лъакъуэм къыщӀэхуа ятӀэм имыуасэн
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
къыщӀэхун
(къыщӀоху)
1. ЗыщӀыпӀэ къыщӀэукӀуриикӀын, къыщӀэджэлыкӀын.
Мы жыр каскэр улъияуэ, Мо щӀы дэттхъум къыщӀэхуауэ Сэ аргуэру къэзгъуэтыжщ, Мис тетхари къыщӀощыж.— Волгэ Ӏуфэ. «Партыр ди пашэу», 14
+1 örnek
Бгыр къыгуэуати щелъэлъэхым, КъыщӀэхущ зы мыви щӀивэжащ, Зы напӀэзыпӀэ щӀым телъати, Псэуа а мывэм къыфӀэщӀащ.— Мывэ гъащӀэ. «Дамыгъэ», 118
2. Зыгуэрым езыр-езыру зыгуэр къыщӀэкӀын, къыщӀэтхъын.
Иджы и [шырыкъум] лъэгур къыщӀэхуами ЕтӀани щӀэкӀэ ар схъуэжын!— Сэлэт шырыкъу. «Шум и гъуэгу», 11
+1 örnek
Уи лъэгу къыщӀэхурэ мывэ лъеймэ, Уи ужьыр зыхур хэкӀуэдэнщ.— Къуршым докӀ. «Дамыгъэ», 73
Deyimler (1)
лъакъуэм къыщӀэхуа ятӀэм имыуасэн
лъакъуэ
1. ЦӀыхум, псэущхьэм и Ӏэпкълъпкъым щыщу къызэракӀухь Ӏыхьэр.
Шыгъуэ емылыджыр долъей, къолъых, Астемыр и лъакъуэм къедзэкъэну зещӀ, кӀэбдзкӀэ йокӀуэт, йотхауэ, къежыхь, и щхьэр еутхыпщӀ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 163
+2 örnek
Гунэуэс къыпхуэгъэувыӀэнутэкъым, заӀэщӀиудщ псоми, псыр къыпыжу, щхьэхьу, лъакъуэкӀэ бжэр Ӏуиудри, унэм щӀэлъэдащ.— ГущӀэгъу, 424
Лыр зэӀиха иужь, Кулисум хуигъэфащэу щхьэ щӀэлъэныкъуэ, танэ лъакъуиплӀри, абы и щӀыӀужкӀэ блатхьэ къыхилъхьэжри, ӀыхьэфӀ хуигъэтӀылъри и пэгуным ирилъхьэжащ [Къэрэлъашэ].— Нэгъуху, 35
2. УнэлъащӀэ гуэрхэр (шэнт, Ӏэнэ, гъуэлъыпӀэ н.къ.) зэрыщыт, щӀым зэрытрагъэувэ Ӏыхьэ.
Башир пхъэ гъуэлъыпӀэжьым къыщеӀэм, гъуэлъыпӀэ лъакъуэр щӀэщӀыкӀри, жьыщӀыгъэ тӀэкӀур зэрылъа матэ хъарыр гъуэлъыпӀэм итати, къихуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 289
+2 örnek
[Гуащэ:] Къахьмэ къыхьынур пхъэ лъакъуищ зыщӀэт хьэдэ пхъэбгъужь Ӏейр аращ, жиӀэу, Ӏэдэми япэм, хьэжыгъэ тӀэкӀу, жиӀэрти зыгуэркӀэ гулъытэ къысхуищӀырт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 629
Езыхэми къагъэхьэзырат шэнтышхуэ, и лъакъуэр щыхь лъакъуэм ещхьу, чэщей жыгым къыхэщӀыкӀауэ, щабэу бланафи теӀулӀауэ, мэз бжэным и щхьэри дахэу тещӀыхьауэ.— Лъапсэ, 118
3. ЩӀакъуэ баш, лъакъуэ баш.
