дзэ фӀыцӀэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

дзэ

1. Шхыныр ирашхыу, ирагъэныщкӀуу дзэлым къыхэкӀ къупщхьэхэкӀ цӀыкӀухэр.

рузуб (у человека, животных)

Дзэр къэкӀын. Дзэр Ӏухун.

2. Дзэ щӀыкӀэу жьэдэха, дзэм ещхьу, щӀа гуэр.

рузуб, зубец (напр. пилы)

Пхъэхым и дзэр ӀущӀыкӀащ.

3. ИрыпаупщӀӀауэ къагъэсэбэп гуэрым и жаныпӀэ.

рулезвие (ножа и т. п.)

Сэм и дзэ.

+1 örnek

ЗэкъуэшитӀрэ дзитӀ зэӀутрэ.— Псалъэжьхэр

Зауэ хуэӀухуэщӀэм хуэгъэхьэзыра, хузэщӀэузэда и къарухэр.

рувойско

Хъаным и дзэр унэ къэсыху цӀыху плӀырыплӀу къуажэм ятриугуэшащ.— Нэгумэ Шорэ

+1 örnek

Зым тӀур и дзэщ.— Псалъэжьхэр

Bu maddedeki ifadeler (8)

дзэр зэрыгъэшхын

рускрежетать зубами; злиться.

ТекӀуэныгъэм зеубгъур, бийхэм я дзэр зэрагъэшх.— Къэбэрдей

+2 örnek

Дыгъужьыжьыр къэгузэвауэ и дзэхэр зэрегъэшх.— ӀуэрыӀуатэ

Трам и дзэр зэригъэшхыу къыжьэдэкӀа псалъэхэр Аслъэн и тхьэкӀумэм къиӀуащ.— Ӏуащхьэмахуэ

{и} дзэр зэтеуэн

рустучать зубами (от холода).

ЩӀалэ цӀыкӀур пӀыщӀати, и дзэр зэтеуэрт.— ӀуэрыӀуатэ

дзэр лъын

рузлиться.

Мэжид къэкӀуауэ и дзэр елъри щысщ, занщӀэу узэӀуридзэнуи тхьэ щеӀуэж.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

дзэр хуэлъын

руточить зубы на кого-л.

дзэр шын

ру1) набить оскомину (напр. кислыми яблоками).

{Иныжьым:} Мыр джэгукӀэ щӀагъуэщ, Си дзэр игъэшащ...— фольк. 2) стесняться (

+3 örnek

сказать, сделать что-л.— ), не решаться

на что-л.

Ӏуэхур зытетыр жесӀэнут щӀалэми, си дзэр мэш.— Къэбэрдей

и дзэр ӀулӀыкӀын

рудать согреться (о холодной жидкости).

-А псыр щӀыӀэӀуэщ, и дзэр ӀумылӀыкӀыу уемыфэ, -жриӀащ Ӏэминат ипхъу цӀыкӀум.— Ӏуащхьэмахуэ

дзэм ираджэн

рупризывать в армию.

дзэ фӀыцӀэ

руполчище.

фӀыцӀэ

1. КӀэгъуасэм, фӀамыщӀым и фэ зиӀэ, къарэ. Вагъэ фӀыцӀэ.

ручёрный (о цвете)

Пшэ фӀыцӀэ. ГъэщӀэгъуэнщ, ахэр {фызхэр} гуащэ зэрыхъуу щхьэфӀэпхыкӀ фӀыцӀэкӀэ я щхьэр фӀапхыкӀыу щӀадзэ. Хь. Хь.

2. Къамылыфэ.

русмуглый

ЩӀалэ фӀыцӀэ.

3. Жагъуэ.

руненавистный

ДищӀ илъ сщӀэжыныр къалэн сщӀауэ Изох бий фӀыцӀэм удын гуащӀэ.— Къэбэрдей

+1 örnek

Шэ фӀыцӀэжьыр къыщытехуэм, Уи гыбзафэри сигу къэкӀат.— ӀуэрыӀуатэ

Щытхъу зыпылъ.

