щӀэлъын

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

yatmakevin içinde yatar durumda bulunmaktadır
Ortakилъын
DoğuщӀэлъын
BatıкӀэлъын
yatmakevin içinde yatar durumda bulunur
Ortakилъын
DoğuщӀэлъын
BatıкӀэлъын
Kitapta geçtiği hali

ИЛЪЫН 2 (унэм ~) (илъ); кӀэлъын/ щӀэлъын (кӀэлъ/щӀэлъщ); YATMAK (evin içinde yatar durumda bulunmaktadır)

ИЛЪЫН 1 (УНЭМ ~) (елъы); кӀэлъын /щӀэлъын (кӀэлъы/щӀолъ(ыр); YATMAK (evin içinde yatar durumda bulunur)

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(щӀэлъщ)

1. Зыгуэрым и щӀагъым е унэ с. ху. гуэрым и кӀуэцӀым щыщылъын.

рулежать где-л., под чем-л.

Жыг щӀагъым щӀэлъын. ПӀэщхьагъым щӀэлъын.

2. Сымаджэщым пӀалъэкӀэ ущыӀэу, къыщоӀэзэу щытын. 3. переносное содержаться в Зыгуэрым зыгуэр (щӀагъыбзэр псалъэм) къыхэбгурыӀукӀыу щытын, (уэрэд, псалъэ с. ху.) щыжыпӀэкӀэ къыхэнэхукӀыу мыхьэнэщӀэ гуэр щӀэтын.

рулежать, находиться (в больнице)

чем-л. (напр. об иронии в слове)

+1 örnek

ЩӀалэм и псалъэхэм щӀагъыбзэ щӀэлът.— Ӏуащхьэмахуэ

5. ЛӀар щӀалъхьауэ щытын.

рубыть похороненным

ЩӀэлъщ ди кхъэм ЛӀыхъужь куэд, Хэкум папщӀэ псэр ятауэ.— Ӏуащхьэмахуэ

Kitapta geçtiği hali

щӀэлъын (щӀэлъщ) неперех. гл. 1. лежать где-л., под чем-л. / Зыгуэрым и щӀагъым е унэ с. ху. гуэрым и кӀуэцӀым щыщылъын. Жыг щӀагъым щӀэлъын. ПӀэщхьагъым щӀэлъын. 2. лежать, находиться (в больнице) / Сымаджэщым пӀалъэкӀэ ущыӀэу, къыщоӀэзэу щытын. 3. переносное содержаться в чем-л. (напр. об иронии в слове) / Зыгуэрым зыгуэр (щӀагъыбзэр псалъэм) къыхэбгурыӀукӀыу щытын, (уэрэд, псалъэ с. ху.) щыжыпӀэкӀэ къыхэнэхукӀыу мыхьэнэщӀэ гуэр щӀэтын. * ЩӀалэм и псалъэхэм щӀагъыбзэ щӀэлът. Ӏуащхь. 5. быть похороненным / ЛӀар щӀалъхьауэ щытын. * ЩӀэлъщ ди кхъэм ЛӀыхъужь куэд, Хэкум папщӀэ псэр ятауэ. Ӏуащхь.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(щӀэлъщ)

1. Зыгуэрым и щӀагъым е унэ с.ху. я кӀуэцӀым щыщылъын.

Щхьэгъубжэхэри инщ, рамэм абджу хэлъа псори хэмылъыж щхьэкӀэ, пэшхэр нэхущ, унэлъащӀэ хъарзынэ щӀэлъщ, къызыхуэт щымыӀэу— МелыӀыч, 448

+2 örnek

Зым и кӀэрахъуэр шэщым щӀэлът, шы Ӏэпслъэпсхэм хэлъу, адрейм пщэфӀапӀэм гъэтӀылъыпӀэ къыщигъуэтауэ щиӀыгът, ещанэм унащхьэр къэнжалти, уэшхыпс къызэрежэх бжьамийм и кӀуэцӀым е клубым суфлер зэрыс кумбым илъу зэрихьэрт.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531

Жансэхъу учкому зэрыхах лъандэрэ, пэш щхьэхуэ щӀэлъу щытащ, къыпэрыуэн школым щӀэстэкъыми.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 600

2. Сымаджэщым пӀалъэкӀэ ущыӀэу, къыщоӀэзэу щытын.

[Сымаджэр] УӀэгъи хъури госпиталым щӀэлъащ, иужьым щӀакъуэу къыщӀэкӀыжащи, абы лъандэрэ башыр игъэтӀылъ хъуркъым.— МелыӀыч, 448

+2 örnek

Езыми [Иринэ] псалъэм и пэри и кӀэри имыщӀэу къыхиӀуащ: – Нанэ, Албиян уӀэгъэ хъуауэ госпиталым щӀэлъщ, – жиӀэри…— Нал къута, 225

[Апчарэ, Иринэ хуэгъэзауэ:] – Сыт Албиян?... УӀэгъэ хъуащ. Госпиталым щӀэлъщ.— Нал къута, 217

3. Псалъэм, уэрэдым къиӀуатэ мыхьэнэ, щӀагъыбзэ.

