кӀуэдыкӀейуэ кӀуэдын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

кӀуэдыкӀей

Bu maddedeki ifadeler (2)

кӀуэдыкӀей хъун

кӀуэдыкӀейуэ кӀуэдын

кӀуэдыкӀейуэ кӀуэдын

рупогибнуть трагически; умереть мучительной смертью.

УсакӀуэм и гур мэузыр а ди щӀыпӀэ дахэм хьэзаб ин зэрытелъам щхьэкӀэ, абы цӀыхухэр кӀуэдыкӀейуэ зэрыкӀуэдам щхьэкӀэ. Ӏуащхь.

Kitapta geçtiği hali

кӀуэдыкӀей кӀуэдыкӀей хъун = кӀуэдыкӀейуэ кӀуэдын. КӀуэдыкӀейуэ кӀуэдын погибнуть трагически; умереть мучительной смертью. * УсакӀуэм и гур мэузыр а ди щӀыпӀэ дахэм хьэзаб ин зэрытелъам щхьэкӀэ, абы цӀыхухэр кӀуэдыкӀейуэ зэрыкӀуэдам щхьэкӀэ. Ӏуащхь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

кӀуэдыкӀей

Deyimler (2)

кӀуэдыкӀейуэ кӀуэдын

1. Хьэзаб телъыу, гуузу лӀэн.

МафӀэм ихьыр умыщӀэу, шэм иукӀри мафӀэм исыжу, япэ ита шу гупыр кӀуэдыкӀейуэ напӀэзыпӀэм кӀуэдащ, сэшхуэ къихыгъуэ имыхуэу.— Лыгъэ, 412

+1 örnek

КӀуэдыкӀейуэ кӀуэдар ящымыгъупщэн папщӀэ, Ӏэджэми я тхьэкӀумэр ябзат, яшхэм я тхьэкӀумэри дэкӀуэу— Лъапсэ, 6

2. Бзэхыжын, щымыӀэж хъун.

Куэд щӀакъым зы детдом къызэӀуахыу щӀэзу зэрыщӀагъэтӀысхьэрэ, сабий дыкъмыкъыр апхуэдизу куэд щыхъукӀэ, лъэпкъ псом дежкӀэ гузэвэгъуэшхуэщ, цӀыхур Ӏисраф хъунущ, кӀуэдыкӀейуэ кӀуэдурэ— Лъапсэ, 44

+1 örnek

Ет ди сомым и жэуапыр [долларым]: - Уэ пхуэфащэр ар уи Ӏыхьэрщ – КӀуэдыкӀейуэ укӀуэдынущ, Нобэ хуэзэу ар бгъуэтынкъэ, сомыр псэумэ доллар лӀэнущ, Лъэгу щӀэтыни уэ усщӀынкъэ— Сомрэ долларрэ. «Партыр ди пашэу», 136

кӀуэдыкӀейр и махуэу

Иджы кӀуэдыкӀейр и махуэу [Хьэкурынэ] и хьэдэр къуажэм яшэж, щӀакӀуэ тепӀауэ.— Лъапсэ, 107

Еплъ: кӀуэдыкӀейуэ кӀуэдын

кӀуэдын

(мэкӀуэд)

1. Бзэхын, щымыӀэжын, пкӀэрыхуауэ е пӀэщӀэкӀауэ умыгъуэтыжын.

Дыщэ чнутыр къэпщӀыпщӀу, Мес, уафэхъуэпскӀыр лыдащ, Ар зыдэкӀуари умыщӀэу ПсынщӀащэу нурыр кӀуэдащ.— Гъэмахуэ уэшх. «Бгы лъапэхэм деж», 110

+2 örnek

ЦӀыхубзым къигъэзэжа и гугъэу Дуду и Ӏупэм къэсат: «ВакӀуэ сыздитым си витӀыр кӀуэдри сылъыхъуэурэ жэщ къыщыстехъуэм мыбдеж зызгъэукӀурият»…— ВитӀ, 415

Адэжь щӀыналъэм сыт щыкӀуэдми, ФӀы хуэпщӀэ тӀэкӀур щымыкӀуэд.— Уи хэку жыг закъуэ фӀэкӀ имытми… Батырыбжьэ, 37

2. ЗэкӀуэкӀын, хьэлэч хъун, Ӏей хъун.

