лъагъун

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(елъагъу)

1. Нэм къищтэн, къиубыдын, теплъэн.

рувидеть, воспринимать зрением что-л.

Жэщым къуаргъхэм къалъэтыхьу хэт игъащӀэм илъэгъуа.— Нартхэр

2. Нэгум щӀэкӀын, гъэунэхун.

руповидать многое

Гугъуехь зымылъэгъуам тыншыгъуэ ищӀэркъым.— Псыжь.

+1 örnek

Куэд зыгъащӀэ куэд елъагъу.— Псалъэжьхэр

Зэпылъ, фӀыуэ ялъагъу цӀыху; щӀасэ.

рувозлюбленный

ПщӀантӀэшхуэм зыщызоплъыхь, си лъагъуныр къыщыхэмыхьэкӀэ, сигу и жагъуэу унэм сокӀуэж.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ

Bu maddedeki ifadeler (3)

жагъуэу лъагъун

Еплъ: жагъуэу

фӀыуэ лъагъун

Еплъ: фӀыуэ

{и} хьэтыр лъагъун

Еплъ: хьэтыр

Kitapta geçtiği hali

лъагъун I (елъагъу) перех. гл. 1. видеть, воспринимать зрением что-л. / Нэм къищтэн, къиубыдын, теплъэн. * Жэщым къуаргъхэм къалъэтыхьу хэт игъащӀэм илъэгъуа. Нарт. 2. повидать многое / Нэгум щӀэкӀын, гъэунэхун. * Гугъуехь зымылъэгъуам тыншыгъуэ ищӀэркъым. Псыжь. Куэд зыгъащӀэ куэд елъагъу. (погов.) Жагъуэу лъагъун см. жагъуэу. ФӀыуэ лъагъун см. фӀыуэ. {И} хьэтыр лъагъун см. хьэтыр. II устар. возлюбленный / Зэпылъ, фӀыуэ ялъагъу цӀыху; щӀасэ. * ПщӀантӀэшхуэм зыщызоплъыхь, си лъагъуныр къыщыхэмыхьэкӀэ, сигу и жагъуэу унэм сокӀуэж. Къэб. фольк.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(елъагъу)

1. Нэм къищтэн, теплъэн, къиубыдын.

Уэнжакъ гъуанэмкӀэ уиплъмэ, уафэр плъагъурти, топышэ сыт зелъатэу умылъагъуну пӀэрэ, жаӀэу Темботрэ Лурэ жьэгум иувауэ уэнжакъымкӀэ иплъырт, арщхьэкӀэ жьым зэрихьэ пшэ фӀыцӀэ Ӏэрамэм фӀэкӀа ялъагъуртэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 284

+2 örnek

Классышхуэм зы уэздыгъэ закъуэ и абджыр къутауэ щӀэтрэ гъунэгъуу щысым зыгуэр илъагъуми, щӀыбагъымкӀэ щысым илъагъу щӀагъуэ щымыӀэу и тетрадым тефыщӀыхьу щыст.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 530

ДыщэкӀхэм я Ӏэдакъэ щӀэкӀа дыщэхэкӀ дахэхэр нобэм къэс хъума хъуауэ Санкт-Петербург къалэм дэт Эрмитажым и гъэтӀылъыпӀэм щӀэлъу плъагъунущ, увеличительнэ абджкӀэ уеплъмэ, ӀэщӀагъэфӀ зиӀэхэм хьэкъущыкъу дахэ, лэч фӀыцӀэкӀэ е лэч плъыжькӀэ ялэжауэ, унэм телъын кхъуэщын, ятӀагъуэм къыхащӀыкӀа псэущхьэ сурэт Ӏэджи.— Лъапсэ, 5

2. Куэд нэгум щӀэкӀын.

