пэж
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
пэж, шъыпкъэ/щыпкъэ; DOĞRU, GERÇEK
шъыпкъэ/щыпкъэ, пэж; DOĞRU (GERÇEK)
ХЬЭКЪ, ТХЬЭ, зафэ/захуэ, шъыпкъэ/ пэж; HAK
захуэ/зафэ, шъыпкъэ/пэж, ХЬЭКЪ; HAK (doğru, gerçek)
пэж/шъыпкъэ, зафэ/захуэ, ХЬЭКЪ; HAK (hakikat, doğru)
шъыпкъэ/пэж, зафэ/захуэ, ХЬЭКЪ; HAK (hakikat, doğru)
зафэ/захуэ, шъыпкъэ/пэж, ХЬЭКЪ; HAK (hakikat, doğru)
ЗЫТЕТЫМ ТЕТ, шъыпкъэ/щыпкъэ, пэж, шъыпкъагъ/щыпкъагъэ, пэжыгъэ, шъыпкъапӀэ/щыпкъапӀэ, пэжыпӀэ, зэрэщыт/зэрыщыт, РЕАЛЬНОСТ; REALİTE (olduğu gibi; gerçek; gerçeklik)
пэж, шъыпкъэ/щыпкъэ → ЗЫТЕТЫМ ТЕТ; REALİTE
шъыпкъэ/щыпкъэ, пэж → ЗЫТЕТЫМ ТЕТ; REALİTE
щыпкъэ/шъыпкъэ, пэж → ЗЫТЕТЫМ ТЕТ; REALİTE, DOĞRU, GERÇEK
Bu sonuç kitaptaki 11 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: зытетым тет
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Ӏуэхур зэрыщыт, зытет дыдэ, пцӀы зыхэмылъ, захуэ, тэмэм.
руправда, истина
Пэжыр гъуджэщ - сыт пкӀэрылъми, лей щӀымыгъуу укъищынщ.— Къэбэрдей поэзием и антологие
+1 örnek
Пэжым нэр ирещӀ.— Псалъэжьхэр
1. ПцӀы зыхэмылъ.
руправдивый, истинный
Хъыбар пэж.
2. Гурэ псэкӀэ зыгуэрым бгъэдэт, укъэзымыгъэпцӀэжын.
ручестный, верный, преданный
ЦӀыху пэж. Ныбжьэгъу пэж. Щхьэгъусэ пэж.
3. Тэмэм, зэрыщытын хуейм тет. Тэрэзэ пэж.
руточный, правильный, без отклонения
Сыхьэт пэж.
Bu maddedeki ifadeler (2)
пэжкӀэ бгъэдэтын
рубыть верным, преданным кому-л.
пэжкӀэ къыбгъэдэтын
пэжкӀэ бгъэдэтын
Kitapta geçtiği hali
пэж I правда, истина / Ӏуэхур зэрыщыт, зытет дыдэ, пцӀы зыхэмылъ, захуэ, тэмэм. * Пэжыр гъуджэщ - сыт пкӀэрылъми, лей щӀымыгъуу укъищынщ. Къэб. п. и ант. Пэжым нэр ирещӀ. (погов.) ПэжкӀэ бгъэдэтын быть верным, преданным кому-л. ПэжкӀэ къыбгъэдэтын = пэжкӀэ бгъэдэтын. II 1. правдивый, истинный / ПцӀы зыхэмылъ. Хъыбар пэж. 2. честный, верный, преданный / Гурэ псэкӀэ зыгуэрым бгъэдэт, укъэзымыгъэпцӀэжын. ЦӀыху пэж. Ныбжьэгъу пэж. Щхьэгъусэ пэж. 3. точный, правильный, без отклонения / Тэмэм, зэрыщытын хуейм тет. Тэрэзэ пэж. Сыхьэт пэж.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Ӏуэхур зэрыщыт, зытет дыдэ, пцӀы зыхэмылъ, захуэ, тэмэм.
Пэжыр, напэр, хабзэр хьэсэпэ бжыхькъым, мывэ сэрейкӀэ къэпщӀыхьами, зэхамыутэу пхуэхъумэн?— Хьэсэпэхъумэ, 418
+2 örnek
Мэзан пэж зэрыжиӀэр ӀупщӀ ищӀу асыхьэтым Джэлил Ӏуащ, хьэблэм дэсыр къызэщӀигъэсту— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 482
Пэжыр кӀэлошым ещхьщ: щӀэмэ – зыбохьэ, жьы хъуамэ – хыфӀыбодзэж.— Лъапсэ, 98
Deyimler (4)
пэжкӀэ бгъэдэтын
Зыгуэрым хуэпэжу щытын.
[Долэт зэӀущӀэм яжриӀэу:] Советскэм пэжкӀэ бгъэдэтрэ щӀэгъэкъуэн хуэхъур дэращи…— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 649
пэжкӀэ псэун
Хьэрэмыгъэ хэмылъу, пцӀы имыупсу щытын.
Гъэ къэскӀэ Дэрдэхь къуажэр зэрыкъуажэу къелъэӀурти, хьэсэпэхъумэу ягъэувырт, «уцӀыху хьэрэмыншэщ, пэжкӀэ уопсэу» жаӀэрти…— Хьэсэпэхъумэ, 417
+1 örnek
ПэжкӀэ псэуа хъуну къызыфӀэщӀым Ботэх яхэтакъым икӀи яхэткъым.— Лъапсэ, 98
пэжкӀэ цӀыхум хэтын
ЦӀыхухэм тэмэму хэтын, пцӀы хэмылъын и дуней тетыкӀэм.
