дзэ

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

adetsayı, tane
Doğuдзэхьэдзэбжыгъэ
Batıцэпкъыцэпчъагъ
diş
Doğuдзэ
Batıцэ
ordu
Ortakдзэ
tane
Doğuдзэхьэдзэ
Batıцэ
Kitapta geçtiği hali

цэ/дзэ, пкъыцэ/хьэдзэ, пчъагъ/бжыгъэ; ADET (sayı, tane)

дзэ/цэ; DİŞ

цэ/дзэ; DİŞ

ДЗЭ; ORDU

дзэ/цэ, хьэдзэ; TANE

хьэдзэ, цэ/дзэ; TANE

дзэ → цэ; ADET (sayı, tane)

Bu sonuç kitaptaki 7 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: цэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. Шхыныр ирашхыу, ирагъэныщкӀуу дзэлым къыхэкӀ къупщхьэхэкӀ цӀыкӀухэр.

рузуб (у человека, животных)

Дзэр къэкӀын. Дзэр Ӏухун.

2. Дзэ щӀыкӀэу жьэдэха, дзэм ещхьу, щӀа гуэр.

рузуб, зубец (напр. пилы)

Пхъэхым и дзэр ӀущӀыкӀащ.

3. ИрыпаупщӀӀауэ къагъэсэбэп гуэрым и жаныпӀэ.

рулезвие (ножа и т. п.)

Сэм и дзэ.

+1 örnek

ЗэкъуэшитӀрэ дзитӀ зэӀутрэ.— Псалъэжьхэр

Зауэ хуэӀухуэщӀэм хуэгъэхьэзыра, хузэщӀэузэда и къарухэр.

рувойско

Хъаным и дзэр унэ къэсыху цӀыху плӀырыплӀу къуажэм ятриугуэшащ.— Нэгумэ Шорэ

+1 örnek

Зым тӀур и дзэщ.— Псалъэжьхэр

Bu maddedeki ifadeler (8)

дзэр зэрыгъэшхын

рускрежетать зубами; злиться.

ТекӀуэныгъэм зеубгъур, бийхэм я дзэр зэрагъэшх.— Къэбэрдей

+2 örnek

Дыгъужьыжьыр къэгузэвауэ и дзэхэр зэрегъэшх.— ӀуэрыӀуатэ

Трам и дзэр зэригъэшхыу къыжьэдэкӀа псалъэхэр Аслъэн и тхьэкӀумэм къиӀуащ.— Ӏуащхьэмахуэ

{и} дзэр зэтеуэн

рустучать зубами (от холода).

ЩӀалэ цӀыкӀур пӀыщӀати, и дзэр зэтеуэрт.— ӀуэрыӀуатэ

дзэр лъын

рузлиться.

Мэжид къэкӀуауэ и дзэр елъри щысщ, занщӀэу узэӀуридзэнуи тхьэ щеӀуэж.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

дзэр хуэлъын

руточить зубы на кого-л.

4 ifade daha

дзэр шын

ру1) набить оскомину (напр. кислыми яблоками).

{Иныжьым:} Мыр джэгукӀэ щӀагъуэщ, Си дзэр игъэшащ...— фольк. 2) стесняться (

+3 örnek

сказать, сделать что-л.— ), не решаться

на что-л.

Ӏуэхур зытетыр жесӀэнут щӀалэми, си дзэр мэш.— Къэбэрдей

и дзэр ӀулӀыкӀын

рудать согреться (о холодной жидкости).

-А псыр щӀыӀэӀуэщ, и дзэр ӀумылӀыкӀыу уемыфэ, -жриӀащ Ӏэминат ипхъу цӀыкӀум.— Ӏуащхьэмахуэ

дзэм ираджэн

рупризывать в армию.

дзэ фӀыцӀэ

руполчище.

