гъунэгъу

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

yakınyakın yer; hısım
Ortakблагъэгъунэгъу
yakınyakın yer; komşu; sınırdaş
Ortakгъунэгъублагъэ
Kitapta geçtiği hali

БЛАГЪЭ, ГЪУНЭГЪУ; YAKIN (~ yer; hısım)

ГЪУНЭГЪУ; БЛАГЪЭ; YAKIN (~ yer; komşu; sınırdaş)

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Ппэмыжыжьэу щыс, щыпсэу.

русосед, соседка

Сымаджэм щӀэупщӀэну гъунэгъухэр къожэкӀ, благъэхэри зэхуос.— Шортэн Аскэрбий

+1 örnek

Гъунэгъу зыгъэпудым пудыгъэ къылъос.— Псалъэжьхэр

Мыжыжьэ, благъэ.

русоседний; ближайший, близкий

Къуажэ гъунэгъухэм къикӀыурэ сымаджэхэр къысхуэкӀуэу хуожьэ.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр

+1 örnek

МафӀэм и гъунэгъу лыр мажьэ.— Псалъэжьхэр

Bu maddedeki ifadeler (2)

гъунэгъу зыхуэщӀын

ру1) приблизиться к кому-л. 2) сблизиться с кем-л.; сродниться с кем-л.

гъунэгъу къэхъун

руприближаться.

Топ уэ макъхэр нэхъ гъунэгъу къэхъуащ.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ

+1 örnek

МафӀэгур псынщӀэу къажэрт, кӀуэтэху нэхъ гъунэгъу къэхъуу.— Ӏуащхьэмахуэ

Kitapta geçtiği hali

гъунэгъу I сосед, соседка / Ппэмыжыжьэу щыс, щыпсэу. * Сымаджэм щӀэупщӀэну гъунэгъухэр къожэкӀ, благъэхэри зэхуос. Ш. А. Гъунэгъу зыгъэпудым пудыгъэ къылъос. (погов.) II соседний; ближайший, близкий / Мыжыжьэ, благъэ. * Къуажэ гъунэгъухэм къикӀыурэ сымаджэхэр къысхуэкӀуэу хуожьэ. Хь. Хь. МафӀэм и гъунэгъу лыр мажьэ. (погов.) Гъунэгъу зыхуэщӀын 1) приблизиться к кому-л. 2) сблизиться с кем-л.; сродниться с кем-л. Гъунэгъу къэхъун приближаться. * Топ уэ макъхэр нэхъ гъунэгъу къэхъуащ. Къ. Хь. МафӀэгур псынщӀэу къажэрт, кӀуэтэху нэхъ гъунэгъу къэхъуу. Ӏуащхь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Ппэмыжыжьэу щысыр, щыпсэур.

Сыдэплъеймэ, мазэ къухьэр Гъунэгъу Ӏыхьэу къысхуахьащ.— Тенджызым дыщхьэщыту. «Батырыбжьэ», 51

+1 örnek

Сосрыкъуэ бэрэбанэм щемыуэ куэдрэ къэхъурт, щеуэм дежи и гъунэгъум я дежкӀэ зигъазэрэ зыгуэр щыжиӀэ щыӀэт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 581

Deyimler (1)

гъунэгъуи-жэрэгъуи

ГъунэгъугъэкӀэ, ныбжьэгъугъэкӀэ узыпыщӀахэр.

Гъунэгъуи жэрэгъуи къэнакъым къэмыкӀуа.— Хъуэпсэгъуэ нур, 194

+1 örnek

Дадэм жиӀэр пэжт. И шкӀащӀэ зекӀуэкӀэмкӀи гурыӀуэгъуэт ар жыжьэ зэрымыкӀуэфынури, сеупщӀащ: – БгъэкӀуэн гъунэгъуи жэрэгъуи уиӀэкъэ?— МелыӀыч, 446

Atasözleri (3)

гъунэгъурэ гъуэншэджрэ

АтӀуми зэхуэдэу ухуейщ, ахэр уимыӀэу упсэуфынукъым жыхуиӀэщ.

Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ щыжаӀа махуэр Щхьэлмывэкъуэм къахуэкӀуауэ гузэвэгъуэр ятелът— Хъуэпсэгъуэ нур, 287

+1 örnek

Шаукэт къэнэщхъеящ. Хэт и гугъэнт, аргъуейм абы хуэдиз бэлыхь къадыр хигъэтыну. «Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ» жиӀащ пасэрейм, уи гъунэгъу бгъэгумэщӀэныр гуэныхьу къыщӀэкӀынщ.— Аргъуей, 388

къуэш егъу нэхърэ гъунэгъуфӀ

Еплъ: къуэш

унэ щӀын япэ гъунэгъу

Еплъ: унэ

Мыжыжьэ, благъэ.