Гъыбзэм псалъи щӀремылъ— Гъатхэм и бзэ. «Батырыбжьэ», 9

+1 örnek

Апчарэ щхьэкӀэ абы [Аслъэныкъуэ] уэрэд зэхилъхьауэ «Яблочкэ» уэрэдым и макъым псалъэ щӀэлъу жиӀэрт.— Щынэхужьыкъуэ, 21

4. ЛӀар щӀалъхьауэ щытын.

Дуней хьэзабыр яшэчами, ЩӀым щӀэлъыр гугъэу я гур хощӀ: Щыпсэум ӀэфӀ закъуэ яӀухуамэ, Дунейр ӀэфӀ хъуауэ лӀам къафӀощӀ.— ЛӀари мэгупсысэ. «Дамыгъэ», 92

5. ӀэфӀагъ шхыным пкърылъын.

ШӀыныр Ӏейуэ къыдэмэщӀэкӀт, зыдгъэнщӀу зэи дамыгъашхэу, дагъэшхми ӀэфӀ щӀагъуэ щӀэлътэкъыми, сымаджэ хъууэ сымаджэщым яшэ къытхэкӀт, нэгъуху уз сэри къызэуэлӀат.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 522

Deyimler (4)

дагъэ щӀэлъын

Еплъ: дагъэ

нэгум щӀэлъын

Еплъ: нэгу

нэм щӀэлъми къыщӀэмыхын

Еплъ: нэ

Ӏэ щӀэлъын

Еплъ: Ӏэ

Kitapta geçtiği hali

ЩӀЭЛЪЫН (щӀэлъщ) лъэмыӀ. (139). 1. (114). Зыгуэрым и щӀагъым е унэ с.ху. я кӀуэцӀым щыщылъын. Щхьэгъубжэхэри инщ, рамэм абджу хэлъа псори хэмылъыж щхьэкӀэ, пэшхэр нэхущ, унэлъащӀэ хъарзынэ щӀэлъщ, къызыхуэт щымыӀэу. МелыӀыч, 448. Зым и кӀэрахъуэр шэщым щӀэлът, шы Ӏэпслъэпсхэм хэлъу, адрейм пщэфӀапӀэм гъэтӀылъыпӀэ къыщигъуэтауэ щиӀыгът, ещанэм унащхьэр къэнжалти, уэшхыпс къызэрежэх бжьамийм и кӀуэцӀым е клубым суфлер зэрыс кумбым илъу зэрихьэрт. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531. Жансэхъу учкому зэрыхах лъандэрэ, пэш щхьэхуэ щӀэлъу щытащ, къыпэрыуэн школым щӀэстэкъыми. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 600. 2. (13). Сымаджэщым пӀалъэкӀэ ущыӀэу, къыщоӀэзэу щытын. [Сымаджэр] УӀэгъи хъури госпиталым щӀэлъащ, иужьым щӀакъуэу къыщӀэкӀыжащи, абы лъандэрэ башыр игъэтӀылъ хъуркъым. МелыӀыч, 448. Езыми [Иринэ] псалъэм и пэри и кӀэри имыщӀэу къыхиӀуащ: – Нанэ, Албиян уӀэгъэ хъуауэ госпиталым щӀэлъщ, – жиӀэри… Нал къута, 225. [Апчарэ, Иринэ хуэгъэзауэ:] – Сыт Албиян?... УӀэгъэ хъуащ. Госпиталым щӀэлъщ. Нал къута, 217. 3. (3). Псалъэм, уэрэдым къиӀуатэ мыхьэнэ, щӀагъыбзэ. Гъыбзэм псалъи щӀремылъ. Гъатхэм и бзэ. «Батырыбжьэ», 9. Апчарэ щхьэкӀэ абы [Аслъэныкъуэ] уэрэд зэхилъхьауэ «Яблочкэ» уэрэдым и макъым псалъэ щӀэлъу жиӀэрт. Щынэхужьыкъуэ, 21. 4. (7). ЛӀар щӀалъхьауэ щытын. Дуней хьэзабыр яшэчами, ЩӀым щӀэлъыр гугъэу я гур хощӀ: Щыпсэум ӀэфӀ закъуэ яӀухуамэ, Дунейр ӀэфӀ хъуауэ лӀам къафӀощӀ. ЛӀари мэгупсысэ. «Дамыгъэ», 92. 5. (1). ӀэфӀагъ шхыным пкърылъын. ШӀыныр Ӏейуэ къыдэмэщӀэкӀт, зыдгъэнщӀу зэи дамыгъашхэу, дагъэшхми ӀэфӀ щӀагъуэ щӀэлътэкъыми, сымаджэ хъууэ сымаджэщым яшэ къытхэкӀт, нэгъуху уз сэри къызэуэлӀат. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 522. ◊ Дагъэ щӀэлъын (1). Еплъ дагъэ. Нэгум щӀэлъын (5). Еплъ нэгу. Нэм щӀэлъми къыщӀэмыхын (2). Еплъ нэ. Ӏэ щӀэлъын (3). Еплъ Ӏэ.

Düzeltme Öner

щӀэлъын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.