щхьэ закъуэ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
И закъуэу псэу, щхьэгъусэ, бын, Ӏыхьлы зимыӀэ.
Ростов дэт госпиталышхуэ къомым щӀэмыхуэу уӀэгъэр щӀэлъти, абыхэм ящыщ зым щыщт зи щхьэ закъуэу къэна жьыкӀэфэкӀэхэм папщӀэ купец гуэрым иригъэщӀа унэшхуэу муслъымэн уӀэгъэхэр щызэхуашэс госпиталыр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 172
Deyimler (1)
[и] щхьэ закъуэ и лъакъуитӀу
И закъуэ дыдэу.
[Шаукэт] И жьыщхьэм и щхьэ закъуэ и лъакъуитӀу унэ нэщӀым къыщыщӀэнакӀэ, сыт къыхуащӀэми, хуэфащэщ, игъащӀэм лажьэ-шхэжу мэпсэу, хьэрэм лъэпкъ ишхакъым, Ӏэбэлъабэми ящыщакъым.— Аргъуей, 386
+2 örnek
Адакъэ хъунур джэдыкӀэм ису маӀуэ жыхуаӀэм хуэдэу, адакъэщӀэр джэду пщӀантӀэм дэтым ебжьыфӀэкӀыу, адакъэ купраз дахэшхуэ мэхъури, зыхэта бабыщ быным яхэмыхьэжыххэу и щхьэ закъуэ и лъакъуитӀу хуиту пщӀантӀэм дэтщ, уеплъмэ, уи гур хигъахъуэу.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 479
И щхьэ закъуэ и лъакъуитӀу мэпсэу, фызи быни имыӀэу, ауэ хьэрычэт ещӀэ: Ӏэщ къищэхуурэ еукӀри ещэж, фейдэ щӀагъуэ къримыгъэщӀми, Ӏэщ иукӀамэ, и кӀуэцӀри щхьэлъакъуэрэ къыхуонэри абыкӀэ мэпсэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 52
Kitapta geçtiği hali
ЩХЬЭ ЗАКЪУЭ (17). И закъуэу псэу, щхьэгъусэ, бын, Ӏыхьлы зимыӀэ. Ростов дэт госпиталышхуэ къомым щӀэмыхуэу уӀэгъэр щӀэлъти, абыхэм ящыщ зым щыщт зи щхьэ закъуэу къэна жьыкӀэфэкӀэхэм папщӀэ купец гуэрым иригъэщӀа унэшхуэу муслъымэн уӀэгъэхэр щызэхуашэс госпиталыр. Хъуэпсэгъуэ нур, 172. ◊ [И] щхьэ закъуэ и лъакъуитӀу (8). И закъуэ дыдэу. [Шаукэт] И жьыщхьэм и щхьэ закъуэ и лъакъуитӀу унэ нэщӀым къыщыщӀэнакӀэ, сыт къыхуащӀэми, хуэфащэщ, игъащӀэм лажьэ-шхэжу мэпсэу, хьэрэм лъэпкъ ишхакъым, Ӏэбэлъабэми ящыщакъым. Аргъуей, 386. Адакъэ хъунур джэдыкӀэм ису маӀуэ жыхуаӀэм хуэдэу, адакъэщӀэр джэду пщӀантӀэм дэтым ебжьыфӀэкӀыу, адакъэ купраз дахэшхуэ мэхъури, зыхэта бабыщ быным яхэмыхьэжыххэу и щхьэ закъуэ и лъакъуитӀу хуиту пщӀантӀэм дэтщ, уеплъмэ, уи гур хигъахъуэу. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 479. И щхьэ закъуэ и лъакъуитӀу мэпсэу, фызи быни имыӀэу, ауэ хьэрычэт ещӀэ: Ӏэщ къищэхуурэ еукӀри ещэж, фейдэ щӀагъуэ къримыгъэщӀми, Ӏэщ иукӀамэ, и кӀуэцӀри щхьэлъакъуэрэ къыхуонэри абыкӀэ мэпсэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 52.