Нурхьэлий зэгуэудмэ, абы и къупщхьэ къыптехуэнкъэ, е Ӏугъуэ къыбжьэхихуэнкъэ, жиӀэу гузавэрт арщхьэкӀэ Нурхьэлий гъунэгъу дыдэу бгъэдэтхэр щымышынэкӀэ, Сарими щӀэшынэн щыӀэтэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 154

+2 örnek

Аргуэру фий макъ къэӀуащ гъунэгъу дыдэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 298

Бгым дэкӀ гъуэгур нашэкъашэщ, ЩхьэщыхупӀэхэр гъунэгъущ, Вы пэхуитӀыр увыӀами, Гур гъэпсынщӀэ, си ныбжьэгъу.— Бгым дэкӀ гъуэгу. «Батырыбжьэ», 38

Deyimler (3)

гъунэгъу зыкъэщӀын

Зыгуэрым мыжыжьэ, благъэ зыхуэщӀын.

Нэхъ ищӀыбагъымкӀэ жыжьэу щысхэм гъунэгъу зыкъащӀащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 607

гъунэгъу зыкъыхуэщӀын

Жьыр ди щӀыбагъымкӀэ къепщэрти, шу къомым къагъэхъея сабэр пшагъуэ гуэрэным хуэдэу япэм ит защӀэщи, нэхъ дыкъамылъагъуурэ гъунэгъу захуэтщӀынщ, жиӀэу Къэрэмырзэ ар и гурыфӀыгъуэщ, щӀэгузавэ куэд щыӀэ пэтми.— Лъапсэ, 411

+2 örnek

Ар зэхигъэкӀыну хадапхэмкӀэ кӀуэри [Астемыр] и Ӏэр псыӀэрышэм щитхьэщӀащ, псы щӀыӀэкӀэ и нэкӀури итхьэщӀри, фӀэмыӀуэху хуэдэурэ бжыхьым гъунэгъу зыхуищӀмэ – Нурхьэлий бошкӀэ гъурыжь гуэр игъэджэрэзэурэ жыг хадэмкӀэ егъажэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 234

И щӀакхъуэ гъур бзыгъэр хуэмышхыу, Дэфэрэдж нэхъ гъунэгъу зыкъыхуищӀауэ щытт Гуащэ, щӀалэ цӀыкӀум япэ дыдэ къедэхэщӀа хъыджэбзу сидаси хъарзынэ хъуну фэ зытетыр.— Лъапсэ, 34

Еплъ: гъунэгъу зыкъэщӀын

гъунэгъу (къэ) хъун

Зыгуэр мыжыжьэу къыбгъэдыхьэн, благъэ хуэхъун.

«Линкольн» машинэр гъунэгъу къызэрыхъуу, «сархъ» жиӀэу къэувыӀащ, бахъэр кърихуу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 526

+2 örnek

Сэнтхым тетурэ здэкӀуэм, кӀуэ пэтми нэхъ щӀыӀэ, нэхъ жьапщэ хъурт, уэс зытелъ къуршыщхьэр гъунэгъу зэрыхъум гу лъыптэу.— Лъапсэ, 68

Машинэ Ӏэуэлъауэр гъунэгъу дыдэ мэхъу, бжэми кӀэрахъуэ лъэдакъэкӀэ зыгуэр къоуӀу.— Щынэхужьыкъуэ, 66

Atasözleri (2)

мафӀэм и гъунэгъу лыр нэхъ псынщӀэу мажьэ

Еплъ: мафӀэ

мафӀэм и гъунэгъу лыр нэхъапэ мажьэ

Еплъ: мафӀэ

Kitapta geçtiği hali

ГЪУНЭГЪУ I (137). Ппэмыжыжьэу щысыр, щыпсэур. Сыдэплъеймэ, мазэ къухьэр Гъунэгъу Ӏыхьэу къысхуахьащ. Тенджызым дыщхьэщыту. «Батырыбжьэ», 51. Сосрыкъуэ бэрэбанэм щемыуэ куэдрэ къэхъурт, щеуэм дежи и гъунэгъум я дежкӀэ зигъазэрэ зыгуэр щыжиӀэ щыӀэт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 581. ◊ Гъунэгъуи-жэрэгъуи (2). ГъунэгъугъэкӀэ, ныбжьэгъугъэкӀэ узыпыщӀахэр. Гъунэгъуи жэрэгъуи къэнакъым къэмыкӀуа. Хъуэпсэгъуэ нур, 194. Дадэм жиӀэр пэжт. И шкӀащӀэ зекӀуэкӀэмкӀи гурыӀуэгъуэт ар жыжьэ зэрымыкӀуэфынури, сеупщӀащ: – БгъэкӀуэн гъунэгъуи жэрэгъуи уиӀэкъэ? МелыӀыч, 446. ☐ Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ (3). АтӀуми зэхуэдэу ухуейщ, ахэр уимыӀэу упсэуфынукъым жыхуиӀэщ. Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ щыжаӀа махуэр Щхьэлмывэкъуэм къахуэкӀуауэ гузэвэгъуэр ятелът. Хъуэпсэгъуэ нур, 287. Шаукэт къэнэщхъеящ. Хэт и гугъэнт, аргъуейм абы хуэдиз бэлыхь къадыр хигъэтыну. «Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ» жиӀащ пасэрейм, уи гъунэгъу бгъэгумэщӀэныр гуэныхьу къыщӀэкӀынщ. Аргъуей, 388. Къуэш егъу нэхърэ гъунэгъуфӀ (3). Еплъ къуэш. Унэ щӀын япэ гъунэгъу (1). Еплъ унэ.