[Степан Ильич къитхырт:] Си зэманыгъуэу, си къару илъыгъуэу фи хэкум сынихьа хъури мащӀэ щыслъэгъуа, сигу къинэжын хуэдэу, псом хуэмыдэжу, уэ дэрэ Щхьэлмывэкъуэ щедгъэкӀуэкӀа митингри, «къэрал пхъуантэ» жиӀэу Нурхьэлий дызыхигъэта сытхэри, Ростов госпиталым уэ дэрэ дыщызэхуэзари.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 567

+2 örnek

Фэ фхуэдипщӀым яӀэр гъащӀэу Зэхэплъхьами, сэ си ныбжьым Ебгъэпщами, хъунщ нэхъ мащӀэ, - Кърегъажьэ псалъэр лӀыжьым, - Куэд згъэщӀами, Ӏейт си гъащӀэр, Куэд слъэгъуами, фӀыр си мащӀэт. «— Тисей, 482

[БэзэракӀуэ фызым:] Алыхь, сэ слъэгъуами срикъунмэ.— Гъуэгуанэ, 124

3. ФӀыуэ лъагъун, псэм хугъэдэн.

Думэсарэрэ Астемыррэ я бын дыдэр ялъагъуу къыщӀэкӀынтэкъым Елдар зэралъагъум хуэдэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 514

+2 örnek

Анэм быныр зэрилъагъур Псышхуэм нэхърэ нэхъ кӀыхьыжщ.— Анэмрэ бынымрэ. «Мывэ хуабэ», 265

Дэфэрэджи «Бэрэзджхэ япхъу» жеӀэри и нысэ

Зыгуэрым гу лърагъэтэну, ирагъэплъыну щыхуейм къагъэсэбэп.

[Мэтхъэным Астемыр жриӀэу:] Плъагъурэ, псалъэ шэрыуэ къэбгъуэтмэ, я нэхъ гугъур уи акъылым къещтэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 569

+2 örnek

Анэдэлъхубзэр уи жьэгу пащхьэу МафӀэр щӀэбгъэсту ущысащ, ИтӀани, плъагъурэ, фӀыщӀэ жыги Уи кхъащхьэм зыми химыса.— АбытӀэ Мухьэб и кхъащхьэм. «Вагъуэ махуэ», 94

Плъагъурэ, адакъитӀ зэакъылэгъум гуэгушыхъу Мэзани гъусэ къащыхуэхъум, бажэр цырыцу яфӀыщӀ пэтащ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 485

Зэманым къигъэлъагъуэнщ мыхьэнэр иӀэу къагъэсэбэп.

[Астемыр Мэтхъэным жриӀэу:] Степан Ильичи бжьыхьэм къэкӀуэну жиӀащи, плъагъункъэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 571

+2 örnek

[Дахэуэс Дисэ жриӀэу:] Щылъ, тхьэм гущӀэгъу къыпхуищӀмэ, плъагъункъэ.— ГущӀэгъу, 421

Хьэбас нэхъыфӀ зэрыхъужу и адэ къуэш зыпӀыжар шы ӀэжьэкӀэ къэкӀуэри ишэжащ: «Уи ажал къэсауэ къыщӀэкӀынкъыми, сэ уи къару къихьэжыху, узмыгъашхэмэ, плъагъункъэ», - жиӀэри.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 532

[Бот] –Мо Мэсхьуд нэпсейщи, плъагъуркъэ, мэзауэ-мэбанэ, жэмыр зыӀэщӀилъхьэну.— Хъуэпсэгъуэ нур, 258

+2 örnek

[Ӏэюб:] Плъагъуркъэ, шыми якӀэлъыплъын хуейщ, цӀыхум я мызакъуэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 589

[Кхъухьыпщым дыгъужьым хужиӀэу] Плъагъуркъэ абы и бзаджагъэр, Ӏэмалрэ хьилэрэ щыӀэу уи ней къытихуэ.— Кхъухь пхэнж, 508

Еплъ: лъагъун

Зыгуэрым и цӀэр къыщыхагъэщынум, е гулъытэ лей щыхущӀынум деж абы и цӀэм дэщӀыгъуу къакӀуэ псалъэщ.

