъ кърелъхьэ, цӀыхум ямыщӀэ ярегъащӀэ – ӀуэхуфӀ Ӏэджэм яужь итщ, ауэ лей щызэрихьи къохъу…— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 540

псалъэр ӀэщӀэхун

Зыгуэр игу ихун, щыгъупщэн.

И анэм и макъ щызэхихым, Апчарэ и псалъэр ӀэщӀэхуащ.— Щынэхужьыкъуэ, 47

[и] псалъэ шэуэ къытехуэн

Зыгуэр егъэлеяуэ жагъуэ пщыхъун.

Ауэ Елдар къэгубжьакъым, Думэсарэ и псалъэр шэуэ техуами.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 542

Atasözleri (4)

гупсыси псалъэ, зыплъыхьи тӀыс

Еплъ: гупсысэ

псалъэм и пэр умыщӀэмэ, и кӀэр пщӀэркъым

Ӏуэхум и пэжыпӀэр къыбгурыӀуэн щхьэкӀэ и къежьапӀэр пщӀэн хуейщ.

Псалъэм и пэр умыщӀэмэ, и кӀэр пщӀэркъым, щыжаӀэкӀэ, къытедгъэзэжынщи, Инус и гугъу тщӀынщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 67

+1 örnek

Езыми [Иринэ] псалъэм и кӀэри и пэри имыщӀэу къыхиӀуащ: - Нанэ, Албиян уӀэгъэ хъуауэ госпиталым щӀэлъщ, - жиӀэри…— Нал къута, 225

псалъэм и щхьэр умыщӀэмэ, и кӀэр пщӀэркъым

Ти, псалъэм и щхьэр умыщӀэмэ, и кӀэри пщӀэркъым жыхуаӀэр аращи, Казбек Машевич и щхьэм къыщыщӀидзащ.— Лъапсэ, 83

Еплъ: псалъэм и пэр умыщӀэмэ, и кӀэр пщӀэркъым

псалъэр улъийркъым

КъыбжьэдэкӀар кӀуэдыркъым.

Псалъэр улъийркъым. Лермонтовыр цӀыхум ящыгъупщэну?- [жиӀэрт Къазджэрий].— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 612

Kitapta geçtiği hali

КЪЫХУДЭМЫШЕИЖЫН (къыхудэшеижкъым) лъэӀ. (5). Еплъ псалъэ къыхудэмышеижын. Лу къыхудэмышеижу щыта нэужь, жиӀащ: - Плъагъуркъэ сщӀэр, Мусэ? Хъуэпсэгъуэ нур, 279. Плену къаубыдам, къыхудэмышеижу зыкъомрэ щыта нэужь, ерагъыу къыжьэдэкӀащ: - Къазыхъуэ Мухътар, - жиӀэри. Щынэхужьыкъуэ, 68. Иринэ, кӀиин и гугъати, къыхудэшеижыртэкъым, гужьеяуэ. Нал къута, 283. ◊ Псалъэ къыхудэмышеижын (1). Еплъ псалъэ.