Фадэм дихьэхамэ, кӀуэдыпар цӀыхубзыр аращ.— Лъапсэ, 43

+2 örnek

[Илас:] - Кащкон, хьэжыгъэр гъуэтэнурэ кӀуэдынущ, абы нэхърэ дызэгурыгъаӀуи, дыгъащэ.— МелыӀыч, 469

Апчарэ фӀэкӀа зыми ищӀэнукъым, жэмыр фӀэгъэж, лыр мыкӀуэдын щхьэкӀэ, жиӀэу.— Щынэхужьыкъуэ, 49

3. ЛӀэн, дунейм текӀыжын, хэкӀуэдэн

УкӀиин къудейр уи тэмакъым къикӀыркъым, лы гъэлынцӀам и мэм уигъэбауэркъым, цӀыхури шыри мафӀэр къапылъэлъу щӀэпхъуэми, куэд ямыкӀуу къытохуэри пӀэтӀауэ-лъэкъуауэу, къадэӀэпыкъуни щымыӀэу мэкӀуэд.— Лыгъэ, 412

+2 örnek

Дунейр абдежи яфӀэщӀэщыгъуэу Игъуэ нэмысу Ӏэджи кӀуэдынущ.— Си илъэсищэ. «Щхьэлыкъуэ», 396

Мырщ ди къалэныр абы дей: Бийм дытекӀуэн е дыкӀуэдын!— Атакэм и пэкӀэ. «Шум и гъуэгу», 52

4. Зэман гуэркӀэ къэтын.

Ӏэдэм нэхърэ нэхъ бзаджэж Муси къыкъуэкӀащ: - Ӏэдэм, дэнэ ущыкӀуэда, гъуэгу мыгъуэм емыжьэн, - жиӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 632

+1 örnek

ФӀыуэ слъагъур зэ укӀуэдми, уэ аргуэру къэбгъэзэнщ— Си дыгъэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 67

5. ПщӀэншэу къыщӀэкӀын, зыри къимыкӀын.

Зэм бэву гъавэр къытыбохыр, Уэгъу къытехъакъэ – пщӀар кӀуэдащ.— Сэ щӀым тезмысэ къытемыкӀэ. «Вагъуэ махуэ», 343

+2 örnek

ФӀы яхуэпщӀэр ящокӀуэдри Ӏей ящӀауэ, фӀым щогугъ [си ижэгъухэр]— Унэр лъагэу дызощӀей. «Батырыбжьэ», 28

Чачэ тыншу ищӀэрт сымаджэр хуэмыгъэхъужми, ар гугъу зэрехьыр пщӀэншэу зэрымыкӀуэдынур, итӀани гъэхъужыпщӀэр нэхъ и гуапэт— Хъуэпсэгъуэ нур, 71

Deyimler (6)

[и] зыц кӀуэдынкъым

Еплъ: зыц

гур кӀуэдын

Еплъ: гу

кӀуэцӀырыхуу кӀуэдын

Еплъ: кӀуэцӀрыхун

псыхэкӀуадэу кӀуэдын

Еплъ: псыхэкӀуадэу

[зи] уз кӀуэдын

Еплъ: уз

кӀуэдыкӀейуэ кӀуэдын

Еплъ: кӀуэдыкӀей

Kitapta geçtiği hali

КӀУЭДЫКӀЕЙ: ◊ кӀуэдыкӀейуэ кӀуэдын (8). 1. (5). Хьэзаб телъыу, гуузу лӀэн. МафӀэм ихьыр умыщӀэу, шэм иукӀри мафӀэм исыжу, япэ ита шу гупыр кӀуэдыкӀейуэ напӀэзыпӀэм кӀуэдащ, сэшхуэ къихыгъуэ имыхуэу. Лыгъэ, 412. КӀуэдыкӀейуэ кӀуэдар ящымыгъупщэн папщӀэ, Ӏэджэми я тхьэкӀумэр ябзат, яшхэм я тхьэкӀумэри дэкӀуэу. Лъапсэ, 6. 2. (3). Бзэхыжын, щымыӀэж хъун. Куэд щӀакъым зы детдом къызэӀуахыу щӀэзу зэрыщӀагъэтӀысхьэрэ, сабий дыкъмыкъыр апхуэдизу куэд щыхъукӀэ, лъэпкъ псом дежкӀэ гузэвэгъуэшхуэщ, цӀыхур Ӏисраф хъунущ, кӀуэдыкӀейуэ кӀуэдурэ. Лъапсэ, 44. Ет ди сомым и жэуапыр [долларым]: - Уэ пхуэфащэр ар уи Ӏыхьэрщ – КӀуэдыкӀейуэ укӀуэдынущ, Нобэ хуэзэу ар бгъуэтынкъэ, сомыр псэумэ доллар лӀэнущ, Лъэгу щӀэтыни уэ усщӀынкъэ… Сомрэ долларрэ. «Партыр ди пашэу», 136. КӀуэдыкӀейр и махуэу (1). Еплъ кӀуэдыкӀейуэ кӀуэдын. Иджы кӀуэдыкӀейр и махуэу [Хьэкурынэ] и хьэдэр къуажэм яшэж, щӀакӀуэ тепӀауэ. Лъапсэ, 107.

