хуэзэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
тефэн/хуэзэн; (тефагъ/хуэзащ: ~düştü; ~etti; тефэ/хуозэ: düşüyor, ~ ediyor); DÜŞMEK 4 (isabet etmek, rastlamak)
фэзэн/хуэзэн (фэзагъ/хуэзащ: isabet etti, düştü; фэзэ/хуозэ: isabet ediyor, düşüyor; ӀукӀэн/ӀущӀэн: ӀукӀагъ/ ӀущӀащ: isabet etti, düştü; ӀуэкӀэ/ ӀуощӀэ: isabet ediyor, düşüyor; тефэн/ техуэн: тефагъ/техуащ: isabet etti/düştü; тефэ/тохуэ: isabet ediyor/ düşüyor); İSABET ETMEK (düşmek 4)
хуэзэн → тефэн; DÜŞMEK 4 (isabet etmek, rastlamak)
хуэзэн → фэзэн; İSABET ETMEK (düşmek 3)
Bu sonuç kitaptaki 4 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(хуозэ)
1. ӀущӀэн, ирихьэлӀэн (гъуэгу здытетым, къыздикӀухьым).
рувстретить кого-л. (напр. на улице)
Зы махуэ гуэрым цыжьбанэм щыхьыр хуэзащ.— КӀэрашэ Тембот, Акъсырэ Залымхъан
2. Лъагъун, ӀущӀэн, епсэлъэн.
рувстретиться, увидеться с кем-л.
3. И гъащӀэм и кӀуэцӀкӀэ ирихьэлӀэн.
рувстретиться, столкнуться с кем-чем-л., узнать, испытать кого-что-л.
{Фаризэт:} - Пэжыр къыщыпщӀэнур ӀуэхутхьэбзэкӀэ цӀыхум ухуэза иужькӀэщ.— Акъсырэ Залымхъан
4. И Ӏуэху (е уи Ӏуэху) Зыгуэрым тету, зыгуэру щыту урихьэлӀэн.
рузастать кого-что-л. в каком-л. состоянии
5. ХуэзанщӀэн, техуэн, зэман гуэрым ирихьэлӀэн.
руприйтись, оказаться на каком-л. месте, уровне в какое-л. время.; совпасть с чем-л.
Мазащхьэр мэрем къакӀуэм хуозэ.
6. Зыгуэрым бжыгъэ гуэр лъысын, лъысу телъыта хъун.
руприйтись, достаться
Kitapta geçtiği hali
хуэзэн (хуозэ) неперех. гл. 1. встретить кого-л. (напр. на улице) / ӀущӀэн, ирихьэлӀэн (гъуэгу здытетым, къыздикӀухьым). * Зы махуэ гуэрым цыжьбанэм щыхьыр хуэзащ. КӀ. Т., Акъ. З. 2. встретиться, увидеться с кем-л. / Лъагъун, ӀущӀэн, епсэлъэн. 3. встретиться, столкнуться с кем-чем-л., узнать, испытать кого-что-л. / И гъащӀэм и кӀуэцӀкӀэ ирихьэлӀэн. * {Фаризэт:} - Пэжыр къыщыпщӀэнур ӀуэхутхьэбзэкӀэ цӀыхум ухуэза иужькӀэщ. Акъ. З. 4. застать кого-что-л. в каком-л. состоянии / И Ӏуэху (е уи Ӏуэху) Зыгуэрым тету, зыгуэру щыту урихьэлӀэн. 5. прийтись, оказаться на каком-л. месте, уровне в какое-л. время.; совпасть с чем-л. / ХуэзанщӀэн, техуэн, зэман гуэрым ирихьэлӀэн. Мазащхьэр мэрем къакӀуэм хуозэ. 6. прийтись, достаться / Зыгуэрым бжыгъэ гуэр лъысын, лъысу телъыта хъун. {И} хьэкъ хуэзэн см. хьэкъ. Ӏуэхур зыгуэрым хуэзэху см. Ӏуэху.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(хуозэ)
1. Зыгуэрым ӀущӀэн, ирихьэлӀэн.
Астемыр зэ зым, зэ нэгъуэщӀым ешхыдэу къыздикӀухьым, Елдар хуэзащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 258
+2 örnek
Шы лъэужьыр дэнэ кӀуэуэ пӀэрэ, жиӀэу лъыхъуэу Локотош губгъуэм итти, шокъу жиӀэу нэмыцэ офицер гуэрым и хьэдэ гуэдзым хэлъу хуэзащ.— Нал къута, 242
Псалъэ жаӀэм дэ додаӀуэ, Ди Аслъэныр и пӀэм иткъым, Ар зыхуэзэм йоӀущащэ, И мурадыр пщӀэну щыткъым.— Къуажэ лавкэм. «Партыр ди пашэу», 31
2. Зыгуэр лъагъун, ӀущӀэн, епсэлъэн.