Сэлэтхэр хэт лъакъуэ закъуэкӀэ пкӀэуэ, хэти пхъэ лъакъуэр зыщӀигъакъуэу, иныкъуэми уӀэгъэм ӀэкӀэ теӀэбыхьу зэбгырыкӀыжырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 175
+2 örnek
А махуэм Ахъсари пхъэ лъакъуэ иӀыгъыу къэсащ, къэхъуа-къэщӀар зэхигъэкӀыну.— МелыӀыч, 460
[Ӏурарэ] Бжэр къыӀуихрэ плъэмэ – Бэкъан и пхъэ лъакъуитӀыр иӀыгъыу шым телъщ, уанэгум илъу, и пащӀэ закъуэр пӀийуэ, шы ӀумпӀэр къуажэ Советым тет председателым иӀыгъщ: - Къыпхуэсшэжащ, Ӏурарэ, уи щхьэгъусэр, ди щауэишыжу аращ, къет мыдэ бжьэ.— Къалэн, 433
4. Дыгъэ бзий.
ЯӀыгъщ ди къуршхэм дыгъэ лъакъуэр, Ар напщӀэтелъуи къащымыхъу.— Къуршхэр. «Мывэ хуабэ», 259
Deyimler (14)
лъакъуэ къыщӀэувэн
И лъэм кърихьэкӀын, къэкӀухьыфын.
УӀэгъэу зи лъакъуэ къыщӀэувэм и насыпу къалъытэ – нэмыцэм япэщӀэмыхуэу къаӀэщӀэкӀащи.— Нал къута, 211
+2 örnek
Мэмэт-щӀакъуэр къэтэмакъкӀэщӀащ, и нитӀыр плъыжьыбзэ къэхъуарэ къитӀэтӀу, и ныбэм и нэхъыбэри стӀолым телъу, и лъакъуэр ерагъыу къыщӀэувэу— Лъапсэ, 47
[Бэкъан] И лъакъуэр къыщӀэувэу щытамэ, фызабэ жимыӀэу, хъыджэбз къимышэми, пхъужь гуэр къигъуэтынт, арщхьэкӀэ неӀэмал – пхъэ лъакъуэ шущ.— Къалэн, 427
лъакъуэр къыщӀэувэжын
Лъэм кърихьэкӀыу, къикӀухыу хъужын, зекӀуэжын.
Ти, Къэрэлъашэ плъагъум и лъакъуитӀыр къыщӀэувэжа хуэдэ, дэпкӀей-къепкӀыхыурэ къехыжа дэнэ къэна, Кулисум и пщӀантӀэм дыхьэри, жэмыжь псы емыфауэ Ӏуэм итыр я унэ къихужри и Ӏуэм ириубыдэжащ— Нэгъуху, 50
лъакъуэр къыщӀэмыувэн
Лъэр темыувэн, земыкӀуэфын.
ЕрагъпсэрагъкӀэ шкӀэр къызэфӀэувэри аргуэру мэджэлэж, и лъакъуэр къыщӀэмыувэу, и щхьэ къудейр къыщӀэувэркъым.— Щынэхужьыкъуэ, 9
+2 örnek
[Алыджыкъуэ] Ди блыпкъыр яубыдрэ машинэм дыкърахмэ – ди лъакъуэр къыщӀэувэжыртэкъым.— МелыӀыч, 436
[Бэкъан] Иужьым уз бзаджэр пкъырыкӀыжа хуэдэу хъуами, и лъакъуитӀыр къыщӀэувэртэкъыми, пхъэ лъакъуитӀ къыхуамыщэхуу хъуакъым.— Къалэн, 430
лъакъуэр лъэфын
Лъэр щӀым темыӀэтыкӀыщауэ бэкъуэн.