КӀУЭДЫН (мэкӀуэд) лъэмыӀ. (119). 1. (56). Бзэхын, щымыӀэжын, пкӀэрыхуауэ е пӀэщӀэкӀауэ умыгъуэтыжын. Дыщэ чнутыр къэпщӀыпщӀу, Мес, уафэхъуэпскӀыр лыдащ, Ар зыдэкӀуари умыщӀэу ПсынщӀащэу нурыр кӀуэдащ. Гъэмахуэ уэшх. «Бгы лъапэхэм деж», 110. ЦӀыхубзым къигъэзэжа и гугъэу Дуду и Ӏупэм къэсат: «ВакӀуэ сыздитым си витӀыр кӀуэдри сылъыхъуэурэ жэщ къыщыстехъуэм мыбдеж зызгъэукӀурият»…ВитӀ, 415. Адэжь щӀыналъэм сыт щыкӀуэдми, ФӀы хуэпщӀэ тӀэкӀур щымыкӀуэд. Уи хэку жыг закъуэ фӀэкӀ имытми… «Батырыбжьэ», 37. 2. (8). ЗэкӀуэкӀын, хьэлэч хъун, Ӏей хъун. Фадэм дихьэхамэ, кӀуэдыпар цӀыхубзыр аращ. Лъапсэ, 43. [Илас:] - Кащкон, хьэжыгъэр гъуэтэнурэ кӀуэдынущ, абы нэхърэ дызэгурыгъаӀуи, дыгъащэ. МелыӀыч, 469. Апчарэ фӀэкӀа зыми ищӀэнукъым, жэмыр фӀэгъэж, лыр мыкӀуэдын щхьэкӀэ, жиӀэу. Щынэхужьыкъуэ, 49. 3. (25). ЛӀэн, дунейм текӀыжын, хэкӀуэдэн. УкӀиин къудейр уи тэмакъым къикӀыркъым, лы гъэлынцӀам и мэм уигъэбауэркъым, цӀыхури шыри мафӀэр къапылъэлъу щӀэпхъуэми, куэд ямыкӀуу къытохуэри пӀэтӀауэ-лъэкъуауэу, къадэӀэпыкъуни щымыӀэу мэкӀуэд. Лыгъэ, 412. Дунейр абдежи яфӀэщӀэщыгъуэу Игъуэ нэмысу Ӏэджи кӀуэдынущ. Си илъэсищэ. «Щхьэлыкъуэ», 396. Мырщ ди къалэныр абы дей: Бийм дытекӀуэн е дыкӀуэдын! Атакэм и пэкӀэ. «Шум и гъуэгу», 52. 4. (2). Зэман гуэркӀэ къэтын. Ӏэдэм нэхърэ нэхъ бзаджэж Муси къыкъуэкӀащ: - Ӏэдэм, дэнэ ущыкӀуэда, гъуэгу мыгъуэм емыжьэн, - жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 632. ФӀыуэ слъагъур зэ укӀуэдми, уэ аргуэру къэбгъэзэнщ. Си дыгъэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 67. 5. (5). ПщӀэншэу къыщӀэкӀын, зыри къимыкӀын. Зэм бэву гъавэр къытыбохыр, Уэгъу къытехъакъэ – пщӀар кӀуэдащ. Сэ щӀым тезмысэ къытемыкӀэ. «Вагъуэ махуэ», 343. ФӀы яхуэпщӀэр ящокӀуэдри Ӏей ящӀауэ, фӀым щогугъ [си ижэгъухэр]. Унэр лъагэу дызощӀей. «Батырыбжьэ», 28. Чачэ тыншу ищӀэрт сымаджэр хуэмыгъэхъужми, ар гугъу зэрехьыр пщӀэншэу зэрымыкӀуэдынур, итӀани гъэхъужыпщӀэр нэхъ и гуапэт. Хъуэпсэгъуэ нур, 71. ◊ [И] зыц кӀуэдынкъым (1). Еплъ зыц. Гур кӀуэдын (8). Еплъ гу I. КӀуэцӀырыхуу кӀуэдын (2). Еплъ кӀуэцӀрыхун. ПсыхэкӀуадэу кӀуэдын (1). Еплъ псыхэкӀуадэу. [Зи] уз кӀуэдын (11). Еплъ уз. КӀуэдыкӀейуэ кӀуэдын (8). Еплъ кӀуэдыкӀей.

Düzeltme Öner

кӀуэдыкӀейуэ кӀуэдын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.