Ти, Къэрэлъашэ плъагъум и лъакъуитӀыр къыщӀэувэжа хуэдэ, дэпкӀей-къепкӀыхыурэ къехыжа дэнэ къэна, Кулисум и пщӀантӀэм дыхьэри, жэмыжь псы емыфауэ Ӏуэм итыр я унэ къихужри и Ӏуэм ириубыдэжащ.— Нэгъуху, 50

+2 örnek

Бабыщ шыру къэргъейм и нэр зытриубыдам зыщӀигъэмбырыуэри зыщигъэбзэхым къэргъейри и щхьэр и щӀагъыу псым хэхуэри ундэрэщхъуауэ, и дамэ лъэныкъуэри узауэ псым къыщыхэпщыжым, Джэлилу плъагъур теуэщ аби, хьэлэчу зэхимыфыщӀэу къэнэнт.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 479

Дэфэрэджу плъагъуми къегъэзэжри, нысащӀэм хуэдэу и блыпкъыр фызхэм яӀыгъыу, унэм щӀашэжри, шэнт бэлыхьлажьэм трагъэтӀысхьэжри хъури бзыри йохъуэхъу: - Тхьэм шэнт угъурлы ищӀ.— Лъапсэ, 118

Зыгуэрым хуэгъэзауэ гурыщхъуэ щащӀым е щыхуагъэфащэм деж къагъэсэбэп.

[Хьэбибэ Апчарэ жриӀэу:] ЩӀалэм я пыӀэ къомыр зэхэбгъэзэрыхьынти щхьэж и пыӀэр къыхуэмыгъуэтыжурэ зэбгъэзэуэнт уэ слъагъум.— Щынэхужьыкъуэ, 24

+2 örnek

[Комендантым Алыджыкъуэ жриӀэу:] Уэ слъагъур ушэшэнкъым икӀи умышкъышкъым.— МелыӀыч, 464

[Нэгъуджэм:] Уэ сэ слъагъур шейтӀаным игъэшынам Алыхьыр и фӀэщ хъуркъым, жыхуаӀэм ухуэдэщ.— Гъуэгуанэ, 124

1. ХъуэпсапӀэ, зыхущӀэкъу гуэрым щытепсэлъыхьым деж жаӀэ хабзэщ.

[Хьэбибэ Данэ цӀыкӀу щхьэкӀэ] Хэт имылъагъунрэт, а пцӀащхъуэ цӀыкӀур… а си дуней нэху цӀыкӀур.— Щынэхужьыкъуэ, 32

2. ЯфӀэтелъыджэ, яфӀэгъэщӀэгъуэн Ӏуэхугъуэ гуэрым и гугъу щащӀкӀэ къагъэсэбэп.

– Фэ тӀум а Ӏуэхур ефхьэжьэмэ, дэгъуэу зэрызэфӀэкӀынум шэч лъэпкъ къытесхьэркъым, - жиӀэрт Къазджэрий, - Верэ Павловнэ бэлъто ищэу хэт имылъагъунрэ?!— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 673

Deyimler (3)