Молэуэ джэгур Жансэхъут, и лъакъуэр илъэфу, амдэчым еплъурэ нэмэзыбзэ къибжу сценэм йокӀыж, цӀыхур игъэдыхьэшхыу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 670
лъакъуэр щӀэхун
ГуфӀэгъуэм е гузавэгъуэ гуэрым къыхэкӀӀэ лъэхэр щӀэщӀэу хъун, къыщӀэмыувэн.
Дисэ гуфӀэщати, и лъакъуэр щӀэхурт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 131
+2 örnek
[Мариам:] ЗанщӀэу си лъакъуитӀыр щӀэхуащ, си Ӏэпкълъэпкъи зэпкърыхуащ.— Лэчымэ, 395
Ӏурарэ къэгужьейри къытехуащ, и лъакъуитӀри щӀэхури.— Къалэн, 434
лъакъуэм зыщӀэдзэн
ГурыщӀэ гуэрым къыхэкӀкӀэ лъэм зедзын.
ГъукӀэми, и гур къызэфӀэнауэ, Къетау и лъакъуэм зыщӀидзэри ӀэплӀэ хуищӀу, лъастэн мест фӀыцӀэм ба хуищӀри, и нэпситӀыр къежэхыу къыдэплъеящ, зиусхьэн, уэ сэ къысхуэпщӀар.— Лъапсэ, 61
лъакъуэр щӀэмыкӀыжын
Езэшыныгъэм къыхэкӀкӀэ лъакъуэхэр хузэблэмыхын, мыкӀуэфын.
Апчарэ сыми ешащи, я лъакъуэр щӀыкӀыжыркъым.— Нал къута, 223
лъакъуэр щӀэгъэжауэ щысын
Зыри умыщӀэу, Ӏуэхуншэу щысын.
Думэсарэ, Саримэ, Верэ Павловнэ зэбгъурысу щыст я лъакъуэ щӀэгъэжауэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 661
лъакъуэр фӀызэблэжын
Лъэрымыхьагъым къыхэкӀкӀэ лъэ быдэкӀэ щымытыфын лъакъуэхэр лъэныкъуэ зэрызкӀэ ещӀэн.
[Алыджыкъуэ] ЛӀыжьыр хусакъыпэурэ, шкӀащӀэ кӀуэкӀэу и лъакъуэр фӀызэблэжурэ кӀуэуэ щыслъагъум, си гум къэкӀащ: мыбыи Ӏуэхутхьэбзэ хуэзмыщӀэну Ӏэмал имыӀэу тхьэм иухагъэнщ, жысӀэу.— МелыӀыч, 446
лъакъуэм къыщӀэхуа ятӀэм имыуасэн
ЗэрагъэпщитӀым языр щынэхъыкӀэм, нэхъ Ӏейм, нэхъ мыхьэнэншэм деж къагъэсэбэп.
Рахьим и лъакъуэм къыщӀэху ятӀэм и уасэкъым Елдар.— Хъуэпсэгъуэ нур, 272
лъакъуэр щӀэщӀэн
Нурхьэлий щымытыжыфу и лъакъуитӀыр щӀэщӀэрт, и гур къызэӀыхьэ хуэдэуи хъурт, чэф ин зиӀэм хуэдэу, укӀуриинщ жыпӀэнт, ар жьы щымыӀэм зэуэ щӀиупскӀэрти.— Хъуэпсэгъуэ нур, 155
Еплъ: лъэр щӀэщӀэн
щхьэж и унэ бжэн лъакъуэщ
Еплъ: щхьэж
[и] щхьэ закъуэ и лъакъуитӀу
Еплъ: щхьэ закъуэ. ☐
щхьэм имытым лъакъуэм и мыгъуагъэщ
Еплъ: щхьэ
Atasözleri (1)
лъакъуэ лъэныкъуэкӀэ мащэм итщ
Жьы хъуа цӀыхум е лъэрымыхьым хужаӀэ.