Kitapta geçtiği hali

дзэ I 1. зуб (у человека, животных) / Шхыныр ирашхыу, ирагъэныщкӀуу дзэлым къыхэкӀ къупщхьэхэкӀ цӀыкӀухэр. Дзэр къэкӀын. Дзэр Ӏухун. 2. зуб, зубец (напр. пилы) / Дзэ щӀыкӀэу жьэдэха, дзэм ещхьу, щӀа гуэр. Пхъэхым и дзэр ӀущӀыкӀащ. 3. лезвие (ножа и т. п.) / ИрыпаупщӀӀауэ къагъэсэбэп гуэрым и жаныпӀэ. Сэм и дзэ. * ЗэкъуэшитӀрэ дзитӀ зэӀутрэ. (погов.) Дзэр зэрыгъэшхын скрежетать зубами; злиться. * ТекӀуэныгъэм зеубгъур, бийхэм я дзэр зэрагъэшх. Къэб. Дыгъужьыжьыр къэгузэвауэ и дзэхэр зэрегъэшх. фольк. Трам и дзэр зэригъэшхыу къыжьэдэкӀа псалъэхэр Аслъэн и тхьэкӀумэм къиӀуащ. Ӏуащхь. {И} дзэр зэтеуэн стучать зубами (от холода). * ЩӀалэ цӀыкӀур пӀыщӀати, и дзэр зэтеуэрт. фольк. Дзэр лъын злиться. * Мэжид къэкӀуауэ и дзэр елъри щысщ, занщӀэу узэӀуридзэнуи тхьэ щеӀуэж. Къ. Хь. Дзэр хуэлъын точить зубы на кого-л. Дзэр шын 1) набить оскомину (напр. кислыми яблоками). * {Иныжьым:} Мыр джэгукӀэ щӀагъуэщ, Си дзэр игъэшащ... фольк. 2) стесняться (сказать, сделать что-л.), не решаться на что-л. * Ӏуэхур зытетыр жесӀэнут щӀалэми, си дзэр мэш. Къэб. И дзэр ӀулӀыкӀын дать согреться (о холодной жидкости). * -А псыр щӀыӀэӀуэщ, и дзэр ӀумылӀыкӀыу уемыфэ, -жриӀащ Ӏэминат ипхъу цӀыкӀум. Ӏуащхь. II войско / Зауэ хуэӀухуэщӀэм хуэгъэхьэзыра, хузэщӀэузэда и къарухэр. * Хъаным и дзэр унэ къэсыху цӀыху плӀырыплӀу къуажэм ятриугуэшащ. Н. Ш. Зым тӀур и дзэщ. (погов.) Дзэм ираджэн призывать в армию. Дзэ фӀыцӀэ полчище.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. Шхыныр ирашхыу, ирагъэныщкӀуу дзэлым къыхэкӀ къупщхьэхэкӀ цӀыкӀухэр. –64.

Дыщэдзэ зыӀутым автомат дзакъэкӀэ йоуэри хьэдэм и дзэр Ӏуеуд [Сентрал].— Нал къута, 287

+2 örnek

Молэм и дзэ гъуэжь хъуахэм дзэкугъуанэ куэд яӀэти, жьы къыжьэдэкӀыр пхуэмышэчыну мэ Ӏейт, арщхьэкӀэ, Ӏузизэ и щхьэр иримыхьэкӀыу молэр зригъапщэрт— Хъуэпсэгъуэ нур, 69

[Дэфэрэдж:] СыныщӀыхьэ хъуну сыт жиӀэу къызэмыупщӀу бжэр зэрыӀусхыу унэм къыщӀэбэкъуащ, и дзэлыфэр тӀарэ и дзэ пӀащэу шым и дзэм нэхърэ зыкӀи мынэхъ цӀыкӀур сигъэлъагъуу, и нэри тӀэкӀу щӀиукъуанцӀэу.— Лъапсэ, 63

2. ИрыпаупщӀӀауэ къагъэсэбэп гуэрым и жаныпӀэ. –85.

Къулейсызхэм якӀэрыщӀар къамэ бгъуфӀэт, къамэр уфэкъарэ къамэдзэр щыплъагъу щыӀэу, абы я къамэр нартыху жэпкъ ирыпаупщӀми, чы ираухъуэнщӀми, дзагуэ ящӀат— Хъуэпсэгъуэ нур, 84

+2 örnek

Я къамэм и дзитӀым я щӀыбагъ зэхуэгъэзащ— Нал къута, 296

Сэ си шэмэджыр мывэ хуэзэм, Щтаучу мафӀэр пегъэлъэлъ, Дзэр къыӀуигуамэ, соуӀужри Аргъынэ мэхъур си гухэлъ.— Мэкъуауэ. «Дамыгъэ», 233

Deyimler (2)

дзэр хуэлъын

Зыгуэрым хузэгуэпын, гужьгъэжь хуиӀэн.

Куэд щӀауэ, и гур мызагъэу, Ди бийм къытхуелъыр дэ и дзэр, Лъы игъэжэну и гугъэу И Сэм ар епхъуэу къыщӀедзэр.— Куэд щӀауэ, и гур мызагъэу. «Бгы лъапэхэм деж», 47

+1 örnek

Куэд щӀауэ абы и дзэр къытхуалъ.— Нал къута, 284

[и] дзэр шын

1. Дзыхь, мыщӀын, темыгушхуэн. –118.

