лъэр щӀэщӀэн
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
лъэ
СылъапцӀэу, щӀыӀэм лъэр писыкӀыу, вакъитӀ, сыжеймэ, сэ си пщӀыхьт.— УцӀыкӀуу уи гум ибубыдэр. «Вагъуэ махуэ», 83
+2 örnek
Си нэкӀуэжыкӀэр сыт хъуами, зэ нэзгъэзэнущ, къыспэплъэ, Бгы пшагъуэр щӀыгум тенауэ Зэхэуэм пшапэр, лъэр хьэлъэу, Къилъэту си гур, сыпӀащӀэу Сыныдыхьэнкъэ ди пщӀантӀэм, Зэ сыфӀуплъэныр гуращэу Ӏуслъхьэнщ щхьэгъубжэм си натӀэр.— Гупсысэ. «Шум и гъуэгу», 66
Гъэ къэскӀэ Дэрдэхъ къуажэр зэрыкъуажэу къелъэӀурти, хьэсэпэхъумэу ягъэувырт, «уцӀыху хьэрэмыншэщ, пэжкӀэ уопсэу» жаӀэрти, ноби хьэсэпэ ихъумэу щӀэщӀым тесу къытрашри къадым деж къашат, адыгэ зыхуэпэкӀэу хуэпауэ: къэптал тӀэкӀум и щӀыӀукӀэ бгырыпх фӀыцӀэ щӀэпхауэ, кӀэрахъуэжь гуэри гуэлэлу, гъуэншэджым щыдэжын Ӏэджи щыдэжауэ, и лъэми лъэдэкъачэхэм яхуэмыдэу вакъитӀ илъу, пыӀэр ӀэкӀэ иӀыгъыу къадым и пащхьэм итщ.— Хьэсэпэхъумэ, 417
Еплъ: лъакъуэ
Deyimler (13)
лъэр гъэбыдэн
Си лъэрыгъыпсыр зыубыдахэм Ящыщым я лъэр ягъэбыдэнущ.— Си илъэсищэ. «Щхьэлыкъуэ», 395
Еплъ: лъабжьэр гъэбыдэн
лъэр зэрыудын
Мурадыр хузэхэкъутэн, кӀуапӀэ емытын, лъапэзэвыпӀэ игъэувэн.
Журтымрэ хьэрыпымрэ зызэраупсеяти, адыгэм я пыӀэкур къраудащ, дэ ди пыӀэкум Ӏуэхур къыщымынэу ди лъэри къызэраудащ, ди щхьэр здэтхьынум тхуэмыхьу.— Лэчымэ, 395
лъэм зигъэнэн
Зыр псым и ижьырабгъумкӀэ Ӏусу, къыкӀэлъыкӀуэр сэмэгурабгъумкӀэ я унэхэр джабэм кӀэрыпхъауэ бгы лъапэм жылэр щӀэсщ, уэлэхьи, мы сыздэкӀуэр жэнэт тыншыпсми, абы нэс махуэ къэс лэжьапӀэм сымыкӀуэфын, жызоӀэри си лъэм зызогъанэ: - Ей, хъунукъым ар, си къуэш.— МелыӀыч, 455
Еплъ: лъапэр фӀэгъэнэн
лъэр къыщӀэувэ(жы)н
[Бекъан колхоз тхьэмадэм жриӀэу:] ЩӀэгъэкъуэн фыкъытхуэхъурэ – ди лъэр къыщӀэувэжынщи, ди гъуэгу хэдгъэщӀынщ.— Нал къута, 269
+2 örnek
[Ӏурарэ Псэун жриӀэу:] Си гугъу къыумыщӀ, зи уз кӀуэдын, сылъэрымыхьщ, си фӀэщ хъуркъым си лъэ къыщӀэувэжыну, унэ хуабэм сыщӀэгъэлъ, щӀымахуэщ.— Къалэн, 435
Къэрэмырзэ я дзэм щыщу къелам я лъэ къыщӀэувэу щилъагъум, къалэ щӀыбагъым дэлъ щӀыр ягуэшыну хуежьащ.— Лыгъэ, 413
Еплъ: лъакъуэр къыщӀэувэжын
лъэр къыщӀэмыувэн
Уэс тӀэкӀу къесар мэткӀужри псыӀэщ, уи лъэр къыщӀэувэркъым.— МелыӀыч, 446
+1 örnek
[Дисэ:] Си лъэр къыщӀэмыувэ мыгъуэми, сыпсэ быдэщ— ГущӀэгъу, 426
Еплъ: лъакъуэр къыщӀэмыувэн
лъэм къызэрихькӀэ
ЗэрыхузэфӀэкӀкӀэ псынщӀэу жэн.
