нэмыплъ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Жагъуэу ялъагъум, Ӏумпэм ящӀым хуаӀэ щытыкӀэ.
рунеприязнь, нерасположение к кому-чему-л.
Абы и нэмыплъым щхьэкӀэ согузавэ.
Bu maddedeki ifadeler (1)
нэмыплъ (къ)етын
руотноситься к кому-л. неприязненно, недружелюбно; невнимательно (из-за обиды, недовольства).
{ЩӀалэм} илэжьа емыкӀур хэку псом зэлъащӀысати, дэнэ жылэ дыхьэми, нэмыплъ къратырт.— Къэрмокъуэ Хьэмид
Kitapta geçtiği hali
нэмыплъ неприязнь, нерасположение к кому-чему-л. / Жагъуэу ялъагъум, Ӏумпэм ящӀым хуаӀэ щытыкӀэ. Абы и нэмыплъым щхьэкӀэ согузавэ. Нэмыплъ (къ)етын относиться к кому-л. неприязненно, недружелюбно; невнимательно (из-за обиды, недовольства). * {ЩӀалэм} илэжьа емыкӀур хэку псом зэлъащӀысати, дэнэ жылэ дыхьэми, нэмыплъ къратырт. Къэр. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Жагъуэу ялъагъум, гум къыдэмыхьэм хуаӀэ щытыкӀэ.
ЯтӀэ ӀэшкӀэщ къысхужыфӀэу Фи нэмыплъыр фэ щывгъэт.
Deyimler (3)
нэмыплъ хуэщӀын
Ӏумпэм щӀын, зыщыдзеин.
Я жьакӀэр хужь хъуами Зым лӀыжьу жиӀэнкъым, Фызыжьхэм хуэзами Нэмыплъи хуащӀынкъым— Колхоз уэрэд. «Бгы лъапэхэм деж», 106
+1 örnek
Зи къуэ комсомолецу щытым ящыщ, зыбжанэм я къуэр къызыхахурт, лъэпкъым щыщу зи къуэш коммунистым нэмыплъ хуащӀырт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 659
нэмыплъ ехын
Гулъытэ хуэмыщӀын, хуэмыарэзын.
Къазджэрий си шыгъупӀастэ ишхащ – нэмыплъ къыдихынкъым— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 522
+1 örnek
Дэрдэхь щхьэкӀэ тхьэусыхахэри къраджауэ зэхэтщ, я гъунэгъум нэмыплъ кърахыу.— Хьэсэпэхъумэ, 417
нэмыплъ къетын
Хьэсэпэхъумэр шууэ псыхъуэм дэту къыщехым, Мусэрэ старшынэмрэ нэмыплъ ирату ауэ сытми къаблэкӀакъым— Хъуэпсэгъуэ нур, 57
+2 örnek
СыткӀэ уи гур къызэбгъауэ Сэ къызэптрэ уэ нэмыплъ?— Уи нэу, уи псэу сыкъэплъагъурт. «Вагъуэ махуэ», 370
Хьэблэ зыхэсым нэмыплъ къратри [Дахэуэс], хьэдагъи ирекӀуэ, нысаши ирехъу, псэ зыӀут нэкӀэ
Еплъ: нэмыплъ ехын
Kitapta geçtiği hali
НЭМЫПЛЪ (1). Жагъуэу ялъагъум, гум къыдэмыхьэм хуаӀэ щытыкӀэ. ЯтӀэ ӀэшкӀэщ къысхужыфӀэу Фи нэмыплъыр фэ щывгъэт. ◊ Нэмыплъ хуэщӀын (4). Ӏумпэм щӀын, зыщыдзеин. Я жьакӀэр хужь хъуами Зым лӀыжьу жиӀэнкъым, Фызыжьхэм хуэзами Нэмыплъи хуащӀынкъым. Колхоз уэрэд. «Бгы лъапэхэм деж», 106. Зи къуэ комсомолецу щытым ящыщ, зыбжанэм я къуэр къызыхахурт, лъэпкъым щыщу зи къуэш коммунистым нэмыплъ хуащӀырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 659. Нэмыплъ ехын (5). Гулъытэ хуэмыщӀын, хуэмыарэзын. Къазджэрий си шыгъупӀастэ ишхащ – нэмыплъ къыдихынкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 522. Дэрдэхь щхьэкӀэ тхьэусыхахэри къраджауэ зэхэтщ, я гъунэгъум нэмыплъ кърахыу. Хьэсэпэхъумэ, 417. Нэмыплъ къетын (4). Еплъ нэмыплъ ехын. Хьэсэпэхъумэр шууэ псыхъуэм дэту къыщехым, Мусэрэ старшынэмрэ нэмыплъ ирату ауэ сытми къаблэкӀакъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 57. СыткӀэ уи гур къызэбгъауэ Сэ къызэптрэ уэ нэмыплъ? Уи нэу, уи псэу сыкъэплъагъурт. «Вагъуэ махуэ», 370. Хьэблэ зыхэсым нэмыплъ къратри [Дахэуэс], хьэдагъи ирекӀуэ, нысаши ирехъу, псэ зыӀут нэкӀэ