ПСАЛЪЭ (352). 1. (312). Бзэм щыщу къэхъукъащӀэ, предмет сыт хуэдэхэр къызэраӀуатэ цӀэ. Гур къэплъати гъущӀэрт ди гур, Бийм я дежым бзэмыӀу псалъэр Щызэхэтхырт, ахэр щэӀуу, ТщӀэрт гупсэхуу бийм и пӀалъэ – Ангылызхэрт а бзэмыӀур, Гурымыхьу ди щӀым щыӀур. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 51. Къазджэрийрэ Сэлимрэ здэщысым Жансэхъу хуеплъэкӀащ мыбы жиӀэр сыт, жыхуаӀэу, Сэлим ищӀэххэртэкъым Жансэхъу жиӀа псалъэр, Сосрыкъуэ занщӀэу гу лъитэри убыжыпхъэ иӀыгъымкӀэ стӀолым теуащ: Къазджэрий! Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 613. Дэнэ щетӀысэхми, словарь цӀыкӀур кърихырт и жыпми псалъэ гуэрхэр зригъащӀэрт, нэмэзыбзэм хуэдэу къибжу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 599. 2. (40). Псалъэмакъ егъэкӀуэкӀыныгъэ, къэпсэлъэныгъэ. Бот къыгурыӀуат Думэсарэ гъуэгу тэмэм зэрытетыр, ауэ абы и псалъэм пидзыжын имыгъуэту, Астемыр дежкӀэ еплъэкӀырт, уэ зыгуэр жыпӀэфыну пӀэрэ, жиӀэ хуэдэу къригъэкӀыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 263. НэхъыбитӀым унафэм ипкъ иту къалэм дэкӀын хуейуэ абы нэхъ трагъащӀэрт, арщхьэкӀэ сэ здакъым: «Фи пашэр сэращ, сэ сыхьэрыпу щытамэ, зыми гурыщхъуэ къытхуищӀынутэкъым, ауэ сэ сыадыгэщи, жаӀэнур фощӀэ – мы къалэм бегъымбар къыщалъхуащ, хьэрып бегъымбарыр ехудийм хаутэ щхьэкӀэ адыгэ гузэвэн жаӀэнщи, псори дыкъэрабгъэу ди цӀэ ягъэӀунщ». Ар щыжысӀэм, зауэлӀхэу аскэр ахъырзэманхэр сиӀэти, си псалъэр къабыл ящӀащ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 399. Къазмай и псалъэр Инал ӀэщӀиудати, къущхьэ лӀыжьу къурш гъуэгуи къызэпызычам зиущэхужауэ щыст, къызэрыкӀуами, псалъэ зэрыжиӀами хущӀегъуэжа хуэдэт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 592. ◊ Псалъэ быдэ (5). ЗыгуэркӀэ къэбгъэгугъэу тхьэ Ӏуэныгъэ. ТенджызыщӀэм пшэ къыхэкӀыр, Пшэ адрейхэм хуэдэ дыдэу, Дыхуэзэшу, ди гум къэкӀыу, ДгъэлъэпӀэныр псалъэ быдэщ. Бгы собранэ. «Партыр ди пашэу», 84. Псалъэ быдэ етын (5). ЗыгуэркӀэ къэбгъэгугъэу тхьэ хуэӀуэн. КъыздэкӀуэну къызжиӀати, Мэкъум папщӀэ къигъэнащ, Ар си жагъуэ сэри хъуати, Псалъэ быдэ сэ естащ. Мэкъуауэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 46. СщӀэт а хьэщӀэр тпэгъунэгъууи Псалъэ быдэм сеувалӀэт Ар слъагъуныр лӀыгъэ пӀалъэу. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 48. Псалъэ гуапэ (9). ХъыбарыфӀ, щытхъу. Нахъуэ къызэрыфӀэщӀымкӀэ, хъыбарыфӀ жылэм яхэпхьэмэ, ар цӀыхум псалъэ гуапэкӀэ яжеӀэн хуейщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 507. Лу здэкӀуэнури здэжэнури имыщӀэу щытт, мыбы псори ещӀэ икӀи илъэгъуащ, ауэ щыхъукӀэ зызумысыэмэ, нэхъыфӀщ, жиӀа е и адэм папщӀэ псалъэ гуапэ зэрыжиӀар ара, сытми Лу и гур зыгуэру къэхъури псори къиӀуэтащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 595. – ЩӀалэр мэхъур нэхъ гумащӀэ, И Ӏум илъхэщ псалъэ гуапэ, Хъуну пӀэрэ ар бгъэзащӀэ, УкӀытэну щӀалэ напэ? «Тисей», 496. Псалъэ гуауэ (8). Зыгуэрым и жагъуэ хъун псалъэ. Псалъэ гуауэр жызыӀам щхьэл мывэ ирамыщэ дэнэ къэна, я къамэр кърахырти ирахужьэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 57. Зэгуэр иджы хуэдэ къабзэу си деж къэсауэ щытащ, зыгуэрым псалъэ гуауэкӀэ Ӏейуэ и гур хигъэщӀауэ [Тамарэ]. Лъапсэ, 17. Е псалъэ гуауэ къыбжаӀамэ, Ари тегъахуэ уи тэмакъ. Си къуэрылъху Алинэ деж. «Щхьэлыкъуэ», 408. Псалъэ губзыгъэ (1). Псалъэ Ӏущ, губзыгъагъэ. Къазджэрий