гъунэгъу зыкъэщӀын

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

гъунэгъу

Мыжыжьэ, благъэ.

Нурхьэлий зэгуэудмэ, абы и къупщхьэ къыптехуэнкъэ, е Ӏугъуэ къыбжьэхихуэнкъэ, жиӀэу гузавэрт арщхьэкӀэ Нурхьэлий гъунэгъу дыдэу бгъэдэтхэр щымышынэкӀэ, Сарими щӀэшынэн щыӀэтэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 154

+2 örnek

Аргуэру фий макъ къэӀуащ гъунэгъу дыдэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 298

Бгым дэкӀ гъуэгур нашэкъашэщ, ЩхьэщыхупӀэхэр гъунэгъущ, Вы пэхуитӀыр увыӀами, Гур гъэпсынщӀэ, си ныбжьэгъу.— Бгым дэкӀ гъуэгу. «Батырыбжьэ», 38

Deyimler (3)

гъунэгъу зыкъэщӀын

Зыгуэрым мыжыжьэ, благъэ зыхуэщӀын.

Нэхъ ищӀыбагъымкӀэ жыжьэу щысхэм гъунэгъу зыкъащӀащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 607

гъунэгъу зыкъыхуэщӀын

Жьыр ди щӀыбагъымкӀэ къепщэрти, шу къомым къагъэхъея сабэр пшагъуэ гуэрэным хуэдэу япэм ит защӀэщи, нэхъ дыкъамылъагъуурэ гъунэгъу захуэтщӀынщ, жиӀэу Къэрэмырзэ ар и гурыфӀыгъуэщ, щӀэгузавэ куэд щыӀэ пэтми.— Лъапсэ, 411

+2 örnek

Ар зэхигъэкӀыну хадапхэмкӀэ кӀуэри [Астемыр] и Ӏэр псыӀэрышэм щитхьэщӀащ, псы щӀыӀэкӀэ и нэкӀури итхьэщӀри, фӀэмыӀуэху хуэдэурэ бжыхьым гъунэгъу зыхуищӀмэ – Нурхьэлий бошкӀэ гъурыжь гуэр игъэджэрэзэурэ жыг хадэмкӀэ егъажэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 234

И щӀакхъуэ гъур бзыгъэр хуэмышхыу, Дэфэрэдж нэхъ гъунэгъу зыкъыхуищӀауэ щытт Гуащэ, щӀалэ цӀыкӀум япэ дыдэ къедэхэщӀа хъыджэбзу сидаси хъарзынэ хъуну фэ зытетыр.— Лъапсэ, 34

Еплъ: гъунэгъу зыкъэщӀын

гъунэгъу (къэ) хъун

Зыгуэр мыжыжьэу къыбгъэдыхьэн, благъэ хуэхъун.

«Линкольн» машинэр гъунэгъу къызэрыхъуу, «сархъ» жиӀэу къэувыӀащ, бахъэр кърихуу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 526

+2 örnek

Сэнтхым тетурэ здэкӀуэм, кӀуэ пэтми нэхъ щӀыӀэ, нэхъ жьапщэ хъурт, уэс зытелъ къуршыщхьэр гъунэгъу зэрыхъум гу лъыптэу.— Лъапсэ, 68

Машинэ Ӏэуэлъауэр гъунэгъу дыдэ мэхъу, бжэми кӀэрахъуэ лъэдакъэкӀэ зыгуэр къоуӀу.— Щынэхужьыкъуэ, 66

Atasözleri (2)

мафӀэм и гъунэгъу лыр нэхъ псынщӀэу мажьэ

Еплъ: мафӀэ

мафӀэм и гъунэгъу лыр нэхъапэ мажьэ

Еплъ: мафӀэ

Kitapta geçtiği hali

ГЪУНЭГЪУ II (47). плъыф. Мыжыжьэ, благъэ. Нурхьэлий зэгуэудмэ, абы и къупщхьэ къыптехуэнкъэ, е Ӏугъуэ къыбжьэхихуэнкъэ, жиӀэу гузавэрт арщхьэкӀэ Нурхьэлий гъунэгъу дыдэу бгъэдэтхэр щымышынэкӀэ, Сарими щӀэшынэн щыӀэтэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 154. Аргуэру фий макъ къэӀуащ гъунэгъу дыдэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 298. Бгым дэкӀ гъуэгур нашэкъашэщ, ЩхьэщыхупӀэхэр гъунэгъущ, Вы пэхуитӀыр увыӀами, Гур гъэпсынщӀэ, си ныбжьэгъу. Бгым дэкӀ гъуэгу. «Батырыбжьэ», 38. ◊ Гъунэгъу зыкъэщӀын (10). Зыгуэрым мыжыжьэ, благъэ зыхуэщӀын. Нэхъ ищӀыбагъымкӀэ жыжьэу щысхэм гъунэгъу зыкъащӀащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 607. Гъунэгъу зыкъыхуэщӀын (5). Еплъ гъунэгъу зыкъэщӀын. Жьыр ди щӀыбагъымкӀэ къепщэрти, шу къомым къагъэхъея сабэр пшагъуэ гуэрэным хуэдэу япэм ит защӀэщи, нэхъ дыкъамылъагъуурэ гъунэгъу захуэтщӀынщ, жиӀэу Къэрэмырзэ ар и гурыфӀыгъуэщ, щӀэгузавэ куэд щыӀэ пэтми. Лъапсэ, 411. Ар зэхигъэкӀыну хадапхэмкӀэ кӀуэри [Астемыр] и Ӏэр псыӀэрышэм щитхьэщӀащ, псы щӀыӀэкӀэ и нэкӀури итхьэщӀри, фӀэмыӀуэху хуэдэурэ бжыхьым гъунэгъу зыхуищӀмэ – Нурхьэлий бошкӀэ гъурыжь гуэр игъэджэрэзэурэ жыг хадэмкӀэ егъажэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 234. И щӀакхъуэ гъур бзыгъэр хуэмышхыу, Дэфэрэдж нэхъ гъунэгъу зыкъыхуищӀауэ щытт Гуащэ, щӀалэ цӀыкӀум япэ дыдэ къедэхэщӀа хъыджэбзу сидаси хъарзынэ хъуну фэ зытетыр. Лъапсэ, 34. Гъунэгъу (къэ) хъун (11). Зыгуэр мыжыжьэу къыбгъэдыхьэн, благъэ хуэхъун. «Линкольн» машинэр гъунэгъу къызэрыхъуу, «сархъ» жиӀэу къэувыӀащ, бахъэр кърихуу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 526. Сэнтхым тетурэ здэкӀуэм, кӀуэ пэтми нэхъ щӀыӀэ, нэхъ жьапщэ хъурт, уэс зытелъ къуршыщхьэр гъунэгъу зэрыхъум гу лъыптэу. Лъапсэ, 68. Машинэ Ӏэуэлъауэр гъунэгъу дыдэ мэхъу, бжэми кӀэрахъуэ лъэдакъэкӀэ зыгуэр къоуӀу. Щынэхужьыкъуэ, 66. ☐ МафӀэм и гъунэгъу лыр нэхъ псынщӀэу мажьэ (1). Еплъ мафӀэ. МафӀэм и гъунэгъу лыр нэхъапэ мажьэ (1). Еплъ мафӀэ.

Düzeltme Öner

гъунэгъу зыкъэщӀын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.