бгъэдэтын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(бгъэдэтщ)

1. Зыгуэрым и гъунэгъуу щытын, жьэхэтын.

рустоять около кого-чего-л.

ЖьантӀэм дэтщ стӀолышхуэ, {абы} къэдабэ шэнт щабитӀ бгъэдэтщ.— Шортэн Аскэрбий

+1 örnek

Лалу Жансурэт бгъэдэту куэбжэм деж щытт.— Къэрмокъуэ Мухьэмэд

2. Зыгуэрым Ӏуэху гуэр хуиӀэн, Ӏуэху гуэр дэӀыгъын, зыгуэрым пыщӀауэ щытын.

руиметь отношение к кому-чему-л., связь с кем-чем-л.

Персиянхэмрэ тыркухэмрэ дипломатыгъэкӀэ уабгъэдэтыныр гугъут.— Шортэн Аскэрбий

Bu maddedeki ifadeler (5)

лэжьыгъэ бгъэдэтын

Еплъ: лэжьыгъэ

пэжкӀэ бгъэдэтын

Еплъ: пэж

пцӀыкӀэ бгъэдэтын

Еплъ: пцӀы

ӀэнатӀэ бгъэдэтын

Еплъ: ӀэнатӀэ

Ӏуэху бгъэдэтын

Еплъ: Ӏуэху

Kitapta geçtiği hali

бгъэдэтын (бгъэдэтщ) неперех. гл. 1. стоять около кого-чего-л. / Зыгуэрым и гъунэгъуу щытын, жьэхэтын. * ЖьантӀэм дэтщ стӀолышхуэ, {абы} къэдабэ шэнт щабитӀ бгъэдэтщ. Ш. А. Лалу Жансурэт бгъэдэту куэбжэм деж щытт. Къ. М. 2. переносное иметь отношение к кому-чему-л., связь с кем-чем-л. / Зыгуэрым Ӏуэху гуэр хуиӀэн, Ӏуэху гуэр дэӀыгъын, зыгуэрым пыщӀауэ щытын. * Персиянхэмрэ тыркухэмрэ дипломатыгъэкӀэ уабгъэдэтыныр гугъут. Ш. А. Лэжьыгъэ бгъэдэтын см. лэжьыгъэ. ПэжкӀэ бгъэдэтын см. пэж. ПцӀыкӀэ бгъэдэтын см. пцӀы. ӀэнатӀэ бгъэдэтын см. ӀэнатӀэ. Ӏуэху бгъэдэтын см. Ӏуэху.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(бгъэдэтщ)

1. Зыгуэрым и гъунэгъуу щытын.

Фыз Ӏэзэ Чачэ гъумэтӀымэу самэ ин гуэрым бгъэдэтт, и бостеикӀэр дэхьеяуэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 56

+2 örnek

Дорофеич бгъэдэту, Лу лъэкӀ къимыгъанэу музыкэм еуэрт, Инал зэдаӀуэр абы и закъуэ хуэдэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 584

Щэулэхъу Апчарэ бгъэдэту фӀалъэкӀэ щӀыр къреуд, зэзэмызи и нэ дахитӀыр къилыдыкӀыу мо къызэхуэсауэ щытхэм я дежкӀэ къоплъэкӀ.— Нал къута, 265

2. Зыгуэрым зы Ӏуэху гуэр хуиӀэн, зыгуэрым пыщӀауэ щытын, Ӏуэху гуэр дэӀыгъын.

Алыхьталэм цӀыхур зэхегъэкӀ, пэжрэ пцӀыкӀэ диным бгъэдэтыр зригъэщӀэну.— Хъуэпсэгъуэ нур, 240

+1 örnek

Сэлам узохыр поэтым – Поэзие лъапӀэм бгъэдэтым, Уэрэдхэр гуакӀуэу зыгъэӀум, Зи макъ гум фӀэфӀу дедаӀуэм.— Поэтым деж. «Шум и гъуэгу», 114

Kitapta geçtiği hali

БГЪЭДЭТЫН (бгъэдэтщ) лъэӀ. (42). 1. (35). Зыгуэрым и гъунэгъуу щытын. Фыз Ӏэзэ Чачэ гъумэтӀымэу самэ ин гуэрым бгъэдэтт, и бостеикӀэр дэхьеяуэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 56. Дорофеич бгъэдэту, Лу лъэкӀ къимыгъанэу музыкэм еуэрт, Инал зэдаӀуэр абы и закъуэ хуэдэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 584. Щэулэхъу Апчарэ бгъэдэту фӀалъэкӀэ щӀыр къреуд, зэзэмызи и нэ дахитӀыр къилыдыкӀыу мо къызэхуэсауэ щытхэм я дежкӀэ къоплъэкӀ. Нал къута, 265. 2. (7). Зыгуэрым зы Ӏуэху гуэр хуиӀэн, зыгуэрым пыщӀауэ щытын, Ӏуэху гуэр дэӀыгъын. Алыхьталэм цӀыхур зэхегъэкӀ, пэжрэ пцӀыкӀэ диным бгъэдэтыр зригъэщӀэну. Хъуэпсэгъуэ нур, 240. Сэлам узохыр поэтым – Поэзие лъапӀэм бгъэдэтым, Уэрэдхэр гуакӀуэу зыгъэӀум, Зи макъ гум фӀэфӀу дедаӀуэм. Поэтым деж. «Шум и гъуэгу», 114.

Düzeltme Öner

бгъэдэтын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.