къикӀуэтыртэкъым: - Псалъэ губзыгъэ, псаъэ узыншэ жыпӀэныр куэдкӀэ нэхъ гугъущ, фоч бгъэуэным нэхърэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 612. Псалъэ дыгъэл (3). Псалъэ дахэ. [Дэфэрэдж]–НтӀэ, накӀуэт модэкӀэ, уи псалъэ дыгъэлхэм дегупсысыни, - жысӀэри абы жиӀэнум нэзмыгъэсу, щӀалэм и Ӏэгъуапэ лъэныкъуэр субыдри ординаторскэмкӀэ слъэфыну сеӀащ, фӀы къызэрыпызмыхынур хьэкъкӀэ си фӀэщу. Лъапсэ, 64. ЦӀыкӀущэ Хьэрун къыжреӀэ:] –Псалъэ дыгъэл жыпӀащ. Нэгъуху, 19. Хъуэхъур зигу ирихьар къыщылъэтащ: [Сеймэныр]- Псалъэ дыгъэлщ жыпӀар, си къуэш [Мэмэт-щӀакъуэ жриӀэу]. Лъапсэ, 47. Псалъэ дыдж (17). Зыгуэрым и гум еуэн. СыбгъэщӀащи зэ гукъанэ, Псалъэ дыджыр гум имыкӀ. Сэ уэздыгъэ щӀызогъанэ… «Вагъуэ махуэ», 323. Псалъэ дыджу къызжепӀами – Сэ шэ фӀыцӀэу сигу хегъэщӀ. Уи нэу, уи псэу сыкъэплъагъурт. «Вагъуэ махуэ», 370. Курсантхэм яхэттэкъым Къазджэрий и жагъуэ ищӀмэ зи гуапэ, псори хущӀэкъурт ар нэфӀкӀэ зригъэплъыну, зыщигъэтхъуну, уеблэмэ, ярэби, дауэ сщӀымэ Къазджэрий и гум нэхъ ирихьыну, жиӀэу гупсысэр куэдт, езы Къазджэрий псэ зыӀутым иджыри къэс псалъэ дыдж жримыӀа пэтрэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 607. Псалъэ дзын (1). Зыгуэр псалъэмакъым хэгъэувэн, щӀыгъун. Думэсарэ и кӀэм урысыбзэ зыкъищӀри Астемыр дежкӀэ зы псалъэ идзащ: - Дэсудани, Къасболэт, жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 522. Псалъэ етын (7). Псэлъэну хуит щӀын. Нахъуэ адэкӀэ игъэпсэлъакъым Долэт, псалъэр Астемыр иритри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 649. Псалъэ къетын (2). Еплъ псалъэ етын. Астемыр псалъэ къызэрырату, Къазджэрий гуэщыбжэм деж къэуващ къедэӀуэну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 649. [Чокэ Апчарэ жреӀэ:] Иджыпсту, псалъэ къыуатынущ. Щынэхужьыкъуэ, 46. Псалъэ жымыӀэн (22). Мыпсэлъэн. ЦӀыхухъу гуэрым подноскӀэ псы щӀыӀэ, къэхьэуэ, ӀэфӀыкӀэ гуэрхэр щӀыгъужу къехьри мраморым къыхэщӀыкӀа Ӏэнэ цӀыкӀум къытрегъэувэ, езым зы псалъи жимыӀэу йокӀуэтыж. Аргъуей, 387. – Хьэпщхупщым я пӀалъэр уощӀэ, - жиӀэри етхуанэу къытхэту иджыри къэс псалъэ жызымыӀар къыщытхъури дежьэжауэ дыздэкӀуэм, вертолети дыхуэзэну хэт и гугъэнт? ХьэщӀэ лъапӀэ, 402. Псы цӀыкӀум зэрынэсу, Степан Ильичрэ Астемыррэ зы псалъи жамыӀэу ӀэплӀэ зэрашэкӀри быдэу я Ӏэр зэрыубыдыжащ, жыпӀэни щыӀэжтэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 226. Псалъэ закъуэ жыӀэн (20). Зыгуэр къэпсэлъын. Монвалерьеным мес и къуапэр, Арщ французхэм ятӀэ закъуэ Къызыдахыу тыгъэ гуапэу Сталин тыгъэ къыхуащӀар, Я псэм хэлъми хамыхыну Лъагъуныгъэри къыхуащӀыр, Я щӀыгу лъапӀэм щыщ щӀы мащӀэм ТекӀуэдакъым гъащӀэ мащӀэ; ЖаӀэ ахэм псалъэ закъуэ: Ди къэралыр яхъунщӀащи Ди хэку нэщӀым дыкъинакъэ, Уэ лъэпкъ псори бузэщӀащи Уэрщ дэ диӀэр ди гугъапӀэу. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 61. [Алыджыкъуэ:] Сэри чэф зиӀэм хуэдэу фызым и ужьым сиувэри ар зыдэкӀуэмкӀэ сежьащ, псалъэ закъуэ си жьэм къыжьэдэмыкӀыу. МелыӀыч, 440. ЗэпылъитӀым я гур зэрыщӀэрт, зэхуэзэрэ псалъэ закъуэ жамыӀами, а тӀум я псэмрэ я гумрэ зэжраӀэм гъунэ иӀэтэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667. Псалъэ захуэ (3). Псалъэ пэж. – Псалъэ захуэщ, Астемыр, - жиӀэри Елдар абыкӀэ акъылэгъу хъуащ, - а хъушэм хэт псори зэхуэдэ? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 541. Псалъэ иӀэн (1). Зыгуэр жыӀэну хуеин. Псалъэ иӀэщ Астемыр. