япэ зигъэщын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

зигъэщын

Bu maddedeki ifadeler (1)

япэ зигъэщын

Еплъ: япэ

япэ

1. Зы бжыгъэм къытекӀа зэрызэкӀэлъыкӀуэ бжыгъэцӀэ; езанэ.

рупервый (порядковое числительное)

Япэ хэдэр ӀыхьэфӀащ.— Псалъэжьхэр

2. Езым хуэдэхэм, ещхьхэм и пэ къит, и пэ къихуэ, зэманкӀэ и пэ, илъэсым, махуэм, н. къ. къриубыдэу нэхъапэ къэунэху, дунейм къытехьэ.

рупервоночальный, самый ранний

ГъащӀэм и япэ илъэсхэр.

3. Зи мыхьэнэкӀэ езым хуэдэ псоми елъэгэкӀ, нэхъ пажэ, нэхъыфӀ.

рувысший по значимости, главный; лучший по качеству

Япэ увыпӀэр къэхьын. Япэ саугъэтыр къыхуагъэфэщэн.

Bu maddedeki ifadeler (8)

япэ дыдэ

руяпэ дыдэу см. япэу.

Япэ дыдэу а псалъэр жылэм къыдэзыхьар Лууэ жаӀэ.— КӀыщокъуэ Алим

Еплъ: япэу. япэ дыдэу, япэу

япэ къэсыр

рупервый встречный.

Япэ къэсыр къыбжьэхэлъэу - ар псэукӀэ хъурэ!— ӀуэрыӀуатэ

япэ зигъэхуэн

япэ зигъэщын

япэ зигъэщын

руопередить кого-л.

япэ игъэувэн

япэ игъэщын

япэ игъэщын

руотдать предпочтение кому-чему-л.; уделять больше внимания кому-чему-л.

япэ итын

рубыть (стоять) впереди.

Зэхьэзэхуэм япэ итын.

япэ ищын

ру1) опережать кого-л. 2) спешить, идти вперед (о часах).

Си сыхьэтыр япэ йощ.

Kitapta geçtiği hali

зигъэщын япэ зигъэщын см. япэ.

япэ I 1. первый (порядковое числительное) / Зы бжыгъэм къытекӀа зэрызэкӀэлъыкӀуэ бжыгъэцӀэ; езанэ. * Япэ хэдэр ӀыхьэфӀащ. (погов.) 2. первоночальный, самый ранний / Езым хуэдэхэм, ещхьхэм и пэ къит, и пэ къихуэ, зэманкӀэ и пэ, илъэсым, махуэм, н. къ. къриубыдэу нэхъапэ къэунэху, дунейм къытехьэ. ГъащӀэм и япэ илъэсхэр. 3. высший по значимости, главный; лучший по качеству / Зи мыхьэнэкӀэ езым хуэдэ псоми елъэгэкӀ, нэхъ пажэ, нэхъыфӀ. Япэ увыпӀэр къэхьын. Япэ саугъэтыр къыхуагъэфэщэн. япэ дыдэ см. япэу. япэ дыдэу см. япэу. * Япэ дыдэу а псалъэр жылэм къыдэзыхьар Лууэ жаӀэ. КӀ. А. Япэ къэсыр первый встречный. * Япэ къэсыр къыбжьэхэлъэу - ар псэукӀэ хъурэ! фольк. II: япэ зигъэхуэн = япэ зигъэщын. Япэ зигъэщын опередить кого-л. Япэ игъэувэн = япэ игъэщын. Япэ игъэщын отдать предпочтение кому-чему-л.; уделять больше внимания кому-чему-л. Япэ итын быть (стоять) впереди. Зэхьэзэхуэм япэ итын. Япэ ищын 1) опережать кого-л. 2) спешить, идти вперед (о часах). Си сыхьэтыр япэ йощ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

япэ

Япэ дыдэ, япэу, нэхъ пасэу, нэхъ жьыуэ.

Нанэ пэгун иӀыгъыу пщӀантӀэшхуэм дэтти япэ къилъэгъуащ Саримэ къызэрыпща бжыхь гъуанэм Дисэ и щхьэр къригъэжри пкъыр инауэ къеӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 137

+2 örnek

Езы Раисэ «Хрущев и дачэр» и рестораным щыщ филиалу къелъытэж, ӀункӀыбзэ псоми я ӀункӀыбзэӀухыр и сумкэм илъщи, щыхуейм деж къакӀуэу и нэгу зригъэужьми мэхъу, хьэщӀэшхуэ къэкӀуэнуми хэт къэкӀуэнуми япэ къэзыщӀэр Раисэщ, шхын гъэхьэзырын хуейр зи пщэ дэлъыр аращи.— Лъапсэ, 79

Шыгу зэщӀэщӀар нэхущым фермэм тету япэ къэушам щилъагъум, къакӀуэрэ еплъмэ – шыгухур мэжей, кӀадитӀи мэкъукӀэ щӀэуфауэ итщи, къыщӀощ.— Къалэн, 428

Deyimler (5)

япэ зигъэщын

Зыгуэрым и пэ зыгуэр щӀэн.