Асэтин джыназым и пащхьэ илъ цы тӀэкӀур къищтэри, щымэхъэшапэми, и гуфӀакӀэм дилъхьэнут, ауэ зыгуэркӀэ и дзэр шыри къыщищтам деж игъэтӀылъыжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 117

+2 örnek

Мысост къызэтричт и бампӀэр къыжиӀэну, арщхьэкӀэ зыкъомкӀи и дзэ шырт: къэзгъэгубжьмэ, гуур къызамытынкӀэ хъунщ, жиӀэу.— Щынэхужьыкъуэ, 17

Езы Къазджэрий и дзэ мышу къанэртэкъым: мыбы хуэдэу Къэбэрдейм ӀуэхукӀэ къысхуеину къакӀуэу Инал сыкъищӀэмэ, и гуапэ хъункъым, гурыщхъуэ къысхуищӀынщ, жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 620

2. УкӀытэн.

Думэсарэ жиӀэм зэзэмызэ и дзэ шыуэ еувалӀэми, партым и унафэр Астемыр дежкӀи унафэт, имыгъэзэщӀэу хъуртэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 628

+1 örnek

Езы мэжджытыр дахащэу ящӀа къудейт, и дзэ мышу хэт къеуэфынт, уеуэу пкъути хъунутэкъым.— Кхъэлэгъунэ, 378

Atasözleri (1)

насып уимыӀэмэ, хъудырым уи дзэр ӀуещӀыкӀ

Еплъ: насып

Зауэ хуэӀухуэщӀэм хуагъэхьэзыра, хузэщӀэуда къарухэр.

ЩӀытӀым итри исри бомбэкӀэ хьэбэсабэ ящӀа нэужь, Къэрэмырзэ и дзэр шым епсыхщ, я къамэ, я сэшхуэ, нэгъуэщӀ къехьэлъэкӀын илъэпкъыр зыкӀэрахауэ, ныбапхъэкӀэ пщыурэ, бий ундэрэщхъуам гу къылъамытэу, йопщылӀэри, сигнал зэредгъэлъагъуу, зыкъаӀэтри зы напӀэзыпӀэм бийм я быдапӀэм тоуэри топышэмрэ бомбэмрэ къелар зэтраукӀэри къалэр къащтэ.— Лыгъэ, 410

+2 örnek

Щамым къатеуа дзэри зэтриӀущӀауэ Бейбарс къыщигъэзэжым, къалэм къызэрыдыхьэжу, куэбжэшхуэ Баб Ан-Нэср фӀащауэ хуащӀати, куэбжэ дахэмкӀэ къыдыхьэжащ.— Лъапсэ, 101

Долэт мэжджытым къыщипсэлъауэ щытар нобэ къехъулӀащ: жылэ къызэхуэсар зэрызехьэу Щэрданхэ я унэм ешэ, дзэ иришэжьауэ зауэм Ӏуишэ хуэдэу, жэрыжэу здэжэм унафэ мыщхьэпэр ищӀу: - ФынакӀуэ, маржэ!— Хъуэпсэгъуэ нур, 254

Deyimler (1)

дзэ фӀыцӀэ

Бжыгъэншэ биидзэ, дзэшхуэ.

ЕкӀэ ди щӀым бийр къихьати, Сталин ди адэр къыдэджащ: «Си щӀалэфӀхэ, Ӏэщэр къафщтэ, Бий дзэ фӀыцӀэр къыттеуащ». – Ей, ди шухэ, шым фышэсхэ, Сталин жиӀэр зэхэфхам.— Дэ ди шухэр. «Шум и гъуэгу», 41