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 649. Псалъэ зэӀэпыхын (1). Зэдэуэршэрын. Пщыхьэщхьэм псалъэр зэӀэпахыу Зэкъуэш зэхэсмэ, псалъэр ӀэфӀщ. ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 179. Псалъэ кӀасэ (1). Иужьрей псалъэ. И ныбапцӀэр ныхуэмыхьу Ӏэщэ закъуэм ар фӀолӀыкӀыр, ЗигъэлъапӀэу выгум ису КъыщыдэкӀым, жьафэр сысу ЖеӀэр пӀащӀэу: «Ӏэщэ ищӀу Жэщи махуи ар схуэгъасэ», - Пщым фокӀэщӀыр зыкӀэрищӀэу Арщ жиӀари псалъэ кӀасэу. «Тисей», 508. Псалъэ къабзэ (2). Псалъэ тэмэм, пэж. [Къылышбий] –Псалъэ къабзэщ, псалъэ узыншэщ жыпӀауэ хъуар, Хъазбулат. Хъуэпсэгъуэ нур, 116. Гуп зэхэтым псалъэ къабзэ ЖаӀэм пэжу арт я гуапэр, А ӀэщӀагъэр зейм и хъуэхъур Арт ди дежкӀэ псом нэхъапэр. Къуажэ лавкэм. «Партыр ди пашэу», 32. Псалъэ къедзын (1). ЖаӀам зыгуэр пэдзын. Къазджэрий, абы [Инал] жиӀэр зыхуихьынур имыщӀэу, Инал и псалъэм къридзащ: - АтӀэ уэри щхьэ утепсэлъыхьрэ? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 592. Псалъэ къыжьэдэлъэлъын (2). ПсынщӀэу, пӀащӀэу псэлъэн. Нышэдибэ лъандэрэ щытщ, - жиӀэу Ботэщ Айтэч и щӀалэ цӀыкӀу Астемыр къыжьэдэлъэлъырт псалъэр, адрейхэри зэрыгъэкӀийрт, жаӀэм щыщу зыри къыбгурымыӀуэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 61. Матренэ и жьэм псалъэ къыжьэдэлъэлъ щхьэкӀэ, и Ӏуэху щӀэн къанэртэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 556. Псалъэ къыжьэдэмыкӀын (16). Мыпсэлъэн, зыри жымыӀэн. Кодоевым я гъунэгъу Къэбэрдей- Балъкъэр хэкум и Ӏэтащхьэр къригъэблэгъа щхьэкӀэ, къэмыкӀуэххам хуэдэу, зыхамыбжэу, стӀол кӀапэ дыдэм деж ягъэтӀысауэ, екӀи фӀыкӀи псалъэ къыжьэдэмыкӀауэ, икӀи езыми емыупщӀӀауэ щысщ, зэрыфагъуэм нэхърэ нэхъ фагъуэж хъуауэ, и хэкум пача щӀыр и гум къыщӀитхъыу, цӀыхум дауэ я нэгу сыщӀэплъэжын жиӀэу и щхьэр здихьын имыщӀэу, ишхи ирифи щымыӀэу, и гур кӀуэдыпат. Лъапсэ, 91. Лулэмрэ зажигалкэмрэ и пащхьэм ислъхьэри жесӀэн хуеяр жесӀати, псалъэ си жьэм къыжьэдигъэкӀакъым, чыфтанц тӀэкӀур къигъэхьэзырауэ къыщӀэкӀри быхъи-сыхъи жимыӀэу къысхуишиящ, бзагуитӀ зэхуэза хуэдэу. МелыӀыч, 470. Тхьэм щхьэкӀэ къысхуэгъэгъу, ди шыпхъу: къемызэгъыу удгъэпӀейтеящ, емыкӀу къэтхьамэ, къытхуэгъэгъу, - жысӀэри цӀыхубзым и Ӏэр субыдыну сыхуежьати, си Ӏэр къиубыдын идакъым, зы псалъэ и жьэм къыжьэдэкӀакъым. МелыӀыч,456. Псалъэи жьэм къыжьэдэмыгъэкӀын (5). 1. (3). Зыхуейр занщӀэу хуэщӀэн. [Алыджыкъуэ:] Лулэмрэ зажигалкэмрэ и [лӀым] пащхьэм ислъхьэри жесӀэн хуеяр жесӀати, псалъэ си жьэм къыжьэдигъэкӀакъым, чыфтанц тӀэкӀур къигъэхьэзырауэ къыщӀэкӀри быхъи-сыхъи жимыӀэу къысхуишиящ, бзагуитӀ зэхуэза хуэдэу. МелыӀыч, 470-471. 2. (2). Мыпсэлъэн, зыри жымыӀэн. [Яков Борисович Иринэрэ Апчарэрэ яжреӀэ:] Фи жьэ зы псалъэ къыжьэдэвмыгъэкӀ. Нал къута, 282. Псалъэ къыхудэмышеижын (1). Зыри хужымыӀэжын. И анэм [Хьэбибэ] зы псалъэ къыхудэшеижыркъым. Щынэхужьыкъуэ, 25. Псалъэ мыхъумыщӀэ зэжеӀэн (1). ЗэфӀэнэн. А тӀум [Астемыррэ хьэжы Инусрэ] игъащӀэм къамэ къызэхурахакъым, псалъэ мыхъумыщӀэ зэжраӀакъым, зэгъунэгъуу псэурти, кхъузанэ хьэху щызэӀах е мафӀэхьэ щэзэхуэкӀуэ куэдрэ къэхъурт. Хъуэпсэгъуэ нур, 67. Псалъэ мышыу (4). Мыхьэнэ зимыӀэ псалъэмакъ куэд. Къэхъея псалъэмакъыр Нартыхум и гум шэуэ къытехуащи, иджы зыри и нэм къихьыжыркъым, сыщӀэкӀыу щхьэ семыжьэжрэ, жиӀэу къызэкӀуэкӀащ, псалъэ мышыум клубым щыжаӀар къыхыхьэжауэ зэгуэуд щхьэкӀэ, яхэкӀыжмэ, къызэхуэсам я жагъуэ хъунущи, жаӀар уи гум томыгъахуэу хъунукъым. Лъапсэ, 75. Си псалъэр мышыууэ къыпфӀэщӀынщ, ауэ пэж фӀэкӀа пцӀы жысӀэнукъым. [Матренэ] Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 560. [Астемыр Думэсарэ жриӀэу:] –Уа, уи псалъэ мышыум щхьэ дебгъэукӀрэ? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 519. Псалъэ пэж (4). ПцӀы зыхэмылъ псалъэ. Игу къэкӀауэ псалъэ пэж Фызым жиӀэу зэхихамэ, -Ар фыз Ӏуэхукъым, къэгъэзэж! Фыз унафэ. «Партыр ди пашэу», 109. Жыр джатэ щӀагъым ущӀэхуэм, «Си анэ» жыпӀэу умыджэ, А псалъэ пэжыр ди щӀыпӀэм ЩыжаӀэу пщӀэрэ, къэрабгъэ? «Адэ», 140. Уэсятым хуэдэу, уэ, си къуэш, КъедаӀуэ псалъэ пэж. Атакэм и пэкӀэ. «Шум и гъуэгу», 52. Псалъэ пэдзыжын (пэмыдзыжын) (9). Жэуап етыжын (емытыжын). Мэмэт-щӀакъуэ фыз унафэкӀэ мэпсэу жыпӀэмэ, тэмэм хъунукъым, сыту жыпӀэмэ, и фызым сыт жиӀами екӀи фӀыкӀи зы псалъэ пидзыжыркъым, цӀутӀ жимыӀэу псоми едаӀуэ хуэдэу зещӀ, ауэ фыз псалъэр хыв хьэ ебэнауэ къонэ. Лъапсэ, 67. Елдар псалъэм къыпидзащ: - Псори хъарзынэт, ауэ Къазджэрий Мэзкуу дыщыхуэмызэнкӀэ хъунущ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 522. Дэхэуэсу тхьэӀухудыр а фыз удым къыпоувыр, ЩӀым теувэм пӀэ щимыщӀу Ар есами нобэ къэс, Сэтэнейуэ ем и лӀыкӀуэм ЕкӀуу псалъэ ныпедзыж: «Уэ бэлыхьыр догъэшэчыр, Чэнджэщэгъур дэ ди лӀыгъэщ». «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 414. Псалъэ тын (12). Еплъ псалъэ етын. Псалъэ щыпткӀэ, мывэр псынщӀэщ, Бгым Жаншэрхъыу ар къожэх, ЩыбгъэпэжкӀэ, мэхъур хьэлъи, ПхуэмыӀэту уегъэмэх. Псалъэ щыпткӀэ. «Дамыгъэ», 116. Ӏэюб, ар жиӀэ щхьэкӀэ, гузавэртэкъым, Быцэ «уэр фӀэкӀа сызыдэкӀуэм щыӀэкъым», жиӀэу псалъэ къритат. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 525. Советскэм сеныкъуэкъункъым, жиӀэри псалъэ итати – еныкъуэкъуакъым: къыжраӀэ и унафэу, къулыкъу ищӀащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 652. Псалъэ узыншэ (8). Еплъ псалъэ къабзэ. Къазджэрий къикӀуэтыртэкъым: - Псалъэ губзыгъэ, псалъэ узыншэ жыпӀэныр куэдкӀэ нэхъ гугъущ, фоч бгъэуэным нэхърэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 612. – Лажьи шхэж, умылажьэмэ – лажьэ бгъуэтынщ, пщыи, уэркъи, заводчики, помещики ухуейкъым, жыхуэпӀэм нэхъ псалъэ узыншэ щыӀэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 177. Псалъэ къыхэлъхьэн (2). ӀуэхуеплъыкӀэ гуэр къыжыӀэн. КъэпӀэтми дэнэ пхьын, ауэ ӀункӀыбзэр бгъэкӀуэдмэ, уи ахъшэм упыкӀащ, - жиӀэри Боти и псалъэр къыхилъхьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 216. Псалъэ къыхэӀун (8). Псалъэмакъыр зэпыбуду зыгуэр хэжыпӀыхьын. – Апхуэдэу щыхъуар хьэжым и фызыр дунейм ехыжа и ужьщ, и ахърэт тхьэм дахэ ищӀ, - жиӀэри Исхьэкъ лӀыжьым и псалъэр аргуэру къыхиӀуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 80. Гъэмахуэу щытамэ, зыгуэрт, – жиӀэри иджыри къэс утыкум къихьэн шына бжьом и псалъи къыхиӀуащ, кхъухьыпщым къыдэщӀу закъыфӀигъэщӀыну. Кхъухь пхэж, 505. Мэсхьуди и псалъэр къыхиӀуащ: - Долэт пщӀэ къыщыхуащӀынур сэ бжесӀэнкӀэ, соӀуэ – кӀэмсэмолым молэр хэкум ирахумэ, Долэт нэмэзыбзэ тӀэкӀу ещӀэри сэбэп хъунщ, советскэ молэуэ как разу бгъэув хъунущ, ищӀэр мащӀэми пӀихыр куэду. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 644. Псалъэ шэрыуэ (1). Ӏуэхугъуэ гуэрым хуэкӀуэу къапсэлъ жыӀэгъуэ. Плъагъурэ, псалъэ шэрыуэ къэбгъуэтмэ, я нэхъ гугъур уи акъылым къещтэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 569. Псалъэ щхьэпэ (1). Сэбэп хъун псалъэ. [Омар:] Псалъэ щхьэпэ жыпӀа! Гъуэгуанэ, 103. Псалъэ ӀэфӀ (6). Псалъэ гуапэ. Хьэлу хэлъыр гъущӀу жами, Псалъэ ӀэфӀым ещӀ гур щабэ. Сингх жыхуаӀэр. «Батырыбжьэ», 91. Пщыхьэщхьэм псалъэр зэӀэпахыу Зэкъуэш зэхэсмэ, псалъэр ӀэфӀщ. ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 179. Нанэ Астемыр и щӀакӀуэ кӀапэм Ӏэ дилъэурэ псалъэ ӀэфӀу щыӀэр и къуэм щхьэкӀэ къибжырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 193. Псалъэ Ӏущ (1). Псалъэ губзыгъэ. Уи зэманыгъуэр щхьэмыгъазэщ, Зи псалъэ Ӏущым къадэгъэш. Хэт сыт ӀэнатӀэ къехъулӀами… «Батырыбжьэ», 63. Псалъэм ебэкъуэн (2). Псалъэм епцӀыжын. [Къазмай жеӀэ:] СыкъыщыкӀуэм сытым нэхъ гугъу сригъэхьа жыпӀэмэ, си псалъэ себэкъуэжыным нэхъ гугъу сригъэхьащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591. Уэ уи псалъэм уебакъуэри Фаризэт тӀуанэ тепщӀащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591. Псалъэм епцӀыжын (6). Еплъ псалъэм ебэкъуэкъуэн. Псалъэ епцӀыжыр зи хабзэ Ди щӀыпӀэ къабзэм щымыӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 425. И дунейр кӀыхьами-кӀэщӀами дыгъуэгъуакӀуэм хэмытыжыну тхьэ иӀуауэ щытми, и псалъэм епцӀыжри Жыраслъэн шы идыгъуащ, ЖиӀэри Нахъуэ къыщӀидзащ, Жыраслъэн зиш идыгъуар жылэм ямыщӀэ хуэдэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 646. Бэлыхь мыухми сыхырет, Си псалъэ зыкӀи сепцӀыжакъым. ЩӀы Ӏэбжьыб. «Мывэ хуабэ», 128. Псалъэм зегъэукъуэдиин (1). КӀыхьу псэлъэн. Долэт и псалъэм зригъэукъуэдийрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 252. Псалъэм кӀэ етын (7). Псалъэмакъым кӀэщӀ зегъэщӀын, псэлъэныр щыгъэтын, ухын. – НэгъуэщӀым мащэ хуэзытӀыр езыр мащэм ихуэнщ, – жиӀэри хьэжым и псалъэм кӀэ иритащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 80. – АтӀэ хъунщ, а псалъэмакъыр дывгъэух, - жиӀэри Елдар псалъэм кӀэ иритащ, - умыгузавэ, Думэсарэ, а жыпӀам щыщ зы псалъэ закъуэ дэзмыгъэхуу Инал жесӀэжынщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 546. Барчо псалъэм кӀэ иритащ: - Уасэр мис, нысэр, тхьэм жиӀэмэ, къыфхуэзгъэсынщ. Лъапсэ, 114. Псалъэм кӀэщӀ зегъэщӀын (3). Еплъ псалъэм кӀэ етын. Шэрихьэт полъкуми куэдрэ тепсэлъыхьа нэужь, Астемыр и псалъэм кӀэщӀ зригъэщӀащ: - Къызэрохь ахэри, щхьэ гъэва хуагъэтӀылъа хуэдэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 310. Псалъэм къыдэкӀуэу (10). Зытепсэлъыхьым щымыщу. Капитаным и псалъэм къыдэкӀуэу къалмыкъ губгъуэм нацдивизэр танкым пэуву зэрезэуауэ щытари и гум къигъэкӀыжащ. Нал къута, 304. Псалъэм къыдэкӀуэу яжриӀащ [Махъсидэ Алий сэлэтхэм]: дыуэ зыпщӀэхэлъым шэ къытехуэркъым, жиӀэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 121. Саният «Адыгэ клубым» кӀуэурэ Къазджэрий щӀедаӀуэри арат, Къэбэрдейм я хъыбар зэхихмэ, и нэпсым къызэпижыхьырт, нарт уэрэд зэзэмызэ хьэщӀэм и псалъэм къыдэкӀуэу къыхигъэщмэ, хъыджэбзым игури и псэри дихьэхырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 665. Псалъэм къыпыщэн (12). ЖыпӀэм адэкӀэ къыщӀыгъун. Астемыр и псалъэм къыпищэмэ хъуну къилъытэри, щӀэупщӀащ: - Школым дыщӀыхуейр зымыщӀэ тхэт дэ сытми? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 655. Абдеж къыдырми и псалъэм къыпещэ: - Сэ мурадыр си щхьэ закъуэракъым зытесщӀыхьыр. Кхъухь пхэнж, 501. КомандиритӀыр зэхъурджауэм фӀэмыфӀу Апчарэ аргуэру и псалъэм къыпищащ: - Ей, Къагъырмэс и махуэ ди Щэулэхъуи къыхуэкӀуэным тӀэкӀут къэнэжар. Нал къута, 268. Псалъэм папщӀэ (8). Къапщтэмэ. Псалъэм папщӀэ, нартыхур элеваторым яшауэ ират, нэхъапэ щӀыкӀэ лаборанткэхэм пробэр хахын хуейщи, абы нимыгъэсу Ботэх лабораторэм яфӀыщӀохьэ, щыщӀыхьэм деж зыгуэрым имыгъакӀуэ хуэдэу зехъунщӀэ, бжэр къызэрыӀуихыу: - СощӀэ, сощӀэ, си къуэш, ущӀыхьэ зэрымыхъунур, си лъапэ щӀэсчэнурэ къэзгъэзэжынущ. Лъапсэ, 96. Псалъэм папщӀэ: адыгэм зы зэман гуэр къэралыгъуэ яӀэу цӀыхубз пащтыхь яӀауэ жеӀэ [ЦӀагъуэ Нурий итха «Адыгэ тхыдэ» тхылъым]. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 529. Шу псори зэбгъурыту макӀуэ, псалъэм папщӀэ, япэ имыщыпхъэ хэтмэ, и шыр къыжьэдекъуэ, ауэ а шу къомыр атакэ кӀуэуэ ежьакъэ – къыжьэдэкъуэ-ныжьэдэкъуэ щыӀэжкъым, щхьэж и шым и къару къызэрихькӀэ теутӀыпщхьауэ мажэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 543. [И] псалъэм темыкӀын (2). Зыгуэр нэрыгъыу убыдын, жыпӀам утетын. Таша зиущэхуауэ едаӀуэ щхьэкӀэ, и псалъэм текӀыну и мурадыххэтэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 549. Зэхэтшэнщ жызыӀэу зи псалъэ яхутемыкӀыр езы Къулыр арат. Щынэхужьыкъуэ, 40. Псалъэм щхьэкӀэ (5). Еплъ псалъэм папщӀэ. Хъыджэбз цӀыкӀур илъэсипщӀым нэса и ужькӀэщ щащэр, и уасэри белджылыщ: илъэс къэс тумэн зырыз поуври, псалъэм щхьэкӀэ, илъэс пщыкӀух хъуамэ тумэн пщыкӀух етын хуейщ, пщэр ууейуэ е уи быну щытмэ, къэдыгъуа пщэрэ – узэрызэгурыӀуэщ. Лъапсэ, 37. Псалъэм щхьэкӀэ, хъыджэбзым фошыгъу шей къещӀри Ӏэнэм къытрегъэувэ, фошыгъу хэмылъу. Лъапсэ, 109. Иджы зыгуэрым уи жагъуэ ещӀыр, псалъэ щхьэкӀэ. Нал къута, 231. Псалъэр гъэпэжын (2). ЖыпӀам тетын, къэмыгъэпцӀэн. Инал псалъэ жиӀар игъэпэжащ, Мэтхъэныр къакӀуэу телеграммэ къызэрыӀэрыхьэу, къыпежьащ зы гуп хъууэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 530. Барчо и псалъэр игъэпэжащ, хъыджэбзыр Дэфэрэдж зыщӀэхъуэпсым хуэдэу щӀалэт, нэмэзмыщӀ цӀыкӀут. Лъапсэ, 115. Псалъэр зэпыгъэун (6). Псэлъэн пӀалъэ гуэркӀэ щыгъэтын. Дэ щхьэузыншэу дыпсэунут, щхьэж къилэжьымкӀэ псэужу щытатэмэ, - старшынэм и псалъэр зэпигъэуащ, тӀэкӀу гупсысэри, къыжиӀащ: -АтӀэ хэт дэ щхьэ уз дыщызымыгъащӀэр? Хъуэпсэгъуэ нур, 87. Степан Ильич и псалъэр зэпигъэури зэщӀэдэӀукӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 222. Псалъэр зэпыудын (21). Псэлъэныр щегъэгъэтын, жиӀэнур жемыгъэӀэн АрщхьэкӀэ Бэлацэ и псалъэр Мусэ зэпиудащ: - Уэ уи пщӀэнтӀэпсу пӀэрэ а фӀыгъуэ къомыр къызыщӀэкӀар? Хъуэпсэгъуэ нур, 251. Апчарэ дежкӀэ емыкӀут цӀыхухъум я псалъэ зэпиудыну, итӀани дадэм псори къытефыщӀыхьу къагъэгубжьати, и гум темыхуэу къэпсэлъащ: - ИгъащӀэм дызэгъунэгъущ, пэжкъэ? Нал къута, 273. Аннэ Павловнэ къыпещэ: - Си псалъэр зэпумыуду къедаӀуэ, уи анэр узогъэлъэӀу. Лъапсэ, 7. [И] псалъэр пхыкӀын (4). КъедэӀуэн, жиӀэр ягъэзэщӀэн. Инал лӀы хахуэ хъуащ, къулыкъушхуэ зэрехьэ, куэд къыфӀолӀыкӀ, и псалъэр пхокӀ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 528. Гъуумар и псалъэр нэхъ пхыкӀащ Залымджэрий и псалъэм нэхърэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 91. Псалъэр пычын (3). Псалъэныр щыгъэтын, зыущэхужын. ЗэкъуэшитӀыр къызэщӀэплъауэ унэм щӀэлъадэу зым зыр пэрыуэу махуэ псом къалэм щалъэгъуар