насып къеуэлӀэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
къеуэлӀэн
(къоуалӀэ)
1. Еплъ: еуэлӀэн 1
ХьэӀуцыдзхэм жэмыр къыщрахужьэм сыткӀэ ягу къэкӀынт щакӀуэ унэм къеуэлӀэну.— Ӏуащхьэмахуэ
3. КъекӀуэлӀэн, къэкӀуэн.
руприйти, приехать к кому-чему-л.
Пщыхьэщхьэ хъуа нэужь, бгъэнщӀагъыжьым цӀыху уэрыфӀ къеуалӀэрт уэтэр гъунэгъухэм тес Ӏэщыхъуэхэм ящыщу.— Ӏуащхьэмахуэ
4. Къэсу, къыбгъэдыхьэу, къыбгъурылъу щытын (мэз, тенджыз, псы, н. къ.).
рудоходить, простираться до чего-л.; граничить с чем-л., омывать что-л.
Грецием лъэныкъуищкӀэ тенджызыр къоуалӀэ.— Ижьрей дунейм и историе
насып
Арэзыныгъэшхуэ бгъуэтам къыуит щытыкӀэ.
русчастье
{Мурат:} - къуэгъэнапӀэм къуэсу насып зыгъуэта щыӀэкъым.— Теунэ Хьэчим
+1 örnek
Насып зимыӀэм, махъшэм тесми хьэ къодзакъэ.— Псалъэжьхэр
Bu maddedeki ifadeler (19)
Насып защӀэ ухъу!
рубольшого тебе счастья!
{я} насып зэхэлъыэн
русоставлять счастье друг друга.
Насып кӀыхь ухъу!
рудолгого тебе счастья!
{зи} насып къэкӀуэгъуэ
румолодой (букв. чье счастье еще впереди).
Нобэ Астемыр зытет гъуэгу дыдэмкӀэ зи насып къэкӀуэгъуитӀыр къэпӀащӀэу къакӀуэрт, я натӀэм илъыр ямыщӀэу.— КӀыщокъуэ Алим
{и} насып къэкӀуэн
русчастье пришло.
насып къеуэлӀэн
русчастье привалило.
{и} насып къикӀын
рувыпало, улыбнулось счастье.
{и} насып къихьын
руоказаться удачливым; посчастливиться кому-л.
насып къыдэкӀуэн
рустать причиной счастья.
насып мыгуэш
рунеразделимое счастье.
{и} насып текӀуэн
руоказаться более счастливым, удачливым.
{Уи} насып тхьэм химых!
рудай бог найти! (что-л. потерянное, украденное).
Зыгуэр зыфӀэкӀуэдауэ лъыхъуэм жраӀэ: - Уи насып тхьэм химых!— Адыгэ ӀуэрыӀуатэхэр
насып тӀуащӀэ
рудвойная радость (букв. счастье).
{и} насып хэлъын
ру1) быть предназначенным для кого-л. (судьбой).
Уи насып зыхэлъым дыщэ тепхъуауэ уолъагъу.— (погов.) 2) быть удачливым, везучим в
+1 örnek
чем-л. Еджэным и насып хэлъын.
насыпым елъэпэуэн
руоттолкнуть от себя счастье; не воспользоваться счастливым случаем.
{и} насыпым кърихьэкӀын
руповезти, посчастливиться кому-л.
{и} насыпыр бжыхьым ирапхакъым
руеще может повезти, посчастливиться.
{и} насыпыр зэпыудын
рупомешать чьему-л. счастью.
{Анэм:} - Лэкъумэныжьым и къуэ нэфым Си насыпыр зэпеудыр.— Акъсырэ Залымхъан
{и} насыпти (насып иӀэти)
руна чье-л. счастье, к счастью.