«Адыгэ клуб» жаӀэу цӀыхур щызэхуэсу щыӀэт зы уни Къазджэрий абы кӀуащ, и цӀыхугъэ зыбжанэми яхуэзащ, зыкъоми къыщыгуфӀыкӀащ, арщхьэкӀэ цӀыхум я щхьэ бжьэ еуа хуэдэт, япэм къайхъулӀауэ щыта тӀэкӀухэри яфӀэкӀуэдыжауэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663
+2 örnek
Зэзакъуэ дадэм хуэзат Хьэбиби, Бекъан уафэм сабэр дрипхъейрт, къэгубжьауэ: тхьэр игъэпцӀ, тщӀэмэ тщӀэнур— Нал къута, 228
Дапщэрэ захаубэрэжьами, абы къыфӀигъэкӀыртэкъыми, мо инэралым Ӏуэхур зыӀутыр жраӀати, кӀуэри камерэм щӀэлъадэри [Кобуловыр] еупщӀат: «Сталиным ухуэзэну ара узыхуейр?».— Лъапсэ, 90
3. И гъащӀэм и кӀуэцӀкӀэ ирихьэлӀэн.
Мурад Щамхьун и пӀалъэ Иляс ищӀэрт, ауэ ӀуэхукӀэ зэи хуэзатэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 161
+2 örnek
– Ара мыгъуэт, арщхьэкӀэ ди натӀэ илъым дыхуэзащ, утхьэусыхэу Алыхьым и гур зомыгъабгъэ, – жиӀэрт Шыкъымхэ япхъуми, псалъэмакъыр абдеж щаухырт.— Кхъэлэгъунэ, 375
Гугъуехь сыт хуэдэ сыхуэзами, ЗыкъыщӀэзгъахуэу сфӀэмыфӀа.— Си гъуэгу тыншакъым сэ игъащӀэм. «Мывэ хуабэ», 62
4. ХуэзанщӀэн, техуэн, зэман гуэрым ирихьэлӀэн.
Уи щӀым хуэзэ псыӀур гъэкъабзэ, кӀэнауитӀ-щы дэтӀыкӀи, псы инар игъэкӀ.— Аргъуей, 388
+2 örnek
Зы зэман урысыдзэм Кушмэзыкъуей быдапӀэ дащӀыхьауэ щытати, абы щыщ къэмынэжа пэтрэ я гъунэгъу урыс къуажэм щхьэкӀэ Бахъсэн къалэ жаӀэрт, тхьэмахуэ къэси блыщхьэм хуэзэу бэзэр щызэхуэсырти, къэзыщэхунури зыщэнури зэхуэсырт, сондэджэрхэр Налшык къикӀыурэ къакӀуэрт.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 521
Шэр тхьэкӀумэ лъабжьэм хуэзэу техуэри щхьэбгъур триудащ.— Хьэсэпэхъумэ, 419
5. Зыгуэрым бжыгъэ гуэр лъысын, лъысу телъыта хъун.
Дэфэрэдж ищӀэрт Истамбыл нэс зы тхьэмахуэ гъуэгу зэрыдэлъыр, адыгэхэр псым икӀын хуей хъуамэ, цӀыху къэс хуэзэу зы кхъуеищхьэ, ху матэ, лы гъэгъуауэ дзажэ е дзажитӀ, абы и щӀыӀужкӀэ псы узэфэну зы фэндырэ – арат гъуэмылэр.— Лъапсэ, 40
+2 örnek
Къэбэрдейм зы нэрыбгэм хуэзэу дестынитхум нэблагъэ щӀыуэ яӀэщ, Америкэм плӀырэ ныкъуэрэщ яӀэр, Инджылызым щырыщ ирикъуркъым, Испанием яӀэр тӀурытӀ, Италием яӀэр зырыз фӀэкӀ хъуркъым, къэзакъхэм яӀэр плӀырыплӀым щӀегъу, нтӀэ, щӀыр ди зэхуэдэу советскэ властым игъэуващи, Къэбэрдеймрэ къэзакъхэмрэ къыддэгуэшэн хуейщ жаӀэу осетин делегатхэм яукъуэдият.— Лъапсэ, 87
И пыӀэ къащхъуэм Нащхъуэр къыщӀэплъу, Зы илъэситхум Хуэзэ лэжьыгъэр Шумахуэ зы гъэм еух.— Шумахуэ. «Партыр ди пашэу», 114
6. Ӏуэхур тэмэму зэфӀэгъэкӀын.
