гъуэз
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
гъоз/гъуэз, ГАЗ; GAZ
гъуэз → гъоз; GAZ
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: гъоз
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Зыгуэрым (п. п. хуабжьу къызэщӀэплъа шым, цӀыхум е псыӀагъэр хуабэм зыхиш щӀым) къыщхьэщих бахъэ.
руиспарение
Вагъэм гъуэзыр щхьэщытт.
+1 örnek
Гъуэзыр къыхихуу шыр пщӀэнтӀащ.— КӀыщокъуэ Алим
2. Хьэуар дыгъэ гуащӀэм къызэригъэплъам къыхэкӀкӀэ жыжьэу плъагъухэр есу къыпфӀэзыгъэщӀ щытыкӀэ.
рудымка, марево
Kitapta geçtiği hali
гъуэз 1. испарение / Зыгуэрым (п. п. хуабжьу къызэщӀэплъа шым, цӀыхум е псыӀагъэр хуабэм зыхиш щӀым) къыщхьэщих бахъэ. Вагъэм гъуэзыр щхьэщытт. * Гъуэзыр къыхихуу шыр пщӀэнтӀащ. КӀ. А. 2. дымка, марево / Хьэуар дыгъэ гуащӀэм къызэригъэплъам къыхэкӀкӀэ жыжьэу плъагъухэр есу къыпфӀэзыгъэщӀ щытыкӀэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Зыгуэрым (п.п. хуабжьу къызэщӀэплъа шым, цӀыхум е псыӀагъэр хуабэм зыхиш щӀым) къыщхьэщих бахъэ.
Бахъсэн аузым гъуэзыр дэмыкӀи, Си гум имыкӀыу Си псэр ихьэхури Шумахуэ сыдихьэхаи.— Партыр ди пашэу, 114
+1 örnek
Сабий цӀыкӀур къелъхури, фызыр Хьэкум къонэ зы жимыӀэу, Къарууншэр мэкӀэзызыр, Гъуэз пщтыр защӀэм ягъэгуӀэу— Тисей, 486
2. МафӀэсым къыщхьэщих Ӏугъуэ.
Нэхъ гъунэгъуу уекӀуэлӀэху, шуудзэр нэхъ зэтощахэ, жьэрымэм бэуапӀэ къуитыркъым, губгъуэм гъуэзыр итщ, Ӏугъуэри сабэри зэхыхьэжауэ.— Лыгъэ, 412
3. Зауэ мафӀэсым къыщхьэщих Ӏугъуэ; гузэвэгъуэ.
Пшэ фӀыцӀэу Ӏуву нэщхъейхэр Пшагъуалъэ махуэу аракъым – Зауэшхуэ гуащӀэм и гъуэзыр Мэз кӀыфӀу щӀыгум тенащ.— ЩӀым и макъ. «Шум и гъуэгу», 37
Deyimler (1)
гъуэзыр къыщхьэщихыу
Бахъэр къыхихыу. –120.
Гъуэзыр мащӀэу къыщхьэщихыу Балъкъ къожэхыр щӀыӀэтыӀэу, Я уэрэдыр зэпымычу Йох толъкъунхэр темыпыӀэу— Терек. «Партыр ди пашэу», 119
Kitapta geçtiği hali
ГЪУЭЗ (4). 1. (2). Зыгуэрым (п.п. хуабжьу къызэщӀэплъа шым, цӀыхум е псыӀагъэр хуабэм зыхиш щӀым) къыщхьэщих бахъэ. Бахъсэн аузым гъуэзыр дэмыкӀи, Си гум имыкӀыу Си псэр ихьэхури Шумахуэ сыдихьэхаи. «Партыр ди пашэу», 114. Сабий цӀыкӀур къелъхури, фызыр Хьэкум къонэ зы жимыӀэу, Къарууншэр мэкӀэзызыр, Гъуэз пщтыр защӀэм ягъэгуӀэу. «Тисей», 486. 2. (1). МафӀэсым къыщхьэщих Ӏугъуэ. Нэхъ гъунэгъуу уекӀуэлӀэху, шуудзэр нэхъ зэтощахэ, жьэрымэм бэуапӀэ къуитыркъым, губгъуэм гъуэзыр итщ, Ӏугъуэри сабэри зэхыхьэжауэ. Лыгъэ, 412. 3. (1). зэхь. Зауэ мафӀэсым къыщхьэщих Ӏугъуэ; гузэвэгъуэ. Пшэ фӀыцӀэу Ӏуву нэщхъейхэр Пшагъуалъэ махуэу аракъым – Зауэшхуэ гуащӀэм и гъуэзыр Мэз кӀыфӀу щӀыгум тенащ. ЩӀым и макъ. «Шум и гъуэгу», 37. ◊ Гъуэзыр къыщхьэщихыу (1). Бахъэр къыхихыу. Гъуэзыр мащӀэу къыщхьэщихыу Балъкъ къожэхыр щӀыӀэтыӀэу, Я уэрэдыр зэпымычу Йох толъкъунхэр темыпыӀэу. Терек. «Партыр ди пашэу», 119–120.