Лу Инал хуэзэну имыгугъами, и насыпти, хуэзащ.— Ӏуащхьэмахуэ
Kitapta geçtiği hali
къеуэлӀэн (къоуалӀэ) неперех. гл. 1. см. еуэлӀэн 1. * ХьэӀуцыдзхэм жэмыр къыщрахужьэм сыткӀэ ягу къэкӀынт щакӀуэ унэм къеуэлӀэну. Ӏуащхь. 2. см. еуэлӀэн 2. Толъкъунхэр нэпкъым къоуалӀэ. 3. переносное прийти, приехать к кому-чему-л. / КъекӀуэлӀэн, къэкӀуэн. * Пщыхьэщхьэ хъуа нэужь, бгъэнщӀагъыжьым цӀыху уэрыфӀ къеуалӀэрт уэтэр гъунэгъухэм тес Ӏэщыхъуэхэм ящыщу. Ӏуащхь. 4. переносное доходить, простираться до чего-л.; граничить с чем-л., омывать что-л. / Къэсу, къыбгъэдыхьэу, къыбгъурылъу щытын (мэз, тенджыз, псы, н. къ.). * Грецием лъэныкъуищкӀэ тенджызыр къоуалӀэ. Ижь. д. и ист. Мылъку къеуэлӀэн см. мылъку. Насып къеуэлӀэн см. насып. Уз къеуэлӀэн см. уз. Ӏуэху къеуэлӀэн см. Ӏуэху.
насып счастье / Арэзыныгъэшхуэ бгъуэтам къыуит щытыкӀэ. * {Мурат:} - къуэгъэнапӀэм къуэсу насып зыгъуэта щыӀэкъым. Т. Хь. Насып зимыӀэм, махъшэм тесми хьэ къодзакъэ. (погов.) Насып защӀэ ухъу! большого тебе счастья! {Я} насып зэхэлъыэн составлять счастье друг друга. Насып кӀыхь ухъу! долгого тебе счастья! {Зи} насып къэкӀуэгъуэ молодой (букв. чье счастье еще впереди). * Нобэ Астемыр зытет гъуэгу дыдэмкӀэ зи насып къэкӀуэгъуитӀыр къэпӀащӀэу къакӀуэрт, я натӀэм илъыр ямыщӀэу. КӀ. А. {И} насып къэкӀуэн счастье пришло. Насып къеуэлӀэн счастье привалило. {И} насып къикӀын выпало, улыбнулось счастье. {И} насып къихьын оказаться удачливым; посчастливиться кому-л. Насып къыдэкӀуэн стать причиной счастья. Насып мыгуэш неразделимое счастье. {И} насып текӀуэн оказаться более счастливым, удачливым. {Уи} насып тхьэм химых! дай бог найти! (что-л. потерянное, украденное). * Зыгуэр зыфӀэкӀуэдауэ лъыхъуэм жраӀэ: - Уи насып тхьэм химых! Ад. фольк. Насып тӀуащӀэ двойная радость (букв. счастье). {И} насып хэлъын 1) быть предназначенным для кого-л. (судьбой). * Уи насып зыхэлъым дыщэ тепхъуауэ уолъагъу. (погов.) 2) быть удачливым, везучим в чем-л. Еджэным и насып хэлъын. Насыпым елъэпэуэн оттолкнуть от себя счастье; не воспользоваться счастливым случаем. {И} насыпым кърихьэкӀын повезти, посчастливиться кому-л. {И} насыпыр бжыхьым ирапхакъым еще может повезти, посчастливиться. {И} насыпыр зэпыудын помешать чьему-л. счастью. * {Анэм:} - Лэкъумэныжьым и къуэ нэфым Си насыпыр зэпеудыр. Акъ. З. {И} насыпти (насып иӀэти) на чье-л. счастье, к счастью. * Лу Инал хуэзэну имыгугъами, и насыпти, хуэзащ. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
насып
ГъащӀэм узэрыхуэарэзым къыуит щытыкӀэ.
Пщыхьэщхьэм пшапэр зэхэуэу Ботэщ Астемырхэ я унагъуэр зэгъэжа нэужь, Нурхьэлийрэ Мусэрэ къалэм къыщызэӀуаха шхапӀэм, бэзэрышхуэм насыпу щызэрахьэм Думэсарэ тепсэлъыхьащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 189
+2 örnek
Мы дыкъыздэкӀуа мыгъуэр зэлӀзэфызым увыпӀэ тхуэхъуа щхьэкӀэ, ди хъыджэбзым дежкӀэ насып кӀуэдыжыпӀэщ— Лэчымэ, 395
Насып защӀэр къигъуэтащи Марфэ и гум куэд хэхъуащ. «— Бдзэжьеящэм ипхъу, 153
Deyimler (17)
насып гъуэтын
НасыпыфӀэ хъун, насып къеуэлӀэн, унагъуэ ихьэн.
