бзэ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

ameliyat
OrtakупӀэ(н)бзэ(н)операцие
dillisan
Ortakбзэ
Kitapta geçtiği hali

УПӀЭ(Н), БЗЭ(Н), ОПЕРАЦИЕ; AMELİYAT, OPERASYON

БЗЭ, (Абз. БЫЗШЪЭ); DİL (lisan);

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Зырызэпсалъэ, зырызэгурыӀуэ.

руязык, речь

Адыгэбзэ. Урысыбзэ.

+1 örnek

Акъыл нэхурэ бзэ нахуэрэ, нэ жанрэ гу къабзэрэ зиӀэт мэлыхъуэ Умар.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм

ӀункӀыбзэ.

рузамок

Бзэ цӀыкӀу зыхэлъ.

Сэ, жан, сэдзэ.

рулезвие

А жан цӀыкӀур жаныфӀ дыдэт, бзитӀ дэлът жырым къыхэщӀыкӀауэ.— Уэхъутэ Анзор

Пасэ зэманым зэрахьэу щыта шабзэм (Ӏэщэм) шэщӀауэ илъ кӀапсэ, бзэпс.

рутетива лука

И бзэ гущэр лӀитӀым къахуишкъым, и шэ гущэр лӀищым зэпхедз.— ӀуэрыӀуатэ

+1 örnek

Нахътэжь и сагъындакъыр адрей и къуэшитӀым яхуэгъау эртэкъым, апхуэдизу и бзэр ткӀийти.— Адыгэ таурыхъхэр

Bu maddedeki ifadeler (11)

{я} бзэ зэрыщӀэн

рупонимать друг друга.

бзэ къабзэ

ру1) красноречивый 2) чистый - о языке, речи.

{и} бзэ хэлъын

ру-> без его языка не обошлось.

бзэ ӀуэнтӀа

рунепонятный, искажённый - о языке, речи.

7 ifade daha

{и} бзэр итӀэтэн (къитӀэтэн)

руразвязать язык.

И бзэр мэрэмэжьейм къитӀэтауэ мэпсалъэ Хьэжы-Исмел.— Шортэн Аскэрбий

{и} бзэр иубыдын

ру1) лишиться дара речи 2) придержать язык; держать язык за зубами.

{и} бзэр къиутӀыпщыжын

руобрести дар речи.

бзэр хуэкъута хъун

руовладеть чужой речью.

{и} бзэр хуэмыубыдын

руне уметь держать язык за зубами.

бзэ ӀэфӀ

Гуапэу псалъэ.

руласковый, приветливый

Фызыжь бзэ ӀэфӀ. Шыпхъу бзэ ӀэфӀ.

+1 örnek

Бзэ ӀэфӀ зиӀэ ӀупэфӀэгъу иӀэщ.— Псалъэжьхэр

бзэ ӀэфӀагъ (ӀэфӀыгъэ)

Бзэ ӀэфӀ псалъэм къытекӀа щыӀэцӀэ.

руприветливость, доброта

Гущабагъэрэ бзэ ӀэфӀагъэкӀэ щысабий лъэандэрэ Хьэлахъуэ Нафисэт и псэм кӀэрыпщӀат.— КӀэрашэ Тембот