Лъакъуэ лъэныкъуэкӀэ мащэм итщ [Сэид]— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 650
Kitapta geçtiği hali
КЪЫЩӀЭХУН II (къыщӀоху) лъэмыӀ. (7). 1. (2). ЗыщӀыпӀэ къыщӀэукӀуриикӀын, къыщӀэджэлыкӀын. Мы жыр каскэр улъияуэ, Мо щӀы дэттхъум къыщӀэхуауэ Сэ аргуэру къэзгъуэтыжщ, Мис тетхари къыщӀощыж. Волгэ Ӏуфэ. «Партыр ди пашэу», 14. Бгыр къыгуэуати щелъэлъэхым, КъыщӀэхущ зы мыви щӀивэжащ, Зы напӀэзыпӀэ щӀым телъати, Псэуа а мывэм къыфӀэщӀащ. Мывэ гъащӀэ. «Дамыгъэ», 118. 2. (2). Зыгуэрым езыр-езыру зыгуэр къыщӀэкӀын, къыщӀэтхъын. Иджы и [шырыкъум] лъэгур къыщӀэхуами ЕтӀани щӀэкӀэ ар схъуэжын! Сэлэт шырыкъу. «Шум и гъуэгу», 11. Уи лъэгу къыщӀэхурэ мывэ лъеймэ, Уи ужьыр зыхур хэкӀуэдэнщ. Къуршым докӀ. «Дамыгъэ», 73. ◊ Лъакъуэм къыщӀэхуа ятӀэм имыуасэн (2). Еплъ лъакъуэ. Лъэгум къыщӀэхуа ятӀэм имыуасэн (2). Еплъ лъэгу.
ЛЪАКЪУЭ (194). 1. (119). ЦӀыхум, псэущхьэм и Ӏэпкълъпкъым щыщу къызэракӀухь Ӏыхьэр. Шыгъуэ емылыджыр долъей, къолъых, Астемыр и лъакъуэм къедзэкъэну зещӀ, кӀэбдзкӀэ йокӀуэт, йотхауэ, къежыхь, и щхьэр еутхыпщӀ. Хъуэпсэгъуэ нур, 163. Гунэуэс къыпхуэгъэувыӀэнутэкъым, заӀэщӀиудщ псоми, псыр къыпыжу, щхьэхьу, лъакъуэкӀэ бжэр Ӏуиудри, унэм щӀэлъэдащ. ГущӀэгъу, 424. Лыр зэӀиха иужь, Кулисум хуигъэфащэу щхьэ щӀэлъэныкъуэ, танэ лъакъуиплӀри, абы и щӀыӀужкӀэ блатхьэ къыхилъхьэжри, ӀыхьэфӀ хуигъэтӀылъри и пэгуным ирилъхьэжащ [Къэрэлъашэ]. Нэгъуху, 35. 2. (10). УнэлъащӀэ гуэрхэр (шэнт, Ӏэнэ, гъуэлъыпӀэ н.къ.) зэрыщыт, щӀым зэрытрагъэувэ Ӏыхьэ. Башир пхъэ гъуэлъыпӀэжьым къыщеӀэм, гъуэлъыпӀэ лъакъуэр щӀэщӀыкӀри, жьыщӀыгъэ тӀэкӀур зэрылъа матэ хъарыр гъуэлъыпӀэм итати, къихуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 289. [Гуащэ:] Къахьмэ къыхьынур пхъэ лъакъуищ зыщӀэт хьэдэ пхъэбгъужь Ӏейр аращ, жиӀэу, Ӏэдэми япэм, хьэжыгъэ тӀэкӀу, жиӀэрти зыгуэркӀэ гулъытэ къысхуищӀырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 629. Езыхэми къагъэхьэзырат шэнтышхуэ, и лъакъуэр щыхь лъакъуэм ещхьу, чэщей жыгым къыхэщӀыкӀауэ, щабэу бланафи теӀулӀауэ, мэз бжэным и щхьэри дахэу тещӀыхьауэ. Лъапсэ, 118. 