Абы(Дисэ) и мурадыр къехъулӀэмэ, нэгъуэщӀ хуейтэкъым езыри, и пхъум лей ирихащ, сытащ, жаӀэу цӀыхум жамыӀэу, псори зыхуэзапхъэм хуэзэнщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 140
+2 örnek
Джэлил занщӀэу и гум къэкӀащ: «Сызыхуей дыдэм сыхуэзащ, мыр [къэргъейр] джэдыкӀэм тегъуэлъхьауэ телъмэ, къытездзынщи, сэ сытегъуэлъхьэнщ», – жиӀэри.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 493
[Мариам Исуф жриӀэу:] ӀэнатӀэ згъуэтмэ, ди хъыджэбз закъуэр, зи закъуэр Алыхьырщ, зыхуей нэхъ хуэзэнщ.— Лэчымэ, 390
Deyimler (1)
ухуэмызауэ, пщӀэнукъым
Ухуэмызауэ, пщӀэнукъым, – жиӀэрт Бэлацэ— Хъуэпсэгъуэ нур, 313
Еплъ: хуэмыза лӀыфӀщ
Atasözleri (2)
хуэмызар лӀыфӀщ
Шынагъуэ, гужьеигъуэ гуэр сыт хэмыхуар и лӀыгъэ здынэсыр къыпхуэщӀэнукъым, абы и псалъэм Ӏуэху зыри тепщӀыхь хъунукъым.
Дапщэ мыгъуэрэ абы [Дэфэрэдж] къыжраӀэрэт дыгъурыгъум фыхуэсакъ жаӀэурэ, арщхьэкӀэ хуэмыза лӀыфӀщ, ухуэмызамэ, угузэвэн?— Лъапсэ, 31
+2 örnek
[БэзэракӀуэ фызым:] Хуэмызар лӀыфӀщ, жи.— Гъуэгуанэ, 124
ЛӀыфӀщ жаӀэнкъым хуэмызамэ, КӀуэщӀи хъункъым гъуэгу мыкӀуар.— Молибден Ӏуащхьэ. «Мывэ хуабэ», 21
япэ узыхуэзэр шхыныфӀщ
Еплъ: япэ
Kitapta geçtiği hali
ХУЭЗЭН (хуозэ) лъэмыӀ. (410). 1. (210). Зыгуэрым ӀущӀэн, ирихьэлӀэн. Астемыр зэ зым, зэ нэгъуэщӀым ешхыдэу къыздикӀухьым, Елдар хуэзащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 258. Шы лъэужьыр дэнэ кӀуэуэ пӀэрэ, жиӀэу лъыхъуэу Локотош губгъуэм итти, шокъу жиӀэу нэмыцэ офицер гуэрым и хьэдэ гуэдзым хэлъу хуэзащ. Нал къута, 242. Псалъэ жаӀэм дэ додаӀуэ, Ди Аслъэныр и пӀэм иткъым, Ар зыхуэзэм йоӀущащэ, И мурадыр пщӀэну щыткъым. Къуажэ лавкэм. «Партыр ди пашэу», 31. 2. (133). Зыгуэр лъагъун, ӀущӀэн, епсэлъэн. «Адыгэ клуб» жаӀэу цӀыхур щызэхуэсу щыӀэт зы уни Къазджэрий абы кӀуащ, и цӀыхугъэ зыбжанэми яхуэзащ, зыкъоми къыщыгуфӀыкӀащ, арщхьэкӀэ цӀыхум я щхьэ бжьэ еуа хуэдэт, япэм къайхъулӀауэ щыта тӀэкӀухэри яфӀэкӀуэдыжауэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 663. Зэзакъуэ дадэм хуэзат Хьэбиби, Бекъан уафэм сабэр дрипхъейрт, къэгубжьауэ: тхьэр игъэпцӀ, тщӀэмэ тщӀэнур. Нал къута, 228. Дапщэрэ захаубэрэжьами, абы къыфӀигъэкӀыртэкъыми, мо инэралым Ӏуэхур зыӀутыр жраӀати, кӀуэри камерэм щӀэлъадэри [Кобуловыр] еупщӀат: «Сталиным ухуэзэну ара узыхуейр?». Лъапсэ, 90. 3. (44). И гъащӀэм и кӀуэцӀкӀэ ирихьэлӀэн. Мурад Щамхьун и пӀалъэ Иляс ищӀэрт, ауэ ӀуэхукӀэ зэи хуэзатэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 161. – Ара мыгъуэт, арщхьэкӀэ ди натӀэ илъым дыхуэзащ, утхьэусыхэу Алыхьым и гур зомыгъабгъэ, – жиӀэрт Шыкъымхэ япхъуми, псалъэмакъыр абдеж щаухырт. Кхъэлэгъунэ, 375. Гугъуехь сыт хуэдэ сыхуэзами, ЗыкъыщӀэзгъахуэу сфӀэмыфӀа. Си гъуэгу тыншакъым сэ игъащӀэм. «Мывэ хуабэ», 62. 