ЗебгъэукӀыну ухуэмеймэ, япэ зигъэщи езыр укӀ.— Нал къута, 258

япэ зыкъигъэщын

Ныбэфыр уи гъусэу шызакъуэгу цӀыкӀум уихуэххэнутэкъым, арщхьэкӀэ хэгъэрей гуэрым япэ зыкъригъэщри къелъэӀуащ, «къомыгъанэу, здэшэж, чэф хьэлъэ хъуащ» жиӀэри.— Лъапсэ, 47

+2 örnek

[Фэуаз:] Сэлэтищым япэ ситу сыкӀуэрти, занщӀэу бжэр Ӏусхри, сэлэтхэм я командирым жиӀэнӀауэ къыщӀэкӀынти, сэ япэ зыкъызогъэщри комендантым сыбгъэдохьэ.— МелыӀыч, 463

Азрэту плъагъум япэ зыкъригъэщащ, капитаныр щӀригъэгъуэжын и хьисэпу.— Нал къута, 302

Еплъ: япэ зигъэщын

япэ игъэщын

ПӀалъэкӀэ япэ къигъэхуэн.

Астемыр и гум къэкӀащ, коммунистхэмрэ комсомолхэмрэ фи Ӏэр фӀэт, жиӀэу ахэр япэ иригъэщу мыдрейхэри абы кӀэлъигъэкӀуэну, арщхьэкӀэ абы дзыхь ищӀакъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 659

+2 örnek

[Нанэ:] Ялыхь, сэ япэ сигъэщ… [Си къуэм нэхъапэ дунейм сегъэхыж].— Хъуэпсэгъуэ нур, 282

Ӏэдэм матэр къыӀех фызыжьми щхьэлымкӀэ ехь, хъущӀэ хуэдэу зищӀу: Уэлэхьи, сымыщӀэ, ди шыпхъу, уолъагъу, уи нартыхур япэ изгъэщмэ, адрейхэм сыт жаӀэн?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 630

япэ итын

1. Зыгуэрым и пэ Ӏуэху гуэрым пэрытын.

Сэ си япэ итам уэрэд жиӀэурэ письмор зэбгрихырт, сэ сефэурэ си Ӏуэху зэфӀызогъэкӀ, жиӀэу Сентрал и щхьэм щытхъужырт, зы бжьэ, бжьитӀ щӀикӀа нэужь.— Нал къута, 288

2. ЗэманкӀэ зыгуэрым и пэ къихуэн, нэхъапэ къэхъун.

Нысэр къашэнымкӀэ зы махуэкӀэ япэ иту музыкауэ цӀыкӀухэр грузовикым кърагъэтӀысхьэри ЩӀыӀэпс къуажэм къашат.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575

япэ къихуэн

ПӀалъэкӀэ нэхъапэ къэхъун.

ХьэщӀэми Астемыр сыми ябзыщӀыр мырат: Щхьэлмывэкъуэ Коломейцовыр япэ дыдэ къыдыхьэным илъэс зыбгъупщӀкӀэ япэ къихуэу, ЩӀыӀэпс къуажэу къэзакъ станицэм пэмыжыжьэм Ӏуэхугъуэ бэлыхь гуэр къыщыхъуат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 201

+1 örnek

Хэт а гъуэгу кӀыхьыр зыцӀыхур, Гугъуехь фыхуэзэм зэпыфчу, Къарууэ фиӀэр зы фщӀауэ, Лъэбакъуэ леикӀ фымычу, Фыкъихуэу пӀалъэм фэ япэ, Фыкъэзышахэр? – къыджаӀэм, ЯрещӀэ псоми жэуапыр: «Партыр ди пашэу», – жытӀэнущ.— Партыр ди пашэу. «Партыр ди пашэу», 5