рудобрая слава

Пщым и фӀыцӀэ жызымыӀэм И Ӏэр ину хуегъэдалъэ.— ЩоджэнцӀыкӀу Алий

Bu maddedeki ifadeler (3)

дзэ фӀыцӀэ

Еплъ: дзэ

щай фӀыцӀэу къимыдзэн

Еплъ: щай

{и} фӀыцӀэ Ӏун

рураспространяться (о славе).

ЩӀалэм и фӀыцӀэ Ӏуащ.

Kitapta geçtiği hali

дзэ I 1. зуб (у человека, животных) / Шхыныр ирашхыу, ирагъэныщкӀуу дзэлым къыхэкӀ къупщхьэхэкӀ цӀыкӀухэр. Дзэр къэкӀын. Дзэр Ӏухун. 2. зуб, зубец (напр. пилы) / Дзэ щӀыкӀэу жьэдэха, дзэм ещхьу, щӀа гуэр. Пхъэхым и дзэр ӀущӀыкӀащ. 3. лезвие (ножа и т. п.) / ИрыпаупщӀӀауэ къагъэсэбэп гуэрым и жаныпӀэ. Сэм и дзэ. * ЗэкъуэшитӀрэ дзитӀ зэӀутрэ. (погов.) Дзэр зэрыгъэшхын скрежетать зубами; злиться. * ТекӀуэныгъэм зеубгъур, бийхэм я дзэр зэрагъэшх. Къэб. Дыгъужьыжьыр къэгузэвауэ и дзэхэр зэрегъэшх. фольк. Трам и дзэр зэригъэшхыу къыжьэдэкӀа псалъэхэр Аслъэн и тхьэкӀумэм къиӀуащ. Ӏуащхь. {И} дзэр зэтеуэн стучать зубами (от холода). * ЩӀалэ цӀыкӀур пӀыщӀати, и дзэр зэтеуэрт. фольк. Дзэр лъын злиться. * Мэжид къэкӀуауэ и дзэр елъри щысщ, занщӀэу узэӀуридзэнуи тхьэ щеӀуэж. Къ. Хь. Дзэр хуэлъын точить зубы на кого-л. Дзэр шын 1) набить оскомину (напр. кислыми яблоками). * {Иныжьым:} Мыр джэгукӀэ щӀагъуэщ, Си дзэр игъэшащ... фольк. 2) стесняться (сказать, сделать что-л.), не решаться на что-л. * Ӏуэхур зытетыр жесӀэнут щӀалэми, си дзэр мэш. Къэб. И дзэр ӀулӀыкӀын дать согреться (о холодной жидкости). * -А псыр щӀыӀэӀуэщ, и дзэр ӀумылӀыкӀыу уемыфэ, -жриӀащ Ӏэминат ипхъу цӀыкӀум. Ӏуащхь. II войско / Зауэ хуэӀухуэщӀэм хуэгъэхьэзыра, хузэщӀэузэда и къарухэр. * Хъаным и дзэр унэ къэсыху цӀыху плӀырыплӀу къуажэм ятриугуэшащ. Н. Ш. Зым тӀур и дзэщ. (погов.) Дзэм ираджэн призывать в армию. Дзэ фӀыцӀэ полчище.

