Ӏэщ и пӀалъэ щӀэн
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Ӏэщ
1. Унагъуэм, цӀыхум зэрахуэ былым, хьеуан.
ПщӀантӀэ дызыблэкӀым нэхъыбэр къэхухьакъым, Ӏэщу дэтри уолъагъу, джэдкъазри пщӀантӀэм дэт жыг зырызым тетӀысхьэжауэ тесщ, пшапэр зэхэуащи.— МелыӀыч, 455
+2 örnek
Хьэсэм хьэсэпэ бжыхь жаӀэри гъавэм Ӏэщ хэмыхьэн щхьэкӀэ зыгуэр яуцӀырхъри гъавэр кърахьэлӀэжа нэужь, бжыхь тӀэкӀури Ӏуахыж.— Хьэсэпэхъумэ, 418
Якъуб нэхъыбэу къуршым итщ, абы къыдэхуэмэ, мэкъу прегъэупщӀ, Ӏэщ ехъумэ.— Нал къута, 249
2. Ӏэщым ехьэлӀа, пыщӀа.
Дэхьеяуэ джанэ Ӏэщхьэр Ди шэмэджыр удзым пхолъ, Ди Ӏэщ фермэм и Ӏэтащхьэу Хъыджэбз ябгэр къыткӀэлъоплъ.— Мэкъуауэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 46
+2 örnek
[ТӀалиб:] Ӏэщ бжыгъэр нэхъ мащӀэ хъунщ, мэкъумылэри нэхъ зэгъэзэхуа хъунщ.— Щынэхужьыкъуэ, 14
Удз зэмылӀэужьыгъуэхэр Иринэ къарегъэлъагъу [еджакӀуэ цӀыкӀухэм]: – Ӏэщ хъупӀэм къыщокӀ, – жиӀэу.— Щынэхужьыкъуэ, 63
Deyimler (3)
Ӏэщыр гъэзэхуэжын
Ӏэщыр гъэзэгъэжын, нэху къызэрекӀыным хуэгъэхьэзырын.
ЕгъэджакӀуэ кӀуэн щыхуейр пщыхьэщхьэрат, цӀыхум Ӏэщыр зэрагъэзэхуэжрэ я унэм екӀуэлӀэжа нэужь.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 528
Ӏэщ и пӀалъэ щӀэн
Ӏэщ зэрызепхуэнум, зэрыбгъэхъунум фӀыуэ щыгъуэзэн.
Иджы и пхъум сыт и лъэныкъуэкӀи чэнджэщэгъу хуохъу [Хьэбибэ], Ӏэщ и пӀалъэ ещӀэ, гъэш зехьэкӀэ сыткӀи и пхъум и акъыл здынэмысым негъэс.— Щынэхужьыкъуэ, 49
+1 örnek
Ӏэщыр езыгъэжьэнур Ӏэщыхъуэ нэхъыфӀ дыдэу Ӏэщ и пӀалъэ зыщӀэр арат.— Нал къута, 297
Ӏэщым хэщӀыкӀын
Ӏэщым хэзыщӀыкӀхэм ящыщт Бэкъани, Хьэту и тхьэкӀумэр къиӀуэнтӀащ: – Мы жэмыщӀэм куэд ихьыжынукъым, лъхуэнущ.— Къалэн, 429
Еплъ: Ӏэщ и пӀалъэ щӀэн
Atasözleri (1)
Ӏэщ уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэр дагъэ къещӀри, цӀыху уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэм къоуэ
Ӏэщым уегугъумэ, зыхуей хуэбгъазэмэ, фейдэ, хъер къапокӀ, ауэ цӀыху фӀы зыхуэпщӀам ар дапщэщи фӀыщӀэ ищӀыркъым, жыхуиӀэщ.
