дыгъэр иубыдын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

дыгъэ

1. ЩӀы хъурейр зыгъэнэху, зыгъэхуабэ планетэрщ. Дыгъэ къыкъуэкӀыгъуэ. ЩӀыр Дыгъэм и хъуреягъкӀэ къокӀуэкӀ.

ру(хьэрфышхуэкӀэ кърагъажьэ) солнце (как астрономический термин с прописной буквы)

Дыгъэр пшэм щӀилъафэкӀэ, ункӀыфӀыркъым.— Псалъэжьхэр

+2 örnek

Дыгъэр лъагэу уафэгум къиуват, дуней псом жьыи псыи щызеуэ хуэмыдэу махуэм и хуабэгъуэт.— Ӏуащхьэмахуэ

Аузым и адрыщӀкӀэ къыщыт къурш лъагэшхуэм дыгъэр щхьэщымыхьауэ хуэмурэ екӀуэтэхырт.— Теунэ Хьэчим

2. Дыгъэм къыбгъэдэкӀ нэхур, хуабагъэр.

русолнце, свет, тепло

ЖьыщӀыгъэр дыгъэм щедзын. Алэрыбгъум дыгъэ егъэун.

+1 örnek

Хьэмид и джанэ дыгъэм трихыжар и щӀыбагъ бгырыпхымкӀэ зэлъикъусурэ нащхьэ къысхуищӀащ.— Ӏуащхьэмахуэ

3. ЯгъэлъапӀэ, фӀыуэ ялъагъу цӀыхум зэрызыхуагъазэ псалъэ гуапэ.

русолнце (ласковое обращение к любимому человеку)

ТеплъэфӀ зиӀэ.

рупригожий

Сабий дыгъэ. Дыгъэ бын.

Bu maddedeki ifadeler (13)

дыгъэ бзий

русолнечный луч.

Уэгум щызэрызехьэ пшагъуэ гуэрэным къыпхидзурэ дыгъэ бзий хуабэхэр щӀы щхьэфэм къытредзэ.— Ӏуащхьэмахуэ

дыгъэ зытегъэпсэн

рупринимать солнечную ванну.

Дыгъэ нэбзийр уэсэпс зытрищӀа удзым топщӀыпщӀэ. Щ. Ам.

дыгъэ темыгъэпсэн

рудержать взаперти кого-что-л.

дыгъэ хьэвэ

Еплъ: гъуэз

дыгъэм зегъэун

ругреться на солнце, загорать.

Языныкъуэ шыщӀэхэр дыгъэм зрагъэухэу джабэм бгъукӀэ кӀэрылъхэт.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

дыгъэр иубыдын

рузатмиться-о солнце.

дыгъэр къепсын

русветить-о солнце.

дыгъэр къоӀых

руприпекает-о солнце.

дыгъэр къыдэкӀуэтеин

руподняться-о солнце.

Дэ зыдужьыху, дыгъэр фӀыуэ къыдэкӀуэтеящ.

дыгъэр къыкъуэкӀын

рувзойти-о солнце.

дыгъэр мэдзакъэ

руприпекает-о солнце (букв. солнце кусается).

дыгъэр тенэцӀыхьын

руклониться к закату-о солнце.

Дыгъэр тенэцӀыхьауэ бгъэдыхьащ кӀэмыргуей щӀалэр ГъущӀыпсэ и куэбжэм.— КӀэрашэ Тембот

+1 örnek

Пщыхьэщхьэ дыгъэр тенэцӀыхьырт.— Ӏуащхьэмахуэ

дыгъэ пэзэз(э)

Махуэ хуабэ дыдэу дыгъэр щхьэгум щит.