3. (21). ЩӀакъуэ баш, лъакъуэ баш. Сэлэтхэр хэт лъакъуэ закъуэкӀэ пкӀэуэ, хэти пхъэ лъакъуэр зыщӀигъакъуэу, иныкъуэми уӀэгъэм ӀэкӀэ теӀэбыхьу зэбгырыкӀыжырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 175. А махуэм Ахъсари пхъэ лъакъуэ иӀыгъыу къэсащ, къэхъуа-къэщӀар зэхигъэкӀыну. МелыӀыч, 460. [Ӏурарэ] Бжэр къыӀуихрэ плъэмэ – Бэкъан и пхъэ лъакъуитӀыр иӀыгъыу шым телъщ, уанэгум илъу, и пащӀэ закъуэр пӀийуэ, шы ӀумпӀэр къуажэ Советым тет председателым иӀыгъщ: - Къыпхуэсшэжащ, Ӏурарэ, уи щхьэгъусэр, ди щауэишыжу аращ, къет мыдэ бжьэ. Къалэн, 433. 4. (1). зэхь. Дыгъэ бзий. ЯӀыгъщ ди къуршхэм дыгъэ лъакъуэр, Ар напщӀэтелъуи къащымыхъу. Къуршхэр. «Мывэ хуабэ», 259. ◊ Лъакъуэ къыщӀэувэн (7). И лъэм кърихьэкӀын, къэкӀухьыфын. УӀэгъэу зи лъакъуэ къыщӀэувэм и насыпу къалъытэ – нэмыцэм япэщӀэмыхуэу къаӀэщӀэкӀащи. Нал къута, 211. Мэмэт-щӀакъуэр къэтэмакъкӀэщӀащ, и нитӀыр плъыжьыбзэ къэхъуарэ къитӀэтӀу, и ныбэм и нэхъыбэри стӀолым телъу, и лъакъуэр ерагъыу къыщӀэувэу. Лъапсэ, 47. [Бэкъан] И лъакъуэр къыщӀэувэу щытамэ, фызабэ жимыӀэу, хъыджэбз къимышэми, пхъужь гуэр къигъуэтынт, арщхьэкӀэ неӀэмал – пхъэ лъакъуэ шущ. Къалэн, 427. Лъакъуэр къыщӀэувэжын (1). Лъэм кърихьэкӀыу, къикӀухыу хъужын, зекӀуэжын. Ти, Къэрэлъашэ плъагъум и лъакъуитӀыр къыщӀэувэжа хуэдэ, дэпкӀей-къепкӀыхыурэ къехыжа дэнэ къэна, Кулисум и пщӀантӀэм дыхьэри, жэмыжь псы емыфауэ Ӏуэм итыр я унэ къихужри и Ӏуэм ириубыдэжащ. Нэгъуху, 50. Лъакъуэр къыщӀэмыувэн (4). Лъэр темыувэн, земыкӀуэфын. ЕрагъпсэрагъкӀэ шкӀэр къызэфӀэувэри аргуэру мэджэлэж, и лъакъуэр къыщӀэмыувэу, и щхьэ къудейр къыщӀэувэркъым. Щынэхужьыкъуэ, 9. [Алыджыкъуэ] Ди блыпкъыр яубыдрэ машинэм дыкърахмэ – ди лъакъуэр къыщӀэувэжыртэкъым. МелыӀыч, 436. [Бэкъан] Иужьым уз бзаджэр пкъырыкӀыжа хуэдэу хъуами, и лъакъуитӀыр къыщӀэувэртэкъыми, пхъэ лъакъуитӀ къыхуамыщэхуу хъуакъым. Къалэн, 430. Лъакъуэр лъэфын (1). Лъэр щӀым темыӀэтыкӀыщауэ бэкъуэн. Молэуэ джэгур Жансэхъут, и лъакъуэр илъэфу, амдэчым еплъурэ нэмэзыбзэ къибжу сценэм