Зэрыфагъуэ цӀыкӀуу лъагъугъуафӀэ дыдэщ [Тамарэ], щӀалэхэр армэм ямышэу щытатэмэ, абыи насып гуэр игъуэтынт, дэ жэм нобэ зэрыдгъуэтам хуэдэу.— Щынэхужьыкъуэ, 15
насып защӀэ ухъу
Ехъуэхъуу зэрызыхуагъазэ, насыпыфӀэ ухъу жиӀэу къикӀыу.
Тхьэм насып защӀэ уищӀ, уи жьыщхьэри махуэ ухъу, Рахьим, зи гъащӀэр кӀыхь хъун, Ӏейуэ бгъэгуфӀащ хъыджэбз цӀыкӀур.— Хъуэпсэгъуэ нур, 131
+1 örnek
[Сани жиӀэу:] Насып защӀэ ухъу!— Гъуэгуанэ, 107
зи насып къэкӀуэгъуэ
НыбжьыщӀэ, гъащӀэм хыхьа къудей, куэд зылъагъуну, къэзыгъэщӀэну къызыпэщылъ.
Нурхьэлий зэзэмызэ къеплъэкӀмэ, ныжэбэ си насып къэкӀуэгъуэ хъуну къыщӀэкӀынщ, жиӀэу и гум къэкӀырт— Хъуэпсэгъуэ нур, 229
+1 örnek
ТхьэмыщкӀэ цӀыкӀур дахэ дыдэщ, и насып къэкӀуэгъуэщ.— Нэгъуху, 34
[и] насып къэкӀуэн
НасыпыфӀэ хъун.
Уи пӀэ уису уи насып къэкӀуэн, хьэрычэт щӀэн хуейщ, жиӀэу Нурхьэлий и щхьэм хужиӀэжырт— Хъуэпсэгъуэ нур, 146
+1 örnek
Нобэ Астемыр зытет гъуэгу дыдэмкӀэ зи насып къэкӀуагъитӀыр къэпӀащӀэу къакӀуэрт, я натӀэм илъыр ямыщӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 160
насып къеуэлӀэн
ФӀы и лъэныкъуэкӀэ зыгуэр къыжьэхэуэн, къехъулӀэн.
Апхуэдэу зырыз къэхъуми, Нурхьэлий и гум жьы дихужат шхапӀэ къызэрызэӀуихрэ, насып къеуэлӀэнуи и гугъат, арщхьэкӀэ уунэхъунумэ, куэдрэ, Нурхьэлий и гугъэххэтэкъым къыщыщӀынӀауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 205
+2 örnek
ЦӀыкӀущэ кӀапсэ нахъутэ кӀапэр кӀэщӀу иӀыгъыу шым темыгушхуащэурэ телъэщӀыхьт, насыпышхуэ къеуэлӀар пщӀыхьэпӀэу илъагъу къыфӀэщӀыжу.— Нэгъуху, 19
Езы Хьэкурынэу плъагъум фызи быни игъуэтащи, дуней насыпыр къеуэлӀа къыщохъуж— Лъапсэ, 99
насып къехъулӀэн
ЦӀыхур лъэпкъ-лъэпкъкӀэ гуэшами, гурэ псэкӀэ зэрощӀэ, гъащӀэм пэпщӀын насып зыми къыщемыхъулӀэнукӀэ, а насып закъуэр зымыхъумэфыр насып и уасэкъым, жиӀэу— Кхъэлэгъунэ, 380
Еплъ: насып къеуэлӀэн
[и] насып текӀуэн
И ныкъуэкъуэгъум, и бийм нэхърэ нэхъ насыпыфӀэу къыщӀэкӀын.
Лусанэрэ Маиррэ я насыпыр токӀуэ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 618
+1 örnek
ЦӀыхухъухэмрэ цӀыхубзхэмрэ щхьэ зырызу плъагъу щхьэкӀэ, къызэрыкӀар зы ныбэщи, я къэлэнри зыщ, зым зыр и мыгъусэу я мурадри къехъулӀэнукъым, я насыпри текӀуэнукъым— Лъапсэ, 19
[и] насып къытекӀуэн
Бийм и насыпи сэ къыстекӀуэу Ныбжьэгъухэм я гуи хремыщӀ.— ЩӀакхъуэ Ӏыхьэншэу сыкъэнами… Щхьэлыкъуэ, 399
Еплъ: [и] насып текӀуэн
[и] насып къутэн
Насып зыгуэрым имыӀэжын.