яӀуатэу щыщӀадзэ дыдэм, Думэсарэрэ Нанэрэ нэщхъейуэ, я нэпсыр ямылъэщӀу гъыуэ ялъагъури, тӀуми зэуэ я псалъэр пачащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 128. Псалъэр пыудын (1). Псалъэмакъыр кӀэщӀу щыгъэтын. Залымджэрий фэншэми, жиӀэнур ищӀэрт: - Уэ зи гугъу пхуэсщӀу къебджа хьэсэпэхъумэу Ботэщыр арщ, - жиӀэри кӀэщӀу пиудащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 115. Псалъэр ухын (15). ЖыпӀэныр нэгъэсын. Ерул джэну лъэрыгъыпсым иувэрэ зытриӀэтыкӀмэ, «сархъ», пщӀэгъуалэр езыр-езыру къэувыӀэрти, «немыкӀуалӀэм етхьэкъунущ» жиӀэу Ерул и псалъэр иухмэ, ежьэжырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 83. Езыри приказым щыгуфӀыкӀырт, зи цӀэ ириӀуэ зауэлӀхэм яхуэарэзыти, и псалъэр иухмэ, ӀэплӀэ яхуищӀынщ жыуигъэӀэу капитаныр къызэщӀэплъат, къызэхуэсахэр къигъэуӀэбжьу, итӀани Якъуб зыкӀи зыхищӀэртэкъым. Нал къута, 304. Дауи жиӀэнт, Къазджэрий и псалъэр имыухауэ: - А пьесэр зытхынур сэрауи къыщӀэкӀынтэкъым, жиӀэрт Къазджэрий, - сэрмырами, ар зытхыни къэхъунщ, Лу, а пьесэр зытхынур уэрауэ къыщӀыкӀ, къаплъэкъэдаӀуэ, уэракӀэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 623. Псалъэр Ӏэпыудын (4). Зыгуэр жызыӀэм пэрыуэн. Зэзауэм къыщӀадзэнут Долэт сымэ, арщхьэкӀэ Астемыр Ӏэпауда псалъэм и кӀапэр къиубыдыжащ: – Культурнэ революцэм, - жиӀэрт Астемыр, - фронт иӀэ щхьэкӀэ, а фронтым лъы щагъажэркъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 655. «ЖимыӀэн гуэр къыхиӀунущ мыбы», - жиӀэри Астемыр фызым и псалъэр Ӏэпиудащ: - КӀуэи шху тӀэкӀу къытхуэхьыт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 540. Чачэ жиӀэнур Нахъуэ псэкӀэ ищӀэрти, аргуэру фызыжьым и псалъэр Ӏэпиудащ… Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 512. Псалъэр ӀэщӀэпхъуэтын (1). Зыгуэрым жиӀэр зэпыбуду упсэлъэн. Думэсарэ псалъэр яӀэщӀипхъуэтащ: – Алыхь, сэ вжесӀэнмэ Дотий ар илъагъу щӀэмыхъур: Инал хэкум имылъ кърелъхьэ, цӀыхум ямыщӀэ ярегъащӀэ – ӀуэхуфӀ Ӏэджэм яужь итщ, ауэ лей щызэрихьи къохъу… Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 540. Псалъэр ӀэщӀэхун (3). Зыгуэр игу ихун, щыгъупщэн. И анэм и макъ щызэхихым, Апчарэ и псалъэр ӀэщӀэхуащ. Щынэхужьыкъуэ, 47. [И] псалъэ шэуэ къытехуэн (1). Зыгуэр егъэлеяуэ жагъуэ пщыхъун. Ауэ Елдар къэгубжьакъым, Думэсарэ и псалъэр шэуэ техуами. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 542. ☐ Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи тӀыс (3). Еплъ гупсысэ. Псалъэм и пэр умыщӀэмэ, и кӀэр пщӀэркъым (1). Ӏуэхум и пэжыпӀэр къыбгурыӀуэн щхьэкӀэ и къежьапӀэр пщӀэн хуейщ. Псалъэм и пэр умыщӀэмэ, и кӀэр пщӀэркъым, щыжаӀэкӀэ, къытедгъэзэжынщи, Инус и гугъу тщӀынщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 67. Езыми [Иринэ] псалъэм и кӀэри и пэри имыщӀэу къыхиӀуащ: - Нанэ, Албиян уӀэгъэ хъуауэ госпиталым щӀэлъщ, - жиӀэри… Нал къута, 225. Псалъэм и щхьэр умыщӀэмэ, и кӀэр пщӀэркъым (1). Еплъ Псалъэм и пэр умыщӀэмэ, и кӀэр пщӀэркъым. Ти, псалъэм и щхьэр умыщӀэмэ, и кӀэри пщӀэркъым жыхуаӀэр аращи, Казбек Машевич и щхьэм къыщыщӀидзащ. Лъапсэ, 83. Псалъэр улъийркъым (1). КъыбжьэдэкӀар кӀуэдыркъым. Псалъэр улъийркъым. Лермонтовыр цӀыхум ящыгъупщэну?- [жиӀэрт Къазджэрий]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 612.

Düzeltme Öner

псалъэ къыхудэмышеижын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.