[Къэзмай Къазджэрий жриӀэу:] ПэжкӀэ цӀыхум ухэтащ, лей зепхьакъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 622
+1 örnek
Езыр пэжкӀэ цӀыхум яхэту псоми къафӀигъэщӀт, уеблэм лӀаӀамэ, езыр (Яфет) урыс пэтми, жэназым кӀуэрти дыуэ ядищӀырт.— Нэгъуху, 49
дунейм пэжкӀэ тетын
Еплъ: дуней
1. ПцӀы зыхэмылъ
Дзэлыкъуэ зауэм зэрыхэтам папщӀэ Елдар и адэр зэрагъэкӀуэдар псоми ящӀэми, и адэм и хъыбар пэж нобэ фӀэкӀа Елдар зэхихыжатэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 204
+2 örnek
Нэхущым Лу къызэщыуащ, Къазджэрий и псалъэр и гум къинат: «цӀыхур уеуэрэ букӀ нэхърэ псалъэ пэжкӀэ къэбгъэшынэм нэхъ акъыли нэхъ лӀыгъи хэлъщ» жиӀэу— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 610
Ди лъэгагъым къыщӀэхъуэпсу Ахэр къокӀуэ дэ дияужькӀэ, Ди Ӏуэху пэжыр я гунэсу ЕузэщӀыр ди нып плъыжьым— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 58
2. Гурэ псэкӀэ зыгуэрым бгъэдэт, укъэзымыгъэпцӀэжын.
[Степан Ильич Инал жриӀэу:] Мэтхъэныр жыпӀэрэ – сэ си фӀэщ мэхъу ар зэрыцӀыху пэжыр.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 529
Kitapta geçtiği hali
ПЭЖ I (37). Ӏуэхур зэрыщыт, зытет дыдэ, пцӀы зыхэмылъ, захуэ, тэмэм. Пэжыр, напэр, хабзэр хьэсэпэ бжыхькъым, мывэ сэрейкӀэ къэпщӀыхьами, зэхамыутэу пхуэхъумэн? Хьэсэпэхъумэ, 418. Мэзан пэж зэрыжиӀэр ӀупщӀ ищӀу асыхьэтым Джэлил Ӏуащ, хьэблэм дэсыр къызэщӀигъэсту. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 482. Пэжыр кӀэлошым ещхьщ: щӀэмэ – зыбохьэ, жьы хъуамэ – хыфӀыбодзэж. Лъапсэ, 98. ◊ ПэжкӀэ бгъэдэтын (1). Зыгуэрым хуэпэжу щытын. [Долэт зэӀущӀэм яжриӀэу:] Советскэм пэжкӀэ бгъэдэтрэ щӀэгъэкъуэн хуэхъур дэращи… Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 649. ПэжкӀэ псэун (2). Хьэрэмыгъэ хэмылъу, пцӀы имыупсу щытын. Гъэ къэскӀэ Дэрдэхь къуажэр зэрыкъуажэу къелъэӀурти, хьэсэпэхъумэу ягъэувырт, «уцӀыху хьэрэмыншэщ, пэжкӀэ уопсэу» жаӀэрти…Хьэсэпэхъумэ, 417. ПэжкӀэ псэуа хъуну къызыфӀэщӀым Ботэх яхэтакъым икӀи яхэткъым. Лъапсэ, 98. ПэжкӀэ цӀыхум хэтын (2). ЦӀыхухэм тэмэму хэтын, пцӀы хэмылъын и дуней тетыкӀэм. [Къэзмай Къазджэрий жриӀэу:] ПэжкӀэ цӀыхум ухэтащ, лей зепхьакъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 622. Езыр пэжкӀэ цӀыхум яхэту псоми къафӀигъэщӀт, уеблэм лӀаӀамэ, езыр (Яфет) урыс пэтми, жэназым кӀуэрти дыуэ ядищӀырт. Нэгъуху, 49. Дунейм пэжкӀэ тетын (2). Еплъ дуней.
ПЭЖ II (5). плъыф. мыхь. 1. (4). ПцӀы зыхэмылъ. Дзэлыкъуэ зауэм зэрыхэтам папщӀэ Елдар и адэр зэрагъэкӀуэдар псоми ящӀэми, и адэм и хъыбар пэж нобэ фӀэкӀа Елдар зэхихыжатэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 204. Нэхущым Лу къызэщыуащ, Къазджэрий и псалъэр и гум къинат: «цӀыхур уеуэрэ букӀ нэхърэ псалъэ пэжкӀэ къэбгъэшынэм нэхъ акъыли нэхъ лӀыгъи хэлъщ» жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 610. Ди лъэгагъым къыщӀэхъуэпсу Ахэр къокӀуэ дэ дияужькӀэ, Ди Ӏуэху пэжыр я гунэсу ЕузэщӀыр ди нып плъыжьым. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 58. 2. (1). Гурэ псэкӀэ зыгуэрым бгъэдэт, укъэзымыгъэпцӀэжын. [Степан Ильич Инал жриӀэу:] Мэтхъэныр жыпӀэрэ – сэ си фӀэщ мэхъу ар зэрыцӀыху пэжыр. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 529.