русолнце в зените

Мы дыгъэ пэзазэм щхьэ губгъуэм уит, си къуэш?!— Къущхьэ СулътӀан

иубыдын

Bu maddedeki ifadeler (3)

{и} бзэр иубыдын

Еплъ: бзэ

дыгъэр иубыдын

Еплъ: дыгъэ

мазэр иубыдын

Еплъ: мазэ

Kitapta geçtiği hali

дыгъэ I 1. (хьэрфышхуэкӀэ кърагъажьэ) солнце (как астрономический термин с прописной буквы) / ЩӀы хъурейр зыгъэнэху, зыгъэхуабэ планетэрщ. Дыгъэ къыкъуэкӀыгъуэ. ЩӀыр Дыгъэм и хъуреягъкӀэ къокӀуэкӀ. * Дыгъэр пшэм щӀилъафэкӀэ, ункӀыфӀыркъым. (погов.) Дыгъэр лъагэу уафэгум къиуват, дуней псом жьыи псыи щызеуэ хуэмыдэу махуэм и хуабэгъуэт. Ӏуащхь. Аузым и адрыщӀкӀэ къыщыт къурш лъагэшхуэм дыгъэр щхьэщымыхьауэ хуэмурэ екӀуэтэхырт. Т. Хь. 2. солнце, свет, тепло / Дыгъэм къыбгъэдэкӀ нэхур, хуабагъэр. ЖьыщӀыгъэр дыгъэм щедзын. Алэрыбгъум дыгъэ егъэун. * Хьэмид и джанэ дыгъэм трихыжар и щӀыбагъ бгырыпхымкӀэ зэлъикъусурэ нащхьэ къысхуищӀащ. Ӏуащхь. 3. солнце (ласковое обращение к любимому человеку) / ЯгъэлъапӀэ, фӀыуэ ялъагъу цӀыхум зэрызыхуагъазэ псалъэ гуапэ. Дыгъэ бзий солнечный луч. * Уэгум щызэрызехьэ пшагъуэ гуэрэным къыпхидзурэ дыгъэ бзий хуабэхэр щӀы щхьэфэм къытредзэ. Ӏуащхь. Дыгъэ зытегъэпсэн принимать солнечную ванну. Дыгъэ нэбзийр уэсэпс зытрищӀа удзым топщӀыпщӀэ. Щ. Ам. Дыгъэ темыгъэпсэн держать взаперти кого-что-л. Дыгъэ хьэвэ к.-з. см. гъуэз. Дыгъэм зегъэун греться на солнце, загорать. * Языныкъуэ шыщӀэхэр дыгъэм зрагъэухэу джабэм бгъукӀэ кӀэрылъхэт. Къ. Хь. Дыгъэр иубыдын затмиться-о солнце. Дыгъэр къепсын светить-о солнце. Дыгъэр къоӀых припекает-о солнце. Дыгъэр къыдэкӀуэтеин подняться-о солнце. Дэ зыдужьыху, дыгъэр фӀыуэ къыдэкӀуэтеящ. Дыгъэр къыкъуэкӀын взойти-о солнце. Дыгъэр мэдзакъэ припекает-о солнце (букв. солнце кусается). Дыгъэр тенэцӀыхьын клониться к закату-о солнце. * Дыгъэр тенэцӀыхьауэ бгъэдыхьащ кӀэмыргуей щӀалэр ГъущӀыпсэ и куэбжэм. КӀ. Т. Пщыхьэщхьэ дыгъэр тенэцӀыхьырт. Ӏуащхь. Дыгъэ пэзэз(э) солнце в зените / Махуэ хуабэ дыдэу дыгъэр щхьэгум щит. * Мы дыгъэ пэзазэм щхьэ губгъуэм уит, си къуэш?! Къу. С. II пригожий / ТеплъэфӀ зиӀэ. Сабий дыгъэ. Дыгъэ бын.

иубыдын {и} бзэр иубыдын см. бзэ. Дыгъэр иубыдын см. дыгъэ. Мазэр иубыдын см. мазэ.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

tutulma

Düzeltme Öner

дыгъэр иубыдын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.