игъэувэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(ирегъэувэ)
1. Зыгуэрым и кӀуэцӀым зыгуэр щыгъэувын.
Кхъухьым и курыкупсэм пкъо ин игъэувэ, абы арэф едзыжи кукъукӀэ гъэбыдэ, чэтэн едз.— Кхъухь пхэнж, 508
+2 örnek
Къырым и щхьэм адэкӀэ-мыдэкӀэ бгъуэнщӀагъхэм Локотош пулемет сытхэр иригъэуващ, нэхъ лъахъшэӀуэу – миномет, топ уапӀэ ищӀащ, партизанхэр къуэгъэнапӀэ хъарзынэхэм къуэсу игъэтӀысащ, уалъэӀэсыну Ӏэмал закъуэ иыӀэу.— Нал къута, 299
ХьэщӀэм я тэджыжыгъуэ щыхъуам деж уэздыгъэр ягъэункӀыфӀынти, лы гъэжьар дзасэм зэрыпыӀуам хуэдэу, пщыӀэм ещхьу подносым игъэувауэ къихьырти, къытригъэувэрт— Лъапсэ, 78
2. Сурэт е тхыгъэ с.ху. зыщӀыпӀэ къыщытедзэн.
«Жансэхъу и пыӀэкӀэ» зэджэ блын газетым Тинэ и сурэт ирагъэуващ, Арбузик ищӀауэ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 638
3. Зыгуэрым ипэ игъэщын.
Къазджэрий Думэсарэ сымэ я гъусэу къежьащ, Тембот жэри жэмыр япэ иригъэувауэ къуажэмкӀэ ихурт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 316
+1 örnek
Иужьым шхапӀэм дыщыкӀуэкӀэ нэхъ цӀыкӀухэр япэ драгъэувэ хъуащ, арщхьэкӀэ нэхъ инхэм я крушкӀэшхуэр я бгырыпхым кӀэрыщӀат, дэ къытлъамыгъэсу.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 522
Kitapta geçtiği hali
ИГЪЭУВЭН (ирегъэувэ) лъэӀ. (19). 1. (11). Зыгуэрым и кӀуэцӀым зыгуэр щыгъэувын. Кхъухьым и курыкупсэм пкъо ин игъэувэ, абы арэф едзыжи кукъукӀэ гъэбыдэ, чэтэн едз. Кхъухь пхэнж, 508. Къырым и щхьэм адэкӀэ-мыдэкӀэ бгъуэнщӀагъхэм Локотош пулемет сытхэр иригъэуващ, нэхъ лъахъшэӀуэу – миномет, топ уапӀэ ищӀащ, партизанхэр къуэгъэнапӀэ хъарзынэхэм къуэсу игъэтӀысащ, уалъэӀэсыну Ӏэмал закъуэ иыӀэу. Нал къута, 299. ХьэщӀэм я тэджыжыгъуэ щыхъуам деж уэздыгъэр ягъэункӀыфӀынти, лы гъэжьар дзасэм зэрыпыӀуам хуэдэу, пщыӀэм ещхьу подносым игъэувауэ къихьырти, къытригъэувэрт. Лъапсэ, 78. 2. (4). Сурэт е тхыгъэ с.ху. зыщӀыпӀэ къыщытедзэн. «Жансэхъу и пыӀэкӀэ» зэджэ блын газетым Тинэ и сурэт ирагъэуващ, Арбузик ищӀауэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 638. 3. (2). Зыгуэрым ипэ игъэщын. Къазджэрий Думэсарэ сымэ я гъусэу къежьащ, Тембот жэри жэмыр япэ иригъэувауэ къуажэмкӀэ ихурт. Хъуэпсэгъуэ нур, 316. Иужьым шхапӀэм дыщыкӀуэкӀэ нэхъ цӀыкӀухэр япэ драгъэувэ хъуащ, арщхьэкӀэ нэхъ инхэм я крушкӀэшхуэр я бгырыпхым кӀэрыщӀат, дэ къытлъамыгъэсу. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 522. ◊ [И] гущӀыӀу игъэувэн (1). Еплъ гущӀыӀу. Ипэ игъэувэн (1). Еплъ ипэ I.