Зы фужер гуэрхэри стӀолым къехуэхри хьэбэсабэу къутати, тхьэм ещӀэ зи насып къутар жиӀэу бысымым и гум къэкӀащ— Лъапсэ, 87
+1 örnek
Зи хэку къутэращ, дауи, зи насып къутэнур— Лъапсэ, 87
насып мыгуэш
ЦӀыхум и натӀэм къритха, Ӏыхьэхэмыхьэу и насып зыхэлъ.
УӀэгъэу сэ стелъым Сихьынущ, си къуэш, Уэ псэууэ укъонэ – Насыпыр мыгуэшщ— ЗэныбжьэгъуитӀ. «Шум и гъуэгу», 33
[и] насып хэлъын
Зыгуэр къехъулӀэну, ей хъуну иухауэ щытын.
Уи насып зыхэлъыр пщӀэнукъым— Хъуэпсэгъуэ нур, 54
+1 örnek
Мызэ-мытӀэуи къыкъуэкӀащ зи ныбжь хэкӀуэта лӀы, къыздэкӀуэж жиӀэу, арщхьэкӀэ, Хьэкурынэ си насып щыхэмылъакӀэ, нэгъуэщӀ си псэм къищтэнукъым жиӀэурэ зыми дэкӀуэжын идакъым.— Лъапсэ, 108
насыпым елъэпэуэн
Насып къехъулӀар зыӀэщӀэгъэкӀын, къэмыгъэсэбэпын.
Сэри согупсыс: ярэби, си насыпым семылъэпэуэну пӀэрэ мыбы жыхуиӀэр сымыдэу сежьэжмэ, жызоӀэри.— МелыӀыч, 449
насыпым къихьын
Зыгуэр къехъулӀэн, и Ӏуэхур фӀы хъун.
Хэт насыпыншэ хэхъухьами, уи насыпым къихьащ, Мусэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 53
[и] насып къикӀын
Ӏуэхур узэрыхуейм хуэдэу хъун.
Темботрэ Лурэ я насып къикӀат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 140
насып къыхудэкӀуэн
Зыгуэрым фӀыгъуэ гуэр къыдэкӀуэн.
Зэкъуэшиблым псыкъуий закъуэм Тхьэм насып къытхудигъакӀуэ.— Индийскэ поэмэ, 362
[и] насыпти (насып иӀэти)
И Ӏуэхур къикӀати, къехъулӀати.
Насып иӀэти и жьэм кхъуей жьэдэлъыжтэкъым, жьэдэлъамэ, и тэмакъым тенэнт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 513
+1 örnek
Насып иӀэти, Якъуб нэмыцэр къэсмэ мэлыхъуэм трахынумрэ трамыхынумрэ я гугъу къигъэхъеяуэ Локотош зы псалъи жиӀэжакъым.— Нал къута, 262
насып Ӏыхьэ
Къыплъысын хуейуэ щыт насып.
Ӏэдэмрэ Хьэуарэ яужькӀэ ЗэлӀзэфыз защӀэу пщыкӀутӀ ТӀурытӀу щӀылъэм къытохьэ, Я насып Ӏыхьэм щӀэхъуэпсу.— Индийскэ поэмэ, 359
Atasözleri (2)
насып уимыӀэмэ, махъшэм утесу хьэ къодзакъэ
Дапхуэдэу хъуми, уи натӀэм къритхам уфӀэкӀынукъым.
Аращ, насып уимыӀэмэ, махъшэм утесу хьэ къодзакъэ. псалъэжь— Хъуэпсэгъуэ нур, 207
насып уимыӀэмэ, хъудырым уи дзэр ӀуещӀыкӀ
Уи натӀэм къритхам ухуозэ.