фӀыцӀэ I 1. чёрный (о цвете) / КӀэгъуасэм, фӀамыщӀым и фэ зиӀэ, къарэ. Вагъэ фӀыцӀэ. Пшэ фӀыцӀэ. ГъэщӀэгъуэнщ, ахэр {фызхэр} гуащэ зэрыхъуу щхьэфӀэпхыкӀ фӀыцӀэкӀэ я щхьэр фӀапхыкӀыу щӀадзэ. Хь. Хь. 2. смуглый / Къамылыфэ. ЩӀалэ фӀыцӀэ. 3. переносное ненавистный / Жагъуэ. * ДищӀ илъ сщӀэжыныр къалэн сщӀауэ Изох бий фӀыцӀэм удын гуащӀэ. Къэб. Шэ фӀыцӀэжьыр къыщытехуэм, Уи гыбзафэри сигу къэкӀат. фольк. Дзэ фӀыцӀэ см. дзэ II. Щай фӀыцӀэу къимыдзэн см. щай. II добрая слава / Щытхъу зыпылъ. * Пщым и фӀыцӀэ жызымыӀэм И Ӏэр ину хуегъэдалъэ. Щ. А. {И} ФӀыцӀэ Ӏун распространяться (о славе). ЩӀалэм и фӀыцӀэ Ӏуащ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

дзэ

Зауэ хуэӀухуэщӀэм хуагъэхьэзыра, хузэщӀэуда къарухэр.

ЩӀытӀым итри исри бомбэкӀэ хьэбэсабэ ящӀа нэужь, Къэрэмырзэ и дзэр шым епсыхщ, я къамэ, я сэшхуэ, нэгъуэщӀ къехьэлъэкӀын илъэпкъыр зыкӀэрахауэ, ныбапхъэкӀэ пщыурэ, бий ундэрэщхъуам гу къылъамытэу, йопщылӀэри, сигнал зэредгъэлъагъуу, зыкъаӀэтри зы напӀэзыпӀэм бийм я быдапӀэм тоуэри топышэмрэ бомбэмрэ къелар зэтраукӀэри къалэр къащтэ.— Лыгъэ, 410

+2 örnek

Щамым къатеуа дзэри зэтриӀущӀауэ Бейбарс къыщигъэзэжым, къалэм къызэрыдыхьэжу, куэбжэшхуэ Баб Ан-Нэср фӀащауэ хуащӀати, куэбжэ дахэмкӀэ къыдыхьэжащ.— Лъапсэ, 101

Долэт мэжджытым къыщипсэлъауэ щытар нобэ къехъулӀащ: жылэ къызэхуэсар зэрызехьэу Щэрданхэ я унэм ешэ, дзэ иришэжьауэ зауэм Ӏуишэ хуэдэу, жэрыжэу здэжэм унафэ мыщхьэпэр ищӀу: - ФынакӀуэ, маржэ!— Хъуэпсэгъуэ нур, 254

Deyimler (1)

дзэ фӀыцӀэ

Бжыгъэншэ биидзэ, дзэшхуэ.

ЕкӀэ ди щӀым бийр къихьати, Сталин ди адэр къыдэджащ: «Си щӀалэфӀхэ, Ӏэщэр къафщтэ, Бий дзэ фӀыцӀэр къыттеуащ». – Ей, ди шухэ, шым фышэсхэ, Сталин жиӀэр зэхэфхам.— Дэ ди шухэр. «Шум и гъуэгу», 41

фӀыцӀэ

1. КӀэгъуасэм, фӀамыщӀым иӀэ плъыфэм хуэдэ.

Гум илъа мафӀэр ужьыхмэ, Мэхъу набдзэ фӀыцӀэр яжьафэ.— Набдзэ. «Батырыбжьэ», 52

+2 örnek

Зэгуэр си щхьэцри фӀыцӀэ дыдэт, Иджы щхьэц тхъуами сесэжащ.— Зэгуэр си щхьэцри фӀыцӀэ дыдэт. «Вагъуэ махуэ», 361

Фыз, нысащӀэхэм ӀэлъэщӀ фӀыцӀэ ятелъу, сабий цӀыкӀухэр я Ӏэблэм теупцӀэжауэ, я нэпсыр къафӀыщӀэжмэ, ӀэлъэщӀ кӀапэкӀэ щӀалъэщӀыкӀыу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 125

2. Къамылыфэ.