Kitapta geçtiği hali

ДЗЭ I (24). 1. (9). Шхыныр ирашхыу, ирагъэныщкӀуу дзэлым къыхэкӀ къупщхьэхэкӀ цӀыкӀухэр. Дыщэдзэ зыӀутым автомат дзакъэкӀэ йоуэри хьэдэм и дзэр Ӏуеуд [Сентрал]. Нал къута, 287. Молэм и дзэ гъуэжь хъуахэм дзэкугъуанэ куэд яӀэти, жьы къыжьэдэкӀыр пхуэмышэчыну мэ Ӏейт, арщхьэкӀэ, Ӏузизэ и щхьэр иримыхьэкӀыу молэр зригъапщэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 69. [Дэфэрэдж:] СыныщӀыхьэ хъуну сыт жиӀэу къызэмыупщӀу бжэр зэрыӀусхыу унэм къыщӀэбэкъуащ, и дзэлыфэр тӀарэ и дзэ пӀащэу шым и дзэм нэхърэ зыкӀи мынэхъ цӀыкӀур сигъэлъагъуу, и нэри тӀэкӀу щӀиукъуанцӀэу. Лъапсэ, 63–64. 2. (15). ИрыпаупщӀӀауэ къагъэсэбэп гуэрым и жаныпӀэ. Къулейсызхэм якӀэрыщӀар къамэ бгъуфӀэт, къамэр уфэкъарэ къамэдзэр щыплъагъу щыӀэу, абы я къамэр нартыху жэпкъ ирыпаупщӀми, чы ираухъуэнщӀми, дзагуэ ящӀат. Хъуэпсэгъуэ нур, 84–85. Я къамэм и дзитӀым я щӀыбагъ зэхуэгъэзащ… Нал къута, 296. Сэ си шэмэджыр мывэ хуэзэм, Щтаучу мафӀэр пегъэлъэлъ, Дзэр къыӀуигуамэ, соуӀужри Аргъынэ мэхъур си гухэлъ. Мэкъуауэ. «Дамыгъэ», 233. ◊ Дзэр хуэлъын (3). Зыгуэрым хузэгуэпын, гужьгъэжь хуиӀэн. Куэд щӀауэ, и гур мызагъэу, Ди бийм къытхуелъыр дэ и дзэр, Лъы игъэжэну и гугъэу И Сэм ар епхъуэу къыщӀедзэр. Куэд щӀауэ, и гур мызагъэу. «Бгы лъапэхэм деж», 47. Куэд щӀауэ абы и дзэр къытхуалъ. Нал къута, 284. [И] дзэр шын (17). 1. (12). Дзыхь, мыщӀын, темыгушхуэн. Асэтин джыназым и пащхьэ илъ цы тӀэкӀур къищтэри, щымэхъэшапэми, и гуфӀакӀэм дилъхьэнут, ауэ зыгуэркӀэ и дзэр шыри къыщищтам деж игъэтӀылъыжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 117–118. Мысост къызэтричт и бампӀэр къыжиӀэну, арщхьэкӀэ зыкъомкӀи и дзэ шырт: къэзгъэгубжьмэ, гуур къызамытынкӀэ хъунщ, жиӀэу. Щынэхужьыкъуэ, 17. Езы Къазджэрий и дзэ мышу къанэртэкъым: мыбы хуэдэу Къэбэрдейм ӀуэхукӀэ къысхуеину къакӀуэу Инал сыкъищӀэмэ, и гуапэ хъункъым, гурыщхъуэ къысхуищӀынщ, жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 620. 2. (5). УкӀытэн. Думэсарэ жиӀэм зэзэмызэ и дзэ шыуэ еувалӀэми, партым и унафэр Астемыр дежкӀи унафэт, имыгъэзэщӀэу хъуртэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 628. Езы мэжджытыр дахащэу ящӀа къудейт, и дзэ мышу хэт къеуэфынт, уеуэу пкъути хъунутэкъым. Кхъэлэгъунэ, 378. ☐ Насып уимыӀэмэ, хъудырым уи дзэр ӀуещӀыкӀ (2). Еплъ насып.

ДЗЭ II (210). Зауэ хуэӀухуэщӀэм хуагъэхьэзыра, хузэщӀэуда къарухэр. ЩӀытӀым итри исри бомбэкӀэ хьэбэсабэ ящӀа нэужь, Къэрэмырзэ и дзэр шым епсыхщ, я къамэ, я сэшхуэ, нэгъуэщӀ къехьэлъэкӀын илъэпкъыр зыкӀэрахауэ, ныбапхъэкӀэ пщыурэ, бий ундэрэщхъуам гу къылъамытэу, йопщылӀэри, сигнал зэредгъэлъагъуу, зыкъаӀэтри зы напӀэзыпӀэм бийм я быдапӀэм тоуэри топышэмрэ бомбэмрэ къелар зэтраукӀэри къалэр къащтэ. Лыгъэ, 410. Щамым къатеуа дзэри зэтриӀущӀауэ Бейбарс къыщигъэзэжым, къалэм къызэрыдыхьэжу, куэбжэшхуэ Баб Ан-Нэср фӀащауэ хуащӀати, куэбжэ дахэмкӀэ къыдыхьэжащ. Лъапсэ, 101. Долэт мэжджытым къыщипсэлъауэ щытар нобэ къехъулӀащ: жылэ къызэхуэсар зэрызехьэу Щэрданхэ я унэм ешэ, дзэ иришэжьауэ зауэм Ӏуишэ хуэдэу, жэрыжэу здэжэм унафэ мыщхьэпэр ищӀу: - ФынакӀуэ, маржэ! Хъуэпсэгъуэ нур, 254. ◊ Дзэ фӀыцӀэ (2). Бжыгъэншэ биидзэ, дзэшхуэ. ЕкӀэ ди щӀым бийр къихьати, Сталин ди адэр къыдэджащ: «Си щӀалэфӀхэ, Ӏэщэр къафщтэ, Бий дзэ фӀыцӀэр къыттеуащ». – Ей, ди шухэ, шым фышэсхэ, Сталин жиӀэр зэхэфхам. Дэ ди шухэр. «Шум и гъуэгу», 41.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

diş orduaskerlik

Düzeltme Öner

дзэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.