япэм

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

eskiden
Ortakипэмяпэмпасэм
Kitapta geçtiği hali

ИПЭМ, ЯПЭМ, ПАСЭМ, (Абз. ПАСЭ); ESKİDEN

ЯПЭМ → ИПЭМ; ESKİDEN

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: ипэм

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Иджыпсту зэманым нэхърэ нэхъ пасэм, нэхъапэм.

рураньше, прежде, в прежнее время

Япэм къыдагъэкӀауэ щыта тхылъыр иджы икъукӀэ гъуэтыгъуей хъуащ.— Адыгэ народым и тхыдэ

Bu maddedeki ifadeler (1)

япэми хуэдэу

рукак и раньше.

Япэми хуэдэу. Софят, бгыжь нэщхъеялэр зэрилъагъуу, зэуэ къэскӀащ.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм

Kitapta geçtiği hali

япэм нареч. раньше, прежде, в прежнее время / Иджыпсту зэманым нэхърэ нэхъ пасэм, нэхъапэм. * Япэм къыдагъэкӀауэ щыта тхылъыр иджы икъукӀэ гъуэтыгъуей хъуащ. Ад. нар. и тхыдэ. Япэми хуэдэу как и раньше. * Япэми хуэдэу. Софят, бгыжь нэщхъеялэр зэрилъагъуу, зэуэ къэскӀащ. Щ. Ӏ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. ЗэманкӀэ нэхъ пасэм, нэхъапэм.

Нобэ Темботрэ Лурэ дуней гуфӀэгъуэр къалъысащ, Степан Ильич къэкӀуати, ауэ хьэлэмэтыр аркъэ – япэм и къэкӀуэкӀэм ещхьу гушыӀэу, къибыргъукӀыу къэкӀуакъым, шыгъуэгу хадэмкӀэ къыпхыкӀащ, зыми зыкъримыгъэлъагъуу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 221

+2 örnek

«Адыгэ клуб» жаӀэу цӀыхур щызэхуэсу щыӀэт зы уни Къазджэрий абы кӀуащ, и цӀыхугъэ зыбжанэми яхуэзащ, зыкъоми къыщыгуфӀыкӀащ, арщхьэкӀэ цӀыхум я щхьэ бжьэ еуа хуэдэт, япэм къайхъулӀауэ щыта тӀэкӀухэри яфӀэкӀуэдыжауэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663

Исуф япэм и пхъум зигъэбзэха щхьэкӀэ мыгузэващэу щытамэ, иджы Назифэ куэдрэ къемыкӀуэлӀэжмэ, пхуэгъуэлъыжыркъым, пщэдджыжьым жьыуэ къэтэджын хуей пэтрэ.— Лэчымэ, 393

2. Еплъ: япэщӀыкӀэ

Азэн джэм и макъыр жыжьэ нэсырт уафэм къеха хуэдэу икӀи абы хуэдизкӀэ дахэти, пулемёт зыгъауэ аскэрхэм тхьэмадэр [Абу- Деруиш] япэм кърахухыжыну я мурадами, иджы сабырыжауэ къедаӀуэрт.— Кхъэлэгъунэ, 378

+2 örnek

Япэм бжэндэхъу хуэдизу щытар занщӀэу ин хъурт, и макъ шынагъуэри ин хъууэ.— Нал къута, 279

Уафэ щхъуантӀэм хэӀупщӀыкӀыу ХужьыгъитӀыр къалъэгъуащ, Япэм Ӏугъуэм хомыщӀыкӀыу МашинитӀи къехуэхащ.— ПарашютитӀ. «Бгы лъапэхэм деж», 45

Kitapta geçtiği hali

ЯПЭМ (77). нареч. 1. (67). ЗэманкӀэ нэхъ пасэм, нэхъапэм. Нобэ Темботрэ Лурэ дуней гуфӀэгъуэр къалъысащ, Степан Ильич къэкӀуати, ауэ хьэлэмэтыр аркъэ – япэм и къэкӀуэкӀэм ещхьу гушыӀэу, къибыргъукӀыу къэкӀуакъым, шыгъуэгу хадэмкӀэ къыпхыкӀащ, зыми зыкъримыгъэлъагъуу. Хъуэпсэгъуэ нур, 221. «Адыгэ клуб» жаӀэу цӀыхур щызэхуэсу щыӀэт зы уни Къазджэрий абы кӀуащ, и цӀыхугъэ зыбжанэми яхуэзащ, зыкъоми къыщыгуфӀыкӀащ, арщхьэкӀэ цӀыхум я щхьэ бжьэ еуа хуэдэт, япэм къайхъулӀауэ щыта тӀэкӀухэри яфӀэкӀуэдыжауэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663. Исуф япэм и пхъум зигъэбзэха щхьэкӀэ мыгузэващэу щытамэ, иджы Назифэ куэдрэ къемыкӀуэлӀэжмэ, пхуэгъуэлъыжыркъым, пщэдджыжьым жьыуэ къэтэджын хуей пэтрэ. Лэчымэ, 393. 2. (10). Еплъ япэщӀыкӀэ. Азэн джэм и макъыр жыжьэ нэсырт уафэм къеха хуэдэу икӀи абы хуэдизкӀэ дахэти, пулемёт зыгъауэ аскэрхэм тхьэмадэр [Абу- Деруиш] япэм кърахухыжыну я мурадами, иджы сабырыжауэ къедаӀуэрт. Кхъэлэгъунэ, 378. Япэм бжэндэхъу хуэдизу щытар занщӀэу ин хъурт, и макъ шынагъуэри ин хъууэ. Нал къута, 279. Уафэ щхъуантӀэм хэӀупщӀыкӀыу ХужьыгъитӀыр къалъэгъуащ, Япэм Ӏугъуэм хомыщӀыкӀыу МашинитӀи къехуэхащ. ПарашютитӀ. «Бгы лъапэхэм деж», 45.

Düzeltme Öner

япэм
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.