къепсри и пэм къихуащ

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

къепсын

(къопс)

Зыхуэмыубыду, макъ ищӀу пэмкӀэ псыӀагъ хэту жьы кърихун.

Е къепсамэ, «куэд угъащӀэ», - ЖиӀэу пщащэр егъэхъуахъуэ, Бадзэм еуэу ехьыр гъащӀэр, Уеблэм щӀыфэм хутотӀахъуэ, Куэдрэ, куэдрэ мэгузасэ Ди Ӏурзилэу дахэ кӀасэ. «— Тисей, 499

Deyimler (2)

къепсри и пэм къихуащ

Зыгуэрым ещхьщ.

Сталин къепсри Нартыхур и пэм къихуащ – зы сортщ а тӀур я инагъыр зырызми.— Лъапсэ, 49

къепсри къилъэтыжауэ

«Ар къупщхьэу лъэпкъым ираӀэ, НэхъыфӀт нэгъуэщӀи къыщӀагъуам, Къепсри къилъэтыжакъэ», - арщ жаӀэр, Ди щӀалэ цӀыкӀур зылъэгъуам.— Си щӀалэм. «Мывэ хуабэ», 216

Еплъ: къепсри и пэм къихуащ

къихун

(къоху)

1. ЗыщӀыпӀэ гуэрым исыр, илъыр, итыр къиджэлын, къищэтын.

Сэ уанэгу сыкъихуу Губгъуэм сыкъинами, Си уэрэдыр жепӀэурэ Дахэм игу сигъэлъ.— Телъхьэ уанэр си шым. «Мывэ хуабэ», 232

+2 örnek

[Думэсарэ Астемыр жреӀэ:] Нартыху хьэдзэ дапщэ къэпым къихуми си Ӏуэхущ фэ къэвмыщыпым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 641

Башир пхъэ гъуэлъыпӀэжьым къыщеӀэм, гъуэлъыпӀэ лъакъуэр щӀэщӀыкӀри, жьыщӀыгъэ тӀэкур зэрылъа матэ хъарыр гъуэлъыпӀэм итати, къихуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 289

2. Къилъэлъу цӀынагъэ, плъыжьыгъэ напэм, щӀыфэм къытрищӀэн.

Хъыджэбз цӀыкӀур сымаджэ хьэлъэт, укъимыщӀэу, хьэдэ цӀыкӀум хуэдэу хэлът, и Ӏупэхэр хьэлэчу къихуауэ.— Нал къута, 277

Deyimler (3)

къыздикӀари къыздихуари (къыздикӀыжари къыздихужари) имыщӀэу

Абдежым къыздикӀари къыздихуари умыщӀэу Мутаев Чокэ къэсащ.— Щынэхужьыкъуэ, 43

+2 örnek

Куэдрэ зримылъэфыхьу къытридзэри къэкӀуэжащ [Албиян], къыздикӀари къыздихуари ямыщӀэу.— Щынэхужьыкъуэ, 28

«Къэрал джатэ» зыфӀэзыщыжауэ щыта Залымджэрий гуэгуш хуэзэм къиукӀыу зэрыщытам текӀатэкъым, а хъыбарым шэч къытезыхьи щыӀэт, арщхьэкӀэ къыздикӀыжари къыздихужари ямыщӀэу, борэным къыздихьа къуаргъыжьым ещхьу, Нурхьэлий жылэм къыдыхьэжащ…— Хъуэпсэгъуэ нур, 147

Еплъ: къикӀыжын

[и] нэр къихун

Еплъ: нэ

къепсри и пэм къихуащ

Еплъ: къепсын

Kitapta geçtiği hali

КЪЕПСЫН II (къопс) лъэмыӀ. (3). Зыхуэмыубыду, макъ ищӀу пэмкӀэ псыӀагъ хэту жьы кърихун. Е къепсамэ, «куэд угъащӀэ», - ЖиӀэу пщащэр егъэхъуахъуэ, Бадзэм еуэу ехьыр гъащӀэр, Уеблэм щӀыфэм хутотӀахъуэ, Куэдрэ, куэдрэ мэгузасэ Ди Ӏурзилэу дахэ кӀасэ. «Тисей», 499. ◊ Къепсри и пэм къихуащ (1). Зыгуэрым ещхьщ. Сталин къепсри Нартыхур и пэм къихуащ – зы сортщ а тӀур я инагъыр зырызми. Лъапсэ, 49. Къепсри къилъэтыжауэ (1). Еплъ къепсри и пэм къихуащ. «Ар къупщхьэу лъэпкъым ираӀэ, НэхъыфӀт нэгъуэщӀи къыщӀагъуам, Къепсри къилъэтыжакъэ», - арщ жаӀэр, Ди щӀалэ цӀыкӀур зылъэгъуам. Си щӀалэм. «Мывэ хуабэ», 216.

КЪИХУН II (къоху) лъэмыӀ. (21). 1. (12). ЗыщӀыпӀэ гуэрым исыр, илъыр, итыр къиджэлын, къищэтын. Сэ уанэгу сыкъихуу Губгъуэм сыкъинами, Си уэрэдыр жепӀэурэ Дахэм игу сигъэлъ. Телъхьэ уанэр си шым. «Мывэ хуабэ», 232. [Думэсарэ Астемыр жреӀэ:] Нартыху хьэдзэ дапщэ къэпым къихуми си Ӏуэхущ фэ къэвмыщыпым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 641. Башир пхъэ гъуэлъыпӀэжьым къыщеӀэм, гъуэлъыпӀэ лъакъуэр щӀэщӀыкӀри, жьыщӀыгъэ тӀэкур зэрылъа матэ хъарыр гъуэлъыпӀэм итати, къихуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 289. 2. (1). Къилъэлъу цӀынагъэ, плъыжьыгъэ напэм, щӀыфэм къытрищӀэн. Хъыджэбз цӀыкӀур сымаджэ хьэлъэт, укъимыщӀэу, хьэдэ цӀыкӀум хуэдэу хэлът, и Ӏупэхэр хьэлэчу къихуауэ. Нал къута, 277. ◊ КъыздикӀари къыздихуари (къыздикӀыжари къыздихужари) имыщӀэу (5). Еплъ къикӀыжын. Абдежым къыздикӀари къыздихуари умыщӀэу Мутаев Чокэ къэсащ. Щынэхужьыкъуэ, 43. Куэдрэ зримылъэфыхьу къытридзэри къэкӀуэжащ [Албиян], къыздикӀари къыздихуари ямыщӀэу. Щынэхужьыкъуэ, 28. «Къэрал джатэ» зыфӀэзыщыжауэ щыта Залымджэрий гуэгуш хуэзэм къиукӀыу зэрыщытам текӀатэкъым, а хъыбарым шэч къытезыхьи щыӀэт, арщхьэкӀэ къыздикӀыжари къыздихужари ямыщӀэу, борэным къыздихьа къуаргъыжьым ещхьу, Нурхьэлий жылэм къыдыхьэжащ… Хъуэпсэгъуэ нур, 147. [И] нэр къихун (12). Еплъ нэ. Къепсри и пэм къихуащ (1). Еплъ къепсын.

Düzeltme Öner

къепсри и пэм къихуащ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.