Kitapta geçtiği hali

ЯПЭ II (63). Япэ дыдэ, япэу, нэхъ пасэу, нэхъ жьыуэ. Нанэ пэгун иӀыгъыу пщӀантӀэшхуэм дэтти япэ къилъэгъуащ Саримэ къызэрыпща бжыхь гъуанэм Дисэ и щхьэр къригъэжри пкъыр инауэ къеӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 137. Езы Раисэ «Хрущев и дачэр» и рестораным щыщ филиалу къелъытэж, ӀункӀыбзэ псоми я ӀункӀыбзэӀухыр и сумкэм илъщи, щыхуейм деж къакӀуэу и нэгу зригъэужьми мэхъу, хьэщӀэшхуэ къэкӀуэнуми хэт къэкӀуэнуми япэ къэзыщӀэр Раисэщ, шхын гъэхьэзырын хуейр зи пщэ дэлъыр аращи. Лъапсэ, 79. Шыгу зэщӀэщӀар нэхущым фермэм тету япэ къэушам щилъагъум, къакӀуэрэ еплъмэ – шыгухур мэжей, кӀадитӀи мэкъукӀэ щӀэуфауэ итщи, къыщӀощ. Къалэн, 428. ◊ Япэ зигъэщын (1). Зыгуэрым и пэ зыгуэр щӀэн. ЗебгъэукӀыну ухуэмеймэ, япэ зигъэщи езыр укӀ. Нал къута, 258. Япэ зыкъигъэщын (14). Еплъ япэ зигъэщын. Ныбэфыр уи гъусэу шызакъуэгу цӀыкӀум уихуэххэнутэкъым, арщхьэкӀэ хэгъэрей гуэрым япэ зыкъригъэщри къелъэӀуащ, «къомыгъанэу, здэшэж, чэф хьэлъэ хъуащ» жиӀэри. Лъапсэ, 47. [Фэуаз:] Сэлэтищым япэ ситу сыкӀуэрти, занщӀэу бжэр Ӏусхри, сэлэтхэм я командирым жиӀэнӀауэ къыщӀэкӀынти, сэ япэ зыкъызогъэщри комендантым сыбгъэдохьэ. МелыӀыч, 463. Азрэту плъагъум япэ зыкъригъэщащ, капитаныр щӀригъэгъуэжын и хьисэпу. Нал къута, 302. Япэ игъэщын (3). ПӀалъэкӀэ япэ къигъэхуэн. Астемыр и гум къэкӀащ, коммунистхэмрэ комсомолхэмрэ фи Ӏэр фӀэт, жиӀэу ахэр япэ иригъэщу мыдрейхэри абы кӀэлъигъэкӀуэну, арщхьэкӀэ абы дзыхь ищӀакъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 659. [Нанэ:] Ялыхь, сэ япэ сигъэщ… [Си къуэм нэхъапэ дунейм сегъэхыж]. Хъуэпсэгъуэ нур, 282. Ӏэдэм матэр къыӀех фызыжьми щхьэлымкӀэ ехь, хъущӀэ хуэдэу зищӀу: Уэлэхьи, сымыщӀэ, ди шыпхъу, уолъагъу, уи нартыхур япэ изгъэщмэ, адрейхэм сыт жаӀэн? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 630. Япэ итын (2). 1. (1). Зыгуэрым и пэ Ӏуэху гуэрым пэрытын. Сэ си япэ итам уэрэд жиӀэурэ письмор зэбгрихырт, сэ сефэурэ си Ӏуэху зэфӀызогъэкӀ, жиӀэу Сентрал и щхьэм щытхъужырт, зы бжьэ, бжьитӀ щӀикӀа нэужь. Нал къута, 288. 2. (1). ЗэманкӀэ зыгуэрым и пэ къихуэн, нэхъапэ къэхъун. Нысэр къашэнымкӀэ зы махуэкӀэ япэ иту музыкауэ цӀыкӀухэр грузовикым кърагъэтӀысхьэри ЩӀыӀэпс къуажэм къашат. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 575. Япэ къихуэн (2). ПӀалъэкӀэ нэхъапэ къэхъун. ХьэщӀэми Астемыр сыми ябзыщӀыр мырат: Щхьэлмывэкъуэ Коломейцовыр япэ дыдэ къыдыхьэным илъэс зыбгъупщӀкӀэ япэ къихуэу, ЩӀыӀэпс къуажэу къэзакъ станицэм пэмыжыжьэм Ӏуэхугъуэ бэлыхь гуэр къыщыхъуат. Хъуэпсэгъуэ нур, 201. Хэт а гъуэгу кӀыхьыр зыцӀыхур, Гугъуехь фыхуэзэм зэпыфчу, Къарууэ фиӀэр зы фщӀауэ, Лъэбакъуэ леикӀ фымычу, Фыкъихуэу пӀалъэм фэ япэ, Фыкъэзышахэр? – къыджаӀэм, ЯрещӀэ псоми жэуапыр: «Партыр ди пашэу», – жытӀэнущ. Партыр ди пашэу. «Партыр ди пашэу», 5.

Düzeltme Öner

япэ зигъэщын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.