псалъэм кӀэ етын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
псалъэ
1. Бзэм щыщу къэхъукъащӀэ, предмет сыт хуэдэхэр къызэраӀуатэ цӀэ.
Гур къэплъати гъущӀэрт ди гур, Бийм я дежым бзэмыӀу псалъэр Щызэхэтхырт, ахэр щэӀуу, ТщӀэрт гупсэхуу бийм и пӀалъэ – Ангылызхэрт а бзэмыӀур, Гурымыхьу ди щӀым щыӀур.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 51
+2 örnek
Къазджэрийрэ Сэлимрэ здэщысым Жансэхъу хуеплъэкӀащ мыбы жиӀэр сыт, жыхуаӀэу, Сэлим ищӀэххэртэкъым Жансэхъу жиӀа псалъэр, Сосрыкъуэ занщӀэу гу лъитэри убыжыпхъэ иӀыгъымкӀэ стӀолым теуащ: Къазджэрий!— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 613
Дэнэ щетӀысэхми, словарь цӀыкӀур кърихырт и жыпми псалъэ гуэрхэр зригъащӀэрт, нэмэзыбзэм хуэдэу къибжу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 599
2. Псалъэмакъ егъэкӀуэкӀыныгъэ, къэпсэлъэныгъэ.
Бот къыгурыӀуат Думэсарэ гъуэгу тэмэм зэрытетыр, ауэ абы и псалъэм пидзыжын имыгъуэту, Астемыр дежкӀэ еплъэкӀырт, уэ зыгуэр жыпӀэфыну пӀэрэ, жиӀэ хуэдэу къригъэкӀыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 263
+2 örnek
НэхъыбитӀым унафэм ипкъ иту къалэм дэкӀын хуейуэ абы нэхъ трагъащӀэрт, арщхьэкӀэ сэ здакъым: «Фи пашэр сэращ, сэ сыхьэрыпу щытамэ, зыми гурыщхъуэ къытхуищӀынутэкъым, ауэ сэ сыадыгэщи, жаӀэнур фощӀэ – мы къалэм бегъымбар къыщалъхуащ, хьэрып бегъымбарыр ехудийм хаутэ щхьэкӀэ адыгэ гузэвэн жаӀэнщи, псори дыкъэрабгъэу ди цӀэ ягъэӀунщ». Ар щыжысӀэм, зауэлӀхэу аскэр ахъырзэманхэр сиӀэти, си псалъэр къабыл ящӀащ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 399
Къазмай и псалъэр Инал ӀэщӀиудати, къущхьэ лӀыжьу къурш гъуэгуи къызэпызычам зиущэхужауэ щыст, къызэрыкӀуами, псалъэ зэрыжиӀами хущӀегъуэжа хуэдэт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 592
Deyimler (55)
псалъэ быдэ
ЗыгуэркӀэ къэбгъэгугъэу тхьэ Ӏуэныгъэ.
ТенджызыщӀэм пшэ къыхэкӀыр, Пшэ адрейхэм хуэдэ дыдэу, Дыхуэзэшу, ди гум къэкӀыу, ДгъэлъэпӀэныр псалъэ быдэщ.— Бгы собранэ. «Партыр ди пашэу», 84
псалъэ быдэ етын
ЗыгуэркӀэ къэбгъэгугъэу тхьэ хуэӀуэн.
КъыздэкӀуэну къызжиӀати, Мэкъум папщӀэ къигъэнащ, Ар си жагъуэ сэри хъуати, Псалъэ быдэ сэ естащ.— Мэкъуауэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 46
+1 örnek
СщӀэт а хьэщӀэр тпэгъунэгъууи Псалъэ быдэм сеувалӀэт Ар слъагъуныр лӀыгъэ пӀалъэу.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 48
псалъэ гуапэ
ХъыбарыфӀ, щытхъу.
Нахъуэ къызэрыфӀэщӀымкӀэ, хъыбарыфӀ жылэм яхэпхьэмэ, ар цӀыхум псалъэ гуапэкӀэ яжеӀэн хуейщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 507
+2 örnek
Лу здэкӀуэнури здэжэнури имыщӀэу щытт, мыбы псори ещӀэ икӀи илъэгъуащ, ауэ щыхъукӀэ зызумысыэмэ, нэхъыфӀщ, жиӀа е и адэм папщӀэ псалъэ гуапэ зэрыжиӀар ара, сытми Лу и гур зыгуэру къэхъури псори къиӀуэтащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 595
– ЩӀалэр мэхъур нэхъ гумащӀэ, И Ӏум илъхэщ псалъэ гуапэ, Хъуну пӀэрэ ар бгъэзащӀэ, УкӀытэну щӀалэ напэ? «— Тисей, 496
псалъэ гуауэ
Зыгуэрым и жагъуэ хъун псалъэ.
Псалъэ гуауэр жызыӀам щхьэл мывэ ирамыщэ дэнэ къэна, я къамэр кърахырти ирахужьэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 57
+2 örnek
Зэгуэр иджы хуэдэ къабзэу си деж къэсауэ щытащ, зыгуэрым псалъэ гуауэкӀэ Ӏейуэ и гур хигъэщӀауэ [Тамарэ].— Лъапсэ, 17
Е псалъэ гуауэ къыбжаӀамэ, Ари тегъахуэ уи тэмакъ.— Си къуэрылъху Алинэ деж. «Щхьэлыкъуэ», 408
псалъэ губзыгъэ
Псалъэ Ӏущ, губзыгъагъэ.
Къазджэрий къикӀуэтыртэкъым: - Псалъэ губзыгъэ, псаъэ узыншэ жыпӀэныр куэдкӀэ нэхъ гугъущ, фоч бгъэуэным нэхърэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 612
псалъэ дыгъэл
Псалъэ дахэ.
[Дэфэрэдж]–НтӀэ, накӀуэт модэкӀэ, уи псалъэ дыгъэлхэм дегупсысыни, - жысӀэри абы жиӀэнум нэзмыгъэсу, щӀалэм и Ӏэгъуапэ лъэныкъуэр субыдри ординаторскэмкӀэ слъэфыну сеӀащ, фӀы къызэрыпызмыхынур хьэкъкӀэ си фӀэщу.— Лъапсэ, 64
+2 örnek
ЦӀыкӀущэ Хьэрун къыжреӀэ:] –Псалъэ дыгъэл жыпӀащ.— Нэгъуху, 19
Хъуэхъур зигу ирихьар къыщылъэтащ: [Сеймэныр]- Псалъэ дыгъэлщ жыпӀар, си къуэш [Мэмэт-щӀакъуэ жриӀэу].— Лъапсэ, 47
псалъэ дыдж
Зыгуэрым и гум еуэн.
СыбгъэщӀащи зэ гукъанэ, Псалъэ дыджыр гум имыкӀ.— Сэ уэздыгъэ щӀызогъанэ… Вагъуэ махуэ, 323
+2 örnek
Псалъэ дыджу къызжепӀами – Сэ шэ фӀыцӀэу сигу хегъэщӀ.— Уи нэу, уи псэу сыкъэплъагъурт. «Вагъуэ махуэ», 370
Курсантхэм яхэттэкъым Къазджэрий и жагъуэ ищӀмэ зи гуапэ, псори хущӀэкъурт ар нэфӀкӀэ зригъэплъыну, зыщигъэтхъуну, уеблэмэ, ярэби, дауэ сщӀымэ Къазджэрий и гум нэхъ ирихьыну, жиӀэу гупсысэр куэдт, езы Къазджэрий псэ зыӀутым иджыри къэс псалъэ дыдж жримыӀа пэтрэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 607
псалъэ дзын
Зыгуэр псалъэмакъым хэгъэувэн, щӀыгъун.
Думэсарэ и кӀэм урысыбзэ зыкъищӀри Астемыр дежкӀэ зы псалъэ идзащ: - Дэсудани, Къасболэт, жиӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 522
псалъэ етын
Псэлъэну хуит щӀын.
Нахъуэ адэкӀэ игъэпсэлъакъым Долэт, псалъэр Астемыр иритри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 649
псалъэ къетын
Астемыр псалъэ къызэрырату, Къазджэрий гуэщыбжэм деж къэуващ къедэӀуэну.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 649
+1 örnek
[Чокэ Апчарэ жреӀэ:] Иджыпсту, псалъэ къыуатынущ.— Щынэхужьыкъуэ, 46
Еплъ: псалъэ етын
псалъэ жымыӀэн
Мыпсэлъэн.
ЦӀыхухъу гуэрым подноскӀэ псы щӀыӀэ, къэхьэуэ, ӀэфӀыкӀэ гуэрхэр щӀыгъужу къехьри мраморым къыхэщӀыкӀа Ӏэнэ цӀыкӀум къытрегъэувэ, езым зы псалъи жимыӀэу йокӀуэтыж.— Аргъуей, 387
+2 örnek
– Хьэпщхупщым я пӀалъэр уощӀэ, - жиӀэри етхуанэу къытхэту иджыри къэс псалъэ жызымыӀар къыщытхъури дежьэжауэ дыздэкӀуэм, вертолети дыхуэзэну хэт и гугъэнт?— ХьэщӀэ лъапӀэ, 402
Псы цӀыкӀум зэрынэсу, Степан Ильичрэ Астемыррэ зы псалъи жамыӀэу ӀэплӀэ зэрашэкӀри быдэу я Ӏэр зэрыубыдыжащ, жыпӀэни щыӀэжтэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 226
псалъэ закъуэ жыӀэн
Зыгуэр къэпсэлъын.