йокӀыж, цӀыхур игъэдыхьэшхыу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 670. Лъакъуэр щӀэхун (3). ГуфӀэгъуэм е гузавэгъуэ гуэрым къыхэкӀӀэ лъэхэр щӀэщӀэу хъун, къыщӀэмыувэн. Дисэ гуфӀэщати, и лъакъуэр щӀэхурт. Хъуэпсэгъуэ нур, 131. [Мариам:] ЗанщӀэу си лъакъуитӀыр щӀэхуащ, си Ӏэпкълъэпкъи зэпкърыхуащ. Лэчымэ, 395. Ӏурарэ къэгужьейри къытехуащ, и лъакъуитӀри щӀэхури. Къалэн, 434. Лъакъуэм зыщӀэдзэн (1). ГурыщӀэ гуэрым къыхэкӀкӀэ лъэм зедзын. ГъукӀэми, и гур къызэфӀэнауэ, Къетау и лъакъуэм зыщӀидзэри ӀэплӀэ хуищӀу, лъастэн мест фӀыцӀэм ба хуищӀри, и нэпситӀыр къежэхыу къыдэплъеящ, зиусхьэн, уэ сэ къысхуэпщӀар. Лъапсэ, 61. Лъакъуэр щӀэмыкӀыжын (1). Езэшыныгъэм къыхэкӀкӀэ лъакъуэхэр хузэблэмыхын, мыкӀуэфын. Апчарэ сыми ешащи, я лъакъуэр щӀыкӀыжыркъым. Нал къута, 223. Лъакъуэр щӀэгъэжауэ щысын (1). Зыри умыщӀэу, Ӏуэхуншэу щысын. Думэсарэ, Саримэ, Верэ Павловнэ зэбгъурысу щыст я лъакъуэ щӀэгъэжауэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 661. Лъакъуэр фӀызэблэжын (1). Лъэрымыхьагъым къыхэкӀкӀэ лъэ быдэкӀэ щымытыфын, лъакъуэхэр лъэныкъуэ зэрызкӀэ ещӀэн. [Алыджыкъуэ] ЛӀыжьыр хусакъыпэурэ, шкӀащӀэ кӀуэкӀэу и лъакъуэр фӀызэблэжурэ кӀуэуэ щыслъагъум, си гум къэкӀащ: мыбыи Ӏуэхутхьэбзэ хуэзмыщӀэну Ӏэмал имыӀэу тхьэм иухагъэнщ, жысӀэу. МелыӀыч, 446. Лъакъуэм къыщӀэхуа ятӀэм имыуасэн (2). ЗэрагъэпщитӀым языр щынэхъыкӀэм, нэхъ Ӏейм, нэхъ мыхьэнэншэм деж къагъэсэбэп. Рахьим и лъакъуэм къыщӀэху ятӀэм и уасэкъым Елдар. Хъуэпсэгъуэ нур, 272. Лъакъуэр щӀэщӀэн (1). Еплъ лъэр щӀэщӀэн. Нурхьэлий щымытыжыфу и лъакъуитӀыр щӀэщӀэрт, и гур къызэӀыхьэ хуэдэуи хъурт, чэф ин зиӀэм хуэдэу, укӀуриинщ жыпӀэнт, ар жьы щымыӀэм зэуэ щӀиупскӀэрти. Хъуэпсэгъуэ нур, 155. ☐ Лъакъуэ лъэныкъуэкӀэ мащэм итщ (1). Жьы хъуа цӀыхум е лъэрымыхьым хужаӀэ. Лъакъуэ лъэныкъуэкӀэ мащэм итщ [Сэид]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 650. ◊ Щхьэж и унэ бжэн лъакъуэщ (6). Еплъ щхьэж. [И] щхьэ закъуэ и лъакъуитӀу (8). Еплъ щхьэ закъуэ. ☐ Щхьэм имытым лъакъуэм и мыгъуагъэщ (2). Еплъ щхьэ I.