Хъыджэбз фӀыцӀэ къуэгъу цӀыкӀут, и щхьэц икъухьам и щхьэр хэлъу мафӀэр къыщӀэна хуэдэ: и нэкӀущхьэ дахитӀым уецырхъым, уи Ӏэпэр къисын хуэдэ, пщӀэнтӀэпсыр ткӀуэпс зырызу къытрипхъауэ, и Ӏупэ плъыжьыбзэри мафӀэм къигъэчащ жыуигъэӀэну, сымаджэм зимыщӀэжу хэлът, анализхэм къызэрагъэлъагъуэмкӀэ, и лъым сепсис зэрыхэлъым шэч къытепхьэ хъунутэкъым.— Лъапсэ, 10

+2 örnek

Полъкур зезышэ граф Воронцов-Дашковыр инэрал лӀы фӀыцӀэ цӀыкӀум бгъурыту зы сотнэм еплъмэ, адрей сотнэмкӀэ екӀуэкӀыурэ, шухэр зауэм кӀуэным зэрыхуэщӀар зригъэлъэгъуащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 126

Къумым димыкӀуадэу дизышу дыкъэзышэжын, жысӀэу адэкӀэ-мыдэкӀэ сыщӀэупщӀати, щӀалэ фӀыцӀэшхуэ къысхуагъэкӀуащ, къызэрыхъурэ губгъуэрысу мы щӀыналъэм исщ, жаӀэри.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 398

3. Я фэкӀэ фӀыцӀэ лъэпкъ, негр.

А махуэм унафэр Тутнакъым къагъэс: А фӀыцӀэр къэвгъани, Фыз хужьхэр щӀэвгъэкӀ!».— ЦӀыху мурадым и бзу хужь. «Вагъуэ махуэ», 349

4. Ӏейуэ щыт, Ӏей зи гум илъ.

Зы жьакӀэ фӀыцӀэ, игури фӀыцӀэу, Къищтащ щэху дыдэу зы шынакъ— Къазджэрий. «Вагъуэ махуэ», 12

Deyimler (3)

бий фӀыцӀэ

Еплъ: бий

дзэ фӀыцӀэ

Еплъ: дзэ

мащэ фӀыцӀэ

Еплъ: мащэ

Kitapta geçtiği hali

ДЗЭ II (210). Зауэ хуэӀухуэщӀэм хуагъэхьэзыра, хузэщӀэуда къарухэр. ЩӀытӀым итри исри бомбэкӀэ хьэбэсабэ ящӀа нэужь, Къэрэмырзэ и дзэр шым епсыхщ, я къамэ, я сэшхуэ, нэгъуэщӀ къехьэлъэкӀын илъэпкъыр зыкӀэрахауэ, ныбапхъэкӀэ пщыурэ, бий ундэрэщхъуам гу къылъамытэу, йопщылӀэри, сигнал зэредгъэлъагъуу, зыкъаӀэтри зы напӀэзыпӀэм бийм я быдапӀэм тоуэри топышэмрэ бомбэмрэ къелар зэтраукӀэри къалэр къащтэ. Лыгъэ, 410. Щамым къатеуа дзэри зэтриӀущӀауэ Бейбарс къыщигъэзэжым, къалэм къызэрыдыхьэжу, куэбжэшхуэ Баб Ан-Нэср фӀащауэ хуащӀати, куэбжэ дахэмкӀэ къыдыхьэжащ. Лъапсэ, 101. Долэт мэжджытым къыщипсэлъауэ щытар нобэ къехъулӀащ: жылэ къызэхуэсар зэрызехьэу Щэрданхэ я унэм ешэ, дзэ иришэжьауэ зауэм Ӏуишэ хуэдэу, жэрыжэу здэжэм унафэ мыщхьэпэр ищӀу: - ФынакӀуэ, маржэ! Хъуэпсэгъуэ нур, 254. ◊ Дзэ фӀыцӀэ (2). Бжыгъэншэ биидзэ, дзэшхуэ. ЕкӀэ ди щӀым бийр къихьати, Сталин ди адэр къыдэджащ: «Си щӀалэфӀхэ, Ӏэщэр къафщтэ, Бий дзэ фӀыцӀэр къыттеуащ». – Ей, ди шухэ, шым фышэсхэ, Сталин жиӀэр зэхэфхам. Дэ ди шухэр. «Шум и гъуэгу», 41.

ФӀЫЦӀЭ I (167). плъыф. 1. (153). КӀэгъуасэм, фӀамыщӀым иӀэ плъыфэм хуэдэ. Гум илъа мафӀэр ужьыхмэ, Мэхъу набдзэ фӀыцӀэр яжьафэ. Набдзэ. «Батырыбжьэ», 52. Зэгуэр си щхьэцри фӀыцӀэ дыдэт, Иджы щхьэц тхъуами сесэжащ. Зэгуэр си щхьэцри фӀыцӀэ дыдэт. «Вагъуэ махуэ», 361. Фыз, нысащӀэхэм ӀэлъэщӀ фӀыцӀэ ятелъу, сабий цӀыкӀухэр я Ӏэблэм теупцӀэжауэ, я нэпсыр къафӀыщӀэжмэ, ӀэлъэщӀ кӀапэкӀэ щӀалъэщӀыкӀыу. Хъуэпсэгъуэ нур, 125. 2. (12). Къамылыфэ. Хъыджэбз фӀыцӀэ къуэгъу цӀыкӀут, и щхьэц икъухьам и щхьэр хэлъу мафӀэр къыщӀэна хуэдэ: и нэкӀущхьэ дахитӀым уецырхъым, уи Ӏэпэр къисын хуэдэ, пщӀэнтӀэпсыр ткӀуэпс зырызу къытрипхъауэ, и Ӏупэ плъыжьыбзэри мафӀэм къигъэчащ жыуигъэӀэну, сымаджэм зимыщӀэжу хэлът, анализхэм къызэрагъэлъагъуэмкӀэ, и лъым сепсис зэрыхэлъым шэч къытепхьэ хъунутэкъым. Лъапсэ, 10. Полъкур зезышэ граф Воронцов-Дашковыр инэрал лӀы фӀыцӀэ цӀыкӀум бгъурыту зы сотнэм еплъмэ, адрей сотнэмкӀэ екӀуэкӀыурэ, шухэр зауэм кӀуэным зэрыхуэщӀар зригъэлъэгъуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 126. Къумым димыкӀуадэу дизышу дыкъэзышэжын, жысӀэу адэкӀэ-мыдэкӀэ сыщӀэупщӀати, щӀалэ фӀыцӀэшхуэ къысхуагъэкӀуащ, къызэрыхъурэ губгъуэрысу мы щӀыналъэм исщ, жаӀэри. ХьэщӀэ лъапӀэ, 398. 3. (1). Я фэкӀэ фӀыцӀэ лъэпкъ, негр. А махуэм унафэр Тутнакъым къагъэс: А фӀыцӀэр къэвгъани, Фыз хужьхэр щӀэвгъэкӀ!». ЦӀыху мурадым и бзу хужь. «Вагъуэ махуэ», 349. 4. (1). зэхь. Ӏейуэ щыт, Ӏей зи гум илъ. Зы жьакӀэ фӀыцӀэ, игури фӀыцӀэу, Къищтащ щэху дыдэу зы шынакъ. Къазджэрий. «Вагъуэ махуэ», 12. ◊ Бий фӀыцӀэ (1). Еплъ бий. Дзэ фӀыцӀэ (2). Еплъ дзэ II. Мащэ фӀыцӀэ (1). Еплъ мащэ.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

alay

Düzeltme Öner

дзэ фӀыцӀэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.