Монвалерьеным мес и къуапэр, Арщ французхэм ятӀэ закъуэ Къызыдахыу тыгъэ гуапэу Сталин тыгъэ къыхуащӀар, Я псэм хэлъми хамыхыну Лъагъуныгъэри къыхуащӀыр, Я щӀыгу лъапӀэм щыщ щӀы мащӀэм ТекӀуэдакъым гъащӀэ мащӀэ; ЖаӀэ ахэм псалъэ закъуэ: Ди къэралыр яхъунщӀащи Ди хэку нэщӀым дыкъинакъэ, Уэ лъэпкъ псори бузэщӀащи Уэрщ дэ диӀэр ди гугъапӀэу.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 61
+2 örnek
[Алыджыкъуэ:] Сэри чэф зиӀэм хуэдэу фызым и ужьым сиувэри ар зыдэкӀуэмкӀэ сежьащ, псалъэ закъуэ си жьэм къыжьэдэмыкӀыу.— МелыӀыч, 440
ЗэпылъитӀым я гур зэрыщӀэрт, зэхуэзэрэ псалъэ закъуэ жамыӀами, а тӀум я псэмрэ я гумрэ зэжраӀэм гъунэ иӀэтэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667
псалъэ захуэ
Псалъэ пэж.
– Псалъэ захуэщ, Астемыр, - жиӀэри Елдар абыкӀэ акъылэгъу хъуащ, - а хъушэм хэт псори зэхуэдэ?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 541
псалъэ иӀэн
Зыгуэр жыӀэну хуеин.
Псалъэ иӀэщ Астемыр.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 649
псалъэ зэӀэпыхын
Зэдэуэршэрын.
Пщыхьэщхьэм псалъэр зэӀэпахыу Зэкъуэш зэхэсмэ, псалъэр ӀэфӀщ.— ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 179
псалъэ кӀасэ
Иужьрей псалъэ.
И ныбапцӀэр ныхуэмыхьу Ӏэщэ закъуэм ар фӀолӀыкӀыр, ЗигъэлъапӀэу выгум ису КъыщыдэкӀым, жьафэр сысу ЖеӀэр пӀащӀэу: «Ӏэщэ ищӀу Жэщи махуи ар схуэгъасэ», - Пщым фокӀэщӀыр зыкӀэрищӀэу Арщ жиӀари псалъэ кӀасэу.— Тисей, 508
псалъэ къабзэ
Псалъэ тэмэм, пэж.
[Къылышбий] –Псалъэ къабзэщ, псалъэ узыншэщ жыпӀауэ хъуар, Хъазбулат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 116
+1 örnek
Гуп зэхэтым псалъэ къабзэ ЖаӀэм пэжу арт я гуапэр, А ӀэщӀагъэр зейм и хъуэхъур Арт ди дежкӀэ псом нэхъапэр.— Къуажэ лавкэм. «Партыр ди пашэу», 32
псалъэ къедзын
ЖаӀам зыгуэр пэдзын.
Къазджэрий, абы [Инал] жиӀэр зыхуихьынур имыщӀэу, Инал и псалъэм къридзащ: - АтӀэ уэри щхьэ утепсэлъыхьрэ?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 592
псалъэ къыжьэдэлъэлъын
ПсынщӀэу, пӀащӀэу псэлъэн.
Нышэдибэ лъандэрэ щытщ, - жиӀэу Ботэщ Айтэч и щӀалэ цӀыкӀу Астемыр къыжьэдэлъэлъырт псалъэр, адрейхэри зэрыгъэкӀийрт, жаӀэм щыщу зыри къыбгурымыӀуэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 61
+1 örnek
Матренэ и жьэм псалъэ къыжьэдэлъэлъ щхьэкӀэ, и Ӏуэху щӀэн къанэртэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 556
псалъэ къыжьэдэмыкӀын
Мыпсэлъэн, зыри жымыӀэн.
Кодоевым я гъунэгъу Къэбэрдей- Балъкъэр хэкум и Ӏэтащхьэр къригъэблэгъа щхьэкӀэ, къэмыкӀуэххам хуэдэу, зыхамыбжэу, стӀол кӀапэ дыдэм деж ягъэтӀысауэ, екӀи фӀыкӀи псалъэ къыжьэдэмыкӀауэ, икӀи езыми емыупщӀӀауэ щысщ, зэрыфагъуэм нэхърэ нэхъ фагъуэж хъуауэ, и хэкум пача щӀыр и гум къыщӀитхъыу, цӀыхум дауэ я нэгу сыщӀэплъэжын жиӀэу и щхьэр здихьын имыщӀэу, ишхи ирифи щымыӀэу, и гур кӀуэдыпат.— Лъапсэ, 91
+2 örnek
Лулэмрэ зажигалкэмрэ и пащхьэм ислъхьэри жесӀэн хуеяр жесӀати, псалъэ си жьэм къыжьэдигъэкӀакъым, чыфтанц тӀэкӀур къигъэхьэзырауэ къыщӀэкӀри быхъи-сыхъи жимыӀэу къысхуишиящ, бзагуитӀ зэхуэза хуэдэу.— МелыӀыч, 470
Тхьэм щхьэкӀэ къысхуэгъэгъу, ди шыпхъу: къемызэгъыу удгъэпӀейтеящ, емыкӀу къэтхьамэ, къытхуэгъэгъу, - жысӀэри цӀыхубзым и Ӏэр субыдыну сыхуежьати, си Ӏэр къиубыдын идакъым, зы псалъэ и жьэм къыжьэдэкӀакъым.— МелыӀыч, 456
псалъэи жьэм къыжьэдэмыгъэкӀын
1. Зыхуейр занщӀэу хуэщӀэн. -471.
[Алыджыкъуэ:] Лулэмрэ зажигалкэмрэ и [лӀым] пащхьэм ислъхьэри жесӀэн хуеяр жесӀати, псалъэ си жьэм къыжьэдигъэкӀакъым, чыфтанц тӀэкӀур къигъэхьэзырауэ къыщӀэкӀри быхъи-сыхъи жимыӀэу къысхуишиящ, бзагуитӀ зэхуэза хуэдэу.— МелыӀыч, 470
2. Мыпсэлъэн, зыри жымыӀэн.
[Яков Борисович Иринэрэ Апчарэрэ яжреӀэ:] Фи жьэ зы псалъэ къыжьэдэвмыгъэкӀ.— Нал къута, 282
псалъэ къыхудэмышеижын
Зыри хужымыӀэжын.
И анэм [Хьэбибэ] зы псалъэ къыхудэшеижыркъым.— Щынэхужьыкъуэ, 25
псалъэ мыхъумыщӀэ зэжеӀэн
ЗэфӀэнэн.
А тӀум [Астемыррэ хьэжы Инусрэ] игъащӀэм къамэ къызэхурахакъым, псалъэ мыхъумыщӀэ зэжраӀакъым, зэгъунэгъуу псэурти, кхъузанэ хьэху щызэӀах е мафӀэхьэ щэзэхуэкӀуэ куэдрэ къэхъурт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 67
псалъэ мышыу
Мыхьэнэ зимыӀэ псалъэмакъ куэд.
Къэхъея псалъэмакъыр Нартыхум и гум шэуэ къытехуащи, иджы зыри и нэм къихьыжыркъым, сыщӀэкӀыу щхьэ семыжьэжрэ, жиӀэу къызэкӀуэкӀащ, псалъэ мышыум клубым щыжаӀар къыхыхьэжауэ зэгуэуд щхьэкӀэ, яхэкӀыжмэ, къызэхуэсам я жагъуэ хъунущи, жаӀар уи гум томыгъахуэу хъунукъым.— Лъапсэ, 75
+2 örnek
Си псалъэр мышыууэ къыпфӀэщӀынщ, ауэ пэж фӀэкӀа пцӀы жысӀэнукъым. [Матренэ]— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 560
[Астемыр Думэсарэ жриӀэу:] –Уа, уи псалъэ мышыум щхьэ дебгъэукӀрэ?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 519
псалъэ пэж
ПцӀы зыхэмылъ псалъэ.
Игу къэкӀауэ псалъэ пэж Фызым жиӀэу зэхихамэ, -Ар фыз Ӏуэхукъым, къэгъэзэж!— Фыз унафэ. «Партыр ди пашэу», 109
+2 örnek
Жыр джатэ щӀагъым ущӀэхуэм, «Си анэ» жыпӀэу умыджэ, А псалъэ пэжыр ди щӀыпӀэм ЩыжаӀэу пщӀэрэ, къэрабгъэ?— Адэ, 140
Уэсятым хуэдэу, уэ, си къуэш, КъедаӀуэ псалъэ пэж.— Атакэм и пэкӀэ. «Шум и гъуэгу», 52
псалъэ пэдзыжын (пэмыдзыжын)
Жэуап етыжын (емытыжын).