Ӏэщ уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэр дагъэ къещӀри, цӀыху уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэм къоуэ, – жиӀащ Щамхьун.— Хъуэпсэгъуэ нур, 165
Kitapta geçtiği hali
ӀЭЩ (166). 1. (156). Унагъуэм, цӀыхум зэрахуэ былым, хьеуан. ПщӀантӀэ дызыблэкӀым нэхъыбэр къэхухьакъым, Ӏэщу дэтри уолъагъу, джэдкъазри пщӀантӀэм дэт жыг зырызым тетӀысхьэжауэ тесщ, пшапэр зэхэуащи. МелыӀыч, 455. Хьэсэм хьэсэпэ бжыхь жаӀэри гъавэм Ӏэщ хэмыхьэн щхьэкӀэ зыгуэр яуцӀырхъри гъавэр кърахьэлӀэжа нэужь, бжыхь тӀэкӀури Ӏуахыж. Хьэсэпэхъумэ, 418. Якъуб нэхъыбэу къуршым итщ, абы къыдэхуэмэ, мэкъу прегъэупщӀ, Ӏэщ ехъумэ. Нал къута, 249. 2. (4). плъыф. мыхь. Ӏэщым ехьэлӀа, пыщӀа. Дэхьеяуэ джанэ Ӏэщхьэр Ди шэмэджыр удзым пхолъ, Ди Ӏэщ фермэм и Ӏэтащхьэу Хъыджэбз ябгэр къыткӀэлъоплъ. Мэкъуауэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 46. [ТӀалиб:] Ӏэщ бжыгъэр нэхъ мащӀэ хъунщ, мэкъумылэри нэхъ зэгъэзэхуа хъунщ. Щынэхужьыкъуэ, 14. Удз зэмылӀэужьыгъуэхэр Иринэ къарегъэлъагъу [еджакӀуэ цӀыкӀухэм]: – Ӏэщ хъупӀэм къыщокӀ, – жиӀэу. Щынэхужьыкъуэ, 63. ◊ Ӏэщыр гъэзэхуэжын (1). Ӏэщыр гъэзэгъэжын, нэху къызэрекӀыным хуэгъэхьэзырын. ЕгъэджакӀуэ кӀуэн щыхуейр пщыхьэщхьэрат, цӀыхум Ӏэщыр зэрагъэзэхуэжрэ я унэм екӀуэлӀэжа нэужь. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 528. Ӏэщ и пӀалъэ щӀэн (3). Ӏэщ зэрызепхуэнум, зэрыбгъэхъунум фӀыуэ щыгъуэзэн. Иджы и пхъум сыт и лъэныкъуэкӀи чэнджэщэгъу хуохъу [Хьэбибэ], Ӏэщ и пӀалъэ ещӀэ, гъэш зехьэкӀэ сыткӀи и пхъум и акъыл здынэмысым негъэс. Щынэхужьыкъуэ, 49. Ӏэщыр езыгъэжьэнур Ӏэщыхъуэ нэхъыфӀ дыдэу Ӏэщ и пӀалъэ зыщӀэр арат. Нал къута, 297. Ӏэщым хэщӀыкӀын (1). Еплъ Ӏэщ и пӀалъэ щӀэн. Ӏэщым хэзыщӀыкӀхэм ящыщт Бэкъани, Хьэту и тхьэкӀумэр къиӀуэнтӀащ: – Мы жэмыщӀэм куэд ихьыжынукъым, лъхуэнущ. Къалэн, 429. ☐ Ӏэщ уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэр дагъэ къещӀри, цӀыху уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэм къоуэ (1). Ӏэщым уегугъумэ, зыхуей хуэбгъазэмэ, фейдэ, хъер къапокӀ, ауэ цӀыху фӀы зыхуэпщӀам ар дапщэщи фӀыщӀэ ищӀыркъым, жыхуиӀэщ. Ӏэщ уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэр дагъэ къещӀри, цӀыху уэд бгъашхэмэ, уи Ӏупэм къоуэ, – жиӀащ Щамхьун. Хъуэпсэгъуэ нур, 165.