Kitapta geçtiği hali

бзэ I язык, речь / Зырызэпсалъэ, зырызэгурыӀуэ. Адыгэбзэ. Урысыбзэ. * Акъыл нэхурэ бзэ нахуэрэ, нэ жанрэ гу къабзэрэ зиӀэт мэлыхъуэ Умар. Щ. Ӏ. {Я} бзэ зэрыщӀэн понимать друг друга. Бзэ къабзэ 1) красноречивый 2) чистый - о языке, речи. {И} бзэ хэлъын -> без его языка не обошлось. Бзэ ӀуэнтӀа непонятный, искажённый - о языке, речи. {И} бзэр итӀэтэн (къитӀэтэн) развязать язык. * И бзэр мэрэмэжьейм къитӀэтауэ мэпсалъэ Хьэжы-Исмел. Ш. А. {И} бзэр иубыдын 1) лишиться дара речи 2) придержать язык; держать язык за зубами. {И} бзэр къиутӀыпщыжын обрести дар речи. Бзэр хуэкъута хъун овладеть чужой речью. {И} бзэр хуэмыубыдын не уметь держать язык за зубами. бзэ ӀэфӀ ласковый, приветливый / Гуапэу псалъэ. Фызыжь бзэ ӀэфӀ. Шыпхъу бзэ ӀэфӀ. * Бзэ ӀэфӀ зиӀэ ӀупэфӀэгъу иӀэщ. (погов.) бзэ ӀэфӀагъ (ӀэфӀыгъэ) приветливость, доброта / Бзэ ӀэфӀ псалъэм къытекӀа щыӀэцӀэ. * Гущабагъэрэ бзэ ӀэфӀагъэкӀэ щысабий лъэандэрэ Хьэлахъуэ Нафисэт и псэм кӀэрыпщӀат. КӀ. Т. II замок / ӀункӀыбзэ. Бзэ цӀыкӀу зыхэлъ. III к.-з. лезвие / Сэ, жан, сэдзэ. * А жан цӀыкӀур жаныфӀ дыдэт, бзитӀ дэлът жырым къыхэщӀыкӀауэ. У. Ан. IV устар. тетива лука / Пасэ зэманым зэрахьэу щыта шабзэм (Ӏэщэм) шэщӀауэ илъ кӀапсэ, бзэпс. * И бзэ гущэр лӀитӀым къахуишкъым, и шэ гущэр лӀищым зэпхедз. фольк. Нахътэжь и сагъындакъыр адрей и къуэшитӀым яхуэгъау эртэкъым, апхуэдизу и бзэр ткӀийти. Ад. таур.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Зэрызэпсалъэ, зэрызэгурыӀуэ.

Бзэр адэ-анэм сагъэщӀащи, Сэ яхузощӀыр тӀуми фӀыщӀэ, Ауэ си жагъуэ мэхъу зы закъуэ – Си быным си бзэр зэримыщӀэр.— Дунейр мычэму къощӀэращӀэ. «Дамыгъэ», 237

+2 örnek

Узэрылъагъум уи бзэр дахэщ, Бзэр зэкӀэщӀешыр ныкъуэкъуэным.— Псалъэ. «Вагъуэ махуэ», 357

Си янэм и бзэу си нэм хуэсхь, Уэ къыптехуэр схуохъу удын.— Гъуэгу къежьапӀэ. «Мывэ хуабэ», 84

Deyimler (6)

бзэ дыдж

Уи гуауэ ищӀу псалъэ (цӀыху).

Думэсарэ и акъылыр здынэсар уигъэщӀэфынут: – Зи бзэ дыджым Ӏэджи жеӀэф, тӀысэ, – жиӀэри пичащ абы.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 540

+1 örnek

[Хьэкурынэ Къарэжь жреӀэ:] Дыджщ уи бзэр – псалъэ дыдж къыбжьэдокӀ.— Лъапсэ, 104

бзэр иубыдын

СымаджагъэкӀэ мыпсэлъэжыф хъун.

Зэадэзэкъуэм зыри жамыӀэу зыкъомрэ ӀэплӀэ зэхуащӀу щытащ, тӀуми я гур къызэфӀэнауэ, я бзэр иубыдауэ пӀэрэ жыпӀэну.— Хъуэпсэгъуэ нур, 307

бзэр къитӀэтэн

Псэлъэныр егъэжьэн, укъызэрыкӀауэ упсэлъэн.

Исхьэкъ и лъэныкъуэхэм я бзэр къатӀэтащ: – Уэлэхьи, къыгуроӀуэм Исхьэкъ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 659

бзэр хуэкъута хъун

Хамэбзэ урипсэлъэф, хамэ псалъэ къыупсэлъыф хъун.

ЦӀэр советскэм зэридзэкӀа щхьэкӀэ, иджыри цӀыхур есакъым, псалъэхэри жыӀэгъуейт – председатель сельсовета жыпӀэныр гугъут, цӀыхум я бзэр хуэкъутатэкъым.— Нэгъуху, 19

2 deyim daha

бзэрэ тхылърэ щӀэн

ЩӀэныгъэ иӀэн, еджауэ щытын.

«Бзэрэ тхылърэ ещӀэ» жаӀэмэ, «урысыбзэрэ урыс тхылърэ ещӀэ» жаӀэу арат кърагъэкӀыр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 195

[я] бзэ зэрыщӀэн

ЗэгурыӀуэн, зым жиӀэр адрейм зэхищӀыкӀын.

Зэхуэгубжьхэр зэкӀужынут, Я бзэр тӀуми зэрыщӀам.— Гъатхэм и бзэ. «Батырыбжьэ», 9

ӀункӀыбзэ.