Иджыпсту, зи щӀыхь лъагэ хъун, - жиӀэри бажэр и лъэм къызэрихькӀэ щӀэпхъуащ, къызэпсэлъэкӀын къудей дзыхь имыщӀу.— Кхъухь пхэнж, 499
+1 örnek
[Алыджыкъуэ:] Лъэбакъуэ зытхух сча, нэхъыбэ сча – си лъэм къызэрихькӀэ сыщӀэпхъуащ, си занщӀэр си гъуэгуу.— МелыӀыч, 458
лъэр щӀэмыкӀын
Лъагъуныгъэр уигу имылъмэ, Дэни гъазэ – лъэр щӀэмыкӀ.— Сэ ар сощӀэ. «Мывэ хуабэ», 207
Еплъ: лъакъуэр щӀэмыкӀын
лъэр темыпыӀэу
ПӀащӀэу, псынщӀэ дыдэу кӀуэн.
Гъуэгу здытетым Апчарэ и лъэр темыпыӀэу жэрт, сынэсу къэзгъэзэжыху сабийм зыгуэр къыщымыщӀащэрэт, жиӀэу.— Нал къута, 278
+2 örnek
Мо дыгъужьым феплъ: лъэ темыпыӀэу къеущыхь, игъуэтыр ишхыу.— Кхъухь пхэнж, 502
«Мыр зи щӀыхуэ ттелъым етыж» жиӀэу ахъшэ щыхуишийм, хъыджэбз цӀыкӀур гуфӀэпауэ, и лъэр темыпыӀэу лафкӀэтетым деж жэрыгъэ защӀэкӀэ нэсащ, щӀыхуэу къатехуа илъэпкъыр ептыжыныр фӀэнасыпышхуэу, зыхуэзэ псоми яжриӀащ океаным икӀыжу Америкэм зэрыкӀуэр, зи гуэщ щӀэсми я дежи хъыбарыр нэзыгъэсар Назифэщ.— Лэчымэ, 391
лъэр темыпыӀэн
Зы щӀыпӀэ кӀуэну къытричын, и пӀэ имызэгъэн.
СокъуэншэкӀащ, къысхуэгъэгъу, Анка, - жысӀэу шым седэхащӀэу щызэхихым, арэзы къысхуэхъужауэ и щхьэр иутхыпщӀу, нэгъуэщӀ зыгуэр къэхъужащ, и нэпситӀыр къызэрелъэлъэхыу си Ӏэм къепэщэщыну хуожьэ, мэщатэ, мэпапщэ, и щхьэр си дамэм къытрелъхьэ, и кӀэр егъэкӀэрахъуэ, лъэм тепыӀэркъым, мэщыщ, и макъыр зэкӀуэкӀауэ.— Анка, 382
лъэр щӀэщӀэн
ГухэщӀыныгъэ, гузэвэгъуэ гуэрым лъэр щӀихын.
А Албиян, а лъэпкъым я къупщхьэ закъуэ, сэлам-чэлами къыдумыхыжу уежьэ мыгъуэрэ», - жиӀэу Хьэбибэ и лъэр щӀэщӀэрт.— Щынэхужьыкъуэ, 10
лъэр къыщӀиубыдэжын
Лъэ быдэкӀэ увыжын.
Урарэ джэлэным тӀэкӀут къэнэжар, арщхьэкӀэ, и насыпти, и лъэр къыщӀиубыдэжащ, и фэр пыкӀами— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 584
лъэр щӀэувэн
ЗэфӀэкӀ, лъэкӀыныгъэ иӀэ хъун.
Хэт едаӀуэми, Ботэх щыцӀыкӀуам къыщыщӀэдзауэ нобэр къыздэсым хабзэм пщӀэ хуащӀу, фӀэлӀыкӀ хуаӀэу гу лъитакъым, езым хьэлрэ щэну зыхилъхьар нэхъ зытеухуар зылъэкӀым и лъэр щӀоувэ жиӀэу аращи, къеущийӀауэ идэркъым.— Лъапсэ, 93
лъэр щӀиудын
Зыгуэрым имыгъэбэкъуэн, лъэбакъуэ иримыгъэчын.