Мэмэт-щӀакъуэ фыз унафэкӀэ мэпсэу жыпӀэмэ, тэмэм хъунукъым, сыту жыпӀэмэ, и фызым сыт жиӀами екӀи фӀыкӀи зы псалъэ пидзыжыркъым, цӀутӀ жимыӀэу псоми едаӀуэ хуэдэу зещӀ, ауэ фыз псалъэр хыв хьэ ебэнауэ къонэ.— Лъапсэ, 67
+2 örnek
Елдар псалъэм къыпидзащ: - Псори хъарзынэт, ауэ Къазджэрий Мэзкуу дыщыхуэмызэнкӀэ хъунущ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 522
Дэхэуэсу тхьэӀухудыр а фыз удым къыпоувыр, ЩӀым теувэм пӀэ щимыщӀу Ар есами нобэ къэс, Сэтэнейуэ ем и лӀыкӀуэм ЕкӀуу псалъэ ныпедзыж: «Уэ бэлыхьыр догъэшэчыр, Чэнджэщэгъур дэ ди лӀыгъэщ».— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 414
псалъэ тын
Псалъэ щыпткӀэ, мывэр псынщӀэщ, Бгым Жаншэрхъыу ар къожэх, ЩыбгъэпэжкӀэ, мэхъур хьэлъи, ПхуэмыӀэту уегъэмэх.— Псалъэ щыпткӀэ. «Дамыгъэ», 116
+2 örnek
Ӏэюб, ар жиӀэ щхьэкӀэ, гузавэртэкъым, Быцэ «уэр фӀэкӀа сызыдэкӀуэм щыӀэкъым», жиӀэу псалъэ къритат.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 525
Советскэм сеныкъуэкъункъым, жиӀэри псалъэ итати – еныкъуэкъуакъым: къыжраӀэ и унафэу, къулыкъу ищӀащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 652
Еплъ: псалъэ етын
псалъэ узыншэ
Къазджэрий къикӀуэтыртэкъым: - Псалъэ губзыгъэ, псалъэ узыншэ жыпӀэныр куэдкӀэ нэхъ гугъущ, фоч бгъэуэным нэхърэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 612
+1 örnek
– Лажьи шхэж, умылажьэмэ – лажьэ бгъуэтынщ, пщыи, уэркъи, заводчики, помещики ухуейкъым, жыхуэпӀэм нэхъ псалъэ узыншэ щыӀэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 177
Еплъ: псалъэ къабзэ
псалъэ къыхэлъхьэн
ӀуэхуеплъыкӀэ гуэр къыжыӀэн.
КъэпӀэтми дэнэ пхьын, ауэ ӀункӀыбзэр бгъэкӀуэдмэ, уи ахъшэм упыкӀащ, - жиӀэри Боти и псалъэр къыхилъхьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 216
псалъэ къыхэӀун
Псалъэмакъыр зэпыбуду зыгуэр хэжыпӀыхьын.
– Апхуэдэу щыхъуар хьэжым и фызыр дунейм ехыжа и ужьщ, и ахърэт тхьэм дахэ ищӀ, - жиӀэри Исхьэкъ лӀыжьым и псалъэр аргуэру къыхиӀуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 80
+2 örnek
Гъэмахуэу щытамэ, зыгуэрт, – жиӀэри иджыри къэс утыкум къихьэн шына бжьом и псалъи къыхиӀуащ, кхъухьыпщым къыдэщӀу закъыфӀигъэщӀыну.— Кхъухь пхэж, 505
Мэсхьуди и псалъэр къыхиӀуащ: - Долэт пщӀэ къыщыхуащӀынур сэ бжесӀэнкӀэ, соӀуэ – кӀэмсэмолым молэр хэкум ирахумэ, Долэт нэмэзыбзэ тӀэкӀу ещӀэри сэбэп хъунщ, советскэ молэуэ как разу бгъэув хъунущ, ищӀэр мащӀэми пӀихыр куэду.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 644
псалъэ шэрыуэ
Ӏуэхугъуэ гуэрым хуэкӀуэу къапсэлъ жыӀэгъуэ.
Плъагъурэ, псалъэ шэрыуэ къэбгъуэтмэ, я нэхъ гугъур уи акъылым къещтэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 569
псалъэ щхьэпэ
Сэбэп хъун псалъэ. [
Омар:] Псалъэ щхьэпэ жыпӀа!— Гъуэгуанэ, 103
псалъэ ӀэфӀ
Псалъэ гуапэ.
Хьэлу хэлъыр гъущӀу жами, Псалъэ ӀэфӀым ещӀ гур щабэ.— Сингх жыхуаӀэр. «Батырыбжьэ», 91
+2 örnek
Пщыхьэщхьэм псалъэр зэӀэпахыу Зэкъуэш зэхэсмэ, псалъэр ӀэфӀщ.— ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 179
Нанэ Астемыр и щӀакӀуэ кӀапэм Ӏэ дилъэурэ псалъэ ӀэфӀу щыӀэр и къуэм щхьэкӀэ къибжырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 193
псалъэ Ӏущ
Псалъэ губзыгъэ.
Уи зэманыгъуэр щхьэмыгъазэщ, Зи псалъэ Ӏущым къадэгъэш.— Хэт сыт ӀэнатӀэ къехъулӀами… Батырыбжьэ, 63
псалъэм ебэкъуэн
Псалъэм епцӀыжын.
[Къазмай жеӀэ:] СыкъыщыкӀуэм сытым нэхъ гугъу сригъэхьа жыпӀэмэ, си псалъэ себэкъуэжыным нэхъ гугъу сригъэхьащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591
+1 örnek
Уэ уи псалъэм уебакъуэри Фаризэт тӀуанэ тепщӀащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591
псалъэм епцӀыжын
Псалъэ епцӀыжыр зи хабзэ Ди щӀыпӀэ къабзэм щымыӀэ.— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 425
+2 örnek
И дунейр кӀыхьами-кӀэщӀами дыгъуэгъуакӀуэм хэмытыжыну тхьэ иӀуауэ щытми, и псалъэм епцӀыжри Жыраслъэн шы идыгъуащ, ЖиӀэри Нахъуэ къыщӀидзащ, Жыраслъэн зиш идыгъуар жылэм ямыщӀэ хуэдэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 646
Бэлыхь мыухми сыхырет, Си псалъэ зыкӀи сепцӀыжакъым.— ЩӀы Ӏэбжьыб. «Мывэ хуабэ», 128
Еплъ: псалъэм ебэкъуэкъуэн
псалъэм зегъэукъуэдиин
КӀыхьу псэлъэн.
Долэт и псалъэм зригъэукъуэдийрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 252
псалъэм кӀэ етын
Псалъэмакъым кӀэщӀ зегъэщӀын, псэлъэныр щыгъэтын, ухын.
– НэгъуэщӀым мащэ хуэзытӀыр езыр мащэм ихуэнщ, – жиӀэри хьэжым и псалъэм кӀэ иритащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 80
+2 örnek
– АтӀэ хъунщ, а псалъэмакъыр дывгъэух, - жиӀэри Елдар псалъэм кӀэ иритащ, - умыгузавэ, Думэсарэ, а жыпӀам щыщ зы псалъэ закъуэ дэзмыгъэхуу Инал жесӀэжынщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 546
Барчо псалъэм кӀэ иритащ: - Уасэр мис, нысэр, тхьэм жиӀэмэ, къыфхуэзгъэсынщ.— Лъапсэ, 114
псалъэм кӀэщӀ зегъэщӀын
Шэрихьэт полъкуми куэдрэ тепсэлъыхьа нэужь, Астемыр и псалъэм кӀэщӀ зригъэщӀащ: - Къызэрохь ахэри, щхьэ гъэва хуагъэтӀылъа хуэдэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 310
Еплъ: псалъэм кӀэ етын
псалъэм къыдэкӀуэу
Зытепсэлъыхьым щымыщу.
Капитаным и псалъэм къыдэкӀуэу къалмыкъ губгъуэм нацдивизэр танкым пэуву зэрезэуауэ щытари и гум къигъэкӀыжащ.— Нал къута, 304
+2 örnek
Псалъэм къыдэкӀуэу яжриӀащ [Махъсидэ Алий сэлэтхэм]: дыуэ зыпщӀэхэлъым шэ къытехуэркъым, жиӀэри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 121
Саният «Адыгэ клубым» кӀуэурэ Къазджэрий щӀедаӀуэри арат, Къэбэрдейм я хъыбар зэхихмэ, и нэпсым къызэпижыхьырт, нарт уэрэд зэзэмызэ хьэщӀэм и псалъэм къыдэкӀуэу къыхигъэщмэ, хъыджэбзым игури и псэри дихьэхырт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 665
псалъэм къыпыщэн
ЖыпӀэм адэкӀэ къыщӀыгъун.
Астемыр и псалъэм къыпищэмэ хъуну къилъытэри, щӀэупщӀащ: - Школым дыщӀыхуейр зымыщӀэ тхэт дэ сытми?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 655
+2 örnek
Абдеж къыдырми и псалъэм къыпещэ: - Сэ мурадыр си щхьэ закъуэракъым зытесщӀыхьыр.— Кхъухь пхэнж, 501
КомандиритӀыр зэхъурджауэм фӀэмыфӀу Апчарэ аргуэру и псалъэм къыпищащ: - Ей, Къагъырмэс и махуэ ди Щэулэхъуи къыхуэкӀуэным тӀэкӀут къэнэжар.— Нал къута, 268
псалъэм папщӀэ
Къапщтэмэ.