ГЪУНЭГЪУ II (47). плъыф. Мыжыжьэ, благъэ. Нурхьэлий зэгуэудмэ, абы и къупщхьэ къыптехуэнкъэ, е Ӏугъуэ къыбжьэхихуэнкъэ, жиӀэу гузавэрт арщхьэкӀэ Нурхьэлий гъунэгъу дыдэу бгъэдэтхэр щымышынэкӀэ, Сарими щӀэшынэн щыӀэтэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 154. Аргуэру фий макъ къэӀуащ гъунэгъу дыдэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 298. Бгым дэкӀ гъуэгур нашэкъашэщ, ЩхьэщыхупӀэхэр гъунэгъущ, Вы пэхуитӀыр увыӀами, Гур гъэпсынщӀэ, си ныбжьэгъу. Бгым дэкӀ гъуэгу. «Батырыбжьэ», 38. ◊ Гъунэгъу зыкъэщӀын (10). Зыгуэрым мыжыжьэ, благъэ зыхуэщӀын. Нэхъ ищӀыбагъымкӀэ жыжьэу щысхэм гъунэгъу зыкъащӀащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 607. Гъунэгъу зыкъыхуэщӀын (5). Еплъ гъунэгъу зыкъэщӀын. Жьыр ди щӀыбагъымкӀэ къепщэрти, шу къомым къагъэхъея сабэр пшагъуэ гуэрэным хуэдэу япэм ит защӀэщи, нэхъ дыкъамылъагъуурэ гъунэгъу захуэтщӀынщ, жиӀэу Къэрэмырзэ ар и гурыфӀыгъуэщ, щӀэгузавэ куэд щыӀэ пэтми. Лъапсэ, 411. Ар зэхигъэкӀыну хадапхэмкӀэ кӀуэри [Астемыр] и Ӏэр псыӀэрышэм щитхьэщӀащ, псы щӀыӀэкӀэ и нэкӀури итхьэщӀри, фӀэмыӀуэху хуэдэурэ бжыхьым гъунэгъу зыхуищӀмэ – Нурхьэлий бошкӀэ гъурыжь гуэр игъэджэрэзэурэ жыг хадэмкӀэ егъажэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 234. И щӀакхъуэ гъур бзыгъэр хуэмышхыу, Дэфэрэдж нэхъ гъунэгъу зыкъыхуищӀауэ щытт Гуащэ, щӀалэ цӀыкӀум япэ дыдэ къедэхэщӀа хъыджэбзу сидаси хъарзынэ хъуну фэ зытетыр. Лъапсэ, 34. Гъунэгъу (къэ) хъун (11). Зыгуэр мыжыжьэу къыбгъэдыхьэн, благъэ хуэхъун. «Линкольн» машинэр гъунэгъу къызэрыхъуу, «сархъ» жиӀэу къэувыӀащ, бахъэр кърихуу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 526. Сэнтхым тетурэ здэкӀуэм, кӀуэ пэтми нэхъ щӀыӀэ, нэхъ жьапщэ хъурт, уэс зытелъ къуршыщхьэр гъунэгъу зэрыхъум гу лъыптэу. Лъапсэ, 68. Машинэ Ӏэуэлъауэр гъунэгъу дыдэ мэхъу, бжэми кӀэрахъуэ лъэдакъэкӀэ зыгуэр къоуӀу. Щынэхужьыкъуэ, 66. ☐ МафӀэм и гъунэгъу лыр нэхъ псынщӀэу мажьэ (1). Еплъ мафӀэ. МафӀэм и гъунэгъу лыр нэхъапэ мажьэ (1). Еплъ мафӀэ.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

komşu yakın yakınca yakin

Düzeltme Öner

гъунэгъу
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.