Арщхьэ мывалъэм лъэр щӀеуд, Дым хъуащ аузыр, мэзыр щэхущ, Нэпкъ кӀыфӀым мафӀи щымылыд, ТӀыс, щӀалэ, тӀыси зыгъэпсэху.— ЩӀэпхъуэжахэр. «Шум и гъуэгу», 53
Kitapta geçtiği hali
ЛЪЭ (19). Еплъ лъакъуэ. СылъапцӀэу, щӀыӀэм лъэр писыкӀыу, вакъитӀ, сыжеймэ, сэ си пщӀыхьт. УцӀыкӀуу уи гум ибубыдэр. «Вагъуэ махуэ», 83. Си нэкӀуэжыкӀэр сыт хъуами, зэ нэзгъэзэнущ, къыспэплъэ, Бгы пшагъуэр щӀыгум тенауэ Зэхэуэм пшапэр, лъэр хьэлъэу, Къилъэту си гур, сыпӀащӀэу Сыныдыхьэнкъэ ди пщӀантӀэм, Зэ сыфӀуплъэныр гуращэу Ӏуслъхьэнщ щхьэгъубжэм си натӀэр. Гупсысэ. «Шум и гъуэгу», 66. Гъэ къэскӀэ Дэрдэхъ къуажэр зэрыкъуажэу къелъэӀурти, хьэсэпэхъумэу ягъэувырт, «уцӀыху хьэрэмыншэщ, пэжкӀэ уопсэу» жаӀэрти, ноби хьэсэпэ ихъумэу щӀэщӀым тесу къытрашри къадым деж къашат, адыгэ зыхуэпэкӀэу хуэпауэ: къэптал тӀэкӀум и щӀыӀукӀэ бгырыпх фӀыцӀэ щӀэпхауэ, кӀэрахъуэжь гуэри гуэлэлу, гъуэншэджым щыдэжын Ӏэджи щыдэжауэ, и лъэми лъэдэкъачэхэм яхуэмыдэу вакъитӀ илъу, пыӀэр ӀэкӀэ иӀыгъыу къадым и пащхьэм итщ. Хьэсэпэхъумэ, 417. ◊ Лъэр гъэбыдэн (1). Еплъ лъабжьэр гъэбыдэн. Си лъэрыгъыпсыр зыубыдахэм Ящыщым я лъэр ягъэбыдэнущ. Си илъэсищэ. «Щхьэлыкъуэ», 395. Лъэр зэрыудын (1). зэхь. Мурадыр хузэхэкъутэн, кӀуапӀэ емытын, лъапэзэвыпӀэ игъэувэн. Журтымрэ хьэрыпымрэ зызэраупсеяти, адыгэм я пыӀэкур къраудащ, дэ ди пыӀэкум Ӏуэхур къыщымынэу ди лъэри къызэраудащ, ди щхьэр здэтхьынум тхуэмыхьу. Лэчымэ, 395. Лъэм зигъэнэн (1). Еплъ лъапэр фӀэгъэнэн. Зыр псым и ижьырабгъумкӀэ Ӏусу, къыкӀэлъыкӀуэр сэмэгурабгъумкӀэ я унэхэр джабэм кӀэрыпхъауэ бгы лъапэм жылэр щӀэсщ, уэлэхьи, мы сыздэкӀуэр жэнэт тыншыпсми, абы нэс махуэ къэс лэжьапӀэм сымыкӀуэфын, жызоӀэри си лъэм зызогъанэ: - Ей, хъунукъым ар, си къуэш. МелыӀыч, 455. Лъэр къыщӀэувэ(жы)н (7). Еплъ лъакъуэр къыщӀэувэжын. [Бекъан колхоз тхьэмадэм жриӀэу:] ЩӀэгъэкъуэн фыкъытхуэхъурэ – ди лъэр къыщӀэувэжынщи, ди гъуэгу хэдгъэщӀынщ. Нал къута, 269. [Ӏурарэ Псэун жриӀэу:] Си гугъу къыумыщӀ, зи уз кӀуэдын, сылъэрымыхьщ, си фӀэщ хъуркъым си лъэ къыщӀэувэжыну, унэ хуабэм сыщӀэгъэлъ, щӀымахуэщ. Къалэн, 435. Къэрэмырзэ я дзэм щыщу къелам я лъэ къыщӀэувэу щилъагъум, къалэ щӀыбагъым дэлъ щӀыр ягуэшыну хуежьащ. Лыгъэ, 413. Лъэр къыщӀэмыувэн (2). Еплъ лъакъуэр къыщӀэмыувэн. Уэс тӀэкӀу къесар мэткӀужри псыӀэщ, уи лъэр къыщӀэувэркъым. МелыӀыч, 446. [Дисэ:] Си лъэр къыщӀэмыувэ мыгъуэми, сыпсэ быдэщ. ГущӀэгъу, 426. Лъэм