нэмыплъ ехын

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

ехын

(йох)

1. ИщхъэрэкӀэ кӀуэн.

И башыр щӀым хиӀуху, башыщхьэр ӀэщӀэлъу адэкӀэ-мыдэкӀэ игъакӀуэрт, и Ӏэр дахэу щӀиупскӀэуи башым лъэбакъуэ кӀэщӀ кӀэлъичырт, апхуэдэу фэрыщӀыгъэ тӀэкӀу хэлъу Долэт мэжджытымкӀэ щехым, зыгуэр и ужьым къиувауэ гу лъитащ, арщхьэкӀэ къеплъэкӀакъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 199

+1 örnek

Къалэдэсыр плъэмэ – и шыр цӀыкӀухэр псы толъкъуным щымышынэу дэуей-къеухыу йохыр.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 491

2. Кууагъ гуэр къэщтэн, щӀагъ гуэрым къыщыхутэн.

[Васэ:] Абы зыхищӀэрэ – уэс щӀагъым метр щэщӀкӀэ ехам щӀыӀэ жыхуаӀэр ищӀэжрэ.

Deyimler (3)

сэлам ехын

Еплъ: сэлам

нэмыплъ ехын

Еплъ: нэмыплъ

удын ехын

Еплъ: удын

нэмыплъ

Жагъуэу ялъагъум, гум къыдэмыхьэм хуаӀэ щытыкӀэ.

ЯтӀэ ӀэшкӀэщ къысхужыфӀэу Фи нэмыплъыр фэ щывгъэт.

Deyimler (3)

нэмыплъ хуэщӀын

Ӏумпэм щӀын, зыщыдзеин.

Я жьакӀэр хужь хъуами Зым лӀыжьу жиӀэнкъым, Фызыжьхэм хуэзами Нэмыплъи хуащӀынкъым— Колхоз уэрэд. «Бгы лъапэхэм деж», 106

+1 örnek

Зи къуэ комсомолецу щытым ящыщ, зыбжанэм я къуэр къызыхахурт, лъэпкъым щыщу зи къуэш коммунистым нэмыплъ хуащӀырт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 659

нэмыплъ ехын

Гулъытэ хуэмыщӀын, хуэмыарэзын.

Къазджэрий си шыгъупӀастэ ишхащ – нэмыплъ къыдихынкъым— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 522

+1 örnek

Дэрдэхь щхьэкӀэ тхьэусыхахэри къраджауэ зэхэтщ, я гъунэгъум нэмыплъ кърахыу.— Хьэсэпэхъумэ, 417

нэмыплъ къетын

Хьэсэпэхъумэр шууэ псыхъуэм дэту къыщехым, Мусэрэ старшынэмрэ нэмыплъ ирату ауэ сытми къаблэкӀакъым— Хъуэпсэгъуэ нур, 57

+2 örnek

СыткӀэ уи гур къызэбгъауэ Сэ къызэптрэ уэ нэмыплъ?— Уи нэу, уи псэу сыкъэплъагъурт. «Вагъуэ махуэ», 370

Хьэблэ зыхэсым нэмыплъ къратри [Дахэуэс], хьэдагъи ирекӀуэ, нысаши ирехъу, псэ зыӀут нэкӀэ

Еплъ: нэмыплъ ехын

Kitapta geçtiği hali

ЕХЫН (йох) лъэмыӀ. (42). 1. (17). ИщхъэрэкӀэ кӀуэн. И башыр щӀым хиӀуху, башыщхьэр ӀэщӀэлъу адэкӀэ-мыдэкӀэ игъакӀуэрт, и Ӏэр дахэу щӀиупскӀэуи башым лъэбакъуэ кӀэщӀ кӀэлъичырт, апхуэдэу фэрыщӀыгъэ тӀэкӀу хэлъу Долэт мэжджытымкӀэ щехым, зыгуэр и ужьым къиувауэ гу лъитащ, арщхьэкӀэ къеплъэкӀакъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 199. Къалэдэсыр плъэмэ – и шыр цӀыкӀухэр псы толъкъуным щымышынэу дэуей-къеухыу йохыр. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 491. 2. (25). Кууагъ гуэр къэщтэн, щӀагъ гуэрым къыщыхутэн. [Васэ:] Абы зыхищӀэрэ – уэс щӀагъым метр щэщӀкӀэ ехам щӀыӀэ жыхуаӀэр ищӀэжрэ. ◊ Сэлам ехын (46). Еплъ сэлам. Нэмыплъ ехын (5). Еплъ нэмыплъ. Удын ехын (2). Еплъ удын.

НЭМЫПЛЪ (1). Жагъуэу ялъагъум, гум къыдэмыхьэм хуаӀэ щытыкӀэ. ЯтӀэ ӀэшкӀэщ къысхужыфӀэу Фи нэмыплъыр фэ щывгъэт. ◊ Нэмыплъ хуэщӀын (4). Ӏумпэм щӀын, зыщыдзеин. Я жьакӀэр хужь хъуами Зым лӀыжьу жиӀэнкъым, Фызыжьхэм хуэзами Нэмыплъи хуащӀынкъым. Колхоз уэрэд. «Бгы лъапэхэм деж», 106. Зи къуэ комсомолецу щытым ящыщ, зыбжанэм я къуэр къызыхахурт, лъэпкъым щыщу зи къуэш коммунистым нэмыплъ хуащӀырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 659. Нэмыплъ ехын (5). Гулъытэ хуэмыщӀын, хуэмыарэзын. Къазджэрий си шыгъупӀастэ ишхащ – нэмыплъ къыдихынкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 522. Дэрдэхь щхьэкӀэ тхьэусыхахэри къраджауэ зэхэтщ, я гъунэгъум нэмыплъ кърахыу. Хьэсэпэхъумэ, 417. Нэмыплъ къетын (4). Еплъ нэмыплъ ехын. Хьэсэпэхъумэр шууэ псыхъуэм дэту къыщехым, Мусэрэ старшынэмрэ нэмыплъ ирату ауэ сытми къаблэкӀакъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 57. СыткӀэ уи гур къызэбгъауэ Сэ къызэптрэ уэ нэмыплъ? Уи нэу, уи псэу сыкъэплъагъурт. «Вагъуэ махуэ», 370. Хьэблэ зыхэсым нэмыплъ къратри [Дахэуэс], хьэдагъи ирекӀуэ, нысаши ирехъу, псэ зыӀут нэкӀэ

Düzeltme Öner

нэмыплъ ехын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.