Псалъэм папщӀэ, нартыхур элеваторым яшауэ ират, нэхъапэ щӀыкӀэ лаборанткэхэм пробэр хахын хуейщи, абы нимыгъэсу Ботэх лабораторэм яфӀыщӀохьэ, щыщӀыхьэм деж зыгуэрым имыгъакӀуэ хуэдэу зехъунщӀэ, бжэр къызэрыӀуихыу: - СощӀэ, сощӀэ, си къуэш, ущӀыхьэ зэрымыхъунур, си лъапэ щӀэсчэнурэ къэзгъэзэжынущ.— Лъапсэ, 96
+2 örnek
Псалъэм папщӀэ: адыгэм зы зэман гуэр къэралыгъуэ яӀэу цӀыхубз пащтыхь яӀауэ жеӀэ [ЦӀагъуэ Нурий итха «Адыгэ тхыдэ» тхылъым].— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 529
Шу псори зэбгъурыту макӀуэ, псалъэм папщӀэ, япэ имыщыпхъэ хэтмэ, и шыр къыжьэдекъуэ, ауэ а шу къомыр атакэ кӀуэуэ ежьакъэ – къыжьэдэкъуэ-ныжьэдэкъуэ щыӀэжкъым, щхьэж и шым и къару къызэрихькӀэ теутӀыпщхьауэ мажэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 543
[и] псалъэм темыкӀын
Зыгуэр нэрыгъыу убыдын, жыпӀам утетын.
Таша зиущэхуауэ едаӀуэ щхьэкӀэ, и псалъэм текӀыну и мурадыххэтэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 549
+1 örnek
Зэхэтшэнщ жызыӀэу зи псалъэ яхутемыкӀыр езы Къулыр арат.— Щынэхужьыкъуэ, 40
псалъэм щхьэкӀэ
Хъыджэбз цӀыкӀур илъэсипщӀым нэса и ужькӀэщ щащэр, и уасэри белджылыщ: илъэс къэс тумэн зырыз поуври, псалъэм щхьэкӀэ, илъэс пщыкӀух хъуамэ тумэн пщыкӀух етын хуейщ, пщэр ууейуэ е уи быну щытмэ, къэдыгъуа пщэрэ – узэрызэгурыӀуэщ.— Лъапсэ, 37
+2 örnek
Псалъэм щхьэкӀэ, хъыджэбзым фошыгъу шей къещӀри Ӏэнэм къытрегъэувэ, фошыгъу хэмылъу.— Лъапсэ, 109
Иджы зыгуэрым уи жагъуэ ещӀыр, псалъэ щхьэкӀэ.— Нал къута, 231
Еплъ: псалъэм папщӀэ
псалъэр гъэпэжын
ЖыпӀам тетын, къэмыгъэпцӀэн.
Инал псалъэ жиӀар игъэпэжащ, Мэтхъэныр къакӀуэу телеграммэ къызэрыӀэрыхьэу, къыпежьащ зы гуп хъууэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 530
+1 örnek
Барчо и псалъэр игъэпэжащ, хъыджэбзыр Дэфэрэдж зыщӀэхъуэпсым хуэдэу щӀалэт, нэмэзмыщӀ цӀыкӀут.— Лъапсэ, 115
псалъэр зэпыгъэун
Псэлъэн пӀалъэ гуэркӀэ щыгъэтын.
Дэ щхьэузыншэу дыпсэунут, щхьэж къилэжьымкӀэ псэужу щытатэмэ, - старшынэм и псалъэр зэпигъэуащ, тӀэкӀу гупсысэри, къыжиӀащ: -АтӀэ хэт дэ щхьэ уз дыщызымыгъащӀэр?— Хъуэпсэгъуэ нур, 87
+1 örnek
Степан Ильич и псалъэр зэпигъэури зэщӀэдэӀукӀащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 222
псалъэр зэпыудын
Псэлъэныр щегъэгъэтын, жиӀэнур жемыгъэӀэн
АрщхьэкӀэ Бэлацэ и псалъэр Мусэ зэпиудащ: - Уэ уи пщӀэнтӀэпсу пӀэрэ а фӀыгъуэ къомыр къызыщӀэкӀар?— Хъуэпсэгъуэ нур, 251
+2 örnek
Апчарэ дежкӀэ емыкӀут цӀыхухъум я псалъэ зэпиудыну, итӀани дадэм псори къытефыщӀыхьу къагъэгубжьати, и гум темыхуэу къэпсэлъащ: - ИгъащӀэм дызэгъунэгъущ, пэжкъэ?— Нал къута, 273
Аннэ Павловнэ къыпещэ: - Си псалъэр зэпумыуду къедаӀуэ, уи анэр узогъэлъэӀу.— Лъапсэ, 7
[и] псалъэр пхыкӀын
КъедэӀуэн, жиӀэр ягъэзэщӀэн.
Инал лӀы хахуэ хъуащ, къулыкъушхуэ зэрехьэ, куэд къыфӀолӀыкӀ, и псалъэр пхокӀ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 528
+1 örnek
Гъуумар и псалъэр нэхъ пхыкӀащ Залымджэрий и псалъэм нэхърэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 91
псалъэр пычын
Псалъэныр щыгъэтын, зыущэхужын.
ЗэкъуэшитӀыр къызэщӀэплъауэ унэм щӀэлъадэу зым зыр пэрыуэу махуэ псом къалэм щалъэгъуар яӀуатэу щыщӀадзэ дыдэм, Думэсарэрэ Нанэрэ нэщхъейуэ, я нэпсыр ямылъэщӀу гъыуэ ялъагъури, тӀуми зэуэ я псалъэр пачащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 128
псалъэр пыудын
Псалъэмакъыр кӀэщӀу щыгъэтын.
Залымджэрий фэншэми, жиӀэнур ищӀэрт: - Уэ зи гугъу пхуэсщӀу къебджа хьэсэпэхъумэу Ботэщыр арщ, - жиӀэри кӀэщӀу пиудащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 115
псалъэр ухын
ЖыпӀэныр нэгъэсын.
Ерул джэну лъэрыгъыпсым иувэрэ зытриӀэтыкӀмэ, «сархъ», пщӀэгъуалэр езыр-езыру къэувыӀэрти, «немыкӀуалӀэм етхьэкъунущ» жиӀэу Ерул и псалъэр иухмэ, ежьэжырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 83
+2 örnek
Езыри приказым щыгуфӀыкӀырт, зи цӀэ ириӀуэ зауэлӀхэм яхуэарэзыти, и псалъэр иухмэ, ӀэплӀэ яхуищӀынщ жыуигъэӀэу капитаныр къызэщӀэплъат, къызэхуэсахэр къигъэуӀэбжьу, итӀани Якъуб зыкӀи зыхищӀэртэкъым.— Нал къута, 304
Дауи жиӀэнт, Къазджэрий и псалъэр имыухауэ: - А пьесэр зытхынур сэрауи къыщӀэкӀынтэкъым, жиӀэрт Къазджэрий, - сэрмырами, ар зытхыни къэхъунщ, Лу, а пьесэр зытхынур уэрауэ къыщӀыкӀ, къаплъэкъэдаӀуэ, уэракӀэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 623
псалъэр Ӏэпыудын
Зыгуэр жызыӀэм пэрыуэн.
Зэзауэм къыщӀадзэнут Долэт сымэ, арщхьэкӀэ Астемыр Ӏэпауда псалъэм и кӀапэр къиубыдыжащ: – Культурнэ революцэм, - жиӀэрт Астемыр, - фронт иӀэ щхьэкӀэ, а фронтым лъы щагъажэркъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 655
+2 örnek
«ЖимыӀэн гуэр къыхиӀунущ мыбы», - жиӀэри Астемыр фызым и псалъэр Ӏэпиудащ: - КӀуэи шху тӀэкӀу къытхуэхьыт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 540
Чачэ жиӀэнур Нахъуэ псэкӀэ ищӀэрти, аргуэру фызыжьым и псалъэр Ӏэпиудащ…— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 512
псалъэр ӀэщӀэпхъуэтын
Зыгуэрым жиӀэр зэпыбуду упсэлъэн.
Думэсарэ псалъэр яӀэщӀипхъуэтащ: – Алыхь, сэ вжесӀэнмэ Дотий ар илъагъу щӀэмыхъур: Инал хэкум имылъ кърелъхьэ, цӀыхум ямыщӀэ ярегъащӀэ – ӀуэхуфӀ Ӏэджэм яужь итщ, ауэ лей щызэрихьи къохъу…— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 540
псалъэр ӀэщӀэхун
Зыгуэр игу ихун, щыгъупщэн.
И анэм и макъ щызэхихым, Апчарэ и псалъэр ӀэщӀэхуащ.— Щынэхужьыкъуэ, 47
[и] псалъэ шэуэ къытехуэн
Зыгуэр егъэлеяуэ жагъуэ пщыхъун.
Ауэ Елдар къэгубжьакъым, Думэсарэ и псалъэр шэуэ техуами.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 542
Atasözleri (4)
гупсыси псалъэ, зыплъыхьи тӀыс
Еплъ: гупсысэ
псалъэм и пэр умыщӀэмэ, и кӀэр пщӀэркъым
Ӏуэхум и пэжыпӀэр къыбгурыӀуэн щхьэкӀэ и къежьапӀэр пщӀэн хуейщ.
Псалъэм и пэр умыщӀэмэ, и кӀэр пщӀэркъым, щыжаӀэкӀэ, къытедгъэзэжынщи, Инус и гугъу тщӀынщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 67
+1 örnek
Езыми [Иринэ] псалъэм и кӀэри и пэри имыщӀэу къыхиӀуащ: - Нанэ, Албиян уӀэгъэ хъуауэ госпиталым щӀэлъщ, - жиӀэри…— Нал къута, 225
псалъэм и щхьэр умыщӀэмэ, и кӀэр пщӀэркъым
Ти, псалъэм и щхьэр умыщӀэмэ, и кӀэри пщӀэркъым жыхуаӀэр аращи, Казбек Машевич и щхьэм къыщыщӀидзащ.— Лъапсэ, 83
псалъэр улъийркъым
КъыбжьэдэкӀар кӀуэдыркъым.