фӀыуэ лъагъун

Еплъ: фӀыуэ

жагъуэу лъагъун

Еплъ: жагъуэу

[и] хъер лъагъун

Еплъ: хъер

Kitapta geçtiği hali

ЛЪАГЪУН I (елъагъу) лъэӀ. (1467). 1. (1416). Нэм къищтэн, теплъэн, къиубыдын. Уэнжакъ гъуанэмкӀэ уиплъмэ, уафэр плъагъурти, топышэ сыт зелъатэу умылъагъуну пӀэрэ, жаӀэу Темботрэ Лурэ жьэгум иувауэ уэнжакъымкӀэ иплъырт, арщхьэкӀэ жьым зэрихьэ пшэ фӀыцӀэ Ӏэрамэм фӀэкӀа ялъагъуртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 284. Классышхуэм зы уэздыгъэ закъуэ и абджыр къутауэ щӀэтрэ гъунэгъуу щысым зыгуэр илъагъуми, щӀыбагъымкӀэ щысым илъагъу щӀагъуэ щымыӀэу и тетрадым тефыщӀыхьу щыст. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 530. ДыщэкӀхэм я Ӏэдакъэ щӀэкӀа дыщэхэкӀ дахэхэр нобэм къэс хъума хъуауэ Санкт-Петербург къалэм дэт Эрмитажым и гъэтӀылъыпӀэм щӀэлъу плъагъунущ, увеличительнэ абджкӀэ уеплъмэ, ӀэщӀагъэфӀ зиӀэхэм хьэкъущыкъу дахэ, лэч фӀыцӀэкӀэ е лэч плъыжькӀэ ялэжауэ, унэм телъын кхъуэщын, ятӀагъуэм къыхащӀыкӀа псэущхьэ сурэт Ӏэджи. Лъапсэ, 5. 2. (44). Куэд нэгум щӀэкӀын. [Степан Ильич къитхырт:] Си зэманыгъуэу, си къару илъыгъуэу фи хэкум сынихьа хъури мащӀэ щыслъэгъуа, сигу къинэжын хуэдэу, псом хуэмыдэжу, уэ дэрэ Щхьэлмывэкъуэ щедгъэкӀуэкӀа митингри, «къэрал пхъуантэ» жиӀэу Нурхьэлий дызыхигъэта сытхэри, Ростов госпиталым уэ дэрэ дыщызэхуэзари. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 567. Фэ фхуэдипщӀым яӀэр гъащӀэу Зэхэплъхьами, сэ си ныбжьым Ебгъэпщами, хъунщ нэхъ мащӀэ, - Кърегъажьэ псалъэр лӀыжьым, - Куэд згъэщӀами, Ӏейт си гъащӀэр, Куэд слъэгъуами, фӀыр си мащӀэт. «Тисей», 482. [БэзэракӀуэ фызым:] Алыхь, сэ слъэгъуами срикъунмэ. Гъуэгуанэ, 124. 3. (6). ФӀыуэ лъагъун, псэм хугъэдэн. Думэсарэрэ Астемыррэ я бын дыдэр ялъагъуу къыщӀэкӀынтэкъым Елдар зэралъагъум хуэдэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 514. Анэм быныр зэрилъагъур Псышхуэм нэхърэ нэхъ кӀыхьыжщ. Анэмрэ бынымрэ. «Мывэ хуабэ», 265. Дэфэрэджи «Бэрэзджхэ япхъу» жеӀэри и нысэ

ЛЪАГЪУН II (62). вводнэ п. Зыгуэрым гу лърагъэтэну, ирагъэплъыну щыхуейм къагъэсэбэп. [Мэтхъэным Астемыр жриӀэу:] Плъагъурэ, псалъэ шэрыуэ къэбгъуэтмэ, я нэхъ гугъур уи акъылым къещтэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 569. Анэдэлъхубзэр уи жьэгу пащхьэу МафӀэр щӀэбгъэсту ущысащ, ИтӀани, плъагъурэ, фӀыщӀэ жыги Уи кхъащхьэм зыми химыса. АбытӀэ Мухьэб и кхъащхьэм. «Вагъуэ махуэ», 94. Плъагъурэ, адакъитӀ зэакъылэгъум гуэгушыхъу Мэзани гъусэ къащыхуэхъум, бажэр цырыцу яфӀыщӀ пэтащ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 485.

ЛЪАГЪУН III (11). вводнэ п. Зэманым къигъэлъагъуэнщ мыхьэнэр иӀэу къагъэсэбэп. [Астемыр Мэтхъэным жриӀэу:] Степан Ильичи бжьыхьэм къэкӀуэну жиӀащи, плъагъункъэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 571. [Дахэуэс Дисэ жриӀэу:] Щылъ, тхьэм гущӀэгъу къыпхуищӀмэ, плъагъункъэ. ГущӀэгъу, 421. Хьэбас нэхъыфӀ зэрыхъужу и адэ къуэш зыпӀыжар шы ӀэжьэкӀэ къэкӀуэри ишэжащ: «Уи ажал къэсауэ къыщӀэкӀынкъыми, сэ уи къару къихьэжыху, узмыгъашхэмэ, плъагъункъэ», - жиӀэри. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 532.