– АтӀэ, насып уимыӀэмэ, хъудырым уи дзэр ӀуещӀыкӀ, – жиӀэрт зым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 152
+1 örnek
[Гесиод:] Уунэхъунумэ хъудырыми уи дзэр ӀуещӀыкӀ.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 159
Kitapta geçtiği hali
НАСЫП (243). ГъащӀэм узэрыхуэарэзым къыуит щытыкӀэ. Пщыхьэщхьэм пшапэр зэхэуэу Ботэщ Астемырхэ я унагъуэр зэгъэжа нэужь, Нурхьэлийрэ Мусэрэ къалэм къыщызэӀуаха шхапӀэм, бэзэрышхуэм насыпу щызэрахьэм Думэсарэ тепсэлъыхьащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 189. Мы дыкъыздэкӀуа мыгъуэр зэлӀзэфызым увыпӀэ тхуэхъуа щхьэкӀэ, ди хъыджэбзым дежкӀэ насып кӀуэдыжыпӀэщ. Лэчымэ, 395. Насып защӀэр къигъуэтащи Марфэ и гум куэд хэхъуащ. «Бдзэжьеящэм ипхъу», 153. ◊ Насып гъуэтын (1). НасыпыфӀэ хъун, насып къеуэлӀэн, унагъуэ ихьэн. Зэрыфагъуэ цӀыкӀуу лъагъугъуафӀэ дыдэщ [Тамарэ], щӀалэхэр армэм ямышэу щытатэмэ, абыи насып гуэр игъуэтынт, дэ жэм нобэ зэрыдгъуэтам хуэдэу. Щынэхужьыкъуэ, 15. Насып защӀэ ухъу (3). Ехъуэхъуу зэрызыхуагъазэ, насыпыфӀэ ухъу жиӀэу къикӀыу. Тхьэм насып защӀэ уищӀ, уи жьыщхьэри махуэ ухъу, Рахьим, зи гъащӀэр кӀыхь хъун, Ӏейуэ бгъэгуфӀащ хъыджэбз цӀыкӀур. Хъуэпсэгъуэ нур, 131. [Сани жиӀэу:] Насып защӀэ ухъу! Гъуэгуанэ, 107. Зи насып къэкӀуэгъуэ (2). НыбжьыщӀэ, гъащӀэм хыхьа къудей, куэд зылъагъуну, къэзыгъэщӀэну къызыпэщылъ. Нурхьэлий зэзэмызэ къеплъэкӀмэ, ныжэбэ си насып къэкӀуэгъуэ хъуну къыщӀэкӀынщ, жиӀэу и гум къэкӀырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 229. ТхьэмыщкӀэ цӀыкӀур дахэ дыдэщ, и насып къэкӀуэгъуэщ. Нэгъуху, 34. [И] насып къэкӀуэн (2). НасыпыфӀэ хъун. Уи пӀэ уису уи насып къэкӀуэн, хьэрычэт щӀэн хуейщ, жиӀэу Нурхьэлий и щхьэм хужиӀэжырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 146. Нобэ Астемыр зытет гъуэгу дыдэмкӀэ зи насып къэкӀуагъитӀыр къэпӀащӀэу къакӀуэрт, я натӀэм илъыр ямыщӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 160. Насып къеуэлӀэн (9). ФӀы и лъэныкъуэкӀэ зыгуэр къыжьэхэуэн, къехъулӀэн. Апхуэдэу зырыз къэхъуми, Нурхьэлий и гум жьы дихужат шхапӀэ къызэрызэӀуихрэ, насып къеуэлӀэнуи и гугъат, арщхьэкӀэ уунэхъунумэ, куэдрэ, Нурхьэлий и гугъэххэтэкъым къыщыщӀынӀауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 205. ЦӀыкӀущэ кӀапсэ нахъутэ кӀапэр кӀэщӀу иӀыгъыу шым темыгушхуащэурэ телъэщӀыхьт, насыпышхуэ къеуэлӀар пщӀыхьэпӀэу илъагъу къыфӀэщӀыжу. Нэгъуху, 19. Езы Хьэкурынэу плъагъум фызи быни игъуэтащи, дуней насыпыр къеуэлӀа къыщохъуж. Лъапсэ, 99. Насып къехъулӀэн (1). Еплъ насып къеуэлӀэн. ЦӀыхур лъэпкъ-лъэпкъкӀэ гуэшами, гурэ псэкӀэ зэрощӀэ, гъащӀэм пэпщӀын насып зыми къыщемыхъулӀэнукӀэ, а насып закъуэр зымыхъумэфыр насып и уасэкъым, жиӀэу. Кхъэлэгъунэ, 380. [И] насып текӀуэн (8). И ныкъуэкъуэгъум, и бийм нэхърэ нэхъ насыпыфӀэу къыщӀэкӀын. Лусанэрэ Маиррэ я насыпыр токӀуэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 618. ЦӀыхухъухэмрэ цӀыхубзхэмрэ щхьэ зырызу плъагъу щхьэкӀэ, къызэрыкӀар зы ныбэщи, я къэлэнри зыщ, зым зыр и мыгъусэу я мурадри къехъулӀэнукъым, я насыпри текӀуэнукъым. Лъапсэ, 19. [И] насып къытекӀуэн (1). Еплъ [и] насып текӀуэн. Бийм и насыпи сэ къыстекӀуэу Ныбжьэгъухэм я гуи хремыщӀ. ЩӀакхъуэ Ӏыхьэншэу сыкъэнами… «Щхьэлыкъуэ», 399. [И] насып къутэн (2). Насып зыгуэрым имыӀэжын. Зы фужер гуэрхэри стӀолым къехуэхри хьэбэсабэу къутати, тхьэм ещӀэ зи насып къутар жиӀэу бысымым и гум къэкӀащ. Лъапсэ, 87. Зи хэку къутэращ, дауи, зи насып къутэнур. Лъапсэ, 87. Насып мыгуэш (5). ЦӀыхум и натӀэм къритха, Ӏыхьэхэмыхьэу и насып зыхэлъ. УӀэгъэу сэ стелъым Сихьынущ, си къуэш, Уэ псэууэ укъонэ – Насыпыр мыгуэшщ. ЗэныбжьэгъуитӀ. «Шум и гъуэгу», 33. [И] насып хэлъын (2). Зыгуэр къехъулӀэну, ей хъуну иухауэ щытын. Уи насып зыхэлъыр пщӀэнукъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 54. Мызэ-мытӀэуи къыкъуэкӀащ зи ныбжь хэкӀуэта лӀы, къыздэкӀуэж жиӀэу, арщхьэкӀэ, Хьэкурынэ си насып щыхэмылъакӀэ, нэгъуэщӀ си псэм къищтэнукъым жиӀэурэ зыми дэкӀуэжын идакъым. Лъапсэ, 108. Насыпым елъэпэуэн (1). Насып къехъулӀар зыӀэщӀэгъэкӀын, къэмыгъэсэбэпын. Сэри согупсыс: ярэби, си насыпым семылъэпэуэну пӀэрэ мыбы жыхуиӀэр сымыдэу сежьэжмэ, жызоӀэри. МелыӀыч, 449. Насыпым къихьын (1). Зыгуэр къехъулӀэн, и Ӏуэхур фӀы хъун. Хэт насыпыншэ хэхъухьами, уи насыпым къихьащ, Мусэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 53. [И] насып къикӀын (1). Ӏуэхур узэрыхуейм хуэдэу хъун. Темботрэ Лурэ я насып къикӀат. Хъуэпсэгъуэ нур, 140. Насып къыхудэкӀуэн (1). Зыгуэрым фӀыгъуэ гуэр къыдэкӀуэн. Зэкъуэшиблым псыкъуий закъуэм Тхьэм насып къытхудигъакӀуэ. «Индийскэ поэмэ», 362. [И] насыпти (насып иӀэти) (28). И Ӏуэхур къикӀати, къехъулӀати. Насып иӀэти и жьэм кхъуей жьэдэлъыжтэкъым, жьэдэлъамэ, и тэмакъым тенэнт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 513. Насып иӀэти, Якъуб нэмыцэр къэсмэ мэлыхъуэм трахынумрэ трамыхынумрэ я гугъу къигъэхъеяуэ Локотош зы псалъи жиӀэжакъым. Нал къута, 262. Насып Ӏыхьэ (1). Къыплъысын хуейуэ щыт насып. Ӏэдэмрэ Хьэуарэ яужькӀэ ЗэлӀзэфыз защӀэу пщыкӀутӀ ТӀурытӀу щӀылъэм къытохьэ, Я насып Ӏыхьэм щӀэхъуэпсу. «Индийскэ поэмэ», 359. ☐ Насып уимыӀэмэ, махъшэм утесу хьэ къодзакъэ (1). Дапхуэдэу хъуми, уи натӀэм къритхам уфӀэкӀынукъым. Аращ, насып уимыӀэмэ, махъшэм утесу хьэ къодзакъэ. псалъэжь Хъуэпсэгъуэ нур, 207. Насып уимыӀэмэ, хъудырым уи дзэр ӀуещӀыкӀ (2). Уи натӀэм къритхам ухуозэ. – АтӀэ, насып уимыӀэмэ, хъудырым уи дзэр ӀуещӀыкӀ, – жиӀэрт зым. Хъуэпсэгъуэ нур, 152. [Гесиод:] Уунэхъунумэ хъудырыми уи дзэр ӀуещӀыкӀ. Тепщэч къэзылъэтыхь, 159.