Псалъэр улъийркъым. Лермонтовыр цӀыхум ящыгъупщэну?- [жиӀэрт Къазджэрий].— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 612
Kitapta geçtiği hali
ПСАЛЪЭ (352). 1. (312). Бзэм щыщу къэхъукъащӀэ, предмет сыт хуэдэхэр къызэраӀуатэ цӀэ. Гур къэплъати гъущӀэрт ди гур, Бийм я дежым бзэмыӀу псалъэр Щызэхэтхырт, ахэр щэӀуу, ТщӀэрт гупсэхуу бийм и пӀалъэ – Ангылызхэрт а бзэмыӀур, Гурымыхьу ди щӀым щыӀур. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 51. Къазджэрийрэ Сэлимрэ здэщысым Жансэхъу хуеплъэкӀащ мыбы жиӀэр сыт, жыхуаӀэу, Сэлим ищӀэххэртэкъым Жансэхъу жиӀа псалъэр, Сосрыкъуэ занщӀэу гу лъитэри убыжыпхъэ иӀыгъымкӀэ стӀолым теуащ: Къазджэрий! Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 613. Дэнэ щетӀысэхми, словарь цӀыкӀур кърихырт и жыпми псалъэ гуэрхэр зригъащӀэрт, нэмэзыбзэм хуэдэу къибжу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 599. 2. (40). Псалъэмакъ егъэкӀуэкӀыныгъэ, къэпсэлъэныгъэ. Бот къыгурыӀуат Думэсарэ гъуэгу тэмэм зэрытетыр, ауэ абы и псалъэм пидзыжын имыгъуэту, Астемыр дежкӀэ еплъэкӀырт, уэ зыгуэр жыпӀэфыну пӀэрэ, жиӀэ хуэдэу къригъэкӀыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 263. НэхъыбитӀым унафэм ипкъ иту къалэм дэкӀын хуейуэ абы нэхъ трагъащӀэрт, арщхьэкӀэ сэ здакъым: «Фи пашэр сэращ, сэ сыхьэрыпу щытамэ, зыми гурыщхъуэ къытхуищӀынутэкъым, ауэ сэ сыадыгэщи, жаӀэнур фощӀэ – мы къалэм бегъымбар къыщалъхуащ, хьэрып бегъымбарыр ехудийм хаутэ щхьэкӀэ адыгэ гузэвэн жаӀэнщи, псори дыкъэрабгъэу ди цӀэ ягъэӀунщ». Ар щыжысӀэм, зауэлӀхэу аскэр ахъырзэманхэр сиӀэти, си псалъэр къабыл ящӀащ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 399. Къазмай и псалъэр Инал ӀэщӀиудати, къущхьэ лӀыжьу къурш гъуэгуи къызэпызычам зиущэхужауэ щыст, къызэрыкӀуами, псалъэ зэрыжиӀами хущӀегъуэжа хуэдэт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 592. ◊ Псалъэ быдэ (5). ЗыгуэркӀэ къэбгъэгугъэу тхьэ Ӏуэныгъэ. ТенджызыщӀэм пшэ къыхэкӀыр, Пшэ адрейхэм хуэдэ дыдэу, Дыхуэзэшу, ди гум къэкӀыу, ДгъэлъэпӀэныр псалъэ быдэщ. Бгы собранэ. «Партыр ди пашэу», 84. Псалъэ быдэ етын (5). ЗыгуэркӀэ къэбгъэгугъэу тхьэ хуэӀуэн. КъыздэкӀуэну къызжиӀати, Мэкъум папщӀэ къигъэнащ, Ар си жагъуэ сэри хъуати, Псалъэ быдэ сэ естащ. Мэкъуауэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 46. СщӀэт а хьэщӀэр тпэгъунэгъууи Псалъэ быдэм сеувалӀэт Ар слъагъуныр лӀыгъэ пӀалъэу. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 48. Псалъэ гуапэ (9). ХъыбарыфӀ, щытхъу. Нахъуэ къызэрыфӀэщӀымкӀэ, хъыбарыфӀ жылэм яхэпхьэмэ, ар цӀыхум псалъэ гуапэкӀэ яжеӀэн хуейщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 507. Лу здэкӀуэнури здэжэнури имыщӀэу щытт, мыбы псори ещӀэ икӀи илъэгъуащ, ауэ щыхъукӀэ зызумысыэмэ, нэхъыфӀщ, жиӀа е и адэм папщӀэ псалъэ гуапэ зэрыжиӀар ара, сытми Лу и гур зыгуэру къэхъури псори къиӀуэтащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 595. – ЩӀалэр мэхъур нэхъ гумащӀэ, И Ӏум илъхэщ псалъэ гуапэ, Хъуну пӀэрэ ар бгъэзащӀэ, УкӀытэну щӀалэ напэ? «Тисей», 496. Псалъэ гуауэ (8). Зыгуэрым и жагъуэ хъун псалъэ. Псалъэ гуауэр жызыӀам щхьэл мывэ ирамыщэ дэнэ къэна, я къамэр кърахырти ирахужьэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 57. Зэгуэр иджы хуэдэ къабзэу си деж къэсауэ щытащ, зыгуэрым псалъэ гуауэкӀэ Ӏейуэ и гур хигъэщӀауэ [Тамарэ]. Лъапсэ, 17. Е псалъэ гуауэ къыбжаӀамэ, Ари тегъахуэ уи тэмакъ. Си къуэрылъху Алинэ деж. «Щхьэлыкъуэ», 408. Псалъэ губзыгъэ (1). Псалъэ Ӏущ, губзыгъагъэ. Къазджэрий къикӀуэтыртэкъым: - Псалъэ губзыгъэ, псаъэ узыншэ жыпӀэныр куэдкӀэ нэхъ гугъущ, фоч бгъэуэным нэхърэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 612. Псалъэ дыгъэл (3). Псалъэ дахэ. [Дэфэрэдж]–НтӀэ, накӀуэт модэкӀэ, уи псалъэ дыгъэлхэм дегупсысыни, - жысӀэри абы жиӀэнум нэзмыгъэсу, щӀалэм и Ӏэгъуапэ лъэныкъуэр субыдри ординаторскэмкӀэ слъэфыну сеӀащ, фӀы къызэрыпызмыхынур хьэкъкӀэ си фӀэщу. Лъапсэ, 64. ЦӀыкӀущэ Хьэрун къыжреӀэ:] –Псалъэ дыгъэл жыпӀащ. Нэгъуху, 19. Хъуэхъур зигу ирихьар къыщылъэтащ: [Сеймэныр]- Псалъэ дыгъэлщ жыпӀар, си къуэш [Мэмэт-щӀакъуэ жриӀэу]. Лъапсэ, 47. Псалъэ дыдж (17). Зыгуэрым и гум еуэн. СыбгъэщӀащи зэ гукъанэ, Псалъэ дыджыр гум имыкӀ. Сэ уэздыгъэ щӀызогъанэ… «Вагъуэ махуэ», 323. Псалъэ дыджу къызжепӀами – Сэ шэ фӀыцӀэу сигу хегъэщӀ. Уи нэу, уи псэу сыкъэплъагъурт. «Вагъуэ махуэ», 370. Курсантхэм яхэттэкъым Къазджэрий и жагъуэ ищӀмэ зи гуапэ, псори хущӀэкъурт ар нэфӀкӀэ зригъэплъыну, зыщигъэтхъуну, уеблэмэ, ярэби, дауэ сщӀымэ Къазджэрий и гум нэхъ ирихьыну, жиӀэу гупсысэр куэдт, езы Къазджэрий псэ зыӀутым иджыри къэс псалъэ дыдж жримыӀа пэтрэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 607. Псалъэ дзын (1). Зыгуэр псалъэмакъым хэгъэувэн, щӀыгъун. Думэсарэ и кӀэм урысыбзэ зыкъищӀри Астемыр дежкӀэ зы псалъэ идзащ: - Дэсудани, Къасболэт, жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 522. Псалъэ етын (7). Псэлъэну хуит щӀын. Нахъуэ адэкӀэ игъэпсэлъакъым Долэт, псалъэр Астемыр иритри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 649. Псалъэ къетын (2). Еплъ псалъэ етын. Астемыр псалъэ къызэрырату, Къазджэрий гуэщыбжэм деж къэуващ къедэӀуэну. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 649. [Чокэ Апчарэ жреӀэ:] Иджыпсту, псалъэ къыуатынущ. Щынэхужьыкъуэ, 46. Псалъэ жымыӀэн (22). Мыпсэлъэн. ЦӀыхухъу гуэрым подноскӀэ псы щӀыӀэ, къэхьэуэ, ӀэфӀыкӀэ гуэрхэр щӀыгъужу къехьри мраморым къыхэщӀыкӀа Ӏэнэ цӀыкӀум къытрегъэувэ, езым зы псалъи жимыӀэу йокӀуэтыж. Аргъуей, 387. – Хьэпщхупщым я пӀалъэр уощӀэ, - жиӀэри етхуанэу къытхэту иджыри къэс псалъэ жызымыӀар къыщытхъури дежьэжауэ дыздэкӀуэм, вертолети дыхуэзэну хэт и гугъэнт? ХьэщӀэ лъапӀэ, 402. Псы цӀыкӀум зэрынэсу, Степан Ильичрэ Астемыррэ зы псалъи жамыӀэу ӀэплӀэ зэрашэкӀри быдэу я Ӏэр зэрыубыдыжащ, жыпӀэни щыӀэжтэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 226. Псалъэ закъуэ жыӀэн (20). Зыгуэр къэпсэлъын. Монвалерьеным мес и къуапэр, Арщ французхэм ятӀэ закъуэ Къызыдахыу тыгъэ гуапэу Сталин тыгъэ къыхуащӀар, Я псэм хэлъми хамыхыну Лъагъуныгъэри къыхуащӀыр, Я щӀыгу лъапӀэм щыщ щӀы мащӀэм ТекӀуэдакъым гъащӀэ мащӀэ; ЖаӀэ ахэм псалъэ закъуэ: Ди къэралыр яхъунщӀащи Ди хэку нэщӀым дыкъинакъэ, Уэ лъэпкъ псори бузэщӀащи Уэрщ дэ диӀэр ди гугъапӀэу. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 61. [Алыджыкъуэ:] Сэри чэф зиӀэм хуэдэу фызым и ужьым сиувэри ар зыдэкӀуэмкӀэ сежьащ, псалъэ закъуэ си жьэм къыжьэдэмыкӀыу. МелыӀыч, 440. ЗэпылъитӀым я гур зэрыщӀэрт, зэхуэзэрэ псалъэ закъуэ жамыӀами, а тӀум я псэмрэ я гумрэ зэжраӀэм гъунэ иӀэтэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 667. Псалъэ захуэ (3). Псалъэ пэж. – Псалъэ захуэщ, Астемыр, - жиӀэри Елдар абыкӀэ акъылэгъу хъуащ, - а хъушэм хэт псори зэхуэдэ? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 541. Псалъэ иӀэн (1). Зыгуэр жыӀэну хуеин. Псалъэ иӀэщ Астемыр. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 649. Псалъэ зэӀэпыхын (1). Зэдэуэршэрын. Пщыхьэщхьэм псалъэр зэӀэпахыу Зэкъуэш зэхэсмэ, псалъэр ӀэфӀщ. ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 179. Псалъэ кӀасэ (1). Иужьрей псалъэ. И ныбапцӀэр ныхуэмыхьу Ӏэщэ закъуэм ар фӀолӀыкӀыр, ЗигъэлъапӀэу выгум ису КъыщыдэкӀым, жьафэр сысу ЖеӀэр пӀащӀэу: «Ӏэщэ ищӀу Жэщи махуи ар схуэгъасэ», - Пщым фокӀэщӀыр зыкӀэрищӀэу Арщ жиӀари псалъэ кӀасэу. «Тисей», 508. Псалъэ къабзэ (2). Псалъэ тэмэм, пэж. [Къылышбий] –Псалъэ къабзэщ, псалъэ узыншэщ жыпӀауэ хъуар, Хъазбулат. Хъуэпсэгъуэ нур, 116. Гуп зэхэтым псалъэ къабзэ ЖаӀэм пэжу арт я гуапэр, А ӀэщӀагъэр зейм и хъуэхъур Арт ди дежкӀэ псом нэхъапэр. Къуажэ лавкэм. «Партыр ди пашэу», 32. Псалъэ къедзын (1). ЖаӀам зыгуэр пэдзын. Къазджэрий, абы [Инал] жиӀэр зыхуихьынур имыщӀэу, Инал и псалъэм къридзащ: - АтӀэ уэри щхьэ утепсэлъыхьрэ? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 592. Псалъэ къыжьэдэлъэлъын (2). ПсынщӀэу, пӀащӀэу псэлъэн. Нышэдибэ лъандэрэ щытщ, - жиӀэу Ботэщ Айтэч и щӀалэ цӀыкӀу Астемыр къыжьэдэлъэлъырт псалъэр, адрейхэри зэрыгъэкӀийрт, жаӀэм щыщу зыри къыбгурымыӀуэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 61. Матренэ и жьэм псалъэ къыжьэдэлъэлъ щхьэкӀэ, и Ӏуэху щӀэн къанэртэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 556. Псалъэ къыжьэдэмыкӀын (16). Мыпсэлъэн, зыри жымыӀэн. Кодоевым я гъунэгъу Къэбэрдей- Балъкъэр хэкум и Ӏэтащхьэр къригъэблэгъа щхьэкӀэ, къэмыкӀуэххам хуэдэу, зыхамыбжэу, стӀол кӀапэ дыдэм деж ягъэтӀысауэ, екӀи фӀыкӀи псалъэ къыжьэдэмыкӀауэ, икӀи езыми емыупщӀӀауэ щысщ, зэрыфагъуэм нэхърэ нэхъ фагъуэж хъуауэ, и хэкум пача щӀыр и гум къыщӀитхъыу, цӀыхум дауэ я нэгу сыщӀэплъэжын жиӀэу и щхьэр здихьын имыщӀэу, ишхи ирифи щымыӀэу, и гур кӀуэдыпат. Лъапсэ, 91. Лулэмрэ зажигалкэмрэ и пащхьэм ислъхьэри жесӀэн хуеяр жесӀати, псалъэ си жьэм къыжьэдигъэкӀакъым, чыфтанц тӀэкӀур къигъэхьэзырауэ къыщӀэкӀри быхъи-сыхъи жимыӀэу къысхуишиящ, бзагуитӀ зэхуэза хуэдэу. МелыӀыч, 470. Тхьэм щхьэкӀэ къысхуэгъэгъу, ди шыпхъу: къемызэгъыу удгъэпӀейтеящ, емыкӀу къэтхьамэ, къытхуэгъэгъу, - жысӀэри цӀыхубзым и Ӏэр субыдыну сыхуежьати, си Ӏэр къиубыдын идакъым, зы псалъэ и жьэм къыжьэдэкӀакъым. МелыӀыч,456. Псалъэи жьэм къыжьэдэмыгъэкӀын (5). 1. (3). Зыхуейр занщӀэу хуэщӀэн. [Алыджыкъуэ:] Лулэмрэ зажигалкэмрэ и [лӀым] пащхьэм ислъхьэри жесӀэн хуеяр жесӀати, псалъэ си жьэм къыжьэдигъэкӀакъым, чыфтанц тӀэкӀур къигъэхьэзырауэ къыщӀэкӀри быхъи-сыхъи жимыӀэу къысхуишиящ, бзагуитӀ зэхуэза хуэдэу. МелыӀыч, 470-471. 2. (2). Мыпсэлъэн, зыри жымыӀэн. [Яков Борисович Иринэрэ Апчарэрэ яжреӀэ:] Фи жьэ зы псалъэ къыжьэдэвмыгъэкӀ. Нал къута, 282. Псалъэ къыхудэмышеижын (1). Зыри хужымыӀэжын. И анэм [Хьэбибэ] зы псалъэ къыхудэшеижыркъым. Щынэхужьыкъуэ, 25. Псалъэ мыхъумыщӀэ зэжеӀэн (1). ЗэфӀэнэн. А тӀум [Астемыррэ хьэжы Инусрэ] игъащӀэм къамэ къызэхурахакъым, псалъэ мыхъумыщӀэ зэжраӀакъым, зэгъунэгъуу псэурти, кхъузанэ хьэху щызэӀах е мафӀэхьэ щэзэхуэкӀуэ куэдрэ къэхъурт. Хъуэпсэгъуэ нур, 67. Псалъэ мышыу (4). Мыхьэнэ зимыӀэ псалъэмакъ куэд. Къэхъея псалъэмакъыр Нартыхум и гум шэуэ къытехуащи, иджы зыри и нэм къихьыжыркъым, сыщӀэкӀыу щхьэ семыжьэжрэ, жиӀэу къызэкӀуэкӀащ, псалъэ мышыум клубым щыжаӀар къыхыхьэжауэ зэгуэуд щхьэкӀэ, яхэкӀыжмэ, къызэхуэсам я жагъуэ хъунущи, жаӀар уи гум томыгъахуэу хъунукъым. Лъапсэ, 75. Си псалъэр мышыууэ къыпфӀэщӀынщ, ауэ пэж фӀэкӀа пцӀы жысӀэнукъым. [Матренэ] Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 560. [Астемыр Думэсарэ жриӀэу:] –Уа, уи псалъэ мышыум щхьэ дебгъэукӀрэ? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 519. Псалъэ пэж (4). ПцӀы зыхэмылъ псалъэ. Игу къэкӀауэ псалъэ пэж Фызым жиӀэу зэхихамэ, -Ар фыз Ӏуэхукъым, къэгъэзэж! Фыз унафэ. «Партыр ди пашэу», 109. Жыр джатэ щӀагъым ущӀэхуэм, «Си анэ» жыпӀэу умыджэ, А псалъэ пэжыр ди щӀыпӀэм ЩыжаӀэу пщӀэрэ, къэрабгъэ? «Адэ», 140. Уэсятым хуэдэу, уэ, си къуэш, КъедаӀуэ псалъэ пэж. Атакэм и пэкӀэ. «Шум и гъуэгу», 52. Псалъэ пэдзыжын (пэмыдзыжын) (9). Жэуап етыжын (емытыжын). Мэмэт-щӀакъуэ фыз унафэкӀэ мэпсэу жыпӀэмэ, тэмэм хъунукъым, сыту жыпӀэмэ, и фызым сыт жиӀами екӀи фӀыкӀи зы псалъэ пидзыжыркъым, цӀутӀ жимыӀэу псоми едаӀуэ хуэдэу зещӀ, ауэ фыз псалъэр хыв хьэ ебэнауэ къонэ. Лъапсэ, 67. Елдар псалъэм къыпидзащ: - Псори хъарзынэт, ауэ Къазджэрий Мэзкуу дыщыхуэмызэнкӀэ хъунущ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 522. Дэхэуэсу тхьэӀухудыр а фыз удым къыпоувыр, ЩӀым теувэм пӀэ щимыщӀу Ар есами нобэ къэс, Сэтэнейуэ ем и лӀыкӀуэм ЕкӀуу псалъэ ныпедзыж: «Уэ бэлыхьыр догъэшэчыр, Чэнджэщэгъур дэ ди лӀыгъэщ». «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 414. Псалъэ тын (12). Еплъ псалъэ етын. Псалъэ щыпткӀэ, мывэр псынщӀэщ, Бгым Жаншэрхъыу ар къожэх, ЩыбгъэпэжкӀэ, мэхъур хьэлъи, ПхуэмыӀэту уегъэмэх. Псалъэ щыпткӀэ. «Дамыгъэ», 116. Ӏэюб, ар жиӀэ щхьэкӀэ, гузавэртэкъым, Быцэ «уэр фӀэкӀа сызыдэкӀуэм щыӀэкъым», жиӀэу псалъэ къритат. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 525. Советскэм сеныкъуэкъункъым, жиӀэри псалъэ итати – еныкъуэкъуакъым: къыжраӀэ и унафэу, къулыкъу ищӀащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 652. Псалъэ узыншэ (8). Еплъ псалъэ къабзэ. Къазджэрий къикӀуэтыртэкъым: - Псалъэ губзыгъэ, псалъэ узыншэ жыпӀэныр куэдкӀэ нэхъ гугъущ, фоч бгъэуэным нэхърэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 612. – Лажьи шхэж, умылажьэмэ – лажьэ бгъуэтынщ, пщыи, уэркъи, заводчики, помещики ухуейкъым, жыхуэпӀэм нэхъ псалъэ узыншэ щыӀэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 177. Псалъэ къыхэлъхьэн (2). ӀуэхуеплъыкӀэ гуэр къыжыӀэн. КъэпӀэтми дэнэ пхьын, ауэ ӀункӀыбзэр бгъэкӀуэдмэ, уи ахъшэм упыкӀащ, - жиӀэри Боти и псалъэр къыхилъхьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 216. Псалъэ къыхэӀун (8). Псалъэмакъыр зэпыбуду зыгуэр хэжыпӀыхьын. – Апхуэдэу щыхъуар хьэжым и фызыр дунейм ехыжа и ужьщ, и ахърэт тхьэм дахэ ищӀ, - жиӀэри Исхьэкъ лӀыжьым и псалъэр аргуэру къыхиӀуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 80. Гъэмахуэу щытамэ, зыгуэрт, – жиӀэри иджыри къэс утыкум къихьэн шына бжьом и псалъи къыхиӀуащ, кхъухьыпщым къыдэщӀу закъыфӀигъэщӀыну. Кхъухь пхэж, 505. Мэсхьуди и псалъэр къыхиӀуащ: - Долэт пщӀэ къыщыхуащӀынур сэ бжесӀэнкӀэ, соӀуэ – кӀэмсэмолым молэр хэкум ирахумэ, Долэт нэмэзыбзэ тӀэкӀу ещӀэри сэбэп хъунщ, советскэ молэуэ как разу бгъэув хъунущ, ищӀэр мащӀэми пӀихыр куэду. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 644. Псалъэ шэрыуэ (1). Ӏуэхугъуэ гуэрым хуэкӀуэу къапсэлъ жыӀэгъуэ. Плъагъурэ, псалъэ шэрыуэ къэбгъуэтмэ, я нэхъ гугъур уи акъылым къещтэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 569. Псалъэ щхьэпэ (1). Сэбэп хъун псалъэ. [Омар:] Псалъэ щхьэпэ жыпӀа! Гъуэгуанэ, 103. Псалъэ ӀэфӀ (6). Псалъэ гуапэ. Хьэлу хэлъыр гъущӀу жами, Псалъэ ӀэфӀым ещӀ гур щабэ. Сингх жыхуаӀэр. «Батырыбжьэ», 91. Пщыхьэщхьэм псалъэр зэӀэпахыу Зэкъуэш зэхэсмэ, псалъэр ӀэфӀщ. ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 179. Нанэ Астемыр и щӀакӀуэ кӀапэм Ӏэ дилъэурэ псалъэ ӀэфӀу щыӀэр и къуэм щхьэкӀэ къибжырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 193. Псалъэ Ӏущ (1). Псалъэ губзыгъэ. Уи зэманыгъуэр щхьэмыгъазэщ, Зи псалъэ Ӏущым къадэгъэш. Хэт сыт ӀэнатӀэ къехъулӀами… «Батырыбжьэ», 63. Псалъэм ебэкъуэн (2). Псалъэм епцӀыжын. [Къазмай жеӀэ:] СыкъыщыкӀуэм сытым нэхъ гугъу сригъэхьа жыпӀэмэ, си псалъэ себэкъуэжыным нэхъ гугъу сригъэхьащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591. Уэ уи псалъэм уебакъуэри Фаризэт тӀуанэ тепщӀащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 591. Псалъэм епцӀыжын (6). Еплъ псалъэм ебэкъуэкъуэн. Псалъэ епцӀыжыр зи хабзэ Ди щӀыпӀэ къабзэм щымыӀэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 425. И дунейр кӀыхьами-кӀэщӀами дыгъуэгъуакӀуэм хэмытыжыну тхьэ иӀуауэ щытми, и псалъэм епцӀыжри Жыраслъэн шы идыгъуащ, ЖиӀэри Нахъуэ къыщӀидзащ, Жыраслъэн зиш идыгъуар жылэм ямыщӀэ хуэдэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 646. Бэлыхь мыухми сыхырет, Си псалъэ зыкӀи сепцӀыжакъым. ЩӀы Ӏэбжьыб. «Мывэ хуабэ», 128. Псалъэм зегъэукъуэдиин (1). КӀыхьу псэлъэн. Долэт и псалъэм зригъэукъуэдийрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 252. Псалъэм кӀэ етын (7). Псалъэмакъым кӀэщӀ зегъэщӀын, псэлъэныр щыгъэтын, ухын. – НэгъуэщӀым мащэ хуэзытӀыр езыр мащэм ихуэнщ, – жиӀэри хьэжым и псалъэм кӀэ иритащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 80. – АтӀэ хъунщ, а псалъэмакъыр дывгъэух, - жиӀэри Елдар псалъэм кӀэ иритащ, - умыгузавэ, Думэсарэ, а жыпӀам щыщ зы псалъэ закъуэ дэзмыгъэхуу Инал жесӀэжынщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 546. Барчо псалъэм кӀэ иритащ: - Уасэр мис, нысэр, тхьэм жиӀэмэ, къыфхуэзгъэсынщ. Лъапсэ, 114. Псалъэм кӀэщӀ зегъэщӀын (3). Еплъ псалъэм кӀэ етын. Шэрихьэт полъкуми куэдрэ тепсэлъыхьа нэужь, Астемыр и псалъэм кӀэщӀ зригъэщӀащ: - Къызэрохь ахэри, щхьэ гъэва хуагъэтӀылъа хуэдэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 310. Псалъэм къыдэкӀуэу (10). Зытепсэлъыхьым щымыщу. Капитаным и псалъэм къыдэкӀуэу къалмыкъ губгъуэм нацдивизэр танкым пэуву зэрезэуауэ щытари и гум къигъэкӀыжащ. Нал къута, 304. Псалъэм къыдэкӀуэу яжриӀащ [Махъсидэ Алий сэлэтхэм]: дыуэ зыпщӀэхэлъым шэ къытехуэркъым, жиӀэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 121. Саният «Адыгэ клубым» кӀуэурэ Къазджэрий щӀедаӀуэри арат, Къэбэрдейм я хъыбар зэхихмэ, и нэпсым къызэпижыхьырт, нарт уэрэд зэзэмызэ хьэщӀэм и псалъэм къыдэкӀуэу къыхигъэщмэ, хъыджэбзым игури и псэри дихьэхырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 665. Псалъэм къыпыщэн (12). ЖыпӀэм адэкӀэ къыщӀыгъун. Астемыр и псалъэм къыпищэмэ хъуну къилъытэри, щӀэупщӀащ: - Школым дыщӀыхуейр зымыщӀэ тхэт дэ сытми? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 655. Абдеж къыдырми и псалъэм къыпещэ: - Сэ мурадыр си щхьэ закъуэракъым зытесщӀыхьыр. Кхъухь пхэнж, 501. КомандиритӀыр зэхъурджауэм фӀэмыфӀу Апчарэ аргуэру и псалъэм къыпищащ: - Ей, Къагъырмэс и махуэ ди Щэулэхъуи къыхуэкӀуэным тӀэкӀут къэнэжар. Нал къута, 268. Псалъэм папщӀэ (8). Къапщтэмэ. Псалъэм папщӀэ, нартыхур элеваторым яшауэ ират, нэхъапэ щӀыкӀэ лаборанткэхэм пробэр хахын хуейщи, абы нимыгъэсу Ботэх лабораторэм яфӀыщӀохьэ, щыщӀыхьэм деж зыгуэрым имыгъакӀуэ хуэдэу зехъунщӀэ, бжэр къызэрыӀуихыу: - СощӀэ, сощӀэ, си къуэш, ущӀыхьэ зэрымыхъунур, си лъапэ щӀэсчэнурэ къэзгъэзэжынущ. Лъапсэ, 96. Псалъэм папщӀэ: адыгэм зы зэман гуэр къэралыгъуэ яӀэу цӀыхубз пащтыхь яӀауэ жеӀэ [ЦӀагъуэ Нурий итха «Адыгэ тхыдэ» тхылъым]. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 529. Шу псори зэбгъурыту макӀуэ, псалъэм папщӀэ, япэ имыщыпхъэ хэтмэ, и шыр къыжьэдекъуэ, ауэ а шу къомыр атакэ кӀуэуэ ежьакъэ – къыжьэдэкъуэ-ныжьэдэкъуэ щыӀэжкъым, щхьэж и шым и къару къызэрихькӀэ теутӀыпщхьауэ мажэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 543. [И] псалъэм темыкӀын (2). Зыгуэр нэрыгъыу убыдын, жыпӀам утетын. Таша зиущэхуауэ едаӀуэ щхьэкӀэ, и псалъэм текӀыну и мурадыххэтэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 549. Зэхэтшэнщ жызыӀэу зи псалъэ яхутемыкӀыр езы Къулыр арат. Щынэхужьыкъуэ, 40. Псалъэм щхьэкӀэ (5). Еплъ псалъэм папщӀэ. Хъыджэбз цӀыкӀур илъэсипщӀым нэса и ужькӀэщ щащэр, и уасэри белджылыщ: илъэс къэс тумэн зырыз поуври, псалъэм щхьэкӀэ, илъэс пщыкӀух хъуамэ тумэн пщыкӀух етын хуейщ, пщэр ууейуэ е уи быну щытмэ, къэдыгъуа пщэрэ – узэрызэгурыӀуэщ. Лъапсэ, 37. Псалъэм щхьэкӀэ, хъыджэбзым фошыгъу шей къещӀри Ӏэнэм къытрегъэувэ, фошыгъу хэмылъу. Лъапсэ, 109. Иджы зыгуэрым уи жагъуэ ещӀыр, псалъэ щхьэкӀэ. Нал къута, 231. Псалъэр гъэпэжын (2). ЖыпӀам тетын, къэмыгъэпцӀэн. Инал псалъэ жиӀар игъэпэжащ, Мэтхъэныр къакӀуэу телеграммэ къызэрыӀэрыхьэу, къыпежьащ зы гуп хъууэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 530. Барчо и псалъэр игъэпэжащ, хъыджэбзыр Дэфэрэдж зыщӀэхъуэпсым хуэдэу щӀалэт, нэмэзмыщӀ цӀыкӀут. Лъапсэ, 115. Псалъэр зэпыгъэун (6). Псэлъэн пӀалъэ гуэркӀэ щыгъэтын. Дэ щхьэузыншэу дыпсэунут, щхьэж къилэжьымкӀэ псэужу щытатэмэ, - старшынэм и псалъэр зэпигъэуащ, тӀэкӀу гупсысэри, къыжиӀащ: -АтӀэ хэт дэ щхьэ уз дыщызымыгъащӀэр? Хъуэпсэгъуэ нур, 87. Степан Ильич и псалъэр зэпигъэури зэщӀэдэӀукӀащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 222. Псалъэр зэпыудын (21). Псэлъэныр щегъэгъэтын, жиӀэнур жемыгъэӀэн АрщхьэкӀэ Бэлацэ и псалъэр Мусэ зэпиудащ: - Уэ уи пщӀэнтӀэпсу пӀэрэ а фӀыгъуэ къомыр къызыщӀэкӀар? Хъуэпсэгъуэ нур, 251. Апчарэ дежкӀэ емыкӀут цӀыхухъум я псалъэ зэпиудыну, итӀани дадэм псори къытефыщӀыхьу къагъэгубжьати, и гум темыхуэу къэпсэлъащ: - ИгъащӀэм дызэгъунэгъущ, пэжкъэ? Нал къута, 273. Аннэ Павловнэ къыпещэ: - Си псалъэр зэпумыуду къедаӀуэ, уи анэр узогъэлъэӀу. Лъапсэ, 7. [И] псалъэр пхыкӀын (4). КъедэӀуэн, жиӀэр ягъэзэщӀэн. Инал лӀы хахуэ хъуащ, къулыкъушхуэ зэрехьэ, куэд къыфӀолӀыкӀ, и псалъэр пхокӀ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 528. Гъуумар и псалъэр нэхъ пхыкӀащ Залымджэрий и псалъэм нэхърэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 91. Псалъэр пычын (3). Псалъэныр щыгъэтын, зыущэхужын. ЗэкъуэшитӀыр къызэщӀэплъауэ унэм щӀэлъадэу зым зыр пэрыуэу махуэ псом къалэм щалъэгъуар яӀуатэу щыщӀадзэ дыдэм, Думэсарэрэ Нанэрэ нэщхъейуэ, я нэпсыр ямылъэщӀу гъыуэ ялъагъури, тӀуми зэуэ я псалъэр пачащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 128. Псалъэр пыудын (1). Псалъэмакъыр кӀэщӀу щыгъэтын. Залымджэрий фэншэми, жиӀэнур ищӀэрт: - Уэ зи гугъу пхуэсщӀу къебджа хьэсэпэхъумэу Ботэщыр арщ, - жиӀэри кӀэщӀу пиудащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 115. Псалъэр ухын (15). ЖыпӀэныр нэгъэсын. Ерул джэну лъэрыгъыпсым иувэрэ зытриӀэтыкӀмэ, «сархъ», пщӀэгъуалэр езыр-езыру къэувыӀэрти, «немыкӀуалӀэм етхьэкъунущ» жиӀэу Ерул и псалъэр иухмэ, ежьэжырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 83. Езыри приказым щыгуфӀыкӀырт, зи цӀэ ириӀуэ зауэлӀхэм яхуэарэзыти, и псалъэр иухмэ, ӀэплӀэ яхуищӀынщ жыуигъэӀэу капитаныр къызэщӀэплъат, къызэхуэсахэр къигъэуӀэбжьу, итӀани Якъуб зыкӀи зыхищӀэртэкъым. Нал къута, 304. Дауи жиӀэнт, Къазджэрий и псалъэр имыухауэ: - А пьесэр зытхынур сэрауи къыщӀэкӀынтэкъым, жиӀэрт Къазджэрий, - сэрмырами, ар зытхыни къэхъунщ, Лу, а пьесэр зытхынур уэрауэ къыщӀыкӀ, къаплъэкъэдаӀуэ, уэракӀэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 623. Псалъэр Ӏэпыудын (4). Зыгуэр жызыӀэм пэрыуэн. Зэзауэм къыщӀадзэнут Долэт сымэ, арщхьэкӀэ Астемыр Ӏэпауда псалъэм и кӀапэр къиубыдыжащ: – Культурнэ революцэм, - жиӀэрт Астемыр, - фронт иӀэ щхьэкӀэ, а фронтым лъы щагъажэркъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 655. «ЖимыӀэн гуэр къыхиӀунущ мыбы», - жиӀэри Астемыр фызым и псалъэр Ӏэпиудащ: - КӀуэи шху тӀэкӀу къытхуэхьыт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 540. Чачэ жиӀэнур Нахъуэ псэкӀэ ищӀэрти, аргуэру фызыжьым и псалъэр Ӏэпиудащ… Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 512. Псалъэр ӀэщӀэпхъуэтын (1). Зыгуэрым жиӀэр зэпыбуду упсэлъэн. Думэсарэ псалъэр яӀэщӀипхъуэтащ: – Алыхь, сэ вжесӀэнмэ Дотий ар илъагъу щӀэмыхъур: Инал хэкум имылъ кърелъхьэ, цӀыхум ямыщӀэ ярегъащӀэ – ӀуэхуфӀ Ӏэджэм яужь итщ, ауэ лей щызэрихьи къохъу… Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 540. Псалъэр ӀэщӀэхун (3). Зыгуэр игу ихун, щыгъупщэн. И анэм и макъ щызэхихым, Апчарэ и псалъэр ӀэщӀэхуащ. Щынэхужьыкъуэ, 47. [И] псалъэ шэуэ къытехуэн (1). Зыгуэр егъэлеяуэ жагъуэ пщыхъун. Ауэ Елдар къэгубжьакъым, Думэсарэ и псалъэр шэуэ техуами. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 542. ☐ Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи тӀыс (3). Еплъ гупсысэ. Псалъэм и пэр умыщӀэмэ, и кӀэр пщӀэркъым (1). Ӏуэхум и пэжыпӀэр къыбгурыӀуэн щхьэкӀэ и къежьапӀэр пщӀэн хуейщ. Псалъэм и пэр умыщӀэмэ, и кӀэр пщӀэркъым, щыжаӀэкӀэ, къытедгъэзэжынщи, Инус и гугъу тщӀынщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 67. Езыми [Иринэ] псалъэм и кӀэри и пэри имыщӀэу къыхиӀуащ: - Нанэ, Албиян уӀэгъэ хъуауэ госпиталым щӀэлъщ, - жиӀэри… Нал къута, 225. Псалъэм и щхьэр умыщӀэмэ, и кӀэр пщӀэркъым (1). Еплъ Псалъэм и пэр умыщӀэмэ, и кӀэр пщӀэркъым. Ти, псалъэм и щхьэр умыщӀэмэ, и кӀэри пщӀэркъым жыхуаӀэр аращи, Казбек Машевич и щхьэм къыщыщӀидзащ. Лъапсэ, 83. Псалъэр улъийркъым (1). КъыбжьэдэкӀар кӀуэдыркъым. Псалъэр улъийркъым. Лермонтовыр цӀыхум ящыгъупщэну?- [жиӀэрт Къазджэрий]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 612.