къызэрихькӀэ (2). ЗэрыхузэфӀэкӀкӀэ псынщӀэу жэн. Иджыпсту, зи щӀыхь лъагэ хъун, - жиӀэри бажэр и лъэм къызэрихькӀэ щӀэпхъуащ, къызэпсэлъэкӀын къудей дзыхь имыщӀу. Кхъухь пхэнж, 499. [Алыджыкъуэ:] Лъэбакъуэ зытхух сча, нэхъыбэ сча – си лъэм къызэрихькӀэ сыщӀэпхъуащ, си занщӀэр си гъуэгуу. МелыӀыч, 458. Лъэр щӀэмыкӀын (1). Еплъ лъакъуэр щӀэмыкӀын. Лъагъуныгъэр уигу имылъмэ, Дэни гъазэ – лъэр щӀэмыкӀ. Сэ ар сощӀэ. «Мывэ хуабэ», 207. Лъэр темыпыӀэу (6). ПӀащӀэу, псынщӀэ дыдэу кӀуэн. Гъуэгу здытетым Апчарэ и лъэр темыпыӀэу жэрт, сынэсу къэзгъэзэжыху сабийм зыгуэр къыщымыщӀащэрэт, жиӀэу. Нал къута, 278. Мо дыгъужьым феплъ: лъэ темыпыӀэу къеущыхь, игъуэтыр ишхыу. Кхъухь пхэнж, 502. «Мыр зи щӀыхуэ ттелъым етыж» жиӀэу ахъшэ щыхуишийм, хъыджэбз цӀыкӀур гуфӀэпауэ, и лъэр темыпыӀэу лафкӀэтетым деж жэрыгъэ защӀэкӀэ нэсащ, щӀыхуэу къатехуа илъэпкъыр ептыжыныр фӀэнасыпышхуэу, зыхуэзэ псоми яжриӀащ океаным икӀыжу Америкэм зэрыкӀуэр, зи гуэщ щӀэсми я дежи хъыбарыр нэзыгъэсар Назифэщ. Лэчымэ, 391. Лъэр темыпыӀэн (1). Зы щӀыпӀэ кӀуэну къытричын, и пӀэ имызэгъэн. СокъуэншэкӀащ, къысхуэгъэгъу, Анка, - жысӀэу шым седэхащӀэу щызэхихым, арэзы къысхуэхъужауэ и щхьэр иутхыпщӀу, нэгъуэщӀ зыгуэр къэхъужащ, и нэпситӀыр къызэрелъэлъэхыу си Ӏэм къепэщэщыну хуожьэ, мэщатэ, мэпапщэ, и щхьэр си дамэм къытрелъхьэ, и кӀэр егъэкӀэрахъуэ, лъэм тепыӀэркъым, мэщыщ, и макъыр зэкӀуэкӀауэ. Анка, 382. Лъэр щӀэщӀэн (1). ГухэщӀыныгъэ, гузэвэгъуэ гуэрым лъэр щӀихын. А Албиян, а лъэпкъым я къупщхьэ закъуэ, сэлам-чэлами къыдумыхыжу уежьэ мыгъуэрэ», - жиӀэу Хьэбибэ и лъэр щӀэщӀэрт. Щынэхужьыкъуэ, 10. Лъэр къыщӀиубыдэжын (1). Лъэ быдэкӀэ увыжын. Урарэ джэлэным тӀэкӀут къэнэжар, арщхьэкӀэ, и насыпти, и лъэр къыщӀиубыдэжащ, и фэр пыкӀами. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 584. Лъэр щӀэувэн (1). ЗэфӀэкӀ, лъэкӀыныгъэ иӀэ хъун. Хэт едаӀуэми, Ботэх щыцӀыкӀуам къыщыщӀэдзауэ нобэр къыздэсым хабзэм пщӀэ хуащӀу, фӀэлӀыкӀ хуаӀэу гу лъитакъым, езым хьэлрэ щэну зыхилъхьар нэхъ зытеухуар зылъэкӀым и лъэр щӀоувэ жиӀэу аращи, къеущийӀауэ идэркъым. Лъапсэ, 93. Лъэр щӀиудын (1). Зыгуэрым имыгъэбэкъуэн, лъэбакъуэ иримыгъэчын. Арщхьэ мывалъэм лъэр щӀеуд, Дым хъуащ аузыр, мэзыр щэхущ, Нэпкъ кӀыфӀым мафӀи щымылыд, ТӀыс, щӀалэ, тӀыси зыгъэпсэху. ЩӀэпхъуэжахэр. «Шум и гъуэгу», 53.
ЩӀЭЩӀЭН II: ◊ лъакъуэр щӀэщӀэн (1). Еплъ лъакъуэ. Лъэр щӀэщӀэн (1). Еплъ лъэ.