ЛЪАГЪУН IV (23). Еплъ лъагъун II. [Бот] –Мо Мэсхьуд нэпсейщи, плъагъуркъэ, мэзауэ-мэбанэ, жэмыр зыӀэщӀилъхьэну. Хъуэпсэгъуэ нур, 258. [Ӏэюб:] Плъагъуркъэ, шыми якӀэлъыплъын хуейщ, цӀыхум я мызакъуэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 589. [Кхъухьыпщым дыгъужьым хужиӀэу] Плъагъуркъэ абы и бзаджагъэр, Ӏэмалрэ хьилэрэ щыӀэу уи ней къытихуэ. Кхъухь пхэнж, 508.

ЛЪАГЪУН V (34). Зыгуэрым и цӀэр къыщыхагъэщынум, е гулъытэ лей щыхущӀынум деж абы и цӀэм дэщӀыгъуу къакӀуэ псалъэщ. Ти, Къэрэлъашэ плъагъум и лъакъуитӀыр къыщӀэувэжа хуэдэ, дэпкӀей-къепкӀыхыурэ къехыжа дэнэ къэна, Кулисум и пщӀантӀэм дыхьэри, жэмыжь псы емыфауэ Ӏуэм итыр я унэ къихужри и Ӏуэм ириубыдэжащ. Нэгъуху, 50. Бабыщ шыру къэргъейм и нэр зытриубыдам зыщӀигъэмбырыуэри зыщигъэбзэхым къэргъейри и щхьэр и щӀагъыу псым хэхуэри ундэрэщхъуауэ, и дамэ лъэныкъуэри узауэ псым къыщыхэпщыжым, Джэлилу плъагъур теуэщ аби, хьэлэчу зэхимыфыщӀэу къэнэнт. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 479. Дэфэрэджу плъагъуми къегъэзэжри, нысащӀэм хуэдэу и блыпкъыр фызхэм яӀыгъыу, унэм щӀашэжри, шэнт бэлыхьлажьэм трагъэтӀысхьэжри хъури бзыри йохъуэхъу: - Тхьэм шэнт угъурлы ищӀ. Лъапсэ, 118.

ЛЪАГЪУН VI (8). Зыгуэрым хуэгъэзауэ гурыщхъуэ щащӀым е щыхуагъэфащэм деж къагъэсэбэп. [Хьэбибэ Апчарэ жриӀэу:] ЩӀалэм я пыӀэ къомыр зэхэбгъэзэрыхьынти щхьэж и пыӀэр къыхуэмыгъуэтыжурэ зэбгъэзэуэнт уэ слъагъум. Щынэхужьыкъуэ, 24. [Комендантым Алыджыкъуэ жриӀэу:] Уэ слъагъур ушэшэнкъым икӀи умышкъышкъым. МелыӀыч, 464. [Нэгъуджэм:] Уэ сэ слъагъур шейтӀаным игъэшынам Алыхьыр и фӀэщ хъуркъым, жыхуаӀэм ухуэдэщ. Гъуэгуанэ, 124.

ЛЪАГЪУН VII (2). 1. (1). ХъуэпсапӀэ, зыхущӀэкъу гуэрым щытепсэлъыхьым деж жаӀэ хабзэщ. [Хьэбибэ Данэ цӀыкӀу щхьэкӀэ] Хэт имылъагъунрэт, а пцӀащхъуэ цӀыкӀур… а си дуней нэху цӀыкӀур. Щынэхужьыкъуэ, 32. 2. (1). ЯфӀэтелъыджэ, яфӀэгъэщӀэгъуэн Ӏуэхугъуэ гуэрым и гугъу щащӀкӀэ къагъэсэбэп. – Фэ тӀум а Ӏуэхур ефхьэжьэмэ, дэгъуэу зэрызэфӀэкӀынум шэч лъэпкъ къытесхьэркъым, - жиӀэрт Къазджэрий, - Верэ Павловнэ бэлъто ищэу хэт имылъагъунрэ?! Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 673. ◊ ФӀыуэ лъагъун (42). Еплъ фӀыуэ. Жагъуэу лъагъун (4). Еплъ жагъуэу. [И] хъер лъагъун (2). Еплъ хъер.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

duyu meşhut

Düzeltme Öner

лъагъун
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.