ЕтӀысылӀэри зыхуэчэм къэмынэу бзэ, кӀакхъу сытхэри хилъхьэжащ, езым и ӀэкӀэ ищӀурэ.— Лъапсэ, 111

+1 örnek

Къэбэрдей полъкум хэта щӀалэхэм я щхьэр щхьэгъубжэм къыдагъэжауэ къаплъэрт, дауи абыхэм ящӀэрт «бзэм» [сейфым и ӀункӀыбзэм] и Ӏэмал.— Хъуэпсэгъуэ нур, 215

Kitapta geçtiği hali

БЗЭ I (116). Зэрызэпсалъэ, зэрызэгурыӀуэ. Бзэр адэ-анэм сагъэщӀащи, Сэ яхузощӀыр тӀуми фӀыщӀэ, Ауэ си жагъуэ мэхъу зы закъуэ – Си быным си бзэр зэримыщӀэр. Дунейр мычэму къощӀэращӀэ. «Дамыгъэ», 237. Узэрылъагъум уи бзэр дахэщ, Бзэр зэкӀэщӀешыр ныкъуэкъуэным. Псалъэ. «Вагъуэ махуэ», 357. Си янэм и бзэу си нэм хуэсхь, Уэ къыптехуэр схуохъу удын. Гъуэгу къежьапӀэ. «Мывэ хуабэ», 84. ◊ Бзэ дыдж (2). Уи гуауэ ищӀу псалъэ (цӀыху). Думэсарэ и акъылыр здынэсар уигъэщӀэфынут: – Зи бзэ дыджым Ӏэджи жеӀэф, тӀысэ, – жиӀэри пичащ абы. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 540. [Хьэкурынэ Къарэжь жреӀэ:] Дыджщ уи бзэр – псалъэ дыдж къыбжьэдокӀ. Лъапсэ, 104. Бзэр иубыдын (1). СымаджагъэкӀэ мыпсэлъэжыф хъун. Зэадэзэкъуэм зыри жамыӀэу зыкъомрэ ӀэплӀэ зэхуащӀу щытащ, тӀуми я гур къызэфӀэнауэ, я бзэр иубыдауэ пӀэрэ жыпӀэну. Хъуэпсэгъуэ нур, 307. Бзэр къитӀэтэн (1). Псэлъэныр егъэжьэн, укъызэрыкӀауэ упсэлъэн. Исхьэкъ и лъэныкъуэхэм я бзэр къатӀэтащ: – Уэлэхьи, къыгуроӀуэм Исхьэкъ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 659. Бзэр хуэкъута хъун (2). Хамэбзэ урипсэлъэф, хамэ псалъэ къыупсэлъыф хъун. ЦӀэр советскэм зэридзэкӀа щхьэкӀэ, иджыри цӀыхур есакъым, псалъэхэри жыӀэгъуейт – председатель сельсовета жыпӀэныр гугъут, цӀыхум я бзэр хуэкъутатэкъым. Нэгъуху, 19. Бзэрэ тхылърэ щӀэн (3). ЩӀэныгъэ иӀэн, еджауэ щытын. «Бзэрэ тхылърэ ещӀэ» жаӀэмэ, «урысыбзэрэ урыс тхылърэ ещӀэ» жаӀэу арат кърагъэкӀыр. Хъуэпсэгъуэ нур, 195. [Я] бзэ зэрыщӀэн (2). ЗэгурыӀуэн, зым жиӀэр адрейм зэхищӀыкӀын. Зэхуэгубжьхэр зэкӀужынут, Я бзэр тӀуми зэрыщӀам. Гъатхэм и бзэ. «Батырыбжьэ», 9.

БЗЭ II (3). ӀункӀыбзэ. ЕтӀысылӀэри зыхуэчэм къэмынэу бзэ, кӀакхъу сытхэри хилъхьэжащ, езым и ӀэкӀэ ищӀурэ. Лъапсэ, 111. Къэбэрдей полъкум хэта щӀалэхэм я щхьэр щхьэгъубжэм къыдагъэжауэ къаплъэрт, дауи абыхэм ящӀэрт «бзэм» [сейфым и ӀункӀыбзэм] и Ӏэмал. Хъуэпсэгъуэ нур, 215.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

dil lisan mekanizma

Düzeltme Öner

бзэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.