4. (29). ХуэзанщӀэн, техуэн, зэман гуэрым ирихьэлӀэн. Уи щӀым хуэзэ псыӀур гъэкъабзэ, кӀэнауитӀ-щы дэтӀыкӀи, псы инар игъэкӀ. Аргъуей, 388. Зы зэман урысыдзэм Кушмэзыкъуей быдапӀэ дащӀыхьауэ щытати, абы щыщ къэмынэжа пэтрэ я гъунэгъу урыс къуажэм щхьэкӀэ Бахъсэн къалэ жаӀэрт, тхьэмахуэ къэси блыщхьэм хуэзэу бэзэр щызэхуэсырти, къэзыщэхунури зыщэнури зэхуэсырт, сондэджэрхэр Налшык къикӀыурэ къакӀуэрт. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 521. Шэр тхьэкӀумэ лъабжьэм хуэзэу техуэри щхьэбгъур триудащ. Хьэсэпэхъумэ, 419. 5. (4). Зыгуэрым бжыгъэ гуэр лъысын, лъысу телъыта хъун. Дэфэрэдж ищӀэрт Истамбыл нэс зы тхьэмахуэ гъуэгу зэрыдэлъыр, адыгэхэр псым икӀын хуей хъуамэ, цӀыху къэс хуэзэу зы кхъуеищхьэ, ху матэ, лы гъэгъуауэ дзажэ е дзажитӀ, абы и щӀыӀужкӀэ псы узэфэну зы фэндырэ – арат гъуэмылэр. Лъапсэ, 40. Къэбэрдейм зы нэрыбгэм хуэзэу дестынитхум нэблагъэ щӀыуэ яӀэщ, Америкэм плӀырэ ныкъуэрэщ яӀэр, Инджылызым щырыщ ирикъуркъым, Испанием яӀэр тӀурытӀ, Италием яӀэр зырыз фӀэкӀ хъуркъым, къэзакъхэм яӀэр плӀырыплӀым щӀегъу, нтӀэ, щӀыр ди зэхуэдэу советскэ властым игъэуващи, Къэбэрдеймрэ къэзакъхэмрэ къыддэгуэшэн хуейщ жаӀэу осетин делегатхэм яукъуэдият. Лъапсэ, 87. И пыӀэ къащхъуэм Нащхъуэр къыщӀэплъу, Зы илъэситхум Хуэзэ лэжьыгъэр Шумахуэ зы гъэм еух. Шумахуэ. «Партыр ди пашэу», 114. 6. (23). Ӏуэхур тэмэму зэфӀэгъэкӀын. Абы(Дисэ) и мурадыр къехъулӀэмэ, нэгъуэщӀ хуейтэкъым езыри, и пхъум лей ирихащ, сытащ, жаӀэу цӀыхум жамыӀэу, псори зыхуэзапхъэм хуэзэнщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 140. Джэлил занщӀэу и гум къэкӀащ: «Сызыхуей дыдэм сыхуэзащ, мыр [къэргъейр] джэдыкӀэм тегъуэлъхьауэ телъмэ, къытездзынщи, сэ сытегъуэлъхьэнщ», – жиӀэри. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 493. [Мариам Исуф жриӀэу:] ӀэнатӀэ згъуэтмэ, ди хъыджэбз закъуэр, зи закъуэр Алыхьырщ, зыхуей нэхъ хуэзэнщ. Лэчымэ, 390. ◊ Ухуэмызауэ, пщӀэнукъым (1). Еплъ хуэмыза лӀыфӀщ. Ухуэмызауэ, пщӀэнукъым, – жиӀэрт Бэлацэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 313. ☐ Хуэмызар лӀыфӀщ (5). Шынагъуэ, гужьеигъуэ гуэр сыт хэмыхуар и лӀыгъэ здынэсыр къыпхуэщӀэнукъым, абы и псалъэм Ӏуэху зыри тепщӀыхь хъунукъым. Дапщэ мыгъуэрэ абы [Дэфэрэдж] къыжраӀэрэт дыгъурыгъум фыхуэсакъ жаӀэурэ, арщхьэкӀэ хуэмыза лӀыфӀщ, ухуэмызамэ, угузэвэн? Лъапсэ, 31. [БэзэракӀуэ фызым:] Хуэмызар лӀыфӀщ, жи. Гъуэгуанэ, 124. ЛӀыфӀщ жаӀэнкъым хуэмызамэ, КӀуэщӀи хъункъым гъуэгу мыкӀуар. Молибден Ӏуащхьэ. «Мывэ хуабэ», 21. Япэ узыхуэзэр шхыныфӀщ (1). Еплъ япэ I.